|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||||||||||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||||||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||||||||||||||||
сайт газеты «Адыгэ псалъэ» 2008гъэм бадзэуэгъуэм (июлым)и12 (№134) |
||||||||||||||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||||||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||||||||||||||||
Гу зылъытапхъэ: «Адыгэ псалъэ» газетым и нобэрей къыдэкIыгъуэм и теплъэр щыфлъагъунущ: www.smikbr.ru. сайтым.
Билан Димэ Николай и къуэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и Указ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэм ехъулIэныгъэшхуэ дыдэхэр къызэрыщихьам къыхэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр фIэщын Билан Димэ Николай и къуэм - уэрэджыIакIуэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м №80-УП
Дыгъуасэ КъБР-м и Жылагъуэ-чэнджэщэгъу советым хэтхэм я зи чэзу зэхуэс щекIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и Унэм. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен. КъыщIызэхуэсамрэ зытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэхэмрэ советым хэтхэр щигъэгъуазэу Президентым и пэублэ псалъэм и ужькIэ къэпсэлъапIэм кърагъэблэгъащ Жылагъуэ-чэнджэщэгъу советым и унэтIакIуэ (координатор) Тхьэгъэпсо Хьэжысмел. Абы утыку кърихьащ советыр 2008-2009 гъэхэм зэрылэжьэну щIыкIэмрэ щызэIущIэну пIалъэхэмрэ я убзыхукIэр икIи къызэхуэсахэр абыкIэ арэзы зэдэхъуащ. АдэкIэ псалъэ иратащ КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Тут Заур. Ар зэпкърыхауэ икIи щхьэтечу тепсэлъыхьащ щэнхабзэмрэ абы пыщIа IэнатIэу республикэм щыIэхэмрэ щылажьэхэм нобэ я Iуэху зыIутым, зэфIэха хъуам, щыIэ лъэпощхьэпохэм, арэзы къэзымыщIхэм. Министрым къиIэта псалъэмакъым я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ къыпащэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ щэнхабзэ лэжьакIуэхэм я профсоюзым и унафэщI Дау Марьянэ, Урыс къэрал драмэ театрым и унафэщI Ездаков Виктор, «НОТР-Налшык» ОРТК-м и тхьэмадэ Вэрокъуэ Владимир, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Шыбзыхъуэ Басир сымэ, нэгъуэщIхэри. Ныбэжь Таисэ.
Къэнжал зауэр илъэс 300 щрикъум ирихьэлIэу Ахъшэ щхьэкIэ къэнэнукъым Бадзэуэгъуэм и 11-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхэтащ Къэнжал зауэм адыгэхэм текIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 300 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэну щIыкIэр зыубзыху къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зи чэзу зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Президентым и Администрацэм и Iэтащхьэ, къызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэ Къэжэр Альберт, комитетым хэт щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Къанокъуэ Арсен кIэщIу къытеувыIащ адыгэхэмрэ кърымыдзэмрэ я зэхуаку къыдэхъуа зауэм иIа политикэ мыхьэнэм. КъБР-м и Президентым и чэнджэщэгъу Думэн Хьэсэн къызэхуэсахэм зэпкърыхауэ я пащхьэ кърилъхьащ комитетым и япэрей зэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIа зэрыхъур. Къэбгъэлъагъуэмэ, щхьэж и къалэныр къызыхуэтыншэу зэрызэфIагъэкIыным дэтхэнэри иужь итщ. Мы Iуэхум нэхъыщхьэу хэлъыр фэеплъхэр и чэзум хьэзыр щIынырщ. СэвкIуий Хьэмид ищIыну мемориалым текIуэдэну мылъкум, ихьыну зэманым Президентыр щыщIэупщIэм, ахъшэр (сом мелуан 18-м нэблагъэ) зэблэмыууэ къыIэрагъэхьэмэ, мази 7 - 10-м къитIасэу зэрызэфIигъэкIыфынур жиIащ Хьэмид. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщащ бюджетым щымыщ ахъшэ шыщхьэIум щыщIэдзауэ абыи, Къэнжал Iуащхьэм трагъэувэну стелэми зэрахухихынур. Думэныр къызытеувыIахэм ящыщу шууейхэм я зекIуэри гугъуехь хэмылъу къызэрызэрагъэпэщыфынур жаIащ Абхъазым щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бекъшокъуэ Алексейрэ Егъэн Ибрэхьимрэ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Тхыдэм и лъагъуэм ироплъэж Къэнжал зауэр илъэс 300 зэрырикъум ехьэлIауэ 2008 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыр - «Къэнжал зауэмрэ XVIII лIэщIыгъуэм и япэ зэхуэдитIым Къэбэрдейм и политикэ тхыдэмрэ» урысейпсо щIэныгъэ конференцыр - Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм дыгъуасэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщI Къэжэр Альберт, КъБР-м и Президентым и чэнджэщэгъу Думэн Хьэсэн, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ центру КъБР-м щыIэм и тхьэмадэ Иуан Петр, КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Тут Заур, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм къикIа щIэныгъэлIхэр. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий зэIущIэр къызэIуихри, хьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзэну псалъэ иритащ Къэжэр Альберт. Абы къыхигъэщащ Къэнжал зауэр илъэс 300 зэрырикъум теухуауэ Iуэхугъуэшхуэ зэрагъэхьэзырыр, ар республикэм и тхьэмадэм къазэрыдиIыгъыр. Зи тхыдэм гулъытэ хузиIэ, зи хабзэр зыхъумэ лъэпкъым пщIэ хуащIу сыт щыгъуи зэрыщытар, адыгэ лъэпкъыр абыхэм зэращыщыр жиIащ Федченкэ Людмилэ. Къэнжал зауэм иIа тхыдэ мыхьэнэм теухуауэ доклад нэхъыщхьэр ищIащ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. 1707 - 1708 илъэсхэм щыIа къэбэрдей-кърым зауэм епха Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм триухуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къущхьэбий Анзор и къэпсэлъэныгъэр. Санкт-Петербург къикIа, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Михайлов Андрей зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуэжащ XVIII лIэщIыгъуэм и япэ зэхуэдитIым урысейм и зауэ тхыдэм Къэбэрдейр къызэрыхэщыр. Къэнжал зауэм и ужькIэ Къэбэрдейр Урысейм, Уэсмэн империем, Кърым хъаным зэрахущыта щIыкIэхэр, Къэнжал зауэмрэ XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм и тхыдэмрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжыр, КъБР-м и щIалэгъуалэм ират хэкупсэ гъэсэныгъэм Къэнжал зауэм щиубыд увыпIэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэд къыхэщу къэпсэлъащ конференцым кърихьэлIа щIэныгъэлIхэр. Шыпш Данэху.
Япэу Налшык къыщызэIуах Къэнжал зауэр зэриухрэ илъэс 300 зэрырикъум ирихьэлIэу «Адыгэм и тхыдэр - картэхэмкIэ, хамэ къэрал къыдэкIыгъуэхэмкIэ» зи фIэщыгъэцIэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн Лъэпкъ музейм къыщызэIуихащ философие щIэныгъэхэм я доктор Едыдж Батрай. Мазэм нэблагъэкIэ екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуэхьэсащ адыгэхэм я тхыдэм, я къекIуэкIыкIам теухуауэ хамэ къэрал зэхуэмыдэхэм щыпсэу щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуэжа тхыгъэхэр зэрыт тхылъхэр. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ зи ныбжь картэхэм къощ адыгэхэр, ахэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэр нэхъапэм зэрысу щыта щIыпIэхэр. Абыхэм яхэлъщ ди эрэм и япэ лIэщIыгъуэм Кавказым иса лъэпкъхэр; Тыркум щыпсэу лъэпкъхэмрэ адыгэ жылэхэмрэ; Алыджым, Болгарием, Сербием щыпсэуа адыгэхэм яIыгъа щIыхэр, нэгъуэщIхэри. Экспонати 120-м нэблагъэ щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща Едыдж Батрай псалъэ щратым жиIащ езыр щыпсэуа къэралхэм щызэхуихьэсыжа тхылъхэм гъэщIэгъуэн куэд зэритыр. Адыгэхэм зэгуэр къахыхьауэ щытахэм абыхэм я тхыдэр, яхэлъ хабзэр яфIэгъэщIэгъуэну зэрытетхыхьар, адыгэ таурыхъхэр, усэхэр, уэрэдхэр хамэхэм зэрадзэкIауэ зэраIэр къыхигъэщащ абы. ГъэщIэгъуэнщ езы Едыджым и IэдакъэщIэкI тхылъхэри. НэщIэпыджэ Замирэ.
Мы махуэхэм Бадзэуэгъуэм и 12, щэбэт *Илъэс 65-рэ и пэкIэ (1943) Курск зауэм и зэманым Прохоровкэ щIыпIэм (Белгород область) тхыдэм щынэхъ ину щыта танк зэхэуэ щекIуэкIащ. *Бадзэуэгъуэм и 12 - 17-хэм Берлин (Германие) щекIуэкIынущ генетикэмкIэ 20-нэ дунейпсо конгресс. *Дыгъэр къыщIэкIащ сыхьэти 5-рэ дакъикъэ 35-м, къухьэжынущ сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 50-м. *Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 15-рэ дакъикъэ 14-рэ. Бадзэуэгъуэм и 13, тхьэмахуэ *Черногорие Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - къэралыгъуэм и махуэщ (1878). *Бадзэуэгъуэм и 13 -14-хэм Париж (Франджы) Европэ Союзым и къэралхэмрэ абыхэм я правительствэхэмрэ я Iэтащхьэхэм я зэIущIэ щекIуэкIынущ. Абы къыщызэрагъэпэщынущ ЕС-м и къэрал 27-рэ, ЩIыкурытыхым егъэщIылIа щIыналъэхэу къэрал 12, Израилри Тыркури хэту, зыхыхьэну ЩIыкурытых Союз. *Илъэс 85-рэ и пэкIэ (1923) къалъхуащ Театрымрэ киномрэ я актер, СССР-м и цIыхубэ артист Пуговкин Михаил. *Илъэс 80 и пэкIэ къалъхуащ совет тхакIуэ, тхыдэ романхэу, повестхэу 30 зи Iэдакъэм къыщIэкIа Пикуль Валентин (1928 - 1990). *Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 5-рэ дакъикъэ 36-м, къухьэжынущ сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 51-м. *Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 15-рэ дакъикъэ 14-рэ. Бадзэуэгъуэм и 14, блыщхьэ *Франджы Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - Бастилиер къыщащта махуэщ (1789). *Илъэс 265-рэ и пэкIэ къалъхуащ урыс усакIуэ, къэрал лэжьакIуэ Державин Георгий (1749 - 1816). *Илъэс 40 и пэкIэ лIащ совет тхакIуэ Паустовский Константин (1892 - 1968). *Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 5-рэ дакъикъэ 37-м, къухьэжынущ сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 49-м. *Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 15-рэ дакъикъэ 12-рэ.
Ди къуэш республикэхэм Зеиншэхэм зыщIагъакъуэ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2008 гъэм япэу республикэ бюджетым щыхухахащ сабий зеиншэхэм псэупIэ къахуэщэхуным сом мелуанитху. Министерствэм и IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, псэупIэ хуэныкъуэ сабий зеиншэу республикэм 400 иIэщ, ауэ къыхагъэщащ а бжыгъэр иджыри убзыхун зэрыхуейр. Республикэм и сабий зеиншэхэм зыщIагъакъуэу, псэупIэхэр къыхуащэхуу япэм щытакъым, уеблэмэ федерал бюджетми абыхэм щхьэкIэ ахъшэ къыхэкIакъым. Пэжщ, Инжыдж районым и сабий зеиншэхэм япэми унэхэр къыхуащэхуу щытащ, ауэ ар район администрацэм и къарукIэ зэфIигъэкIырт. КъШР-м Социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIым зэрыжиIамкIэ, адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэм щхьэкIэ щIыпIэ бюджетым щыхухаха сом мелуанитхури мащIэщ: ахэр зыхуей хуэгъэза хъун папщIэ, программэ щхьэхуэ зэхэгъэувауэ федерал, республикэ, район бюджетхэм ахъшэ къыхуаутIыпщын хуейщ. Спорт ухуэныгъэхэр Адыгей. Республикэм и Президент ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий иджыблагъэ щыIащ Мейкъуапэ къалэ щаухуэ сабий спорт центрым икIи лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымкIэ арэзы хъуащ. Сабийхэм я спорт центрым сом мелуан 35-рэ хухахащ. УхуакIуэхэм республикэм и унафэщIыр къагъэгугъащ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну. Абы нэмыщIкIэ, Адыгейм и стадион нэхъыщхьэри зэрагъэпэщыжын мурад щыIэщ. Абы теухуауэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий епсэлъащ Урысей Федерацэм туризмэмрэ спортымкIэ и министр Мутко Виталий. «Республикэ стадионыр зэрызэдгъэпэщыжын мылъку къыдитыну Мутко Виталий дыкъигъэгугъащ, абы къедзылIауэ иджыри зы стадион дыухуэу щытмэ. ИкIи спорт центрыр фокIадэм и 1-м къызэрызэIутхыу, а ухуэныгъэм яужь дихьэнущ», - жиIащ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий. Хьэщыкъуей Олег.
ЗэIущIэхэр Зэгъусэу хоплъэ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен бадзэуэгъуэм и 9-м иригъэкIуэкIащ шахматымкIэ цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионату шыщхьэIум и кIэм Налшык щызэхэтынум и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и етIуанэ зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ чемпионатым зыхуэгъэхьэзы-рыным теухуауэ нобэ ирихьэлIэу зэфIэгъэкIа хъуахэм. КъБР-м Физкультурэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI АфIэунэ Аслъэн къызэригъэлъэгъуамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 25-м зэхэтащ Урысейм ШахматымкIэ и федерацэм и зэIущIэ. Абы зэдэарэзыуэ щыдаIыгъащ шахматымкIэ цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионатыр Налшык щегъэкIуэкIыным и Iуэхур икIи къазэрыдэIэпыкъунур къыщыхагъэщащ. «Дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтынущ къэрал 32-м я шахматисткэ лъэщу 64-рэ. Абыхэм ФИДЕ-м щыщу чемпионатым и регламентыр къызэзыгъэпэщынухэми къезыгъэблагъэ тхылъхэр яхуедгъэхьащ. Апхуэдэщ арбитр нэхъыщхьэу щытынур, абы и къуэдзэхэр, зэпеуэм кIэлъыплъыну жюрим хэтынухэр, пресс-IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIынухэр ди къэралым къызэрихьэну тхылъхэми жыджэру долэжь. Языныкъуэ спортсменкэхэр, къапщтэмэ, Голландием, Германием щыщхэр, я шынагъуэншагъэм тешыныхьырти, ФИДЕ-м и сайтымкIэ абыхэм яжетIащ щIэгузэвэн гуэри зэрыщымыIэр», - къыхигъэщащ къэпсэлъам. АфIэунэ Аслъэн зэрыжиIамкIэ, бадзэуэгъуэм и 8-м ФИДЕ-м и лIыкIуэхэр Налшык щыIащ икIи чемпионатыр щызэхэтыну щIыпIэм еплъащ. Зэхьэзэхуэр «Синдикэ» интур-хьэщIэщым IыхьитIу гуэшауэ щрагъэкIуэкIыну зэгурыIуахэщ. Апхуэдэу ягъэбелджылащ пресс-центрыр здэщыIэну, медицинэм и лэжьакIуэхэр, финансистхэр щылэжьэну пэшхэр, хьэщIэ лъапIэхэм я хэщIапIэр. Пэш псори ФИДЕ-м къигъэувхэм йозэгъ, чемпионатыр тэмэму екIуэкIын папщIэ лэжьыпхъэхэр зэуIуу къызэрагъэпэщ. ЗэIущIэхэр зэпкърихын папщIэ, шахматымкIэ дуней псом и чемпион Спасский Борис кърагъэблэгъэну траухуащ. ТекIуэнухэм папщIэ дыщэ, дыжьын, домбеякъ медалхэм я эсксизхэр ягъэхьэзыращ, чемпионатым хэтынухэр зыщыщ къэралхэм я ныпхэм я эсксизхэри яIэщ. КъБР-м Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Тут Заур зэрыжиIамкIэ, ФИДЕ-м ейм къищынэмыщIа, чемпионатым къэкIуэну къэрал псоми я гимнхэр хьэзырщ, дамыгъэхэр, тыгъэхэр я теплъэкIэ зыхуэдэнур ягъэбелджылащ. Чемпионатыр къызэрызэIуахыну, зэрызэхуащIыжыну щIыкIэм, ягъэлъэгъуэну программэм я сценарийхэр зэхалъхьащ. Дэтхэнэри дакъикъи 10 -12 хъууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа фильмхэр, роликхэр ягъэхьэзыр. ЗэфIагъэкIахэр зэпкъриха нэужь, Президентым къыхигъэщащ мы Iуэхум жьгъей гуэри зэрыхэмылъыр, чемпионатым зыхуэгъэхьэзырыным ехьэлIа псори сыт и лъэныкъуэкIи зэпэшэчын зэрыхуейр. Правительствэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ, къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI ДыщэкI Мадинэрэ министр щхьэхуэхэмрэ зэкIэлъыхьауэ зэхалъхьэжащ яубзыхуа Iуэхугъуэ 40-м щIигъур гъэзэщIа зэрыхъур. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и тхьэмадэ Бечелов Ильяс, Президентым и Администрацэм и Iэтащхьэ Къэжэр Альберт, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу ЮФО-м щыIэм и Аппаратым Къэбэрдей-БалъкъэрымкIэ и федерал инспектор нэхъыщхьэ Меркулов Александр, Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Тхьэзэплъыж Мурат, министрхэр, ирагъэблэгъа къулыкъущIэхэр. Аруан Алий.
ЩIэ «Лэгъупыкъум» Аква-парк къыщызэIуах ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ДыщэкI Мадинэ, республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альберт, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Щхьэгъэпсо Сэфарбий, Социальнэ страхованэмкIэ Урысейпсо фондым и къудамэу ди щIыналъэм щыIэм и унафэщI Отаровэ Розэ, министерствэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым Тюбеев Альберт къыхигъэщащ «Лэгъупыкъу» центрым зиужьурэ зэрыкIуэр, нобэ къызэIуах Аква-паркыр абы и ехъулIэныгъэ нэхъ инхэм зэращыщыр. - МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу центрым и лэжьакIуэхэми абы зыщызыгъэп- сэху сабийхэми, - жиIащ ДыщэкI Мадинэ. - Мы зыращ иджыпстукIэ ди республикэм Аква-паркыу щыIэр. Сэ шэч къытесхьэркъым абы сабийхэр икъукIэ зэрыщыгуфIыкIам. ФIыщIэ ин яхузощI абы текIуэдэну мылъкур къэзыгъуэту, апхуэдэ нэгузыужь зыгъэпсэхупIэ сабийхэм къахузэзыгъэпэща центрым и унафэщIхэм. - «Лэгъупыкъу» центрым зыщызыгъэпсэхухэм я мызакъуэу, республикэм и сабий псоми я махуэшхуэу къызолъытэ нобэ, - жиIащ Отаровэ Розэ. - Мыбдеж щызэхэт цIыкIухэм абы къарит дэрэжэгъуэр къэплъытэмэ, республикэ унафэщIхэр хущIэкъун хуейщ санаторэ псоми Аква-паркхэр къызэрыщызэIуахыным. АдэкIэ ДыщэкI Мадинэрэ Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ лентI плъыжьыр зэпаупщIри, зым и ужьым адрейр иту сабийхэр псынщIэ дыдэу псыгуэным къыщыхутащ. «Лэгъупыкъум» и унафэщI БжыкIший Сурэждин щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, псыгуэныр метр зэбгъузэнатIэу 1500-рэ, и куууагъыр метр 1,20-рэ мэхъу. Къагъэсэбэпыр азотно-термальнэ псыщ, ар къызэрагъэхуабэ Iэмалхэри къалъытащ. Псыгуэным хэтщ илъэсым зэ фIэкIа абы итыр умыхъуэжу зыгъэкъабзэ фильтр. Аква-паркыр «Лэгъупыкъу» центрым и бюджетым щымыщ, езым ящIэ Iуэхутхьэбзэхэм къыпэкIуа мылъкумкIэ яухуащ. Сыт хуэдиз мылъку абы темыкIуэдами, а махуэм цIыкIухэм я нэгум кърих гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ ар и уасэт! ЩхьэщэмыщI Изэ.
Гидрометцентрым къет Махуэ гъунэгъухэм дунейм и щытыкIэнур Бадзэуэгъуэ мазэр хуабэу икIи гъущэу екIуэкI хабзэщ. Ар гъавэ Iухыжыгъуэм дежкIэ лъэхъэнэфIщ. Ауэ хуабэр градус 28 - 34-м зэрынэсым гъатхасэ къэкIыгъэхэм я зыужьыныгъэр зэтреIыгъэ. Къапщтэмэ, тафэ щIыпIэхэм щIы щхьэфэм градус 60-м нэблагъэ, адрейхэм 50-55-м нэс щаIыгъщ. Республикэм и тафэ щIыпIэхэм щытращIа сэхуранымрэ нартыхумрэ я зыужьыгъуэ дыдэщ. Сантиметр 200 - 250-рэ зи лъагагъ нартыхум гъашэр къыдидзын, сэхураным гъэгъэн щIадзэ. Нартыхумрэ сэхуранымрэ лъэщу зыщаужь лъэхъэнэм псы куэд хуейщ. Нартыхум и лъабжьэкIэ метр ныкъуэм нэскIэ щыIэ щIым псыIагъэу иIыгъыр мм 50 - 60-щ е нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм и процент 45 - 55-щ. Сэхураным метрым и лъабжьэкIэ ар зэрыщыхъур процент 60 - 65-рэщ. КъэкIыгъэхэм тэмэму заужьын папщIэ, псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыпхъэщ. Бадзэуэгъуэм и етIуанэ Iыхьэр хуабэу икIи гъущэу щытынущ. Уафэгъуагъуэ уэшххэр щыщыIэнур мы зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэ дызыхуэкIуэ тхьэмахуэм икухэмрэщ. Жэщым хуабэр градус 16 - 19, махуэм 28 - 31 хъууэ, щыдэкIуейкIэ, градус 35-м нэсу щытынущ. Орловэ Валентинэ, агрометеоролог.
Бадзэуэгъуэм и 13-р Урысей Федерацэм и пощтым и махуэщ Куэд зэлъыта Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэр зэрызэрыщIэ, сыт хуэдиз гъуэгуанэ я зэхуаку дэмылъми, зэрызэлъэIэс Iэмалщ пощтыр. Ар зи къалэныр, хъыбарегъащIэ цIыху, тхьэрыкъуэ гъэса ирехъу, сытым дежи щыIащ. Иджыпсту дыщыпсэур технологием и зэманырщ. Сытри пхузэфIэкIынущ: зыр къухьэпIэм адрейр къуэкIыпIэм щыIэу зопсалъэ, зэпэщытым хуэдэу, зэхуотхэ, асыхьэтым Iэрыхьэу. Абы щхьэкIэ къэмынэу иджыри пощтхэр мэлажьэ, къалэнхэр нэхъыбэ мыхъуамэ, зыкIи хэмыщIауэ. Абы и щыхьэтщ бадзэуэгъуэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэр Урысей псом зэрыщагъэлъапIэр - ар Пощтым и махуэщ. Зи махуэ зыгъэлъапIэхэм я Iуэхухэм, я лэжьэкIэм, пощтзехьэхэм къытхуахь тхыгъэхэр къытIэрыхьэн папщIэ зэфIагъэкI Iуэхугъуэшхуэхэм нэIуасэ захуэтщIын щхьэкIэ, дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Федерал пощт зэпыщIэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Шурдым Iэсият. - Iэсият, фи лэжьыгъэм, фи къалэнхэм хыхьэм укъытхутепсэлъыхьамэ арат. - Псом япэ идгъэщу, ди къалэн нэхъыщхьэращи, тхыгъэ, бандероль къакIуэхэр зыхуаутIыпщам Iэрыдогъэхьэ. Ар икъукIэ лэжьыгъэ инщ, гугъущ, цIыхухэм ар ямылъагъу щхьэкIэ, куэдыщэ пыщIащ. Псалъэм папщIэ, зы жэщ-махуэм къриубыдэу машинэшхуэу щы Минвод макIуэ, пощтыр къашэ. ЦIыху 30 хуэдиз йолэжь зы машинэм къишэ пощтым: ахэр здэкIуапхъэ къалэ, къуажэкIэ зэхадзри, нэху къызэрекIыу, зэбграш. ЕтIуанэращи, пощтым нэмыщI нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэу 60-м нэс зэфIыдогъэкI. Псалъэм папщIэ, элекрокъарум, газым я уасэр щатыр ди пощтращ, газет, журнал зэмылIэужьыгъуэ куэд щащэ, автострахованэ щрагъэкIуэкI, сурэтхэм щолэжь, банкым епха Iуэхугъуэ куэд щызэрахуэ. Ар сыт щхьэкIэ жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, пощтым епха Iуэхугъуэ къудейм икъукIэ хэщIыныгъэ ин къехь. Аращи, зи гугъу Iуэхутхьэбзэхэращ а хэщIыныгъэхэр щыз зыщIыжыр. - Фи Iуэху нэхъыщхьэм и лъэныкъуэкIэ ужьрей зэманым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрывгъэхьа? - Муниципальнэ районхэмрэ дэрэ дызэкъуэту едгъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм я Iэужьщ Дзэлыкъуэкъуажэ, Сэрмакъ, ХьэтIохъущыкъуей, Дженал, Заводское, Белоглинское, Iэдииху, нэгъуэщIхэми щIэуэ къыщызэIутха пощт IуэхущIапIэхэр. Пощтыр къызэрырашэкI, зэрызэхадз, зэрелэжь машинэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыдатащ. ИтIанэ мыпхуэдэ бжыгъэхэри наIуэ сщIыну сыхуейт: ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу УФ-м и Президентым къыбгъэдэкIыу пощткIэ къэкIуа тхыгъэ мин 27,163-рэ Хэку зауэшхуэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм ялъэдгъэIэсыжащ, мы гъэм къриубыдэу ди пощтзехьэхэм газетрэ журналу 5 680 372-рэ зэбграшащ, тхыгъэу 1 624 656-рэ зыхуаутIыпщахэм яIэрыдгъэхьэжащ. Республикэм пощт IуэхущIапIэу 202-рэ щыIэщ, абыхэм ящыщу 151-р интернеткIэ къызэгъэпэщащ. Псори зэхэту, пощтым епхауэ, республикэм лэжьакIуэ 1600-рэ диIэщ. Абы къищынэмыщIа, ди IуэхущIапIэм и теплъэр дызикъудамэ Урысей пощт нэхъыщхьэм ейм ещхьу зэрыдогъэхьэ, апхуэдэу щытын хуейуэ къагъэуващи. Пэш къэс компьютер щIэтщ. Ди мурадхэм ущIэупщIэми, нобэкIэ зэдгъэгъуэта ехъулIэныгъэхэр нэхъри едгъэфIэкIуэныр ди гупсысэ нэхъыщхьэщ. - Газетым Iэ тезыдзэхэм я бжыгъэм теухуауэ сыт къыджепIэфын? - Псалъэм папщIэ, «Адыгэ псалъэр» къатщтэмэ, мыпхуэдэ бжыгъэхэр щыIэщ: Нарткъалэдэсхэм (ягу дыхьэ къыщIэкIынщ) - цIыху 1190-м Iэ традзащ, Бахъсэн къалэ - 886-м, Дзэлыкъуэкъуажэ - 860-м. Ахэр нэхъ къыхэзгъэщхьэхукIауэ аращ, адрей къалэхэми къуажэхэми дошэ, щIэупщIэ иIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, япэрейм хуэдэу (цIыху мин 11-м щытрадза къэхъуат) зэрызыдгъэщIэгъуэфын бжыгъэхэр иджыпсту щыIэжкъым. Ар зэлъытар газетхэм я уасэр зэрыдэкIуеярауэ къыщIэкIынщ. - Iэсият, ди псалъэмакъым и кIэу жыпIахэм сыт дыщIыбгъужынт? - Пощтым епха псоми я махуэ лъапIэмкIэ сехъуэхъуну сыхуейщ. ЦIыхухэр зэпытщIэну зэгуэр ди Iуэху нэхъыщхьэу къыхэтхащи, сэбэп дахуэхъуфу, дызыхуэлажьэхэр арэзы тщIыфу дыкъэгъуэгурыкIуэну сыхуейщ. Епсэлъар Къаныкъуэ Анфисэщ.
Хъуэхъу Гукъыдэжрэ нэщхъыфIагърэ къыдэзыт Къуныжь Алим ящыщщ Музыкэ театрым и артист пашэхэм, ауэ ди республикэми адыгэ щыпсэу адрей щIыналъэхэми нэхъ къызэрыщащIэр эстрадэ утыкум кърихьа гушыIэ-ауаныщI теплъэгъуэхэрщ. Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэчийр цIыхухэм гукъыдэжрэ нэщхъыфIагърэ етыным хуэзыгъэлажьэ ди ныбжьэгъуфIым и махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу, и дэрэжэгъуэмрэ узыншагъэмрэ хэмыщIу псэуну, ди республикэм и щэнхабзэм и цIэр куэдрэ щыIуну. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр.
Футбол Тхыдэм къыхэнэн текIуэныгъэ «Зенит» (Санкт-Петербург) - «Спартак-Налшык» (Налшык) – 3:4 (2:2). Санкт-Петербург. «Петровский» стадион. Бадзэуэгъуэм и 9-м. ЦIыху 21000-рэ еплъащ. Судьяхэр: ГВАРДИС (Калининград), Бобык, Котковский (тIури Мэзкуу). «Зенит»: Малафеев, Ширл (Ионов, 74), Ким Дон Чжин, Широков, Анюков, Тимощук, Денисов, Зырянов, Домингес, Аршавин, Текке. «Спартак-Налшык»: Хомич, Кисенков, Амисулашвили, Джудович, Ятченкэ, Филатов (Къэжэр, 60), Джатэрывэ (Кочубей, 86), Мэшыкъуэ, Самсонов, ДзыхьмыщI, Калимуллин (Шумейкэ, 90+2). Топхэр дагъэкIащ: Амисулашвили (езым и гъуэм), 11 – 1:0. Анюков (езым и гъуэм), 19 – 1:1. Калимуллин, 20 – 1:2. Зырянов, 25 – 2:2. Текке, 49 – 3:2. Джудович, 57 – 3:3. Амисулашвили, 70 – 3:4. Дагъуэ хуащIащ: Джатэрывэм, Тимощук, Ятченкэм, Ким Дон Чжин, Анюковым, Кисенковым. ЗэIущIэр командитIми жыджэру щIадзащ. Дэтхэнэри хущIэкъурт псынщIэу топ дагъэкIыу, адэкIэ зэIущIэр зэрыхуейм хуэдэу ирагъэкIуэкIыну. 11-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэм къызэрагъэпэща ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщыр къызэпызыудыну хэта Амисулашвили щыуэри топыр ди командэм и гъуэм дигъэкIыжащ. Абы Санкт-Петербургым и командэр куэдрэ щыгуфIыкIакъым – дакъикъэ зыхыбл нэхъ дэмыкIауэ апхуэдэ дыдэу бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ Европэм и чемпионатым и жэз медалыр къэзыхьа Анюков - абыи и гъуэм топ дигъэкIыжащ. Абы и ужь кIэщIу иту Калимуллиныр гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, Малафеевым хуэкIуэу щIидзащ икIи топыр къищтэну зы Iэмали къыхуимыгъэнэжу налшыкдэсхэр япэ иригъэщащ. АрщхьэкIэ, ди щIалэхэм я гуфIэгъуэр кIэщIт - дакъикъитху нэхъ дэмыкIыу, хэгъэрейхэм бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжащ. Аршавин Iэзэу къита топыр Зыряновым гъуэм игъэкIуэжыным гугъущи дехьакъым. «Зенитым» и джэгукIэр нэхъ ефIакIуэ хъуат икIи дакъикъэ зыбжанэкIэ ебгъэрыкIуэ зэпыту хьэщIэхэм я лъэныкъуэмкIэ щыджэгуащ. Ауэ Красножан Юрий и гъэсэнхэр къикIуэтыртэкъым. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм щыщу къэнэжа зэманым командэхэр ебгъэрыкIуэныгъэ зыбжанэкIэ зэхъуэжащ, арщхьэкIэ зыми кIэух тэмэм ягъуэтакъым. ЕтIуанэ Iыхьэр хэгъэрейхэм жыджэру къыщIадзэжащ. Шэч хэмылъу, ахэр хуейтэкъым я унэм щыджэгуу зэIущIэм къыщыхагъэнэну, уеблэмэ зэрытемыгъэкIуауэ иухынуи. Я мурадхэри я джэгукIэкIэ щIагъэбыдэжащ. Командэхэм загъэпсэхуу къызэрихьэжрэ дикъикъэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIауэ, Аршавинымрэ Домингесрэ къызэрагъэпэща ебгъэрыкIуэныгъэр и кIэм нигъэсащ тырку гъуащхьауэ Текке Фатих икIи и командэр япэ иригъэщащ - 3:2. ТекIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу къэзылъыта «Зенитым», бразилхэм хуэдэу, «дэ дызыхуейм хуэдиз дэдгъэкIынщ», жыхуиIэу джэгуу щIидзащ. А псалъэухам, дызэрыщыгъуазэщи, япэ Iыхьи иIэщ: «фэ фхузэфIэкIым хуэдиз дэвгъэкI» жиIэу. Арауэ къыщIэкIынт хэгъэрейхэм яхуэгъэзар. Санкт-Петербург и командэр япэ зэрищрэ куэд дэкIатэкъым «Спартак-Налшыкым» и капитан Джудович Миодраг бжыгъэр зэхуэдэ щищIыжам. Джатэрывэ Къазбэч къита топыр абы Iэзэу гъуэм игъэкIуащ - 3:3. Командэхэм псори щIэрыщIэу къыщIадзэжын хуейт. АрщхьэкIэ «Зенитым» апхуэдэ къару иIэжтэкъым. Ди гъуэм япэ топыр къыдэзыгъэкIыжа Амисулашвили Александр мыхъуатэмэ, хэт ищIэрэт - а зэманым ирихьэлIэу ди щIалэхэр япэ итынкIэ хъунт. А гупсысэм псэхупIэ кърит хуэдэтэкъым езы куржы щIалэми. Абы къыIэщIэщIа мыхъумыщIагъэр екIуу игъэзэкIуэжащ - зэIущIэм и 70-нэ дакъикъэм «Зени- тым» топ худигъэкIащ. ИкIи УЕФА-м и кубокыр зыIэщIэлъ командэм, Европэм и чемпионатым и жэз медалхэр къэзыхьа футболист цIэрыIуэхэр зыхэт командэм апхуэдэ щIыкIэкIэ «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэ къыфIихьащ - 3:4. Ар, шэч хэмылъу, бжыгъэ дахэщ! 12-нэ джэгугъуэм щыщу мы махуэм екIуэкIащ Мэзкуу и «Москвамрэ» Раменскэ и «Сатурнымрэ» я зэIущIэр. Ар зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у иухащ. ЖЫЛАСЭ Замир.
ЗэIущIэ нэужьым Красножан Юрий, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Щыуагъэ куэд тIэщIокI ЗэIущIиплI хъуауэ зэкIэлъхьэужьу, зэрытекIуам (иджы УЕФА-м и Кубокыр къэзыхьагъащIэ «Зенитым»!) тренер нэхъыщхьэр икъукIэ иригушхуэрт. - ИкъукIэ щыуагъэ куэд тIэщIэкIащ. Ауэ ди щыуагъэхэм «Зенитым» и Iыхьи хэлъщ. Ди насыпти, хэгъэрейхэм я зыхъумэжыныгъэм и ныкъусаныгъэхэр къэдгъэсэбэпыну тхузэфIэкIащ. - Файзулин зэIущIэм зэрыщымыджэгунум фыщыгъуазэт? - Файзулиныр нэгъабэ ди командэм хэту джэгуащ, нобэр къыздэсми щIалэхэмрэ абырэ я зэпыщIэныгъэхэр кIуэдакъыми, тщIэрт и узыншагъэр зэрымытэмэмыр. Адвокат Дик, «Зенитым» и тренер нэхъыщхьэ «Томым» ещхькъым БжыгъэшхуэкIэ джэгугъуэ блэкIам текIуауэ, иджы апхуэдэ дыдэу къыхагъэщIэжа командэм и тренер нэхъыщхьэм къэхъуам и щхьэусыгъуэр къыхуэщIэртэкъым. - Псоми ди нэгу щIэкIащ «Томым» дедгъэкIуэкIа зэIущIэмрэ нобэреймрэ я зэщхьэщыкIыныгъэр. Iэмал куэдыкIей диIащ топ дэдгъэкIыну, ауэ нобэ ахэр къытхуэгъэсэбэпакъым. НэгъуэщI гукъеуэу диIащ пщэдджыжьым футболиститI сымаджэу къызэрыкIуар. Абы и зэранкIэ, джэгупIэ губгъуэм къизгъэхьэнухэм я зэхэтыкIэр схъуэжын хуей хъуащ. - Аршавиныр нэгъуэщI футбол клубым кIуэным теухуауэ сыт къыджепIэн? - СызэрыщыгъуазэмкIэ, псори тэмэму йокIуэкI. Директорхэм я советым абы зэман хэха къритащ а Iуэхур зэфIигъэкIыну. - «Зенитым» щIэуэ къыхыхьэнухэм ятеухуауэ-щэ? - Данни ди командэм мыгувэу къыхыхьэну жаIэу щытащ. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Iуэхухэр зэхуэхъуакъым. Зытхыжар МЭЗКУУ Къанщ.
ФIыщIэ жыг хухэфсэ Пщыгъусэ Аслъэн нобэ илъэс 50 ирокъу Пщыгъусэ Аслъэн урысыбзэм иритхэ тхакIуэщ, илъэс зыхыблым къриубыдэу тхылъ тIощIым нэблагъэ къыдигъэкIащ. Сыт и щхьэусыгъуэми, тхэн кIасэуэщ абы щыщIидзар, япэ и тхыгъэхэр къыщыдэкIар 2002 гъэрщ. И усэхэмрэ поэмэхэр щызэхуэхьэсауэ а илъэс дыдэм абы япэу къыдигъэкIа тхылъитIым, псалъащхьэ Гуэбэшы Ленэ зыхуитхам и гугъу умыщIмэ, и тиражкIэ мымащIэми, тхылъеджэхэми критикхэми гулъытэ лъэпкъ хуащIакъым. Зэ еплъыгъуэкIэ абы ихуа тхыгъэхэм иджырейхэр, нэхъ зытегузэвыхь Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр пэжу къыщыгъэлъэгъуауэ къыпщыхъу щхьэкIэ, арэзы укъащIыркъым абыхэм я къэIуэтэкIэм, ягъуэта ухуэкIэ-гъэпсыкIэм. Лъэпкъ гъащIэ блэкIар фIыуэ зэрищIэм, ар ищхьэкIэ нэхъ зэрыпэгъунэгъум, игу нэхъ зэрыдыхьэм и щыхьэтщ усакIуэм и поэмэхэу «Азэмэт», «Хьэзрэт», «Уэркъыжь Алий», «УсакIэ нэфIым и уэрэд» жыхуиIэхэр. Ахэр IуэрыIуатэм къыщигъуэтами е езым къигупсысами иджыкIэ зэхэгъэкIыгъуафIэкъым, ауэ абыхэм ящыщу а лъэпкъым и цIыхухэм я хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр, лIыгъэ яхэлъыр нэхъ куууэ зыхэпщар усакIуэ нэсым и образ хьэлэмэтырщ. Сыт хуэдэ мурад лъагэхэр тхэн щыщIидзам имыIами, и IэщIагъэм пэгъунэгъуу, абы хуеджауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ, Пщыгъусэм усэ зэхэлъхьэныр нэхъ къызэрытехьэлъам, зэрыхуейуэ къызэремыхъулIам езы дыдэми гу лъитэжауэ къыщIэкIынщ. ИужькIэ къыдигъэкIа и тхыгъэхэми усыгъэр IэщIыб щимыщIыпами, и псалъэ шэрыуэхэр иджыкIэ абыкIэ итх пэтми, нобэ усакIуэм прозэм зритыжащ, абы ар нэхъ къызэрехъулIэр къыгурыIуэжащ. Лъэпкъ гъащIэ блэкIа жыжьэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр, адыгэ тхыдэм бгъэдыхьэкIэ, еплъыкIэ щхьэхуэ зэрыхуиIэр Пщыгъусэм нэхъ IупщIу къыщигъэлъэгъуащ мэуэтхэм, синдхэм, керкетхэм ятеухуауэ илъэситI зэкIэлъыкIуэм къыдигъэкIа романищым. Илъэс 2500-рэ и пэкIэ адыгэ лъэпкъхэм къызэрагъэпэща къэралыгъуэм - Синдикэм - и тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр щIэныгъэлIхэм яхузэфIэкIакъым, убзыхуауэ, зэхэмыгъэкIауэ абы иджыри куэд хэлъщ. Абы еувалIэ тхакIуэри, тхыдэтххэм я мызакъуэу, гугъуехь, лъэпощхьэпо Iэджэм зэрыхуэзэнур гурыIуэгъуэщ. Ар зэрызэпхари а лъэхъэнэ жыжьэхэм теухуауэ зы мащIэ дыдэ фIэкI дэIэпыкъуэгъу пщIы хъун зэрыщымыIэрщ. Ауэ абыхэми псэукIэ блэкIам и лъэныкъуэ псори къызэщIаубыдэркъым, ахэм нэхъ зыубгъуауэ зи гугъу щыщIар а зэманым и цIыху пэрытхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэмрэщ. БлэкIар зэфIэзыгъэувэж тхакIуэми тэмэму зэхигъэкIын хуейщ зытетхыхь зэманым и цIыхухэм сыт хуэдэ фащэ зэрахьэу щытами, Iэщ зэрахуэхэр, гъавэ къагъэкIхэр зыхуэдэхэр, яшх ерыскъыр, зэрахьэ диныр, я хабзэхэр, я зэхэщIыкI-гупсысэм и щытыкIэхэр. Ди деж къэсыжа тхыгъэхэм ахэр щимыткIэ, абы тетхыхь тхакIуэм къыхуэнэжыр езым ахэр къигъуэтынырщ, къызэрыфIэщIым хуэдэу зэфIигъэувэжынырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къемызэгъыу къэплъытэн щыуагъэ тхакIуэм и тхылъищми щытлъэгъуакъым, ар зэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, зи фIыгъэри и романыр итхыным яужь ихьэн и пэкIэ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэуа лъэпкъхэм ятеухуауэ щыIэ тхыдэ лэжьыгъэхэм куууэ щыгъуазэ зэрызыхуищIарщ. Ар зэрыпэжыр ягъэбыдэ дэтхэнэ и зы романми я пэщIэдзэхэмрэ кIэуххэмрэ, и напэкIуэцIхэм гъунэжу къыхощ тхыдэ лэжьыгъэхэм къыхиха пычыгъуэхэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхакIуэм нэхъ къехьэлъэкIахэм ящыщу къыщIэкIынущ зы щIыпIэ мащIэм абы щыгъуэм ита къэралыгъуэ цIыкIухэм, лъэпкъ зэхуэмыдэ щыпсэуахэм я зэхущытыкIа дыдэр мыхъуми, тэкIу пэгъунэгъуу зэфIэгъэувэжыныр. Ахэр зэпыч имыIэу пIалъэ-пIалъэкIэрэ хамэ щIыпIэм къикI зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ, я щхьэ яхъумэжын щхьэкIэ, хуей-хуэмейми, апхуэдэ шынагъуэхэм езыхэр зэрашалIэрт, IэмалыншагъэкIэ зэгурыIуэн хуей ищIт. Ауэ абыи къикIыркъым езы лъэпкъ цIыкIухэри зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, псалъэмакъ, зауэ-банэ яку къыдэмыхъуэу зэдэпсэуауэ. ФIыуэ зэрыхищIыкIыр нэрылъагъу къытщищIу, тхакIуэм пэжу къегъэлъагъуэ хы ФIыцIэм и Iуфэм алыджхэмрэ римхэмрэ къыщызэрагъэпэща къэрал цIыкIумрэ бгырыс лъэпкъ абы Iусахэмрэ зэрызэпэщIэтар, синд, мэуэт щхьэхуитхэр жыIэдаIуэ ящIыну ахэр ерыщу яужь зэритар. Пщыгъусэ Аслъэн и трилогием и ехъулIэныгъэр нэхъыщхьэу зыщылъагъупхъэр, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, абы гукъинэж пщыхъу, псэм дыхьэ образ гъэщIэгъуэн зыбжанэ зэрыщызэфIэгъэуварщ. Языныкъуэхэм я цIэхэр тхыдэм ди зэманым къигъэсамэ, нэхъыбэр езы тхакIуэм и гупсысэм къызэригъэщIам шэч хэлъкъым. Тхылъищри быдэу зэзыпх, зэпызыщIэ и лIыхъужьхэм ящыщ зыщ Аникет и образыр. Зеиншэу, екIуэлIапIэншэу зи сабиигъуэр зыгъэкIуа, къызэрыгуэкI унагъуэм къыхэкIа а щIалэм и щхьэкIэ, и ерыщагъ къудейкIэ къулыкъу лъагэхэр зыIэрегъэхьэ, и лъахэм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми и цIэр хэIущIыIу щохъу. УзэрегупсысымкIэ, абы и образ уардэмкIэ тхакIуэм къыдигъэлъэгъуащ пасэрей адыгэм лIыгъэ, пэжагъ хэлъар, и хэкум лъагъуныгъэ къабзэ хуиIар, и псэм япэ и щIыхьыр иригъэувэу, зыщIапIыкIа лъэпкъ хабзэм зы мэскъалкIи емыбакъуэу, зэикI емыпцIыжу блэкIа лIэщIыгъуэхэм ар къызэрыгъуэгурыкIуар. Нэхъ пасэхэм литературэм и лIыхъужьхэр къулей-къулейсызкIэ зэщхьэщидзу зэрыщытам тхакIуэр къызэрытекIар белджылы къыпщещI мэуэтхэм я пащтыхь Арифарн и образыр романищми зэрыщызэфIэгъэувам. Акъыл жан зыбгъэдэлъ, лъахэм и лэжьакIуэ псэемыблэж, сытым щыгъуи пэжыр зи гъуазэ, зи лIыгъэрэ хахуагъэкIэ хамэ щIыпIэхэм къыщацIыху а пащтыхь псэемыблэжым жэщи махуи зи Iуэху зэрихуэр зыщ - и хэкум и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэнырщ, зыхуей ягъуэту, мамыру и цIыхухэр игъэпсэунырщ, ерагъыу зэрагъэпэща къэралыгъуэр къызэтригъэнэнырщ. И лIыхъужьхэр тхакIуэм лъэпкъкIи зэхигъэжыркъым, абыхэм ящыщуи ар гуапэу сытым дежи зыхущытыр цIыху пэжырщ, цIыхугъэм и бэнакIуэ къэмыланджэжырщ. Псэм ехуэбылIэу романхэм щызэгъэпэщащ алыдж дипломат, фIы лэжьыным зи гъащIэр хуэзыгъэпса, Аникет къуэш нэс хуэхъуа Арикс, шынагъуэхэр зэрыпыщIам щхьэкIи къимыгъанэу дэхуэхам зыщIэзыгъакъуэ рим сатуущI Фарнакс, захуагъэм, гъащIэм и пэжым емыпцIыжу тет, иужькIэ скифхэм я пащтыхьу хах Багион сымэ. Я хьэл-щэнкIи зэхуэмыдэу, зэщхьэщыкIыу, гум къинэжу цIыхубз образ зыбжанэ тхакIуэм и романхэм щызэфIэгъэуващ, пыухыкIауэ абыхэм я цIэ къедмыбжэкIми, я IуэхущIафэ дытемыпсэлъыхьми. Пщыгъусэм и трилогиер зы ищIу, Iыхьэ псори зэришалIэу сюжет пыухыкIа иIэкъым, романхэм языхэзми и пкъыгъуэхэр зэпищIэу зы лIыхъужь нэхъыщхьэ хэту аращ. Ауэ а тхылъищри быдэу зэзыпх зы Iэмал абыхэм уащыхуозэ - а тхыгъэ псоми хэтхэр зы лIыхъужьхэщ, абы я зэранкIэ къытегъэзэжыныгъэм мызэрэ-мытIэу уащыхуэзэми. Трилогие зэ етIысылIэгъуэм птхыныр тыншкъым, талант, ерыщагъ ар зи IэдакъэщIэкIым бгъэдэлъыным нэмыщIу, абы зэманышхуи темыкIуэдэнкIи Iэмал иIэкъым. ТхакIуэм и романхэр епIэщIэкIыу къызэрыдигъэкIам, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI редактор къызэрыдэмы-лэжьам я нэпкъыжьэ ахэм тыболъагъуэ, абыхэм лей, сэбэп мыхъу, мылажьэ Iуэху- гъуэхэм уащыхуозэ, хэт лIыхъужь щхьэхуэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр куууэ къэтIэщIа хъуакъым, ахэр зэрыпсалъэ я бзэр щхьэхуэ, пыухыкIа щIакъым. Ауэ, зэрыщыту къапщтэмэ, Пщыгъусэм и романхэм иджырей лъэпкъ тхылъеджэм къыхузэIуах нобэр къыздэсым ар зыщымыгъуазэ ди адэжьхэм я гъащIэр, я псэукIар, хьэл-щэн зэрахьахэр, арагъэнущ ахэр гъэщIэгъуэн щIэхъури, удихьэхыу укъыщIеджэри. Иужьрей илъэс зытIущым Пщыгъусэ Аслъэн и пщэ нэгъуэщI зы къалэн хьэлъи дилъхьэжащ - абы и гугъэщ адыгэхэр къызытепщIыкIауэ къалъытэ хъатхэмрэ хьетхэмрэ я къэралыгъуэм и тхыдэр, и цIыхухэм я псэукIар, ехъулIэныгъэ хьэлэмэт зыIэрагъэхьахэр, я щхьэхуитыныгъэм папщIэ бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIар роман щэщIым нэблагъэм щызэфIигъэувэну. ТегъэщIапIэ пщIыну зы мащIэ дыдэ фIэкI уимыIэу апхуэдэ лэжьыгъэхэм уеувэлIэныр дзыхьщIыгъуэджэщ, ауэ игурэ и щхьэрэ зэтелъу апхуэдэ мурад лъагэхэр зыщIа тхакIуэми афэрым къелэжь, фIыщIэ жыг хухэсапхъэщ. Илъэс миниплI и пэкIэ псэуа хъатхэм я гъащIэм иджыкIэ абы тхылъиплI триухуащ, ахэр къыдэкIахэщ, лъэпкъ критикхэми зэ мыхъуми зэ абыхэми гу лъатэну къытфIощI. Мысыр мамлюкхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ тхыгъэ зыбжанэм щызэфIигъэувэжыну къалэн зэрызыхуигъэувыжам и щыхьэту, илъэс зытIущ и пэкIэ абы къыдигъэкIащ мысыр мамлюкхэм я нэхъ цIэрыIуэ Беркъукъ теухуа романыр. Иджыблагъэ тхакIуэм иухащ икIи къыдэкIыным хуегъэхьэзыр «Сосрыкъуэ - мывэ и къуэ» романыр. Пщыгъусэ Аслъэн и щIа-лэгъуэщ (илъэс 50 хъуа къудейщ), и къару илъыгъуэщ, зэфIэкI мыкIуэщIыжхэр зэрыбгъэдэлъыр, жиIэни зэриIэр, тхылъеджэхэм я деж ар зэрынихьэсыфын урысыбзи зэрыбгъэдэлъыр иджыкIэ къыдигъэкIа и тхыгъэхэм белджылы къыпщащI. Ауэ лъэпкъ тхылъ- еджэхэр абы нэхъыбэжкIи щогугъри, дэ къытхуэнэжыр, япэрауэ, и махуэшхуэ игъэлъапIэмкIэ тхакIуэм дехъуэхъунырщ, узыншагъэфIрэ гъащIэшхуэрэ иIэну тхьэм дыхуелъэIунырщ, етIуанэрауи, тхыгъэ купщIафIэкIэ дяпэкIи куэдрэ дигъэгуфIэну дызэрыщыгугъыр жетIэнырщ. ХьэкIуащэ Андрей, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
ЩIалэгъуалэ зэпеуэ ЩIэдзэкIэр хъарзынэми… «Зенит» (Санкт-Петербург) - «Спартак-Налшык» (Налшык) – 3:1 (2:1). Бадзэуэгъуэм и 8-м. Санкт-Петербург. «Петровский» стадион. ЦIыху 500 еплъащ. Судьяр: Исаков (Санкт-Петербург). «Зенит»: Кержаков, Хохлов, Лапин, Абдулфаттах, Камолов, Пятников, Окороков (Колесников, 58), Басецкий, Петров, Гиголаев (Галыш, 80), Игнатович (Бобровский, 82). «Спартак-Налшык»: Радич (Щоджэн Аз., 46), Соблыр (Щоджэн Ас., 46), Шумейкэ, Шэру (Васин, 46), Бикмаев (Андреев, 79), ДыщэкI, Степанов, Балъкъэр, Карауш (Зрум, 46), Гъубж, Гъуэщокъуэ. Дагъуэ къыхуащIащ: Петровымрэ Зрумымрэ. Топхэр дагъэкIащ: Гъуэщокъуэ, 15 (0:1). Игнатович, 27 (1:1). Игнатович, 43 (1:2). Гиголаев, 61 (1:3). Бадзэуэгъуэм и 8-м Санкт-Петербург и «Зенитымрэ» Налшык и «Спартак-Налшыкымрэ» 11-нэ джэгугъуэм щыщу ягъэIэпхъуауэ щыта зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ. ЩIалэгъуалэ командитIми 12-нэ джэгугъуэм текIуэныгъэ къыщахьат - «Зенитыр» 2:1-уэ «Томым» ефIэкIат, налшыкдэсхэм «Шинникыр» 3:1-уэ хагъэщIат. ЗэIущIэм командэхэм жыджэру щIадзащ. Зэхьэрхуэрэгъухэр зэхуэдэу джэгу хуэдэт, арщхьэкIэ зэIущIэм и 15-нэ дакъикъэм набдзэгубдзаплъагъэр зыфIэкIуэда «Зенитым» и футболистхэм Iэзэу къапикIухьри, «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ Гъуэщокъуэ Арсен лъэщу топым еуащ. Хэгъэрейхэм я гъуащхьэтет Кержаковым абы зыри хуещIакъым – 0:1. Топ дагъэкIам жыджэрагъ къызыхилъхьа ди щIалэхэм ебгъэрыкIуэн щIадзащ. Гъубжыр метр 20 хуэдизкIэ гъуэм пэжыжьэу лъэщу топым еуащ, ауэ хутегъэхуакъым. Хэгъэрейхэми фIыуэ къагурыIуэрт уи унэ ущыIэу къыптекIуэну къызэремыкIур икIи контратакэ псынщIэхэр къызэрагъэпэщу щIадзащ, я джэгукIэр щIагъэхуабжьэ зэпыт хъуащ. Абыхэм къата угловойм къезыгъэгъэзэну гъуэм къыдэкIа Радич щыуащ икIи Игнатовичым бжыгъэр зэхуэдэ ищIащ – 1:1. «Спартак-Налшыкым» къикIуэтын мурад иIэтэкъым, ауэ «Зенитри» нэхъ къатегушхуэ хъуащ икIи 43-нэ дакъикъэм, ди хьэрхуэрэгъухэр япэ иригъэщащ нэхъапэIуэкIэ топ дэзыгъэкIа Игнатовичым. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр щIадзэжащ командэхэр джэгупIэ губгъуэм нэхъыбэрэ щыджэгуу. Дэтхэнэ зы лъэныкъуэми я ебгъэрыкIуэныгъэхэр и кIэм яхунэгъэстэкъым. КъыщIэзыдза уэшхышхуэм джэгукIэр нэхъ къызэтригъэувыIа хуэдэт, ауэ хэгъэрейхэр нэхъ жыджэрт икIи абы ехъулIэныгъэ къахуихьащ. Штрафнойм иту Гиголаевыр лъэщу зэуа топыр Радич и пIэкIэ зэIущIэм къыхыхьа Щоджэн Азэмэт къыхуегъэгъэзакъым - 1:3. КъыкIэлъыкIуэ дакъикъэ зыбжанэм и кIуэцIкIэ санкт-петербургдэсхэм ебгъэрыкIуэныгъэ зыбжанэ къызэрагъэпэщащ, арщхьэкIэ зэми гъуэм техуэртэкъым, зэми топыр штангэм къигъэлъеижырт. Ди щIалэхэм джэгукIэр яфIэкIуэда хуэдэт, «Зенитыр» ебгъэрыкIуэ зэпытт. ЗэIущIэм и кIэух дакъикъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм и щIалэгъуалэ гупым нэхъ «щIакъузэжащ». Зэманыр иухыным куэд къэмынэжауэ абыхэм ягъэзэщIа штрафнойр ерагъыущ Кержаковым къызэрыригъэгъэзар. Гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIа Ащхъуэтыр Кержаковым и гъуэм еуащ, ауэ техуакъым, арати ди щIалэхэм «Зенитыр» 3:1-уэ къатекIуауэ иухащ зэIущIэр. КЪЭХЪУН Бэч.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм хэт гупхэр зэрыджэгуам кърикIуар
Малъхъэдис Гъуазджэ Пугачевэ и радиом къет Ди республикэм и мызакъуэу, гъунэгъу хэгъуэгухэми фIыуэ къыщацIыху уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Хьэцей Тимур. Абы и щыхьэтщ Хьэцейм Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист цIэ лъапIэр зэрызэрихьэр. Тимур Налшык къалэ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ дэт колледжыр къиухащ. Иджы Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ Москва дэт къэрал университетым и щIэныгъэм щыпещэ. Иджыблагъэ абы дызыщыгуфIыкIа хъыбар гуапэ къытхуихьащ. Сэхъу Хьэсэнрэ Тимуррэ зэдатха «Любя, люблю тебя» уэрэдыр езым игъэзащIэу Пугачевэ Аллэ и радиом къитащ. Хэт ищIэрэ, ар ди хэкуэгъу ныбжьыщIэм урысей эстрадэм щича япэ лъэбакъуэу къыщIэкIынкIэ мэхъу. А Iуэхур къызэрехъулIам и гугъу къытхуищIыну Тимур зыщыхуэдгъазэм, жиIащ радиом и музыкэ редактор Коротич Еленэ уэрэдыр дискым тету Iэригъэхьауэ зэрыщытар. АдэкIэ гурыIуэгъуэщ: уэрэдыр ягу иримыхьамэ, утыкуи кърахьэнтэкъым. Тимур зыхуеджэ режиссер IэщIагъэм и щэху псори зэрызригъэщIэным хущIокъу. Апхуэдэу абы и гугъэщ зыми емыщхьу езым и концерт зэхигъэувэжу и творчествэм дихьэххэр мыгувэу игъэгуфIэну. И мурад псори къехъулIэну дохъуэхъу Тимур.
Прозэу тха басняхэр Нэпсыр къокIуэ - Сыт, нанэ, уи нэпсыр къыщIекIуар? - щIэупщIащ шхыным халъхьэну яукъэбз бжьыныр. - Уэ фIыщэу узолъагъури аращ, - жиIащ нанэм. Дзыгъуэм и щхьэусыгъуэ Ерагъыу джэдум IэщIэкIа дзыгъуэр и гъуэм илъэдэжащи, губжьауэ мэдалъэ: - Сэ нэхърэ зэрынэхъ иныр къигъэсэбэпауэ мы джэдуужьым сыкърехуэкI сишхыну. Сэ абы джэду зэрашх езгъэлъагъунт, си лъатэр цIыкIуу щымытамэ! Мет цIыкIур изыдар Бостейм зигъэщIагъуэрт: - Флъагъурэ мы си пщэм деж ит мет цIыкIуищым я дахагъыр! - Пэжщ, дахэ дыдэхэщ, - жаIэрт зылъагъухэми. - Сэращ а мет цIыкIухэр изыдар, - жиIащ зэгуэрым мастэм. ХъумпIэцIэджыр щIэнэшхуэр - Сыт уи нэхэр апхуэдизу щIэиныр? - жаIэри хъумпIэцIэджым еупщIахэти, къажриIар мыращ: - Сэ сызытет гъуэгур хуиту слъагъун хуейщ, сыщхьэрыуэу сыздэмыкIуэн сымыкIуэн щхьэкIэ. ИтIанэ, сэ сыхуейщ си ныб-жьэгъухэр щыгуфIэкIэ слъагъуну. Мажьэм игъэщIэгъуар Щхьэр ижьу еса мажьэр зыкъом лъандэрэ къамыгъэсэбэпыж хъуат. «Сыту пIэрэ абы и щхьэусыгъуэр?» - гупсысэрт мажьэр. Зэгуэрым гушыIэм къыхэкIыу ар щхьэм щыхуахьым, мажьэм къилъэгъуащ абы зы щхьэц зэримытыжыр, мылгъурыджэм хуэдэу джафэ зэрыхъуар. «Дэнэ здэкIуар сэ апхуэдизу селIалIэу зжьыуэ щыта щхьэц Iувыр?» - игъэщIагъуэрт абы, щхьэр ижьурэ езыми дахэ-дахэу дзэ къызэрыIумынэжам емыгупсысу. Щхьэщытхъу Псым телъ лъэмыжым и фIэщыпэрэ, зигъэщIагъуэу жиIэрт: - Ей, псы, сэ сыптрамылъхьамэ, дауэ ухъунут уэ? Сэ си щIагъымкIэ ущIэмыжу щытамэ, дауэ епхьэхынут уи толъкъун уэрхэр? Зэгуэрым псыр къиури, лъэмыжыр трихащ. Ар ирихьэхыурэ, псым жиIащ: - Плъагъурэ, лъэмыж щхьэщытхъу, уэ устемылъыж щхьэкIэ къэмынэу сэ сызэрежэх?! Уэрат сэ къысхуейр, армыхъуамэ сэ зыкIи сыпхуейтэкъым. Къагъырмэс Борис.
ЖыIэгъуэхэр Гъэгъам псэр пIэпех *ПцIым и лъапсэр бгъэгъущмэ, дунейр джафэу къэмынэну пIэрэ? *Бзэ IэфIыр Iэщми хозагъэ. *УдаIуэ защIэкIи Iуэхур зэфIэкIыркъым: къыщыбгъэдэIуапхъэ зэмани уохуэ. *Учэнджащэ хуэдэурэ къэппсэлъар нэхъ пхокI. *ФIыр щыхуалэм, Iейр щогъагъэ. *Бзэгум къелар ажалым къела пэлъытэщ. *ДызэкъуэншэкIам хуэфащэр къылъысауэ догъэIу. *Лъэтэным къыхуигъэщIам къепщыхь, дамэ зытемытым лъэтэну зещI: тIуми къызыхэкIар ягъэикIэ. *Сабиймэ, зэхихыр жеIэж, балигъмэ, щIигъуурэ егъэIу. *СыкъащIэм си напэр текIащ жызыIэм, и IэкIэ трихыжакIэщ. *Уи гум къишхыдыкIар къыптекIуащ: е хахуагъэкIэ, е щыуагъэкIэ. *ХуэпщIэр зыфIэмащIэм, хуумыщIэфыр фIэкуэдщ. *ЦIыхур номиным къытехъукIауэ уи фIэщ зыщIын куэд дыболъагъу. *Япэ зизыгъахуэри иужь зыкъизыгъанэри щхьэхуещэщ. *ГъащIэр щэхущ: щхьэж нахуэ къыхуэщIыр и Iыхьэщ. *Нэрылъагъу уи гугъэу зумыгъэIу, щэху къыпщыхъууи зумыущэху. *ХъарбызитIыр зы IэкIэ пIыгъыныр зырикIщ, щэху пIыгъыным елъытауэ. *Псэр зыгуэрым и IэмыщIэ илъмэ, хьэзаб телъщ. *Гъэгъам псэр пIэпех, ныбэр дихьэхыркъым. *ЕпщIар къозыщIэжым лей къуихыу къыпщохъу. *Зи щIыб къыпхуэзыгъазэм и напэр нэхъ IупщIу болъагъу. Бейтыгъуэн Сэфарбий.
Лъэпкъ шхыныгъуэхэр Къаз гъэва ФIыуэ ягъэкъэбза, ятхьэщIа къазыр, бабыщыр зэрыщыту е зэпкърыхауэ шыгъу зыхэдза, къэкъуэлъэным нэблэгъа псым халъхьэри, ягъавэ. Хьэзыр зэрыхъуу къыхахыжри, тIэкIу зэрыщIэгъущхьэу шыгъурэ бжьыныху убарэ (шыгъуу зы Iыхьэм бжьыныху IыхьитI, е шыгъу зы Iыхьэм бжьыныху Iыхьищ) зэщIыгъуу щахуэ. Зы цIыхум бжэмышхи 3-4 хуэзэу къытраха дагъэ лэпсым шыгъурэ бжьыныху убарэ хадзэ, итIанэ языж. Ар шыпс папщIэу лым и гъусэу Iэнэм трагъэувэ, лэпсымкIэ хъынкIэл ящI. Лэпс къавэм хъынкIэл ягъэхьэзырар халъхьэ. Ар вэн зэрырикъуу къыдредзей. ХъынкIэлыр чынчылкIэ къыхах, хьэкъущыкъу мыкуум иралъхьэри, бжьыныхурэ шыгъурэ зыхэлъ лэпсыр тракIэж. ХъынкIэлыр щащIкIэ халъхьэр: зы къазым хуэзэу зы джэдыкIэрэ псыуэ стэкан 1,5-2-рэ (бабыщмэ - зы стэкан) къапщ тхьэв. Ар пIащIэу яхури, зэпэплIимэ цIыкIуу, сантиметр 2x2 хъууэ, зэпаупщI; бжьыныхурэ шыгъуу - зыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.
Егъэджэныгъэ Гъуэгу къежьапIэ
СКГИИ-р диплом плъыжькIэ къэзухахэу Хъупэ Марьянэ (адыгэ актер студие), Ныбэжь Таисэ (культурологие), Зэрэкъуш Дианэ сымэ. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэта щIалэгъуалэ гупышхуэм иджыблагъэ дипломхэр иратыжащ. Дунейпсо щэнхабзэр джыным (культурологие), макъамэм, театрым, гъуазджэм и нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм епха IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ къозыт ищхьэ еджапIэм и бжэхэр зэрызэIуихрэ дэкIа илъэс 19-м ар къэзыухахэм ящыщу иджырейхэр 14-нэ гупщ. 100-м нэблагъэ (махуэрыеджэу - 48-м, 49-м - заочнэу) IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр, ди республикэм и мызакъуэу, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ингуш, Шэшэн, Къалмыкъ республикэхэм, Ставрополь крайм, Тула областым щызэбгрыкIыжащ, ягъуэта щIэныгъэр къызэрагъэсэбэпын мурад дахэхэр яIэу. Ди республикэм щыIэ адрей еджапIэ нэхъыщхьэхэм СКГИИ-р къазэрыщхьэщыкIхэм ящыщщ ар къэзухахэм я дипломхэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту зэрыратыжыр. Апхуэдэу иджырей къэухыгъуэм иращIэкIа махуэшхуэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, КъБР-м и Конституцэ судым и унафэщI Геляхов Абдулыхь, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Созаев Ахъмэт сымэ. IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтауэ диплом зратыжхэм ехъулIэныгъэхэр яIэну хьэщIэхэр гуапэу ехъуэхъуащ. Хъуэхъу псалъэкIэ ныбжьыщIэхэм зыхуагъэзащ СКГИИ-м и ректор, профессор Рахаев Анатолэрэ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, СКГИИ-м и профессор Гъэсашэ Натальерэ. Утыкум щыжаIащ къэзыуххэм къабгъэдэкIыу гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ хуэгъэза фIыщIэ псалъэхэри. ИНЭРОКЪУЭ ТIатIэ.
Гъэсэныгъэ хъыбар Бзу анэ Мухьэдинхэ я бжьыхьэкIапэм бзу анэм абгъуэ щищIри, шыр цIыкIухэр къыщришат. Абгъуэм е джэду гъунэгъу къыхуэхъуамэ, е къашыргъэ гуэр зыкъридзыхмэ, е нэгъуэщI шынагъуэ шырхэм къакIэщIэзэрыхьмэ, бзу анэм зигъэубэлэцырти кIийуэ щIидзэрт. Абы и макъымкIэ къыуигъащIэрт дэIэпыкъуэгъу зэрылъыхъуэр, зыгуэр щхьэкIэ зэрылъаIуэр, и бынхэм зэратегужьеикIар. Бзу шырхэр иджыри лъэтэфхэртэкъыми, захъумэжыфынутэкъым, я щхьэ Iуэху яхузехуэжынутэкъым. Я анэм шхын къахуимыхьмэ, езыхэм къахуэгъэхьэрычэтынутэкъым. Ахэр щымэжалIэм деж, иджыри цы къызытемыкIа я щхьэ плъыжь-щхъуантIафэхэр абгъуэм кърагъэжырти, я жьэ гъуэжь цIыкIухэр ину яущIырт, зыгуэр зэрылъыхъуэм и нэщэнэу, я макъ цIухэми зрагъэIэтырт. Зы жьэу зэрыгъэкIийуэ абыхэм щыщIадзэр хьэмбылу, гъудэ-бадзэ е щхьэмыж жьэдэлъу я анэм къигъэзэжа нэужьт. Щхьэж езым и Iыхьэр химыгъэкIуэдэну хэтт, и макъымкIэ мамэм гу зылъригъэтэну хуейт. Анэми зыри хигъэбелджылыкIыртэкъым, хигъэпэжыкIыртэкъым, IэщIэгъупщыкIын дэнэ къэна, къихьа ерыскъыр и бынхэм зэхуэдабзэу яхуигуэшырти, аргуэру шхынлъыхъуэ ежьэжырт. Шыр цIыкIухэми гъын щагъэтыжырти жейхэрт. Бзу анэр шхын лъыхъуэ здэщыIэми тепыIэртэкъым, и бынхэм апхуэдизкIэ ятегужьеикIати. Зэгупсысыр нэхъ псынщIэIуэу зыгуэр къигъэхьэрычэту и шыр цIыкIухэм яхыхьэжынырт. Езыр ящхьэщымытмэ, и бынхэр сыхьэт мыгъуэ гуэр IущIэну къыщыхъурт. Махуэ псом псэхугъуэ имыIэу бзу анэр и шырхэм ятелажьэрт. Къигъэхьэрычэтам щыщ езым и джийм иригъэхыртэкъым, и бынхэм къадэхуэIамэ, зэзэмызэ и жьэм хуихь мыхъумэ. Гугъу ехьми, бзу анэм абы нэхъ насыпышхуэ иIэтэкъым. Зэгуэрым, Мухьэдинхэ я пщIантIэр зэгъуэкI хъуауэ, Хьэрун жаIэри щIалэжь цIыкIу къыдыхьащ, хьэфэмывэдз иIыгъыу. Хьэмбылу и жьэм жьэдэлъу бзу анэм асыхьэтым къигъэзэжри бжьыхьэкIапэм тетIысхьат, и абгъуэм пэгъунэгъуу. Абы мураду иIэр зыт - къихьар бзу шырхэм яхуигуэшу игъэгуфIэну, ауэ хунэсакъым. ЩIалэ цIыкIур хьэфэмывэдзымкIэ уэри, бзу анэр къриудыхащ. Хьэруни, къэхъуа щымыIэ хуэдэ, пщIантIэм дэжыжащ... Бзу анэм мыхъужын удын къытрадзат. Абы и псэр щыхэкIым, ипкъ щIэлIэ цIыкIум къыхэнэжа къару мащIэр зэхуихьэсыжри, хьэмбылур и жьэм зэрыжьэдэлъым хуэдэу, и шырхэм дежкIэ зидзащ, арщхьэкIэ ялъэIэсыжакъым - и щхьэм игъуэта удыным къелакъым... Я анэм и къэкIуэжыгъуэ хъуати, шырхэр я макъ цIу цIыкIухэмкIэ еджэрт. Абыхэм ящIэртэкъым къатепсыха гуIэгъуэр: я анэр зэи ялъагъужынутэкъым. Шыр цIыкIухэр жьэтехьэгъуэ ямыIэу кIийхэрт. Бзу анэр щылът и бгъэгур дэгъэзеяуэ. И пэм кърива лъы ткIуэпсыр и жьэм жьэдэлъ хьэмбылум телъэдэжат, ауэ хьэмбылур иутIыпщыртэкъым, ар къызыхуихьам зыгуэркIэ ялъигъэIэсыну хэт хуэдэт. И нэ диижахэм и шырхэм я ныбжь къищырт... Мухьэдин цIыкIу пщIантIэм къыдэлъэдэжауэ ар щилъагъум, бел къищтэри хадэм ихьащ. Хьэмбылу, лъэгущIэуэ куэду къыщIитIыкIри бзу абгъуэм ирилъхьащ. Бзу шырхэм хьэмбылухэри лъэгущIэуэхэри яфIэIэфIыпсу яшхащ, Мухьэдин и гу щабагъыр къагурыIуа нэхъей. Ауэ, сыт хуэдэу щымытами, ахэр я мамэ къихьым хуэдэу IэфIтэкъым. Анэм хуэдэу Iэ щабэрэ гу щабэрэ я псэм ехуэбылIэрэ абыхэм зэи ялъагъужакъым. Джаурджий Хьэтыкъэ.
Нэщэнэхэр ХъумпIэцIэдж абгъуэ пкъутэмэ… * Умысымаджэу сымаджагъэ зытепIуэну фIыкъым. * Унэр зытеунэри зытеунахъуэри щы мэхъу: хьэр, шыр, фызыр; насыпыр къызыдэкIуэри зыдэкIуэжри аращ жаIэрт. * ФафIэ узым и цIэ ираIуэртэкъым, «дахэкIэ» еджэрт. * Хъыджэбз къалъхумэ, къыпцIей е пхъэгулъей хуагъэтIыст. * ХъумпIэцIэдж абгъуэ пкъутэмэ, уэлбанэ мэхъу. * ХьэкIэ къызытеуа цIыхум и жагъуэ, гущIыхьэ щыхъун зыгуэр жепIэрэ къэбгъащтэмэ, щегъэтыж.
Псалъэжьхэр Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ * Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ. * Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнущ. * ГъунэгъуфI - къуэшыфI палъэщ. * Псэм фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ. * Пхъур зэрыбгъасэщ, нысэр зэресащ. * Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ. * Фызым насып къыдокIуэ. * Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ.
Псалъэзэблэдзэ ЕкIуэкIыу: 3. УзыкIуэцIрымыплъыф хьэуа. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ. 10. Зи пэр щимэу пылъыкIа мастэ пIащэ. 13. Ди къэралым и щIыналъэм щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщ, километр мини 4-м щIигъу и кIыхьагъыу. 15. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпIэ. 16. КъурIэным и зы пычыгъуэ. 18. Псым и ... макъ. 21. Зипхъу ирахьэжьам е зиш ирахужьам кIэлъыщIэпхъуа гуп. 22. ... дарий е ... хьэпIацIэ. 23. Зи нэхэр куууэ ис. 27. Шыуанышхуэ. 29. Шэжыпс гъэфIэIуа. 30. Iэпхъуамбищ зэбгъурылъым и бгъуагъым хуэдиз. 31 Мыщэм фIэбэлацэ хьэкIэкхъуэкIэ. 32. Путин Владимир и япэ къуэдзэ. 35. Iугъуэ куэдрэ зыщIихум трищIэр. 40. ... бэлътоку. 41. ГъэшхэкI. 44. Мэлыц щабэ. 46. Хьэцэпэцэ лъэдий закъуэ. 47. Къуалэбзу. 49. ГъукIэ Iэмэпсымэ. 50. Нарт фызыжь Уэрсэрыжь и фIыгъэкIэ Лъэпщ ищIа мэкъумэш Iэмэпсымэ. 51. ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ, къимыкIуэт. 52. Кавказым щыпсэу лъэпкъ. 54. Къэрэгъул, плъыр... Къехыу: 1. «Къуэш ... нэхърэ ныбжьэгъуфI». 2. Бдзэжьей зэрещэ. 4. Пхъэщхьэмыщхьэ. 5. Адыгэ композитор, Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтыр зрата. 6. Нарт лIыхъужь. 7. Фэ Iув гъэтэджа. 9. ТепIэнщIэлъын. 11. «... зытI йохуэж». 12. ЩакIуэ фочышэу къагъэсэбэп бдзапцIэ хъурей цIыкIу. 14. Уафэм къех псыIагъэ. 17. ГъукIэ Iэмэпсымэ. 19. Джэду лъэпкъым щыщ хьэкIэкхъуэкIэ. 20. Хабзэм ебакъуэхэр пасэм зрадзэу щыта мащэ куу. 24. ЩIымахуэ щыгъын. 25. Пасэрей фоч. 26. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэ, къуажэпсыр иубыду. 28. Чыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ къащхъуэ-фIыцIафэ. 30. КIэстумыпхъэ. 33. Iэпслъэпсым щыщ. 34. КъуэкIыпIэ гъунэгъум щыIэ хьэрып къэрал. 36. «... зэхэдзэ нэхърэ Iыхьэ зэхэдзэ». 37. ТхылъымпIэ шыхьа, сэхуран, н.къ. иракIутэу. 38. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу уэрэджыIакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ артист. 39. Мэкъу зэтелъхьа, Iэтэ зыкъом хъууэ. 42. Лы лей зытелъ. 43. Адыгэ таурыхъхэм хэт щIалэ хьилэшы цIыкIу, иныжьхэм акъылкIэ ятекIуэу. 45. НэщI мазэм тхьэмыщкIэхэм ират Iыхьэ. 48. ХьэрыпыбзэкIэ къабж нэмэзыбзэ. 50. Пашэ, пэрыт. 53. «... вы бжьакъуэм къокI». 55. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 5-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 7. ДыщэкI. 8. «Лъапсэ». 9. Хьэзыр. 10. Шымэзокъуэ. 12. Псыншокъуэ. 15. Жызум. 17. Къуалэ. 19. Бажэ. 22. «Тыгъэ». 23. «Гъуазэ». 24. БгъуэщI. 25. ТIыкъэ. 26. КIэщт. 29. ЗэкIуж. 30. Анэш. 32. Еншэ. 33. Уэтэр. 36. ЖызумгъэкI. 38. «АнэнэпIэс». 39. Ислъам. 40. Арщын. 41. «Тисей». Къехыу: 1. Жырыкъ. 2. Щэбэтыкъуэ. 3. Балэ. 4. Есэп. 5. Уэршэрэгъу. 6. «Дыркъуэ». 11. Къуажэ. 13. Сэмб. 14. «Азау». 16. «ЛъыщIэж». 18. Лэгъунэ. 20. Ацкъан. 21. БзакIуэ. 27. Тамбукъан. 28. Джатэ. 29. «ЗэгъунэгъуитI». 31. Шухьэ. 32. Ерэн. 34. Шыпсэ. 35. Мэсей. 37. КIарц. 38. Алыдж.
------------------------------------------------------------------------- «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
|
|
|||||||||||||||||||||||
къыдэкIыгъуэхэр |
|
|||||||||||||||||||||||
|
KAVKAZWEB Kavkaz Banner Network
|
|
|
|||||||||||||||||||||
|
|
Copyright © 2005 B*ch e-mail: [email protected]* |
|
|
||||||||||||||||||||
|