ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

Лъэпкъым и шхэпс

   Адыгэ хабзэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зыщIэзыIыгъэ Iуэху­гъуэшхуэ дыдэу къогъуэгурыкIуэ.

   Гу зылъытапхъэщ Адыгэ хабзэм ижь щIихуауэ, ­«адыгэ» жыхуиIэ псалъэр гъусэ яхуэ­хъуауэ жыIэгъуэ куэд ди бзэм зэрыхэтым: Адыгэ нэмыс, Адыгэ напэ, Адыгэ псалъэ, Адыгэ унэ, Адыгэ фащэ, Адыгэ шхыныгъуэ, Адыгэ укIытэ,Адыгэш, н.къ.

   Адыгэ унэм къикIыр зыщIэс хъу псэупIэ къудейкъым, атIэ а унэм гуапагъэ, цIыхугъэ, хьэщIагъэшхуэ зэрыщыбгъуэтынурщ.

   Адыгэ напэ жиIэмэ, ар зей цIыхум и теплъэ закъуэракъым къикIыр, атIэ и напэр къабзэу, хабзэншагъэмрэ нэ­мы­сыншагъэмрэ имыу­цIэ­пIауэ зехьэнырщ.

   Адыгэ фащэм къикIыр уи щIыфэ щIэзыхъумэ къудейркъым, атIэ дахагъэщ, уардагъэщ, бжьыфIагъэщ, ар зыщыгъыр адыгэ нэсу щы­тын­ращ, а фащэм и напэ тримыхынращ.

   АдыгэлIыр - пэжыгъэщ, лIыгъэщ, захуагъэщ, къэмыланджэщ, зи псалъэ тебгъуэ­тэж нэмысыфIэщ, хьэлэлщ, гущIэгъулыщ.

   Адыгэ бзылъхугъэр нэхъ лъапIэжу яхэтщ а жыIэ­гъуэхэм. Ар лъэпкъ нэмыс зехьэ нэхъыщхьэщ, анэ гукъинэщ, шыпхъу лъагъу­гъуа­фIэ гумащIэщ, щхьэгъусэ псэ гъэтыншщ, лъэпкъ къуэпсыр зыукъуэдийщ, адыгэ жьэгур, анэдэлъхубзэр зыхъумэщ, зи сурэт дахэр дунейм щызэлъащIыса, телъыджэ ящыхъуа псэущхьэ къабзэщ, и теплъэ бжьыфIагъэм, и гъэсэныгъэшхуэм, и акъыл жаным, и щэн-дахэм, и IэщIагъэ зэрагъэлъагъуэм и пщIэ лъагэр къыхуихьыжа­уэ.

    Ди хабзэмкIэ унафэр цIыхухъум IэщIэлъ­ми, зэчэнджэщыныр уна­гъуэм и лъабжьэ быдэу щытыпхъэщ. Абы щыгъуэми, цIыху­хъу Iуэхури бзылъхугъэ Iуэхури IупщIу гъэнэхуауэ.

   ЦIыхубзым и мастэ-Iуда­нэм, и лэгъупыIэмпIэм, нэ­гъуэщI цIыхубз пщэрылъхэм цIыхухъум и Iуэху ма­хуэ къэс хилъхьэмэ, модрейри лIым и къалэнхэм хэIэбэу щIидзэмэ, абы щыгъуэм зэгурыIуэм упыкIащ.

   Унагъуэм деж адэр сабийхэм сыткIи я щапхъэу ямы­гъэу­выфмэ, быным зэхахыу хьэргъэшыргъэ хэтмэ, хуабжьу гугъущ а унагъуэм сабий гъэса щупIыныр.

   МылъкукIэ зэмыгъэпэщами, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, цIыху къыкIэлъыкIуэмэ хуэ­гу­фIэу, езыхэм яIэмкIэ хуэныкъуэхэм ядэгуэшэфу псэу унагъуэхэрщ бын узыншэрэ лъэпкъым щIэгъэкъуэн хуэхъу­нрэ къызэрыхъукIыр. Унагъуэр зэпэщмэ, лъэпкъми къэкIуэн иIэщ.

   Нобэрей ди цIыхубзхэр куэдкIэ къащхьэщокI пасэм хамэ тхакIуэ-усакIуэхэр зы­­-хуэ­усахэм. ЗэманыфI щIащ ахэр пщIантIэм къыдэкIыу щIэ­ны­гъэм, IэщIагъэм и ­гъуэгу ­мы­тыншым зэрыте­хьэ­рэ. Иджы IэнатIэшхуэм ираку, уна­­гъуэ псор езыхэм я зэ­фIэкIкIэ щаIыгъри ма­щIэ­къым. Бзылъхугъэм и хуи­тын­ыгъэр иджы зыкIи къы­кIэ­рыхуркъым лIым ейм, уеб­лэмэ къэралым нэхъ къехъумэ.

   Арауэ щытми, адыгэ хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ уна­гъуэхэм ноби къонэжыр зэщхьэгъусэхэм я зэхущытыкIэ дахэхэр, лъэпкъми къэралми я къэкIуэнум и лъабжьэ нэ­хъыщхьэхэр.

   ЕмыкIут мафIэм упэры­уэну, бзу абгъуэм уиIэбэну, пцIащхъуэ, бзу къэбукIыну;

   зыгуэрым уигъэгуфIамэ, абы гуфIапщIэ иумытыну;

    хъыджэбз цIыкIухэр лъэбакъуэхъуу увыну е тIысыну;

     сабийм и мыхьэпшып иIы­гъыу плъэгъуамэ, ар къыз­дри­хамкIэ уемыупщIыну, унэм къыщIумыгъэхьэу зейм хуумыгъэхьыжыну. Ар сэбэпышхуэ хъурт ныбжьыщIэм пцIы имыупсу, мыдыгъуэу, жиIэр игъэзэщIэжу есэнымкIэ.

   Хамэ сабий щыIэтэкъым. ЩIэблэр гъэсэныр зэрыхьэблэу, зэрыжылэу я зэхуэдэ пщэ­рылът.

   ХьэщIэр щысу хэгъэрейхэр езыхэм я Iуэху тепсэ­лъыхьыну, зыгуэркIэ хьэ­щIэм едэуэну емыкIут. Ар унагъуэм исыху и щы­гъыным кIэ­лъып­­лъыныр хабзэт.

   хьэщIэ Iэнэм хэгъэрейм и нэIэ тригъэт зэпытт, хьэщIэр мыукIытэу зэрышхэным пылъу, езыр мымэжалIэми, шха къудейуэ къыхуэзами, хьэщIэм и пэ шхэн щигъэтыжыртэкъым.

ТОХЪУТЭМЫЩ Ланэ.

Жэбагъы и чэнджэщ

   ЩIалэжь гуэрым мурад ищIащ фыз къишэну. Ауэ  къишэн и пэкIэ ечэн­джэщыну Жэбагъы деж кIуащ. КIуэри жриIащ:

   - Уэ къомычэнджэщ хэкум искъым. Сэри Iуэху гуэр къес­хьэ­жьэну мурад сщIати, сы­къыпхуэкIуащ сыноупщIыну.

   - Сыт Iуэхут епхьэжьэнур?

   - Фыз къэсшэнут.

   - НтIэ, къашэ. Уи ныбжьыр фIэмыкIамэ, нэсащ.

   - Къэсшэнур сщIэркъым, - жиIащ щIалэжьым.

    - Ар дауэ хъунт?

   - Уэлэхьи, пэжмэ, сымыщIэ. Уи деж сыкъыщIэкIуари арат сыноупщIыну.

   - КъызэупщI.

   - ЗилI лIа фыз къасшэмэ, дауэ хъуну? - щIэупщIащ щIалэжьыр.

   - Зэрыхуей хъунщ, - жиIащ Жэбагъы.

   - КърагъэкIыжа къасшэмэ-щэ?

   - Узыхуэмей хъунщ.

   - Хъыджэбз дэс къасшэмэ-щэ?

   - Узэрыхуейщ, - жиIащ Жэбагъы, «узэрыхуей хъунщ» къригъэкIыу.

 

Хабзэм къемык1ухэр

Уи Хэку, уи лъэпкъ уеп­цIы­­жыныр.

Уи лъэпкъ, уи Хэку ухуэмылэжьэныр.

Уи лъэпкъ, уи Хэку я тхыдэ умыщIэныр.

Уи лъэпкъ, уи лъахэ бубыныр.

Уи нэхъыжь и пщIэ бгъэпудыныр.

Нэхъыжь и лъэIу умы­гъэ­зэ­щIэныр.

Нэхъыжь и гъуэгу зэ­­­­пы­­­­бупщIыныр, абы и

пащхьэ ущытIысыныр.

Жьы хъуахэр дэIэпы­къуэ­гъуншэ пщIыныр.

Уи анэ и жагъуэ пщIы­ныр, уи адэ уемыдэIуэ­ныр.

Къыбдалъхуахэм уахуэ­гущIы­Iэныр.

ЕрыскъыкIэ убыдэныр.

Ерыскъыр Iумпэм  пщIы­­ныр.

Уэрамым утету зыгуэр пшхыныр, сагъыз бгъэ­ныщкIуныр.

 

Жыпхъэ тк1ий

   Дэтхэнэ къэралми и къежьапIэу щытыр уна­гъуэрщ. Пэжщ, зэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зэхуэдэкъым жыхуаIэращи, унагъуэ къэси, абы ис цIыхухэми езыхэм я зэхущытыкIэ, езыхэр зытет хабзэ гуэрхэри яIэжщ.

   Адыгэ зэхэтыкIэм, адыгэ хабзэм увыпIэ ин щиIыгъщ бзылъхугъэмрэ цIыхухъумрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэм. ЖыпIэ хъунущ ар адыгэ гъащIэм, псэукIэм я нэхъ купщIафIэ дыдэхэм ящыщ зыуэ, адыгэ хабзэхэр нэсу къыб­гурыIуэн папщIэ апхуэдэ зэху­щы­ты­кIэм и щэху псори пщIэн хуейуэ.

   Псалъэм папщIэ, адыгэ хабзэм дэтхэнэ зыми и пащхьэ иригъэувэу, псом япэ ири­гъэщу щытщ нэ­­хъыжьым пщIэ хуэщIыныр, абы и жыIэ гъэ­­­­­­­зэ­щIэныр, и лъэIу гулъытэншэу къэмыгъэнэныр.

   Адыгэ унагъуэм унафэр щызыIыгъыр цIыхухъу нэхъыжьырщ, адэрщ е адэшхуэрщ. Адыгэ бзылъхугъэм пыIэ зыщхьэрыгъым сыт щыгъуи пщIэ лей хуищIырт. Уеблэмэ ар сабийуэ щытми. Ауэ бзылъхугъэм хуэбзаджэ, абы и Iэ къыхуэзыIэт цIыхухъум фэ ирап­лъыр­тэкъым, Iумпэм ящIырт. Гугъу ехьым дэмыIэпыкъуа цIыхухъур езы бзылъхугъэм хуэдэу ялъытэрт, лIы ныкъуэу ябжырт.

   Бзылъхугъэмрэ цIыхухъумрэ я зэху­щытыкIэхэр нэгъэсауэ жыпхъэ ткIийм итт. ЗэщхьэгъуситIыр щызэрылъагъур я лэгъунэ щекIуэлIэжам дежт. Махуэу пщIантIэм щызэIууамэ, я щхьэхэр ирагухырти, псын­щIэу зэблэкIт. Къуэм и щхьэгъусэм и гугъу IейкIи фIыкIи къэзылъхуахэм яхуи­щIыр­тэкъым.

 

Къуэк1ып1э къэралхэм заужь

   ООН-м и IэщIагъэлIхэм зэры­хуа­гъэфащэмкIэ, 2025 гъэм ири­хьэ­лIэу ЩIым щыпсэунущ: Азием­ (СССР-у щытам ис цIыхухэр хэмыту) - цIыху меларди 4-рэ мелуан 900-рэ.

   Африкэм - зы мелардрэ мел­уан 588-рэ.

   Америкэ Ипщэм - мелуан 702-рэ.

   Европэм - мелуан 542-рэ.

   Америкэ Ищхъэрэм - мелуан 361-рэ.

   Австралиемрэ Океаниемрэ - мелуан 41-рэ.

  ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, къыт­пэщыт илъэс щэ ныкъуэм къриубыдэу Индиер Китайм япэ ищынущ и цIыху бжы­гъэмкIэ. Ещанэ увыпIэр Пакистаным иубыдынущ. Куэд­кIэ хэхъуэнущ Нигериемрэ Индонезиемрэ щыпсэухэм я бжы­гъэми.

 

Нартсанэ къыщыщ1адзэ

     Урысей Федерацэм футболымкIэ премьер-лигэм хэт командэхэм ящыщу 2006 гъэм екIуэкIыну зэхьэ­зэхуэм Налшык и «Спартакым» псом япэ зыхуигъэхьэзырын щIидзащ. Мэремым щыIа гуфIэгъуэ пшыхьым къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым ди щIалэхэр Нартсанэ (Кисловодск) кIуащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэ­ми налшыкдэсхэм нэхъыбэу зыщыхуагъэхьэзырар мы щIыпIэращ икIи ар яхуэугъурлащ.

   Ди «Спартакым» хэту Нартсанэ кIуащ футболист 25-рэ, абы и ныкъуэр командэм хэзэгъэнрэ хэмызэгъэнрэ кIэлъыплъыну аращ. Абыхэм яхэтщ Налшык ехъулIэныгъэ иIэу илъэситI и пэкIэ щыджэгуа, иджы Хабаровск и «СКА-Энергием» хэт ХъуакIуэр, Мэ­хъэчкъалэ и «Динамом» къраш Садировымрэ Сердюковымрэ, «Краснодар-2000»-м и гъуащхьэтет Агаповыр, Тольятти и «Ладэм» и гъуащхьауэ Зангареевыр.

   МащIэкъым нэгъуэщI къэралхэм кърашахэри. Къапщтэмэ, апхуэдэхэщ Гогуа (Грузие), Варбанов (Болгарие), Булгурурэ Куковейрэ (Молдавие), Селимович (Словение), Перич (Сербиерэ Черногориерэ), Фрунзе (Румыние), Нефедов (Украинэ). Абыхэм ящыщу нэхъ ди цIыхугъэр мы гъэм «Химким» хэта Гогуащ.

   Дауэ щытми, зи цIэ къитIуа дэтхэнэ зыми Налшык и «Спартакым» етIанэгъэ сэбэп хуэхъуфыну зыкъи­гъэлъэгъуэн хуейщ. Абыхэм я зэфIэкIыр здынэсыр зыкъомкIэ наIуэ ящIыфынущ дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ налшыкдэсхэм Псыхуабэ и «Мэшыкъуэмрэ» Грознэ и «Тэрчымрэ» драгъэкIуэкIыну зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм.

   ЗыкIэлъыплъыну къашахэр зыхэтыну командэр ягъэлъэщыну Нартсанэ кIуахэщ Чихрадзе Александр, Заруцкий Александр, Къудей Леонид, Битокъу Тимур, Мэшыкъуэ Аслъэн, ДзыхьмыщI Марат, Хьэбылэ Аслъэн, Къуныжь Анзор, Мостовой Руслан, Скворцов Анатолий, Сиукаев Гамлет, Ксанаев Марат сымэ.

   Налшык и «Спартакыр» Нартсанэ щыIэнущ мы ­илъэсыр иухыхукIэ. ИлъэсыщIэр я унагъуэхэм я гъусэу кърагъэхьа и ужькIэ щIалэхэр аргуэру зэхуэсыжынурэ зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыным пащэнущ.

Жыласэ Заур.

 

Къуэкъуей Мухьэмэд ухуак1уэхэр егъэлъап1э

    Къуэкъуей Мухьэмэд ди республикэм фIыуэ къыщацIыху IэщIагъэлIщ. «Къэббалъкъагропромстрой» акционер обществэм и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, экономикэ щIэ­ныгъэхэм я кандидат Къуэкъуейр тхэнми хуэIэ­кIуэ­лъакIуэщ.

   Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди республикэм и ухуа­кIуэхэм я IуэхущIафэхэм, абыхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм, хэкIы­пIэхэм теухуауэ тхылъ зыбжанэ.

   Псом хуэмыдэу Мухьэмэд нэхъ къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ Налшык дэт «Полиграфсервис и Т» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIа тхылъищыр, ди щIыналъэм щекIуэкIа ухуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, абыхэм  «псэ» яхэзылъхьа унафэщI, IэщIагъэлI куэдым я IэужьыфIхэр IупщIу къыщыгъэ­лъэгъуар.

   Къуэкъуейм и япэрей тхылъыр зытепсэлъыхьыр УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэхэмрэ архитекторхэмрэщ. Мыбы щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ ещI Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Алмэ Алий, архитектор цIэрыIуэхэу Чурилов Виктор, Манучаров Евгений, ухуакIуэ гъуэзэджэхэу Жылэ­гъащтэ Хьэчим, Бакъ ФIыцIэ, Дэхъу Нэщрэдин, Щоджэн СулътIан, Болий Зураб, Индрокъуэ Башир, Нэгъуей Вячеслав, нэгъуэщI куэдхэми яIа зэфIэкIым, яхэлъа зэчийм, псэемыблэжагъым.

   ЕтIуанэ тхылъым ихуащ ди республикэм щIыхь зиIэ и ухуа­кIуэхэу, архитекторхэу 170-м нэблагъэм ятеухуа очеркхэр - IэщIагъэлI гъуэзэджэхэм я гъащIэр, Iуэху бгъэдэтыкIэр, хьэл-щэнхэр ди нэгум къыщIэзыгъэувэхэр.

   Ещанэрей тхылъыр нэхъ зытеухуар ухуэныгъэ къудейркъым, цIыхубэ хозяйствэм и IэнатIэ гугъу дыдэхэм щапхъэфI къы­щызыгъэлъагъуэу, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхушхуэхэр зэ­фIэзыхыфу, коллективхэр ехъулIэныгъэм хуэзышэфу къэ­гъуэгурыкIуа унафэщIхэрщ, щытхъуфI зиIа гъэсакIуэ, узэщIакIуэ гъуэзэджэхэрщ.

   Мы тхылъищыр къэплъытэ хъунущ ди республикэм и тхыдэм, и цIыху пэрытхэм ятеухуа литературэм и Iыхьэ нэ­хъыфI­хэм ящыщу.

Шэджэмокъуэ Мурадин.

 

ссылки

хъыбархэр

сурэт

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]