|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ» |
||||||||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
АРХИВЫР
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||||||||||
ЗэрытхузэфIэкIкI дывдэIэпыкъунщ, ауэ республикэм и бюджетыр узэрыхуейуэ пхухэшынукъым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен лэжьыгъэ IуэхукIэ Аруан районым щыIащ. Абы щIыгъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Тхьэзэплъыж Мурат, мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэмкIэ министр Бердюжэ Владимир, узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министр Егоровэ Галинэ, щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ министр Тут Заур, гъуэгу хозяйствэмкIэ, транспортымкIэ, связымкIэ министр Сунш Ануарбий, Аруан районым и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Замир сымэ. подробнее →
|
|
|||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Гъуэгу цIэнтхъуэрыгъуэ Ину сигу къоуэ ди щIыналъэм къихъуа гуауэшхуэр - террористхэм зыкъызэраIэтар, цIыху лажьэншэу зыкъом, укIыгъэ, уIэгъэ зэрыхъуар, зи щIалэгъуэу, зи къэшэгъуэ дахэу щэм щIигъу (абыхэм къатепщIыкIынут зы жылагъуэ цIыкIу хуэдиз хъуну унагъуэхэр!) зэрытфIэкIуэдар. Ар удынышхуэщ ди лъэпкъ мыиным и дежкIэ. Арыншауи ди мащIэтэкъым гуныкъуэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр (къулейсызыгъэр, лэжьапIэншагъэр, фадафэхэр, афиян зэзыхьэлIэхэр куэд зэрыхъуар, нэгъуэщIхэри). Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, мыгъуагъэ псоми я нэхъ шынагъуэщ терроризмэр - цIыху хейхэр зыIэщIэкIуадэхэр, унэшхуэхэр зэтезыкъутэхэр, ди хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу, дызэрыгушхуэу щыта мамырыгъэр, лъэпкъ зэгурыIуэр тIэщIахынкIэ гузэвэгъуэ къыдэзытхэр. Ахэр ди щIыпIэм нэхъапэхэм щымыIауэ, зэманыщIэм къыдэунэхуащ. Щхьэхуещэхэщ, хабзэм, нэмысым фIэмылIыкIхэщ, я сэбэп зыхэлъхэр зрагъэхъулIэн папщIэ зэрыхьзэрий къаIэтыну, уеблэмэ лъы ягъэжэну хьэзырщ. подробнее → |
||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
ЩIэджыкIакIуэхэр зыщIэлъэIуа тхылъ
ЩэкIуэгъуэм и 25-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и тхылъ “Щихухэр иджыри мэкI” жыхуиIэм и ещанэ Iыхьэр къызэрыдэкIам теухуа зэIущIэ. “ЦIыху куэд зыщIэлъэIуа, зыпэплъэу жыхуаIа” фIэщыгъэцIэ зиIэ пшыхьыр къызэригъэпэщат КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщI УанащIэ Розэ. подробнее →
|
|
|||||||||||||||||
КуэдкIэ дащогугъ Хэт дежкIи щэхуу къыщIэкIынкъым курыт еджапIэр къэзыухыу щIэныгъэм и гъуэгу зэхэкIыпIэм къытехутэ ныбжьыщIэхэм я Iуэхур мы зэманым зэрымытыншыр. Университет ирехъу е нэгъуэщI курыт IэщIагъэ щызэрагъэгъуэт еджапIэуи щрети, лъагъуэ гуэрым утеувэн папщIэ иджыпсту уи щIэныгъэм и закъуэкъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, узыхуейр. Акъылым къыдэкIуэу, мылъку мымащIи уи адэ-анэм ябгъэдэлъын хуейщ. подробнее → |
||||||||||||||||||
Хъыринэ Къэдабэ щабэу жэщ уафэр Iэсэщ, Шыгъуэгу щхьэгъубжэр мамэ, зэIух, Къэтхъэнсолыкъур шылэхъар пIащIэщ - НысащIэ щIыкIэу къан укIытэхщ… подробнее → |
||||||||||||||||||
Абыдэ Мусэ и лъэгапIэщIэ Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, фармацевт цIэрыIуэ Абыдэ Тажудин и къуэ Мусэ къэрал куэдым и цIэр щыIуащ. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэным хуищI хэлъхьэныгъэ иным папщIэ абы кърата дамыгъэ куэдым аргуэру зы къыхэхъуащ - вэсэпшыхь Урысей телевиденэм (ТВЦ) къызэригъэлъэгъуамкIэ, Урысей Федерацэм и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм яхэту Абыдэ Мусэ къыхуагъэфэщащ “Лъэпкъ Олимп” комитетым ит “Золотой орел” дамыгъэ лъапIэмрэ ЩIыхь тхылъымрэ. Къармэхьэблэ щIалэм и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну ди гуапэщ. Алыдж Джэрий. |
||||||||||||||||||
ссылки |
хъыбархэр |
сурэт |
къыдэкIыгъуэхэр |
|||||||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
||||||||||||||
|
|
|
|
|
|
|
||||||||||||
|
|
|
||||||||||||||||
|