ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

 

 

 

ТХЫДЭ

 

 

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

 

АРХИВЫР

 

 

english

адыгэбзэ

русский

 

ЩIалэгъуалэр Къанокъуэм и телъхьэщ

 

   Тхьэмахуэ зэхуаку блэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъуащ политикэ организацэщIэ - «ЩIа­лэ­гъуа­лэр Къанокъуэм и телъхьэщ» фIэ­щы­гъэцIэр зиIэ жылагъуэ-политикэ зэ­­щIэхъееныгъэ. Къыщыхъуа япэ махуэм щегъэжьауэ а зэщIэхъеены­гъэм дахьэхащ КъБР-ми, гъунэгъу республикэхэми щыщ щIалэгъуалэ куэд.

подробнее

Нева и Iуфэм

Хъыбар зэрывэдгъэ­щIа­щи, мэрем кIуа лъандэрэ

 Санкт-Петербург щокIуэкI Црым Руслан и сурэтгъэ­лъа­гъуэ.

   А Iуэхур зи нэкIэ зылъэ­гъуа, телевиденэ нэтын абы теу­хуауэ зыгъэхьэзыр Къумахуэ Мухьэдин къызэрыджиIамкIэ, сурэтыщI, скульптор Шемякин Михаил и фондым къыщызэIуаха выставкэр къы­зэгъэпэщынымкIэ дэIэпы­къуэгъу хъуащ КъБР-м и сату-экономикэ IуэхущIапIэу Санкт-Петербург щыIэр. Абы и уна­фэщI Зорин Георгийщ выставкэр къызэIузыхари.

подробнее

 

Къанокъуэ Арсенрэ

Дерипаскэ Олегрэ я зэIущIэ

   КъБР-м и Президентыр дыгъуасэ Москва щыIущIащ «Базовэ элемент» компанием и Iэтащхьэ Дерипаскэ Олег.

   Ахэр зэгурыIуащ Тырныауз горнэ-обогатительнэ комбинатым и Iуэхум унафэ тещIыхьынымкIэ зэпсэлъэныгъэхэр зэтеублэжын и лъэныкъуэкIэ. ТГОК-м щыIэ щытыкIэр къапщытэн щхьэкIэ мыгувэу республикэм къэкIуэнущ а компанием и IэщIагъэлIхэр.

подробнее

 

Беслъэн хиша лъагъуэ

                                      Зэ еплъыгъуэкIэ Беслъэн щIалэ IэмащIэ-лъэмащIэщ. Зэрыхъури килограмм 52-рэщ. Ауэ, адыгэм куэд щIауэ къа­де­кIуэкI псэлъафэр дигу къэд­гъэкIыжмэ, ар ящыщщ лIыр цIыкIущ жыпIэу тегу­шхуэ­гъуа­фIэ умыщI жезыгъэIахэм.

           Бахъсэн дэт ныбжьыщIэ спорт школым и гъэсэн щIалэр илъэс 19 фIэкIа мыхъуми, ар хунэсащ утыку куэдым адыгэм и цIэр щыжригъэIэн. Иужь илъэситIыр къапщтэмэ, Беслъэн Урысейпсо зэхьэзэхуэу щым япэ увыпIэхэр къыщихьащ: ныбжьыщIэхэм я деж зэ, щIалэгъуалэм я деж тIэу. Балигъхэм я деж ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм я деж ар Европэм етIуанэ, дуней псом ещанэ щыхъуащ.

подробнее

ДАХ-м и жэрдэм

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэтхэр

Зыгъэбелджылы гупыр (жюрир)

подробнее

Дыадыгэщ дэ

                                    Ставрополь тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз къуажэм щыщ Къэбэлэлий Аслъэн и усэ тхылъ «Черкесы мы…» зыфIищар.

 

      Аслъэн щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу иIэщ: курыт еджапIэ нэужьым управленэмкIэ институтрэ экономикэмрэ са­тумкIэ Донецк дэт къэрал университетымрэ къиухащ. А зэманращ усэ тхыным щыдихьэхари.

   Хэкум зэрыпэIэщIа илъэсхэм къриубыдэу абы лъэпкъым и тхыдэм теухуа куэд иджащ. Езым зэрыжиIэмкIэ, щалъхуа щIыналъэм къызэрыхуэзэшымрэ адыгэм и тхыдэмрэ зи гур иубыда щIалэм усэ итхыу щIидзащ.

   Сыт зытетхыхьыр? Усыгъэ зытраухуэ хабзэ псори къызэщIеубыдэ мы тхылъ цIыкIум. Анэм, лъагъуныгъэм, щIы­на­лъэ щалъхуам, тхыдэм, адыгэм и щхьэ кърикIуам, цIыху­гъэм­рэ ныбжьэгъугъэмрэ, пэжымрэ пцIымрэ, фIымрэ IеймрэКIэщIу жыпIэмэ, усакIуэм къалэм къыщIищтэнкIэ хъуну гуп­сысэ псори Аслъэн и деж къыщыбгъуэтынущ.

   Щхьэхуэу къыхэгъэщып­хъэщ тхылъыр Iэзагъэ ин хэ­лъу, уеплъын къудейкIи узыIэпишэу зэры­гъэщIэрэ­щIар.

Исхьэкъ Лианэ.

 

 

ссылки

хъыбархэр

сурэт

къыдэкIыгъуэхэр

 

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]