|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ» |
|||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
АРХИВЫР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||
Адыгейм и дахагъыр Европэм щалъагъу Мейкъуапэ. Германием, апхуэдэуи Европэ зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм ящыщ зыбжанэм я цIыхухэм иджыблагъэ теле-виденэмкIэ ялъэгъуащ Адыгэ Республикэм теухуа нэтыныр. Ар ягъэхьэзыращ Баварием и тележурналистхэм. Нэмыцэ журналистхэр куэд щIауэ щIэхъуэпсырт Адыгейм и гъащIэм, абы и дуней дахэм теухуа нэтын ягъэхьэзырыну. Ар абыхэм къащехъулIар 2005 гъэм и гъэмахуэрщ. “Ди щIыпIэхэм, къуршхэм я дахагъым хамэ къэралхэм я цIыху куэд дихьэхащ. Нобэ нэмыцэхэм ягъэхьэзыра нэтыныр икъукIэ сэбэп хъунущ Адыгейм туризмэм зыщегъэужьынымкIэ”, - жиIащ щIыпIэ парламентым туризмэмрэ курортхэмкIэ и комитетым и унафэщI Жанэ Заур. ШыкIэпшынэмрэ бжьамиймрэ къраш макъамэ дахэр зыщIэт нэтыным цIыхухэр щегъэгъуазэ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ бейм. Телевизор еплъхэм Iэмал яIэщ ГъукIэ Замудин и мастерскойм “щыхьэщIэну”, абы и IэрыкI телъыджэхэм зыщагъэгъуэзэну. Еутых Iэсият и лэжьыгъэхэр ялъагъуну. Нэтыныр нэхъыбэу зытеухуар Адыгейм и цIыху къызэрыгуэкIхэрщ, абыхэм я псэукIэрщ.
Черкесск къалэм зегъэхьэзыр
Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм и муниципальнэ хэхакIуэ комиссэм и зи мыёэзу зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ ґеркесск и Iэтащхьэр щыхахыну махуэр убзыхуным. Комиссэм унафэу къищтащ хэхыныгъэхэр гъатхэпэм и 12-м ирагъэкIуэкIыну. ЩыIэ хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а унафэм къару щигъуэтынур ар щIыпIэ пеёатым къытехуа иужьщ. Абы щыщIэдзауэ кандидатхэм зрагъэтх хъунущ.
ПIалъэкIэ ягъэувыIэ
Сыхъум. 2006 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ Абхъазым и цIыхухэм ират урысей пенсэхэр пIалъэкIэ щагъэтащ. Ар къызыхэкIар абыхэм я нэхъыбэм Урысей Федерацэм и паспорт зэрамыIэрщ. ЦIыхухэм УФ-м и пенсэхэр япэм ирату щытащ Совет Союзыр щыщыIам щыгъуэ къекIуэкIа паспортхэмкIэ. Иджы урысей пенсэ къэзыхьхэм паспортыщIэхэр къыIахыжын хуейщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Л1ЫГЪЭ КЪЫЗЭРИГЪЭЛЪЭГЪУАМ ПАПЩ1Э Москва дэт “Урысей” къэрал концерт тыпIэм щызэхэта гуфIэгъуэ зэIущIэр теухуауэ щытащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм ящыщу лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъэгъуахэм папщIэ къэрал кIуэцI органхэм я ветеранхэм я урысей советым къызэригъэпэща “ЩIыхь, хахуагъэ” саугъэтыр тыным. Абы хэтахэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ Урысейм и Президент Путин Владимиррэ УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Нургалиев Рашидрэ. Номинацэхэм ящыщ зым хиубыдэу диплом, медаль, жэз дамыгъэ, ахъшэ саугъэт къыхуагъэфэщащ ЛIыгъэм и орденыр зезыхьэ, милицэм и Бахъсэн район къудамэм уголовнэ розыскымкIэ и къудамэм и унафэщI Кумыщ ТIэхьир. Апхуэдэ щIыхьыр ди хэкуэгъум хуэфащэу къалъытащ 2003 гъэм щIэпхъаджащIэхэр къэубыдыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа операцэм хэту абы къигъэлъэгъуа лIыгъэм - къэуэну хьэзыр гранатэм тегъуалъхьэу и ныбжьэгъухэр къызэрыригъэлам папщIэ.
БЗЭР ЩЫМЫ1ЭМЭ, ЛЪЭПКЪРИ ЩЫ1ЭНУКЪЫМ Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым щекIуэкIащ анэдэлъхубзэхэр (адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ) курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэн, абы папщIэ щыIэ методикэхэм, тхылъхэм я купщIэр зэхъуэкIын зэрыхуейм теухуа зэIущIэ. ЩIэныгъэлIхэм “стIол хъурейм” щаубзыхуащ КъБР-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым мы мазэм щекIуэкIыну зэхуэсым анэдэлъхубзэхэр нэхъ шэрыуэу егъэджыным теухуауэ утыку кърахьэну Iуэхугъуэхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Балъкъыз Михаил, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Щоджэн Ахьмэд, абы и къуэдзэ Джаппуевэ Тамарэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, ДАХ-м и Президент Нэхущ Заурбий, “Адыгэ псалъэ” газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Петр, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБКъУ-м и педколледжым и унафэщI Байёекуевэ Нинэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым, КъБКъУ-м я IэщIагъэлIхэр, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмкIэ зэрырагъаджэ тхылъхэр зэхэзылъхьахэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр къызэIуихащ Балъкъыз Михаил. Абы къыжиIащ зи гугъу ящIыну Iуэхугъуэхэм ди лъэпкъхэм я къэкIуэнум дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр икIи ар къэлъытауэ, анэдэлъхубзэхэр тэмэму егъэджыным пыщIа гугъуехьхэм, щыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным и хэкIыпIэу къалъытэхэм, щIэблэм бзэр шэрыуэу яIурылъу къэгъэхъунымкIэ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм хэлъхьапхъэу ябжхэм щхьэтеёу тепсэлъыхьмэ, зэригуапэр. Дызэрыт лъэхъэнэм анэдэлъхубзэхэр зэрырагъэдж щIыкIэм, абы зэрызегъэужьыпхъэ Iэмалу министерствэм къилъытэхэм теухуауэ япэу къэпсэлъащ министр Щоджэн Ахьмэд. - КъБР-м ис лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа политикэр ди республикэм 90 гъэхэм щызэфIэуващ, - жиIащ Щоджэным. - Абы ипкъ иткIэ курыт еджапIэхэм хабзэу щагъэуващ пэщIэдзэ классхэм анэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэу, иужькIэ езы бзэр яджу щытыну. Иджыпсту адыгэ, балъкъэр къуажэхэм дэт егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэм зэращыдэлажьэр анэдэлъхубзэкIэщ, къищынэмыщIауэ 1-нэ, 2-нэ классхэм кIуэ цIыкIухэр анэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэ школ щхьэхуэхэр щыIэщ. 3 - 4-нэ классхэм бзитIри (анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ) къыщагъэсэбэп, адрей предметхэр гугъу демыхьу зрагъэщIэн папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэу къызолъытэ, адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ еджэну жэрдэм зиIэу 1-нэ, 2-нэ классхэм щIэсхэм я бжыгъэр иужьрей илъэсхэм нэхъ мащIэ зэрыхъур. Ар нэхъыбэу къызыхэкIыр, дауи, ди къэралым, республикэм щыщыIэ демографие щытыкIэрщ. Ауэ къыжыIапхъэу къыщIэкIынщ, егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIи абы гугъуехь зэрыпылъыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, щIэуэ зэреджэ программэм урысыбзэкIэ фIэкIа бджы мыхъу предметхэр къыхыхьащ (хамэкъэралыбзэхэр, информатикэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр), 3 - 4-нэ классхэм нэса и ужькIэ, зэреджэ бзэр зэрахъуэжым еджакIуэхэр гугъу ирегъэхь, апхуэдэуи вариативнэ программэм къигъэув жыпхъэхэм изагъэу анэдэлъхубзэкIэ зэдзэкIа тхылъ дызэримыIэм зызыужь егъэджэныгъэ системэм дылъэщIигъэхьэркъым. Анэдэлъхубзэхэр джыным хухэха сыхьэт бжыгъэхэм нэмыщI, курыт еджапIэ псоми класс щIыб лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI, лъэпкъ къафэхэмкIэ, макъамэхэмкIэ дерсхэр, IэпщIэлъапщIагъэмкIэ гупжьейхэр къыщызэрагъэпэщри, бзэмрэ щэнхабзэмрэ зэгъусэу щIэблэм ябгъэдэлъхьэным хуолажьэ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр жыджэру долажьэ Къэбэрдей, Дунейпсо Адыгэ Хасэхэм, гъэ къэси зэгъусэу “Си бзэ - си псэ, си дуней” республикэпсо зэпеуэр идогъэкIуэкI. Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм, тхыдэм, литературэм щIэблэр дихьэхын, я бзэм пщIэ нэхъ хуащIын папщIэ, илъэс къэс мазаем и 21-м курыт еджапIэхэм Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ. Адыгэ, балъкъэр тхакIуэхэм, усакIуэхэм я творёествэм хухэха пшыхьхэр, зэхьэзэхуэхэр ирагъэкIуэкI. Мыхьэнэшхуэ иIэщ анэдэлъхубзэмкIэ республикэ зэпеуэхэм щытекIуэ ныбжьыщIэхэр КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым экзаменыншэу зэрыщIагъэтIысхьэми. Бзэр ящIэу, лъэпкъхэм куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм, IэщIагъэхэм хащIыкIыу цIыкIухэр къэгъэхъуным еджапIэхэм мыхьэнэшхуэ зэрыратыр къыхигъэщащ министрым, ауэ а псори щыщIэныгъэншэу зэрыщымытыр зыужьыныгъэм зэран хуохъу. Апхуэдэу министерствэр зыIууэ лъэпощхьэпохэми тепсэлъыхьащ Щоджэныр. Абыхэм ящыщщ иджыпсту зэрырагъаджэ тхылъхэр япэ классым щыщIэдзауэ 11-нэм нэс я купщIэкIи я теплъэкIи егъэфIэкIуэн, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэрырагъэдж тхылъхэр къэгъэщIэрэщIэжын, щIэуэ къыдэгъэкIыжын, анэдэлъхубзэхэмкIэ компьютер программэхэр зэхэлъхьэн, школ библиотекэхэм щIэлъ тхылъхэр иджырей мардэхэм къизагъэу зэхъуэкIын, лъэпкъыбзэхэмкIэ методикэ журналхэр къыдэгъэкIыныр тэмэму зэтеублэн зэрыхуейр. - Ди Iуэхур нэхъ кIуэтэну къыщIэкIынт “КъБР-м ис лъэпкъхэм я бзэхэм теухуауэ” унафэм къызэригъэувам хуэдэу абы къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным текIуэдэн хуей мылъкур и пIалъэм къытIэрыхьэу щытамэ. 2003 гъэ лъандэрэ ар гъэзэщIа зэрыхъуар проценти 7,2-рэщ, - жиIащ Щоджэным. - Апхуэдэ щытыкIэм къегъэув ди бзэхэм заужьын папщIэ къэрал политикэщIэ зэхэгъэувэн хуейуэ. Лъэпкъ курыт еджапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейм, абы папщIэ къэгъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэм теухуауэ къэпсэлъащ усакIуэ Щоджэн Леонид. - Демократие зыужьыныгъэм ди лъэпкъ цIыкIухэм къахуихьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр, урысыбзэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыбзэу зэрыщыувар. 1990 гъэхэм пэщIэдзэ классхэм предмет псори анэдэлъхубзэкIэ щаджу ирагъэжьащ, ди мылъэпкъэгъухэм адыгэбзэр е балъкъэрыбзэр Iэмал имыIэу зрагъэщIэн хуейуэ къагъэуващ, анэдэлъхубзэхэмкIэ сыхьэт бжыгъэхэр нэхъыбэ ящIащ, ар езыгъэджхэм я улахуэм процент 25-рэ дыщIагъуащ. Ауэ иужьрей илъэсхэм мыгурыIуэгъуэ щхьэусыгъуэхэм къахэкIыу а IуэхуфIхэр IэщIыб ящIащ. Лъэпкъ псоми я дежкIэ нэхъыщхьэр я бзэр яхъумэжынырщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым. Лъэпкъым и зыужьыныгъэр зэлъытахэм бзэри зэращыщым тепщIыхьмэ, ди анэдэлъхубзэм ехьэлIауэ мыпхуэдэ къалэнхэр гъэзэщIэн хуейуэ соплъ: республикэм и къалэхэм, къуажэхэм щыIэ курыт школхэм 1-нэ классым щыщIэдзауэ 6-нэм нэс предмет псори анэдэлъхубзэкIэ щегъэджыныр, абы папщIэ зыхуеину тхылъ псори адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ зэдзэкIауэ къыдэгъэкIыныр, 7 - 11-нэ классхэм зы тхьэмахуэм анэдэлъхубзэм сыхьэти 6 хухэхыныр, ди мылъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ (тIум я зыр) егъэджыныр, егъэджакIуэхэм я улахуэм хухагъэхъуауэ щытар яхущIыгъужыныр, литературэр къызэращэхун сом 200-р етыныр, лъэпкъхэр зэрызэпсалъэ урысыбзэми гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыныр. Анэдэлъхубзэр курыт школхэм щезыгъэджхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ Сэрмакъ курыт еджапIэм щезыгъэдж, еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэшыкъуэ Iэсият. - Япэ дыдэу фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ сыт хуэдэ Iуэху къетхьэжьэми къыддэзыIыгъ, тегушхуэныгъэ къытхилъхьэу къыткъуэт Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм, - жиIащ Iэсият. - Псоми зэрытщIэщи, ди лэжьыгъэр щыщIэныгъэншэкъым, абы дызэрыпэлъэщын Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр къэдмыгупсысмэ, хуабжьу иужь дыкъинэну къысфIощI. ЕгъэджакIуэхэр арэзы къыздэхъуну къыщIэкIынщ, къэдгъэсэбэп тхылъхэр жьы дыдэ зэрыхъуар дызыIууэ гугъуехьхэм я лъабжьэу зэрыщытыр жысIэмэ. Ди Iуэхур адэкIи хэплъэгъуэ мыхъун папщIэ, икIэщIыпIэкIэ а Iуэхум и ужь ихьэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, егъэджэныгъэм щIэуэ къыхыхьа технологиехэр анэдэлъхубзэмкIи къэдгъэсэбэпыфын папщIэ, компьютер программэхэр зэхэлъхьэным и ёэзу хъуауэ къызолъытэ. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым пэщIэдзэ классхэмкIэ и кабинетым и унафэщI Къулым Риммэ и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ вариативнэ программэм къигъэувхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, тхылъ-методикэ лъабжьэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр, “2100 гъэм и пэщIэдзэ школ”, “ХХI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ еджапIэ”, “Урысейм и школ” иджырей программэхэмкIэ сабийхэм зэрадэлэжьэн тхылъ ди курыт еджапIэхэм зэрыщIэмылъыр. “Сэ иджыпсту зэредгъаджэ тхылъхэр зэзыдзэкIа ди IэщIагъэлIхэм я лэжьыгъэм пщIэ хузощI, ауэ и щхьэр теёауэ жыIапхъэу къыщIэкIынщ егъэджакIуэхэм зэрагъэзэхуэжын хуей хъу щыуагъэ куэд абыхэм зэрыхэтыр. Абы къыхэкIкIэ, япэ щIыкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэза тхылъкIэ къызэдгъэпэщу, итIанэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм дагъуэ къыщытлъыхъуапхъэу арагъэнщ”. Анэдэлъхубзэхэр зэрегъэджын хуейм теухуауэ жаIахэм арэзы техъуами, бзэр кIуэдыжыным и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр тхылъым и зэхэлъыкIэм зэремылъытар жиIащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Тау Хьэзешэ. - Дэ дыщыгъуазэщ бзэ зэмылIэужьыгъуэу мини 6-м нэс дунейм зэрытетым, ауэ абыхэм ящыщу мини 3-р дызыхуэкIуэ зэман гъунэгъум кIуэдыжыну хуагъэфащэ. Иужьрейхэм яхэтщ ди бзэхэри, - жиIащ абы. - Сэ къызэрыслъытэмкIэ, гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIын хуейр бзэр хъумэнырщ. ИтIанэу къыщIэкIынщ ар зэредгъэджыным дыщытепсэлъыхьын хуейр. Бзэр хъума, зегъэужьа хъун папщIэ тщIэнухэмкIэ щапхъэ зытетхыпхъэхэр гъунэжщ. Псалъэм папщIэ, инджылызыбзэр, нэмыцэбзэр, франджыбзэр кIуэдыжынымкIэ шынагъуэ лъэпкъ зэрыщымыIэр зи фIыщIэр ахэр хъума хъун папщIэ жэуаплыныгъэ зыхьхэрщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Франджыми Британиеми а Iуэхугъуэхэр зи нэIэ щIэтыр къэрал унафэщIхэрщ. Абы нэрылъагъу ещI я анэдэлъхубзэм ират мыхьэнэм и инагъыр. Дауи, мылъкушхуэрэ къаруушхуэрэ ухуейщ апхуэдэу уи Iуэхур зебгъэкIуэн папщIэ, ауэ арыншауэ хъунукъым. Дэри зэхэдгъэувауэ щытат анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуа закон гъуэзэджэ. Ауэ ар гъэзэщIа хъунымкIэ жэуап зыхь зэрыщымыIэм къыхэкIыу, IэщIыб ящIащ. Анэдэлъхубзэхэр хъума хъуныр уэрамхэм къызэрыщежьэр къилъытэри, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гъут Iэдэм псалъэмакъым къыпищащ. - Налшык къалэ Лениным и цIэкIэ щыIэ уэрамым ущрикIуэкIэ, IуэхущIапIэхэм я цIэр зэрытетха бзэхэм яхыумылъагъуэр ди анэдэлъхубзэхэм я закъуэщ, - жиIащ абы. - Ахэр щыслъагъукIэ, ди адэжьхэми абыхэм пщIэ зыхуащIу щыта я адэхэми ди деж пщIэ зэрыщамыгъуэтыжым семыгупсысын слъэкIыркъым. Апхуэдэу Гъутым жиIащ УФ-м и къэрал политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм лъэпкъ цIыкIухэм, абыхэм я бзэм зегъэужьыным хуэфащэ гулъытэ щигъуэтамэ, Урысей къэралыгъуэр гъэбыдэным, ефIэкIуэным сэбэпышхуэ зэрыхуэхъунум шэё къызэрытримыхьэр. Бзэр хъума хъун папщIэ, ар щIэблэм едгъэдж къудей мыхъуу, ди республикэм и унафэщIхэми гулъытэ лей а Iуэхум хуащIу щытын зэрыхуейр къыхигъэщащ КъБКъУ-м и профессор ХьэкIуащэ Андрей. - Ди бзэм и пщIэр нэхъ лъагэ хъун щхьэкIэ япэ дыдэу лъэпкъ тхыбзэм и махуэр дгъэувын хуейщ, - жиIащ щIэныгъэлIым. - Ар махуэшхуэу дгъэлъапIэу щытамэ, абы зыхуэзыгъэхьэзыр еджакIуэхэм, къызэзыгъэпэщ балигъхэм анэдэлъхубзэм хуаIэ гулъытэм хэхъуэнут, абыхэм дэтхэнэми и гум хуабагъ гуэр къыщыушынут. Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ иджырей технологиехэр къызэрамыгъэсэбэпыфым иригузавэу къэпсэлъахэм пэджэжу щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Петр жиIащ ахэр Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм дэлэжьэну, анэдэлъхубзэхэр щрагъэджкIэ компьютеркIэ зэрылэжьэну программэ комплексхэр зэхигъэувэну зэрыхьэзырыр. IэщIагъэлIхэр щIызэхуэса бзэм и мызакъуэу, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэми гулъытэ нэс зэрахуэщIыпхъэм и гугъу ищIащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI Емуз Нинэ. - Сэ сызэреплъымкIэ, адыгэ е балъкъэр щIалэм бзэр Iурылъ щхьэкIэ лъэпкъылI къищIыкIынукъым, зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым абы и хьэл-щэныр зыпсыхьыр лъэпкъ хабзэр зэрыарар, - жиIащ абы. - Бзэр лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэр псэкIэ зыхозыгъащIэ Iэмэпсымэщ. ЖытIэу къэдмыгъэнэжу мы къэтIэта Iуэхум деужьэрэкIын хуейщ, адрейхэм дакъыкIэрымыхун папщIэ. Налшык хуэмыдэу Мейкъуапэ дэт IуэхущIапIэ псоми я цIэхэр адыгеибзэкIэ тетхащ, 2000 гъэм Адыгэбзэм и махуэр гъэлъэпIэн щIадзащ, мы гъэм фокIадэм и 1-м щыщIэдзауэ “Адыгэ хабзэр” предмет щхьэхуэу курыт школхэм щрагъэджынущ. А псалъэмакъым къыпищэу Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Тетуев Алим къыжиIащ бзэм и мызакъуэу, лъэпкъ тхыдэм, географием, диным и тхыдэм хухэха программэхэр хэгъэхьэныр, щэнхабзэм, шыIэныгъэм хуэзыущий дерсхэр школакIуэхэм ядегъэкIуэкIыныр Iэмал хъарзынэу къызэрилъытэр, апхуэдэуи бзэм теухуауэ республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм кIэлъыплъ центр Правительствэм деж къыщызэIуахмэ, зэрыфIэтэмэмри къыхигъэщащ. ЕкIуэкI псалъэмакъым зэреплъыр къиIуэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, ДАХ-м и президент Нэхущ Заурбий. Абы жиIащ щIэблэм бзэр шэрыуэу ящIэн папщIэ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэхэр, зыхуей хуэза зэрырагъаджэ тхылъхэр диIэн, егъэджэныгъэм текIуэдэн хуей мылъкур кIэрымыхуIауэ бюджетым къыхэкIыу щытын зэрыхуейр. ДАХ-м и исполкомым и зи ёэзу зэхуэсу иджыблагъэ екIуэкIам Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъэувын зэрыхуейм и гугъу щащIащ икIи япэу адыгэ тхылъ дунейм къыщытехьа гъатхэпэм и 14-м (1853) траухуащ. ЩIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным бгъэдыхьэкIэщIэ къыхуэгъуэтын зэрыхуейм, ар егъэджэныгъэм и мызакъуэу, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми зэрелъытар жиIащ “Адыгэ псалъэ” газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. - Анэдэлъхубзэр Iэмал имыIэу зрагъэщIэныр ткIийуэ къэзыгъэув унафэ къыдэгъэкIын хуейщ, - къыхигъэщащ ХьэфIыцIэм. - Зи гугъу сщIы Iуэхугъуэм теухуауэ хамэ къэралхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр щапхъэу къыфхуэсхьыфынущ. Псалъэм папщIэ, Иорданиемрэ Израилымрэ ис ди лъэпкъэгъухэм бзэр зэрагъэшэрыуэр хуабжьу зэщхьэщокI. КъэралитIми адыгэбзэр курыт еджапIэхэм щрагъэдж щхьэкIэ, Иорданием щыIэхэм ар фIыуэ ящIэркъым. Израилым щыпсэухэм, ар я лъэпкъ политикэщи, дэтхэнэми и анэдэлъхубзэр, хьэрыпыбзэр, инджылызыбзэр, ивритыр Iэмал имыIэу ищIэн хуейщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр дэри къэдублэрэ хабзэ тхуэхъуамэ, ди Iуэхур нэхъ дэкIыну къыщIэкIынт. ЕтIуанэрауэ, ШынагъуэншагъэмкIэ советыр щызэхыхьэкIэ, утыку къифхьэну сыхуейт бзэр хъума хъунымкIэ къалэнышхуэ зыгъэзащIэ радиомрэ телевиденэмрэ адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ лажьэу зэтеублэжыныр. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иджыри зэ и гугъу ищIащ 2002 гъэм Мейкъуапэ, 2004 гъэм ґеркесск къыщащта Адыгэ тхыбзэм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрми махуэшхуэу щыгъэувын зэрыхуейм икIи ди лъахэгъу балъкъэрхэми апхуэдэ махуэ хэха къызэрагъэпэщыну ёэнджэщ яритащ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
АПХУЭДЭУ ЗЭХЬЭЗЭХУЭМИ ДЫХЭТАРЭТ! Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыным Налшык и “Спартакым” Тыркум щыпищащ. Ди щIалэхэм ар хуабжьу щхьэпэу къызэрагъэсэбэпам и щыхьэтщ абы щрагъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIиплIми зэрыщытекIуар. Иужьу налшыкдэсхэр вэсэмахуэ тIэунейрэ дэджэгуащ Украинэм и ёемпионатым епщIанэ увыпIэр щызыIыгъ Полтавэ и “Ворсклэм”. ТIуми текIуэныгъэр къыщызыхьар “Спартакырщ”. ЗэрызэгурыIуам тету, япэ щIыкIэ джэгупIэ губгъуэм къихьащ командэхэм я щIалэгъуалэмрэ зыхагъэхьэну зыкIэлъыплъхэмрэ. Ди щIалэхэм ар апхуэдизу лъэщу къыщIадзати, зэIущIэм щыщу дакъикъэ ныкъуэ дэкIауэ арат бжыгъэр къыщызэIуахам. КъыхэжаныкIар Тарловскэрщ. АдэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм тепщэныгъэр зыIэщIагъэкIакъым. “Спартакым” и ебгъэрыкIуэныгъэр лъэщт икIи Iэзэу зихъумэжырт. Абы и фIыгъэкIэ зэIущIэм и 21-нэ дакъикъэм Тарловскэм бжыгъэр игъэбэгъуащ. Украинэм и футболистхэм топ дагъэкIыну джэгум и япэ Iыхьэм IэмалитI яIауэ аращ, арщхьэкIэ ахэри къагъэсэбэпыфакъым. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэщ “Ворсклэм” бжыгъэр 1:2-м щыхуигъэкIуэфар. КъыкIэлъыкIуэу командэхэм я футболист нэхъыфIхэр зэдагъэджэгуащ. Налшыкдэсхэм я Iэзагъыр зэрынэхъ лъагэр мыбдежми щыIупщIт. Дакъикъитху дэкIауэ арат, Мэшыкъуэр зэуа топыр штангэм щытехуам. АрщхьэкIэ куэд мыщIэу Пилипёук и хэкуэгъухэр (ар Харьков и “Металлистым” бэджэнду къыдитауэ аращ) хигъэщIащ. ЕтIуанэ Iыхьэ ныкъуэми “Спартакым” и ебгъэрыкIуэныгъэхэр игъэкIэщхъакъым икIи Мэшыкъуэм бжыгъэр 2:0-м нигъэсащ. Полтавэ и “Ворсклэм” интернетым щиIэ сайтым зэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр зэIущIэм кIэлъыплъахэм хуабжьу ягу ирихьащ. Къыхагъэщ, мылъкушхуэ бгъэдэмылъми, Налшык и “Спартакым” премьер-лигэм кIуэну нэгъабэ зэрыхузэфIэкIар, мы гъэми куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунур. Гулъытэншэу къагъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм Тыркум щригъэкIуэкIа зэIущIэ псори къызэрыщихьэхуар (“Шарлеруа” - 1:0, “Крылья Советов” - 1:0, “Анжи” - 4:0, “Ворскла” - 2:0) икIи и хьэрхуэрэгъухэм зы топи и гъуэм къызэрыдамыгъэкIыфар. Налшыкдэсхэм фIыуэ зэрызахъумэжыфыр куэдкIэ и фIыщIэу къалъытэ Украинэм къыщалъхуа е щыджэгуа футболистхэу Мостовой (Львов и спортинтернатым и гъэсэнщ), Скворцов, Нефедов, Джудовиё, Пилипёук (Украинэм и ёемпионатым хэт “Таврием”, “ґерноморецым”, “Волыным”, “Металлистым” щыджэгуахэщ) сымэ икIи ар пэжщ. “Спартакыр” нобэ Налшык къэкIуэжынущ.
ЖЫЛАСЭ Заур.
|
|
||||||||||||
ссылки |
хъыбархэр |
сурэт |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||
|