ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым11

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ - бесплатный счетчик на любой вкус!

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

главная

Волгоград къалэ. Мамай 1уащхьэ. Щ1ыхьым и кхъэлэгъунэ.

 Сэмэгумк1э къыщыщ1эдзауэ: Кхъуэ1уфэ Хьэчим,

Совет Союзым и Л1ыхъужь, тхак1уэ Карпов Владимир, Созаев Ахъмэт.

 

 

Пэжыр гъуазэу къыхэтмэ…

 

ТхакIуэ, журналист, литературэ критик КхъуэIуфэ Хьэчим тхылъеджэхэм фIыуэ къацIыху Кавказ зауэм, ИстамбылакIуэм, адыгэхэм я тхыдэ жыжьэм, къэбэрдей литературэм и зыужьы­кIэ­хэм ехьэлIауэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа лэжьыгъэхэмкIэ.

   Абы тхылъ хьэлэмэтхэр итхащ, очерк, статья щхьэхуэу пщIы бжыгъэхэр   къытрыри­гъэ­дзащ Хэку зауэшхуэм и зэманым ди республикэм икIа щIалэхэм, абыхэм я гъусэу зауэ IэнатIэм Iутахэм лIыхъужьыгъэу яхэлъар къигъэлъэгъуэжу. А тхыгъэхэм я нэхъыбэр гъэпсащ ди литературэм щIэуэ зыщызыужь жанрым, художественнэ-документальнэ, художественнэ-публицистикэ тхэкIэм тету.

   Зауэм и тхыдэм щIэрыщIэу псори ироплъэж иужьрей зэманым. Иджыри къэс зэрыжаIэу, зэратхыу щытамрэ зауэм и пэжыпIэмрэ щызэтемыхуэ куэд Iуэхум хэтауэ къыщыщIидзи щыIэщ. КхъуэIуфэр хущIокъу апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм фIыуэ, пэжыгъэу хэлъыр къыхиубы­дыкIыу, и тхыгъэхэм къыщигъэ­сэбэпыным. Ар къызэрехъулIэ щIыкIэм, абы и повестхэм, рассказхэм, очеркхэм пэж дыдэу къэхъуа Iуэхугъуэхэмрэ къагупсысахэмрэ зэдэууэ, зэIэпэгъуу зэ­рыхэувэм топсэлъыхь Хьэчимрэ тхакIуэ, журналист ХьэIупщы Му­Iэедрэ.

   ХьэIупщы МуIэед: Мы ди пса­лъэ­макъыр зытедухуэну сэ сызэрегупсысам “ТхакIуэмрэ зауэм и тхыдэмрэ” е “Литературэмрэ зауэмрэ” жиI­эу фIэпщ хъунут…

   КхъуэIуфэ Хьэчим: Дапхуэдэри содэ. Ауэ мыр занщIэу къыхэзгъэщынут. Хэку зауэшхуэм и темэр ар – гъуни, нэзи зимыIэщ. Дэ сыт мы­гъуэри ди тхакIуэ жыпIэным хуэдэщ а къалэн иным зыпыпшэн и пэкIэ. Зауэр зищIысыр, зыхуэдэр нэхъ куууэ, нэхъ Iэзэу къэзыгъэлъэ­гъуэжыфыр зауэм и гъуэгуанэхэр зэпызыча, ажалым мэскъалкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу абы и Iугъуэ бзаджэм хэта тхакIуэхэрщ. Дэ сыт абы­хэм елъытауэ? Пэжщ, уи щхьэр хей зэрыпщIын гуэрхэри хэлъщ. “Къуршыбгъэм и уафэр лъагэщ” жыхуиIэ повестым (ар зэрыщыту документхэм тещIыхьауэ тхащ) нэмыщI, зауэр зауэу къэгъэ­лъэгъуэным тегъэпса, нэгъуэщIу жып­Iэмэ, дзэхэр зэпэщIэувауэ зэзауэу, зэрылIу, зым бийр иукIыу е къаукIыу, текIуэр текIуэу, якъур якъуу къезытхэкI сэ си лэжьыгъэхэм яхэткъым. Мо зи гугъу сщIа повестри зытепсэлъыхьыр уэгум иту кхъухьлъатэхэр зэрызэпэщIэувэрщ. Абы ебгъэщхь хъуну къы­щIэкIынщ за­уэлI щхьэхуэхэм якIуа гъуэгур, я нэгу щIэкIахэр къэзы­Iуэтэж ди очеркхэри.

   Мыдрейхэм псоми нэхъ зыт­ра­гъа­щIэр нобэ къэхъу Iуэхухэрщ, нэ­хъыщ­хьэу къащтэри езы зауэр зэ­рекIуэкIа дыдэр аркъым, атIэ ноби абы и лъэужьыр зэрымыгъущырщ, зауэ угъурсызым и дерс пщтырхэр нобэ псэу цIыхухэм псэкIэ зэрагъэ­вырщ, абы ди щIым кърина гуауэхэр зэрымыжэщIырщ. Сэ зэгуэрым мурад сщIыри апхуэдэ рассказ защIэу зэхэлъ тхылъи згъэхьэзырат, фIэсщари абы хуэкIуэу къысщыхъуж гуэрт: “Зауэм и Iэпа­пIэхэр”. Ар 1973 гъэм къыдэкIат. АдыгэбзэкIэ стхахэм щыщу мы тхылъ цIыкIур сэ нэхъыфIу со­лъагъу. ТхэкIэ IэзагъэкIэ ар бэлыхь гуэрт жысIэу аракъым. И зэхэ­лъыкIэрщ, и гъэпсыкIэрщ зи гугъу сщIыр. СощIэж критик Iэзэ дыдэ Со­къур Мусэрбий тхакIуэхэм я зэIущIэ гуэрым къыщыпсалъэу а тхылъым и зэхэлъыкIэр къыхигъэ­щауэ зэрыщытар, псори зы Iуэху­гъуэм теухуауэ, зы гупсысэкIэ зэ­щIэ­IулIауэ рассказ гуп щызэхуэхьэ­са сборник куэдрэ къытхэхъуэркъым, жиIэгъат абы.

   Хь.М.: Хьэчим, “дэ зауэм дыхэтакъым, сыт дэ абы хэтщIыкIрэ?” - къибгъэкIыу утепсэлъыхьащ за­уэм тетхыхьын къалэным. Ауэ уи тхылъхэм абы ехьэлIауэ сигу къинэжа гуэр сыщрихьэлIащ “Дэ псори зауэм дриветеранхэщ” жыпIэу.

   Кхъу.Хь.: Ар “фигуральнэ” жы­хуа­Iэ псэлъэкIэм хуэдэ гуэрщ. Къиз­­гъэкIари гурыIуэгъуэ си ­гугъэщ. Сэ зауэм хэта куэдым я хъы­бар сыщIэдэIуащ, къаIуэтэжа Iэ­джи стхыжащ. Ахэр уэршэрэгъу къы­щыпхуэхъукIэ, къыпфIэщIыжу щIе­дзэ уэри а зи гугъу ящIхэм ухэта хуэдэу, уэри ар бгъэунэхуауэ, бгъэ­вауэ. Ар нэкъыфIэщIщ. Пэжращи, дэ тщыщу зауэм и гъуэз ды­джыр къызыжьэхэуа дэтхэнэри - ар Iэ щIыIэкIэ зи гъащIэм къы­хэ­Iэ­ба псори, топышэмрэ бомбэмрэ я къауэ макъыр зи тхьэкIумэм къиIуа псори - дыхэтащ зауэм. Абы къи­кIыр­къым Iэщэ зыIыгъыу фронтым Iутам дегъэпщэн хуейуэ, ауэ итIа­ни узэгупсысын щыIэщ. Дэ зауэм дыкIуакъым - дыкъалъхуа къудейт ар къыщылыдам. Ауэ за­уэр езыр къэкIуащ ди деж. Бахъсэн Iуфэм къыIутIысхьащ псым мы­дэкIэ къыщыс ди къуажэм хуэ­зэн­щIа­бзэу. Абдеж нэмыцэхэр къы­щагъэувыIат 1942 гъэм и гъэма­хуэм. Ди къуажэм, Дыгулыбгъуейм, со­ветыдзэхэр дэст. Арати, дэ фронтым и гъунапкъэ дыдэм дыкъытеху­тащ. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэр ди щхьэщыгум икIыртэкъым, топы­шэ­хэр зэпымычу псым къызэпры­лъэ­тырт. Апхуэдэу мазитIрэ ны­къуэкIэ екIуэкIащ, сабии балигъи зэ­рыгъэгужьеяуэ щIыунэм дису. Уи щхьэр къипшиикIын жыхуэпIэр дзыхьщIыгъуэджэт.

   Нэмыцэ топышэхэм ящыщ зы махуэ гуэрым ди щIапIэм къихуащ, а сыхьэтым хадэм ихьа си анэм пэ­мыжыжьэу. Топышэ къутахуэу къы­техуам ар жэщым илIыкIащ. Илъэс 27-рэ и ныбжьу арат абы щыгъуэ. Ди адэр фронтым щыIэт. Си шыпхъумрэ сэрэ адэшхуэмрэ анэш­хуэмрэ я деж дыкъыщы­хъуащ. Си анэр уIэгъэу унэм къы­щы­щIахьэжарщ сэ япэ дыдэу цIыхум лъы къыщIэжу щыслъэ­гъуар. Ар дауэ пщыгъупщэн? Хьэмэ дащымыщу пхужыIэн дэ зауэм хэтахэм? Фронтыр аракъым жы­хуэсIэр – зауэрщ.

   Хь.М.: Зауэмрэ сабиигъуэмрэ зэ­хьэ­лIауэ уэ уи тхыгъэхэм куэдрэ къы­хохуэ. Апхуэдэщ, зэ еплъыгъуэ­кIэ мыбыхэм икъукIэ пэIэщIэу къыпфIэщI “ИгъащIэкIэ гъэрибхэр” тхылъри. Абы и Iыхьэ щхьэхуэхэр топсэлъыхь пасэу щыIа Кавказ зауэжьым, абы нэмыщI 1948 гъэм щыщIэдзауэ хьэрып къэралхэмрэ Израилымрэ яку къыдэхъуа зауэхэм. Ди псалъэмакъыр зытеухуамрэ мобыхэмрэ сыткIэ зэпха жыпIэнщ, итIани…

   Кхъу.Хь.: ИтIани, икIэм-икIэ­жым, псори зэпыщIауэ къыщIедз. Сыт хуэдэ зауи ирехъуи, нэхъыбэу лей зытехьэр сабийхэрщ.

   Сэ япэу хьэрып къэралхэм – Сирием, Иорданием, Ливаным – сыщыкIуам, 1967 гъэм къэхъуа хьэрып-журт зауэр увыIа къудейт. Дамаски, адрей къалэхэми дзэр дэзт, нэ­хъыбэжт журтхэм яубыда щIы­налъэхэм, абыхэм адыгэхэри яхэту, кърахуахэр. КуэдыкIейт тхьэ­мыщкIафэ дыдэ зытет сабийхэр – лъаIуэу я Iэр къашийуэ уэрамым дэт­хэр; зи лъакъуэ, зи Iэ пымытыж балигъхэр. Сэ къысфIэщIу щIидзащ а псори зэгуэрым зыщIыпIэ щыслъэгъуауэ. Уэри зэ­рыпщIэщи, тхакIуэм тхылъ псо зытриухуэнур абы и нэгум къы­щIидзэу и гум зыпхидза теплъэгъуэ за­къуэм къытепщIыкIынкIэ мэхъу. Ап­хуэдэу сэ зы лIыжь хьэфиз (и нитIри нэфу) щыслъэгъуат Дамаск. Ар къалэм и уэрамыщхьэ гуэрым тест, зэпымыууэ зэчыр жиIэу. И пащхьэм тепщэч пIащIэ гуэр итти, блэкIхэм абы жьгъей ирадзэрт. ЛIыжьым, ар илъагъуми – имы­лъагъуми, и зэчырыр зэпыуртэ­къым, а зэрызэфIэсым хуэдэу зэ­фIэст, и Iэпхъуамбэ гъур кIыхьхэм­кIэ нэмэз щыгъэр игъажэу. Мис апхуэдэ дыдэ хьэфиз лIыжь фа-къы­рэ зауэм иужь илъэсхэм тесащ Бахъсэн бэзэрым. Апхуэдабзэу нэмэз щыгъэр игъажэу, а зэчыр дыдэри жэщ хъуху жиIэу: “Ла Iиллахьу Iил Аллахь, Мухьэмэд расул Аллахь”. Си гум зиублэрэкIат ар зэ­рызэ­хэсхыу. Бахъсэн бэзэрым и за­къуэт зыщIиублэрэкIар? Мис а шэр къызытелъалъэ щIыунэм иса псо­ми зэдежьууэ жытIэрт а зэчырыр, ди Щхьэщыгу итым дыкъихъу­мэну псори делъэIуу. Дамаск и уэрамыпэм а зэчыр дыдэр къришу тес хьэфизыр плъэгъуауэ дауэ къэнэнт зауэм и бэлыхьу дэ дыщы­цIыкIум тшэчар уигу къэмыкIыжу! Апхуэдэ щIыкIэщ “ИгъащIэкIэ гъэрибхэм” “зауэ гукъэкIыжхэр” хэзэ­ры­хьа зэрыхъуар.

   Хь.М.: УцIыкIуу уи нэгу щIэ­кIа­хэр арауэ пIэрэ зауэм и темэр апхуэ­дэу гъунэгъу къыпхуэзыщIар?

   Кхъу.Хь.: АрагъэнкIи хъунщ. Ауэ абы и закъуэкъым. Нэхъ ды­къыдэкIуэтея иужькIи дэ дыкъэ­хъуащ зауэм и хъыбархэм дыхэ­мы­кIыу – тхылъу дызэджэри ки­ноууэ дызэплъри арат. Зэи дымыужэ­гъуу. Дыкъэзыухъуреихь нэхъыжь­хэ­ри арат – фронтовикхэрт. Зэ­рыжысIащи, ди тхьэкIумэр тегъэхуауэ дедаIуэрт абыхэм къаIуэ­тэжым.

   НэгъуэщI “зауэ мемуархэри” щыIащ. Жылэ бгъуэтын зыдэмыса игъащIэм имыщIар икIи хуэ­мы­щIэнур “зэригъэхъар” къиIуэтэжу? Сталиным и гъусэу “окопым зэрисар” е “Гилътыр къиубыдыну заданэ кърату” “Берлин парашюткIэ щыдадзам” “зэхэтахэр” хуэмыухыжу? Мыхэр нэхъ зэхьэлIапхъэхэр сэ сщIэркъым - психологиера хьэмэрэ психикэра, - ауэ пцIыми гъэ­щIэ­гъуэнщ жыхуаIэм хуэдэхэщ. А Iуэ­ры­Iуатэ лIэужьыгъуэри джын хуей­уэ къыщIэкIынщ, уеблэмэ, психологие и лъэныкъуэкIэ. Лъэпкъ психологием и хуэмэбжьымэ гуэрхэри ящIэуа хъунт а хъыбархэм. Зэ­рытщIэщи, лIым дунейм щызэ­фIи­­гъэкIын хуей къалэнхэр лъэпкъ куэдым ирапх псэуныгъэ и лъэны­къуэкIэ нэхъ яфIэдурысхэм - къуэ игъуэтын, унэ иухуэн, жыг хисэн, н.къ. Адыгэм апхуэдэ нэрыгъ иIэ­къым, цIыхухъум и япэ къалэну къи­лъытэр нэгъуэщIщ - лIыгъэ зэрихьэнырщ! Аращ нартхэм я деж къыщыщIэдзауэ ди IуэрыIуатэм дызыхуриджэр, дызыхуиущийр. Мо зи гупсысэкIэм за­уэм бэIутIэIу иритахэм я напэр сы хъунт: лIыгъэ гуэр зедмыхьауэ жылэм дауэ дахыхьэ­жы­ну? Ара­гъэнт а къомыр къы­щIагупсысари.

   Тхэн нэхъ къызэрыщIадзари аращ дэ ди ныбжь тхакIуэхэм – зауэм и хъыбархэрщ. Пэжщ – ар дэ­нэ пхьын – щIалэгъуалэ, лъагъуны­гъэ Iуэхухэри хэтащ ди япэ тхы­гъэ­хэм. Сэри апхуэдэ зыгуэрхэр сыу­цIырхъауэ щыIэщ. Ауэ зауэм и те­мэр текIуащ. Си гугъэмкIэ, ар зы­къомкIэ къыхэкIащ “Советская молодежь” газетым “военно-патриотическэ гъэсэныгъэ”-кIэ зэджэ от­делыр сIыгъыу илъэс зыб­жанэкIэ сызэрыщылэжьам.

   Зауэм хэтахэм зэрахьа лIыхъу­жьы­гъэр къэгъэлъэгъуэжыным къы­дэкIуэу, абы щыгъуэ гулъытэшхуэ хуащIырт хъыбарыншэу кIуэда, зи цIэ-унэцIэ ямыщIэу къуэ­шыкхъэхэм щIалъхьа зауэлIхэр зей-зыщыщхэр зэфIэгъэувэжыным. Ар щIыхьышхуэ, псапэшхуэ зыпылъ Iуэхущ. Зы къалэн щыIэщ зэи пщыгъупщэ мыхъуну – ар псэухэм дунейм ехыжахэм я пащхьэ щахь къалэнырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд зэфIэгъэкIа хъуат а илъэсхэм. ЗыгуэркIэ сызыщытхъужыну ара­къым, ауэ, бжесIэнщи, сэ срогушхуэ си щIалэгъуэм а Iуэхум слъэкI къэ­змыгъанэу сызэрыхэтам, дэ ди тхыгъэхэм, едгъэкIуэкIа лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэм я сэбэпкIэ куэдым я Iыхьлыхэр щыкIуэдар, щыщIалъхьар къащIауэ, ямыцIыху зауэлI зыбжанэми я цIэр наIуэ къэхъуауэ зэрыщытам. Абыхэм я бынхэм, я адэ-анэхэм я гу къабзэ, псэ къабзэ фIыщIэм нэхъ лъапIэ гонорар сиIауи сэ сщIэжыркъым икIи сыхуеякъым сиIэну.

   Нобэр къыздэсым сыхуэсакъыу сохъумэ фIыщIэ псалъэхэр иту абы щы­гъуэ зауэм и ветеранхэм, хэ­кIуэ­дахэм я Iыхьлыхэм къысхуатха письмохэр. Сигу къызэреуэщи, зыри зэзмыщIэфа письмо-лъэIу­хэ­ри яхэлъщ абыхэм: мыпхуэдэ ди адэр, къуэшыр, дэлъхур хъыба­рын­шэу кIуэдащи, зыгуэр хыу­мы­щIыкIыу пIэрэ? – жаIэу щIэупщIэу. Ап­хуэдэ куэд къэкIуауэ щытащ, къап­щтэмэ, ди республикэм ще­кIуэкI лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэм теухуа си тхыгъэ “Советская Россия” газетым къытехуа иужькIэ.

   ЗэралъытэмкIэ, ди дзэр щи­кIуэт­ми, щебгъэрыкIуэми зэхэту Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и щIы­налъэм щыхэкIуэдащ совет зауэлIу 3287-рэ. Абыхэм ящыщ куэдым я цIэ-унэцIэр наIуэ къызэрыхъуар я фIыщIэщ егъэджакIуэхэр, шко­ла­кIуэ цIыкIухэр, комсомол, пионер организацэхэр жыджэру зыхэ­та къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. ИтIа­ни а Iуэху щхьэпэр, дахэр и кIэм нэ­сауэ пхужыIэнукъым. Ди респуб­ли­кэм хэхауэ сщIэркъым, къэралым и кIуэцIкIэ и гугъу пщIымэ, 1995 гъэм, ТекIуэныгъэ иныр ­илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу, мыпхуэдэ бжыгъэхэр къытрадзауэ щытащ: Урысей Федерацэм и щIына­лъэм щыщIалъхьащ хэкIуэда совет сэлэтхэрэ офицерхэу мелуани 2-рэ мин 757-рэ 127-рэ; абы щыщу зы мелуанрэ мин 289-рэ 711-м я цIэ-унэ­цIэр ямыщIэу иджыри щIэлъ­хэщ. КъызыфIэгъэщIыт! Ар Уры­сейм и закъуэщ. Зауэр гуащIэу ще­кIуэкIа Украинэм, Белоруссием, Мол­давием, Прибалтикэм, Къухьэ­пIэ Европэм и къэралхэм щы­щIалъхьахэр дапщэ хъуну?  

   Хь.М.: Хьэчим, бжыгъэхэм дыщыхыхьакIэ – псори зэхэту ди къэ­ралым и цIыхуу зауэм хэкIуэдар…

   Кхъу.Хь.: Ар зэтемыхуэу къагъэ­лъагъуэу къокIуэкI. 1995 гъэ пщIон­дэ мелуан 20-м тету щытащ. А гъэм къытрадзамкIэ - мелуан 27-рэ. Абы щыщу дзэм хэт цIыхуу (зауэм Iуту къаукIауэ, хъыбарыншэу кIуэдауэ, гъэр хъури къимыгъэзэжауэ, уIэгъэм е узыфэ гуэрым илIы­кIауэ) мелуани 8-рэ мин 668-рэ 400-рэ. Мыбы хабжэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм (Японием и дзэр щызэтракъу­тэм) укIыгъэ хъуахэри. Адрей мелуан бжыгъэхэр зауэм Iумыта, лажьи-хъати зимыIэ, “гражданское на­селение” хъужым щыщ цIых­у­хэщ. Къапщтэмэ, мис дэ ди анэм хуэдэу.

   НэгъуэщI бжыгъэхэри къагъэ­лъа­гъуэу урохьэлIэ. 2004 гъэм къыдэкIа “Урысей энциклопедие словарым” зэритымкIэ, дзэм хэт цIыхуу кIуэдар мелуан 11,4-м нос. Абы хохьэ партизану къаукIар - ме­луани 4 - 5. Мыдрейхэр (мелуан 27-м хабжэу) - дзэм хэмытахэрщ. Псори зэхэту етIуанэ дунейпсо зауэм цIыху мелуан 65-м нэс хэкIуэдауэ къалъытэ. Германием фIэкIуэдар мелуани 6-м щыщIэдзауэ, мелуан 13,7-м нэсыну хуагъэфащэ. 1995 гъэм нэхъ пыухыкIауэ къытрадзат Германиемрэ абы и дэрэгъу къэралхэмрэ я цIыхуу хэкIуэдар - мелуани 8-рэ мин 649-рэ. Абы щыщу Германием и закъуэ - мелуани 7,4-рэ нэс, дзэм хэта абы и цIыхуу ме­луани 5,5-рэ яукIауэ къалъытэ. Гъэр хъуахэри хыубжэмэ, Герма­нием хэщIыныгъэу игъуэтащ цIыху мелуан 13,6-рэ, абы щыщу мелуани 10-р (процент 70-р) - совет-герман фронтым щыфIэкIуэдащ.

   Хь.М.: Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа цIыхуу зауэм хэтар, хэкIуэдар ябжауэ щыIэу пIэрэ?

   Кхъу.Хь.: СССР псом тещIы­хьауэ къызэрысхьам хуэдэу зэхэгъэкIауэ щыIэу сыщыгъуазэ­къым, щыIэуи къыщIэкIынукъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, республикэм а зэманым цIыхуу исауэ 8 къэс зыр кIуащ зауэм; цIыхухъуу щыпсэ­уам дэтхэнэ етхуанэри хэкIуэдащ. Мыпхуэдэ къэбжыкIи щыIэщ: ­иджырей КъБР-м и щIыналъэм икIауэ зауэм Iухьащ цIыху мин 60; абы щыщу мин 38-р хэкIуэдащ, нэхъ пэжрауэ къыщIэкIынущи - 3 къэс 2-р. Республикэм и “Фэеплъ тхы­лъыр” щызэхагъэувэм ябжыфыну щытащ мыр, уеблэмэ, лъэпкъ-лъэп­къыу зэщхьэщыхауэ. Ябжыпами тщIэркъым, дунейм зыри къы­те­хьакъым.

   Хь.М.: Газетым щылажьэ журналист щIалэ Албэч Хьэсэн лIыхъужь нэ­хъыщхьэу хэтщ уи художественнэ тхыгъэ зыбжанэм. Псори къэ­зыIуэтэжри, псори къызыпкъ­-   ры­кI­ри аращ. Сыт я зэхуакуу пIэрэ авторымрэ абырэ? Сыт щыIауэ, сыт къэгупсысауэ хэлъ а Хьэсэным и Iуэхум?

   Кхъу.Хь.: Ар нэхъ къызыхы­хьэр “Зауэм и IэпапIэхэр” сборникымрэ “Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ” повестымрэщ. Авторымрэ абырэ я IуэхущIафэхэм зэхуакушхуэ яIэу схужыIэнукъым. АтIэми, Хьэсэныр ар литературэ образщ, авторым езым кIэрымылъ гуэрхэри апхуэдэм кIэрилъхьэнкIэ мэхъу. Сюжетхэм, Хьэсэныр зыхэхуэ къекIуэкI-некIуэкIхэм я гугъу пщIымэ, къэзгупсысауэ хэтыр мащIэщ.

   ЩIыпIэ зырызхэм зэман зырызхэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр зэпи­гъэ­кIэ­сурэ, зы хъыбар шэщIа тхакIуэм зэриукъуэдийм и щапхъэ хъуну къысфIощI “Киндзмараули” рассказыр. Зы курсым щIэса студентхэр къалэм щызэхуэзэу, кафем зэрыкIуэр пимыгъэувами хъунут авторым. Ауэ ар хуейщ дыгъэ нэпсыр  птулъкIэ лъащIэм  къыщылындам хуэдэу зэщIэпщIыпщIэу Iэнэм къытрагъэувэ киндзмараули грузин шагъыр хэплъыхьам еплъурэ, 1942 гъэм Кавказыр яхъумэу къуршхэм иса ди сэлэтхэм яхэта Тамарэ грузин хъыджэбз дахэм, пагэм, ауэ гу щабэм, и хъыбар нэщхъеягъуэм тхылъеджэр занщIэу хишэну. Авторыр щэхуу мэгугъэ а зи Iуэху зыкIи зэтемыхуэ хуэдэу къыпфIэщI гупитIыр – ефапIэм щIэс щIалэхэмрэ мыгъуэр я Iусу, шэр къателъалъэу бгыщхьэм тес сэлэтхэмрэ, апхуэдэ цIэ дахэ зиIэ фадэмкIэ зэпыщIа хъу гупитIыр - гъащIэ къуэпскIэ зэрызэпхам, а сэлэтхэр мыхъуамэ, мыдрейхэм апхуэдизу гукъыдэж къозыт дуней ямыIэнкIи хъуну зэрыщытам тхылъеджэм и акъылыр езыр-езырурэ хуэкIуэну.

   Рассказым хэт хъыбар нэхъыщхьэр, Тамарэм хьэщыкъ хуэхъуа Ваня сэлэт щIалэм баз пихьэу хъы­джэбзыр къуршым зэрызэпрыкIы­жар, шагъырыр къызэрихьар, ауэ Ваняр зэрыхэкIуэдар сэ зауэм хэтахэм къаIуэтэжу зэхэсхащ. Нобэр къыздэсым шэч сощI – мобыхэм я псалъэ гуэрхэр сигу къокIыжри – апхуэдэ рассказ дяпэкIи ятхауэ щыIэу. Ауэ сэ срихьэлIакъым. Щы­Iэпэми, дэ а хъыбарым щIэт­лъ­хьар нэ­гъуэщI гупсысэщ. 1942 гъэм къурш щхьэдэхыпIэм къыщыхъуахэм нэмыщIу рассказым къыхыхьэ адрейхэр псори сэ сызыхэта Iуэху­гъуэ­хэщ, щекIуэкIа щIыпIэхэр, зэманыр зэблэгъэу­выкIауэ къа­кIуэ­ми.

   Хь.М.: “Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ” повестыр 115-нэ лъэпкъ шу дивизэм и тхыдэм ехьэлIащ. Шу­удзэм и кIуэдыкIам куэд тетхы-хьащ. Уэри абы уахэту. Дауэ Iуэху пхуэхъуат абы елэжьыныр?

   Кхъу.Хь.: СымыщIэххэу. 1966 гъэм ветеранхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я лIыкIуэхэр зыхэт поход дивизэр щызэуа щIыпIэхэм кIуэну щежьэм, зы журналисти яхэтын хуей­уэ къалъытати, ар сэ къыстрагъэхуат. Сэ, дауи, зыгуэрхэр хэсщIы­кIырт “нацдивизием” и тхыдэм. Ауэ абы папщIэ стхаIатэкъым, стхынуи сегупсысауэ щыттэкъым. Арами, си гуапэу икIи икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэну сежьат. Абы къыхэкIкIэ повестым хэт журналист щIалэм походым мыкIуэн щхьэкIэ ищI щхьэусыгъуэхэр литературэм и хабзэхэм тещIыхьауэ авторым къигупсыса гуэрхэущ зэрылъытэн хуейр. А щIалэри иужькIэ Iуэхум дехьэхри, шуудзэм щыщ зауэлI щхьэхуэхэм я натIэ кърикIуар зэхэгъэкIыныр и къалэн лъапIэ дыдэу къилъытэж мэхъу, абы куэдрэ йолэжь. Авторми аращ къыщыщIар.

   Зэ зи гугъу тщIар иджыри къыхэзгъэщынут: мы повестри 115-нэ шуудзэм и тхыдэр къезытхэкI лэжьыгъэкъым. А тхыдэм и къуэпс гуэрхэр нобэ псэу цIыхухэм я гъащIэм къызэрыхэлъадэр, а гъа­щIэр щIэрыщIэу къызэригъэбатэр, къызэригъэубэлэцыр литературэм и IэмалхэмкIэ къихутэну иужь иту аращ. Апхуэдэу щытми, къекIуэ­кI-некIуэкI псоми тегъэщIапIэ яхуэ­хъур пэж дыдэу щыIа Iуэхухэщ.

   Хь.М.: Хьэчим, иджы дынэсащ нэхъыбэ дыдэу сызыщIэупщIэн си гугъэхэм. 115-нэ шу дивизэм и хъыбархэу яIуатэр зэтехуэркъым. Абы и тхыдэр, сэ сызэрыщыгъуазэм­кIэ, псори арэзы техъуэу тхауэ щыIэ­къым. КIыщокъуэ Алим и роман “Нал къутам” иращIэкIа хьэргъэ­шы­р­гъэри дощIэж! Абы лъандэрэ мащIэ дэкIа? ИтIани Iуэхур зыгуэрым траубыдауэ щыткъым. ЦIыхум ягу къоуэ ар апхуэдэу зэрекIуэ­кIыр.  

   Кхъу.Хь.: КъемыуэнкIи Iэмал иIэкъым. Республикэм унагъуэ щIагъуэ исакъым шу дивизэм зыгуэркIэ пыщIа мыхъуа - хэт и адэ, хэти и къуэ, къуэш, дэлъху, гъунэгъу, благъэ, Iыхьлы хэхуат абы. Республикэм шу дивизэм щхьэузыхь хуищIащ и цIыху нэхъыфIхэр, мылъкукIи нэхъ зыхуэкъулейр, шы лъэпкъ къабзэу мини 5-м щIигъу. Шуудзэм и Iуэхур республикэм зи цIэ зэрихьэ лъэ­пкъхэм я напэ хуэдэу хъуат. “Нацдивизие” зэрыфIаща къудейми къигъэлъагъуэрт ар. 1944 гъэм пцIы кIэралъхьэу балъкъэрхэр ираша нэужь, “партым и лъэпкъ политикэр” хуабжьу щызэблашу щIа­дзат ди республикэм. ЩIыпIэм ис лъэпкъхэм къахэкIа кадрхэр (Iуэху­зехьэ лэжьакIуэхэр) щхьэусыгъуэ мыфэмыцхэр къагупсысурэ ягъэпудырт, къыпагъэкIуэтырт. АбыкIэ лъэкI къигъэнакъым мыбы уна­фэ­щIу къагъэкIуа Мазин Н.П. Ди лъэ­пкъхэр игъэулъиин мурадкIэ абы къигъэсэбэпырт “нацдивизием” къыщыщIар, абы къыдэкIуэу мыбы партизан зэщIэхъееныгъэр къыщызэгъэпэщыным хэлъа щыуа­гъэхэр. Илъэс зыкъомкIэ екIуэкIащ шуудзэм и цIэр фIыкIэ къраIуэ мыхъуу.

   “Лъэпкъ политикэри” тIэкIу нэхъ щызэтеувэжым, балъкъэрхэми къыщагъэзэжым “щIыпIэ кадр­хэми” нэхъ дзыхь ирагъэз щыхъужым, дивизэм и Iуэхури къаIэ­тыжу хуежьащ. АрщхьэкIэ Совет Сою­зым тхыдэм зы плъыфэ закъуэ мыхъу­мэ, нэгъуэщI щIэгъэжауэ къыщыбгъэлъагъуэ хъуртэкъым: ар, тхыдэр, е зы нэхугъэ налъи хэ­мылъу зэфэзэщу фIыцIэу, е зэ­щIэ­цIууэрэ фIэрафIэу, зы IэпапIи темылъу, щытын хуейт. Арати, дивизэр зыIууа IэнатIэ гузэвэ­гъуэм, абы и трагедием куущэу ухэIэбэ­ныр яфIэмыкъабылу къэнащ, те­кIуэ­ныгъэм и дыгъэм, пар­тым и по­ли­тикэм бжьыгъэ техуэн­кIэ Iэмал зимыIэти.

   “Перестройкэм” къыдежьэри Хэку зауэшхуэм и щэху куэд сэтей къэхъуат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу хэхауэ пщIымэ, дызытепсэ­лъыхь и лъэныкъуэкIэ мыбы куэдым зыщихъуэжауэ сэ схужыIэ­нукъым. “Ура! Вперед! За Родину, за Сталина!” - жаIэу щылъэтри бийр хьэбэсабэ зэтращIащ” жы­хуиIэ тхыдэ тхыкIэм къызэрыщ­хьэщыкIа щыIэкъым иджыри. Абы къытекI гуэр жызыIэм занщIэу Iурагуэж. Сэри згъэунэхуащ ар. Псом хуэмыдэу щIэуэ зыгуэр жыпIэну дзыхьщIыгъуэджэщ “нацдивизием” ехьэлIауэ. “Профессиональнэу” жыхуиIэм хуэдэу шуудзэм и тхыдэм елэжьи диIэжкъым нобэ. Ари и щыхьэтщ зауэ лъэхъэнэм тегъэщIа ди тхыдэ щIэныгъэр зэрыт тхьэмыщкIагъэ щытыкIэм. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэуи дунейм къытехьауэ схужыIэнукъым нобэрей дунейпсо щIэныгъэр, Урысей щIэ­ныгъэр здынэса лъагапIэхэм тIэкIунитIэкIэ нэхъ мыхъуми екIуа­лIэ, щIэуэ зыгуэр къэзыхутэ, къы­зэIу­­зых, тхыдэм бгъэдыхьэкIэщIэ гуэрхэр къыхуэзыгъуэт лэжьыгъэ, щIэщыгъуагъэ гуэр хэлъу.

   Хь.М.: Апхуэдэу щхьэ хъуауэ пIэрэ?

   Кхъу.Хь.: Абы нэхъ хэкъузауэ жэуап иратыфынт щIэныгъэ Iуэхум нэхъ пыщIахэм. Дэ мопхуэдэу зэрыщытыр дигу къызэреуэм дытепсэлъыхьу аращ. Сызытетхыхьа гуэр­хэр тхыдэм и бжьыхьэкIапэ те­хьэми, сэ сытхыдэтхкъым, сы­тхакIуэщ. А IэщIагъэм и Iэдакъэ­жьауэ сыщIэплъурэщ тхыдэм ще­кIуэкIахэм сызэреплъри. Пэжщ, Iэдакъэжьауэ ущIэплъкIэ зэфIэ­кIыркъым, куууэ джын хуей мэхъу узытетхыхьыр.

   Дэ тхуэдэхэм ятха гуэрхэри тхыдэр зыджхэм къахуэщхьэпэнкIэ мэхъу. Псом хуэмыдэу, щIэуэ къахута Iуэхухэм, щIэрыщIэу къагъуэтыжа лIыхъужьхэм ятеухуахэр. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, ахэр къыща­гъэ­сэбэпкIэ “ящогъупщэ” а зи гугъу сщIыхэр абыхэм япэ къэзыгъуэтар, къэзыхутар къагъэлъэгъуэн. Сэ сыкъапщтэмэ, абы сесэжащи, зыгуэркIи уэим сщIыркъым, гукъа­ни яхузиIэкъым. Апхуэдэ къыщыхъури Хэку зауэшхуэм и тхыдэм и закъуэкъым. Зэрыщыту тхыдэ щIэныгъэми, нэгъуэщI хьилмыхэми, къапщтэмэ, филологиеми, къофыкI а узыр. “Щхьэ апхуэдэ и жьэ къекIуэххэрэ?” - жаIэу къэувыни бгъуэтынщ, ауэ, сэ сы­зэре­гуп­-сы­сымкIэ, ар къэзышэр Iэмал имы­Iэу диссертацэ ятхын, кандидат, доктор-нэгъуэщIи сыт щыIэ - хъун зэрыхуейрщ.

   Диссертацэ зытхым закъыфIи­гъэщIын хуей мэхъу езым хуэдэ игъащIэм дунейм темытауэ, ин цIыкIуми, Америкэ гуэр “къы­зэ­Iуихауэ” “мори”, “мыри” къэзыгъуэ­тари, зи щхьэ къихьари а зым и закъуэу зыкъигъэлъэгъуэн хуейщи. Тхыдэтххэм зыгуэркIэ Iыхьэгъу захуэсщIыну сыхэткъым. Сэ абыхэм я IэщIагъэм пщIэшхуэ хузощI, си ныбжьэгъуфIи яхэтхэщ. Тхьэм иригъэфIакIуэхэ! Сэ зыгуэр сиIэмэ - документ, тхылъ, сурэт, нъ - абы­хэм есту гъащIэр сохьыр. Мыпхуэдэуи шэч сощI языныкъуэхэм: а “дэ тхуэдэхэм ятха гуэрхэр” жы­хуэсIар щхьэж зэрыхуейуэ къигъэ­сэбэпыныр къыхэмыкIыу пIэрэ дэ дызэрылажьэ жанрым, документхэм тратхыхь прозэм, и Iуэхур зэхэжэбзыкIауэ, абы пщIэуэ хуэ­щIын хуейр хабзэкIэ яубзыхуауэ зэрыщымытым?

   Тхыдэ щIэныгъэм и мелыIычхэр диссертацэ мыхъумэ, нэгъуэщI зэрыпымылъым зэрану къишэм и щыхьэтщ ищхьэкIэ “тхьэмыщ­кIагъэ IэнатIэ” жыхуэсIари - Хэку зауэшхуэм и тхыдэмкIэ IэщIагъэлI щIагъуэ димыIэжу дыкъызэрынар. Псоми зэращIэжщи, илъэс зы тIощI­ырыпщI и пэкIэ зырызыххэт Кавказ зауэжьым и тхыдэм елэжьу диIэр - абыкIэ диссертацэ пхыб­гъэкIыну икъусыкъужкIэ гугъути. Иджы Кавказ зауэм псори ежащ, мыдрей зауэхэр ящыгъупщэжащ, еджагъэшхуэ зызыщIыну зи нэ къикIхэрщ жыхуэсIэр. Япэм Кавказ зауэм и тхыдэм “табу” телъу, ар зэхэзэрыхьауэ щытащ, иджы зэхэзэрыхьащ революцэм, Граждан зауэм, коллективизацэм я тхыдэр къызэрагъэлъэгъуэжыр, абы и жьыр къыщIеху Хэку зауэшхуэм и тхыдэми. Аращи, дзыхь ящIыр­къым мис а диссертацэ щымы­Iэжыныр мы дэ нэхъ тпэгъунэгъу тхыдэм траухуэн: нобэ зыуэ жаIэ, пщэдей зэрыхъунур пщIэнукъым, уи диссертацэр хэкIуэдэнри бетэмалщ.

   Хь.М.: Уэ уи щхьэкIэ дауэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэр нобэ къызэрагъэлъагъуэм узэреплъыр?

   Кхъу.Хь.: Куэд, куэд дыдэ гъэщIэгъуэну хэлъщ. Гукъеуэ къозытри мащIэкъым. Си жагъуэ дыдэ мэхъу ди адэжьхэм апхуэдиз лъы щIракIута, апхуэдиз гугъуехь народ псом щIишэча ди ТекIуэныгъэм хуэ­фащэ пщIэ хуамыщIу щыслъагъу­кIэ, щIэблэ къытщIэхъуэр ар къыфIэмыIуэху-къыфIэмыIуэхуу къызэрыдэкIуэтейр.

   Тхыдэтх, кинематографист, публицист гуэрхэм я дежкIэ бгъазэмэ, хьэдыгъуэдахэщ, “Алыхьым деж нэмысын” жыхуаIэм хуэдэщ уи нэгу щIэкIыр. “СыткIэ дыхуейт ап­хуэ­дэ текIуэныгъэ, апхуэдиз абы уасэу щхьэ щIэтын хуейт?” - жызыIи къэунэхуащ. Иджы тхылъу сыт къыдэбгъэкIми хъуркъэ? Гитлер и “Майн кампф” нэгъунэ дэнэ дежи щащэ, нэмыцэ генералхэм я гукъэкIыжхэри аращ. Ди дэрэгъуу щыта инджылыз, американ генералхэми я тхыгъэхэри. Уэру къэ­уащ вермахтым – Гитлер и дзэм - и “лIыхъужьхэм” щытхъупсыр къезыгъэжэх тхылъ гъэщIэрэщIахэри. Хьэуэ, “Абыхэм сыткIэ дыхуейт?” - жысIэу аракъым. Щхьэпэщ къозэуахэр зищIысу щытар зэбгъэ­щIэныр. Ауэ, си гугъэмкIэ, апхуэдэутэкъым ар зэрыщIын хуейр. Комментарий хуэдэ гуэрхэр щIагъумэ нэхъ тэмэмт. Апхуэдиз “хьэи-уии” абы щIепщIэкIынур сыт? Псалъэм щхьэкIэ, ФРГ-м щыщ авторхэм ятха “Лучший ас второй мировой” тхылъым иращIэкIым хуэдэу? Летчикхэм щхьэкIэ повесть стхын хуей зэрыхъурэ (илъэс 35-м нэсащ) сэ зэхузохьэс авиацэм теухуа тхылъхэр. Мыри интернетымкIэ къэзгъуэтри къезгъэхьащ. Телъыджэ дыдэщ. Нэмыцэ летчик Эрик Хартман пэж дыдэу щIалэ хахуэт. Щхьэм къи­мытIэсэн хуэдизщ абы кхъухьлъатэу ириудыхауэ яIуатэр – дыдейуи, ди дэрэгъухэм яйуи. Ауэ ирагъэлейм шэч хэлъкъым: “Белокурый рыцарь” зыфIаща щIалэр сыт и лъэныкъуэкIи къабзэщ, лIы­хъужьщ, дыдейхэр мыкIуэмытэ­хэщ, хьэрэмыжь защIэщ, хабзэншэхэщ, лейзехьэхэщ – аращ тхы­лъым и логикэр.

   Сигурэ си щхьэрэ зэбгъэжауэ сеплъащ сэ Сталинград зауэм теухуауэ США-м щащIа “Враг у ворот” фильмым. Iуэхур зэрыщытар (Сталинград деж) нэгъуэщIущ. Ар псоми ящIэ. Сыт атIэ комментарии, нэгъуэщIи щIымыгъуу апхуэдэ фильм къэралым и телеканал нэ­хъыщхьэмкIэ къыщIэбгъэлъэгъуэн хуейр? Ди деж щытрах фильмхэми куэдрэ гуитIщхьитI уащI. “Штрафбат” сериалым и закъуэ пхурикъуни! Зэуэным хуэIэзэ, лIыгъэ зыхэлъ хэтакъым пхужыIэнкъым нэмыцэдзэм. Зауэ нэужьым дагъэ­лъагъуу щыта кинохэм хуэдэу абыхэм я “фюрерри” нэфрэ делэIу­делафэу, я генералхэри щхьэдыкъ защIэу, я сэлэтхэми, вагъуэ плъыжь зи пыIэм хэс урыс зэра­лъа­гъуу, “Гитлер капут!” жаIэрэ я Iэхэр яIэту зэхэтатэмэ, Европэ псор лъэгущIэт ящIу, дуней псоми лыгъэ ирадзу, Волгэ нэс, Кавказым нэс къэкIуэфынтэкъым. Мыри дэнэ пхьын: я техникэри нэхъыфIу щытащ, зэуэнми нэхъ хуэгъэсат, “нэмыцэ дисциплинэри” хэлъ­хьэж. АтIэ абы пэщIэтыфу, ирихужьэжу, къыздикIам ихужу и аб­гъуэм изущэбыхьыжам нэхъри нэхъыбэж лIыгъэрэ хахуагъэрэ игъэ­лъэгъуакъэ! Мис аращ псом япэу жыIэн хуейр пэжыр гъуазэу къыхэтхрэ зауэм и тхыдэм ды­кIуэцIрыплъмэ.

   Штрафбатхэри, заградительнэ отрядхэри щыIахэщ, абы пцIы хэлъкъым. Ауэ дауэ уи фIэщ пхуэ­щIын “Враг у ворот” фильмым Н.С. Хрущев къызэрыщыгъэлъэ­гъуар? Партым и ЦК-м и лIыкIуэу Сталинград фронтым и военнэ советым хэтым, и нэр къыщыпкIыу, и нэкIур зэблэшауэ, хъуанэцIанэр къыIурылъэлъу кIийуэ кIэрахъуэ къихакIэ сэлэтхэр атакэм еху. Фронтхэми, армэхэми я военнэ со­ветхэм ЦК-м и лIыкIуэу хэтахэм я Iуэху зыхэлъу щытахэр нэгъуэщIщ, сэлэтхэр атакэ щыкIуэ IэнатIэхэми ахэр нэсыххэтэкъым. Апхуэдэ тхыдэ къэгъэлъэгъуэкIэр и мыхьэмы­шх­къым “Штрафбат” сериалми.

   Урысейм и тхакIуэхэм я союзым и правленэм Волгоград къалэм пленум щригъэкIуэкIырти, абы хэтхэр дыдэкIат Сталинград зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ “ЩIыхь мемориалыр” зытет Мамай Iуащхьэм. Абы и щыгум дытету псэлъэгъу схуэхъуат тIасхъэщIэх хахуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь, тхакIуэшхуэ Карпов Владимир. Ар езыр хэтащ штрафной батальон, аращ и дамыгъэ лъапIэхэр къыщихьари. “ПцIыщ ахэр зы къэмынэу, - жиIащ Владимир Васильевич сызэреуп­щIам и жэуапу. – Заградительнэ отрядхэм я къалэныр атакэ кIуэхэм къахэкIуэсыкIхэр, къыщIэп­хъуэж­хэр, дзэр япэкIэ щыкIуатэкIэ мыдэкIэ къикIуэт къэрабгъэхэр яубыдынырт”. Апхуэдэущ ар наркомым и приказ цIэрыIуэм, №227-м, зэритри. А отрядхэри дзэ псоми я щIыб дэтакъым. Зы армэм хуэзэу отряди 3 - 5-щ приказым къигъэ­увыр, ари цIыху 200 нэхъыбэ хэмыту. Отрядхэр зи щIыб дагъэувэри нэхъ хуэмыхуу къафIэщI дивизэхэрт.

   Хь.М.: Сэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр си гум нэхъ къищтэу аракъым, ауэ мыпхуэдэу жаIэуи урохьэлIэ: дэ сыт и лъэныкъуэкIи дызахуэмэ, ди вождри, ди генералхэри нэхъ губзыгъэмэ, зы щыуагъи яIэщIэ­мыкIамэ, ди сэлэтхэри нэхъ хахуэмэ, – дауэ хузэфIэкIа бийм апхуэдиз ди щIыналъэ иубыдын, апхуэдиз хэщIыныгъэ къыдитын, а уэ зи гугъу пщIа Волгэ, Кавказым нэс къыкIуэцIрыкIын?

   Кхъу.Хь.: Апхуэдэ бгъэды­хьэ-кIэ, зэпэлъытыкIи щыIэщ. Псори захуэу ятхыу зэрыщытари щэху­къым. Нобэ нэгъуэщI зыгуэрущ зэратхыр – абыкIэ гуэныхь дыхуейкъым. ИтIани зауэм и тхыдэ пэжыр зэфIэгъэувэжыныр зэпэщ хъуауэ къэлъытэгъуейщ, зэрыкъэралущ зи гугъу сщIыр, ди республикэм и закъуэ мыхъуу. Пэжыр аращ нэхъ лъапIэри, иджыри ар гъуазэу къыхэтхмэ, куэдыIуэ жытIэн хуей хъунущ. Согугъэ къэралри, народри, партри, вождри, армэри ягъэу­лъиин мурадкIэ ятххэм садежьууэ абы щхьэкIэ фэ къызамыплъыну. ТекIуэныгъэр зи лIыгъэкIэ, зилъ­кIэ, зи пщIэнтIэпскIэ къэзыхьа народым си зэранкIэ ныбжь гуэр техуэну Тхьэм имыухкIэ!

   Ауэ мыбдежми пэжыр ди гъуазэу дыпсалъэмэ, нэхъ тэмэмщ.

   Псом япэу жыIэн хуейр аращи, тхыдэ тхыным ехьэлIа лэжьыгъэр, историографие жыхуаIэжыр, куэд-мащIэми, къытокI зауэм и тхыдэр зы плъыфэ зэфэзэщкIэ, зы идеологие хэубыдыкIа и мэсхьэбым адэкIи-мыдэкIи щхьэпримышу къетхэкIыным. Гулъытэ хэха хуащI япэм, тхьэ зэхуаIуам хуэдэу, хъийм икIауэ щIауфэу щытам: къытпэува бийм и къарур, и зэфIэкIыр кърамыдзэным зэрану къишам, Iэмалыншагъэу щымыта хэщIы­ны­гъэу дзэм игъуэтам; акъыл зэтескIэ уегупсысмэ, тэмэму пIэрэт, зы­гуэркIэ абы дзэр хуейуэ, хуэны­къуэу пIэрэт, жыхуэпIэ ебгъэ­рыкIуэныгъэ щхьэхуэхэм, дзэм унафэ зэрыхуащI щIыкIэм гущIэ­гъумрэ цIыхугъэмрэ я пэIэщIэу хэлъам; зауэ жыхуаIэр къызэре­жьэрэ дунейм къыщымыхъуам хуэ­диз зауэлIу гъэр хъуахэмрэ бийм гухьахэмрэ я бжыгъэм, коллабора­ционизмкIэ зэджэ бийм и лъэны­къуэр къэзыщта ди къэрал цIыху­хэм я зэщIэхъееныгъэм; карательнэ органхэм - зыубыд-зыгъэ­тIыс­хэм - езы дзэм и кIуэцIкIэ щызэрахьа лейм, зи гугъу тщIа приказ №227-м, 1942 гъэм бадзэ­уэгъуэм и 28-м къыдэкIам, иужькIэ псом хуэмыдэу зэщIэплъам; лъэпкъ Iэджэм, абы ди гъунэгъу, ди ­къуэш я хэкум ираша лъэпкъхэри хэту, къуаншагъэу кIэлъы­зэрахьам…

   Апхуэдэ гуэри зэкIэ зэры­ди­мыIэм дэпчых хъунт ТекIуэныгъэм и инагъым, и нурым и хьэтыркIэ, ауэ тхыдэ тхыным ухуэкIуэмэ, щIэныгъэм, наукэ хъужым, и мэсхьэбым утету убгъэдыхьэмэ, а псоми уи нэр хуэбуфIыцIу игъа­щIэкIэ уекIуэкI хъунукъым.

   Хь.М.: Ярэби, дауэ пIэрэ тIэ, нэхъ тэмэмыр хэбубыдыкIа зэрыхъунур?

   Кхъу.Хь.: Сэри ар, пыплъхьэни пыпхыни хэмылъыжу сощIэ, жысIэу си щхьэ теслъхьэфыну­къым. Къэралым, дзэм я унафэщIу щытахэм щыуагъэу яIэщIэкIар ягъэ­вууныр зи псэм и кIэнфетхэм мыхъуу, нэхъ тэмэму, нэхъ зэпIэ­зэрыту Iуэхум егупсысхэм ящыщ зым жиIэр щапхъэу къыпхуэс­хьынщ: пэжыр тхыжын, шэч къызытумыхьэну документхэр те­гъэщIапIэ пщIыкIэрэ, модрейхэми, мыдрейхэми къаIуатэм зыдумыгъэ­хьэхыу, пэж дыдэу къэхъуа-къэ­щIахэр къэгъэлъэгъуэн; япэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэр щатхыжым политикэм, идеологием я хьэ­тыркIэ хатхахэр хэгъэкъэбзы­кIын; ящIахэр, ялэжьахэр захуагъэ защIэу къыщIрагъэдзын, я щхьэ щытхъужын мурадкIэ тхыдэм хагъэм­бахэр хэгъэкIыжын; иджыри къэс тхыдэтххэм гу зылъамытэу къэнахэр зэщIэугъуеижын, къагъэува кхъупхъэ ткIийм темыкIыу зэхалъхьахэм щIэрыщIэу еплъыжын; зауэр щекIуэкIым къэхъуа трагедие, драмэ теплъэ зиIэ Iуэхугъуэхэр къыубжэкIкIэ зэфIэмыгъэкIауэ, ахэр къызы­хэкIар къэхутэн; зыр зым къы­гуэхыпIэ имыIэу екIуэкIа тэмэмхэмрэ мытэмэмхэмрэ, захуагъэхэмрэ къуаншагъэхэмрэ, идеологие хэхам зыдемыгъэхьэхыу, зэпэлъытауэ, зэпэшэчауэ, тхыдэм и курыкупсэм утеIэбэурэ, Iуэхум и пэжыпIэр къэтIэщIын…

   Хь.М.: Хэт жыпIа апхуэдэу къэзыгъэувыр?

   Кхъу.Хь.: Нобэ Урысейм щылажьэ тхыдэтх пашэхэм ящыщ зыщ, ари Урысейм оборонэмкIэ и Министерствэм деж зауэм и тхыдэмкIэ щыIэ институтым и унафэщI, профессор В.А. Золотаревщ, “Новая и новейшая история” журналым тета абы и статьям пкърылъ гупсысэхэрщ.

  Тхыдэ щIэныгъэм къыпэщыт къа­лэнхэр апхуэдэу зэщIэкъуауэ, егъэ­леиныгъэ химылъхьэу иубзыху щхьэ­кIэ, мыбыи, абы и акъылэгъу нэгъуэщI еджагъэшхуэхэми къа­лъы­тэркъым ди Командование Нэхъыщхьэм щыуагъэу IэщIэкIар, ар гъэбэтэн хуэмейми, бзыщIын, е къебзэкIа-небзэкIауэ фIэкIа къэ­мы­гъэлъэгъуэн хуейуэ. Сэри сыкъа­щ­-   ти, аращ сфIэзахуэр. Абы къыхэ­кIыу ди щIэджыкIакIуэхэр махуэ къэс зримыхьэлIэ, республикэ тхыдэтххэми иджыри къэс зрамыку гуэр­хэр щIызгъужынут. Зауэм и тхы­дэм щыщу сэ си щхьэкIэ нэхъ сигу къеуэхэм, нэхъ зэрани къэзышахэм ящыщщ мы пхуэсIуэтэну­хэр.

   Япэрауэ, цIыхум щысхьрабгъу хуамыIэу зэрыщытар, Главнокомандующэм деж къыщыщIэдзауэ, батальоным, ротэм и командирым нэс укъехыу. Белорус тхакIуэ Быков Василь езыр зауэ гуащIэхэм я курыкупсэм хэтат, сэлэт къызэ­ры­гуэкIыу окопэхэм исат. Игу къыщIитхъыу итхыжат: “ЦIыхум зыми гущIэгъу хуиIэтэкъым. Фронтым псоми лимит щыхуагъэуват, псори щыдефицитт, мардэ пыу­хыкIами къузауэ итт, цIыхухэм я бжыгъэм нэмыщI. Щагъасэу, щызэхуашэсу тылым щыIэ щIыпIэ бжыгъэншэхэм кърашурэ, кIэ имыIэу фронтым къашэрт, догъасэ жаIэурэ, зи фэр ираха, куэд ма­щIэми фоч зэраIыгъыным хура­гъэджа тхьэмыщкIэ гупхэр, я нэхъыбапIэм урысыбзэкIэ къагу­рыIуэр мащIэ дыдэу”.

   Мис а иужьрейхэм яхэхуат Кавказым, Азие Курытым къраша мин, минищэ бжыгъэхэр. “УпщIэ пыIэ гуп” зыфIащахэм хуэдэ защIэхэт, з­дашэри, щIашэри къагуры­мыIуэу, Iэ тедзэжыкIэ къудей ямыщIэу, “налевэри”, “направэри” я зэхуэдэу. КIуэдыкIейуэ кIуэдащ ахэр. IэджэкIэ къэралым дежкIэ нэхъ щхьэпэнт ахэр колхозхэм щагъэлэжьамэ, Iэщ ягъэхъуу, мэ­­къу­мэш ящIэу - фронтым абыкIэ дэIэпы­къуу. Мо тхьэмыщкIэ къомыр, Iэщи кърамытауэ, фочыпэри зыдагъэзэнур дахэ-дахэу ямы­щIэу, зэуапIэм IуакIутэри, куэдыр къау­кIащ, нэхъыбэжыр гъэр ­хъуащ.

   Зауэм щыуагъэу хэлъар, цIыхум щысхь зэрамыIар щыщIап­щытыкIкIэ, нобэрей тхыдэтххэм гулъытэншэу къагъанэркъым абы и лъэныкъуэкIэ езы Г.К.Жуков дыдэм гуэныхьу телъыр. Куэдым нэхъ зэрафIэкъабылымкIэ, Жуковыр нэсу Сталиным и гъукIэ­гъэсэнт, цIыхум щымысхьыным тещIыхьат текIуэныгъэу къихьари. Дзэзешэ зэчий и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, Жуковым и гъуазэр Сталиным и дэфтэрхэрт: ар сыт и уасэу щытми, зы лъэбакъуэкIи къимыкIуэтын, таран зауэкIэм къытемыкIын, “линейнэ” жыхуаIэ ебгъэрыкIуэкIэм, и занщIэр и гъуэгуу кIуэцIрыкъутыкIыным, нэхъ тетын, бийм къыпикIухьу, абы и нэзхэр гуиупщIыкIыу, и щIы­багъым къыдыхьэу хигъэщIэн адэ-модэхэм хэмыту. Берлин операцэр зэрыригъэкIуэкIамкIэ Жуковыр зэчииншэ дыдэу къыщIэкIауэ къэзылъыти щыIэщ. Псом хуэмыдэу сыт и лъэныкъуэкIи зызыгъэбыда къалэм танкхэр дигъыхьэу къызэрыригъэкъутам щхьэкIэ. Ар уи фIэщ умыщIми хъунущ, ауэ ипэ­жыпIэкIэ зэрыщытам уеплъыжыну зэранкъым.

   Псоми я тIэсхъапIэр – зауэм и Iуэхум политикэ куэдыIуэ зэрыхэтар – Берлин деж нэхъри наIуэ къыщыхъуащ. Берлин къищтэну нэхъ зыхуэфащэри, нэхъ къызытехуэри, дауи щIыи, ди дзэр ара­гъэнт. Ауэ хуагъэфащэ апхуэдиз цIыху гъащIэ тумыгъэкIуадэу ар зэфIэкIыну щытауэ. ИтIани: япэрауэ, Берлин ди союзникхэм (ин­джылыз-американхэм) япэ дищрэ къатщтэмэ, нэхъ къекIут; етIуа­нэ­рауэ, къэнэжа нэмыцэдзэр союзникхэм я дзэм гухьэу, зэгъусэу дэ къытпэувыжынымкIэ шынагъуэм ди командованиер къигъэгузавэрт. Иджы къызэрахутэмкIэ, абы и лъэныкъуэкIэ щыIа шынагъуэр дыдейхэм къызэралъытэм нэсыртэкъым. ИкIи фIэщ щIыгъуейщ ар – абы нэсауэ, США-мрэ Инджылызымрэ Гитлер и пыхъуэ-пышэхэм ягухьэжынкIэ хъуну щытауэ. Абы трикъузэу ди пропагандэм щы­щIидзар “Зауэ щIыIэ” зыфIащам хыхьа иужькIэщ. Бжыгъэхэм захуэдгъэзэнщи: Берлин къэщтэным Совет армэм иришэлIащ цIыхуу мелуани 2,5-рэ, танкрэ САУ-рэу (самоходная артиллерийская установка) 6250-рэ, кхъухьлъатэу 7500-рэ. Танкхэмрэ САУ-хэмрэ я нэхъыбэр зыгъэзапIэ ямыIэу къалэ уэрамхэм дагъыхьэри (Жуковым и унафэкIэ) топхэмрэ фаустпатронхэмкIэ (иджы­рей гранатометхэм хуэдэ гуэр­хэщ) къакъутащ. “Хэку зауэшхуэм и тхыдэ” 1970 гъэм къыдэкIам зэритымкIэ, ди дзэхэм абдеж щафIэкIуэдащ цIыхуу мин 300, танкхэрэ САУ-уэ 2I56-рэ, топу, миномету 1220-рэ, кхъухьлъатэу 527-рэ.

   ИужькIэ къытрадзахэм теп­щIыхьмэ, а бжыгъэхэр куэдкIэ нэхъыбэнущ. Псом хуэмыдэу цIыху бжыгъэу хэщIар. Ар уи фIэщ ирихъуну мы зыми урикъунщ: е 1-нэ Белорус фронтым и закъуэ “санитар хэщIыныгъэ” - жыхуаIэм хуэдэ къудейуэ (уIэгъэ хъуауэ, е сымаджагъэкIэ зы жэщ-зы махуэ мынэхъыбэкIэ дзэм къыхэкIын хуей хъуахэр, укIыгъэ хъуахэр хэмыту) фIэкIуэдар цIыху мини 141-рэ 479-рэ мэхъу. Мыпхуэдэр иризэпалъытэу хабзэ щыIэщ: лъэныкъуэ куэдкIэ зэщIэузэда быда­пIэр къыщащтэкIэ, ебгъэры­кIуэхэм (къэзыщтэхэм) ящыщу 3-къэс 2-р къыхагъащIэ – е укIыгъэу, е уIэгъэу.

   НэгъуэщIи хэлъщ мыбы. Берлин зэрыщыту къаухъуреихьат. КIуэ­аракъэ, я хьэ, я джэд къыдэ­мыкIыну. Абы нэмыщIыжкIэ, къалэр зэпаупщIри, тIууэ, щыуэ зэгуагъэзат. Берлин гарнизоным махуэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу зыкъитынут, кIуапIи, жапIи яIэжтэкъым. Ауэ абы пэплъэ нэхърэ, епIэ­­щIэкIмэ нэхъ къащтащ, абы аргуэ­ру текIуэдэну минищэхэм я гъащIэм щымысхьу.

   ЩIэуэ къытрадза документхэм гъэщIэгъуэн дыдэхэм уащрохьэлIэ.

   АтIэ, зэрытщIэжщи, Берлин къэщтэныр и пщэ далъхьат е 1-нэ Белорус фронтымрэ (командующэр Жуковырт) е 1-нэ Украин фронтымрэ (командующэр Коневырт). А тIум я кум “зэхьэзэхуэ” къихъуащ – дэтхэнэри хущIэкъурт рейхым и щыхьэрыр къэзыщтар арауэ тхыдэм хыхьэну, абы къы­хэкIкIэ я дзэхэми щысхьыртэ­къым.

   КъызэрыщIэкIымкIэ, Москва щызэхалъхьа планым хэттэкъым бронетехникэр апхуэдэу дзэ псом япэ ираутIыпщхьэну. Ар езы Жуковым къыбгъэдэкI “жэрдэмт”. Танкыдзэхэм я командирхэм къагурыIуэртэкъым а “губзыгъа­гъэр”, куэдрэ къэхъурт зэрымыарэзыр щамыбзыщIи – мыхьэнэ лъэпкъ имыIэу танкыдзэхэм яхь хэщIыныгъэр ялъагъурти. Арщ­хьэкIэ маршалыр IурыIэбэпIэн­шэт, псоми гъэзапIэ имыIэу япиубыдырт: “ЯпэкIэ кIуэтэн!” “Апхуэдэу укIуатэ хъунукъым” жызыIэу къэува командир щхьэхуэхэми щысхьакъым, “паникер” - фIащри ирагъэсыкIащ. ХэщIыныгъэшхуэ дыдэ ягъуэтат е 3-нэ, е 4-нэ гвардие танк армэхэм. Е 1-нэ танк армэм танкыу иIам и процент 45,3-р къагъэсащ, и бронетехникэм и процент 47-р къакъутащ.

   Зэзгъэпщэну сыхуейтэкъым – англэ-американ дзэхэр дыдейхэр зыхэтам хуэдэ зауэ гуащIэ зэи хэхуахэкъым. Нэхъ гугъу дыдэ щы­тыкIэ щихуахэми я цIыхум щысхьт, зэрагъэзахуэрт. Инджылыз зауэм хыхьащ СССР-м япэкIэ – 1939 гъэм. ИтIани а къэралым и дзэхэм яхэщIар зэрыхъур цIыху мин 370-рэщ, США-м – цIыху мин 322-рэ I88-рэ.

   Зауэр, ар дэнэ пхьын, гугъущ, текIуэныгъэр къэпхьыным куэдым я щхьэр халъхьэн хуей мэхъу. ИтIани узыгъэгупсысэщ мы бжы­гъэхэр: мохэр я цIыхухэм щысхьхэрт, щымыкIуэдын щагъэкIуэ­дыртэкъым.

   Нэхъ къемыкIужращи, щыуа­гъэр ехъулIэныгъэу ялъытэу къекIуэкIмэщ. Дэ сыт хэтщIыкIрэ абы, ауэ Берлин апхуэдиз танк дагъыхьэу къызэрырагъэкъутар щыуагъэт жаIэу, академиехэм ща­джу щытамэ, къэмыхъункIэ хъунт I994 гъэм федерал дзэхэр Шэшэным щырашэм къэхъуар. Танк колоннэр кIапсэлъэрышэу Грознэм и уэрам нэхъыщхьэм даутIыпщхьэри, кърагъэкъутащ гранатэметхэр яIыгъыу абы къыпэтIыса боевикхэм. Зы жэщ-зы махуэм къалэм дэкIуэдащ “Майкоп бригадэ”-кIэ зэджэ дзэ гупыр.

   Хь.М.: Хъыбар щыIащ Грознэр илъэсыщIэ жэщым ирихьэлIэу къащтэн щхьэкIэ апхуэдэу емыгупсысу ящIауэ, ар дэнэ къэна, жа­Iэрт а зэманым Урысейм обо­ронэмкIэ и министру щыта генерал Грачев къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу саугъэт хуащIын папщIэ Грознэр а жэщым къащтэн я мурадауэ…

   Кхъу.Хь.: Тхьэ тесIухьыну сэ ар сщIэркъым. СщIэращи, Хэку за­уэшхуэм и зэманым куэдрэ къэхъуу щытащ совет календарым плъыжьу тетха махуэхэм ирихьэлIэу “махуэшхуэ саугъэт” хьисэпу къалэ, къуажэ гуэрхэр къащтэну щеб­гъэрыкIуэ. КъайхъулIа къай­мыхъулIакIэ и гугъу сщIынкъым – тIум хуэдэуи къэхъуу щытагъэнщ, ауэ стратегие е тактикэ и лъэны­къуэкIэ мыхьэнэ гуэри зимыIэ зы Iуащхьэ закъуэ, е зы къуажэ цIыкIу махуэшхуэ къэсам ири­хьэлIэу къаубыдын щхьэкIэ лейуэ цIыхухэр щагъэкIуэд къэхъуу зэрыщытар шэч къызытумыхьэнщ. ТкIийуэ убгъэдыхьэмэ, Берлин операцэри абы тещIыхьат – Майм и I махуэшхуэм ирихьэлIэу фашистхэм я къалащхьэр къэубыдыным куэд, куэд дыдэ ирапхырт, зэрыгуры­Iуэгъуэщи, политикэм пыщIауэ.

   Мыпхуэдэ политикэм – ар политикэщ, стратегиекъым икIи тактикэкъым, дэнэ щIыпIи бжьэпэр щрату зэрыщытам и щыхьэт Берлини сынэмысу, къыпхуэсхьыфынущ. Ар епхащ Къэбэрдей-Балъ­къэр партизан отрядхэр зытета за­уэкIэм. Мыбы и щхьэр тричу ап-хуэ­дэу тепсэлъыхьхэу сэ зэхэсха­къым икIи сыкъеджакъым. Сэр-сэрурэ сегупсысауэ аращи, сыщыуэмэ, къысхуагъэгъунщ. Сэри зыри жызмыIамэ, хъуну къыщIэкIынт, итIани пэжыр зэми зэ сэтей къэхъун хуейкъэ?

   Ди партизанхэм ящыщ дэтхэнэри зауэлI хахуэт, Хэкум папщIэ я псэр ятыну хьэзыру, шынагъуэм къыпимыкIуэту къэмылэнджэж защIэт. Ди псэ нэхъапэщ жамыIэу, зауэ лыгъейм хэтахэщ. Куэдми я гъащIэр ятащ Хэкум и щIыхьым, абы и хуитыныгъэм папщIэ.

   Ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым: партизан зэщIэхъееныгъэр ди деж зэ­рыщекIуэкIамрэ нэгъуэщI щIы­пIэхэм ар зэрыщытамрэ (“классическэ” - жыхуаIэмрэ) зэтехуэр­къым. Псом япэу уигу ибгъэлъын хуейщ ди республикэр оккупантхэм куэдрэ зэрамыIыгъар – район-районкIэ тещIыхьауэ, мази 2-м щыщIэдзауэ мази 5-м нэс. Партизан отрядхэр бийм и тыл жыжьэм мыхъуу, фронтым и гъунапкъэм бгъурысхэт, зэпымыууэ щыIэ дзэм (37-нэ армэм и штабым) и унафэм щIэту. Нэхъыбэу ягъэзащIэри, иджы­ри а терминхэр къэдгъэсэбэпынщи, стратегие, тактикэ, кIэ­щIу жыпIэмэ, военнэ къалэнтэ-къым, политикэ, пропагандэ къалэнт. (Къытызогъэзэж: нэхъыбэу, “сыт щыгъуи” жысIэркъым). Абыи щхьэусыгъуэ иIэт. Фашист пропагандэмрэ, оккупантхэм закIэры­зыцIэлъахэмрэ хъыбар нэпцI ягъэIурт кавказ лъэпкъхэр Гитлер и армэм яфIэфIу гухьауэ, нэмыцэхэр къызэрыкIуар я нэу, я псэу, советскэм хуэмеижу, “хуитыны­гъэр къахуэзыхьа” германыдзэм къуэувахэу, ар сыткIи даIыгъыу. Мис ар зэрыпцIыр цIыхубэм фIэщ щащIын хуейт партизанхэм, зи нэ­хъыбапIэр щIыпIэм ис лъэпкъхэм къахэкIахэм. Абыхэм коммунист партым, совет къэрал ухуэкIэм хуа­Iэ пэжыныгъэм и дамыгъэу увын хуейт Советхэм я махуэшхуэхэм хуа­гъазэурэ бийм зэрытеуэр. Мис арауэ къысфIощI сэ ди партизанхэм ирагъэкIуэкIа операцэ нэ­хъыщхьэхэр апхуэдэ махуэшхуэхэм щIытехуэр. Абы мыри щыхьэт тохъуэ: партизанхэм я теуэныгъэ къэс – зауэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэуэ иIам емылъытауэ – Совинформбюром и къэтыныгъэхэм хэхуэрт. А щIыкIэмкIи дуней псом щызэлъащIысырт. Мыри гъэ­щIэ­гъуэнщ: партизанхэм я операцэ нэхъыщхьэ псоми зэпымыууэ щыIэ дзэм, хэхауэ е 2-нэ гвардие дивизием, щыщ зауэлI гупхэр хэтащ. Ауэ Совинформбюром къитхэм ар къыхэщыртэкъым.

   Партизан зэщIэхъееныгъэм и тхыдэр зэратхыжым нэгъуэщI куэ­ди хэтщ щIэуфауэ къэнауэ. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, партизанхэм я мурад куэдхэр адрей лъэныкъуэм, бийм и лъэныкъуэм, щэхуу нэсхэрт. Апхуэдэу кIуэдащ Налшык партизан отрядыр. Бгым зэрызыпы­рыкIыну гъуэгум къыщыпэтIыс­хэри къаукIахэщ.

   Хьэбэз къуажэм щытеуэнур траухуат щэкIуэгъуэм и 7 махуэм, Октябрь революцэр илъэс 25-рэ щрикъум. Шэджэм, Бахъсэн аузхэм щызэпрыкIым Нагорнэ – Дзэлыкъуэ гупым цIыхуитI хэкIуэ­сыкIыжащ. Командирхэм шэч яIэ хъуащ: бзэгу ямыхьыну пIэрэ? (ИужькIэ а шэчыр пэжу къы­щIэкIащ). Абы къыхэкIауэ къы­щIэкIынущ яубзыхуа пIалъэм нэмысу, щэкIуэгъуэм и I-м къуажэм зэрыдыхьар. Япэм зэрызэгурыIуа къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ мыхъуу, къухьэпIэ, ищхъэрэ лъэныкъуэм­кIэ къыщеуэу. Абы и фIыщIэкIэ, уIэгъэ хъуа зытIущым нэмыщI, укIыгъэкIэ зыри яхэмыщIу, партизанхэр къуажэм къыдэкIыжахэт, дауэ хъуами, бийм хэщIыныгъэ иратауэ.

   Ди партизан зауэхэм я нэхъ гуащIэу щытащ Лэскэн къуажэм щекIуэкIар. Мыр зэрагъэхьэзырам укIуэцIрыплъмэ, зы шэчи къы­щIытепхьэн щыIэкъым ар куэдрэ зэлIэлIа агитацэ, пропагандэ Iуэхуу зэрыщытам. Къуажэм теуэн хуейт дыгъэгъазэм и 5-м, Сталин Конституцэм и махуэм. Партизанхэм я гъусэт е 2-нэ гвардие дивизием щыщ дзэ гупышхуэ. Шэч уощI мыбы щыгъуи бийм и лъэныкъуэм Лэскэн зэрытеуэнур ящIэу щытауэ. Е 2-нэ дивизием и тIасхъэщIэххэм быдэу жаIат узыщышынэн къару нэмыцэхэм къуажэм щамыIыгъыу. АрщхьэкIэ, зэхэуэм зэрыщIидзэу, наIуэ хъуащ теуэхэр ныбгъуэхьэшым зэрырашар. Нэмыцэхэм занщIэу къуажэм кърашэлIащ танкхэр, бронемашинэхэр, уеблэмэ, 6-уэ зэгуэт реактивнэ минометхэр (ди “катюшэхэм” хуэдэхэт). Партизанхэри, мыдрей зауэлIхэри я псэ еблэжакъым къыхуагъэува къалэныр гъэзэщIэн папщIэ. Зыпэмып­лъа­уэ къэхъуа щытыкIэм и зэ­ранкIэ партизанхэм куэдыIуэ яхэщIащ – 15 къаукIащ. Абыхэм ящыщу хахуэм я хахуэжхэр: псоми фIыуэ ялъагъу щIалэ нэIурыт дыдэ, усакIуэ Меликьянц Владимир, Албэч Мэстафэ, Тэшэло БетIал, Согуэ Мажид, Чурилов Михаил, Къэнщауэ Хьэмел, Маринич Надя, КхъуэIуфэ ФIыцIэ, нэгъуэщIхэри.

   Мыхэр къыхэзгъэщ щхьэкIэ гузэрыдзэ зыми хэслъхьэну си гуращэкъым, икIи псори къыхузоджэ, зэ ар жысIакIэщи, ящымыгъупщэну: зауэр-зауэщ, абы цIыху хэ­мыкIуадэу текIуэныгъэ къыщып­хуэ­хьыркъым. ИтIани, нобэ ди акъылыр зыдынэсар уи пщалъэу убгъэдыхьэмэ, гуныкъуэгъуэ тIууа­щIэщ дзэзешэхэм я гурымы­къыгъэкIэ е политикэм, пропагандэм я ефIэкIуэныгъэ щхьэкIэ гъащIэ куэдыIуэ псыхэкIуадэ зэрыхъуар.

   Пропагандэм зыри и мыпэрмэну, абы зыгуэри щхьэузыхь щIыхуэпщIын щымыIауэ си псалъэм кърахыну сыхуейтэкъым. Идео­логие зэмылIэужьыгъуэхэр щызэ­пэщIэт зауэм абы увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр наIуэщ.

   Хь.М.: Ди партизанхэм ятеухуауи хъыбар зэхуэмыдэхэр къокIуэкI: “Морати, мырати, мобы хунэсатэкъыми, мыбы хунэсатэкъыми… Мобыхэм, мыдрейхэм хуэдэу щхьэ щымытахэрэ?..”

   Кхъу.Хь.: “Мобыхэм, мыдрейхэм” зэ я гугъу тщIакIэщ. Апхуэдэ хъыбархэм “документ лъабжьэу” яIэр зы закъуэщ – 1946 гъэм зэхэта е I8-нэ область партконференцым Мазин Н.П. щищIа докладымрэ “лъэпкъ Iуэхур” республикэм щагъэбгъунлъэным зыдрагъэхьэхыу а зэманым зэхалъхьа нэгъуэщI гуэрхэмрэщ. А псоми тIэкIуи зы­къытесIэтыкIыу жысIэнщи, щIа­гъуэкъым тхыдэ ятхауэ (“официальнэу”) щыIэр зыуэ, “хъыбару” къекIуэкI-некIуэкIхэр нэгъуэщIу щыхъум деж. Пэж жыпIэмэ, “официальнэ” историографием цIыхум дзыхь хуамыщIыщэу Урысейм къыщогъуэгурыкIуэ адэ пащты­хьыжьхэм я зэман лъандэрэ. Пэж телъэщIам, гъэщIэрэщIам нэхърэ, пэж къуэбэбжьабэр нэхъ тэмэму щытауэ къыщIедзыж сыт щыгъуи, “телъэщIар” гум нэхъ йодэхащIэ, къэ­рал властми ар къабыл нэхъ ещI. “Къуабэбжьабэр” нэхъ гурымыхьщ, ауэ, сыт пщIэн, пэжыр апхуэдэщ езыр.

   ЩIэныгъэм дежкIэ дгъэзэнщи, абы и лъэр щIэзыххэм ящыщщ псори зытещIыхьын хуей документ куэд щэху хъумапIэхэм щаIыгъыу, цIыху хэхахэм фIэкIа бгъэдамыгъэ­хьэу нобэр къыздэсым къызэре­кIуэкIыр. Ахэр сборник гуэрхэм щытрадзэкIи къэбзыхьа-нэбзыхьауэ, “бэм къагурымыIуэну” къалъытар хэгъэкъэбзыкIауэщ дунейм къызэрытехьэр. “IункIыб­зибл етауэ” жыхуаIэм хуэдэу яхъумэрт е I8-нэ партконференцым и протоколхэри. Сэри, (обком сытхэм сыщылэжьа пэтми) “перестройкэм” щыгъуэщ абыхэм сыщеджэфар.

   Партизан зэщIэхъееныгъэр къызэрызэрагъэпэща щIыкIэр хуабжьу “шыбгъэ кърилъхьат” Мазиным. Абы дежьыуахэри къахэкIахэщ конференцым и делегатхэм. Гъэ­щIэгъуэн дыдэщ Прохладнэ районым щыщ зы лIыкIуэрэ ди партизан гупрэ зыуэ зэгухьэжа нэужь абы и комиссару щыта Къудей Чэримрэ яку къихъуа зэныкъуэкъур. “Фэ, - сабэр дрипхъейт Прохладнэм къикIам, - Ковпак и рейдхэм хуэ­дэ зыгуэр сыту евмыгъэ-кIуэкIарэ?”

   Мы “Ковпак и рейдхэр” ди партизанхэм “хуагъэпIийуэ”, ираудэкIыу ноби ущрихьэлIэ щы­Iэщ. Ковпак С.А. Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужьщ, генералщ. Иджыри дигу къэдгъэкIыжынщ: Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэр оккупантхэм зэраIыгъа пIалъэ кIэщIым партизан зауэкIэм мыбы зыщиубгъуну хунэсакъым. 37-нэ армэм и дзэм хэту 1943 гъэм и щIышылэм Налшык къыщыды­хьэжам зэгуэт партизан отрядыр зэрыхъужыр цIыхуи I30-рэт. Ковпак зи пашэр мин бжыгъэкIэрэ ялъытэ соединение инт. Ар илъэси 4-м нэскIэ Украинэм и мэз Iувхэм щIэсащ. Фашистхэм я тылым рейду 5 щригъэкIуэкIащ, псори зэхэту километр мини I0 гъуэгуанэу зэпачу. Дыдейхэм яIа зэманымрэ, къэухьу зэрыта щIыналъэмрэ, нэгъуэщI щытыкIэхэмрэ абыхэм дауэ ебгъэпщэн? Ар гупсэхуу конференцым щIэсхэм ягуригъэIуащ Къудейм, адрей къыпаубыдхэми хуэ­фащэ жэуап яритащ. Сабэ дэзыпхъейхэм тIэкIу заущэхужат. Арами, конференцым къищта документхэм партизан зэщIэхъееныгъэм парт унафэ зэрыхуащIа щIыкIэр мытэмэму къэлъытэныр къыхэнащ.

   Абы и пэкIэ, 1944 гъэм, къэхъуа Iуэхухэм щыгъуазэр мащIэ дыдэщ.

   Нэхъ ящIэжынуращи, ВКП(б)-м и ЦК-м и унафэкIэ и къулыкъум трагъэкIат партым и обкомым и япэ секретару щыта КIумыхъу Зубер. ТрагъэкIами, жыжьэ яхьатэкъым – Къэбэрдей АССР-м и Народ Комиссархэм я Советым (Правительствэм) и УнафэщIу ягъэувыжат. Жэгъуэгъу зимыIэ щыIэ? МобыикI иIэу къыщIэкIынти, Москва ятхыу щIадзащ: еIым еIщ, апхуэдэ къулыкъу абы щхьэ иратыжа? Письмохэм ящыщ зым ипкъ иткIэ партым и Центральнэ Комитетым комиссэ къызэригъэпэщащ КIумыхъум 1941-1942 гъэхэм ири­гъэкIуэкIа лэжьыгъэр щIэрыщIэу къипщытэну. А письмор зытхам КIумыхъум нэхъыщхьэу кIэ­рилъхьэр партизан Iуэхум унафэ зэрыхуищIа щIыкIэрт, мо зыр нэхъ игъэкъуаншэ щхьэкIэ, партизан псори игъэпудырт. Зым и зэран (зи гугъу мыбдеж тщIыр письмор зытхарщ) щэм екIыркъэ – псом хуэмыдэу, уадыгэмэ? КIумыхъур и къулыкъу псоми къытрагъэкIри, абыкIэ зэфIэкIащ, партизанхэм кIэрацIэлъар ЦК-м я документ псоми къинащ, ди обкомми абы зыдимыщIу хъуакъым.

   Зэрыщыту, зэщIэгъэуIуауэ къатщтэрэ, ди партизанхэм я Iуэху­щIафэхэм деплъмэ, си фIэщ дыдэу жысIэнут: и чэзу хъуащ абыхэм ирапх хъыбар мыфэмыцхэр дгъэбэяуну, я тхыдэ пэжыр ттхыжыну. Ар зыуэ. ЕтIуанэращи, “официальнэу” щыIэ бжыгъэхэри зан­щIэу Iумпэм щIэтщIын слъагъур­къым.

   Зауэн щыхъуа зэман кIэщIым къриубыдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизанхэр бгъуэнейрэ теуащ нэмыцэ гарнизонхэм, оккупантхэм я штаб зыбжанэ зэтракъутащ, бийм и сэлэтхэу, офицерхэу 700 яукIащ, 31-рэ гъэр къащIащ. Бийм къыIэщIагъэкIащ топу 10, патрону мини 10, топышэу мини 5, автомашинэу 5, мотоциклу 9, пулемету 3, фочу I8, гитлеровцхэм ирахужьа Iэщу мин 68-рэ къытрахыжащ. Якъутащ: танкыу 1, бронемашинэу 1, хьэлъэ зэрылъ автомашинэу 3, пулемет, миномет къэуапIэхэу I0, хьэлъэ, ерыскъы зэрылъ гухэу 20; лъэмыжу 2, гъэсыныпхъэ зэрыт цистернэу 2 къагъэуащ…

   Партизан зэщIэхъееныгъэр ягъэу­лъиин зэрагугъам хуэдэ гуэрхэр хэлъщ II5-нэ шу дивизием и тхыдэр зэрызэблашами. Е 18-нэ партконференцым и протоколхэм гъэщIэгъуэнхэр къыщыбгъуэтынущ абы теухуауи.

   Къудей Чэрими хуэдэу жьэнахуэу, къызэфIэмыщIэу абы щыгъуэ утыкум итащ шуудзэм и полкхэм ящыщ зым и комиссару щыта Шырыт Хьэжсет. Ар къэуващ отчет докладым Мазиным “нацдивизием” щырипэс емыкIур имыдэу. Апхуэдэу упсэлъэныр а лъэхъэнэм къы­зэрыгуэкIтэкъым, уи къулыкъур дэнэ къэна, уи щхьэри хэплъ­хьэнкIэ хъунут. Къудейр абы щыгъуэ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIт, Шырытыр – финанс­хэмкIэ министрым и къуэдзэт. Ахэр щышынакъым къыращIэнкIэ хъунум, хахуэу бийм пэщIэта я зауэгъу – ныбжьэгъухэм лей къатехьэныр я гум техуэртэкъыми. Ди жагъуэ зэрыхъущи, конференцым и делегатхэм апхуэдэу псалъапIэм къи­хьэн куэд къахэкIакъым.

   Шырытыр 115-нэ шу дивизиер щы­зэуа щIыпIэхэм 1966 гъэм кIуахэм къытхэтат. ИкъукIэ цIыху щабэт, лIы хьэлэмэтыщэт. “Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ” повестым лIыхъужь нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къыхэщ комиссар Шыгъушхым прототип хуэхъуар арат. Авторхэм апхуэдэ куэдрэ къащы­щIыркъэ – сэ япэ щIыкIэ си гукъа-къым Шыгъушхым и образым апхуэдиз увыпIэ повестым щиубыдыну. “Езыр-езырурэ” хъуащ. Повестым фIэщыгъэцIэ езыта псалъэхэр – зауэм щыгъуэ къэрал иным ис лъэпкъ куэдым зэкъуэтыныгъэу къагъэлъэгъуар зыгъэбелджылын хуейуэ къыфIэщIхэр – авторым зи “жьэ жьэдилъхьэри” а персонажырщ. Сигу къоуэ повестыр щыстхым Хьэжсет шуудзэм и уэчылу парт конференцым къызэрыщыувам сыщыгъуазэу зэрыщымытар.

   Хь.М.: Шу дивизием ди псалъэр зэрытехьэжар сыту фIыт. Абы теу­хуауэ сыщIоупщIыну гуэрхэр къэнат. УнафэщI нэхъыщхьэхэм, мыдэкIэ къакIуэ унафэщIхэм я щыуагъэхэм сыт хуэдизкIэ пыщIауэ жыпIэ хъун дивизием и кIуэ­дыкIар? Езы дивизиер шуудзэу къызэрызэрагъэпэща дыдэри щыуагъэу жызыIи щыIэщ. Дэтхэнэрауэ пIэрэ захуэр?

   Кхъу.Хь.: Сызэрегупсысыр бжесIэнщ мыбдежми.

   Мыпхуэдэ псэлъафэ щыIэщ: “Дэтхэнэ къэралми зауэ блэкIам зыхуегъэхьэзыр”. КърагъэкIыр аращи, зауэ къэкIуэнум зыхуащI щхьэ­кIэ, псори зырагъапщэр, зыт­ращIыхьыр иужьрейуэ щыIа зауэм и опытырщ, абы и дерсхэрщ. Фашист Германием зызыхуигъэхьэзырар зауэ къэкIуэнурт – “моторхэм я зауэм”. Дыдейхэм нэхъыбэр Граждан зауэм и опытым, абы кърикIуам траухуэрт. Абы текIуэныгъэр нэхъ къызэрыщахьар шуудзэр, кавалериер, арати, ар зи ягу яхуигъэхуртэкъым. Буденный, Ворошилов… Конармия… Ахэрат текIуэныгъэ псоми я щэхухэр нэхъ зыдалъа­гъур.

   1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ирихьэлIэу ди къэрал гъунапкъэм Германием дзэуэ къришэлIам шу дивизиеу хэтыр зы закъуэт. Советыдзэм а зэманым апхуэдэ дивизиеу I3 иIэт. I94I гъэм и кIэм ирихьэлIэу шу дивизиехэм я бжыгъэр 82-м нэсат. Куэдрэ иужь итащ Кавказ Ищхъэрэм шу армэ щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщыну. Ауэ зауэм и зыу­жьыкIэр щалъагъум а мурадым къыпыкIахэт. 1943 гъэр щиухым къэнэжар шу дивизие 26-рэщ. Конно-механизированнэ корпусхэр къы­зэрагъэпэща иужькIэ, щеб­гъэрыкIуэ лъэхъэнэм, кавалериеми къалэн щхьэхуэхэр хъарзынэу игъэзэщIащ. Ауэ нэмыцэхэр къы­щебгъэрыкIуэ лъэхъэнэм шуудзэхэр Iисраф къащIащ. Танкхэр, кхъухьлъатэхэр щытепщэ зауэм шуудзэр кIуапIи-жапIи имыIэу къонэри, къыхагъащIэ. Абы дежкIэ ажалщ щIэуэ къежьа топ, миномет лIэужьыгъуэхэр. А псом нэ­мыщIкIэ, шы мин Iэджэм яху­рикъун мэкъу, Iус, псы къакIэ­лъепшэкIын хуей мэхъу, шыр зехьэным, зехуэнми Iэджэ пыщIащ.

   Дэ ди дивизиер къыщызэрагъэпэщым, дауикI, бгырыс лъэпкъхэм къа­декIуэкI зауэкIэхэм тра­щIы­хьат. Нэхъ зэрегупсысари щеб­гъэрыкIуэкIэ къагъэсэбэпыну арат. Апхуэдэу хъуатэмэ, шэч хэлъ­тэ­къым а дивизиер лIыхъужьыгъэ щIыхькIэ зэщIэблауэ тхыдэм зэрыхыхьэнум. Оборонэр щаIыгъын хуей хъуа щIыпIэм ихуэри махуи 3-4-м губгъуэм икIуэдащ. Иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжынщи, зауэр-за­уэщ. Дзэхэм езыхэр зэрегуакIуэм хуэ­дэу къыхах хъуркъым щызэуэну щIыпIэр. Фронт псом къыщыхъу щытыкIэхэмрэ зи Iэгу ущIэт командованием и планхэмрэ псори те­щIыхьын хуейуэ къалэн­ ­къоув.

   Мыбы “къуабэбжьабэу” хэлъхэр тралъэщIэну, трацIэлэну нэрыгъ зыхуэхъуахэм къагъэувыр телъы­джэлажьэщ: “Псори зи ягъэр а зэманым фронтым щыIэ хъуа щы­тыкIэ хьэлъэхэрщ”. Ари ящIа, ялэжьа псори захуэу къыщIрагъэдзын мурадкIэ къагупсысахэм хохьэ. УщIэумыупщIэу дауэ хъун: хэт зи лажьэр 1942 гъэм и гъэмахуэм совет - герман фронтым и юг лъэны­къуэм апхуэдизу хьэлъэ щытыкIэ щыIэ зэрыхъуар? Лъэщу зэ­щIэу­зэда къарухэр нэмыцэдзэм абдеж зэрыщызэхуишэсам и закъуэу пIэрэ? Хьэмэ, псори “хэт къуаншэми – захуэкъым” жыхуиIэм щыщ? Щыщкъым.

   Ди командование нэхъыщхьэм къилъытэрт 1942 гъэм и гъэма­хуэм нэхъыщхьэу щыIэну зауэхэр Москва и Iэгъуэблагъуэхэм щызэ­щIэнэну, нэмыцэхэр аргуэру Москва ебгъэрыкIуэну. Нэмыцэхэм зыдагъэзар юг лъэныкъуэмкIэщ, Харьков и деж дыдейхэм щызэхаубла кIуэтэныгъэм кIэщIу кърагъэгъазэри, къэувыIэ ямыIэу Дон и зыгъэшыпIэм къэсащ. Мыгувэу СталинградкIэ зы лъэныкъуэкIэ, Кав­казымкIэ нэгъуэщI зы лъэ­ныкъуэкIэ заукъуэдиящ. А зэманым ди дзэу а лъэныкъуитIри зы­гъэбыдэн хуейяуэ абдеж щыIар мащIэ дыдэщ. Бадзэуэгъуэм и 12-м, Сталинград фронтыр къыщызэрагъэпэщам ирихьэлIэу, дивизие 38-рэ, абы щыщу тэмэму зэгъэпэщар 18-т, 6-м цIыху бжыгъэу хэтын хуейм и Iыхьэ плIанэрт хэтыр, дивизие I4-м дэтхэнэ зыми цIыхуу иIэр 300-м щыщIэдзауэ 1000-м нэс къудейт (штатымкIэ къапщтэмэ, шу дивизием цIыху 9240-рэ хэтын хуейт, мыдрей дивизиехэми мини 7-8-м нэс). Арати фронтыр къызэпитхъауэ къакIуэ нэмыцэдзэм, бронетехникэкIэ зэщIэузэдам, пэщIадзэн хуей хъуащ дзэ хьэзыру мы щIыпIэм щаIэ псори, ди шу дивизиери абы хэту.

   Хь.М.: Сэшхуэ къихакIэ шухэр танкхэм ираутIыпщауэ жаIэ, ар пэж?

   Кхъу.Хь.: Апхуэдэ дыдэу жыпIэ хъуну къыщIэкIынукъым. “Сэшхуэ къихакIэ” псалъэмакъхэри “фигуральнэ” жыхуаIэм щыщ гуэрхэщ. Шу полкхэм яIащ сэшхуэ нэмыщI нэгъуэщI Iэщэхэри, танкым зэреуэни хэту. Ауэ яIар мащIэщ. Ар документхэм тэмэму къинащ: топу 10, миномету 9, танк зэракъутэ ПТР фочу-8. Ар полкищми зэхэту! Апхуэдэу итIани япэ зэхэуэгъуэм нэмыцэ танк 15 ягъэсащ. Танкхэр я гущIыIу къихьэпэ хъури топу 3-р, ПТР-у 5-р, ябгъэдэта цIыхухэри щIыгъуу, гусеницэхэмкIэ зэтра­пIытIащ, абы нэмыщI топи 3-р къакъутащ. Мис аращ къащыщIар. Шыхэр губгъуэм икIуэдащ. Сэшхуэхэр кърахынуи зыри хунэсакъым. Зэпымыууэ къащхьэщыт нэмыцэ кхъухьлъатэхэм я щхьэр къра­гъэIэттэкъым. Iуэхур щызыIы­хьэпар 51-нэ армэмрэ е 7-нэ шуу­дзэ корпусымрэ я унафэщIхэу зэхалъхьа план мыхъумыщIэ ды­дэмкIэ оборонэр ягъэувыIэу ебгъэрыкIуэн хуей щыхъуахэрщ. УвыIэ имыщIэу къэкIуатэ танкыдзэр, мыбыхэм яIа къарум, Iэщэм фIэкIа уимыIэу, къэбгъэувыIэу, адэкIэ пхуэхужынт? Ауэ и пIэ ира­гъэкIахэкъым. Сал псым и Iуфэм IукIуэдащ шуудзэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу – къызэрабжымкIэ, цIыху 350-рэ е 400 нэсщ къелар. Ди­визие гъэщIэрэщIам, зэщIэ­лындэжу ежьауэ щытам щыщу!

   Iэмалыншагъэм сыт хуэдизкIэ иримыхулIами, щхьэм къимытIасэ гуэрщ апхуэдэ щIыпIэ оборонэр щиIыгъыну шуудзэ ипшэныр. Ар абы кIуэдыпIэ зэрыхуэхъунум зыми шэч къытрихьэу къыщIэ­кIыну­тэкъым. ИтIани шу дивизэри адрей­хэм дагъэкIуащ. Сэ а щIыпIэр тIэунейрэ зэпэскIухьащи, щыхьэт сыпхуэхъуфынущ: Iэнэгум хуэдэу сэтейщ губгъуэр, шыр щыбгъэпщ­кIун дэнэ къэна, цIыхум и щхьэр зыкъуидзэн зы чыцэ, е зыщебдзыхын зы къуэнэф нэм къиплъы­хьым щыумылъагъуу. Iуэхур къыщыхъуа­ри гъэмахуэкуу, махуэр кIыхьу, уафэр бзыгъэу, адэ жыжьэу зы цIыху закъуэ щытмэ, нэрыплъи сыти хэмыту, хуиту плъагъуу. Жып­Iэнурамэ, нэмыцэ кхъухьлъатэхэмрэ танкхэмрэ я дежкIэ нэщанэ хъарзынэт шуудзэр.

   Хь.М.: Гуауэщ…

   Кхъу.Хь.: Гуауэм къыщынэжыркъым, лъэпкъ хьэдагъэт ар.

   Хь.М.: Литературэм дежкIэ къэдгъэгъээзэж. Мы документальнэ-художественнэ жанрым литературэм щиубыд пIэм, щиIыгъын хуейм ехьэлIауэ зэныкъуэкъухэр щыIэщ. Уэри тIэкIу зэщIэбгъэстащ ар. Абы теухуауэ иджыблагъэ ди газетхэм ящыщ зым къыщупсэлъар къагупсыса литературэм – роман, повесть, рассказ сытхэм – цIыхухэр хуэ­­меиж хуэдэу жыпIэу къызыгу­рыIуа щыIэщ. Абы нэсауэ пIэрэ Iуэхур?

   Кхъу.Хь.: Хьэуэ, нэсакъым. ЩIэхи нэсыну къыщIэкIынкъым. Апхуэдэ абы къыщIипхыни жысIам хэлъу си гугъэкъым. Ещхь гуэр къикIмэ, тэмэму сымыпсэлъэ­фауэ, е пщтырыгъэ тIэкIу къыхэхуауэ арагъэнщ. ЦIыхум эстетикэ зэхэщIыкI гуэр иIэ зэрыхъурэ художественнэ гупсысэкIэр къы­догъуэгурыкIуэ, дяпэкIи апхуэдэу екIуэкIынущ. Художественнэ образым и мыхьэнэри зэи ужьыхынукъым. Сэ жысIэну сызыхуеяращи: “классическэ” жыхуаIэ романым зехъуэж, абы еджэхэри нэхъ мащIэ мэхъу. Апхуэдэ роману ятхми хощI. Мыр зытежысIыхьар къэбэрдей, хьэмэ балъкъэр литературэркъым – дунейпсо литературэрщ. ЖысIа дыдэр аращи, хэхъуэ зэпытщ къагупсыса литературэм мыхъуу, пэж дыдэу щыIа Iуэхухэм, пэж дыдэу псэуа цIыхухэм ятепсэлъыхь тхылъхэм еджэхэм я бжыгъэр, тхыдэм тещIыхьа прозэри, дзэзешэхэм, къэрал лэ­жьа­кIуэ цIэрыIуэхэм я мемуархэри абы хэлъхьэж.

   Хь.М.: ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу уи тхылъыщIэ къыдэкIащ, ари зэны­къуэкъу къызэрыкIыу жыхуэтIа художественнэ-документальнэ жанрым тету тхауэ. Сыт ар нэхъ зытеухуар?

   Кхъу.Хь.: Зауэрщ. Документальнэ очеркхэу, рассказхэу зэхэлъщ, повести хэту. Иужьрейр Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан теухуа “Къуршыбгъэм и уафэр лъагэщ” тхыгъэрщ. Тхы­лъыр къызэрыдэкIар урысыбзэщ, зэреджэр: “Память о подвиге”. И фIэщыгъэцIэми къызэрыхэщщи, ди хэкуэгъуу зауэм Iутахэм, хэкIуэдахэм зэрахьа лIыгъэм и фэеплъыр зэрымыкIуэдыр, кIуэ­дынкIи Iэмал зэримыIэрщ тхылъым гупсысэ нэхъыщхьэу хэлъыр. Мыр япэми зэ къыдэкIащ. Ауэ мыбы кIуа тхыгъэ псоми щIэ­рыщIэу селэжьыжащ. Япэм имыта очерк зыбжани хэзгъыхьащ. Адрей тхыгъэхэми щIэуэ куэд щIызгъужащ, япэрейхэр къыдэкIа иужькIэ къыкъуэкIыжа, сэ къэзгъуэтыжа документхэм тещIы­хьауэ.

   Хь.М.: Хьэчим, мыбыкIи сы­ноуп­щIынут. Совет лъэхъэнэм и тхыдэм пыщIауэ нэхъапэм ятхахэм, псом хуэмыдэу Хэку зауэшхуэм теухуахэм, иджы укъыщеджэкIэ занщIэу уи нэм къыIуидзэу зы хэлъщ. Зи гугъу сщIыр а тхыгъэхэр коммунист партым и идеологиер, и политикэр ягъэлъапIэу, парт Iуэхум пыщIа псалъэ ды­гъэлхэмкIэ зэщIэблауэ зэрыщытарщ, коммунистхэр сыт щыгъуи пашэу, захуэу, зауэм Iутми, нэхъ лIыхъужьхэу ятхыу къы­зэре­кIуэкIарщ. УэрикI птхыуэ щыта­-   гъэнщ апхуэдэу. Иджы дауэ абыхэм узэреплъыр? Абы нэмыщIкIэ – тхыгъэхэм щIэрыщIэу уелэжьыжауэ жыпIащ, мы зи гугъу тщIы Iуэхухэми уеплъыжа, хьэмэ, абы щIыхэплъхьэжынIа щымыIэу къэплъытэрэ?

   Кхъу.Хь.: ЗанщIэу жэуап зыпхуемытын защIи узыщIэупщIэхэр.

   Ар пэжщ, апхуэдэу ятхыу щытащ. Сэри стхагъэнщ абыхэм ящхь гуэрхэр. ЗыкIэ шэс сихьэфынущ: фэрыщIыгъэкIэ, “зыдегъэкIун” мурадкIэ сфIэмыдурыс, сфIэ­мы­къабыл, гурэ псэкIэ къэзмыщтэ зэи стхакъым партым ехьэлIауэ. Абы сыщытхъуамэ, сыщIыщыт­хъуар ар си фIэщ хъурти аращ. Щы-уагъэкIэмэ – нэгъуэщI псалъэмакъщ.

   Мыдрей пэжри дэнэ пхьын – со­вет литературэр, псом хуэмыдэжу публицистикэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, компартым и идеологием, и лэжьэкIэ – щыIэкIэм пыщIа псалъэкIэмкIэ, тхэкIэмкIэ зэщIэу­зэдауэ щытащ. Иджы дэ дощIэ: зауэм хэт псори парт унафэм зэ­рыщIэтар текIуэныгъэм и шэ­сыпIэу сыт щыгъуи екIуэкIакъым. Ауэ мыбдежи пэжыр дэнэ пхьын – цIыху мелуанхэр партым щыхыхьащ фронтым. Абыхэм яхэтащ си адэри – къэралым дежкIэ нэхъ гузэвэгъуэ дыдэу щыта гъэм, 1942-м, коммунист хъуар, ари а зэманым Iуэхур нэхъ щыгуэщIа Ржев и деж. Парт, хьэмэ комсомол билетым къэ­рабгъэр лIыхъужь ищIыфу къыщIэкIынтэкъым, итIани хьэ­къыр хьэкъщ: политрукхэр, комис­сархэр, парторгхэр, комсоргхэр аращ псом япэ иту адрейхэр атакэм зышэу щытахэр. Сэ сщIэ­жыркъым зауэм хэта сырихьэлIауэ, апхуэдэу щытакъым ар жиIэу, - е нэхъапэм, е нобэ.

   Дэ ди тхылъым хэт цIыхухэм я нэхъыбапIэр коммунистхэщ, комсомолецхэщ. Дзэм къулыкъу лъагэ щызыIыгъ политлэжьакIуэхэри яхэтщ абыхэм – авиаполкым и комиссар, шуудзэ полкым и парторг, дивизием и политотделым и унафэщIым и къуэдзэ… АтIэ иджы ахэр зауэм и тхыдэм хэддзыжын, абыхэм я лIыгъэм ди нэр хуэдуфIыцIын хуей? Хуейкъым. Ар зэхуагъэкъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри ирилъапIэрт, и щхьэр лъагэу иралъагъужырт зэрыкоммунистым, зэрыкомсомолецым. Абы ирипагэуи зауэм Iухьэрт. НэгъуэщIу щы­тауэ зыми си фIэщ ищIы­фы­нукъым, абыхэми псэ кIащхъи, епцIыжакIуи къахэкIа пэтми. Ахэр шэр къателъалъэу япэ къэтэджым и закъуэтэкъым, япэуи джалэхэр ахэрат. Гъэр хъуахэмэ, нэмыцэхэм япэу хаукIыкIхэри.

   Иджы абы я щIыбым фочыр тыра­гъапсэ езыхэм яйхэм.

   ЩIыхь лъэпкъ хэслъагъуэркъым апхуэдэ “лIыукI командэм” ухэтыным.

   Сэ хуейуэ къэслъытакъым сызытетхыхь зауэлIхэр партым и цIыхуу зэрыщытыр сыбзыщIыныр, ар языныкъуэхэм зэращIым хуэдэу, партым къыдекIуэкIа псалъафэхэр, терминхэр текстхэм хэзудыжыныр. Ар дэ ди тхыдэщ. Ар литературэми и тхыдэщ. ТхакIуэм къекIуркъым тхыдэр “зэригъэзэхуэ­жыну”. Ауэ парт псалъафэхэр, тхьэрыIуэхэр тепщэу щыта идеологием и “зэчыру”, тхыгъэр тэмэму къызэрыбгурыIуэнур нобэ нэхъ наIуэ къащI мыхъуу, нэхъ щызэхагъэзэрыхьым деж зыгуэрхэми уепэщэщыжыныр зэхуагъэу къыщIэкIынщ. Мис абы сытетащ сэри.

   Хь.М.: “Къуршыбгъэм и уафэр лъагэщ” повестым кIэухыу щIыбгъужа пычыгъуэр “Кабардино-Балкарская правда” газетми тетащ. ИкъукIэ гуузщ Къанкъуэщым и ныбжьэгъуфIу щыта щIалэ хахуэхэм ящыщ зым и гъащIэр зэриухар…

   Кхъу.Хь.: Абы и пэжыпIэр сэ къыщысщIэфар иджыщ, повестыр япэу дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 34-рэ дэкIауэ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, мы щап­хъэм наIуэу къыхощ документхэр и лъабжьэу тхылъ зытхым и лэжьыгъэр тынш цIыкIуу зэрыщымытыр, пэж дыдэм улъэIэсын папщIэ языныкъуэхэм деж гугъу-сыгъу Iэджэм ухэтын хуей зэрыхъур. А щIалэр Косса Михаилт. Ауэ а унэ­цIэр ди повестым – къагупсысауэ зы цIыхуи зыхэмытым – щыбгъуэтынукъым. Ар къэбгъэлъагъуэ хъуртэкъым. Косса Михаил егъэлеяуэ хахуэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэри къихьат, за­уэм иужькIэ пцIы кIэралъхьэри укIкIэ и судыр ящIат. Абы и Iуэхур зэрыхъуар зэхэгъэкIыным, Косса и Iыхьлыхэр, иджы Украинэм щыпсэухэр, къэгъуэтыжыным сфIихьащ жыхуэсIа илъэс бжы-гъэр. Зы мазэ – мазитIми зэфIэ­кIынут, сызыхуей документхэр уеIусэ мыхъуу щIэуфауэ щымытатэмэ. Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым деж стха иужькIэщ Урысейм и ФСБ-м и архивым къыхахыжа тхылъ къыщысхуагъэхьар. Мо щIалэ бэлы­хьыр, апхуэдиз Хэкум хуэзыщIар, лажьэ имыIэу яукIауэ къыщIэкIащ.

   Абы и закъуэкъым сэ а кIэух пычыгъуэр повестым щIыпыст­хэжар.

   Зызогъапщэ зэ зи цIэ къитIуа нэмыцэ кхъухьлъатэзехуэ Эрик Хартман хуэдэхэмрэ дыдейхэмрэ я Iуэху зыIутар. Псори пэжщ: бийм и кхъухьлъатэзехкэхэр Iэзэу зэрыщытари, я техникэр зэрынэхъы­фIа­ри, куэд зэрахулъэкIари, н.къ. Ауэ ди летчикхэм яхузэфIэкIащ уэгум тепщэныгъэр щаубыду, Гитлер и авиацэм, люфтваффе щытхъупсыр къызэрагъэжэхыу щытам, текIуэн. Ди армэри аращ – зэрыщыту къапщтэмэ. Дауэ хъуами, дауэ щIами, щыуагъэхэри, нэгъуэщI узыхуэмейхэри щыIами, абы хулъэ­кIащ зыри зыпэмылъэщын ягугъа Гитлер и дзэр зэтрикъутэн, ди Хэкури хуит къищIыжу, фашизмэм дуней псор щихъумэн.

   Мис ар зэи зыми пцIыуэ къыхущIегъэдзынукъым.

   Мис аращ псом нэхърэ нэхъыщхьэри.

   Хь.М.: Упсэу! Ди зэпсэлъэныр дауэ дыухамэ нэхъ къэпщтэнт?

   Кхъу.Хь.: Зауэ зэи щымыIэну дыхъуахъуэу.

   Хь.М.: Тхьэм жиIэ!

   главная

 

Налшык паркым щы1э совет зауэл1хэм  я къуэшыкхъэр Тек1уэныгъэ Иныр илъэс 20 щрикъу махуэм.

Мыужьых маф1эм и деж щытщ Совет Союзым и Л1ыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий и анэ Хьэжыгуащэ и къуэрылъхур и гъусэу.

  1965 гъэ, накъыгъэм и 9. Сурэтыр Пузенкэ Леонид трихащ.

 

 

ссылки

газетым и лэжьак1уэхэр

къыдэкIыгъуэхэр

 

 

KAVKAZWEB

 

Kavkaz Banner Network

 

 

 

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]