|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ» |
|||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
АРХИВЫР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||
МэшбащIэ Исхьэкъ и пщIэ лъагэр
Урысей Федерацэм и Президентым деж щыIэ Жылагъуэ палатэм хагъэхьащ адыгэ тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ. КэшбащIэ Исхьэкъ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми я цIыхубэ тхакIуэ цIэ лъапIэхэр зэрехьэ, СССР-м, Урысей Федерацэм я къэрал саугъэтхэм, Шолохов Михаил и цIэкIэ ят дунейпсо саугъэтым я лауреатщ. Бзэ куэдкIэ зэдзэкIауэ дунейм къытехьащ МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэ гъуэзэджэхэр. ТхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ адыгэ лъэпкъхэм я тхыдэр лъабжьэ зыхуэхъуа роман пщыкIутхум щIигъу. Абыхэм иджыблагъэ аргуэру зы къахэхъуащ: Мейкъуапэ къыщыдэкIащ тхакIуэм и тхыгъэщIэ - “КъуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмрэ” романыр. Абы и лъабжьэри ди лъэпкъ тхыдэщ - тхакIуэм ди пащхьэ кърилъхьащ XII-XVI лIэщIыгъуэхэм Египетым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мамлюкхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ. Дигурэ ди псэкIэ дохъуэхъу адыгэ тхакIуэшхуэм Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм зэрыхагъэхьамкIэ, псоми ди гуапэщ, абы и пщIэр нэхъри лъагэ хъумэ, и къалэм Iумахуэм и гуащIэр нэхъри къеблмэ. “Адыгэ псалъэ” газет. |
|
||||||||||||
Адыгэ махуэгъэпс
Мыгувэу дунейм къытехьэнущ 2006 гъэм и Адыгэ махуэгъэпс. Ар зэрыщыту ди лъэпкъым теухуащ. Календарым ихуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым щыщ адыгэ тхакIуэхэр, артистхэр, композиторхэр, сурэтыщIхэр, еджагъэшхуэхэр, цIыху цIэрыIуэхэр. Абы щыбгъуэтынущ зэман зэмылIэужьыгъуэхэм дунейм, Урысейм, ди республикэхэм къыщыхъуахэм ятеухуа хъыбархэр, бжыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, усыгъэхэр, жыIэгъуэхэр, чэнджэщхэр, цIыху Iущхэм я гупсысэхэр, нэгъуэщI куэди. Махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуар щIыпIэ зэманырщ: дыгъэр къыщыщIэкIыр, щыкъухьэжыр, махуэм и кIыхьагъыр Налшык, Мейкъуапэ, Черкесск тещIыхьащ. Адыгэ календарыр къызэрыдэкIынур урысыбзэщ, стIолыщхьэу, къызэбгъэдзэкIыу щытынущ. Зэхэзылъхьар КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлийщ. Елэжьыжар икIи редакторыр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. ГЪУКIАКЪУЭ Инал. |
|
||||||||||||
ЗекIуэм и тхыдэм аргуэру ироплъэж
Иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Черкесское наездничество - ЗекIуэ» тхылъым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр. Ар зи къалэм къыщIэкIар тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, правительствэм ейуэ щымыт «Кавказ форум» зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Мэрзей Аслъэнбэчщ. Тхылъым куууэ щызэпкърыхащ илъэс мин куэдкIэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуа зекIуэм и тхыдэр икIи ар куэдкIэ къыщхьэщокI япэм щыIа апхуэдэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм. Абы щызэхуэхьэсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и фондым къыхаха, XIX - XX лIэщIыгъуэхэм ящIа сурэтхэр, адыгэхэм я Iэщэ-фащэ телъыджэхэр. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием этнологиемкIэ и институтым щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэу къыщалъытащ. Мэрзей Аслъэнбэч тхылъым щелэжьыжар лъэхъуэщырщ - зэрымыщIэкIэ гуауэ къыIэщIэщIэри ягъэтIысауэ иджыпсту щысщ. Ауэ абы зэрыщыIэм хуэдэурэ, иджыри къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI. «Черкесское наездничество - ЗекIуэ» тхылъым и тиражыр мащIэ дыдэщ, ар спонсорхэм я ахъшэкIэ къыдагъэкIауэ аращ. Ар къыщыпщэху хъунущ Налшык дэт «Адыгэ унэ» тыкуэным. Тыкуэным и унафэщI IутIыж Мэжид «Регнум» хъыбарегъащIэ агентствэм и журналистым иджыблагъэ зэрыжриIамкIэ, тхылъым къыщIэкI ахъшэр Аслъэнбэч и щхьэгъусэм иратынущ. Мэрзейм бын цIыкIуищ иIэщ. Щэуей Хьэщауэ. |
|
||||||||||||
ФеужьэрэкI
ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъу лъапIэхэ! Сабийхэм папщIэ къыдэкI «Нур» журналым Iэ щытебдзэ хъуну пIалъэр и кIэм нэблэгъащ. Лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм ди тхыдэр ящIэу, хабзэр я Iэпэгъуу, я къаухьым зиужь зэпыту къэтэджын папщIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а журналыр унагъуэ псоми илъыпхъэщ. «Инэмыкъуэ», «Жаншэрхъ», «Адыгэ хабзэ», «Нурым и гъуджэ», «ФыкъакIуэ, фыкъыщIыхьэ, фыкъэпсалъэ» жыхуиIэ напэкIуэцIхэм цIыкIухэр зыхуеину куэд кърагъуэтэнущ, езыхэм зэхалъхьа усэхэр, рассказхэр, ящIа сурэтхэр къытрадзэнущ. Мазэ къэс къыдэкI журналым илъэс ныкъуэм и уасэр сом 32,04-рэщ, и индексыр 73912-щ. Тхыгъэ щхьэпэхэмкIэ фи цIыкIухэм яхуэупсэ журналым Iэ зэрытевдзэным феужьэрэкI. |
|
||||||||||||
Жэмтхьэлэдэсхэм я зэфIэкIыр ягъэлъагъуэ БэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо спорт фестивалу иджыблагъэ Москва щекIуэкIам щыIащ Жэмтхъэлэ дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт еджапIэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и гъэсэнитху. Ди республикэм и бэнакIуэхэр зыхэхуа гупым хэтащ Украинэм, Сербие-Черногорием, Белоруссием, Азербайджаным, Тыркумэным, Марий-Элым я командэхэр. Япэ зэIущIэм бжыгъэр 8:3-уэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Тыркумэным текIуащ. ИужькIэ Марий-Элыр 7:4-уэ хигъэщIащ. Финалым и Iыхьэ ныкъуэм икIын папщIэ ди щIалэхэр текIуэн хуейт Украинэм и командэ лъэщым. Япэ щIыкIэ бжыгъэр зэхуэдэу екIуэкIащ, 4:4-м нэсыхукIэ. ИужькIэ нэхъ хьэлъэхэм я зэIущIэхэм ди бэнакIуэхэр нэхъ щыхуэмыхуу къыщIэкIри, бжыгъэр 7:4-уэ зэпеуэр тфIахьащ. Финалым щызэхуэзащ Украинэмрэ Москварэ и командэхэр. Япэ увыпIэр москвадэсхэм яубыдащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм и тренер нэхъыщхьэ ГъуэплъащIэ Замир зэрыжиIамкIэ, Жэмтхьэлэ и бэнакIуэхэм ящыщу Бэджий Анзоррэ Сокъур Артуррэ зэIущIищым, ГъуэплъащIэ Аслъэнрэ Жамгуразов Азрэтрэ - тIум щытекIуахэщ. Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьахэмрэ призер щыхъуахэмрэ медалхэр, фэеплъ саугъэтхэр къратащ. Хьэщыкъуей Олег. |
|
||||||||||||
|
|
||||||||||||
ссылки |
хъыбархэр |
сурэт |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||
|