|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мазаем и 28 |
||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||
|
|
|||||||||
Ширдий Маринэ Хьэжумэд и пхъур «Адыгэ псалъэ» газетым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ Аруан куейм хыхьэ Арщыдан къуажэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэбзэ къудамэр 1981 гъэм къиухащ. Журналист лэжьыгъэм щIидзащ “Черкес хэку” (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ) газетым и корреспонденту, политикэмкIэ и къудамэм и редактору щытащ. 1997 гъэм “Адыгэ псалъэм” жылагъуэ, лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIу къэуващ, иужькIэ щэнхабзэмкIэ къудамэм и редактор хъуащ. Урысей Федерацэм и Журналистхэм я союзым хэтщ. Къэбэрдей-Балкъэрым и журналистхэм я Союзым и сэугъэт къыхуагъэфэщащ (1999, 2005 гъэхэм). Унагъуэщ: щхьэгъусэрэ зы къуэрэ иIэщ. |
||||||||||
Ширдий Маринэ Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
Тыркум щыпсэу адыгэхэр Истамбыл
2004 гъэм и гъэмахуэм Тыркум дыщыIащ “Къэббалъкътелерадио” КъТРК-м и редактор Хьэгъундокъуэ Сэлисэт, абы и лэжьэгъу оператор Хьэнэ Альберт, мы тхыгъэр зей Ширдий Маринэ сымэ. Гъуэгу дыщытехьэм ди мурадыр мыпхуэдэ гупсысэхэм етпхащ: сыт я псэукIэ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа ди лъэпкъэгъухэм; сыт яхуэхъума адыгэхэм я дуней тетыкIам, хабзэрэ щэнхабзэу зэрахьам, IэщIагъэу хэкужьым зыдрахам щыщу; сытым тет я Iуэху анэдэлъхубзэм теухуауэ; хэку гупсысэр зэманым IэщIыб яригъэщIа; зыхэсхэм дауэ ядэхъурэ; дызэкIэлъыкIуэным сыт хуэдэ гугъуехь пыщIа? Тыркум дызэрыщылэжьа тхьэмахуищым тхузэфIэкIам дыщыгуфIыкI щхьэкIэ, псэхугъуэ къыдэзымыти щыIэщ: сыту зэман куэдыIуэ дэкIа дызэрымыщIэу, сыту цIыху гъуэзэджэ куэд тIэщIэкIа лъэпкъым и тхыдэм, и IэщIагъэм, и псэм хэлъа беягъым, я нэгу щIэкIамрэ ягу щыщIэмрэ теухуауэ къэдмыгъэпсэлъэжу? Абыхэм бампIэу щIым зэдыщIахьам дауэ мы дунейр зэримыгъэдзэкIарэ жумыIэнкIэ Iэмал иIэкъым иджырей щIэблэм къаIуэтэж кIапэлъапэр щызэхэпхкIэ, адыгэ жылэхэм я нэхъыбэм псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэхэр щыплъагъукIэ. Мы гупсысэр зэкIэ сшэщIынукъым, къуажэхэм теухуауэ тхыгъэ щхьэхуэ иужькIэ къыкIэлъыкIуэнущи. КъызэрыщIэздзэну сызыхуейр тхыдэращ. Лъэпкъым къыкIэлъызэрахьа лейм уи гур имыгъэузынкIэ, адыгэм къэралыгъуэри, щIыри, цIыхущхьэри щIыфIэкIуэдам и щхьэусыгъуэхэр зэбгъэзэхуэну яужь уимыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым, хэхэсхэм уахэплъэмэ. Адыгэр дуней псом я зэхэзедзэн щIэхъуауэ щытам тхыдэтххэм куэд тражыIыхьащ. Фэри фощIэ, абыхэм яхэтщ адыгэр и щхьэм зэран хуэхъужауэ, жыжьэ мыплъэфауэ, диным, езыхэр зэрызэмызэгъам теунэхъуауэ жызыIэ. Дэ зыдгъэкъуэншэжыну дыхунэсынщ, зэкIэ дыхуевгъэплъэкIыж а зэманым. Сыт хуэда а лъэхъэнэм Урысей, Уэсмэн пащтыхьыгъуэхэр? Сыт зищIысыр зауэ жыхуаIэжыр?
Зауэмрэ цIыхупсэмрэ
Илъэсищэрэ щэ ныкъуэм нэблэгъащ ди лъэпкъыр зэщхьэщыча, нэхъыбэр хэхэс зэрыхъурэ. Лъэпкъым мыгъуагъэу къыщыщIыфынум я нэхъ Iей, нэхъ гъэзэкIуэжыгъуейрат адыгэхэм я щхьэм кърикIуар. Iей мыхъу фIы хъужыркъым, зэрыжаIэр лъэпкъым пхуемыхьэлIэфу къыщIэкIащ. Ар езыр-езыру фIы хъужын Iуэхутэкъым, арщхьэкIэ абы утелэжьэныр ямыдэу, уеблэмэ утекIуэдэнкIэ хъуну яукъуэдияти, зэманыр къыпхуемыгъэгъэзэжыну блэкIащ, Хэкур зищIысыр зи нэмкIэ зылъэгъуахэр е абыхэм къащIэхъуауэ лъапсэжьым теухуа хъыбархэм щIапIыкIахэр гущIэгъуншэу здихьу. Шэч хэлъкъым, ахэрат зи псэр мыбыкIэ щыIар. Ауэ я насып къихьакъым я нэм щызу я адэжь лъапсэ зыщаплъыхьыну. ГъэщIэгъуэнщ мы дунеижьым и ухуэкIэр. Абы мыгъуи сыт и лажьэ, гъэщIэгъуэныр, гурыIуэгъуейр а дунейм политикэ Iуэхухэр зэрыщызэрахьэ щIыкIэрщ. Ар щIыжысIэм щхьэусыгъуэ хуэхъу щапхъэхэр куэдыкIейщ, ауэ Урысей-Кавказ зауэм епха закъуэр къатщтэмэ, ар зыгъэхъа пащтыхьыгъуэм и лъапсэм псыр изыгъэжыхьыжа большевикхэм я нэмрэ я псэмрэ хуахьат Тырку революцэмрэ абы и пашэ Ататюркрэ. Уеблэмэ къэралыгъуэщIэ зыухуэ тыркухэм я промышленностыр зэфIэувэным Совет властми и Iыхьэ хилъхьат. Псалъэм папщIэ, а зэманым уасэ хуэщIыгъуейт Назилли, Къайсэр къалэхэм текстиль фабрикэшхуэхэр советхэм зэрыщаухуам. Революцэм зэпэгъунэгъу ищIа къэралитIым уащыгугъ хъунут урысей, уэсмэн пащтыхьыгъуэхэм кавказ лъэпкъхэм ираха лейр ягъэзэкIуэжыну. АрщхьэкIэ, политикэм и гуэныхь игъэзэкIуэжтэмэ, дунейм и нэгу щIэкIрэт мыпхуэдиз гузэвэгъуэ? Пэжыр жыпIэнумэ, мы ди къэралыр зыхуэмея цIыхухэм Тыркур егъэзыпIэ яхуэхъуну Тхьэм иухагъэнут. Къапщтэмэ, Урысейм 1917 гъэм къыщыхъуа революцэм ирихужьа куэдым етIуанэ хэку яхуэхъуар хы ФIыцIэм и тырку псыIуфэрат. Большевикхэм япэщIэту Дзэ хужьым хэта, Урысейм и унагъуэ нэхъ лъэрыхьхэм ящыщ жыпIэми, 1918 - 1923 гъэхэм Босфор Iуфэ кхъухьтедзапIэхэм щикIащ цIыху мин 500-м нэс. Абыхэм ящыщ куэдыр нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ, Тыркум къинахэм бзэр зыщIэжу яхэтыр нэхъыжь дыдэхэрщ. БзэкIи динкIи зэтемыхуэм ар къащыщыщIакIэ, динкIэ тыркухэм япэгъунэгъу адыгэхэм сыт хуэдэ къару яхэлъын хуейт илъэси 150-кIэ захъумэжын папщIэ? А къарур зыхуэдам, абы хэкIыпIэ къыздрихыу щытам и жэуапыр ди тхыгъэхэм къыщывгъуэтыну догугъэ, дызэпсэлъахэм къыджаIамрэ дэ гурэ-псэкIэ зыхэтщIамрэ къыщыфхуэтIуэтэжкIэ. Адыгэр езыр-езыру, е диныр и плъапIэу, е пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэмызэгъам къыхэкIыу лъэпкъым хэкур ибгынауэ жызыIэм, сэ сызэреплъымкIэ, я нэхъ мащIэмэ, гуэныхь къехь. “Гуэныхь” псалъэр политикэм ехьэлIэгъуейщ, ауэ а зэрызехьэшхуэм лажьэ зимыIэу хэкIуэдахэм я псэрауэ къыщIэкIынщ зыдгъэкъуэншэжын и пэкIэ дызэгупсысыпхъэр. ЗыщIэдгъэкъуэншэжыр гурыIуэгъуэкъым. Адыгэ лъэпкъыр нэгъуэщIым теуауэ абы и удыныр ипшыныжу аратэкъым. Ар и щIыналъэ исыжт, и зэхэтыкIэ убзыхуа иIэжт, и хабзэ зэрихьэжт, и щIым телэжьыхьт, и щIэблэ игъасэрт. Пэжщ, къэралыгъуэм и фащэ зыхуидыжатэкъым, ауэ а зэманым къэралыгъуэрэ къулыкъущIэхэмрэ зиIахэм я жылагъуэхэр (обществэхэр) къэдвгъащти, цIыхум IэпкълъэпкъкIи псэкIи бгъэдэлъын хуей къабзагъэмрэ узыншагъэмрэ я лъэныкъуэкIэ адыгэр хэт къыкIэрыхурэт? Югославием къикIыжауэ Анкара щыпсэуа Цей Бейрэм и гугъу къытхуэзыщIыжа Къущхьэ Догъэн и псалъэхэмкIэ щIэзгъэбыдыхьынут си гупсысэр. “Сэ университетым сыщеджэрт ар къыщысцIыхуам. Бейрэм Анкара дэт Хасэм зэпымычу къакIуэрт, щIалэгъуалэри абы дыщызэблэкIт. Бейрэм илъэс 60 и ныбжьт. ЛIы Iущт, тхылъ тедзапIэ иIэу лажьэрт. Унэм мыкIуэжу, нэху щыху Iуэху щищIэ къэхъурт. “Фыадыгэмэ, фылэжьэн хуейщ. Ди щхьэми ди лъэпкъми зыри хуэтщIэфынукъым, ахъшэ къэдмылэжьмэ”, - жиIэ зэпытт. Ауэ сигу имыхужыр нэгъуэщIщ. “Къэралу, лъэпкъыу щыIэр зы гъэпсыкIэ гуэр мэлъыхъуэ жылагъуэр мамыру зэрагъэпсэуфынум теухуауэ, - жиIэрт Бейрэм. - Ар илъэс мин и пэкIэ адыгэм яухуагъэххэт, полицэ, дзэ, суд, хьэпсэ щымыIэу, “емыкIущ” псалъэм цIыхур къигъэувыIэу. Ауэ, дунейр нэф хъуащи, ялъагъу мыгъуэркъым адыгэм яухуа псэукIэр”. Сыт-тIэ адыгэр зыщытхъужа щхьэкIэ, жызыIэнкIэ хъунум хуэгъэзауэ иджыри зэ фигу къэзгъэкIыжынут тхакIуэ Толстой Алексей къызэринэкIа гупсысэр: “ В бесславных (и даже постыдных) наших кавказских делах я больше всего жалею черкесов. Как можно дойти до такой нелепости, чтобы положить намерением истребление лучшей, первой, совершеннейшей физически породы из всех известных на земном шаре ... А мы их бесщадно и безумно губим, и огнем, и мечом...”. Ещанэ гуэри щыхьэту къэзгъэувынут, зэпэщIэтахэм зыкIи ящымыщу. Европей зекIуэлI Жуан Ван Хален адыгэхэм здытепсэлъыхьым къыхегъэщ “тхыдэмрэ мифологиемрэ пщIэ зыхуэщIыпхъэу къыдагъэлъагъу адыгэхэм я тхьэр Хуитыныгъэр зэрыарар. УзыщIэхъуэпс хъуну, щапхъэу уиIэн хуейуэ адыгэм къалъытэр щхьэхуитыныгъэрщ”. Иджыри зы щыхьэт. “Можем ли мы не восхищаться степенью цивилизации, которой достиг этот изолированный народ, и все это без каких-либо писаных законов, без каких-либо других регуляторов, кроме традиций их предков и песен их бардов”, - жызыIа Спенсер Эдмонд и псалъэхэр, дауи, ящIэ ди тхыдэр щIэзыджыкIхэм. Апхуэдэ дуней тетыкIэр зэуэ лъэпкъым къищтэркъым, ар лIэщIыгъуэ куэдкIэ лъым щызэтрихьэн хуейщ, псэр абы хуэхьэзыр хъун папщIэ. АтIэ, уи щхьэми уи псэми къыхуэмей бийм сыт хуэдэбзэт къыхуэбгъуэтыфынур, дауэт абы укъызэрелынури? Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мацIэр зыпхыкIа хадэрэ, жиIащ адыгэм. Зауэр зэрыгущIэгъуншэр, геополитикэ и лъэныкъуэкIэ зи фейдэ къэзылъыхъуэ къэралыгъуэм цIыхур зыуи къызэримылъытэр, абы гугъэ къызэрыхуимыгъанэр хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ. Гугъэм и закъуэкъым, атIэ лъэпкъыр щыIэн-щымыIэным хуокIуэж сыт хуэдэ зэрыпхъуакIуэ зауэри. Зы пащтыхьым и Iуэхум адрейм пищэу зауэр кIыхьлIыхьу екIуэкIащ. Зауэр зэ къежьа хъумэ, цIыхур ящогъупщэри, псори бжыгъэм хуокIуэж: хэкIуэдар дапщэ?; щIыналъэм щыщу къаубыдар сыт хуэдиз?; зауэм сыт хуэдэ мылъку текIуадэрэ? Чернышевский Николай и псалъэкIэ жытIэмэ, “Кавказым икIуэдащ илъэс къэс урыс сэлэт мин 25-рэ”. Урысейм зауэм хилъхьа мылъкур зыхуэдизымрэ ар здэкIуамрэ хэт зыщIэр? Нэхъ лъэщым, нэхъ къулейм, IэщэкIэ зэщIэузэдам и геополитикэ фейдэр нэгъуэщI щIыналъэм, уеблэмэ материкым къыщилъагъункIэ зэрыхъунум и щыхьэтщ США-м нобэ Иракым щигъахъэр. Къэралхэм, жылагъуэ ээгухьэныгъэхэм, цIыху цIэрыIуэхэм а щIэпхъаджагъэр къыщамыгъэувыIэфкIэ, сыткIэ дыкъызэрыщхьэщыкIар пащтыхьыгъуэхэм я зэманым? Урысей пащтыхьыгъуэм и дзэр унэIутхэм я бынт зэригъэнщIри, абыхэми ахэр зригъэзауэ лъэпкъхэми ящысхьакъым. Пэжыр жыпIэнумэ, тхыдэм епха логикэ къызэрыгуэкIым тепщIыхьмэ, лIэщIыгъуиплIым нэсауэ зи цIыхубэр зи унэIут къэралыгъуэщ апхуэдэу кIыхьу зэуэфынур. Е ХV лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XIX (1861 гъэм) нэсыху “крепостное право” жыхуаIэр щытепщащ Урысейм (адэ-анэм быныр щIачу е зэщхьэгъусэхэр зэкIрачрэ ящэу абы нагъэсат щхьэхуимытыныгъэр). Ар фызыщыгъуазэ Iуэхугъуэщ. Ауэ фигу къыщIэзгъэкIыжыр Урысей-Кавказ зауэр ди лъэпкъым дежкIэ гузэвэгъуэшхуэ мыхъункIэ Iэмал зэримыIарщ. Зи цIыхубэр зауэм щхьэузыхь хуэзыщI пащтыхьхэм (абыхэм яз Екатеринэ ЕтIуанэм “цIыхухэр къалъхужынщ, щIыращ дымыгъуэтыжынур” жиIауэ зэрыщытар фощIэ) я сэлэтхэм зэуэнрат я натIэ хъуари, иджы дэ дгъэщIагъуэнращ къытхуэнэжыр мыжурэпэмрэ топышэмрэ ди лъэпкъыр зэрыIэщIэкIыххар. Тхыдэм дызыхуиущийми, нобэ ди нэгу щIэт политикэ Iуэху зехьэкIэми, зауэ къыщIагъэхъейм и щхьэусыгъуэми уащыхэплъэкIэ, гущIыхьэщ, ауэ уигу къэкIыр лъэпкъ, къэралыгъуэ хаубыдыкIыу Iисраф ящIыныр мы дунеижьым лъэхъэнэ-лъэхъэнэкIэ щытепщэхэм хабзэ зэрахуэхъуарщ. Псалъэм папщIэ, ди щIэблэм кинорэ тхылъкIэ нэхъ тпэгъунэгъур ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и тхыдэращи, патриотизм ехьэжьам щIапIыкIа, сэ, сыкъапщтэмэ, къысщыхъурт лажьи хьэкъи димыIэу фашистхэр къыттеуауэ, хэкур яхъумэным ди цIыхухэм (си адэшхуэри абыхэм ящыщ зыщ) я гъащIэр щхьэузыхь хуащIауэ, арауэ зэрыщытыпхъэри. Тхыдэтххэм я гуапэ дыдэу яIуэтэж, Сталин, Черчилль, Рузвельт сымэ далъэгъуа губзыгъагъэ гуэрхэр, нобэми зэIэпах абыхэм къащIэна псалъэ шэрыуэхэр. Зэгуэрым зы Iэнэм бгъэдэтIысхьэу зэмыпсэлъэфа къэрал унафэщIхэм я зэранкIэ къэрал 72-рэ зауэм хэша хъури, цIыху мелуан 62-рэ абы хагъэкIуэдащ. Япэрей дунейпсо зауэм (1914-1918 гъэхэм) хэкIуэда цIыху мелуани 9,5-рэ зы хьэблэ цIыкIуу къыпщегъэхъу и щхьэкIэ къитIуа бжыгъэм. КIэщIу жыпIэнумэ, зыгуэрым и дежкIэ гузэвэгъуэшхуэр нэгъуэщIым и дежкIэ мылъку хэкIыпIэт. Тхыдэм и жьантIэр зылъысыпхъэр къэралыгъуэхэмрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ заузэщIыным хуэлэжьа унафэщI Iущхэрат, апхуэдэхэрат “политик гъуэзэджэ” цIэр зыхуэфащэри. Псалъэм папщIэ, Рузвельттэкъым, атIэ Картер Джиммищ США-м и цIыхухэм лъагъуныгъэшхуэ зыхуаIэн хуейр, сыту жыпIэмэ ХХ лIэщIыгъуэм и япэ илъэс 88-м къриубыдэу абы и закъуэщ Америкэр зауэ гуэрым хэзымыдзар. ИтIани зы пIалъэщ президенту зэрагъэлэжьар. Мыр здэстхым сигу къэкIыжащ фIы дыдэу слъагъу тхакIуэ Хеллер Джозефер и зы роман цIэрыIуэм щыжиIэр: “Никому еще не удавалось потрясти воображение нации, усердно борясь за мир”.
1 2 3 4 5 6 →
|
||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
||||||
|