|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм щIышылэм и 20 |
|||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
АРХИВЫР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||
Лъэпкъ проектым зеукъуэдий. Иджыблагъэ Москва щекIуэкIащ УФ-м хыхьэ субъектхэм ЕгъэджэныгъэмкIэ я министерствэхэм я унафэщIхэм я Урысейпсо зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ “Егъэджэныгъэ” лъэпкъ проектым къигъэув Iуэхугъуэхэр гъащIэм хэпща зэрыхъунум. ЗэIущIэр зэрекIуэкIамрэ абы къыщащта унафэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ а зэхуэсым хэта, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Щоджэн Ахьмэд. - Ахьмэд, иужьрей мазитI-щым жылагъуэр жыджэру топсэлъыхь къэралым и Iэтащхьэ Путин Владимир бжьыхьэпэм къыхилъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэм. Абыхэм ящыщ зыуэ щыт “Егъэджэныгъэ” проектым и къалэн нэхъыщхьэхэр сыт хуэдэ? подробнее → |
|
||||||||||||
|
|||||||||||||
Пащ1э Бэчмырзэ и щ1ап1эжьымПащIэ Бэчмырзэ къыщалъхуа махуэм, щIышылэм и 18-м, КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Тут Заур Нартан жылэжьым кIуащ, усакIуэм, уэрэдусым, философ гъуэзэджэм и музейм еплъын папщIэ. подробнее → |
|||||||||||||
|
|||||||||||||
Ещанэ зэгухьэныгъэ Аргуэру псалъэмакъ УнафэщIыр хахыфыну? Судыр ирагъэжьэж подробнее → |
|
||||||||||||
«Акъыл жан» Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №11-м сабийхэм я зэхэщIыкIым зезыгъэужь классщIыб лэжьыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI. Ауэ нэхъ жыджэру апхуэдэ зэIущIэхэр къызэзыгъэпэщыр адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэрщ. подробнее → |
|||||||||||||
Хьэлэлыр Тхьэм и щ1асэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр икъукIэ дахуэарэзыщ гугъуехь инхэм дыщыхэт лъэхъэнэм къыткъуэува, мылъкукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуа коллективхэм я унафэщIхэм. Си гуапэу я цIэхэр къисIуэну сыхуейщ а коллективхэм: “Къэббалъкъгаз” ОАО-р, Прохладнэ дэт “Хасми” ООО-р, Налшык щыIэ “РегионДорСервис” ЗАО-р, Прохладнэ дэт чырбыш-кхъуэщын заводыр, КъБР-м и къэрал предприятэу “Автомобиль гъуэгухэм якIэлъыплъынымрэ зэгъэпэщыжынымкIэ управленэ” зи фIэщыгъэр, Прохладнэ щыIэ “Арсадак” ООО-р, “Кавказкабель” ЗАО-р, “ДСУ-1” ОАО-р, ПсыкIэху къуажэм дэт “Карат” фирмэр, “Мадифарм” сату унэ ООО-р, “Къэббалъкълъэмыжухуэ” ЗАО-р, “Тэрчалмаз” ОАО-р, “Бикар-К” ЗАО-р, “Кросервис-Баксан” ООО-р, Аруан ДРСУ-р, “Эрпак” ЗАО-р, “Компания “Вольфрам” ЗАО-р, “Кристалл” ОАО-р. Псым егъэункIыфI мафIэсыр. Ещхьыркъабзэу псапащIэ IуэхуфIхэм ягъэужьых Тхьэм и губжьыр. Алыхьу тэхьэлам и щIасэщ хьэлэлхэр, зи мылъкум емыблэжхэр, псапэ зыпылъ IуэхуфIхэр зылэжьыфхэр. Тхьэм долъэIу зи гугъу тщIа коллективхэм я унафэщIхэм, лэжьакIуэхэм я зэфIэкIыр, мылъкур, хъерыр бэгъуэну, я мурад дахэхэри къайхъулIэну! ПщыхьэщIэ Iэнас, КъБР-м и муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI. |
|||||||||||||
Ныбжьыщ1эхэм Я зэхьэзэхуэ Дзюдо
«Гладиатор» спорт клубым и нэIэ щIэту иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ дзюдомкIэ ныбжьыщIэхэм я республикэ зэхьэзэхуэ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Мэкъуауэ Азэмэт, Басриев Тимур, Шэшэн Мурат, Мэремыкъуэ Азэмэт, ГъукIапщэ Самир, ХьэпцIэ Артур, Къуэшрокъуэ Эдуард, Сэлихь Мухьэмэд сымэ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ Урысей Ипщэм и ныбжьыщIэхэм я зэпеуэу мазаем Мейкъуапэ щекIуэкIынум. Алыдж-урым бэнэкIэ 1992 - 1994 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм я республикэ зэхьэзэхуэ мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ. Япэ увыпIэхэр къахьащ Хьэжмэт Ахьмэд (кг 29-рэ), КIыщ Марат (кг 35-рэ), Адыгэунэ Къаирбэч (кг 41-рэ), МэшылI Мурадин (кг 47-рэ), Болэ Аскэрхъан (кг 54-рэ), Абазэ Астемыр (кг 64-рэ), Будаев Азэмэт (кг 75-рэ) сымэ. ИСЛЪАМ Алий |
|||||||||||||
|
|||||||||||||
ссылки |
хъыбархэр |
сурэт |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||
|