ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщ1ыпхъэ 1энат1эхэр

      КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсенрэ Урысей Фе­де­ра­цэм экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министр Греф Германрэ Москва щрагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъы­хьащ республикэм и экономикэм и щытыкIэм.

   Греф Герман диIыгъащ илъэси 5-м, илъэси 10-м ятещIыхьауэ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и стратегие зэхалъхьэну республикэм и унафэщIхэм яIэ мурадыр икIи абы теу­хуауэ чэнджэщ зыбжанэ жиIащ. Республикэм и дежкIэ нэхъ мы­хьэ­нэшхуэ зиIэу къэлъытапхъэ IэнатIэхэм я гугъу щищIым, ми­ни­с­­трым къыхигъэщхьэхукIащ туризмэм зегъэужьыным КъБР-м и экономикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэнур, а IэнатIэм лэжьапIэ куэд къызэрыщызэIупхыфынур, хэхъуэшхуи къызэрыпхупыхынур.

   КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Урысейм экономикэ зыужьыныгъэмрэ са­тумкIэ и министрымрэ зэакъылэгъуу жаIащ зыужьыныгъэм и стра­тегие щызэхалъхьэкIэ, инфраструктурэм ехьэлIа проектхэм, со­циальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм гулъытэ хэха зэра­хуэ­щIы­п­хъэр. Абы теухуауэ Греф Герман къыхигъэщхьэхукIащ Солдатскэ станицэ - Тырныауз къалэ гъущI гъуэгур, нэгъуэщI гъуэгу­хэр, школхэр ухуэнымкIэ езыр зи пашэ министерствэм ди респуб­ли­кэм зыкъыщIигъэкъуэну зэримурадыр. Министрым зэры­жи­Iам­кIэ, хьэрычэт Iуэху мыиным зегъэужьын и лъэ­ны­къуэкIэ рес­публикэм и унафэщIу иужь зэманым увахэм я мурад­хэр деIыгъ икIи а IэнатIэм хуэгъэзауэ зэрыхузэфIэкIкIэ зы­къыт­щIагъэ­къуэ­нущ. Греф Герман апхуэдэу къыхигъэщащ КъБР-м и цIыхухэр учет зэращI системэм адэкIи зегъэужьын зэрыхуейр, абы и сэ­бэп­кIэ властым и органхэр зэрызэдэлажьэр ебгъэфIакIуэ зэры­хъу­нур. Абы и лъэныкъуэкIэ удэплъей хъунущ мылъку комп­лексыр зехьэнымкIэ Санкт-Петербург щекIуэкI лэжьыгъэм. Ар сэбэп хъунущ управленэр егъэфIэкIуэным и мызакъуэу, бюджетым и хэхъуэхэр нэхъыбэ щIынымкIи.

   Греф Герман лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­кIуэну зэгурыIуахэщ.

 ХЬЭГУАРЭ Джамиля.

Израилым щыпсэуадыгэхэм ятеухуа фильм

   “Налшык НОТР”-м и оператор Кофман Дмитрийрэ абы и щхьэ­гъусэ ЛIуп Марьянэрэ я Iэда­къэ­щIэкI фильмыр, Израилым щыщ Хъа­лил Ипщэм хиубыдэ Рихьэние къуажэм щытрахар, иджы­бла­гъэ хьэзыр хъуащ. Ди рес­пуб­ликэм щыпсэухэм ар ялъа­гъуну Iэмал яIэнущ 2005 гъэм и кIэу­хым, илъэсыщIэм и пэщIэдзэ махуэхэм.

   IыхьитIу зэхэт, сыхьэткIэ екIуэкI фильмыр ятеухуащ 1880 гъэм Палестинэ щIыналъэм щаухуа адыгэ къуажэ цIыкIум и тхыдэм, псэукIэм, абы дэс цIыхухэм. Апхуэдэ фильм гъэ­хьэ­зы­ры­ным­кIэ жэрдэм зиIари абы и ху­до­жественнэ унафэщIхэри Вэ­ро­къуэ Владимиррэ Мартиро­со­вэ Ринэрэщ.

   Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэ­мадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Рихьэние къуажэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа фильмым и консультантщ. Монтаж зы­щIар “Налшык НОТР”-м и лэ­жьа­кIуэ Пачаджий Андрейщ.

   Мыгувэу утыку кърахьэну телевизионнэ лэжьыгъэ гъэщIэ­гъуэныр техынымкIэ жэрдэм зы­щIахэм мылъку­кIэ ядэIэ­пы­къуащ «Синдикэ» АО-р.

Ныбэжь Таисэ.

Телъыджэ зи 1эрык1 ц1ыху телъыджэ

   Дыгъэгъазэм и 15-м Лъэпкъ музейм пхужымы­Iэным хуэдизу цIыхушхуэ къекIуэлIат. Абы къыщызэ­Iуахырт КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, “Iуа­щхьэмахуэ” журналым и редактор нэхъыщхьэ IутIыж Бо­рис и IэдакъэщIэкIхэм я гъэ­лъэгъуэныгъэ.

   МУЗЕЙМ и пэIущIэ пэшым и блынхэм фIэлът Борис и ныбжьэгъухэм, цIыху цIэры­Iуэхэм ятриухуа шаржхэр, и пьесэхэм яхуищIа эскиз гъэщIэгъуэнхэр, нэгъуэщIхэри. Къызэхуэсахэр абыхэм еплъа иужь, гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа псори музейм и пэшышхуэм щIашащ. Мыбы щагъэлъагъуэрт жэзым, гъуаплъэм  къыхэщIы­кIа пкIыгъэхэр (чеканкэхэр).

   Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Емельяненкэ Надеждэ гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихри, япэ псалъэр иритащ КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ­хэм­кIэ и министр Тут Заур.

   - Сэ куэд щIауэ соцIыху IутIыж Борис. Пэжыр жыс­Iэнщи, ар зэрысщIэр драматург Iэзэут, усакIуэ, гупсы­сакIуэ, щIэныгъэлI цIэры­Iуэут. Мыпхуэдэ лэжьыгъэ те­лъыджэхэр Борис и Iэда­къэм къызэрыщIэкIым, сурэ­тыщI ахъырзэману зэрыщытым сыщыгъуазэтэкъым, - къыхигъэщащ Заур. - Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сохъуэхъу IутIыжым. Уузыншэу улажьэу, ди республикэм цIыхуу исыр бгъэгуфIэу куэдрэ Тхьэм ди япэ ури­гъэт, - жиIащ абы.

   АдэкIэ къэпсэлъащ республикэм и Профсоюзхэм я Федерацэм и унафэщI Тау Пщыкъан.

   - Зэман кIэщIым къриубыдэу мы музейм етIуанэу ды­къы­щызэхуешэс IутIыжым - къыщIидзащ абы и псалъэр. - Сэ къызэрысщыхъумкIэ, но­бэ гъэлъэгъуэныгъэм къри­­хьэлIахэр гъащIэм къыщыхъу куэдым езыгъэгупсысынщ мы лэжьыгъэхэр.       ­­­­­­Iу­т­Iыж Борис хуэдэ цIыху зэчиифIэхэрщ ди лъэпкъым лIэ­щIыгъуэкIэрэ хъугъуэфIы­гъуэу иIамрэ фIэкIуэдамрэ къыдгурызыгъаIуэр. Сэ шэч къытесхьэркъым Борис и тхыгъэхэм еджэ, и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм еплъ, и IэдакъэщIэкI сурэт, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зы­лъагъу цIыхухэм гупсысэ щхьэпэ абыхэм къызэрыхахынум. Ди республикэр зыхуэныкъуэ цIыху губзыгъэщ, гупсысакIуэщ, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъщ Бориси, гъащIэ кIыхь хъуну сохъуэхъу.

   - Мы пэшым сыкъыщIы­хьэу IутIыж Борис и лэжьы­гъэхэр щыслъэгъуам хуабжьу сымыгъэщIэгъуэн слъэкIа­къым, - жеIэ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и уна­фэщI Зумакулов Борис. - Мыбыхэм наIуэ къащI Борис къызыхэкIа лъэпкъыр, къыщыхъуа щIыналъэр фIыуэ зэрилъагъур. Къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ абы лъэпкъ щэнхабзэм, гъуаз­джэм  зиужьыным хуищIа хэлъ­хьэныгъэр. ИкIи нобэ дыкъыщIызэхуэса цIыхум сыт хуэдэ псалъэ хэIэты­кIари, сыт хуэдэ щытхъури хуэфащэщ. Си гуапэщ лэ­жьы­гъэм и гур хуэкъабзэу, дэрэжэгъуэ иIэрэ гуфIэгъуэр и куэду дунейм тетыну.

   Зи IэдакъэщIэкIхэр цIыху­бэм я пащхьэм нобэ изылъхьа IутIыж Борис и ныб­­-     жьэ­гъу­­хэм яхуитх гушыIэ ­кIэ­щI­хэм щыщу езым къы­лъы­­сар къызэхуэсахэм яж­ри­I­эу псори игъэдыхьэшха иужь, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, “Адыгэ пса­лъэ” газетым и редактор нэ­хъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и псалъэм пищащ:

   - 1965 гъэм къыщыщIэ­дзауэ мы цIыху гъуэзэджэм и творчествэм сыкIэлъоп­лъри, махуэ къэс щIэщыгъуэ гуэркIэ дигъэгуфIэн хузэ­фIокI. Нобэ дызыхэплъэ лэжьыгъэхэр илъэс зыбжанэ и пэкIэ тлъэгъуауэ щытащ.   Ауэ абы щыгъуэ ахэр нэхъ мащIэт. Абыхэм лэжьыгъэ телъыджэхэр къыхигъэхъуэн хузэфIэкIащ IутIыжым. Ар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, Борис гъуаплъэр, жэзыр къи­гъэIурыщIэу езыгъэса куржы IэщIагъэлIхэрщи, фIыщIэ яхузощI абыхэм. Ар япэрауэ. ЕтIуа­нэрауэ, модрей пэшым щытлъэгъуа шаржхэм, графикэ лэжьыгъэхэм Борис литературэм, щIэныгъэм хуэ­дэ дыдэу и псэм щыщ Iыхьэ хелъхьэ. Фи нэгу къыщIэв­гъэ­хьэт абы и гум и ина­гъыр!

    Уи узыншагъэр быдэу, лъэп­къыр бгъэгушхуэу, абы и гу­фIэгъуэ куэд плъагъуу, уэри уигъэгушхуэу,Тхьэм уи­

гъэпсэу, Борис! - жиIащ Мухьэмэд.

   Гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэгъэ­пэщынымкIэ щIэгъэ­къуэн къыхуэхъуахэм, псом хуэмыдэу КъБР-м Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ­хэмкIэ министерствэм, Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм, цIыху щхьэхуэхэм, ап­хуэ­дэуи абы и Iэдакъэ­щIэкI­хэм еплъыну къэкIуа псоми фIыщIэ яхуищIу адэкIэ зэIу­щIэм къыщыпсэлъащ IутIыж Борис.

   - Ярэби, мы ттха, тщIа тIэкIу­хэр зыгуэркIэ ди лъэпкъым сэбэп хуэхъун, адыгэр быдэу, лъэщу дунейм тетыну хуэфащэу жыдэзыгъэIэн гупсысэ къыхэкIыну пIэрэ жыт­Iэу гугъэ диIэщи, дыщымыуа­уэ Тхьэм  къыщIигъэкI, - жи­Iащ Борис. - ФIырэ гуфIэ­гъуэ­кIэ дызэхуэзэну си гуапэщ. Нобэ ину сывгъэгу­фIащи, Тхьэр  арэзы къыфхухъу.

   Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну, зэрыжытIащи, къызэхуэсат цIыху куэд дыдэ. Абыхэм яхэтт КъБР-м и Правительст­вэм и УнафэщI Губин Геннадий, абы и къуэдзэ Балъ­къыз Михаил, Президентым и Администрацэм и УнафэщI Шондыр Олег, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Щоджэн Ахьмэд, щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ спор­­тымкIэ министр Къардэн Мурат, Парламентым и депутатхэр, Иорданым щыпсэу адыгэхэм къахэкIа гупышхуэ, лъэпкъ интеллигенцэр.

   Мы Iуэхум кърихьэлIахэм дахэупщIыхьащ IутIыж Борис и IэдакъэщIэкIхэр къазэрыщыхъуам теухуауэ.

   ХьэIупэ ДжэбрэIил, композитор: Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр, ар зыгъэлъапIэр, абы и щхьэр езыгъэIэтыр, лъэп­къым псэ хэзылъхьэр­   Iу­тIыж Борис хуэдэхэрщ. ЛъэпкъылIщ, гупсысакIуэщ, ущиякIуэщ, тхакIуэщ, уса­кIуэщ, сурэтыщIщ, кIэщIу жыпIэмэ, адыгэм зезыгъэузэщIыжщ.

   Илъэс 65-рэ ныбжьыр лIы гъащIэкъым жаIэри, сэ сы­хуейт езы Борис зыщIэ­хъуэпсу мыбы сыхунэсарэт, мыбы си Iэр техуарэт жы­хуиIэр къехъулIэну. И гум и къуэпсымрэ и псэр щы­хъуап­сэмрэ зэщIыхьэу дунейм тетыну, нобэ дигъэ­лъагъу и IэдакъэщIэкIхэм хуэ­дэ дахэ куэд дяпэкIи ди пащхьэм кърилъхьэну сохъуэхъу. 

   Келды Сабрий, Сирием къикIыжу Налшык къыдэ­тIысхьэжахэм ящыщщ: Мы слъагъум куэд сигу къегъэ­кIыж. IутIыжым и Iэдакъэ­щIэкIхэм нэхъыбэу хэтлъагъуэ зэманым сыщымыпсэуами, си нэгу къыщIызогъэхьэ абы щыгъуэ ди лъэпкъым и фэм дэкIар. ИкIи, согугъэ, Борис хуэдэ дунейм щытеткIэ, абыхэм лъэпкъыр къагъэушыну. Пэжщ, илъэсипщI, илъэс тIощI пIалъэ е нэхъыбэ хуейщ ди лъэпкъым сэ жыхуэсIэ зыужьыныгъэм хуэдэ игъуэтыным. Ауэ дыгъэм и щIагъым Iэмал имыIэу лъэ теувапIэ дыщиIэн хуейщ дэ. Ар хьэкъ пщащI Борис и лэжьыгъэхэм.

   Абазэ Албэч, филологие щIэныгъэхэм я кандидат:  IутIыж Борис и гъэлъэгъуэныгъэ етIуанэу сыкърохьэлIэ сэ. Япэрейм иужькIэ нобэ сыкъэмыкIуэнкIэ Iэмал иIэ­тэкъым. Гъуаплъэмрэ жэзымрэ къыхищIыкIыу образ телъыджэхэр къызэ­ри­гъэщIыр сфIэгъэщIэгъуэ­ныщэщ. АпхуэдизкIэ сыди­хьэ­хащи, псалъэр сху­­-          ри­къуркъым.

   Борис адыгэпсэ зэрыIутыр къегъэлъагъуэ мы лэжьы­гъэхэм тхыдэ Iэужь иIэу, зыр зым къыпыувэу  зэрыщытым. Нарт эпосым деж къыще­жьэрэ ди зэманым къэсу композицэ дахэ иIэщ.

   Абы и мызакъуэу, езыр зэрыдраматургми ижь и Iэда­къэщIэкIхэм къазэры­щIихуам шэч хэлъкъым. АпхуэдизкIэ Борис гумызагъэщи, и пьесэхэм я декорацэр езым егъэ­хьэзырыж.

   КIэщIу жыпIэмэ, IутIыжыр нобэ нэгъуэщIынэкIэ къэс­лъэ­гъуащ, зэчий абрагъуэ зэ­ри­Iэр нэхъри хьэкъ сщы­хъуащ. 

   Теувэж СулътIан,  УФ-м щэн­­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ: IутIыж Борис сэрэ куэд щIауэ дызэроцIыху. Сэ абы куэд­рэ телевиденэмкIи, радиомкIи сытепсэлъыхьащ. Иджыри жысIэнуращи, Тхьэм зыгуэрым псори щрит къохъу. Мыбдеж нобэ щытлъагъухэм, сурэтхэм, гъуаплъэмрэ жэзымрэ къы­хэщIыкIахэм я закъуэкъым Борис зыхуэIэкIуэлъакIуэр, атIэ скульптури ещI. Иджыпсту зи гугъу сщIынур нэщ­­хъеягъуэщ, ауэ жызмыIэн слъэ­кIынукъым. Борис и сабий цIыкIу дунейм ехыжауэ щытащ. Абы мывэ джейм къы­хищIыкIри и кхъащхьэм зыгуэр тригъэуващи, Зэры­гъыж сыкIуауэ абы семыплъу сыкъыдэкIыжакъым. Сабий дунейм ехыжар гузэвэ­гъуэшхуэщ, ауэ зэчиишхуэ къэ­­зыгъэлъагъуэ лэжьы­гъэм узыIэпешэ.

   Сэ Борис и сурэтхэм щхьэ­кIэ куэд дыдэ схужыIэ­нукъым. Ауэ IутIыжым сэ и гугъу щыс­щIым и деж псом хуэмыдэу абы и зэчийр зэсхьэлIэр теат­рырщ. И усэхэри, и рас-  сказхэри сигу ирохь, ауэ абы бгъэдэлъ зэфIэкIым я щхьэу къысщыхъур абы и пьесэхэращ. IутIыжым и пьесэ куэд згъэуващ сэ. Я цIэ къисIуэну сыхуейщ “Тыргъэтауэ”, “Эдип” спектаклхэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэд сценэм щыдмыгъэуву къэнащ. АбыкIэ сэ театрыра-къым згъэкъуаншэр, си щхьэращ армыхъумэ. IутIы­жыр зи IэдакъэщIэкIхэри зи цIэри лъагэу Iэтыпхъэ цIыхущ.

   Шыбзыхъуэ Басир, УФ-м щIыхь зиIэ и артист: Зэры­жаIащи, IутIыжыр къызэрыт­цIыхуар и тхыгъэхэмкIэщ. Борис и псэлъэкIэр япэ дыдэу щызэхэсхаращ ди бзэм и бзэрэбзэкIэр, и къарур, и дахагъэр щызыхэсщIар. Ди анэдэлъхубзэр сэзыгъэцIыху­-жар Борисщ жысIэкIэ сыщыуэнукъым. Ар гъуаплъэм, жэзым зэрелэжьыр, зэрытхэр, шарж бэлыхьхэр, эпиграммэ дэгъуэхэр, нэгъуэщI­хэри зэрищIыр сэ сщIэрт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лэжьыгъэ IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ дызэ­рогъуэт.  Ауэ, мис, мыпхуэдиз IэрыкI иIэу си фIэщ хъунтэ­къым. Хуабжьу си гуапэ хъуащ IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ дызыщIа гъэлъэ­гъуэныгъэр къызэрызэрагъэпэщар. Ди нэхъыжьыфIыр Тхьэм куэдрэ ди япэ ири­гъэт.

   Нало Заур, тхакIуэ: Нобэрей махуэшхуэр адыгэ псоми ди махуэшхуэщ, дигъэ­лъа­пIэу, дэри дгъэлъапIэу. Борис адыгэ лъэпкъ псом дежкIэ мылъкушхуэщ, пщIэшхуэщ. Тхьэм Борис илъэс куэдкIэ тхуигъэлажьэ и акъылри и Iэри мыувыIэу.

   IутIыж Борис усакIуэш­хуэщ, прозаик бэлыхьщ, философщ, драматург хъарзынэщ, сурэтыщI Iэзэщ, цIыху дыщэщ.

   А псоми къадэкIуэу, цIыху­хэм, ахъшэ куэд зиIэхэм яже­с­Iэну сыхуейт: Борис и гъуазджэм фемыбакъуэу и Iэ­дакъэщIэкIхэр къэфщэху, фи унэм щIэвгъэувэ, фIэвдзэ. Абы и гъусэу дахагъэр, узын­­шагъэр къыщIыхьэнщ.

   Сэ си унафэ хэлътэмэ е мылъкушхуэ збгъэдэлъу ар схузэфIэкIынутэмэ, Борис и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ унэ дахэшхуэ сыухуэнт, цIыхухэр къакIуэрэ еплъыфу, я дэрэжэгъуэм хигъахъуэу щызгъэтын папщIэ.

   ХьэкIуащэ Андрей, филологие щIэныгъэхэм я доктор: Борис ищI сурэтхэр телъы­джэщ, хуабжьу гъэщIэ­гъуэнщ, лъэпкъым и щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэщ. Апхуэ­дэ зыщI ди лъэпкъым куэд хэткъым, Алыхьым хущIи­гъэхьэ, узыншагъэ Тхьэм кърит, дяпэкIи мыпхуэдэу­  куэдрэ, куэдрэ дигъэгу­фIэну си щхьэкIэ сыщогугъ.

   Дау Марьянэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я рескомым и унафэщI: Тхыдэм цIыху куэд ищIэжкъым зэчий зэмылIэужьыгъуэу зыбжанэ зым щыхэлъ. Абыхэм ящыщщ IутIыж Борис. Адыгэ лъэп­къыр дэни къыщацIыхун пап­щIэ ар хущIокъу дыдейр дунейпсо щэнхабзэмрэ гъуаз­джэмрэ зэрарипхыным. Борис зэчий лIэужьыгъуэу бгъэ­­дэлъым тепщIыхьмэ, абы бгъурыбгъэувэн диIэу сщIэркъым. Мыпхуэдэ цIыху зырызыхэхэр зыми щымы­щIэу гъэпсэун, гъэлэжьэн хуейт. ИужькIэкъым ар зи­щIысар къыщыдгу­рыIуэ­жыпхъэр, атIэ дунейм те­тыху­кIэщ. Ар зи къалэн псори дэIэпыкъун хуейщ  зэчий зыбгъэдэлъым зиузэ­щIы­ным, лъэпкъым къыхуигъэ­щIы­фыну дахагъэр и гумрэ и псэмрэ хуиту къыпкърыкIын папщIэ.

   Нобэ куэдым сригъэгупсысащ мы слъэгъуам. Апхуэ­дэ цIыхухэр диIэхукIэ ди насыпу, лъэпкъым зиужьыну аращ.

   Индрис Залымхъан, су­рэтыщI: IутIыж Борис зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ художникыу къэплъытэ хъунущ, абы хуе­джауэ диплом имыIэми. Абы къыдэкIуэуи жыIэпхъэщ цIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэр зэрихъумэфар, ар и лэжьы­гъэхэм зэрыхэплъагъуэр. Борис къыхиха лъагъуэмкIэ щымыуауэ, ехъулIэныгъэшхуэ зыIэригъэхьэфауэ къызо­лъытэри, нэхъри ефIэкIуэну си гуапэщ.

   Азокъуэ Мухьэмэд, Иорданым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщ, тхакIуэ: Президент хъуа Къанокъуэ Арсен дехъуэхъуну дыкъэкIуауэ махуищ лъандэрэ дыщыIэщи, тлъагъу псори дахэщ. Иджыри къэс хэкум сыкъызэры­мы­кIуар сигу къеуэжауэ сыгуитI-щхьитIщ. Тхьэм жи­Iэмэ, илъэс дызыхыхьэнуми сыкъэкIуэну, щIыналъэри цIыхухэри нэхъ зэзгъэ­цIыху­ну си мураду согъэзэж.

   Иджыпсту мы дызыхэт Iуэху­гъуэм теухуауэ жыпIэ­нумэ, куэду дахэщ, узыгъэгушхуэщ.

   Борис и щхьэгъусэ Абчарэ зыхуэдгъэзащ мыпхуэдизу цIыхум телъыджэ ящы­хъуам теухуауэ езым жиIэнур тфIэгъэщIэгъуэну.

   - И щIалэгъуэ дыдэм щы­щIэдзауэ Борис, зы дакъикъэ имыгъэкIуэд жыхуаIэм хуэдэу, е матхэ е гъуаплъэ щIеу­IукI. Ари гум хохьэ, фIэфIщ, фан­тазиер хурокъу.

   - Абчарэ, фи хъыджэ­бзип­лIымрэ щIалэмрэ яхэт я адэм и IэщIагъэм хуэдэкIэ зэчий зыдэплъагъу?

   - Псоми зыгуэр яхэлъщ сурэт щIынымкIэ, музыкэ еджапIэм щыдгъакIуэми къыджаIэу щытащ, ди фIэщу дыпылъмэ, уэрэджыIакIуэ, музыкант хъарзынэ къазэ­рыхэкIынур. Зэхъурджэуэну хуеймэ, усэм ар хуагъакIуэрэ абыкIэ зэпеуэу апхуэдэхэщ. Ауэ дэ зыри хэдгъэзыхьа­къым мобы хуеджэ, мобы ири­лажьэ жытIэу. Езыхэм зыхуей IэщIагъэр къыхахащ.

   Хьэщэ Иринэ, Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ: Илъэ-   ситху и пэкIэ тлъэгъуащ, ноби нэхъ бей, нэхъ дахэ ищIауэ ди пащхьэ кърилъхьа лэжьы­гъэ­хэр уи гур хэзы­гъа­хъуэщ. Сигу ирохь псори. Срогушхуэ адыгэм апхуэдэ къызэ­рытхэкIам.

   Щэуей Мидэ, егъэджакIуэ: IутIыж Борис и бзэр жану, и гушыIэр дахэу, и щIэныгъэр инут зэрысцIыхури, и IэщIагъэкIи бейуэ къыщIэ­кIащ. ГъащIэр фIыуэ уегъэ­лъагъу, абы и щэху куэдым гу лъыуегъатэ. Сеплъ пэтми зызгъэнщIкъым. Си гукъыдэжыр къаIэт ди цIыху цIэ­рыIуэхэм ятрищIыкIа сурэтхэмрэ абыхэм кIэщIитхэжа гушыIэхэмрэ.

   Щхьэлдыгъу Рухьи, Иорданым и Парламентым и депутат: Адыгэм и тхыдэмрэ Iуэ­рыIуатэмрэ бзэншэу къыуе­гъащIэ Борис. Нарт хъыбарыжьхэм я кIапэлъапэ гуэрхэр сигу илъщ, ди нэхъыжьхэм къыджаIэжу щытауэ, ауэ абыхэм ятеухуа сурэт сэ нобэщ япэ дыдэу щыслъагъур. Псори дахэщ, псори сигу ирохь.

   Дыду Фэрукъ, Иорданым щы­Iэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ: Мы слъагъу дахагъэм сызригъэгупсысар мыращ: хэкум исхэм фи Iуэхур фIымэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зев­гъэужьмэ - адыгэ псом фахуэлажьэу, лъэпкъым зев­гъэу­жьу аращ. Тхьэм солъэIу фи къэралри, цIыхухэри, мы ди щIыналъэ дахэри нэхъри ефIэкIуэну.

   Джэрыджэ Хьэсэн, хьэ­рычэтыщI: Борис щхьэ­кIэ зыгуэр къэппсэлъыну ­гугъущ, хужыпIэнум   зыри къи­мыкI хуэдэу къыпщохъу,  езым и зэфIэкIым елъытамэ. Мы тлъагъур умыгъэ­щIэ­гъуэн плъэкIыркъым. Нэ­гъуэщI зыри имыщIэми, мы зыр тхурикъунт Борис иридгъэлъэпIэну. IэщIагъэм хэхауэ зэрыхуемыджар къыхигъэщми, диплом зиIэми мыхэм ефIэкIын къыхуэ­гъэщIыну фIэщщIыгъуейщ. Уи гур хегъахъуэ мы пэшыш­хуэм щIэлъ псом зэ Iуплъэгъуэу укъыщыхэплъэкIэ. Си Iэпкъ­лъэпкъыр псынщIэ хъуауэ, си дэрэжэгъуэм хэхъуауэ сы­щIокIыж. Ауэ мыпхуэдиз цIыху щIэмыту хуиту сеп­лъын щхьэкIэ къытезгъэзэнурэ ­иджыри зэ дэтхэнэ зы лэжьы­гъэми гупсэхуу сеплъынущ.

   БакIуу Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор: IутIыж Борис аспиран­ту­рэм щеджэу Тбилиси щы­щыIам, чеканкэм пыщIа сурэтыщI бэлыхьхэр, Гурули Кобэрэ Очиаури Ираклийрэ, нэIуасэ къищIри, ахэр щылажьэм кIуэуэрэ я IэщIагъэри абы щхьэкIэ узыхуей Iэмэп­сымэри зыхуэдэнур зри­гъэщIащ. ЦIыхум и насыпщ  нэгъуэщI лъэпкъым хыхьэрэ я фIыр зэщIишэфмэ, къахихыфмэ. Къапщтэмэ, куржыхэр гъуаплъэм сурэт къыхэ­щIыкIынымкIэ Iэзэхэщ, а IэщIагъэр лIэщIыгъуэ куэд щIауэ абыхэм къадокIуэкI. Борис абыхэм къахиха Iэ­щIагъэм адыгэ гупсысэ щIилъхьащ, адыгэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ триухуащ. Лондон дэтщ Павел щихъым и собор, метри 111-рэ и лъагагъыу. Ар зыщIа архитектор Рейн Христофор соборым и курыкупсэм щы­щIалъхьэри и кхъащхьэми тратхэжащ: “ЦIыхухэ, си сын къэфлъыхъуэмэ, си хъуреягъыр къэфплъыхь”.

   Борис псэу щIыкIэ апхуэдэ фэеплъ зыхуищIыжащ, абы нэхъ насып сыт щыIэ! Зы цIы­хум мыпхуэдиз и Iэм къи­кIыну, и фэм дэкIыну уи нэгу къыпхущIэгъэхьэркъым.

   Тхьэм куэдрэ игъэпсэу, игъэузыншэ Борис. ГушыIэ хэлъщ, и лэжьыгъэхэр гуп­сы­сэкIэ гъэнщIащ. Срогушхуэ ар сызэриныбжьэгъум.

   Амщыкъуэ (Тэлъостэн) Хьэшим, Иорданым къикIа ди нэхъыжьыфI: СогуфIэ мы слъагъум щхьэкIэ. ГъащIэм и лъэныкъуэ гуэрхэмкIэ гуны­къуэгъуэ щыIэми, гъуаз­-   джэ, щэнхабзэ Iуэхухэм фи деж хуабжьу зыщиужьащ. Уригушхуэну дахэщ, нэхъ зызыужьа къэралхэм яIэм зыкIи къыкIэрыхуркъым, къапщтэмэ, адыгэ художникхэм я лэжьыгъэхэр. Сэ, зэрыт­ха­кIуэм, щIэныгъэлIым къинэ­мы­щIауэ, мыпхуэдэ IэщIагъи иIэу сщIэртэкъым, хуабжьу згъэщIэгъуащ мы слъагъур. Иджыри къытезгъэзэжу гупсэхуу сеплъыну си мурадщ.

   НэкIацIэ Владимир, “Хэку” ассоциацэм и унафэщI: IутIыж Борис зэрыадыгэлIым, нэ­- гъэ­сауэ напэ зэриIэм, цIыху­гъэ зэрыхэлъым дэ шэч къытетхьэртэкъым, ауэ нобэ ди­гъэлъэгъуам иужькIэ, Борис и ныбжьэгъуу укъилъытэмэ, уи насыпу зыббжыжын ­хуейуэ къысщохъу. Мыпхуэдэ махуэщ “лъэпкъым хуэлэ­жьэн” щIыжаIэр. Гъуэзэджэщ псори.

   ЦIыпIынэ Аслъэн, филологие щIэныгъэхэм я доктор: Сэ мыбы сыкъэпабгъэу сы­къыщIэкIуар си ныбжьэгъу, си шынэхъыжь, куэдрэ сызыдэлэжьа, унагъуэкIэ дызэ­кIэ­лъыкIуэу, шыгъу-пIастэ куэд зыдэсшх IутIыж Борис гуапэу и Iэр субыдыну, се­хъуэхъуну аращ.

   Борис и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ жыпIэмэ, адыгэ лъэп­къыр зэрызэфIэувэрэ къыдэгъуэгурыкIуа гупсысэ защIэщ мыбы и  сурэтхэм къахэщыр. Адыгэм и мэжусий диным къыщыщIэддзэнщи, адыгэм и нобэрей дуней еплъыкIэм щыщIэ­тIы­кIы­жауэ, Борис и лэжьыгъэхэм къахощ лъэпкъым къы­зэринэкIа гъуэгуанэр, абы плъапIэу иIар. IутIыжым дызыщIегъэгупсысыкIыж, ярэби, сыт тфIэкIуэдрэ, сытым гулъытэ хуэтщIыпхъэ жыт­Iэу. Тезгъэчыныхьу жызоIэри, мыпхуэдэ цIыху щэджащэ лъэпкъым къыт­хэкIыху ди насыпу, лъэп­къым и гъащIэм къыпищэу аращ.

   IутIыж Борис ипхъухэу Дадий, Лацэ, Лалуцэ сымэ ди лъэIу­кIэ къыджаIар мыращ.

   Дадий: Ди адэр зыхуэлажьэ и лъэпкъым мыпхуэдэу зэрызэхищIыкIым щхьэкIэ согуфIэ.

   Лацэ: Тхьэм куэдрэ тхуи­гъэпсэу ди адэр. ИкъукIэ ди гуапэщ цIыху куэд къри­хьэлIауэ мы Iуэхур зэре­кIуэкIыр. Папэ и лэжьыгъэхэм лъэпкъым и тхыдэр, и хабзэр, и гупсысэр къыхощ. Сэ зэрысщIэмкIэ, псом хуэмыдэу абы пэгъунэгъущ “Тыргъэтауэ” пьесэр зытеухуа цIыхубзым трищIыкIа теплъэгъуэр. Арагъэнщ ар IуплъапIэ дыдэм щIыфIилъ­хьари. Ауэ сэ си щхьэкIэ сфIэлъапIэщ папэ и сыт хуэдэ лэжьыгъэри. Нобэрей махуэм дегъэгуфIэ, дегъэгушхуэ.

   Лалуцэ: Дэ мы псом дыщIапIыкIащи, апхуэдэуи тфIэмыщIэщыгъуэжынкIи мэхъу, ауэ ди дежкIэ къызэ­рымыкIуэу гуапэщ ди адэм и лэжьыгъэр къазэ­рыгу­ры­Iуэр, абы пщIэ къызэрыхуа­щIыр. Ди гуапэщ псалъэ дахэ зэрызыхрагъэхар, фIыуэ къы­зэралъагъур зэрызых­ра­гъэщIар.

   Сэ къыздэлажьэхэм ящIэ папэ зэрыдраматургыр, зэ­рытхакIуэр, ауэ мыпхуэдэ IэщIагъэ зэриIэр абыхэм я дежкIэ щIэщ. СогуфIэ нобэрей махуэр си адэм дежкIэ гуа­пэщи.

   Дудар ФатIимэ, журналист: Илъэситху и пэкIэ слъэ­гъуат Борис и лэ­жьы­гъэ­хэр. Сэ абы щыгъуэм сыщылэжьа Печатым и Унэм пхъащIэу, унэлъэгулъэсу щылажьэхэм я деж  къы­щы­щIэдзауэ псори выставкэм  къызэрыкIуар гъэщIэгъуэн сщыхъуат. Абы къигъэлъа­гъуэр Борис цIыхугъэ хэлъу, пагагъ думылъагъуу, и гур зэIухауэ зэрыщытырщ. Ап­хуэ­дэ цIыхур фIыуэ ямы­лъагъункIэ Iэмал иIэкъым.

   Си щхьэкIэ Борис фIыщIэ щIыхуэсщIын нэгъуэщI щхьэусыгъуи дызолъагъу. Зи гугъу сщIыр япэми иджыри и выставкэм зэрыхигъэхьаращ и къуэш нэхъыжь Зырамыку, пхъэм зыгуэрхэр къыхэщIыкIынымкIэ Iэзэ дыдэу щытам, и IэрыкIыу къэнахэм щыщ.

   Борис сурэтыщI телъы­джэ къищIыкIынут, абы нэхъ пылъатэмэ. Ар щIыжысIэр драматург куэд зэрыщы­мыIэращ пьесэм хэтхэм я теплъэмрэ я дунеймрэ зыхуэдэр псалъэкIэ къритхэкIым къыщымынэу, ар сурэткIи уи­гъэлъагъуу. Борис и спек­так­лхэм щыджэгунухэм я щыгъыныр зыхуэдэнури декорацэри езым зэры­фIэ­къабылу ещI. Ар къы­зэры­мыкIуэу гъэщIэгъуэнщ. Сэ пщIэшхуэ хузощI Борис. Тхьэм куэдрэ игъэпсэу, игъэ­лажьэ.

   Тхьэмокъуэ Женя, филологие щIэныгъэхэм я кандидат: Борис ди пащхьэм кърилъхьам и дахагъэм си гъын къигъэкIуащ. Къытезгъэзэжурэ соплъ, зыщыз­мыгъэнщIу. Дэнэ къыздисхынур псалъэ си гум илъыр кърисIуэтэну?! Борис и зэ­фIэ­кIым изогъапщэри, хъум­пIэцIэджым хуэдэу фIэкI къысхуэлъагъукъым си лэжьыгъэр. Тхуэпсэуну, мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ куэд и къару къихьыну со­хъуэхъу. Лъэпкъым хуищIэм щхьэкIэ Тхьэм гъуэгу кърит, и гъуэгур кIыхьыну Тхьэм жиIэ.

   Гъут Iэдэм, филологие щIэныгъэхэм я доктор: Борис жэзым щIиIукIа сурэтхэм ящыщ  дэтхэнэми хъыбар щхьэхуэ тежыпIыхьы­фы­-нущ. Псалъэм папщIэ, мы дызыбгъэдэт “Жанкъыдэш” теплъэм дигу къигъэкIыжыр апхуэдэ къафэ зэрыщыIарщ. Абы и макъамэри дахэ дыдэщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъу­­нумкIэ, хьэщIэу къэкIуа, е и дахагъкIэ, и нэмыскIэ пщIэ зыхуащI пщащэр утыку къызэрырашэ къафэ лъапIэу щытагъэнущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэманым дэкIуэ­дахэм ящыщу къыщIэкIынущ ар.

   Мы лэжьыгъэхэм яхэт­къым Борис и псэр зыхимылъхьа. Си гурыфI къикIа­уэ, игъащIэм мы щIылъэм къимыхьа гуп мыбы къы­щIэсшэу теплъэгъуэ къэс лъабжьэ хуэхъуа хъыбарыр яхуэсIуэтарэт жысIэу со­хъуапсэ.

 

   Гъут Iэдэм зи гугъу ищIыр къывгурыIуэн, зыхэфщIэн папщIэ ауэ сытми къыфхуед­бжэ­кIынти теплъэгъуэхэм фIищар: “ГъащIэ”, “Гъатхэ”, “ЩIалэгъуэ”, “Вагъуэбэ жэщ”, “Къазбэчрэ Былэрэ”, “Уэрд­эщыкъуэрэ Зулийрэ”, “Ныбжьэгъухэр”, “Унагъуэ”, “Сосрыкъуэ”, “Тыргъэтауэ”, “ХьэтIэхъущокъуэ Къазий”, “Щыблэ”, “Мэзгуащэ” - дэтхэнэми хэлъщ узыIэпызышэ, цIыхум, лъэпкъым и тхыдэм пщIэ хуозыгъэщI, гукъэ­кIыж­хэр къыпхуэзышэж, гъащIэр фIыуэ уэзыгъэ­лъагъу, мы дунеижьыр щIэ­щыгъуэ къыпщызыщI, Iу­тIыж Борис и тхыгъэхэм щыщ уи нэгу къыщIэ­зыгъэувэж.

 

ШИРДИЙ Маринэ,

ИСТЕПАН Залинэ.

Псалъэзэблэдз

   ЕкIуэкIыу: 3. КъардэнгъущI Зырамыку и “Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ” пьесэм хэт цIыхубз. 8. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэу щыта. 9. Щомахуэ Амырхъан и тхылъ. 10. Къэ­уат. 11. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал музыкэ театрым и уэрэ­джыIакIуэ. 12. Къуаргъ лъэпкъхэм ящыщ къуалэбзу. 14. Тхьэвым кIэртIоф, кхъуей лъалъэ хуэдэхэр дэлъу ягъэ­хьэзыр адыгэ шхыныгъуэ. 15. Къамыл щабэм пкъыгъуэхэр къыхэщIыкIыныр зи IэщIагъэ. 22. Адыгэхэм къагъэхъуа шы къабзэ. 23. Тыркум къулы­къушхуэ щызыIыгъа адыгэ генерал. 24. Къаруушхуэ зыхэлъ цIыху; бланэ. 27. Азием щыIэ къэрал. 28. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и “Софят и гъатхэ” повестым хэт адыгэ цIыхубз. 32. Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и артисткэ, Щоджэн­цIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ. 33. ... бзаджэ пщIыгъуу мыщэм уемыбэн. 34. МыхъумыщIагъэ куэд зрапх жин, бзаджэ. 39. КIэщт Мухьэз и тхылъ. 42. Щынэм и фэм къыхащIыкI адыгэ пыIэ. 43. ИлъэсиплI зи ныбжь хакIуэ. 44. Адыгэхэр Дамаск зэреджэ. 45. Цы кIыр зытет мэлыфэ гъэтэджа. 46. Купкъ зэрылъ пхъэщ­хьэмыщхьэ. 47. Бзухэр ягъэщтэн папщIэ цIыху теплъэ иIэу хадэм ирагъэувэ гуащэ. 48. Адыгэ уэрэдыжь.

   Къехыу: 1. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Щоджэн­цIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэу щыта. 2. Ацкъан Руслан и новеллэ. 4. Адыгэ драматург цIэрыIуэ. 5. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Щоджэн­цIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэу щыта. 6. Зэпы­лъитI зэпызыщIэ. 7. КъБР-м щежэх псы. 13. Ар уи куэдмэ, жэнэтым упыкIащ. 16. IутIыж Борис и “Шамхьун и фызышэ” пьесэм хэт цIыхубз. 17. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI. 18. Акъсырэ Залымхъан и “Дахэнагъуэ” пьесэм хэт лIыхъужь. 19. Адыгэ лъэпкъым къыхэ­кIауэ дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI. 20. Псы къызыдэж къуэ, бгы зэхуаку. 21. Кхъуей щыхахкIэ къыщIэж псы. 25. Адыгэхэм насыпым и дамыгъэу къалъытэ хьэпшып (шым ирахьэлIэу). 26. Япэхэм адыгэхэм щIыфэ уз зиIэ сыма­джэхэм щIагъауэу зэрахьэу щыта, мэ гуакIуэ зиIэ сагъыз. 29. Iэщым фIыуэ яшх, хущ­хъуэгъуэу къагъэсэбэп удз лIэу­жьыгъуэ. 30. Къэгупсыса лIыхъужьхэмрэ къэхъукъа­щIэ­хэмрэ ятеухуа хъыбар. 31. ... зэуар аркъэным щощтэ. 35. Гъэм и зэман. 36. Къуэм и бын. 37. Къру лъэпкъхэм ящыщу губгъуэ джэдкъаз лъатэ. 38. Шей къызыщIагъэвыкI, хущхъуэу къагъэсэбэп, мэ гуакIуэ къызыпих удз лIэужьыгъуэ. 40. Хабзэм тет, къезэгъ, мы­хъу­мыщIагъэ зыхэмылъ. 41. Гъэм и зэман.

 

Зэхэзылъхьар

Уэрыш Нурхьэлийщ.

 

Сабийхэм жа1э

Плъагъукъэ зэрымылIар?

 

   - Мы ауан тхылъыр щэху, удыхьэшхыурэ улIэнщ, - жиIащ тхылъ зыщэ цIыхуб­зым.

   - Уэ уеджа? - щIэупщIащ щэхуакIуэр.

   - Ар сыт упщIэ! - жиIащ адэкIэ щыт щIалэ цIыкIум.  - Плъагъукъэ зэрымы­лIар...

 

ЕпщIанэр лейт

 

   ЕджапIэм иджыри мы­кIуэ Идар цIыкIу щIоуп­щIэ:

   - Мамэ, тIум блы хэплъ­хьэмэ, дапщэ хъуну?

   - Къэбж Iэпхъуамбэхэм­кIэ. Аращ ахэр къыщIыуи­тар.

   Къибжа нэужь жиIащ:

   - Iэпхъуамбибгъур щIы­зи­Iэр иджы къызгуры­Iуащ, сы­мыщIэр епщIанэм и къалэнращ.

 

Iуданэм

илъагъукъым

 

   Данэ Iуданэр мастэнэм хуфIэутэкъым.

   - Уэздыгъэр пыгъанэт, - елъэIуащ ар анэшхуэм.

   - Махуэм уэздыгъэкIэ сыт пщIэнур? Мастэнэр умы­лъагъуу ара?

   - Сэ слъагъу щхьэкIэ Iуда­нэм илъагъукъым.

 

Уэ пшха?

 

   - ТIотIэ, тыкуэным хьэл­джей (булкэ) IэфI дыдэ къашащ, - жреIэ и ныбжьэгъум Инал цIыкIу.

   - Уэ пшха?

   - Хьэуэ, ар Идар зэришхыр слъэгъуащ.

 

Жейм сыхэту

 

ЕгъэджакIуэм: - Былэ цIыкIу, фIэхъус къыщIы­зу­­мыхыр сыт?

ЕджакIуэм: - Сыжейуэ сынопщIыхьри, ныжэбэ уэсхагъэххэщ

 

ссылки

хъыбархэр

сурэт

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]