|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым)и20 |
|||||||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||||||
ДЭНЭ ЖЭНЭТЫР ЗДЭЩЫIЭР?
Кавказым, «ищхъэрэм и куэбжэм», зэман жыжьэхэм щыщIэдзауэ цIыхухэр къыхуоIэ. Ахэр зыIэпашэрт хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ гъэнщIа щIыналъэм, хъупIэ къулейхэм, хьэуа къабзэм, салъкъын гуапэхэм… «Псытепхъэ бгъуэтынукъым бгыхэм я бгыж Кавказым, псыпыху Iэлхэр къуршыщхьэм къыщелъэ щIыпIэм, унэмысауэ. Вагъуэ дыдэхэм я лъабжьэм къыщожьэ бгы задэхэр», - Хьисэ бегъымбарыр къалъхуным и пэкIэ 479 гъэм Эсхил щитхыгъащ и «Прометей кIэраIулIам». Пасэрей алыджхэм я псысэхэми къыхощыж дыщэ кIадэр – къулеигъэм, насыпым я хэкIыпIэр – къэзылъыхъуэу щыта аргонавтхэр Кавказым къэкIуауэ зэрыщытар. Абыхэм яхэтащ Геракл лIыхъужьыр – Зевс къызэригъэпцIам щхьэкIэ Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ щыта Прометей хуит къэзыщIыжар. КъызэраIуэтэжымкIэ, Прометей мафIэ лъапIэр къидыгъужри, цIыхухэр кIуэдыпIэм къришыжащ. Хьисэ къалъхуным и пэкIэ еплIанэ лIэщIыгъуэм Кавказ Курыхыр, иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр здэщыIэр, къызэхикIухьауэ щытащ пасэрей алыджхэм я еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Аристотель. «КъуэкIыпIэм хуэкIуэу зызыукъуэдий къуршыжь псоми нэхърэ Кавказыбгхэр нэхъ хьэлэмэтщ я инагъкIи, я лъагагъкIи», - итхыгъащ абы. Пэж дыдэу, иныжь абрагъуэхэм зэтралъхьа фIэкI умыщIэну, Кавказыбгхэм километр 1500-кIэ заукъуэдий, тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Хъэзэр тенджызым нэсу. Хъэзэрым и картэ тэрэз япэ дыдэу зыщIари Петр Езанэм и дэIэпыкъуэгъуу щыта, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа адыгэлI цIэрыIуэ Черкасскэ Бэч и къуэ Александрщ. Къазбэч (метр 5033), Дыхь-То (5203), Щхьэрэ (5063), Къуштэн-То (5151), Жангъы-То (5049) Iуащхьэхэм я щхьэ тхъуахэр уафэ къащхъуэм хуаIэт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ уардэр метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ щхьэ дыкъуакъуэрщ – бгыхэм, мэзхэм, уэсхэм я «пщыгъэр» зыIэщIэлъырщ. Зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуэ-дадэм фIыуэ ещIэж илъэс мин бжыгъэкIэ бгырысхэр зауэм хэзымыгъэкIахэр – кимерийхэр, боспорхэр, скифхэр, щэрмэтхэр, хъэзэрхэр, гуннхэр, аланхэр, къэжэрхэр, монголхэр, тыркухэр, тэтэрхэр. ЕщIэж Кавказым щыпсэухэр я бжьым щIагъэувэн мурадкIэ лъы куэд иракIутами, ахэр къызэрамыгъэшыфар. А къэзэуатщIакIуэхэм ящыщ куэдыр ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжри, езы бгырысхэм ящыщ хъужащ нобэ. Кавказым и лъэпкъ мащIэхэр я нэхъ бий бзаджэми бгыхэм щахъумэрт, абыхэм удын ирадзын папщIэ ахэр сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу хъурт. Къэжэр тхыдэтх Шериф-ад-Дин Йезди и «ТекIуэныгъэ тхылъым» узбек дзэзешэ Темырлан щытепсэлъыхькIэ, мыпхуэдэу етх: «Урысхэмрэ къыпчакъхэмрэ ятеухуауэ эмирым игу зэгъа нэужь, и дзэм щIыгъуу абы IуащхьэмахуэкIэ иунэтIащ»… Ауэ тепщэ лъэбышэ ябгэм мыбдеж и пхъэр къыщикIакъым – бгырыс хъыжьэхэм я сэшхуэр нэхъ гуащIэу къыщIэкIащ. А бгырысхэр тенджыз ФIыцIэм и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм, Псыжь Iуфэ къиIэпхъукIри мыбы къэкIуат – ахэр синдхэм, мэуэтхэм, зихьхэм икIи керкетхэм я лIэужьт. Кавказым щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм я гъащIэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ куэд ятхащ алыдж тхакIуэхэу Геродот, Птолемей, къэхутакIуэхэу тырку Челеби, хьэрып Масуди, Генуе щыщ Интериано, Венецием къикIа Барбаро сымэ… Iуащхьэмахуэ ещIэж адыгэхэм япэ дыдэ яухуа къэралыгъуэр – Синдикэр, Кавказым и Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Анапэ, Тамань, ЦIэмэз щIыпIэхэр зыIыгъар. Ди эрэм и пэкIэ еплIанэ-ещанэ лIэщIыгъуэхэм мыбы мэкъумэш щIэным зыщиужьат. Синдхэм я щIыналъэр къулейт, нэхъыбэу зэлэжьыр хьэцэпэцэрт, псом хуэмыдэу гуэдзырт. Къэралым щыпсэухэр зрикъун къалэжьыж къудейм къыщымынэу, Синдикэм гъавэкIэ сату дищIырт Алыджым. Абы щыхьэт тохъуэ мывэ блынхэм къытена сурэтхэр, пасэрей тхакIуэхэм я тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу Демосфен и IэдакъэщIэкIхэр. Хьэцэпэцэхэм нэмыщI, мыбы щелэжьырт пхъэщхьэмыщхьэм, санэм. Абы теухуауэ тхыгъэ къигъэнащ алыдж географ цIэрыIуэ Страбон. ИужькIэ Боспор къэралыгъуэм и IэмыщIэм ихуа Синдикэм Iэщ гъэхъунми зыщиубгъуат. Синдхэм зэрахуэрт жэм, хыв, мэл, бжэн. Зыужьыныгъэшхуэ игъуэтат IэпщIэлъапщIэнми. Хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр ятIагъуэм къыхащIыкIырт, гъущIым, гъуаплъэм, жэзым елэжьырт. Iэщэ щIынми зыщиубгъуат Синдикэм. Адыгэ сэшхуэр, къамэр щIыпIэ куэдым щыцIэрыIуэт. Ахъшэ жьгъей къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ хэхауэ ябжырт. Синдхэмрэ мэуэтхэмрэ я кхъащхьэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэр дыщэхэкIт къызыхэщIыкIар икIи ахэр IэщIагъэшхуэ зиIэхэм зэраIэдакъэщIэкIыр нэрылъагъут. Iуащхьэмахуэ ещIэж кIэсэгухэм я пелуан Ридадэрэ тмутэрэкъаныпщ Мстиславрэ утыкушхуэм къарукIэ зэрыщызэрыгъэунэхуар. А зэман жыжьэм лъандэрэ, епщIанэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ, урысхэмрэ адыгэхэмрэ я шыгъупIастэ зэIулъщ; Чернигов тмутэрэкъаныпщхэм я дзэм адыгэхэм къулыкъу щащIэрт, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэхэм лIыгъэ щызэрахьэрт. Езыхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу, урысхэм ящIыгъуу адыгэхэр хамэщI къикIахэм мызэ-мытIэу ебэнащ. Абы и щыхьэтщ 964, 966 гъэхэр. А илъэсхэм урыс, шэрджэс шууейхэр зэщIыгъуу хъэзэрхэм езэуащ. Зэгъусэу ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэхэм ахэр нэхъри зэгъунэгъу ищIащ я гупсысэкIэ, мурадкIэ; лъыкIэ яIэ зэпыщIэныгъэхэри нэхъ куу хъуащ. XVI лIэщIыгъуэм къэбэрдеипщхэм Урысейм къулыкъу щащIэу щIадзэ икIи псоми цIэ лъапIэхэр, Черкес унэцIэхэр къыфIащ. «Черкесыпщхэр, Кавказ Iэлым къикIахэр, зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм Iэпхъуащ: урысыпщхэм, боярхэм япхъухэр щхьэгъусэ ящIкIэрэ, абыхэм я диным ихьэрт, бояр дамыгъэхэр, нэгъуэщI цIэ лъапIэхэр зэрахьэу къулыкъу ящIэрт, щытхъурэ щIыхькIэ зыщIагъанэрт, я цIэхэм урыс тхыдэм увыпIэшхуэхэр щрагъэубыдырт…», - 1841 гъэм апхуэдэу щитхыгъащ Долгоруков П.В. и «Урысей лъэпкъ тхылъым». 1557 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм Идар Темрыкъуэпщым ипхъу Гуащэнэ, чыристан диным щихьэм Марие цIэуэ зыфIащыжар, Урысей пащтыхь Иван ЕплIанэм докIуэ. А Iуэхум нэхъри игъэбыдащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ я зэныбжьэгъугъэр. ХVIII лIэщIыгъуэм и 20 - 30-нэ гъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ IэджэкIэ гъэнщIат. 1720 гъэм и гъатхэм кърым хъан СэIэдэт-Джэрий цIыху мин плIыщIым щIигъу хъу и дзэм Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр къиувыхьащ икIи псалъэмакъ къыхамыгъэкIыу Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и унафэм щIэтыну, 1708 гъэм Къэнжалыщхьэ деж хьэбэсабэу щызэхакъута Къаплъэн-Джэрий хъаным ираха лейм папщIэ щIалэ, пщащэ миниплI ятын хуейуэ унафэ ещI. Шу мин 15 – 20 нэхъыбэ зымыгъэшэсыфыну лъэпкъым и дежкIэ ар къалэн хьэлъэт. Лъэпкъым и къуэ нэхъ Iущхэм ящыщ зым – Къэзанокъуэ Жэбагъы – и чэнджэщкIэ Къэбэрдейр шынагъуэм къыIэщIэкIащ. Кърым хъанхэм я бийуэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкIа, адыгэхэм я Iэтащхьэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ Къэзанокъуэм и псалъэ Iущхэр Iэщэ жану зыгъэбзар. ЗауэлI мин бжыгъэхэр хигъэкIуадэри, СэIэдэт-Джэрий щIэпхъуэжащ. Къэбэрдейм кърым хъанхэр, тыркухэр аргуэру къытемыуэн папщIэ, 1722 гъэм фокIадэ мазэм и 3-м, Хъэзэр тенджызым и Iуфэхэр урыс пащтыхьым къыщызэхикIухьам, Къетыкъуэпщыр езым и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэр щIыгъуу Петр Езанэм Дагъыстаным, Сулак деж, щыхуэзащ. ЗэрызэгурыIуам и щыхьэту, къэбэрдей шу гупыр щежьэж махуэм, фокIадэм и 23-м, Аслъэнбэчыпщым кърат Урысейр Къэбэрдейм къызэрыщхьэщыжынур игъэбыдэу щыхьэт тхылъитI. КъыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм зыхъумэжакIуэхэр ирихулIат 1723 гъэм и гъатхэпэ мазэм Петр Езанэм деж Бытырбыху лIыкIуэ ягъэкIуэну. Ежьахэм яхэтт Къэзанокъуэ Жэбагъы, Тамбий Жанмэмэт, Къундет Кургъуокъуэ сымэ. Абыхэм я пщэм къалэнышхуэ дэлът: зэхагъэкIын хуейт Сулак щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм Урысейр зэрыхуэпэжыр, къатеуэIамэ, ар къазэрыщхьэщыжыну щIыкIэр. ЛIыкIуэхэм хъыбарыфI къахьащ. АбыкIэ фIыщIэ лей зыбгъэдэлъар Къэзанокъуэ Жэбагъыт. Iуащхьэмахуэ ещIэж нэгъуэщI адыгэлIи – ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэ, урысыдзэм полковникыу хэтар, Измаил быдапIэр къыщащтэм Очаков и лIыхъужь хъуар, Суворовым и гъусар, Георгий жорым и IV нагъыщэр зезыхьар. 1787 – 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм абы лIыгъэ щызэрихьащ, Днестр дэкIуэу Тыркумрэ Урысеймрэ я гъунапкъэхэр убзыхуным теухуа зэгурыIуэныгъэм хэтащ. Екатеринэ ЕтIуанэр щIэкъуащ Кавказым щригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ ХьэтIохъущокъуэр щIэгъэкъуэн къищIыну. Ауэ абы и хьэгъэщагъэхэр Исмел-псыгъуэ диIыгъакъым, урыс пащтыхьым иригъэкIуэкI лъэпкъ дэкъузэныгъэм и бийт ар, экономикэ, сату, политикэ я лъэныкъуэкIэ Урысеймрэ Кавказымрэ я зэпыщIэныгъэхэр, урыс лъэпкъышхуэм хуаIэ ныбжьэгъугъэр нэхъри гъэбыдэн хуейуэ къилъытэрт. Исмел-псыгъуэ, Къэбэрдейм и лIы щэджащэр, Кавказым хуэуса Лермонтов Михаил и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-бейр» зытриухуа адыгэлIыр, диным итхьэкъуа гъэпцIакIуэхэм 1812 гъэм гъуанэдэууэ яукIащ. Европэми Азиеми и гъуэгухэр Кавказым щызэхыхьэжырт. Мыбы щызэхэпхырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, мыбы щыплъагъунут дин зэхуэмыдэхэм ятхьэкъуахэр, хабзэкIэ, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьхэр – Польшэмрэ Шотландиемрэ къикIа миссионерхэр, Византиемрэ Алыджымрэ я сатуущIхэр, Тыркумрэ Кърымымрэ къикIа дин хэпщакIуэхэр, Аравием, Генуем, Франджым, Инджылызым щыщ зыплъыхьакIуэхэр. ХамэщI къикIахэм я нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт франджы тхакIуэшхуэ Александр Дюма-адэр, 1858 – 1859 гъэхэм Кавказым къыщызыкIухьар. Пушкиным, Лермонтовым, Толстой, Горький сымэ хуэдэу, мы хэкур зэрытелъыджащэр абы егъэлеяуэ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щытащ. ПхузэфIэмыкIыу уи гум къокIыж Дюма и псалъэхэр: «Дыгъэр аргуэру къыкъуэкIыжащ, иужьрей пшагъуэ гуэрэнхэр кIуэдыжащ. Къазбэч къыщыщIэдзауэ Iуащхьэмахуэ нэс зызыукъуэдий Кавказыбгхэм я дахагъэ псори къыщIэщыжащ. А хьэлэмэтыщэм дызыIэпишэри, зы заулкIэ дэ сыным хуэдэу дызэфIэтащ; тлъагъур ещхьтэкъым Альпхэми, Пиринеи, нэгъуэщI гурхэми; къыпфIэщIырт ар зыхуэдэ дыдэр зи нэгу къыщIэзыгъэувэфын щымыIэу. Ар Кавказырт…». Iуащхьэмахуэ куэдрэ пэплъащ и щыгу цIыхулъэ щыувыным. А зэманыр къыщысар 1829 гъэрщ. Абы и щыгум япэу дэкIащ Урысей Академием и экспедицэм и гъуэгугъэлъагъуэу щыта адыгэлI Хьэшыр Чылар, Iуащхьэмахуэ и къуэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ зыр. Ди бгыжьхэм игъащIэкIэ ар ящыгъупщэнкъым: бадзэуэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 11-м бгыхэм я тхьэмадэм и ищхъэрэ лъагапIэм Чылар щыхитIащ и Iэхъуэ башыр икIи мывэкIэ къигъэтIылъыхьыжри къехыжащ. Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэтийт. 1829 гъэм япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам папщIэ гъущI IыхьэшхуитIым къыхагъэжыкIащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Фут 16.330-рэ зи лъагагъ щыгум япэу дэкIыфар адыгэ Чыларщ. Мы гъущI къызэрыгуэкIым щIэблэм я деж нрырехьэсыж зи щыгур къамыгъэIурыщIэфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ япэу гъуэгу пхызышам и цIэр». Хьэшырхэ я къуэм хуэдэ гуэр хъунщ зытеухуар куржыпщ Ираклий ЕтIуанэм и чэнджэщэгъуу щыта дохутыр, дипломат, Саксонием щыщ Рейнеггс Яков итхар: «Шэрджэсхэр е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи гугъу тщIы къэбэрдейхэр, зэIэщIэлъхэщ, цIыху бланэхэщ, быдэхэщ, лIыгъэ зыхэлъхэщ, ешыркъым, IэкIуэлъакIуэхэщ, хъыжьэхэщ, щышуми щылъэсми Iэщэр дэгъуэу ягъабзэ». Урысеймрэ абы ис лъэпкъхэмрэ я къэкIуэнур зыхуэдэм гу лъитауэ, иужькIэ Гроув Ф. и тхылъ «Кавказ щIыIэм» щитхыжыгъат Iуащхьэмахуэ и щыгум щитам зэгупсысар: «Европэмрэ Азиемрэ я гъунапкъэм ситу, си щхьэм къизэрыхьауэ езгъапщэрт нэхъ пасэм зыужьыныгъэ зыгъуэтахэр мы щIэуэ къэунэхуа къэрал лъэщым, зи къэкIуэнур зэрыдахэм цIыхухэм гу лъатэу щIадза къудейм». Гроув ипэжкIэ а къэкIуэну лъэхъэнэм тетхыхьащ Пушкин А.С. и зэманыгъуэм псэуа икIи абы и цIыхугъэу щыта адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, усакIуэ Нэгумэ Шорэ. Нэгумэм жиIэгъащ: «Къэсынщ бгырыс щхьэзыфIэфIым и гум гурыщIэ телъыджэр, гъащIэр зыгъэнэхур – щIэныгъэр – фIыуэ илъагъу щыхъуну зэманыр. Дэ псоми щIэныгъэм, тхылъым, тхыгъэм зыщеттыну сыхьэтри къэсынщ…». А зэманыр къызэрысрэ илъэс 90-м нэблэгъащ. … Илъэс щэщIрэ хырэ ипэкIэ и адэжь Хэкум – Къэбэрдейм – къигъэзэжат Iуащхьэмахуэ фIэкIуэда и бынхэм ящыщ зым – МахуэлI Рэмэзан. Сэ а тхьэмадэм, зи ныбжьыр илъэс 80-м нэблэгъам, мызэ-мытIэу сыIущIащ, хъыбар дахэ куэди къезгъэIуэтэжащ, хамэщIым езым щызэхилъхьауэ усэ зыбжани къезгъэджащ. Рэмэзан хуэдэ лIыжь гурыхуэ гъуэтыгъуейт. И ныбжьыр илъэс пщIыкIутхум иту ар Дзэлыкъуэдэс къуажэм 1905 гъэм ирашат. Илъэс 62-кIэ МахуэлIыр хэхэсу щытащ, ауэ абы зы сыхьэти, зы махуи и Хэкужьыр игу ихуакъым. Рэмэзан Тыркум исащ, иужькIэ Сирием щыщ Хъэнэсыр адыгэ къуажэм Iэпхъуащ, бэлыхьу щыIэр игъэващ, бэIутIэIу куэдым хэхуащ. Ар тырку беижьхэм яхуэпщылIащ, франджыхэм Сириер щаIыгъа зэманым гугъу ирагъэхьащ. Абы щыгъуэт мы сатырхэр Рэмэзан щызэхилъхьари: Хьэр яукIым - драбашщ, Шынэмэ – драхъумакIуэщ. Я Iуэху зэфIэкIмэ – драхьэщ. ИкIи драмысэкъым, ИкIи драмыщэкъым, ИкIи дращIасэкъым. «Сыт щыкуэд?» - жыфIэрэ фыкъыдэупщIым, Къурей щIыбым щыIэ нэгъуейм Я махъшэм ишхыу, Къадзыгъуэ банэкIэ еджэу, Ар ди бэвщ… Унэ дощIри щIым щIыдотIэ, ЯтIэр ди унащхьэ бгъэнщ, Къыщемышхым къыпхыжыркъым, Уэшх къешхым, къыпхож. Жыхьэнмэбжэр IитIкIэ Тхьэм иригъэубыд Мыбы ди къэкIуэным Сэбэп хуэхъуам!
Мы усэм МахуэлIыр щыбгэу къыфщыхъуми, ар фымыгъэщIагъуэ. Къэбэрдейм къэкIуэжу и лъэпкъэгъухэм я гукъеуэхэр зэриIуэтэжа къудеймкIэ абы лIыгъэ зэрихьащ. «Мэчэ-Мадинэ щыIам, хьэж зыщIам жэнэтыр хухахауэ ягъэву… Кавказыр зылъэгъуа хэхэсым хьэкъыу пхыкIын хуейщ: жэнэтыр здэщыIэр Хьэрыпыр аракъым, атIэ Адэжь Хэкурщ!» - жиIэгъащ лIыжь Iумахуэм Къэбэрдейм къэкIуэжауэ. Къэбэрдейм гу щимыхуэурэ Рэмэзан дунейм ехыжащ. Си дежкIэ зи Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхум и нэхъ щапхъэфI дыдэт ар. «Дуней хъурейр ятIагъуэ цIынэ IэшкIэ къудейщ, абы уи адэшхуэхэм ягъэхуэба щIыналъэ мащIэ хэмылъмэ, уи гъащIэр зы гъунэ гуэрым щынэсым деж, ар нэгъуэщIхэм яIэщIэплъхьэжын хуэмеймэ», - апхуэдэут зэрыгупсысэр МахуэлIхэ я тхьэмадэ жьыщхьэ махуэр. АтIэ дауэ къэхъуа а насыпыншагъэу, уз бзаджэу адыгэхэм къайуэлIар, ИстамбылакIуэкIэ зэджэжыр? Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Хэхэс хъуахэр сыт хуэдэ губгъуэхэм щикъухьа? Сыт ягъэхъа, сыт иджы ялэжьрэ, сыт я шыфэлIыфэ? Дауэ дызэрыгъуэтыжа? Ди зэпыщIэныгъэхэр дэнэ нэса? Мис а упщIэхэм я жэуап фэстыфмэ, си гуапэт.
Илъэси 140-м щIигъуащ адыгэхэм я нэхъыбэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ. Щалъхуа щIыналъэр ди лъэпкъэгъухэм IэщIыб ящIын папщIэ лъэкI къагъэнакъым Урысейм и пащтыхьымрэ Тыркум и сулътIанымрэ. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапIэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат. Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуанищым щIигъу щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжыр а бжыгъэм и Iыхьэ щанэрщ. Сириемрэ Иорданиемрэ минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащыхуэзэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Албанием, Голландием, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мысырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми. Дэнэ щIыпIэ щыпсэухэми, абыхэми зэрахузэфIэкIкIэ я бзэр, хабзэр, нэмысыр яхъумэж. Ар къайхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Пэжу, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр зэхуащIыж, илъэс бжыгъэ докIри къызэIуахыж. Нэхъ тэрэзу ахэр щылажьэр Сирие, Иордание, США, Израиль, ФРГ къэралхэрщ. Сирием и щыхьэр Дамаск (адыгэхэр абы ЩамкIэ йоджэ) дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр 1947 гъэм къызэрагъэпэщащ. Абы къудамищ иIэжщ. Ахэр Хьэмус, Хьэлэб къалэхэм, Мэрдж-СулътIан къуажэм щолажьэ. Нэхъыбэу Хасэр зи ужь итыр хуэмыщIахэм ядэIэпыкъунырщ. Лъэпкъ хабзэр, бзэр хъумэнымкIи мыбы яхузэфIэкI щащIэ. Хасэм иIэщ езым и адыгэ къэфакIуэ гупи, абы и зэфIэкIыр куэдрэ хьэрып къэрал зыбжанэм щигъэлъэгъуащ. Хасэм хэтхэр сымаджэхэм ядоIэпыкъу, пщIэншэу дохутыр ирагъэIэзэ, хущхъуэхэр къыхуагъуэт, хьэщIэ къахуэкIуамэ, емыкIу къызэрамыхьыным пылъщ. Щам дэт университетым и профессор Лаш Адыл зэрыжиIэмкIэ, Сирием ис адыгэхэр къызытехъукIыжахэр я адэжь Хэкум иIэпхъукIа нэужь Тыркум, Балканым исащ. Илъэс тIощIым нэскIэ Югославием, Алыджым, Болгарием щыпсэухэри, хэхэсхэм КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ яунэтIащ. Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр къызэрыгуэкI гуащIэрыпсэухэщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэр» зэриухыу Щам Iэпхъуащ Джулан лъагапIэхэм щыIа адыгэ къуажэ 12-м дэсахэр. 1948, 1956, 1967, 1973 гъэхэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэхэм адыгэхэм лIыхъужьыгъэшхуэ щызэрахьащ. Хьет жригъэIэу, къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ Анзор Джэуад. Абы и цIэр дыщэпскIэ Сирием и тхыдэм итхащ. Джэуад зи унафэщI адыгэ шуудзэм 1948 гъэм лIыгъэшхуэ зэрихьащ. «Эль-Къунейтрэ и анэ» цIэ лъапIэр фIащащ Уджыхъу Iэминэ. Ар бийм иубыда къалэм къахудэмыкIыу илъэсийкIэ дэсащ. Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм щIэныгъэлI, тхакIуэ зыбжанэ, дзэзешэ куэд къахэкIащ: Блэныкъуэ Хьэрун, Сэмгугъу Iэмин, профессор Лаш Адыл, тхакIуэхэу Къумыкъу Мамдухь, Дыгъужь ФуIэд, ДжэшкIэр Фадыл, Стащ Издин, генерал-лейтенантхэу Абазэ Мамдухьрэ Багъ Ауадрэ, генерал-майорхэу Шэрджэс Абдул-Хьэзиз, Бэрэтэр Рэмэдан, нэгъуэщI куэди. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум куэдрэ и цIэр щыжаIэ Абазэ (Маршэн) Хьэмдий и къуэ Мамдухь. Ар Мумсие къуажэ цIыкIум 1932 гъэм къыщалъхуащ. Адыгэ щIалэ хъыжьэм хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэным и гъащIэр триухуат. Абазэр илъэс тIощIрэ зырэ щыхъуам уэгум итт, кхъухьлъатэ псынщIэхэр зэрихуэу. 1957 – 1958 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Къыргъызым. А зэманым Мамдухь къыдеджащ икIи ныбжьэгъуфI къыхуэхъуащ иужькIэ Сирием и президенту хаха Хафез Асад. Кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Фрунзе дэт еджапIэ нэхъыщхьэр Абазэ Мамдухь фIы дыдэу къиухащ икIи абы къратащ дыщэ медалыр. 1978 гъэм Абазэр генерал-майор мэхъу. А зэманым ирихьэлIэу абы бийм и кхъухьлъатэу зыбжанэ къриудыхат икIи къэралым и цIэ нэхъ лъапIэ дыдэр – Сирие Хьэрып Республикэм и ЛIыхъужьыр – къыфIащат. Сэ мызэ-мытIэу сыхуэзащ Мамдухь, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къызжиIэжащ абы Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм ятеухуауэ. Кавказым, адэжь лъахэм Абазэм къыхуиIэ лъагъуныгъэр инт, ныбжьэгъу куэд щиIэт Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ, Сыхъум. Ахэр мащIэу фIэкIа зэримылъагъуфыр игу къеуэрт. Езым хуэдэу ХэкумкIэ гумащIэщ абы и къуэшитIри – Щам дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Сирием и Парламентым и депутат Шэрэфрэ, дзэм хэт, генерал-лейтенант Уэлидрэ. Абазэ Мамдухьщ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэ генерал-лейтенант цIэр зыфIащар. Илъэс зыбжанэкIэ ар къэралым и уэгу къарухэм я унафэщIу щытащ. 1982 гъэм фокIадэм и 3-м Мамдухь «Муслъымэн зэкъуэшхэр» партым хэт экстремист гупым яукIащ. Иорданием щыпсэу адыгэхэр Амман, аз-Заркъэ, Уадисир, Сыуелыхь къалэхэм, Нэхьур, Русейфэ, Джэрэш къуажэхэм дэсщ. Къэбэрдейхэмрэ шапсыгъхэмрэ Амман псэупIэ ящIащ. Бжьэдыгъухэр Нэхьуррэ Уадисиррэ дэсщ. Илъэсищэ ипэкIэ къэбэрдей къуажэхэу къэплъытэ хъунут Джэрэш, Сыуелыхь, Русейфэ. Нобэ а жылэхэм хьэрыпхэр щынэхъыбэщ. Амман и уэрам, хьэблэ зыбжанэм адыгэцIэ зэрахьэ. «МухьэджринкIэ» йоджэ иужьрей истамбылакIуэхэр здэтIыса щIыпIэм («Iэпхъуахэм я хьэблэ»). Иорданием адыгэ мин 60-м щIигъу щопсэу. 1932 гъэм ди лъэпкъэгъухэм къызэIуахащ Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Абы и къудамэхэр щолажьэ Сыуелыхь, Русейфэ, Нэхьур, Уадисир, аз-Заркъэ. НэгъуэщI Хасэхэри щыIэщ. Ахэр пылъщ спортым, ныбжьыщIэ, цIыхубз Iуэхухэм. Амман дэт Хасащхьэм илъэс куэд щIауэ «Iэл-Уахьэ», «Нарт» журналхэр къыдегъэкI. Абы и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр Бырмамыт Фэуазрэ ЛIыщIэ Зухьдирэщ. Журналым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ хэхэсхэм я тхыдэм, Кавказым ятеухуауэ. Ахэр я IэдакъэщIэкIщ ди лъэпкъэгъу щэджащэхэу Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд-Хъер, Хьэвжокъуэ Шэукэт, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хъунэгу Надие, Бырмамыт Фэуаз, Архъагъэ Хьисэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Уадисир къыщыдокI «Iэл-IихьэI» («Зэкъуэшыныгъэ») журналыр. НыбжьыщIэ хасэм мазэ къэс зэ щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирелъхьэ «Хъыбархэр» газетыр. ЦIыхубз хасэм епхауэ лажьэ еджапIэм ди лъэпкъэгъу цIыкIухэм адыгэбзэ щрагъэдж, хабзэм, нэмысым, тхыдэм щыгъуазэ щащI. 1990 гъэм школым къыщIигъэкIащ еджапIэр япэу къэзыуха щIалэ, хъыджэбз тIощI. НыбжьыщIэ хасэм и къэфакIуэ гупыр къэрал куэдым къыщацIыху. Родос хытIыгум (Алыдж) лъэпкъ къафэ фестиваль щекIуэкIати, адыгэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ абы япэ увыпIэр къыщахьащ. 1987 гъэм абыхэм Америкэм зыкъыщагъэлъэгъуащ. ЦIыхубз хасэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа Хъунэгу Надие адэ Хэкужьым мызэ-мытIэу щыIащ. Абы и усэхэр «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм тетащ. Адыгэ цIыхубзым куэдрэ Хасэм щеIуэтэж Кавказым и хъыбар, цIыкIухэр Адэ хэкужьыр фIыуэ лъагъуным къыхуегъэуш:
Iуащхьэмахуэ «КъакIуэ!» - жиIэу, Гуапэу сэ Iэ къысхуищIащ, Си адэжьхэм бампIэу яIэр Абдеж нэхъри зыхэсщIащ: Уэ зэ закъуэ къыпIуплъэну КъыпщIобэгыр, къыпхуокI я нэ, ЩIыпIэ хамэ щыIэ бынхэм Я гур, я псэр къыпхуобанэ.
Иорданием фIыуэ щалъагъу, щаIэт, щагъэлъапIэ пшынауэ Iэзэ Умар Iэбыдэ. Абы и пшынэ макъыр куэд щIауэ адыгэхэм я гуфIэгъуэ джэгухэм, нысашэхэм щызэхах. Умарым и макъамэхэр куэдрэ Амман и радиоми телевиденэми къат. Ди деж Къашыргъэ КIурацэ зэрыщыцIэрыIуэм хуэдэу, Iэбыдэ Иорданием, Сирием, Тыркум щыцIэрыIуэщ. Куэд щIащ а цIыхубзым япэу пшынэ къызэрищтэрэ. КIыщ МыIуминат, Iэбыдэ и анэм, хуабжьу и нэ къикIырт и пхъур пшынауэ ищIыну, Хэкум, адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуэ макъамэ гъуэзэджэхэр имыгъэкIуэдыжу япэкIэ зыхьын абы къыхэкIыну. Анэм и хъуэпсапIэр къехъулIащ. Илъэс хыщIкIэ Iэбыдэ и IэзагъымкIэ игъэгуфIащ Иорданием щыпсэу адыгэхэр. Абы и макъамэ гуакIуэр зэхэзыхам, ар пшынэ зэреуэр зэ зылъэгъуам зэи щыгъупщэжыртэкъым. Умарым къафэ, удж, ислъэмей, гъыбзэ зэмылIэужьыгъуэу щэм нэс игъэзащIэрт. Iэбыдэ ди пшынауэхэм я гугъу щыхуэсщIкIэ, и нэпсхэм къызэпажыхьырт: «Слъагъуну сыхуейт си адэжь хэкур, зэзгъэцIыхуну сфIэфIт си лъэпкъэгъухэр. Псом хуэмыдэу пшынауэхэр – тхыдэм къыдэгъуэгурыкIуэ пасэрей макъамэр зи дыщэ IэпэхэмкIэ зыхъумэхэр», - къызжиIэрт абы. ИорданыщIым лъэпкъ куэд щхьэщыкIащ. Псысэхэм зэраIуэтэжымкIэ, пасэрей зэман жыжьэхэм сринэ макъамэм Иерихон и чэщанэжьхэр къигъэуэгъат, Къудус (Иерусалим) и мывэ пщтырхэр бегъымбархэм я зекIуапIэт, мыбы унафэ мыхъумыщIэхэр Понтий Пилат щищIырт, Хы ЛIам щIилъэфэгъат къалэ дахэхэу Содомрэ Гоморрэрэ. Нобэрей Иорданиер журтхэм ткIийуэ япэщIэтщ. Зауэ блэкIахэм, Сириеми хуэдэу, мы къэралым ис адыгэхэм лIыгъэшхуэ щызэрахьащ. КъикIуэт зымыщIэ зауэлIхэт Къумыкъу Мырзэ, Къандур Изэт, Бырмамыт Фэуаз, Хэкужь Мухьэмэд-Исхьэкъ, ХьэIупщы Хъалил, Шэкъмэн Мухьэмэд-Алий, Шурдымхэ Ихьсанрэ ТIэхьсинрэ. Ахэр иужькIэ псори генерал хъуащ, дипломату лэжьаи яхэтщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэм» Шурдым Ихьсан бийм и кхъухьлъатэу тху къыщриудыхащ. Премьер-министру мызэ-мытIэу хахащ Хьэвжокъуэ Сэхьид (1950 гъэм – тIэуней, 1955, 1956 гъэхэм). Парламентым и тхьэмадэ къуэдзэу 1947 – 1951 гъэхэм щытащ, сенатым и унафэщIу илъэс 13-кIэ лэжьащ (1961 – 1974 гъгъ.). Хьэвжокъуэр министруи куэдрэ щытащ: сатумкIэ – 1943 гъэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ – 1944, 1949 гъэхэм, экономикэмкIэ – 1945-м; вице-премьеру икIи къэрал министру ар къагъэлъэгъуащ 1953, 1957, 1963 гъэхэм; Амман къалэм и Iэтащхьэуи щытащ (1938). Сэхьид и къуэш нэхъыщIэ Шэукэт лIыкIуэу къэрал зыбжанэм щыIащ, узыншагъэр хъумэнымкIэ министрым и къуэдзащ. Министр къулыкъу яIыгъахэщ Теху Сами, Къумыкъу Хьэбас, МафIэдз Умар, КъуэщIысокъуэ Абдул-Къадир, Хьэвжокъуэхэ Зухьеррэ Издинрэ. Парламентым хэтахэщ Хьэмдэхъу Iэсхьэд, ЕхъулIэ Хъусен, ХьэIупщы Шэукэт, Хьэвжокъуэ Фозий, Алъхъэс Абдулчэрим, Шыкъым Джэмил сымэ. Иорданием и лIыкIуэу нэгъуэщI къэралхэм щыIащ Бырмамыт Фэуаз, Хъурмэ Мухьэмэд-Алий, МафIэдз ТIэлал, Тхьэкъуахъуэ Абдул-Хьэмид, Хъутат Джэмал, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хьэвжокъуэ Зухьейр. Румынием лIыкIуэу щыIащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Хьэвжокъуэ Сэхьид и къуэ Хьэзми. Ар илъэс зыбжанэ ипэ палестинэ хьэрыпхэм Бухарест щаукIащ. Хьэзми и шыпхъу Маждэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яхэтщ, хузэфIэкI ищIэу Нью-Джерси штатым (США) щыIэ ФIыщIэ Хасэм адыгэбзэ, хабзэ щрегъэдж. КавказымкIэ, адэжь ХэкумкIэ Хьэвжокъуэ Маждэ куэду гумащIэщ, абы и гу пцIанагъэм, и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм ди лъэпкъэгъу куэд къегъэуш. «Хьет» жригъэIэу Иордание къэралыгъуэм хуэлэжьахэм ящыщщ Бырмамыт Фэуаз. Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ. Фэуаз и адэ Махьер пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмамытыр. Инджылыз генерал Глоб жиIэрт: «Фэуаз зыIут IэнатIэмкIэ зэи сигу ныкъуэкъым – ар офицер жанщ, емышщ, лIыгъэ зыхэлъщ». Илъэс 21-кIэ дзэзешэу щытащ Бырмамытыр. 1949 гъэм Инджылызым абы къыщеух офицерхэм я курс нэхъыщхьэхэр, 1953 гъэм - штаб Нэхъыщхьэм и академиер. Батальоным и унафэщI Фэуаз япэ хьэрып-журт зауэм (1948) хэтащ. Зэрихьа лIыгъэр къалъытэри, орден къратащ. Дзэзешэу ар дэсащ Хъалил, Къудус, Наблус къалэхэм (1955, 1956). ИтIанэ (1958) Бырмамытыр ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм яшэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыуи генерал-майор мэхъу. Апхуэдэ дзэ нагъыщэ лъагэ Иорданием ис адыгэхэм щыщу япэ дыдэу зыхуагъэфэщар Фэуазщ. 1961 – 1963 гъэхэм Бырмамытыр штаб Нэхъыщхьэм и унафэщIщ. ИужькIэ пащтыхь Хъусейн Бен ТIалал ар дипломат IэнатIэм Iуегъэувэ, зэрыгъэсар, бзэ IэфI зэрыIурылъыр, и зэфIэкIыр къелъытэри. Зы илъэскIэ Фэуаз лIыкIуэу Тайвань (Китай хытIыгум) щолажьэ. 1964 гъэм и кIэм абы Иорданием и лIыкIуэ тхылъхэр IэщIелъхьэ Иракым и президент Абдел-Сэлам Ареф. Мазэ пщыкIуз дэкIа иужь, Бырмамытыр лIыкIуэу ягъакIуэ Тырку Республикэм икIи абы илъэсищкIэ щолажьэ. 1968 – 1969 гъэхэм Фэуаз Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и генеральнэ секретарщ. Дипломат лэжьыгъэр зэриутIыпщыжу, ар пенсэ макIуэ. Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIащ. А зэманым къриубыдэу адыгэлI щэджащэм зы махуэ зигъэпсэхуакъым. Бырмамытыр Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу плIэнейрэ хахащ. Хэхэсхэм Кавказым и IэфIагъыр егъэщIэнымкIэ, ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ жэщ-махуэ имыIэу куэд ищIащ. Иужьрей илъэсхэм Фэуаз-пэщэр «Леджна Аш-шария» фIыщIэ хасэм и унафэщIт. Бырмамытыр махуэ къэс цIыхухэм сэбэп яхуэхъурт. Нэхъыбэу абы и нэIэ зытетыр адыгэхэрат. Фэуаз и унэр музейм ещхьщ. Блынджабэхэм фIэлъ сурэтхэм уеплъмэ, а лIым дуней зэрилъэгъуар, батэ зэригъэшар псалъэншэу къыбгуроIуэ. Зы сурэтым абы Ираным и шахиншах Мухьэмэд Реза Пехлеви фIэхъус кърех, адрейм – Гамал Абдел Насер бгъэдэтщ, ещанэм Тыркум и президент Джевдет Сунай IэплIэ хуещI, еплIанэм – Кением и унафэщI Ахьмэд Секу Туре и гъусэу Амман и уэрамхэм ящыщ зым дэтщ, етхуанэм – Чан Кайши лIыкIуэ тхылъыр ирет… «Бырмамытыр здэщымыIарэ Бырмамытым имылъэгъуарэ бгъуэтынкъым», - жыпIэмэ, ущымыуэну си гугъэщ. Абдж тегъэлъэдэжауэ блынджабэ щхьэхуэм фIэлъщ Фэуаз зэрихьа лIыхъужьыгъэмрэ игъэзэщIа лэжьыгъэмрэ папщIэ кърата орденхэр, медалхэр, сэшхуэхэр. Ахэр тIощIым щIегъу. ПщIыр Иорданием ейщ, плIыр – Инджылызым, тIур – Китайм, орден зырыз Бырмамытым къыхуагъэфэщащ Сирие, Малайзие, Тунис, Алыдж къэралхэм. Дэрэжэгъуэ, гукъыдэж дахэ Фэуаз къратырт абы и щхьэгъусэ, тырку генерал Къундыхъу Мусэ и къуэрылъху Расмийе, а тIум я бынхэу Ланэ, Линэ, Динэ, Алий, Алия сымэ, я пхъурылъху-къуэрылъху цIыкIухэри яхэтыжу. Бырмамытыр 1998 гъэм дунейм ехыжащ. … Уадисир жылэшхуэр зыухуар бжьэдыгъухэрщ. 1972 гъэм абы дэс цIыху мин 15-м и ныкъуэр адыгэт. Илъэс куэдкIэ къуажэм и тхьэмадэу лэжьа ЩэбэрыкIуэ Хьусний зэрыжиIэжымкIэ, бжьэдыгъухэм Уадисир къуэладжэр 1882 гъэм псэупIэ ящIащ. Япэу а щIыпIэм къэIэпхъуахэм я унэцIэхэр: Къат, Хьэткъуей, ЕхъулIэ, Абэзэхэ, Бгъанэ, Хьэлашт, ХьэдэгъэлI, ЛIыбзу, Лыщэ, Цей, Хьэтыкъуэ, Хьэтх, Мэрэтыкъуэ, Хъут, Тхьэрыкъуахъуэ, Хэкужь, ГутIэ, Джэрым, Бырсекъуэ, Абрэдж, Бланэукъуэ, Даур, Жанхъуэт, Жьанэ, Кубэ, НэпIащэ, Пщыбий, Теувэж, Дыгъужь, Тыкъуэ, Тхьэгъэпсо, Цыбэ, Джатауэ, Джатэнокъуэ, Iэбыдэ, МэшхуэфI, Псыкумб, Чуикъуэ, Iэпыщ, Щхьэлдыгъу, Кужьу, Къуиижь, Хъуажь, Шагужь, ШащIэ, Хьэпэпх, ЩабэрыкIуэ, Къуэц, Гъунэжыкъуэ. Амман нобэ хыхьэжауэ къалъытэ адыгэ, шэшэн мухьэжырхэм яухуа Сыуелыхь къуажэр. А жылэм и лъабжьэр 1914 гъэм зыгъэтIылъахэм ящыщщ мы къэбэрдей унагъуэхэр: Абеикъуэ, Абэзэхэ, АфэщIагъуэ, Гуанэ, Бабыгу, Бажэ, Бжэнтхьэлэ, Бетыгъуэн, Болэт, Бырмамыт, КIыщокъуэ, ДыщэкI, Жьанэ, ИмыкI, Къалэ, Къардэн, КIэщт, ЛIыгуащIэ, Насып, Нэхущ, Сейн, Щхьэгъэпсо, Токъмакъ, Умэт, Хьэтыкъуей, Хъуран, Шакъмэн, Шышэ, Шыкъым, Щэрдан, ЛIыпщ, Щэрмэт, ЩхьэщэмыщI, Пхъэщ, ЯфIэунэ, Лъостэн, Налшык. ИорданиекIэ дызэджэ щIыналъэм ИстамбылакIуэм и зэманым япэ къэсащ шапсыгъхэр. 1858 гъэм абыхэм псэуалъэ яхуохъу урымхэм пасэ зэманым яухуа Амман амфитеатрым и Iэшэлъашэхэр. Къэбэрдейхэр, абэзэхэхэр, бжьэдыгъухэр къакIэлъыкIуащ шапсыгъхэм икIи Амон (Амман) е ФиладельфиекIэ зэджэу щыта Урым пащтыхьыгъуэм иухуауэ щIым щыщ хъужа къалэжьыр къэзыухъуреихь щIыналъэр псэупIэ абыхэм ящI. Нэхьур къуажэм адыгэ унагъуищэрэ пщIырэ дэсщ. Я нэхъыбэр бжьэдыгъущ, шапсыгъ унагъуищ, зы къэбэрдей унагъуи яхэсщ. КъедбжэкIынти ахэр: Дыгъужь, Дидыхъу, Шумэн, Лыш, ЛIыбзу, НэпIащэ, Уджыхъу, ЩабэрыкIуэ, Абыдэ, Бесчокъуэ, Еутых, Къат, Хьэжэлыкъуэ, Щаджэ, Щхьэлахъуэ, Цей, Хъут, Хьэпэхъу, Хьэдыгъу, Жамбэч, Борэн, ЕхъулIэ, Щхьэныкъуэ, Щхьэдэ, Щынахъуэ, Хьэкъугъ, Пхъауэ, Жьанэ, Кужьу, Гъыш, Беикъуэ, Лу, Стащ, Хьэджакъуэ, Хъуацэ, Емызэш, Едыдж, Щхьэпс. Ар-Русейфэ дэсхэр къэбэрдейщ. Ахэр псори унагъуэ 39-рэ мэхъу: Къэрэшей, Хьэвжокъуэ, Токъмакъ, Сейн (Щхьэгъэпсо), Къущхьэ, Шыбзыхъуэ, Молэ, Мыщокъуэ, Джырандокъуэ, Архъагъэ, Кхъуэжь, Быж, Пащты, Тыкъуэ, Тажджэ, Iэпщэ, ХьэIупщы, Алътуд, Елджэрыкъуэ, Джэшокъуэ, Къунаш, Сыжажэ, Къасым, ТIэф, Тхьэмокъуэ, Алътудыкъуэ, Махъцэ, Къуршэ, Щэбэт. Нэхьури ар-Русейфи Адыгэ Хасэ 1961 гъэм къыщызэIуахащ. Къэбэрдей жылэшхуэт Джэрэшыр. Нобэ абы адыгэу къыдэнэжар мащIэщ – я нэхъыбэр Амман Iэпхъуащ. Адыгэхэм Джэрэш тIысыпIэ яхуэзыщIар Мумэтмашэхэ я лIыжьт: «Псынэ IэфIхэр къыщыщIож, мэзи, бгыи, вапIи щыкуэдщ», - жери. Джэрэш дэтIысхьат унагъуэ 80-м нэс: Хъущт, Дыгъужьокъуэ, Дыду, Дидан, Къашыргъэ, Уэтей, Жылокъуэ, Мысхъуэжь, Цагъэ, Хъуэст, ХьэцIыкIу, Щауэжь, Щоджэн, Iэхъуэмыхъу, Шыкуэ, Хъуран, ХьэIупщы, Мыкъуэжь, ШкIахъуэ, Маршэн, Бэкащ, КIэфо, ДзыхьмыщI, Тхьэнахъуэ, ЦIывынэ (ТIэш), КIэмпIарэ, Кацу, ЛIуп, Тыкъуэ, Къуршэ, Уэрэзей, Хьэжу, Къалэбатэ, Къардэн, ЛIыгуащIэ, Мэшыкъуэ, Мамхэгъ, Сейн, Сэрхъуэщ, Тажджэ, Тырку, Тхьэгъэзит, Къазмыхь, ТIыхъужь, Абазэ, Балъкъэр, Бешто, Бэлагъ, Бырс, Гъубжокъуэ, ГъукIэ, Думэныщ, Архэст, ДыщэкI, Жэмыхъуэ, Сэбанокъуэ, Занилэ, Мэлдыж, Зыхъуэ, Хьэрэтокъуэ, КIэщ, ШыкIэбахъуэ, ИмыкI, ШуцIыкIу, Шуужь. Иужьрей мухьэжырхэр 1900 гъэм нэсащ. Абыхэм я нэхъыбэр Джылахъстэнейм къикIат. Гугъу ехьа, емынэми таломи къела гупышхуэр дэтIысхьащ Мухьэджрин зыфIаща къуэладжэм. Псэуалъэ щIынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъуащ нэхъ пасэу хэхэс хъуа адыгэхэр, щIыхьэхум щыпажэхэт Къумыкъу Мырзэрэ Хьэвжокъуэ Мухьэмэдрэ. 1858 гъэм Амман дэтIысхьа шапсыгъ унагъуэхэр: Хъымыщ, Шупашэ, Нэгъуч, ЩауэщIэ, Щэджащэ, IэщIэмыж, Шумыз, Хъущт, ХъупащIэ, Хьэгъур, Нэмрокъуэ, ПыIэхужь, Пхэнэхъу, ПщэкIэщI, Пщыхужь, ПщыпIытI, ПIэтIуэщ, Тэмыхъу, Хьэхъу, ХьэхъуратIэ, Натхъуэ, Лъостэн, Еныхъу, ЕхъулIэ, ЛъэцIэрыкъуэ, Къуийхьэжыкъуэ, Зэчэ, Бгъанэ, Хъурмэ, Ергъуж, IэкIэщI, БланэгъапцIэ, Хьэтыкъуей, Жьажьий, Теймаз, ТхьэилI, Хьэткъуэ, Мэлгуэш, Гъуанэджыкъуэ, Хьэтх, Iэбыдэ, ХъуэщIэбыдж, Мэлыш, Уэстэкъу, ЛIымахуэкъуэ, Шымнэкъу, ХьэтIанэ. Къэбэрдей унагъуэхэу Амман псэупIэ щызыщIахэр: Аброкъуэ, Абазэ, АфIэунэ, Ащнокъуэ, Балъкъэр, Бэрокъуэ, Бэвыжь, БищIо, Бырмамыт, Вэрокъуэ, Выхъуэ, Гуэщокъуэ, Гъубж, ГъукIэлI, Дэбагъуэ, Джатэжьей, Къардэн, Къалэжьокъуэ, Къунаш, Кхъуэхъу, Мэмчокъуэ, Нэгуэр, Пщыхъуэж, Теху, Тхьэбысым, Урыс (ФащIэ), Мамхэгъ, ЛампIэжь, Алъэсчыр, Къул, Къуршэ, Щокъарэ, Шурдым, ЦIыпIынэ, Къумыкъу, Хьенэ, Мэшыкъуэ, Шыд, Шыкъым, Къущхьэ, ШкIахъуэ, ЛIуп, Хьэгъундокъуэ, Цей, АфэщIыж, Молэ, Кхъуэнэ, МафIэдз, Лий, Къэпшорэ, Чым, КIэрэф, Къанокъуэ, Нэгъуд, Нэгъуей, Теунэ, Тыкъуэ, ФIыцIэхъу, Хьэвжокъуэ, Хьэмдэхъу, Хьэщэ, Хъурмэ, Хъутат, Щоджэн, Щэрмэт, Щолэхъу, Щынахъуэ, Хьэтыкъуей, БжэныкIэ, Къэзан, КъуэщIысокъуэ. Мухьэджрин хьэблэм дэтIысхьа Джылахъстэней унагъуэхэр: Ансыкъуэ, Батыр, Бэчыжь, Балъкъэр, Борэн, Бжьыней, Бжьэнокъуэ, Токъу, Уэрдым, ГъукIэпщ, Дадыхъу, Сэбаншы (Дохъукъан), Джэшокъуэ, Емызэш, Ервас, Жамборэ, Жылау, Къандур, Къамбэчокъуэ, Къанкъуэщ, КIэрашэ, Къуэдзокъуэ, ЛампIэжь, Умар, Хьэбылэ, Хьэмыку, Хьэткъут, ХьэпIытIэ, Шэт, Щанэ, Тхьэкъуахъуэ, ГъукIэ, Быкъуэ, КIэрыплъэ, Уэркъ, Пасэжь, КIыщ, Къэзан, Молэ, Хъуэст, Цей, Шэджэм, Нащхъуэ, Мамщокъуэ, Турзокъуэ, Абеикъуэ, Бешто, Борей, ЛIырыж, Тэжэр, Зокъуэ, ПщыукI, БжэныкIэ, Шыд, Гъулджокъуэ, Умэт, Сыжажэ, Думэныщ, Хьэкъул, Мыд, Дурэ. Израилым адыгэ къуажитI исщ – Кефар-Камэрэ Рихьаниерэ. Кефар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 2000 мэхъу. Рехьанием щопсэу абэзэхэ 1000 хуэдиз. 1878 гъэм иужькIэ адыгэхэр ПалестинэкIэ зэджэ щIыналъэм къэIэпхъуэу хуежьащ. Ахэр Галилеем деж къыщызэтеувыIэри, а щIыпIэр псэупIэ ящIащ. Кефар-Камэ дэсхэр щIы гектар 850-м толэжьыхь, къуажэм Адыгэ Хасэ, сымаджэщ, курыт еджапIэ дэтхэщ, жыг хадэ дахэ щагъэкIащ. Рихьанием псы зыщIэбгъэлъадэ хъун щIыгу иIэкъым. Абы къыхэкIыу мэкъумэшым елэжьыр мащIэ дыдэщ. Жылэдэсхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI къуажэ е къалэ щолажьэ. КъыжытIэнти Кефар-Камэ дэсхэм я унэцIэхэр: ЛIыIув, ЛIыбей, ГуэрыкIуэжь, Хьэхъу, Выщхьэ, Нэпсо, Щоджэн, Хьэтыкъуей, Абрэдж, Ацумыжь, Батэ, БланэгъапцIэ, Бгъанэ, Куэблэ, ХъутIыжь, Натхъуэ, Нагуэ, Тхьэухъуэ, ХыдзэлI, Хьэжы, Щэджащэ, Щхьэлахъуэ, ТIэф, ЛIыхъужь, Къуаджэ, ПIытIыжь, Къарзэдж. Кефар-Камэрэ Рихьаниемрэ дэт пэублэ еджапIэхэм еханэ классым нэс адыгэбзэ щрагъаджэ. Курыт еджапIэм иврит, инджылызыбзэ, хьэрыпыбзэ щоджэ. Ебланэ классым щегъэжьауэ цIыкIухэм адыгэ литературэр ядж. Рихьаниерэ Кефар-Камэрэ щыпсэу адыгэхэр куэдрэ зэкIэлъокIуэ, зэхуэгуапэу мэпсэу, лъэпкъ Iуэхум зэкъуэту хуолажьэ. Кефар-Камэ дэт Адыгэ Хасэм куэд щIауэ емышыжу хэтщ Щоджэн Ехья. Абы адэжь Хэкум щыпсэухэм хъыбар яригъэщIащ «Израиль адыгэхэр» зыфIаща маркэр дунейм къызэрытехьамкIэ. 1989 гъэм щIышылэ мазэм и 13-м а маркэм япэу дыдэ пощт мыхъур щытрагъэуар Кефар-Камэщ. Рихьание дэт еджапIэм и унафэщI Къарзэдж Iэсхьэд и тхылъхэмкIэ Израилым ис адыгэхэм я лъэпкъ тхыдэр яджыж. Iэсхьэд Къэбэрдейми, Адыгейми, Шэрджэсми щыIащ, Кавказыр джынымкIэ Тель-Авив щылажьэ центрым и директор, профессор Ицхак Давид и гъусэу. А щIалитIым я фIыгъэкIэ Израилым 1993 гъэм къыщызэIуахащ Адыгэ-Журт щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я институтрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и къудамэрэ. Сауд Хьэрыпми адыгэ уащрохьэлIэ. Куэд щIауэ щыпсэурэ ди хэкуэгъухэр бегъымбар щIыналъэм? Япэ адыгэ гупыр, цIыху 400 хуэдиз хъууэ, Саудым щыIэпхъуар 1967 гъэм и ужькIэщ, Сирием, Иорданием икIри. Ахэр сытым нэхъ елэжьрэ жыпIэмэ, хэт ухуакIуэщ, хэти егъэджакIуэщ, инженерщ, диным пылъщ е дохутырщ. Сауд Хьэрыпым щыпсэу адыгэхэм Хасэ яIэкъым, ауэ зэдэIэпыкъунымкIэ псапащIэ фонд щыIэщ. Къэралым и къалащхьэ Эр-Риад адыгэу 150-рэ щопсэу, Джиддэ – 10, Мэккэ – 50, Мадинэ – 11, Даман – 30. Губгъуэрысхэм я гъусэу жылагъуэ цIыкIухэми дэсщ ди лъэпкъэгъухэр. Саудым щыпсэу адыгэ унагъуэхэр: Багъхэ, Къэзанхэ, Аргъышхэ, Гъышхэ, Лъысхэ, Шагужьхэ, Щауэжьхэ, Щоджэнхэ, КIэрэфхэ, Хьэгъурхэ, Бабынэхэ, нэгъуэщIхэри. Дагъыстан лъэпкъхэм къахэкIауэ цIыху 200-м щIигъу Мадинэ дэсщ. Абыхэм я адэшхуэхэр щихъ Щамил и гъусэу бегъымбар щIыналъэм кIуэгъат. Шэшэнхэри мымащIэу а къалэм дэсщ. ИпэкIэ зэрыжытIащи, тыркухэм я гъэпцIагъи хэлъщ адыгэхэр Хэкум зэрикIам. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыт: Уэсмэн пащтыхьыгъуэр лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм зэщIищтат. Югославиер, Алыджыр, Болгариер, Албаниер, хьэрыпхэр я хуитыныгъэм щIэзэурт. Тырку сулътIаным зауэлI хахуэхэр къемэщIэкIырт. Ар фIыуэ щыгъуазэт адыгэхэм я хъыжьагъэм, абы ищIэрт адыгэ шууейхэм къатекIуэн зэрыгъуэтыгъуейр. Урыс пащтыхьми Кавказ бгы, тафэ берычэтхэр нэхъ щIэхыIуэу къыIэрыхьэну хуейт. Абы и дамэщIэт генералхэми, зауэ хьэлъэр къаIэщIэужэгъуати, Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным ис бгырысхэм Хэкур ябгынэмэ е псынщIэу Iэщэр ягъэтIылъмэ я гуапэт. Мис а псори зэпалъытри, тырку сулътIан Абдул-Хьэмидрэ урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэмрэ тыншу зэгурыIуащ: «Уэ гъэпцIагъэкIэ ибош, сэ IэщэкIэ изоху», - жаIэри. Муслъымэн диным зэрихьэрэ куэд мыщIа адыгэ гупцIанэхэм я нэхъыбэм я фIэщ хъуащ «тыркущIыр ислъамым и бэракъ щхъуантIэм щIэт псоми хухаха щIыналъэу» щыту. Хэхэс хъуахэр къызэрагъэгугъамрэ къылъагъэсамрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Ахэр пшахъуэ, ятIагъуэ щIыпIэхэм щагъэтIысырт е езы тыркухэр зыпэмылъэщыж лъэпкъхэм хагъэтIысхьэрт. «Кавказым фыкъизыхуа урысыжьхэм я Iыхьлыхэщ мы фи гъунэгъущIэхэр, я щхьэ къевмыгъэIэт, дэвгуэ, фпIытI», - апхуэдэу ягъэIущт адыгэхэр. Балкан хытIыгу ныкъуэм адыгэхэр зэрыщыпсэуам икIи зэрыщыпсэум теухуауэ тхыгъэ мащIэщ щыIэр. Апхуэдэу щыхъукIи, зы зэман гуэрым абы иса адыгэхэм я бжыгъэр мин 200-м нызэрыхьэсырт. Илъэс блыщI ипэкIэ Австрием щыщ еджагъэшхуэ Густав Буллемэр Югославием щыIащ. Абы нэхъыбэу къызэхикIухьар Косовэ Губгъуэрщ. Буллемэр и тхыгъэхэр а гъэ дыдэм къытрыригъэдзэжащ Венэ къыщыдэкI «Географие хасэм и хъыбархэр» журналым. Адыгэхэм я гъащIэм, я псэукIэм гупсэхуу кIэлъыплъа еджагъэшхуэм ди лъэпкъым и тхыдэжьым и мызакъуэу, я иджырей тхыдэри фIы дыдэу ищIэрт. Ар щыгъуазэт адыгэхэм къалъэIэса гузэвэгъуэшхуэм икIи, абы зэритхыжымкIэ, 1864 гъэм и закъуэ Азие ЦIыкIум и кхъухь тедзапIэхэм адыгэ мин 500 щитIысыкIащ. А бжыгъэшхуэм щыщу мини 150 – 200-р Фракием и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуащ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм адыгэ тIысыпIэ куэд иIащ Родос, Серас къалэхэу Мрамор тенджызым пэгъунэгъухэм. Абы къищынэмыщIауэ, ахэр Ломрэ Томокрэ я кум дэлъ тафэм, Илисрэ Пиротрэ къабгъурылъ щIыхэм тегуэшауэ тесащ. АдэIуэкIэ уIэбэжмэ, адыгэхэм сербхэм я щIы гъунапкъэжьым къыпылъ Косовэ Губгъуэр яIыгъащ. НэгъуэщI тIысыпIэхэр хэхэсхэм Прокуплым пэгъунэгъуу щыIэ Томлинэ щIыпIэм щаубыдащ. Адыгэ къуажэхэу Суви, Дон, ТуларкIэ зэджэхэм Брусэ-Капоник бгы дэкIыпIэр яхъумэрт. Абы и закъуэтэкъым. Адыгэхэм Лабэ, Моравицэ, Вардорэ, Секке псыхъуэхэм биидзэ къыдагъэхьэртэкъым. Косовэ Губгъуэм щитIысхьэм, адыгэхэм е щхьэхуэ дыдэу псэупIэ щызрагъэгъуэтырт, е серб къуажэхэм ябгъурытIысхьэрт. Буллемэр и гъуса лэжьакIуэхэм ящыщ зым – Тюмлер – зэхуэхьэса хъуа тхыгъэхэмкIэ къуажэхэм я картэ ищIауэ щытащ. Косовэ Губгъуэм адыгэ къуажэу исар 23-м нэсырт. Нэхъ иныIуэр СлавоваскIэ зэджэрт. Абы унагъуэ щитIым щIигъу дэсащ. Хьэмидей, Мэжджыт, Пэгъуэгъунэ къуажищми зэхэту унагъуэ 300-м нэс щыпсэуащ. Адрейхэр нэхъ цIыкIут. Къапщтэмэ, Черкес Садовинэр унагъуэ хыщIт зэрыхъур, Дуней Ливокыр – щэ ныкъуэт. Хэхэсхэм щIыпIэхэр ягу ирихьакъым, куэд дыди дамыгъэкIыу зыкъаIэт, нэхъ псэупIэфI къратыну къагъэуву, ауэ ахэр къарукIэ ягъэсабырыжри, зэрыс Косовэ Губгъуэм къранэж. 1877 – 1878 гъэхэм урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIми щыщу адыгэ куэд хэтащ. Зауэ нэужьым Ниша-Прокупле щIыпIэм адыгэ зыри къинэжакъым. Апхуэдэу щIэхъуари абыхэм я хэщIапIэр зэраубыдарщ. 1900 гъэм Косовэ Губгъуэм къинэжа адыгэм я бжыгъэр 6500-м нэс къудейт. Нэхъыбэу бгырысхэр елэжьт Iэщ гъэхъунымрэ дыщэкIынымрэ. Балкан зауэр (1912) зэриухыу адыгэ куэд аргуэру Югославием йоIэпхъукIыж. Белград щыщ еджагъэшхуэ профессор Гиоргиевич К. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы иужькIэ Косовэ Губгъуэм къинар унагъуэ зыбжанэ къудейщ. Ауэ Буллемэр и нэкIэ псори зригъэлъагъури, Iуэхур зытетыр итхыжащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, Гиоргиевич К. къигъэлъэгъуа бжыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ Косовэ Губгъуэм ис адыгэхэр. АтIэ Лабэрэ Ситницэрэ я Iуфэхэм Iус Черкес-кой къуажэм дэс унагъуэ 62-м щыщу 50-р адыгэт. Псори зэхэту цIыху 200-м щIигъут. А псыхъуэ дыдэм дэс Великэ Рекэ къуажэми адыгэ унагъуэ куэд щыпсэурт. Черкес-койр Косовэ Губгъуэм ис адрей жылэхэм къащхьэщыкIыу щытт. Ар япэ дыдэу къэзыгъэлъагъуэр къуажэкхъэрт. Абы ит сынхэм тетхэр хьэрыпыбзэкIэщ зэрытхар, езы къуажэми зы мэжджыт мыин дыдэ дэтт, къатитIу зэтет унэм бгъэдэту. А унэр адрейхэм къахэщырт, абы нэхъ лъагэрэ нэхъ дэгъуэрэ къуажэм дэттэкъым. «Сэрэ си гъусэхэмрэ Черкес-кой къуажэм дыщыдыхьам щыгъуэ, - етх Буллемэр, - дэ дыкъаухъуреихьат кавказыбгхэм я бын щхьэпэлъагэ нэкъуэлэнхэм. Ахэр адрей къуажэдэсхэм къахыумыцIыхукIынкIэ Iэмал иIэтэкъым: я теплъэкIэ зэкIужт, цIыхухэм щахэтым деж екIуу заIыгът. ЦIыхухъухэм адыгэ цей ящыгът, я фэр текIыжами, фащэхэм абыхэм дахагъэ ин, лIыхъужьыфэ къатригъауэрт. Иджы ахэр нэхъ зэлэжьыр щIырт. Абы ипэIуэкIэ Черкес-койм и адыгэхэр шы гъэхъуным пыщIауэ щытащ»… Буллемэр къызэрыщыхъуамкIэ, адыгэхэр цIыху набдзэгубдзаплъэщ, гурыхуэщ, Iущхэщ. Абыхэм, жеIэ еджагъэшхуэм, я бзэм нэмыщI, албаныбзэ, тыркубзэ ящIэ, яхэтщ хьэрыпыбзэкIэ псэлъэфхэри. Адыгэ цIыхубзхэм щхьэтепхъуэ зэрателъым къыхэкIкIэ, Буллемэррэ абы и гъусахэмрэ абыхэм я дахагъэ ятеIукIам щыхьэт техъуэфакъым. «Ауэ, - жеIэ Австрием щыщ еджагъэшхуэм, - а цIыхубзхэм я бынхэр къызэрымыкIуэу дахэщ, зэкIужщ». Буллемэр и гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнащ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи: Балкан хытIыгу ныкъуэм щыпсэу цIыхубз псоми къащхьэщыкIыу, адыгэ бзылъхугъэхэр нэгъуэщI лъэпкъ цIыхухъухэм еплъу, зыкъыпрагъэхыу плъагъунукъым. Абыхэм нэмысышхуэ яхэлъщ икIи езыхэм я пщIэр здынэсыр фIыуэ къагуроIуэж. Буллемэр Югославием щыIэ «адыгэ оазисым» и къэкIуэнум иригузавэрт. Абы зэрыжиIэмкIэ, хэхэсхэр зыхэс лъэпкъхэм яхэгъуэщэжынкIэ шынагъуэщ. ЩхьэусыгъуитI иIэщ а Iуэхугъуэм. Япэр – абы иса адыгэ мин 200-м и нэхъыбэм ТыркумкIэ зэрагъэзарщ, етIуанэр – а зэманым къэралым щекIуэкIа лъэпкъ дэкъузэныгъэ «цвайкиндер системэкIэ» зэджэ политикэращ. Буллемэр зытегузэвыхьар пэж хъуащ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа профессор Лаш Адыл илъэс щэщI ипэкIэ Косовэ Губгъуэр къызэхикIухьащ. Абы къызэрилъытамкIэ, Черкес-койкIэ зэджэу щыта, итIанэ Великэ Рекэ, нобэ Милошевэ, Приштинэ хъужа къуажэхэм адыгэ унагъуэ 15 дэсащ. Абыхэм бзэр фIыуэ ящIэж, хабзэри ящыгъупщэжакъым. Адыгейм щыщ турист гупи щыIащ Косовэ Губгъуэм, ахэр адыгэхэм яхуэзащ икIи я унагъуэхэм щыхьэщIащ. Сэри 1986 гъэм Гамбург (ФРГ) щылажьэ Иззэт Хьэсани, Жьэухэ я къуэ абэзэхэ щIалэм, деж сыщыхьэщIащ. И унагъуэр и гъусэу ар Косовэ Губгъуэм щыIэ Доне-Становице къуажэм къикIащ. А жылэм дэсащ адыгэ унагъуэ щэщI, абыхэм я бжыгъэр цIыху 300-м щIегъу. Абыхэм я унэцIэхэри мыращ: Цей, Жьэу, ГутIэ, Дыгъужь, Тхьэгъуш, Бэсней. Адыгэ псоми бзищ-плIы нэхъ мащIэ ящIэркъым. КIыщокъуэ Алим и ныбжьэгъуфIу щытащ серб усакIуэ цIэрыIуэ Черкез Владимир. Абы зэрыадыгэр зэи зыщигъэгъупщэркъым, хабзэ, нэмыс дахи хэлъщ. Черкезым и тхыгъэхэр ди къэралым куэдрэ къыщытрадзащ. Игу имыху адэ Хэкужьым Владимир хуиусащ мы сатырхэр:
Хэкур – ар уэшхышхуэм иужькIэ къепсыж дыгъэ хуабэщ; жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэщ; жэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ; бийм пэува зауэлIхэм хьэлу Iыхьэр езыт анэщ; псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх псыкъелъэщ; губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ жыг хадэщ; къуалэбзум я уэрэд зыщхьэщыт ныджэ инщ; щащыху хужьыр а ныджэм телъщ щIымахуэм темыкIыу; удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ инщ ар; къыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт и хъугъэпсхэр; хэкур – ар дэ ди унэщ, ди жыг хадэрщ, заводырщ; ди гум ди адэжь Хэкур щопсэу. Усэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ къэбэрдей усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис. Адыгэ унагъуэ 300 хуэдиз 1968 гъэм щыщIэдзауэ Югославием икIыжри Тыркум Iэпхъуэжащ. Ахэр Истамбыл и хьэблэхэм – Ташлы-Тарла, Кучук-кой, Сатмалджыр – дэтIысхьащ, зыкъомми Дюзджэ къалэм и Iэшэлъашэр псэупIэ ящIащ. 1999 гъэм цIыху 80 хуэдиз Адыгейм къэIэпхъуэжащ. Ахэр Махуэхьэблэ дэсщ. Ди хэкуэгъухэр Болгариеми щопсэу. Адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм тIэкIу-тIэкIуурэ яхошыпсыхьыж. Куэдым я анэдэлъхубзэр яIэщIэхужащ. Адыгэ унэцIэ зезыхьэу абыхэм яхэтыжыр мащIэщ, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу къэнэжаи щыIэкъым. Ауэ адыгэлъыр, адыгэ хьэл-щэныр кIуэдакъым. Болгарием ущрохьэлIэ Къардэнхэ, Думэнхэ, Думэныщхэ, Бэчхэ, Къулхэ, Шэрджэсхэ… Илъэс 45-рэ ипэкIэ Стрелец къуажэм дохутыру щылэжьа Черкезов Стефан зэрихьа лIыхъужьыгъэр ноби къэралым щагъэщIагъуэ. Адыгэ щIалэм абы щыгъуэ Болгарием и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ. … Велико-Тырновэ щекIуэкIа конференцым и лэжьыгъэм хэтауэ Черкезовыр и къуажэм кIуэжырт. Бгым зезышыхьэкIа гъуэгум игъэхыщIэу дэкI автобусым исхэр пэмыплъауэ насыпыншагъэ ин къэхъуащ. КъуэкIыпIэм къыкъуэжа хьэлъэзешэ машинэр къыжьэхэуэри, автобусыр мафIэм зэщIищтащ. Уащхъуэдэмыщхъуэу къэхъуа Iуэхум игъэгужьея цIыхухэм ящIэнур ямыщIэу къэнат. Дохутыр щIалэм и закъуэщ къэхъуар псынщIэу къызыгурыIуэу нысыпыншагъэм пэщIэувэфар. МафIэм зэщIищта автобусым ар тIощIрэ ихьащ икIи сабийхэр, цIыхубзхэр, лIыжь-фызыжьхэр ажалым къыIэщIихащ. Абы и щыгъыным мафIэ къыщIэнат, щIалэр къагъэувыIэну, афIэкIа мафIэм хэмыхьэну цIыхухэр елъэIурт, ауэ аргуэру Стефан ажалым пэщIэувэрт, и щхьэр нэгъуэщIхэм узыхь яхуищIу. Адыгэ щIалэм и псэр нэгъуэщIхэм я гъащIэм, я насыпым щIитащ. ЩIалэ хахуэм хуагъэува фэеплъым тетхащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Сэ мафIэм сисми, нэгъуэщIхэм нуру сахуоблэ». Болгарием и ЛIыхъужь Черкезовым и цIэр нобэ зэрахьэ ар щылэжьа сымаджэщым, ЩэнхабзэмкIэ унэм, Софиерэ Варнэрэ дэт медицинэ институтхэм я аудиториехэм. ЩIалэм фэеплъ пхъэбгъу щыхуагъэуващ Стрелец къуажэм, Велико-Тырновэ, Софие къалэхэм. УсакIуэ Iэзэ Димитровэ Благэ Черкезовым поэмэ хуитхащ. Черкезовым къигъэлъэгъуа хахуагъэр болгар щIалэгъуалэм щапхъэ яхуэхъуащ. Абыхэм мызэ-мытIэу къахэкIащ адыгэ щIалэм и гъуэгум ирикIуахэр: цIыхубэ насыпым зи гъащIэр тыхь хуэзыщIахэр. Тырку щIыналъэм и курыкупсэм (Пынарбаш, Кайнар, Вираншехир районхэм) зи хэку зыбгына адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр езыхэм яфIэфIу итIысхьакъым. Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIаныр хуейт зауэ-банэм хэмыкIыу псэу курдхэр къигъэIурыщIэну, я щхьэ къамыIэтыжын хуэдэу и бжьым щIигъэувэну. СулътIаным и мурад бзаджэм мэIуху хуищIат Тыркум зи псэр нэзыхьэса адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зы мыгъуагъэм зыщызыдзеяхэр етIуанэ мыгъуагъэм Iууащ. Ахэр цIыху зыщымыпсэуф Узун-Яйла, Хинзир-Даг, Коча-Даг, Айгормез-Даг, Али-Даг мывалъэ щIыпIэхэм ягъэкIуащ. Ябгынэжа щIыналъэр адыгэхэм къагъэIурыщIэмэ – зыфI, ар яхузэфIэмыкIыу илIыхьмэ – фIитI. Арагъэнут тырку унафэщIхэм Iуэхур зытращIыхьар. Ауэ гугъуехьым игъэдзыхакъым хэхэсхэр. Ди лъэпкъэгъухэр псэууэ къызэтенам и мызакъуэу, езыхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ яухуащ. ЩIыпIэ гугъусыгъум щыпсэухэм (гушыIэурэ а щIыналъэм КъэбэрдеишхуэкIэ йоджэ) яхузэфIэкIащ я хабзэри, я нэмысри, я бзэри яхъумэн. Мы щIыпIэр къэзыгъэIурыщIахэм я щIэблэм ноби ящыгъупщакъым адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэр. ЩIыналъэм и къалэ нэхъ иным – Къайсэр – щыIэщ адыгэ къафэмкIэ ансамбль. Абы и унафэщIщ лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыж, КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин. Нэхъ жылагъуэшхуэхэм щолажьэ Адыгэ Хасэхэр. Я лъэпкъыбзэмрэ хабзэхэмрэ ящIэж абазэ, шэшэн мухьэжырхэми. Абыхэмрэ адыгэхэмрэ пщIэ зэхуащIу, ныбжьэгъугъэ быдэ зэхуаIэу зэдопсэу. ГуфIэгъуэ щаIэми, гузэвэгъуэм дежи зэрогъуэт, зыр зым дэIэпыкъуэгъу хуохъу. Зэгъусэу гугъуехьхэм япэщIэувэу, я сэбэп зыхэлъхэр яхъумэу нобэм къэсащ. Куэд щIакъым дэ а щIыналъэ пхыдзам дыкIуэ зэрыхъурэ. Дэ ди нэгу щIэкIащ иджырей зыужьыныгъэр ауэ жыжьэуи здынэмыса адыгэ, шэшэн, абазэ къуажэхэр, депсэлъылIащ абыхэм щыпсэухэм. Ноби абыхэм я гущIэм щагъафIэ я адэхэм, адэшхуэхэм я Хэкужьым – Кавказым – къыхуаIэу щыта лъагъуныгъэр. 1992 гъэм Узун-Яйлам щыхьэщIащ «Бжьамий» уэрэджыIакIуэ гупыр, къыкIэлъыкIуэ илъэсым – «Кабардинка» къэрал ансамблыр, Къэбэрдей къэрал театрыр. Абыхэм куэд яхузэфIэкIащ адыгэ хэхэсхэр къэгъэушынымкIэ, адэжь хэкумкIэ къаплъэ щIынымкIэ. Къайсэр вилайетым хиубыдэ адыгэ, абазэ, шэшэн жылагъуэхэм зи хэкур зыбгынахэм я щIэблэу мин 40 хуэдиз щопсэу. Абыхэм я процент 66,7-р къэбэрдей адыгэщ, 21,1-р – хьэтыкъуей, абэзэхэ адыгэщ, 7,6-р – абазэщ, 4,6-р – шэшэнщ. Къайсэр къалэм адыгэу, абазэу мин 37-м нэблагъэ дэсщ. Километри 105-кIэ Къайсэр пэжыжьэ Пынарбаш къалэм цIыху мин 15 щопсэу. Абы и нэхъыбэр адыгэщ. А къалэ цIыкIум и лъабжьэр зыгъэтIылъари ахэращ. Хьэзей – аращ абы адыгэхэр зэреджэр. Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и къуажэ нэхъ ин дыдэр Юкариборандерещ (Елъыхъуей). Абы нобэ адыгэ 1400-рэ щопсэу. А щIыпIэм щыIэ адыгэ къуажэхэм щыгъуазэ фахуэсщIын и пэ къихуэу, сыхуейт фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну ар убзыхунымкIэ къыздэIэпыкъуахэм. Ахэр Узун-Яйлам щыщхэу Сэбаншы Назым, Шыгъэлыгъуэ Мэжид, Къущхьэ Догъан, Есэн Сейфудин, Шыкъ Мухьэмэд сымэ, апхуэдэу Къэбэрдейм къэзыгъэзэжахэу Ансыкъуэ Зулъфикъаррэ Бланэмыхь Фэхьмирэ. Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и щIыналъэр километр зэбгъузэнатIэ мини 10 мэхъу. КъалэцIэхэмрэ къуажэцIэхэмрэ тыркубзэкIэ стхащ, абы дэщIыгъущ а жылагъуэхэм адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зэреджэр, скобкэм дэтщ цIыхуу щыпсэум я бжыгъэр. Ахэр сэ къисхыжащ Мухъсин Субаши и тхылъ «Къайсэр и блэкIамрэ и нобэмрэ» жыхуиIэм, 1986 гъэм «Орнек Китабеви» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIам. КЪЭБЭРДЕЙ ЖЫЛАГЪУЭХЭР: 1. Киличмехмет – Къылышбийхьэблэ (цIыху 440-рэ). 2. Карабогаз – Аслъэнхьэблэ (435). 3. Юкарикарабогаз – Мэкэрхьэблэ (509). 4. Ашагикарагёз – Хъуэстхьэблэ (381). 5. Гебелек – Къуэтхьэлей (396) . 6. Ашагиборандере – Жамботей (къуажэм адыгэу 181-рэ, апхуэдиз дыдэ шэшэну щопсэу). 7. Юкариборандере – Елъыхъуей (1240). 8. Эскияссыпинар – Щэныбей (169). 9. Яглыпинар – Жэрыщтей (270). 10. Халитбейорен – Къунашей (159). 11. Ашагикизилчевлик – МэкIэней (322). 12. Аламесджит – ЛIыгъурхьэблэ (124). 13. Юкарикизилчевлик – ЛъыщIэжхьэблэ (221). 14. Ташолук – ХьэпащIей (125). 15. Хильмие – Бешкъэзакъхьэблэ (464). 16. Енияссипинар – Жаныкъуей (169) 17. Тахтакопру – КIурашынхьэблэ (236). 18. Учпинар – ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу е Алъэсчырей (212). 19. Яхьябей – ХьэтIохъущыкъуеижь (465). 20. Ореншехир – Къундетей (348). 21. Шерефийе – Астемырей (266). 22. Кирбагалык – ШыкIэбахъуей (247). 23. Саджаяги – Щхьэлыкъуэ (256) 24. Ташлигеджит – Тэхъухьэблэ (117). 25. Киркнапир – Сасыкъхьэблэ (147). 26. Каракую – Къундетей (497). 27. Похренк – Жамботей ЦIыкIу (451). 28. Карахалка – Къундетейрэ Мэртэзейуэ зэхэсщ (237). 29. Марашли – Къундетей (261). 30. Узунпинар – Къундетейрэ Инарыкъуейуэ зэхэсщ (504). 31. Дикилиташ – Къундетей (372). 32. Кафтангиен – Анзорей (383). 33. Метие – Мударей (666). 34. Ашагихиюк – Бабыгуей (197). 35. Чамурлу – ХьэпцIей (114), 36. Тилкихиюк – Къуэгъулъкъуей (205). 37. Пазарсу – Анзорей (196). 38. Хейрие – Жамырзей (315). 39. Юкарибейчайир – Маргъущей (202). 40. Киркгечит – Жыгеикъуэхьэблэ (197).
ХЬЭТЫКЪУЕЙ ЖЫЛАГЪУЭХЭР: 1. Кайнар (1001) 2. Капаклипинар – адыгэхэм я гъусэу тыркухэри щопсэу (адыгэу – 231). 3. Малаккой (731). 4. Бесерек (376). 5. Кавак (209) 6. Чукурюрт (177). 7. Терсакан – Лакъхьэблэ (297). 8. Инлиорен – Хьэусей (370). 9. Согутлу е Черкессогутлу (162). 10. Джинлиорен – Ныбэрнэгъуей (148). 11. Демирджиорен – Хьэжы-Исхьэкъ и къуажэ (200). 12. Айгормез – Хъытхьэблэ (95). 13. Деведереги – Дыгъужьхьэблэ е ПэтсейцIыкIу (108). 14. Акорен – Пэтсей (314). 15. Кушчулар е Черкескушчу (152). 16. Пазарорен (1405).
АБЭЗЭХЭ ЖЫЛАГЪУЭ 1. Панли (583).
АБАЗЭ ЖЫЛАГЪУЭХЭР: 1. Бююкпотуклу – Исмелкыт (438). 2. Енитокуклу – Исмелкыт (339). 3. Алтикесек – Ло къуажэ (475). 4. Казанджик – Башылбий (348). 5. Енияпан – Сидкыт (42). 6. Караджаорен (418). 7. Демирбога (92). 8. Тавладере (129) 9. Эгрисогют (64). КъэбэрдеишхуэкIэ зэджэ щIыпIэм хиубыдэ адыгэ къуажэхэр Къайсэр, Сивас, Мараш вилайетхэм (областхэм) хохьэ. Сивасым апхуэдэу щыIэхэщ Къуэгъулъкъуей, ХьэпцIей, Бабыгуей адыгэ къуажэхэр. ХимиемкIэ езыгъаджэ Амщыкъуэ Тэжеддин къызэрызжиIамкIэ, езыр зыщыщ Къуэгъулъкъуейм дэса унагъуэ 45-м щыщу нобэ къыдэнэжар унагъуи 5 къудейщ. ЩIэныгъэ, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэр лэжьапIэ хуей мэхъу, нэгъуэщI къэралхэм куэд мэIэпхъуэ. Къуэгъулъкъуейм щыпсэуащ Срыкъуэхэ, Тхьэзэплъхэ, ФIыцIэжьхэ, ХьэщIэлIхэ, Щоджэнхэ, МаскIэхэ, Къанкъуэщхэ, Бланэмыхьхэ, Амщыкъуэхэ. ХьэпцIей жылагъуэм и Iуэхур узэхъуэпсэнкъым. Иджыпсту абы щыпсэужыр адыгэ унагъуи 9 къудейщ. Мис ахэр: Къандурхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Ансыкъуэхэ, Бэхъунэхэ, Берычэтхэ, Къущхьэбийхэ, Бэгъуэтхэ, Сейнхэ. Iэпхъуэшэпхъуэныр нэхъ зылъэмыIэсахэм ящыщщ Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр) щIыпIэм щыIэ адыгэ къуажэхэр. А жылагъуэхэм къыдэкIащ Тырку псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэр, IэщIагъэлIхэр, дзэ къулыкъущIэхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Узун-Яйлам къикIа цIыху цIэрыIуэ куэд иджыпсту щолажьэ Истамбыл, Анкара, Измир, Къайсэр, нэгъуэщI къалэшхуэхэми. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ Тыркум фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлI, юриспруденцэмкIэ профессор, Истамбыл университетым щезыгъэджа Думэныщ Хъейри. Сэ абы мызэ-мытIэу сыIущIащ, тхылъ зыбжани тыгъэ къысхуищIащ. Думэныщым адыгэбзэ дахэ Iурылъщ, лъэпкъым и хабзэр, тхыдэр фIыуэ ещIэ. Уэчыл хъуну студентхэр абы и тхыгъэмкIэ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ. Хьэмшэрий жылагъуэхэр къызэтIысэкIа Метие (Мударей) къуажэм нэхъапэм адыгэ унагъуи 120-рэ щыпсэууэ щытащ. Иджыпстуи абы унагъуэ 70 къыдэнащ. Мис абыхэм я унэцIэхэр: Дыджэш, Куэший, Быф, Жанхъуэт, Къардэн, ХьэщIэуэд, Таучэл, Хьэшокъ, Хьэмгъуокъу, Нэзэр, Цыгъум, Мэрзей, Вэрокъуэ, Ныбэжь, Шыбзыхъуэ, Журт, Бадзэ, Шэт, ДыщэкI, Щокъал, Хьэжмуд, Щоджэн, Мэремкъул, Лъостэн. Метие къуажэм километрийкIэ фIэкI пэжыжьэкъым Кафтангиен (Анзорей) жылагъуэр. Абыи адыгэ унагъуэ 72-рэ щопсэу: Шопархэ, Къумыкъухэ, Тэхъухэ, Зэпышэхэ, Макъейхэ, Къардэнхэ, Сосмакъхэ, Хьэххэ, Дзэгъащтэхэ, Тхьэмбылмышххэ, КIыщийхэ, Мамхэгъхэ. А Анзорейм километриплIкIэ пэIэщIэу къыщысщ етIуанэ Анзорейри (Пазарсу). Мыбы фэ фыщыхуэзэнущ Тэхъу, Танокъуэ, Кыл, Дыкъынэ, ХьэжтIиш, Адэжэ, Бырс, Борсэ, Мэрзей, Алътуд, Нэгъуей, Пщыншэ, ГъукIэпщокъуэ, Мэремкъул унэцIэхэм. Псори зэхэту адыгэ унагъуэ 30 щопсэу Пазарсу къуажэм. Ташлигеджит (Тэхъухьэблэ) зэрыхъур унагъуэ 15 къудейщ. Абы дэсщ Тэхъухэ, Къанжэхэ, ШкIэжьхэ, Нэхущхэ, Зэпышэхэ. Метие къуажэм пэгъунэгъущ Ореншехир (Къундетей) жылэри. А тIум я зэхуакум дэлъыр километр 12 къудейщ. Мыбы ущрихьэлIэнущ Думэн, Хьэшыр, Хьэтхьэлэ, КIуэкIуэ, Нэгъуей, ЖьакIэ, Алътудокъуэ, ДыщэкI, Цыгъум, Мэш, ШыкIэбахъуэ, МэшылI унэцIэхэм. Каракуюи КъундетейкIэ йоджэ. Мыбы щопсэу Шэджэмхэ, Жэнакъхэ, ФIэщмыхъухэ, Кхъуэжьхэ, ФэрэкIхэ, Абазэхэ, Нэгъуейхэ, Уэрдымхэ, Хьэжбэвыкъуэхэ, Науржанхэ, ЛIыгуащIэхэ, Дыдухэ, ШкIэжьхэ, Тхьэзэплъхэ, Жэбагъыхэ, Пщынокъуэхэ, Къашыргъэхэ. Кирбагалык (ШыкIэбахъуей) гушыIэурэ «Хьэндыркъуакъуэ жылэкIэ» йоджэ. Къуажэм адыгэ унагъуэ 30 дэсщ – Мэзыхьэхэ, Щоджэнхэ, Молэхэ, Бэлагъыжьхэ, МэзыкIуэхэ, КIэдыкIуейхэ, ШыкIэбахъуэхэ. Саджаяги (Щхьэлыкъуэ) къуажэм 1973 гъэ лъандэрэ адыгэу цIыхуи 122-рэ дэIэпхъукIащ. ЛэжьапIэ лъыхъуэу ноби куэд докI абы. ЗэкIэ адыгэ унагъуэу 38-рэ къыдэнащ: БжыкIшийхэ, ЛIупхэ, Щоджэнхэ, Уэрдымхэ, Нэгъуейхэ, Молэхэ, ГъукIэпщокъуэхэ, Iэрымбэджхэ, Щолэхъухэ, Дэбагъуэхэ, Къумэлхэ, Гъыдзэхэ, Мэрзейхэ, Хьэданхэ, Мэремыкъуэхэ, Iэрыпщэхэ, Хьэлышххэ, Дзэмыхьхэ, Iэпсэхэ. Саджаяги щыпсэу адыгэхэм ящыщу 32-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: а къуажэм дэса бзылъхугъэхэм зы закъуэщ къахэкIар иужьрей илъэси 130-м къриубыдэу тырку щхьэгъусэ ищIауэ. Учпинар (ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу) унагъуэ 35-рэ, адыгэу 212-рэ щопсэу. Ахэр ящыщщ Агуей, Алъэсчыр, Быж, Мэкэр, Мэкъуауэ, Гъабэ, Къанэмэт, Думэн, Бланэмыхь лъэпкъхэм. Киркпинар – Сасыкъхьэблэ – унагъуэ 26-рэ мэхъу. Адыгэу 147-рэ щопсэу, Джазэхэ, Лъостэнхэ, Къущхьэхэ, Абазэхэ, КIэдыкIуейхэ, ЖейкIыхьхэ, Къардэнхэ, Дыщокъуэхэ, Сасыкъхэ, Хьэмащэхэ, ГуицIэхэ ящыщхэу. Енияссипинар (Жаныкъуей) къуажэм зауэлI хахуэхэм я лъахэкIэ йоджэ. Мы жылэм щыщу адыгэ щIалэ 16-м, хахуагъэ ин къагъэлъагъуэу, я щхьэр щагъэтIылъащ Къарс деж щекIуэкIа зауэм. Жаныкъуейхэр ящыщщ нэхъ иужькIэ Кавказыр зыбгынахэм. Ахэр Тыркум щыкIуар 1898 гъэрщ. Къуажэм иджыпсту адыгэу 169-рэ щопсэу. Ахэр зыщыщ лъэпкъхэр: Сэбаншы, КIэрэф, Къардэн, Урыс, БжьыхьэлI, Шурдым, Сэбанокъуэ, Щынахъуэ, Нэхущ, Есэнокъуэ, Хэкужь, Шыгъэлыгъуэ, Тогъуз, МыкIуэф, Къанщауэ, Пхъэлъакъуэ, Джыдэцым, Бекъул, Шыгъушэ, Тату, Абазэ, Хъуэшджэлды, ПIытIэш, Кхъуэнэ, Жаныкъуэ, Ашэбокъуэ, Ибаш, Гъуо. Енияссипинар щыщу цIыху 60-м университет къаухащ. Жылэм дэс дэтхэнэ унагъуэми щIы гектар пщIырыпщI яIыгъщ. Жаныкъуейм къытепщIыкIыжащ ЩIэжьыкъуей къуажэри. Иджы нэгъуэщI щIыпIэкIэ дгъэзэнщ. Ар Чорум вилайетырщ. Чорум къалэм и Iэшэлъашэхэм шэрджэс къуажэу 32-рэ щыIэщ (шапсыгъ къуажэу 10, беслъэнейуэ 8, абэзэхэу 8, натыхъуейуэ 3, къэбэрдейуэ 2, абазэу 1). Мы щIыпIэм адыгэу мин 24-рэ щопсэу. Киркделим (Анжыкъуей) беслъэней къуажэр километр 20-кIэ пэжыжьэщ Чорум. Абы адыгэу 130-рэ щопсэу: Агъыржанокъуэхэ, Шыгъурхэ, Хьэвхэ, Джатэрывэхэ, ДыщэкIхэ, Хьэгъэжейхэ, Дэхъушокъуэхэ, Хьэмкъутхэ, Молэныкъуэхэ, Мамышхэ, Щынахъуэхэ, Хъурейхэ, Адзынхэ, АфэщIыжхэ, Къулыкъуэхэ, Чичэхэ. Я анэдэлъхубзэр жылэм дэс псоми ящIэ. Джамил-бейр, Къуийхьэблэр Чорум километр 24-кIэ фIэкI пэмыжыжьэу псыхъуэ дахэм дэсщ. Къуажэм шапсыгъ, натыхъуей унагъуэу 90 щопсэу: Сохъутакъуэхэ, Ерыгъужхэ, Къэрабэхэ, Емзэгъхэ, Хьэтххэ, ЕтхъыкIхэ, ПщыукIхэ, Хъупшыхэ, Уэттэхьхэ, Хьэтыгъуэжьхэ, Ефталъэхэ… Кавказыр зрагъэбгына адыгэхэр мыбы 1885 гъэм къэкIуащ. Мы щIыпIэм ахэр къэзышауэ яIуэтэжыр Сэхъутакъуэ Нэчущ. Къуажэдэсхэр щIым толэжьыхь. Абыхэм ягъэкI гуэдзи, сэхурани, фошыгъу жэгунди, хъарбызи, бжьыни. Капахлыр (е Алътыкъуейр) къэбэрдей къуажэщ, унагъуэ 20 щопсэу: Атэлыкъхэ, Нэгъуейхэ, Къардэнхэ, Пэрийхэ, ДыщэкIхэ, Купсыжьхэ. Капахлы пэмыжыжьэу ГукеренкIэ (Бзагуэкыт) еджэу абазэ къуажэ щысщ. Абыи унагъуэ 22-рэ щопсэу: Бзагуэхэ, Хьэлбатхэ, Джадрэхэ, Хьэузхэ, Ахъыхэ, Жийхэ, Ахьбэтхэ, Хъущтхэ, Зэджакъуэхэ, Хьэнхэ, Лидзэхэ, Чэмкуэхэ. Болу вилайетми адыгэ, абхъаз куэд щопсэу. Бостан Ери къуажэм шапсыгъ унагъуэ 40 дэсщ. 1991 гъэм Налшык къэIэпхъуэжын и пэ къихуэу мыбы щыпсэуащ икIи щылэжьащ адыгэ тхыдэтх цIэрыIуэ Иззэт Айдемыр (Выщхьэ). 60 – 70 гъэхэм и кIэхэм абы «КавказкIэ» еджэу журнал къыдигъэкIыу щытащ. Айдемыр и лэжьыгъэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу ин хуэхъуащ абы и щхьэгъусэ Сумер. Адыгэхэм я тхыдэм къыщыхъуа нэщхъеягъуэшхуэм триухуащ абы 1988 гъэм Анкара къыщыдигъэкIа «Мухьэжырхэр» и тхыгъэшхуэр. Иззэт 2005 гъэм дунейм ехыжащ. Бостан Ери щопсэу Хьэкъуратэхэ, Мамийхэ, Емзэгъхэ, Хъунэгухэ, Багъхэ, Выщхьэхэ, Алащэхэ, Щхьэбыкъуэхэ, Хьэпакъуэхэ, Хьэкъуухэ, Туркъаухэ, ЛIыIувхэ, ЩIымытхэ, Нэхъурахъуэхэ. Биюкачма (Нэгъужьхьэблэ) Дюзджэ къалэм километритху къудейкIэщ зэрыпэжыжьэр. Къуажэм унагъуэ 35-рэ дэсщи, нэхъыбэр шапсыгъщ: Хьэтххэ, Ачмыжьхэ, Нэпсохэ, Хьэгъурхэ, Фаджэхэ, Мыщэхэ, Тхьэухъухэ, ТIэшухэ, Дыгъужьхэ. Дюзджэм 1964 гъэ лъандэрэ Адыгэ Хасэ дэтщ. Ар илъэс 16-кIэ лэжьауэ, Тыркум дзэ къулыкъущIэхэм тепщэгъуэр яубыда нэужь, зэхурагъэщIыжауэ щытащ. 1986 гъэм Хасэр аргуэру къызэрагъэпэщыжащ. Нобэ Болу вилайетым шапсыгъыу, абэзэхэу, убыхыу мин 50, абхъазу мин 15 щопсэу. … Тыркум и къалащхьэм километр 40-кIэ пэжыжьэщ Хаджимуратлы къуажэр. Урыс-япон зауэм щIидзэным зы тхьэмахуэ фIэкIа имыIэжу Къаншыуей, Борыкъуей, ХьэпцIей джылахъстэней къуажищым я цIыхухэм адэжь Хэкур ябгынэгъащ. Япэ щIыкIэ ахэр Истамбыл екIуэлIащ. Мази 9-кIэ Адапазар щыпсэури, итIанэ Анкара и Iэшэлъашэм Iэпхъуащ. Къуажэм Абазэхэ ящыщу унагъуи 4, Йогъужыкъуэхэ – 15, Чэримхэ – 10, Сокъурхэ, ЦIыпIынэхэ, Къущхьэбийхэ – зырыз дэсщ. Апхуэдэу мыбы щопсэу Хьэткъуэхэ (абэзэхэщ), Умыжьхэ (абазэщ), Уэттэхьхэ (шапсыгъщ), Чегемтыхэ (осетинщ). Псоми адыгэбзэр фIы дыдэу ящIэ. Хаджымуратлы жылагъуэм цIыху 300 хуэдиз щопсэу. Мыбы дэгъуэу хъума щыхъуащ адыгэ хабзэр. Къуажэм клуб дэтщ. Абы сабийхэр лъэпкъ къэфэкIэм щыхуагъасэ, адыгэ хабзэм, нэмысым, тхэкIэ-еджэкIэм щагъэгъуазэ. МэкъумэшыщIэхэм гъавэ щIапIэ гектар 1000 яIэщ, хъупIэр гектар мин 15-м нос. Къуажэ школым сабийхэр 5-нэ классым нэс щрагъаджэ. Абы и ужькIэ Черкес-хиюк (Кургъуокъуей) беслъэней къуажэм дэт курыт школым ягъакIуэ. Хаджимуратлы дэт Хасэм куэдрэ щохьэщIэ Европэм, Америкэм, Океанием я къэралхэм я дипломатхэу Анкара щыIэхэр. Ахэр яфIэгъэщIэгъуэну хэтщ хьэгъуэлIыгъуэхэм, адыгэ шхыныгъуэхэри хуабжьу ягу ирохь. Инджилик – апхуэдэу йоджэ Анкара километр 15-кIэ фIэкI пэмыжыжьэ шапсыгъ къуажэм. Зэгуэр жылагъуэшхуэу щытам нобэ къыдэнэжар унагъуи 6-щ. Къэбэрдеишхуэ здэщыIэм Къэбэрдей ЦIыкIуи щыIэн хуейщ. ГъэщIэгъуэныракъэ, Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и гъунэгъуу, Кахраман-Мараш вилайетым, къуажэ 14 хъууэ щитIысыкIащ Джылахъстэнейри. Зи унэкъуэщ къэзылъыхъуэхэм си гуапэт джылахъстэней къуажэхэмрэ абыхэм щыпсэу лъэпкъхэм я унэцIэхэмрэ фэзгъащIэмэ: Янтепе (ХьэпцIей): АфIэунэ, Хъуэжэ, Дзыгъуанэ, Емуз, Хьэжыгъулэ, Къудей, Шыбзыхъуэ, Мамхэгъ, ЛъакъуэщIэч, ГъукIокъуэ, Жаныкъ, Щхьэгуэш, Щокъул. Согуджак (Астемырей): Абэзэхэ, Астемыр, Мэрзей, Алъхъуо, Сэлыхь, КIэрэф, ХьэщIэIущ, Тэрчокъуэ, Ботэщ. Коркмаз (Индрей къуажэ): Индэр, ЛампIэжь, Теувэж, Гувэжыкъуэ, Хьэпэ, Куэшэфэр, Мылэ (Сэшхуэгъур), Нэгъэплъэж, Дудей, Щокъул, Iэрдэхъан, ЩакIуэ, ТIыкъ, Хамэ, Тхьэгъэзит. Кузутепе (Къаншыуей): Белгъэр, Багъэтыр, Iэщхъуэт, Шакъ, Дзэщокъуэ, КIэфо, Хьэнагъуэ, Къуныжь, Тумэ, Емызэгъ, Хьэмбырцом, Жэныкъ. Агаши Карабук (Анзорей): Бэрэгъун, Дау, Доткъул, Джатэжьей, Мэремыкъуэ, ПхъуантэрыщIэ, Тхьэзэплъ, Сымыт, Дуз. Орта Карабук (Анзорей): Ло, Татлы, Сэрахъэ, Мэремыкъуэ, Токъу, Шыбзыхъуэ, ПхъуантэрыщIэ, БищIо, Сымит, ХъуэжылIджэш. Юкари Карабук (Къэшэжхьэблэ): Вындыгъу, Жу, Шагъыр, Елмырзэ, Жылэхьэж. Адрей жылагъуэхэм адыгэцIэ яIэкъым. Ярмурлу (Азиз къуажэ): Апажыхь, Алкъэщ, Хьэткъут, Пэрыт, Хьэгуарэ, Хьэщэдж, МытIыжь, Шырыху, Мэрзей, Джыбыл, Шэрий, Токъу, УэнащIэ, Щоджэнщауэ. Къамышыкъ: Азэмэт, ЛъакъуэщIэч, Понэж, Абэнокъуэ, Джэл, Жэрэн, ЖынжьакIэ, ЩIэмысэ, Дыбэ, Жэмэнбей, Акъсырэ, Ажьамэ, Нащхъуэ, СэлэхьцIыкIу, Щхьэгуэш, Iэпэжыхь, Матэ, Къаншокъуэ, Алкъэщ, Къуэшэж, Щоджэн, Жэмбахъуэ, Егъужокъуэ, Къамбот, ЛIэужь, ХьэжцIыкIу, Багъэтыр, ХьэщIэлI, Мэремыкъуэ, Бэрэздж, Шэджэм, Анзор, Ламырдон, ЛIыIэщын. Фындык: Уэрыш, Къардэн, Хъуэжэ, Сэхъу, ЛIыгъур, Урым, ХьэнуащIэ, Хъупэ, КIэфо, Хъерлы, Тэрхъан, ХьэщIэлI, Хъуэщей, Къущхьэ. Калакой: Шэрэдж, АфIэунэ, Сэрахъэ, Дзырунэ, ТIатIэ, Джыбылэ, Хъуэщей, Куэншыб, Хьэткъут. Салян: Мамрэш, Ныбэжь, Тэрхъан, Мэрзей, КIыртIэ, Дадэ, Джыбыл. Сарайджыкъ: Жылэхьэж, Хьэтыкъуэ, ХьэтIыжь, Губырэ, Мэрзей, Астемыр, ПщыукI, Хъуэжэ, Жыкуэ, Шэрэдж, Мамрэш, ХьэкIэш, Щоджэн, Хьэчэ. Къарэахьмэд: Балъкъэр, КIэмпIарэ, Сэрахъэ, Бэлагъы, Унэж, Гъудэ, АфIэунэ, Дзэшокъуэ, Сэбэней, Жэныкъ, Емуз, Къудей, Хъуэщей, Есэн, ХьэкIэш, Шэшэн, Шырыху. КъыжыIэн хуейщ адыгэ жылэхэм, абыхэм къабгъэдэс тырку, хьэмшэрий, хьэрып къуажэхэми хуэдэу, я псэукIэр зэрымыщIагъуэр. Куэд щIакъым жылэ цIыкIухэм уэздыгъэр зэрынэсрэ, телевизор зиIэхэр мащIэщ. ЕджапIэхэм етхуанэ классым нэсщ узэрыщеджэфынур. Уи адэ-анэм зыгуэр яхузэфIэкIмэ, район е вилайет къалащхьэм уагъэкIуэнщи уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнщ. Сыт хуэдизу тыркухэм къыдамыкъузами, я бзэкIэ псэлъэну хуит ямыщIами, я хасэхэр мызэ-мытIэу зэхуащIыжами, адыгэхэр адрейхэм лIыгъэкIи, нэмыскIи, къабзагъэкIи, щIэныгъэкIи, Iуэху зехьэкIэкIи къахолыдыкI. Щапхъэр куэдщ. 1922 гъэм Фрунзе М.В. Анкара къыщикIыжым, Сунгурмурэ Самаунрэ я зэхуакум щыпсэу ди лъэпкъэгъу унагъуэхэр и бысымт. «Адыгэхэм хьэщIагъэшхуэ къыдахащ, – итхырт абы. – Урысейм щекIуэкIа революцэм яфIэгъэщIэгъуэну ахэр къыщIэупщIэрт… Сэмэгухэм я агитацэм пцIы къыхуаупсами, абыхэм Iуэхум и пэжыпIэр гурыгъуазэкIэ ящIэрт икIи Совет Урысейм фIыуэ къыхущытт». АдэкIэ Фрунзе Михаил зэритхымкIэ, адыгэхэм «я нэхъыбэр, псом хуэмыдэу лIыжьхэр, адэжь Хэкум къагъэзэжыну щIэхъуэпсырт». Ди лъэпкъ щэнхабзэр къуэпс куэдкIэ ИстамбылакIуэм пыщIа хъуащ. 1908 гъэм тырку щыхьэрым къыщызэIуах Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Ар зыухуахэм яхэтащ ЦIагъуэ Нурий. Япэ адыгэ газетыр къыдэгъэкIынми ар хэлIыфIыхьащ. «Гъуазэ» - арат абы зэреджэр. Газетым и япэ номерыр 1911 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 2-м Истамбыл къыщыдэкIащ. Редакцэм и унафэщIыр Нэгъуджэ Исуфт, ауэ лэжьыгъэр зезыхьэри тхыгъэм я нэхъыбэр зыгъэхьэзырри Уардэ Ахьмэд-Нурт (ар ЦIагъуэм и цIэ лейт). Нурий 1913 гъэм Къэбэрдейм къегъэзэж. «Гъуазэр» мазиплIкIэ тыркубзэкIэ къыдэкIа иужькIэ ар адыгэбзэкIи традзэу щIадзэ. ЦIагъуэм и IэдакъэщIэкIыу тхыгъэ зыбжанэ тетащ газетым. «Гъуазэм» и напэкIуэцI куэд траухуащ хэхэсхэм я псэукIэм, мухьэжырхэм я щIэныгъэр, щэнхабзэр къэIэтыным, я анэдэлъхубзэр, хабзэр, нэмысыр хъумэжыным. Мыбы къытехуэрт Хэкужь хъыбархэри, ари, пцIы хэмылъу, Нурийт зи фIыщIэр. Газетым и дэIэпыкъуэгъу пажэхэт Цей Умар, Едыдж Хъейруллэ, ЛIышэ ТIэхьир, Ажыгъуей Сулеймэн, ЛIыцIэрыкъуэ Шэмсэдин, ТIутIэрыш Хьэзиз, нэгъуэщIхэри. Абыхэм «Гъуазэм» еджэхэр адыгэбзэр, лъэпкъыр, Кавказыр фIыуэ лъагъуным нэхъри къыхуагъэушырт. Истамбыл а зэманым щыIа Хасэм зэрихьа IуэхугъуэфIхэр ноби уогъэщIогъуэ. Мухьэжырхэм къахэкIа щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм я тхылъ куэд абы щыгъуэ дунейм къытехьащ. Сэ ахэр зи IэдакъэщIэкIхэр фэзгъэцIыхуну сыхуейт. ЩIэныгъэлI Фэтджэрий Мухьэмэд зэритхымкIэ, 1846 гъэм къыщыщIэдзауэ 1914 гъэм нэсыху Тыркум и къэрал къулыкъу нэхъыщхьэхэр яIыгъащ хамэ щIыналъэ къикIа цIыху минищым. Абы щыщу щиплIыр Кавказым иIэпхъукIа бгырысхэм я бынщ. Абыхэм яхэтащ IэщIагъэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыху цIэрыIуэ куэд. Ахьмэд Джэвит-пэщэр (1840 – 1916), илъэс пщIыкIуплIым иту, Псыжь икIри и адэ-анэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуащ. Абы и унэцIэ дыдэр Тхьэрхэтщ. Ахьмэд куэдрэ къулыкъуфIхэр иIыгъыу лэжьащ. 1908 гъэм ар Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iэтащхьэу хахри, дунейм ехыжыху а Iуэхум псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтащ. АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным Ахьмэд илъэс зыбжанэкIэ яужь итащ. Абы хьэрып хъэтIыр и лъабжьэу зэхелъхьэ адыгэ алыфбей икIи ар 1897 гъэм Истамбыл къыщыдегъэкI. Илъэс пщыкIуплI докIри, Тхьэрхэтым и етIуанэ тхыгъэр дунейм къытохьэ. «Адыгэ макъхэм я къэпсэлъыкIэмрэ я тхыкIэмрэ» - аращ абы зэреджэр. А лэжьыгъэр Ахьмэд адыгэбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, тыркубзэкIи къыдигъэкIащ. Джэвит-пэщэм и ныбжьэгъу пэжу, илэжь IуэхухэмкIи дэIэпыкъуэгъуфIу щытащ щIэныгъэхэм я доктор Пщыхьэлыкъуэ Мухьэмэд-Алий. Ар 1864 гъэм бжьэдыгъу хэкум икIыжу хамэщIым кIуэжа лIым и унагъуэм къыщалъхуащ. Тхьэрхэтымрэ Пщыхьэлыкъуэмрэ зэгъусэу «Адыгэбзэм и псалъалъэ» ягъэхьэзырри, абы щыщ зыкъом «Гъуазэм» къытрырагъэдзащ. Езы Мухьэмэд-Алий тхылъитху къыдигъэкIащ: «Адыгэ алыфбей», «Хьудрэ Сэмудрэ», «Кавказым и тхыдэ» (томищу). Шунатыкъуэ Мэти (1875 – 1922) Тыркум щыцIэрыIуэщ. Абы куэдрэ дзэм къулыкъу щищIащ. Ататюрк и дзэзешэхэм ящыщт, иужькIэ тырку меджлисым хэтащ, генерали хъуащ. Шунэтыкъуэм бзэ куэд ищIэрт, дунейпсо тхыдэм фIыуэ хищIыкIырт. Истамбыл абы тхылъ зыбжанэ къыщыдигъэкIащ адыгэхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ: «Кавказым и тхыдэ» (1914), «Хьеттхэр» (1915), «Адыгэхэмрэ пасэрей алыджхэмрэ» (1915), «Сэракъэ Адыгэ зи цIэ адыгэр» (1918), «Боспор къэралыгъуэмрэ Кавказым ис абхъазхэмрэ» (1918). ФIыщIэ Хасэм куэдрэ щылэжьащ IэкIыфI Тыгъуэни. Ар езыр егъэджакIуэт, тхакIуэт. 1916 гъэм Тыгъуэн Истамбыл къыщыдигъэкIащ «Адыгэбзэм и зэхэлъыкIэ» зыфIища тхылъыр. ТхакIуэ Сейн Ахъмэт (1859 – 1920) урыс гимназием щIэныгъэ щызригъэгъуэтат, ауэ езым хуэдэ куэдым ещхьу, гъэпцIагъэкIэ адэ Хэкужьыр ирагъэбгынат. Тыркум Ахъмэт щыегъэджакIуэт, абы адыгэ, тырку сабийхэм урысыбзэ яригъащIэрт. Тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIауэ лэжьыгъэ зыбжанэ иIэщ Сейным: «СулътIан Абдул-Хьэзиз и хъыбархэр», «Дэнэ дыкIуэрэ?», «СулътIан Мурат Етхуанэм теухуауэ», «Иужьрей Урыс-Тырку зауэр», нэгъуэщIхэри. Адыгэ ФIыщIэ Хасэм жыджэру хуэлэжьащ Тумэ Хъусени. Ар 1875 гъэм Дамыр-Гисар тырку жылагъуэм къыщалъхуащ. Хъусен адыгэбзэкIэ тхэрт, зыхуэусэри Кавказ щIыналъэрат. Тумэм и усыгъэ тхылъ 1919 гъэм Истамбыл къыщыдэкIащ. Адыгэбзэм и хабзэхэм ятриухуащ абы и етIуанэ тхылъыр. КIэщIу зи гугъу тщIа лIы хъыжьэхэми, нэгъуэщI куэдми Iуэху нэхъыщхьэу зэрахуэр зыт: хэхэс хъуа, хэку анэбгъэм щIача я лъэпкъэгъухэр щIэныгъэншагъэм, кIыфIыгъэм къыхэшынырт. Ауэ ахэр зыбгъэдэт гъащIэм и хабзэ-бзыпхъэхэр ткIийт, щыпсэу къэралым лъэпкъ цIыкIухэр дикъузэрт, зэхуигъадэртэкъым. Иджыри къыздэсым тыркухэр я ныбжь щышынэжу мэпсэу, залымыгъэкIэ, унафэ мыхъумыщIэхэмкIэ мухьэжырхэр тырку ящIыну яужь итщ. Абыхэм щIэх дыдэ ящыгъупщэжащ Антантэм хэт къэралхэм Тыркур щызэпкърачми, лъэпкъ-зэщIэхъееныгъэ зауэми, сулътIаныр щытрахуми Кавказым къикIа лIы хъыжьэхэр япэ итхэм яхэту зэрызэуар. Езы Мустэфа Кемал (Ататюрк) и гукъэкIыжхэм зэрыщитхымкIэ, тырку революцэм нэхъ гуащIэу хэтахэм ящыщщ адыгэхэу Адхьэм-пэщэр, Алий ФуIэд-пэщэр, Исуф Изэт-пэщэр, Фозий-пэщэр, РэIуф-бей, нэгъуэщI куэди. Адыгэ псори Ататюрк хиша гъуэгум и кIэм нэс ирикIуакъым. Дауэ мыхъуми, Тыркум и япэ президентыр абыхэм «лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм и псыпэкIэ» еджэрт, мухьэжырхэм я бынхэм къэралым и тхыдэм щIыпIэшхуэ зэрыщаубыдыр къыхигъэщу. Алий ФуIэд-пэщэр 1882 гъэм къалъхуащ, и адэри и адэшхуэри дзэм хэтащ: зыр генералу, адрейр маршалу. Анатолием и дыгъэ къухьэпIэмкIэ ФуIэд-пэщэр зи унафэщI дзэр алыдж зэрыпхъуакIуэхэм ехъулIэныгъэ яIэу езэуащ. Абы и ныбжьэгъу пэжт Адхьэм-пэщэр, «шууей зелъатэхэм» я Iэтащхьэр. Адхьэм и лIыгъэр, ар зэрыпхъуакIуэхэм я нэ вагъуэр яригъэлъагъужу зэрыщытар КIыщокъуэ Алим и роман «Эмирым и сэшхуэ» жыхуиIэм къыщыгъэлъэгъуащ. А тIури Ататюрк игъэлъапIэрт икIи, пщIэ зэрахуищIым и щыхьэту, ФуIэд-пэщэм, Адхьэм-пэщэм, абыхэм я дзэм хэт псоми ящхьэрыгъ адыгэ пыIэ хъурейм хуэдэ зэрихьэрт. 1920 гъэм и кIэм Алий ФуIэд-пэщэр дипломат IуэхукIэ Мэзкуу ягъакIуэ. Ар Совет унафэщIхэм йопсалъэ, Ленин Владимир хуозэ икIи сэбэпышхуэ мэхъу ди къэралитIым я зэпыщIэныгъэхэр гъэтIылъынымкIэ. 1921 гъэм и гъатхэпэ мазэм ФуIэд-пэщэм аргуэру Мэзкуу трегъэзэж. Иджы ар тырку лIыкIуэт. Илъэсрэ мазищкIэ Мэзкуу щылэжьа нэужь, абы Анкара къегъэзэж икIи куэд дэмыкIыу ФуIэд-пэщэр меджлисым и тхьэмадэ къуэдзэу хах. Ди къэралым щилъэгъуахэр абы етхыж икIи «Мэзкуу гукъэкIыжхэр» зыфIища Iэрытхыр тхылъищу Истамбыл къыщыдегъэкI. НэгъуэщI адыгэлI хахуэм и шыфэлIыфэри къыщегъэлъагъуэ КIыщокъуэ Алим и роман зи гугъу тщIам. Абы и цIэр Хъусен РэIуф-бейщ (КIыкIыхэ яйщ, убыхщ). Абы тырку щIалэщIэхэм я революцэм, Балкан, Япэрей дунейпсо зауэхэм лIыгъэ щызэрихьащ. 1918 гъэм РэIуф-бей тенджыз министру ягъэув. Истамбыл щыдэс зэманым абы Мустэфа Кемал ажалым кърегъэл. ИужькIэ РэIуф-бей Анатолием къокIуэри, революцэр текIуэнымкIэ Ататюрк доIэпыкъу. АдыгэлIыр япэ щIыкIэ жылагъуэ лэжьыгъэхэмкIэ министр ящI, мазэ бжыгъэ докIри – ар премьер-министрщ. ЕтIуанэрей дунейпсо зауэм и зэманым Хъусен РэIуф-бей тырку лIыкIуэу Инджылызым щылэжьащ. Ататюрк и акъылэгъу нэхъ пэж дыдэхэм ящыщ зыт маршал Чокъмакъ Фозий. Илъэс куэдкIэ штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, дзэзешэ министру къулыкъу ищIащ. ИужькIэ ар меджлисым и депутату хах, премьер-министр мэхъу. Ихьсан Сабри Чаглаянгил абэзэхэ лъэпкъым къыхэкIащ. 1908 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ. А къалэм дэт университетым и юридическэ факультетыр къиухащ. ИужькIэ ар Тыркум и вилайет зыбжанэм я губернатору лэжьащ, мызэ-мытIэу къэралым и меджлисым (парламентым) хахащ. 1965 гъэм Ихьсан Сабри Тыркум лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Абы куэдрэ иримылэжьауэ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министр къулыкъур къыхуагъэфащэ икIи 1971 гъэ пщIондэ а къалэныр егъэзащIэ. ИлъэсиплI докIри, аргуэру зэ а къулыкъур Чаглаянгил къыхуагъэфащэ. 1979 гъэм Ихьсан Сабри меджлисым и унафэщIу щытащ. 1980 гъэм мазэ зыбжанэкIэ, дзэ къулыкъущIэхэм тетыгъуэр яубыдыху, абы Тырку Республикэм и Президентым и къалэнхэр игъэзэщIащ. И.С. Чаглаянгил мызэ-мытIэу Совет Союзым къэкIуэгъащ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министру щыту, 1968 гъэм къэрал Iуэху и пщэ илъу ар Москва щыIащ. Къулыкъушхуэхэр зэрахьэу, меджлисым хэтхэу, генералхэу, артист, сурэтыщI, тхакIуэ цIэрыIуэхэу ди лъэпкъэгъу куэд ноби Тыркум исщ. Ауэ ахэр тыркуущ зэратхыр, тыркубзэ фIэкIа зи анэдэлъхубзэр зымыщIэжри куэдщ. … Ди лъэпкъым и хабзэ дахэхэм ящыщщ мыри: ар и гъунэгъухэм яхуэпэжщ, хьэщIэр адыгэм и дежкIэ лъапIэщ, абы и зы щхьэц къыхэху нэхърэ езыр яукIмэ нэхъ къещтэ. Мис апхуэдэ щIыкIэм тету адыгэ мухьэжырхэр ябгъэдэтщ тыркухэми хьэрыпхэми. «Мыр фэ фи лъэпкъ Iуэхущ», - жаIэу зыхэсхэр зэи бийм и закъуэ къыбгъэданэртэкъым, атIэ езыхэр япэ иту зэрыпхъуакIуэхэр я гъуэмбым ирахуэжырт. Сыт а пэжыгъэм къыпэкIуэжыр хамэщI ущисым деж? Абы триухуащ Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэ Лу Джихьэн и усэр:
Ди лъэпкъыр и цIыху къалэным хуэпэжу Щымыту гъащIэм зы махуи хыхьакъым. Iэщэр тIэщIэлъу хамэщIыр тхъумэжу, ДгъэкIуати, зы фIыщIи щIыхьи пытхакъым.
Пэжщ, хьэлъэщ хэхэс гъащIэр. Ар иджыри зэ наIуэ мэхъу нобэ хамэ къэралхэм ис адыгэ куэдым я гъащIэм, я псэукIэм куууэ щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь. Абыхэм къатха письмохэм укъыщеджэкIэ куэдым уогупсыс. «Жьыгъэм нэкIур зэрегъалъэ. Абы ещхьыркъабзэу ди псэри зэлъауэ къыщытщохъу мы хамэщIым», - етх Тыркум щыщ адыгэ щIалэм. Абы щIэныгъэ кууи иIэщ, ишхыни егъуэт, ауэ и лъэпкъым къыхуимыгъащIэ гъащIэр мыхьэнэншэу къелъытэ. Апхуэдэ дуней еплъыкIэ зиIэ хэхэсхэри мащIэкъым. Абыхэм ди къэралым и псэукIэр пэжу къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ псори яфIэгъэщIэгъуэну щIаджыкI. Ахэр къыщIоупщIэ ди тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм, абыхэм я жылагъуэ лэжьыгъэм. Дэри ди гуапэу зыдогъэцIыху хамэ хэкухэм щыпсэу адыгэхэу зи дуней еплъыкIэр дахэм, ди къэралхэм я зэныбжьэгъугъэр, зэпыщIэныгъэр быдэ хъумэ, ефIакIуэмэ зыфIэфIхэр, ди адыгэ щэнхабзэр здынэсар нэгъуэщI лъэпкъхэм езыгъащIэхэр. Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэр иужьрей зэманым нэгъуэщI къэрал зыбжанэм къыщыдэкIащ. КIыщокъуэ Алим и «Хъуэпсэгъуэ нурыр» хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Сирием щыщ егъэджакIуэ Къумыкъу Мамдухь. А лэжьыгъэшхуэм Мамдухь илъэс зыбжанэ тригъэкIуэдащ, ауэ ар арэзыщ романыр зэдзэкIа зэрыхъуамкIэ. «Хъуэпсэгъуэ нурыр» къыдигъэкIащ Ливаным и къалащхьэ Бейрут дэт «Дар-аль-Фараби» тхылъ тедзапIэм. Хьэрып тхылъеджэхэм псалъэ гуапэкIэ мыбы защыхуегъазэ езы тхакIуэм – КIыщокъуэ Алим. ХьэрыпыбзэкIэ Каир къыщыдэкIащ КIыщокъуэ Алим «Мазэр къыщыунэхум» зыфIища романыр, Щам щытрадзащ Аджыкъу-Джэрий Михаил и повесть «Уафэгъуагъуэ макъ» (зэзыдзэкIар Дэбжэн Динэщ). Амман щыпсэу хьэрып тхылъеджэхэм къаIэрыхьащ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэр» (зэзыдзэкIар Хъуажь Мухьэмэд-Хъерщ). ЖыIэпхъэщ «Дар-аль-Фарабим» илъэс 29-рэ и пэкIэ Теунэ Хьэчим и роман «Псэм и IэфIыр къыуатмэ» жыхуиIэр къыдигъэкIауэ зэрыщытар. Ар хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Къалмыкъ Уэдихь. А тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ КIыщокъуэм и нэгъуэщI романитIи – «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ», «Эмирым и сэшхуэ» жыхуиIэхэр, Мэлбахъуэ Елбэрд и роман «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ», абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и роман «ЖылакIэ» жыхуиIэхэр. Иужьрей илъэс плIыщIым адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я тхыгъэ куэд Тыркум къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ традзащ. Ахэр зэрадзэкIащ Анкара, Истамбыл, Измир, Адапазар, Самсун, Дюзджэ щыIэ адыгэ хасэхэм нэхъ жыджэру щылажьэ Хъуажь Фахърий, Багъ Айхъэн, Инэмыкъуэ Мулид, АфэщIыж Iэмин, Къущхьэ Догъан, Къэрэшей Сэбахьэдин, МэшхуэфI Нэждэт, Едыдж Батырай сымэ. «Ямчи» («ЩIакIуэ»), «Маржэ», «Кавказ» журналхэмрэ «Нартлери сеси» («Нартхэм я макъ») газетымрэ къытехуащ КIэрашэ Тембот, КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Шортэн Аскэрбий, Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, КIэщт Мухьэз, Балъкъэр Фоусэт, МэшбащIэ Исхьэкъ, Бэрэтэр Хьэмид, Уэхъутэ Абдулыхь, Дыгъужь Къурмэн сымэ я тхыгъэ куэд. «Ямчим» тхыгъэ зыбжанэ адыгэбзэкIэ традзащ. Журналым еджэхэм ягу ирихьащ Бицу Анатолэ Тыркум щилъэгъуахэм, щызыхищIахэм ятеухуа усэ Iэрамэр. 1977 – 1980 гъэхэм Истамбылрэ Анкарарэ экземпляр 3000 хъууэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа революцэ зэщIэхъееныгъэм теухуауэ Къалмыкъ БетIал итхар, КIэрашэ Тембот и роман «Шу закъуэр», Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр», Шортэн Аскэрбий и «Къэзанокъуэ Жэбагъыр». Ахэр тыркубзэкIэ зэрадзэкIащ Инэмыкъуэ Мулид, Хьэпий Джэудэт, АфэщIыж Iэмин сымэ. Тхыгъэ зыбжани хьэзыр хъуауэ тхылъ тедзапIэхэм щIэлъщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэм и тхыдэр», ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэ къыхэхахэр, Нало Ахьмэдхъан и «Нэхущ шур», МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэ» романыр. Иорданием щыщ Хьэвжокъуэ Шэукэт адыгэ лъэпкъым и тхыдэм теухуауэ илъэс щэщIрэ тхурэ и пэкIэ тхыгъэшхуэ къыдигъэкIащ. ФРГ-м щыIэ Хейдельберг къалэм дэт «Карл Винтер университет» тхылъ тедзапIэм 1978 гъэм дунейм къытригъэхьащ а щIэныгъэлIым и нэгъуэщI лэжьыгъэшхуэ – «Адыгэбзэм и лъабжьэр» жыхуиIэр. 1982 гъэм Германием щытрадзащ Едыдж Батырай и «Адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ». Нарт Сосрыкъуэ и хъыбархэр зэридзэкIри, тхылъ щхьэхуэу Амман къыщыдигъэкIащ Къардэн Нэзым. Iуэхушхуэ илэжьырт Иорданием щыщ, Вупперталь (ФРГ) щыIэ Адыгэ щэнхабзэ хасэм и унафэщI Хьэщокъуэ Адыли. Абы и IэдакъэщIэкIщ тхылъ зыбжанэ – «Адыгэ алыфбей» (1977), «Адыгэ бзэхабзэ» (1979), «Адыгэ алыфбейм и гъуазэ» (1981). ИстамбылакIуэхэм ятеухуауэ тхыгъэшхуэ куэд Тыркум къыщыдэкIащ. Гу нэхъ зылъытапхъэхэр мы романитIыращ: ГъуэгулI Онер и «Гуауэ гъуэгумрэ» (Анкара, 1984), Егъужыкъуэ Мысхьуд и «Хэхэсхэмрэ» (Анкара, 1983). … Жэуап зэдмытахэм ящыщу къэнащ упщIитI. Къуэш-шыпхъу зэфIэкIуэдахэр дауэ зэрыгъуэтыжа? Ди зэпыщIэныгъэхэр дэнэ нэса? Хэку хъыбар пэж япэу зыIэрыхьахэр Сирием щыпсэу адыгэхэращ. Абы сэбэп хуэхъуащ 1957 гъэм щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я фестивалу Мэзкуу щекIуэкIар. НыбжьыщIэхэм я зэIущIэшхуэм Къэбэрдейм игъэкIуат къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр. Щами къикIат Сирием и лIыкIуэ гуп, адыгэ щIалитI яхэту. Мис апхуэдэу мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм и щыхьэрым – Мэзкуу – щызэрыгъуэтыжащ илъэсищэкIэ зэфIэкIуэдауэ щыта зэлъэпкъэгъухэр. Щам ягъэзэжа нэужь, фестивалым щыIа адыгэ щIалитIым гуфIапщIэ куэд къалэжьащ. Абыхэм ирата адресхэмкIэ къатхэурэ зэунэкъуэщ, зэIыхьлы куэд зэрыгъуэтыжащ. Хэхэс адыгэхэм щэнхабзэ пыщIэныгъэ яхудиIэн, ахэр ди гъащIэм щыгъуазэ ящIын папщIэ «Хэку» Хасэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 1966 гъэ лъандэрэ Налшык щолажьэ. Абы и япэ тхьэмадэхэу хахат КIэрэф Къамболэтрэ Хьэмгъуокъу Барэсбийрэ. Иужьрей илъэс тIощIым Хасэм и Iуэхум нэхъ зиубгъуащ. Убзыхуауэ щытщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр: лIыкIуэхэмкIэ зэхъуэжэныр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, мэкъумэш академием ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр еджакIуэ къэшэныр. Илъэс плIыщIым нэсащ «Хэку» Хасэм и къудамэм Сирием, Иорданием къикIа щIалэхэр, хъыджэбзхэр ди университетым щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну къызэрыригъэблагъэрэ. Иджыпсту Налшык щоджэ а къэралхэм, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэу студенти 100-м щIигъу. Ахэр щIэсщ дохутыр, инженер, агроном, экономист, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэт факультетхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и аспирантурэр къиухри и диссертацэр Новосибирск ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Иорданием щыщ Хьэтыгъу Алия. Адыгэ хъыджэбзыр япэ курсым щыщIэдзауэ дихьэхащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм икIи абы дэIэпыкъуэгъу пэж хуэхъуахэщ профессор Тембот Аслъэнбийрэ щIэныгъэхэм я доктор ЩхьэщэмыщI Хьэтурэ. Кавказ Курыхым узыщрихьэлIэ хьэпщхупщхэм ятеухуащ Хьэтыгъум и диссертацэр. Нобэ Хьэтыгъу Алия Иорданым щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ туризмэмкIэ и министрщ. Налшык еджэныр щаухри я щIэныгъэм Мэзкуу щыпащащ Сирием, Иорданием щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэ зыбжанэм. ДыщэкI Фатхьий, ГъукIэлI Хьудэ, Умар Ауний, Алий Фарукъ, Жэмбэч Омран, Бырсыр Орфан, Уэсмэн Сэлуэ, Джэтауэ Самие, Багъ Мухьэмэд, ГъуфIыджэ Рифэт сымэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. «Хэку» Хасэм и къудамэм Адыгэ хасэхэм илъэс къэс щэ бжыгъэкIэ яхурегъашэ пэщIэдзэ классхэм анэдэлъхубзэр зэрыщаджын алыфбейхэмрэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI сабий тхылъхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ фильмхэр. Ди республикэм теухуа кинолентIхэр Урысейм и щэнхабзэ центрхэм щагъэлъагъуэ икIи абыхэм я гуапэу еплъхэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ хьэрып, тырку минхэми ахэр гурыхь ящохъу. Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым, США-м, Германием щыпсэу адыгэхэм зэпымыууэ яIэрохьэ «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэр, «Зэкъуэшыныгъэ», «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэр. «Хэку» Хасэм и лэжьыгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэкIэлъыкIуэным. Илъэс къэс дэ къыдогъэблагъэ къэрал куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Ахэр ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм, псэукIэм щыгъуазэ ящIурэ къокIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс 80 щрикъум и щIыхькIэ зэхэта гуфIэгъуэм къедгъэблэгъа ди хэкуэгъухэм щыпсэу къэралхэм кIуэжа нэужь яIуэтэжащ адэжь щIыналъэм щалъэгъуахэр, лъэпкъ зэкъуэтхэм я экономикэм, щэнхабзэм, бзэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къыщахьа ехъулIэныгъэхэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щапхъэмкIэ я нэгу зэрыщIэкIар. Къэбэрдей-Балъкъэрым куэдрэ щыхьэщIащ Амман дэт ФIыщIэ Хасэм илъэсийкIэ и унафэщIу щыта Бырмэмыт Фэуаз. Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэхэм я тхьэмадэу 1987 гъэм и фокIадэ мазэм ар Налшык къэкIуащ. «Сэ зэи сигу ихужынкъым адэжь Хэкум щыслъэгъуахэр. Фэ фызэрысыр жэнэт щIыналъэщ. Фи къуршхэри дахэщ, фипсхэри уэрщ, фи гъавэ щIапIэхэри зэплъытын щымыIэщ, - жиIащ Бырмамытым. – Ауэ псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн тщыхъур фи цIыхухэрщ, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми, псори зэкъуэту, зэкъуэшхэу, псори зэгъусэу я хэкур нэхъри зэрырагъэфIэкIуэным, нэхъри зэраIэтыным зэрыхуэлажьэрщ». Сирием, Иорданием, Тыркум къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа лIыкIуэхэр мащIэкъым. ХьэщIэхэм гукъинэж ящыхъурт республикэм и унафэщIхэм, еджагъэшхуэхэм, щэнхабзэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ я лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, зыIут IэнатIэм щыпашэхэм драгъэкIуэкI зэIущIэхэр. «Хэку» Хасэм и къудамэми илъэс къэс Сирием, Иорданием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэми егъакIуэ езым и лIыкIуэхэр. Ахэр топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI ухуэныгъэм, ди къэралым и лъэпкъ политикэм, хьэрыпхэм, тыркухэм яхудиIэ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным дызэрыхущIэкъум. Сириемрэ Иорданиемрэ я цIыхубэм, абыхэм щыпсэу адыгэхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ 1978, 1981 гъэхэм «Кабардинка» ансамблым а къэралхэм зэрызыкъыщигъэлъэгъуар. Ди къэфакIуэ Iэзэхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэтащ Щам, Хьэмус, Хьэлэб, Амман, Заркъэ къалэхэм, Иорданием и щыхьэрым СпортымкIэ и унэм «Кабардинкэм» щита концертым еплъащ пащтыхь Хъусейн Бен ТIалал, премьер-министр Мудар Бадран, министрхэр, дзэм и унафэщIхэр. Ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIым, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я къафэхэр Iэзэу зэрагъэзэщIам папщIэ ансамблым къыхуагъэфэщащ Иорданием и щIыхь дамыгъэ нэхъыщхьэр – «Iистикълал» («Щхьэхуитыныгъэ») орденыр. А къэралитIым кIуа «Хэку» Хасэм и лIыкIуэхэм я тхьэмадэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ икIи политикэ лэжьакIуэхэу ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, Лъостэн Владимир, Мамхэгъ Михаил, Бер Мухьэдин, Ефэнды Джылахъстэн, Блий Аслъэн, Сэхъу Владимир, КIуэкIуэ Валерий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Мэзыхьэ Борис, нэгъуэщIхэри. Зеужь туризмэми. 1978 гъэм щыщIэдзауэ Налшык къокIуэ Сирием, Иорданием, Тыркум, Америкэм, Германием, Израилым, Голландием къикI хьэщIэхэр. Ди туристхэри а къэралхэм 1966 гъэ лъандэрэ макIуэ. Сэри сигу къэзгъэкIыжынщ илъэс 28-рэ ипэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэгъуалэ гупым я гъусэу сызэрыщыIар. Муслъымэн махуэгъэпсым тепщIыхьмэ, дэ Сирием дынэсащ 1398 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 13-м. Щам щопсэу цIыху мелуаным щIигъу. Сирием уеджэ хъунущ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыгъэкIэ. Пасэрей зэманым мы щIыналъэм теса, абы зиужьыным зи пщIэнтIэпс хэзылъхьа лъэпкъ псори къебжэкIыгъуафIэкъым: аморитхэр, хьетхэр, вавилонхэр, ассирийхэр, халдейхэр, финикийхэр, арамейхэр, къэжэрхэр, алыджхэр, урымхэр, монголхэр, тыркухэр… Ебланэ лIэщIыгъуэм Сирием и тафэхэмрэ къуакIэбгыкIэхэмрэ яубыдащ хьэрыпхэм. Адыгэ мамлюкхэри илъэси 135-кIэ щытепщащ Мысырым, Палестинэм, Сирием. Ноби Щам щыболъагъу Кавказым и къуэ хъыжьэхэм ХV – ХVI лIэщIыгъуэхэм ирагъэщIа мэжджытхэр, чэщанэжьхэр, быдапIэхэр, псыIэрышэ гъуэгухэр. Щам дэт музейм щIэлъщ адыгэ къамэ, сэшхуэ, Iэмэпсымэ куэд. А псори ди гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнт, ауэ дэркIэ нэхъ гунэсыр Сирием щыпсэу адыгэхэм я гуапагъэр, я гулъытэр, хьэщIагъэу къыдахырт. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и нэгум абыхэм иралъагъуэрт адэжь хэкум и IэфIыгъэри, абы и теплъэ дахэри. Налшык икIа гупым хэтт Аруан районым щыщ нартыхугъэкI Фомыт Iэмырбий, комсомол лэжьакIуэхэу Мэлбахъуэ Светланэ, Ефэнды Феликс, Щэныбэ Ритэ, Къалэбэч Мухьэдин, сурэтыщI Iэзэ Пащты Герман, кино тезых Губарев Виктор, усакIуэ Ацкъан Руслан, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ театрым и артистхэу Иуан Владимиррэ Балъкъыз Валерэрэ, экономист Щэрмэт Мухьэмэд, агроном Тэнащ Бэч, дохутырхэу Хъурей Маринэрэ ТIыхъужь Светланэрэ, студентхэу Шыбзыхъуэ Iэсият, Шырыт Аслъэн, Хьэгъур Мадинэ, егъэджакIуэ Мамхэгъ Мысост. Ди гупыр игъэгушхуэрт, абы и набдзэт Къэхъун къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэсэн. Абы и цейр екIут, къамэр, хьэзырхэр зэщIэлыдэрт, шыкIэпшынэр иIыгъ зэпытт. Хьэсэн Сириеми Иорданиеми ис адыгэхэр и уэрэдхэмкIэ итхьэкъуат. ЩIалэгъуалэ гупым концерт программэ дгъэхьэзырат. Дамаск дэт Совет щэнхабзэ центрым дэ ар щыдгъэлъэгъуащ. Щам щигъэщIа махуитIым триухуа усэщIэхэм Ацкъан Руслан къоджэ. Абы кIэлъокIуэ ХьэхъупащIэр. Хьэсэн, шыкIэпшынэр щIэту, уэрэдитI егъэзащIэ – «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ», «Си Рэмэзан». Балъкъызымрэ Иуанымрэ залым щIэсхэр фIыуэ зыщыгъуазэ хьэрып шыпсэ «Алий Бабарэ хъунщIакIуэ плIыщIымрэ» жыхуиIэм къытращIыкIыжа спектаклым щыщ пычыгъуэ ягъэлъагъуэ. Совет щэнхабзэ центрым щедгъэкIуэкIа пщыхьэщхьэ дахэм хьэрыпи, урыси, адыги, ермэлыи, хьэмшэрии кърихьэлIат. Псоми зыжьэу жаIэр зыт: «Афэрым, ди къуэшхэ, афэрым, ди шыпхъуфIхэ! ДывгъэгуфIащи, фи ехъулIэныгъэр нэхъыбэж хъуну дывохъуэхъу!» Апхуэдэ зэIущIэхэр дэ щыдиIащ Щам дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэми, Хьэлэб дэс ди хэкуэгъухэм я дежи. Дэнэ дамышами, ди гъусэ зэпытт абыхэм ящыщ пщащэ, щIалэ куэд. «Фи гупым хэт дэтхэнэми и гум ирихь IэщIагъэ зригъэгъуэтащ е абы иужь итщ. Адыгэбзэ къабзэкIэ фопсалъэ, кавказыщIу дуней жэнэтым фыщопсэу, фызыхуейм фи Iэр тывогъахуэ. Совет къэралым ис дэтхэнэ лъэпкъми япэ фимыщамэ, я ужь фиткъым. Фыдинэщ, фыдипсэщ, фыдинабдзэщи, дяпэкIи фефIакIуэ зэпытмэ, ди гуапэщ», - къыджиIэрт тхьэмадэ жьыщхьэ махуэ ЖыркIагуэ Хьисэ, сэлам къыдихыжурэ. … Щам дыкъыдокIыжри, Иордание къэралыгъуэмкIэ доунэтI. Абы и гъунапкъэм деж къыщытпэплъэрт Амман, Уадисир, Сыуелыхь, Нэхьур, Заркъэ щыIэ Хасэхэм къагъэкIуа лIыкIуэхэр. Ахэр тщIыгъуу Амман дынос икIи зэрыгупу Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и унафэщI Бырмэмыт Фэуаз и унагъуэм псори дрегъэблагъэ. ЕтIуанэ махуэм дэ дагъэлъэгъуащ Иорданием и щыхьэрым и дахапIэхэр, Хы ЛIар. Пщыхьэщхьэм ФIыщIэ Хасэм джэгушхуэ щытхуащIащ. Зы махуэ докIри, ди концерт программэр Амман щыIэ Совет щэнхабзэ центрым щыдогъэлъагъуэ. Абы кърихьэлIащ СССР-м и лIыкIуэу Иорданием щыIэ Воронин Алексей, посольствэм и лэжьакIуэхэр, хьэрып, адыгэ куэд. Дыкъыщежьэж махуэм зэIущIэ гуапэ диIахэм ятеухуауэ ТАСС-м и корреспондент Марунин Геннадий Амман хъыбар къритыкIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа ныбжьыщIэхэр узэрыгушхуэнхэт. Абыхэм я лъэпкъэгъу, хьэрып куэд ягъэгуфIащ, ди къэралыгъуэшхуэм и пщIэр яIэтащ. Иордан-совет зэныбжьэгъугъэ Хасэм и унэм а гупым псалъэ дахэкIэ закъыщыхуигъэзащ абы и президент Руфаат Одэ»… ПсынщIэу блэлъэтащ Сириемрэ Иорданиемрэ щыдгъэкIуа тхьэмахуитIыр. Тлъэгъуар, зэIущIэхэр, ныбжьэгъу тхуэхъуахэр куэдт. Ди лъэр хамэщIым тетми, ди гур Кавказым зэрынэсыжрэ куэд щIат. Мис абдеж сэ нэхъри щызыхэсщIащ мы тхыгъэм зи гугъу щысщIа МахуэлI-дадэм игу телъа бампIэр. Абы нэхъ уз бзаджи, нэхъ уз Iеи дунейм теткъым, абы зэреджэри «Адэжь щIыналъэм пэIэщIэнщ». Ауэ жаIакъым мы псалъэхэр: «Тхуэтынущ Хэкум папщIэ гъащIэр; Ди гъащIэм папщIэ Хэкур дымытын!» Мы тхыгъэр усэкIэ сыухмэ си гуапэт:
Тенджызу, къалэу куэд слъэгъуакъэ, ХамэщI сыщыIэу! Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ.
|
|
||||||||||||||||
Джэраш (Иордание) и амфитеатрым деж адыгэхэм джэгу щащ1. 1972, гъэ, гъатхэпэ мазэ.
|
Дамаск дэт Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм хьэщ1эхэр кърегъэблагъэ. Абыхэм хъуэхъу яжре1э Къалмыкъ Уэдихь. 1969 гъэ, мазаем и 22.
|
СССР-м и генеральнэ консул Поляков Владимиррэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэдрэ. Амман, 1972 гъэ.
|
|
||||||||||||||
Косовэ адыгэхэм хэкур къапоплъэ. Доне Становце къуажэ. 1998 гъэ.
|
Югославием къик1ыж адыгэхэр Минводы къэсыжащ. 1998 гъэ, шыщхьэ1ум и 1.
|
Джулан лъагап1эхэм (Сирие) кърахуа адыгэхэм Хьэф1ыц1э Мухьэмэд яхэтщ. 1969 гъэ, мазае. |
|
||||||||||||||
Уадисир къалэм (Иордание) и Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм. 1972 гъэ, мэлыжьыхь. |
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и л1ык1уэхэм Джулан лъагап1эхэр къаплъыхь. 2001 гъэ, мэлыжьыхь.
|
|
|||||||||||||||
Истамбыл Баларбаш Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, профессор Шурдым Гюнсел адыгэ 1уэхум и гуащ1э куэд хелъхьэ
|
Хьэбэз район Адыгэ Хасэм (Къэрэшей-Шэрджэс) илъэс куэд щ1ауэ жыджэру хэтщ тхак1уэ, уэрэджы1ак1уэ, адыгэл1 нэс Шэрджэс Алий.
|
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и VI Конгрессым и лэжьыгъэм хэтщ Дамаск дэт Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ Абазэ Шэрэф, усак1уэ Къаныкъуэ Заринэ (Налшык), ДАХ-м и Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Уэхъутэ Александр (Черкесск). Налшык, 2003 гъэ.
|
|
||||||||||||||
Израилым и жылэ нэхъ дахэхэм хабжэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэр. Сурэтыр 1995 гъэм трахащ.
|
Адыгэ мин 30-м нэблагъэ Германием щопсэу. Абыхэм я хасэхэм жыджэру щолажьэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд и гъусэ пщащит1ыр – Дидан Тамарэрэ Хьэткъуэ Мукъэдэсрэ.
|
Налшык щок1уэк1 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ Конгрессыр. 1991 гъэ, накъыгъэм и 19.
|
|
||||||||||||||
Убых жылак1э Эсенч (Зеифэ) Тевфик (1907-1992)
|
Шапсыгъ хъыжьэ, лъэпкъым и джак1уэ Т1эш Ясин (1924-1996)
|
Анкара дэт Адыгэ Хасэм щытраха фэеплъ сурэт. Бысымхэм яхэтщ хьэщ1эхэр – Хьэф1ыц1э Мухьэмэд, Кхъуэ1уфэ Хьэчим, Щомахуэ Сулът1ан сымэ. 1971 гъэ, мэлыжьыхь мазэ.
|
|
||||||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
|||||||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
||||||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||||||
|