|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ» |
|||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
АРХИВЫР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||
АЗЕРБАЙДЖАНЫМРЭ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМРЭ Я ЗЭПЫЩ1ЭНЫГЪЭХЭР ЗЭТРАУХУЭ
КъБР-м и Президентым къригъэблагъэри, щIышылэм и 14-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ Азербайджан Республикэм и премьер-министрым и япэ къуэдзэ Аббасов Аббас Айдын оглы. Абы щIыгъуу республикэм къэкIуащ Кавминводхэм я Администрацэм и Iэтащхьэ Михайленкэ Виталий. Аббасов Аббас, КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Губин Геннадий сымэ зэIущIэм къыщаIэтащ республикитIым я экономикэ, щэнхабзэ гъащIэм пыщIа Iуэхухэр. Къанокъуэ Арсен республикэм и Президент къулыкъум зэрыпэрыувэрэ мыр нэгъуэщI къэрал къикIыу къулыкъукIэ къытхуэкIуа япэ хьэщIэщ. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ мы мазэм и кIэухым Урысей-Азербайджан зэIущIэшхуэ Баку зэрыщекIуэкIынур. Абы ирихьэлIэу ди къуэш къэралым и къалащхьэм Урысейм къыщызэIуихыну гъэлъэгъуэныгъэм метр зэбгъузэнатIэ мин 20 еубыд. 2006 гъэр Урысейм и илъэсу Азербайджаным щагъэуващ, УФ-м и Президент Путин Владимир ди хьэщIэну дыщогугъ, къыхигъэщащ Аббасов Аббас. Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри а форумым ирихьэлIэмэ зэригуапэр. Аббасов Аббас къыхигъэщащ иужь илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Азербайджанымрэ я унафэщIхэр Iуэхугъуэ куэдым ятеухуауэ зэрызэпсэлъар. Ауэ зэкIэ зэдэлэжьэныгъэм теухуа официальнэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIакъым. - Дэ дыхущIокъу Азербайджаным и щIыбкIэ инвестицэхэр зэрыщыхэтлъхьэным, - жиIащ Аббасов Аббас. - Ди дежкIэ нэхъ къезэгъынут Кавказ Ищхъэрэм щыIэ республикэхэм нэхъ зыубгъуауэ ядэлэжьэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр дэ нэхъ тпэгъунэгъухэм ящыщщ икIи дэ быдэу дызэпыщIащ. А зэпыщIэныгъэхэм дяпэкIэ нэхъри зэрызедгъэубгъуным дегупсысыпхъэщ. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщащ республикэм щызэхалъхьа инвестицэ проект псори Азербайджаным и лIыкIуэхэм зэрыратынур, абыхэм нэсу хэплъа нэужь, Iуэхур зэгъэщIылIа министерствэхэр нэхъ быдэу зэдэлэжьэну, а зэдэлэжьэныгъэм лъэныкъуитIми я сэбэп хэлъыну зэрыщыгугъыр. Ар республикэм щыIэ социально-экономикэ щытыкIэм тепсэлъыхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыпэщыт Iуэху нэхъыщхьэхэр къыхигъэщащ. ЗэIущIэм щызэгурыIуащ адэкIи зэхуэзэу зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм зэщIыгъуу хэплъэну. ХьэщIэхэр КъБР-м и къалащхьэм и щIыпIэ дахэхэм еплъащ.Ахэр ирагъэплъащ республикэм и артист нэхъыфIхэр зыхэта концерт кIэщIым. БЫДЭ Линэ.
Шапсыгъхэм я гукъеуэхэр
Мейкъуапэ. Шапсыгъым щыIэ AАдыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIакIыхъу Мэжид AИА РЕГНУМЫМ и журналистым зэрыжриIамкIэ, ар иджыблагъэ IущIащ Соёэ къалэ и Iэтащхьэ Колодяжный Виктор. Ар теухуауэ щытащ тенджыз ФIыцIэм Iус шапсыгъхэм я социально-экономикэ, щэнхабзэ, правовой Iуэхугъуэхэр дэгъэкIыным. Iуэхум ехьэлIа программэхэр AАдыгэ Хасэм игъэхьэзыракIэщ, иджы абы къалэ администрацэр хэплъэн хуейщ. КIакIыхъу Мэжид зэрыжиIамкIэ, Краснодар крайм и унафэщIхэм я гупэр шапсыгъхэм къыхуагъэзэн хуей щIэхъуар иужьрей зэманым дунейпсо зэгухьэныгъэхэр шапсыгъхэм яIэ псэукIэм ирипIейтей зэрыхъуарщ. Краснодар крайм и Уставым шапсыгъхэм теухуауэ зыри къыщыгъэлъэгъуакъым. Абы къыщылъытакъым а лъэпкъым щIыналъэр игъащIэ лъандэрэ ейуэ зэрыщытар, атIэ ар зи хэкуу къэгъэлъэгъуар къэзакъхэмрэ урысхэмрэщ. Шапсыгъхэр апхуэдэу щопсэу Адыгейм и Тохъутэмыкъуей районым хыхьэ жылагъуиплIым. Ахэр Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ я адэжь щIыналъэм кърахуу тафэм къытрахуауэ щытахэм я щIэблэщ.
Ахъмэт и хадэ
ЧЕРКЕССК. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Теберда Ипщэм щыпсэу Джуккаев Ахъмэт республикэм и мызакъуэу, къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуащ. ЖЫГ хадэм зи гуащIэ хэзылъхьэ, зи псэр абы ета цIыхухъум и хадэм, къуршылъэм къригъэзэгъыу, жыг лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу 130-рэ къыщигъэкIащ.
Абхъазым и тхыдэм гулъытэ хуащI
Сыхъум. Ватиканым и посольствэу Грузием щыIэм къилъытащ абы и лIыкIуэ Гуджероти Клаудио Грузием и унафэщIхэм хъыбар иримыгъащIэу Абхъазым щыIа хуэдэу Тбилиси игъэхьыбарым лъабжьэ зэримыIэр. ЩIышылэм и 10-м Гуджероти Клаудио IущIащ Грузием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ ґеёелашвили икIи жриIащ псапащIэ IуэхукIэ Абхъазым кIуэн мурад зэриIэр. ВАТИКАНЫМ и лIыкIуэр, Абхъазым щригъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхугъуэхэм нэмыщI, дэфтэрхъумэхэм дэIэпыкъуащ Генуерэ Ватиканрэ я архивхэр джа хъунымкIэ. Гуджероти Клаудио къызэрилъытэмкIэ, Абхъазым и тхыдэм теухуауэ а тхыгъэхэм дэфтэр куэд хэлъщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
ХЪУРАН БАТИЙ И Ц1ЭК1Э ЩЫ1Э САУГЪЭТЫР ЗЫХУАГЪЭФЭЩАХЭР ИлъэсиплI хъуауэ AАдыгэ псалъэм щат лъэпкъ газетым и япэ редактору щыта Хъуран Батий и цIэкIэ щыIэ саугъэтыр. ЩIэджыкIакIуэхэм фигу къэдгъэкIыжынщи, ар газетым и редколлегиемрэ журналистхэм я пэщIэдзэ зэгухьэныгъэмрэ я унафэкIэ ягъэувауэ щытащ, лъэпкъылI щэджащэм и фэеплъыр гъэлъэпIэн мурадкIэ. Абы теухуауэ ягъэува хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, саугъэтыр иратынущ лъэпкъ журналистикэм зегъэужьыным хьэлэлу хуэлажьэ корреспондентхэм. Илъэс блэкIам газетым къытехуа тхыгъэхэм хэплъэжри, а зэпеуэм щытекIуахэм я цIэ къраIуащ. Сом миних хъу япэ саугъэтыр хуагъэфэщащ газетым и политикэ обозреватель Тхьэмокъуэ Барэсбий, купщIэшхуэ зыхэлъ и публицистикэ тхыгъэхэм, AМахуэку, AИслъамым и нур напэкIуэцIхэм папщIэ. ЕтIуанэ саугъэтыр (сом миниплI) иратащ литературэ обозреватель Къэрмокъуэ Хьэмид, AШыхулъагъуэ гуэдзэныр, AГъуазэ, AIуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ къыдэкIыгъуэхэр зэригъэхьэзырам папщIэ. Ещанэ саугъэтыр (сом минищ) 2005 гъэм хуагъэфэщащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ къудамэм и редактор Жыласэ Маритэ, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ къытрыригъэдза тхыгъэхэм, Псыгуэнсу къуажэм и щIэнгъуазэр зэригъэхьэзырам папщIэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, AАдыгэ псалъэ газетым, республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом ирагъэкIуэкI AСи бзэ B си псэ, си дуней зэпеуэр курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщым триухуа и тхыгъэхэм папщIэ еплIанэ саугъэтыр (сом мин) хуагъэфэщащ политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ къудамэм и корреспондент Ныбэжь Таисэ. Штатым хэмыт и корреспондентхэу газетым жыджэру къыдэлажьэхэр 2005 гъэми гулъытэншэ хъуакъым. Зи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ щIэджыкIакIуэхэм гунэс ящыхъуахэу ягъэпэжащ: сом мин тIурытIкIэ Мэзыхьэ Борисрэ (AХы адрыщIым щыIэ дуней) Уэрыш Нурхьэлийрэ (ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу игъэхьэзыра тхыгъэхэр). Сом мин зырызкIэ яхуэупсащ АбытIэ Хьэжмурат (AГъищэ къигъэщIами, AПсоми я зэхуэдэ къалэн, AХьилмым хэптыкIыр хэщIыркъым); КъардэнгъущI Зырамыку (адыгэ литературэм, IуэрыIуатэм теухуа тхыгъэхэр); Елгъэр Кашиф (AУгушыIэнумэ, къеблагъэ, AБгъуми къагъэзэжакъым, AКIыщокъуэ Рашид теухуа гукъэкIыжхэр); IутIыж Борис (AАнэдэлъхубзэм и гурыгъузхэр, AИлъэсыщIэ IэшрыI) сымэ. Мыз Ахьмэд, БжэныкIэ Мухьэб, ЛIыгъур ґэрим, Полищук Иван сыми газетым хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ сом щитху-щитху иратащ. Зи цIэ фIыкIэ къраIуахэм, лъэпкъ журналистикэм нэхъри зиужьын папщIэ зи гуащIэ емыблэжахэм дохъуэхъу лъэпкъыр зыщыгуфIыкIын, зыгъэгушхуэн тхыгъэ куэд иджыри я къалэмыпэм къыщIэкIыну.
ДЖАТОКЪУЭ Залинэ.
Л1ЫХЪУЖЬ ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэпщ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787-1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэхутащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М.Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм (AИзмаил-бей) и лIыхъужь нэхъыщхьэщ. 1805 гъэм Гумыщхьэ щызэхэта адыгэ лъэпкъ хасэм езым зэрыщыжиIамкIэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел илъэс тIощI и пэкIэ щIалэ дыдэу икIауэ щытащ Къэбэрдейм, и адэм и унафэм ипкъ иткIэ, AщIэныгъэ зригъэгъуэтын папщIэ. Бытырбыху щIэныгъэ щи-гъуэта нэужь, ХьэтIохъущокъуэр 1787 гъэм тыркухэм Оёаков къалэр яфIэзыубыда дзэм хэтащ. Дзэпщ ПотемкинBТавриёескэм пащтыхь гуащэм, Екатеринэ ЕтIуанэм, хуитхыгъащ абы щыгъуэ: AИзмаил-бей къэбэрдей лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, подполковникщ, Оёаков деж лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ, налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа медаль хуэфащэщ. ХьэтIохъущокъуэр 1790 гъэм тырку фронтым къыщыхутэри, Измаил быдапIэр къэзыщтахэм яхэтащ, абы щхьэкIэ къратауэ щытащ Георгий орденым и еплIанэ классыр. ХьэтIохъущокъуэ Исмел Къэбэрдейм къыщихьэжар 1794 гъэрщ. Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуауэ кърихьэлIэжащ ар: лIакъуэлIэшхэр дакъузат, унафэр IэщIахыпэным нэсат, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэм урыс дзэлIхэр къыхэIэбэ хъуат, абыхэм я Iизыныншэу хасэ зэхашэну хуиттэкъым3 Ар ягу темыхуэу, къэбэрдей лIа- къуэлIэшхэр къызэрыIэтащ. КъызэрыIэтахэр Aя пIэ ирагъэтIысхьэжын щхьэкIэ, Къэбэрдейм дзэ кърашащ. Абы нэхъри къызэщIигъэплъащ къэбэрдейхэр. А псом дауэ хущыта ХьэтIохъущокъуэ Исмел B ар IупщI дыдэкъым. Дызыщыгъуазэр мыращ: Къэбэрдейм къигъэзэжри куэд мыщIэу, ХьэтIохъущокъуэ Исмел хэкум ирагъэкIауэ щытащ, езым и къуэш майор Адэлджэрийрэ майор Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэрэ щIыгъуу, - Екатеринославскэ губернэм ягъэкIуащ, AтемыплъэкъукIыу абы щаIыгъын щхьэкIэ. Щыми щхьэусыгъуэ хуащIар Aдзыхь ебгъэз зэрымыхъунурт. 1801 гъэм гъатхэпэ мазэм и 12-м и ужькIэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел Бытырбыху кIуэри, абы зыбжанэрэ дэсащ. Пащтыхьым Aи нэфI къыщыхуащ ХьэтIохъущокъуэм, AУрысейм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ полковник цIэр къыфIищащ, сом минитхуи къратыжын хуейуэ унафэ ищIащ. ИлъэситIым щIигъукIэ Бытырбыху зыщиIэжьэн хуей хъуащ ХьэтIохъущокъуэм, и лъэпкъэгъухэм я Iуэху зэрихуэу. Къэбэрдейхэм я псэукIэмрэ я Iуэхур дяпэкIэ зэтеубла зэрыхъунумрэ теухуауэ тхылъ игъэхьэзырри, ар къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм щIилъхьащ ХьэтIохъущокъуэм. Пащтыхьми министрми щыгъуазэ зыхуащIа нэужь, ХьэтIохъущокъуэм и тхылъыр Кавказым и дзэпщ Цициановым деж кърагъэхьащ. Псом япэ лэжьыпхъэу ХьэтIохъущокъуэм илъытэрт: а) Кавказым ис лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм хэмыIэбэн; б) къэбэрдейхэм траха щIыхэр етыжын, ар мыхъунумэ, я Iэщыр игъащIэ лъандэрэ щагъэхъу хъупIэхэр япэмыубыдын; в) къэбэрдеипщхэм якIэщIэкIуэсыкIыурэ линием зэпрыкIа пщылIхэр етыжын, ахэр кIуэсэну дяпэкIэ яхуэмыдэн. Пащтыхьым и унафэкIэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1804 гъэм и бжьыхьэм Кавказым къагъэкIуэжащ, Aбгырысхэр я пIэ игъэтIысхьэжынымкIэ абы хузэфIэкIынум еплъын папщIэ. Кавказым и дзэпщ Цициановым Бытырбыху итхауэ щытащ къэбэрдейхэм ящIхэр етыжын жыхуэпIэр AикъукIэ егъэлеяуэ, езы ХьэтIохъущокъуэри линием зыкIи сэбэп щымыхъуну. Дауэ хъуами, ХьэтIохъущокъуэм Кавказ линием къулыкъу къыщратри Гумкъалэ (Георгиевск) дагъэтIысхьащ B арат 1802 гъэм къызэрагъэпэща Кавказ губернэм и къалащхьэр; абы дэст Кавказ линием и дзэм и штабри. Гумкъалэ дэзагъэу щытауэ къыщIэкIынукъым ХьэтIохъущокъуэр - лъэпкъ Iуэху зэрихуэурэ Къэбэрдейм щIэх-щIэхыурэ ихьэжырт. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ Къэбэрдейм и Iуэхухэр зи пщэ далъхьа генерал-майор Дельпоццо итхар: AПолковник ХьэтIохъущокъуэ Исмел дзэм къулыкъу щищIащ, итIанэ Екатеринослав ягъэкIуауэ щытащ; иужькIэ Бытырбыху щыпсэуащ; Георгий орденым и 4-нэ классымрэ медалрэ къратащ; урысыбзэкIи франджыбзэкIи мэпсалъэ икIи матхэ; и улахуэр сом 3000 мэхъу. Апхуэдиз гулъытэ зыхуащIар къызэрыщIидзыжращ мыгурыIуэгъуэр. Гумкъалэ зэрыдэсыр пэжщ, ауэ и щхьэгъусэр Къэбэрдейм къригъэкIыркъым, илъэсипщI зи ныбжь и къуэр уэркъхэм ящыщ зым и къанщ. Къэбэрдейм щихьэжкIэ, орденри медалри зыкIэрехри и жыпым ирелъхьэ. Къэбэрдейм и Iуэхур нэхъри къызэщIэплъауэ кърихьэлIэжащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел. Пащтыхь къулыкъущIэхэмрэ генералхэмрэ бгырысхэр залымыгъэкIэ Iэрыубыд зэращIынырт зыпылъыр. Ар дыдэр паубыдащ ХьэтIохъущокъуэми: езым и унэкъуэщхэри Къэбэрдейри къыжьэдикъуэн, иригухын, я пIэ иригъэтIысхьэжын хуейуэ. Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку мамырыгъэ дилъхьэн мурад иIэут ХьэтIохъущокъуэр и лъэпкъэгъухэм къазэрыхыхьэжар. Ар фIырыфIкIэ къызэремыхъулIэнур щIэх дыдэ къыгурыIуащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел: дзэпщхэм зэрахьэ лейр зигу темыхуэр куэд зэрыгъэхъуат, абыхэм яхэтт езым и унэкъуэщхэри B и къуэш Адэлджэрий, и адэ къуэшым и къуэ Аслъэнбэё сымэ, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей Iуэхухэр зи пщэ далъхьа генерал-майор Дельпоццо зыбжанэрэ хуэтхьэусыхащ Кавказым и дзэпщ Цициановым: полковник ХьэтIохъущокъуэр жыIэмыдаIуэщ, сэбэпыншэщ, къытхуищIэ щыIэкъым, Къэбэрдей псор дэнэ къэна, езы дыдэм и унэкъуэщхэри къедаIуэркъым, пщIэ лъэпкъ къыхуащIыркъым... Цициановри акъылэгъут Дельпоццо ХьэтIохъущокъуэм кIэрилъхьэ пцIымкIэ. Абы зэрилъытэмкIэ, Урысейм щIэныгъэ щызыгъуэта бгырысхэр фIыуэ ялъагъуртэкъым я лъэпкъэгъухэм, дзыхь хуащIыртэкъым, апхуэдэ IэнатIэ Iууват ХьэтIохъущокъуэри: лъэпкъ лъэрызехьэм къыхэкIами, къэбэрдейхэр зригъэдэIуэн лъэкIыртэкъым. 1808 гъэм Кавказ линием и Iэтащхьэ хъуащ лъы гъэжэныр зи IэщIагъэ генерал гущIэгъуншэ Булгаков С.А. ЩIэх дыдэ жагъуэгъу зэхуэхъуащ абырэ ХьэтIохъущокъуэ Исмелрэ: генералым зэхищIыхь щIэпхъаджагъэ къомыр игу техуакъым ХьэтIохъущокъуэм, Булгаковыр къигъэлыбащ пщы цIэрыIуэр зэрижыIэмыдаIуэм. Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ дахэкIэ зэгуригъэIуэн мурадым хуэлажьэ ХьэтIохъущокъуэм куэдрэ бзэгу кIэлъызэрихьащ Булгаковым, ар зэригъэулъииным пылъащ. AКъэбэрдейр и пIэ игъэтIысхьэж, уэращ псори къызэщIэзыгъаплъэр B арат Булгаковым ХьэтIохъущокъуэ Исмел къыпиубыдыр. AКъэбэрдейр къызэщIэзыгъаплъэр Булгаковым хуэдэ дзэлI лъыифхэрт B абы ХьэтIохъущокъуэр зэрыщыгъуазэр яфIэфIтэкъым Кавказым ис пащтыхь къулыкъущIэхэмрэ генералхэмрэ. 1810 гъэм и гъэмахуэм Булгаковым дзэшхуэ ириутIыпщхьауэ щытащ Къэбэрдеймрэ Псыжь адрыщI ис адыгэхэмрэ я щIым. Дзэм адыгэ къуажэ 200 зэтракъутащ, цIыху минипщI яукIащ, я гъавэр ягъэсащ, я Iэщыр фIатхьэкъуащ. ЛIыгъэ зэрихьауэ илъытэжри Булгаковыр3 орден щIэлъэIуащ. Орден къратын и пIэкIэ генерал гущIэгъуншэм езы пащтыхь дыдэр къыхуэхъущIащ, бгырысхэр бий нэхъри къытхуещI апхуэдэ AлIыгъэм, жери. Булгаковымрэ абы и дзэлIхэмрэ зэхащIыхь хьэкIэкхъуэкIагъэхэм я хъыбар къалащхьэм нэзыгъэсыфхэм ХьэтIохъущокъуэри зэращыщам шэё къытепхьэ хъунукъым. Дауи, ахэр ХьэтIохъущокъуэм и псэм къемыщэнкIэ Iэмал иIакъым. 1810 гъэм и гъатхэм Булгаковымрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ зэщыхьэпауэ къыщIэкIынущ. Кавказым и дзэпщ Тормасовым Булгаковым зэрыхуитхамкIэ, ХьэтIохъущокъуэм Псыхуабэ деж, AБещто мэз лъапIэм, езым и жылэ щигъэтIысын щIидзауэ щытащ. Ар игу техуакъым Булгаковым: жылэр зэбгригъэхуащ, Aар хъунщIакIуэхэм тIысыпIэ ящIынкIэ шынэри. 1810 гъэм и бжьыхьэм Балъкъ Iуфэ (КъалэкIыхьым деж) адыгэ куэд щызэхуэсыгъащ, Aунафэ ящIын щхьэкIэ. Абыхэм ящыхьащ Булгаковыр: AСыт фыщIызэхуэсар? B жери. ХьэтIохъущокъуэри яхэтти, генералым къыжриIащ къэбэрдейхэр езым зэрызэхуишэсар. Хуит ямыщIауэ, цIыхур зэхуишэс зэрымыхъунур щыжриIэм, ХьэтIохъущокъуэр генералым къыхуилъащ, къэтэмакъкIэщIри: AУгушыIэрэ уэ? Сэ пасэрей пщы лъэпкъым сыкъыхэкIащ, адрей пщыхэм нэхърэ сынэхъыжьщи, цIыхур дапщэщ зэхуэсшэсынуми сыхуитщ. 1810 гъэм и гъэмахуэм Булгаковым хъыбар кърагъэщIащ Aкъэбэрдейхэм я лIыкIуэ гуп пащтыхьым деж ягъэкIуэн хуейуэ. Генералым Aкъэбэрдей лIыкIуэхэр къыхэхын щыщIидзэм, ХьэтIохъущокъуэр къыпэрыуащ, абы къыхихахэмкIэ арэзытэкъыми. AАбы къыхэкIкIэ, - хуитхащ генералым Кавказым и дзэпщ Тормасовым, - унафэ сщIащ пщы Исмел ягъэтIысыну. Булгаковымрэ къулыкъущIэхэмрэ зэрахьэ лейр кърагъэхутэн папщIэ, Къэбэрдейм къагъэкIуауэ щытащ генерал-майор Вердеревскэр. Булгаковым дзэ министр Барклай де Толли зэрыхуитхамкIэ, къэбэрдей лIыкIуэхэр гъуэгум хуэхьэзыр хъуауэ, AХьэтIохъущокъуэр къахэIэбэри Iуэхур зэIищIащ, Бытырбыху лIыкIуэ щIэдгъэкIуэн щыIэкъым иджыпсту, ди Iуэхур япэ щIыкIэ Вердеревскэр етхьэлIэнщи, итIани сэри сынывэдэIуэнщ пащтыхьым деж къажриIащ. Генерал-майор Вердеревскэр КъалэкIыхьым щыхуэзащ абы даубыдауэ щаIыгъ ХьэтIохъущокъуэм, ар щIагъэтIыса щхьэусыгъуэмкIи жэуап къаIихащ лей къыкIэлъызезыхьахэм. ХьэтIохъущокъуэмрэ Вердеревскэмрэ я закъуэ сыхьэтитIым щIигъукIэ зэпсэлъащ, абы и ужькIэ пщыр къаутIыпщыжащ. Вердеревскэм и унафэмкIэ мыарэзыуэ, Тормасовымрэ Булгаковымрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым хуэтхьэусыхащ, ауэ я тхьэусыхэм къикIаIакъым. Ар дэнэ къэна, ХьэтIохъущокъуэ Исмел къулыкъушхуэ къыхуагъэлъэгъуауэ къыщIэкIащ. ХьэтIохъущокъуэр абы хунагъэсакъым B яукIащ. ЗыукIар ноби IупщIкъым. IупщIыр зыщ: зыукIар лIы губзыгъэм щышына жагъуэгъу щэхурыпхъуэхэрщ. ХьэтIохъущокъуэ Исмел Къэбэрдейми щикуэдащ жагъуэгъу: абыхэми яхузэфIэкIынут акъылрэ щIэныгъэкIэ къефIэкI лIы Iущыр ирагъэукIын. Гъуанэдэууэ яукIа нэужь, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и орденыр Бытырбыху яхьыжыгъащ 1812 гъэм (мэлыжьыхь мазэм и 3-м нэсащ), апхуэдэу щыщыткIэ, Исмел щаукIар а гъэрщ е 1811 гъэм и кIэухырщ. Лермонтовым и поэмэм зэрыщитхымкIэ, Исмел къэзукIар абы и къуэш ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэёщ (усакIуэр щыуащ: и къуэшкъым, и адэ къуэшым и къуэщ). ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэёи полковникщ, урысыдзэм къулыкъу щищIащ, Потемкиным деж щыIа къэбэрдей лIыкIуэхэм яхэтащ, Къэбэрдейм къихьэжа нэужь, урысыдзэм пэува уэркъ шухэм ядэзэуащ (1802 гъэм щыщIэдзауэ); Псыжь зэпрыкIри, абы щызауэурэ, 1837 гъэм къаукIащ. Аслъэнбэё и адэ къуэшым и къуэр, Исмел, щIиукIын щхьэусыгъуэ иIащ: и лъэпкъым епцIыжауэ илъытэу къыщIэкIынт, дауи, щадэмызауэкIэ. Ауэ абы щыхьэт техъуэ тегъэщIапIэ гуэри тхыдэм хъума щыхъуакъым. ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм шынагъуэ ин дыдэ хэхуауэ щыта Къэбэрдейм и Iуэху зытетымрэ ар а шынагъуэм къыхэша зэрыхъуну щIыкIэмрэ теухуауэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел къыщыпсэлъауэ щытащ Гумыщхьэ 1805 гъэм, Бахъсэнрэ Шэджэмрэ 1806 гъэм щызэхэта хасэм. КОСВЕН Марк зэритхамкIэ.
СИ ПСЭР ПЫТЫХУ КЪЭБЭРДЕЙ ЛЪЭПКЪ ХАСЭМ И ПАЩХЬЭМ ХЬЭТ1ОХЪУЩОКЪУЭ ИСМЕЛ-ПСЫГЪУЭ 1805, 1806 ГЪЭХЭМ ЩЫЖИ1А ПСАЛЪЭ Илъэс тIощIым нэсащ сэ хэкум пэIэщIэ сызэрыхъурэ. 1794 гъэм пIалъэ кIэщIкIэ сыкъыфхыхьэжауэ зэрыщытам и гугъу сщIынкъым. Си хэкум и Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэсщIыным сыхунэмысауэ, си насыпыншагъэм къыдэкIуэри, абы щыгъуэ сыфхэкIыжауэ щытащ. Сэ къызэуэлIа псом сытепсэлъыхьынкъым, сыту жыпIэмэ сэ сезыгъэзыр си псэм и щIасэ си хэкур нобэ зыIут IэнатIэрщ, сызыхуэлажьэри абы и фейдэ зыхэлъымрэ тыншыгъуэ къезытынумрэщ. Си хэкум сэбэп сыхуэхъун мурадкIэщ сэ унэм сыщIикIари, ди лъэпкъ цIэрыIуэм сыхэсыжатэмэ, гухэхъуэгъуэу сиIэнкIэ хъуну псори къыщIызэзнэкIари, гъащIэм и IэфIыгъэкIэ къызэтэ щIалэгъуэм сыщIемыблари. А псори IэщIыб щIэсщIар, вжызоIэ сэ, щIэныгъэм зезыгъэузэщIа, захуагъэм тещIыхьа хабзэхэр зэзыгъэпэщыфа лъэпкъхэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэщ. Си лъэпкъэгъухэм фIыгъуэ къезгъэуэлIэн папщIэ, бжьэм хуэдэ сыхъуным сыщIэкъуащ сэ, сэбэп хъупхъэр зэщIэскъуэурэ си хэку лъапIэм къисхьэныр си хъуэпсапIэти. Зи пщIэр лъагэ тхьэмадэхэ, фэ фпэIэщIэ сызэрыхъуар сигу къеуами, ар зыхуэзгъэшэёащ, сыкъыфхыхьэжа нэужь, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуфмэ, ар сэркIэ зэрынасыпым шэё къытесхьэртэкъы- ми. Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ. Ауэ сыт сэ сыкъызрихьэлIэжар, ди Тхьэ! Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар!.. Насыпыншагъэу къыдэуэлIа псор фи деж щыслъагъуркъым сэ. Ар сигу къызэреуэр вжесIэу аращ. СывэупщI къудейщ: щхьэ ехуэха къэбэрдей лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ? Хэт ар зи лажьэр? Пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи щхьэ зыщывгъэгъупща хэкум и хуитыныгъэмрэ абы зегъэузэщIынымрэ нэхъ лъапIэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур? Ижь лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIа ди лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжыр флъагъуркъэ? Фигу къеуэркъэ ар, жызоIэ! Хьэуэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ фхуэсIуэнщ гукъанэ фхуэсщIын мурад сызэримыIэмкIэ. Щхьэж и гукъанэ ирырекъухи, Тхьэм девгъэлъэIу ди лъэпкъым фIыгъуэ хуэдлэжьыфын щхьэкIэ, гуащIэрэ акъылрэ къытхилъхьэну. Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум, Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэртэкъым сащыхыхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэнкIэ нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмыгъэкIу куэди. Урысейр къэралышхуэщ, щIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ зыщиубгъуащ. Урыс къэралыр къулейщ, и къарур, и гуащIэр инщ, цIыху мелуан щэщIрэ хырэ исщ абы икIи, пащтыхьыр хуеймэ, а цIыху бжыгъэм и Iыхьэ щанэр зауэлI хуэхъунущ. Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытщхьэпэным и ужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу лъэщым и ней зыщыдгъахуэ зэрымыхъунур. Ди гум зэи имыху адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэрал лъэщым и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ... Персхэри муслъымэнщ, ауэ я лIыщхьэхэр зэгурыIуэркъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Куэд щIакъым, дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ зи хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблэгъар. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр теёауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэкъуэщхэми, ди акъыл зэтехуэжыркъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэфын тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжыркъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэркъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ. Гъуащэхэр гъуэгу захуэ тришэжын щхьэкIэ, Тхьэм игу къобгъэри егъэунэху ахэр, ар зэхамыщIыкIмэ, нэхъри къахуогубжьри, и ней къащохуэ. Ди бегъымбарыращ ар жызыIар. Насыпыншагъэм фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зы гъэ сыкъыщыфхыхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэркъым ноби: къывгурыIуэным и пIэкIэ нэхъей фекIуауэ солъагъу, сыфхоплъэри. Тхьэм игу къыдэбгъакIэ шэё сощI иджы: зауэм къытхуихьам и щIыIужкIэ емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и зэхуэдитIыр икIуэдыкIащ. Къаплъэнэфщ дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъур, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм. Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. ДызэрызэгурымыIуэм, ди акъыл зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ си лъахэ насыпыншэр хэкIуэдэжауэ Тхьэм симыгъэлъагъукIэ B абы дынэсащ дэ. Тхьэм симыгъэлъагъукIэ абы лъапсэкIуэдыр къыхуэкIуауэ, ди нэхъыжьхэр, ди цIыхубзхэмрэ ди сабийхэмрэ зэщIэгъуагэу, гузэвэгъуэр ятелъу, бийм гъэрыпIэм щрихуэну махуэ мыгъуэм Тхьэм дыщихъумэ. Апхуэдэ шынагъуэр къызэрытщхьэщыхьар зыхэсщIэрти, аращ Бытырбыху зи ужь сыщита Iуэхур къэзгъанэу пIащIэгъуэкIэ сыкъыщIэкIуэжар. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщиёыным зэрынэсам. Сэ слъэгъуащ къыттелъэлъэнкIэ хъуну щыблэм зэрызыкъызэщIищIар. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэёэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы. КъурIэным сытеIэбэурэ, псом япэ тхьэ сIуэнщ унафэр захуэмэ, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ар ящысхъумэнкIэ - си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху. Ауэ сыныволъэIу, кIыхьлIыхь зывмыщI, шынагъуэр къытщхьэщыхьакIэщ, зэман диIэжкъым. Ди зэман мащIэр къэдвгъэгъэсэбэп, псоми къытщхьэпэн Iуэху икIэщIыпIэкIэ длэжьын папщIэ. Зыщывмыгъэгъупщэ зэрызэгурымыIуэм къыхэкIкIэ къэрал куэд зэрыхэкIуэдэжар, фигу ивгъэлъ лъэпкъ псо дэнэ къэна, уеблэмэ унагъуэ закъуэри, унафэщI Iущ ямыIэмэ, я къарур кIуэщIурэ, зэрыунэхъур...
АДЖИ-АУЛ 1825 гъэм Псыхуабэ къыщыкIуам щыгъуэ Лермонтовыр ирихьэлIауэ щытащ Хьэжыхьэблэ (урысхэр Аджи-аулкIэ зэджэм) щекIуэкIа махуэшхуэм (хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, вакIуэихьэжым). ГъэщIэгъуэнщ а жылэм и тхыдэр. ХьэтIохъущокъуэ Исмел и адэ Темрыкъуэ хьэжыщI къикIыжа нэужь, Инжыдж псым и Iуфэм къалэ щиухуауэ щытащ, абы мыдрисэ, топ, фоё, сэшхуэ, къамэ щащI, гын щагъавэ лъэщапIэхэр къыщызэIуихащ, арщхьэкIэ езыр дунейм ехыжа нэужь (1780 гъэм) къалэр якъутэжащ, абы дэсахэм я нэхъыбэр Къэбэрдейм къэIэпхъуэри Псыхуабэ деж тIысащ. Аращ ХьэжыхьэблэкIэ (урысхэр АджиBаулкIэ) зэджэр. ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ и хьэдэр шыкхъаблэкIэ къахьыжри и къуажэм B ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (иджы Зеикъуэ) щыщIалъхьэжащ. Исмел и адэм и къуажэ АджиBаулыр езым ейуэ илъытэу щытащ, Псыхуабэ дэсхэм абы щалъагъу зэпытащ. АджиB аулым нэмыщI, Псыхуабэ деж щысащ адыгэ къуажэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщ зыми, Къармэхьэблэ, дэсащ Нэгумэ Шорэ. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, Нэгумэ Шорэрэ Лермонтовымрэ нэIуасэ зэхуэмыхъункIэ Iэмал иIакъым B абы дежи щызэхихынут усакIуэм Исмел и хъыбархэр. ХьэтIохъущокъуэ Исмел яукIа нэужь, Псыхуабэ деж куэдрэ щагъэсыжакъым адыгэ къуажэхэр B Балъкъ къызэпрахужащ. АджиBаулыр (Хьэжыхьэблэр) нобэрей Малкэм и зы хьэблэщ. Урыс дзэпщ Булгаковым зэритхымкIэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и щхьэгъусэмрэ илъэсипщI зи ныбжь и къуэмрэ Къэбэрдейм щыпсэуащ.
АР Ф1ЭГЪЭНАП1Э ХУЭХЪУАМИ Урыс усакIуэ щэджащэ Лермонтов Миха-ил и кавказ поэмэхэм ящыщ зым лъабжьэ хуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел и хъыбарыр. Ар AфэгъэнапIэ хуэхъуами, пщы цIэрыIуэм и тхыдэркъым Лермонтовым и поэмэм къыщиIуатэр: ХьэтIохъущокъуэ Исмел и хъыбар гуэрхэм иригъуазэурэ, псэхугъуэ къезымыт гупсысэхэр еIуатэ усакIуэм, зауэм, лъыщIэж хабзэм, хэкумрэ хуитыныгъэмрэ яхуиIэ Iуэху еплъыкIэм щыгъуазэ дещI. Поэмэми къыхощ ХьэтIохъущокъуэр Урысейм зэрыщеджар, зауэм лIыгъэ зэрыщызэрихьар, абы щхьэкIэ дамыгъэ лъапIэ къызэрыратар B нэгъуэщIкIэ зэтехуэркъым Лермонтовым и лIыхъужьымрэ адыгэпщ цIэрыIуэмрэ я гъащIэ гъуэгуанэр. Къэбэрдейм къихьэжа нэужь, ХьэтIохъущокъуэ Исмел Псыхуабэ дэс куэдым цIыхугъэ яхуэхъуауэ зэрыщытам щыхьэт техъуэр мащIэкъым B абы и хъыбар къыхуэзыIуэтэн Iэджэм ирихьэлIэнут усакIуэр, адыгэпщыр апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати. ХьэтIохъущокъуэ Исмел и хъыбар усакIуэм щызэхихащ, дауи, и анэшхуэм и шыпхъу нэхъыщIэ Хастатовэ А.А., абы и щхьэгъусэ генерал-майор Хастатов А.В., абыхэм я малъхъэ штабс-капитан ШанBГирей П.П. сымэ я деж B ахэр ХьэтIохъущокъуэм и нэIуасэу щытащ.
ИЗМАИЛ-БЕЙ (ПОЭМЭМ ЩЫЩ ЕДЗЫГЪКЭХЭР) ШынэхъыщIэ иIэт Рослъэмбэё. ЩIыпIэ жыжьэ зэрыщыIэм фIэкI Зыри химыщIыкIт абы и гъащIэм, Щилъагъуну махуэм хуэмыпIащIэт. Къэжэпхъа къудейуэ Исмэхьил, ЗыкIэриёри, узу щытми ил, Адэм игъэкIуати урыс хэкум, ЖаIэрт зыщигъасэу абы IэкIуэу, Я щIэныгъэр иджу къаIуэтэжт, Ауэ щалъхуа хэкум къыхуэзэшт, Псэут мыбыкIэ и гур къэгъэзауэ. Ар къыуц тепIэным хамылъхуат, Гущэм щIиупскIами хэмыхуат, Къыхуэхъуари гущэкъу уэрэд закъуэ Жьыщхьэ тIысыпIэншэм и къугъ макъырщ, Япэу зыIуплъари уафэхъуэпскIщ, Губжьым игъэлыгъуэ уафэ къуэпсщ. ЗыукIыну къуэшым IэщIэкIауэ Адэр куэдрэ зыщIэса бгъуэнщIагъым Къыщалъхуат жэщ гуэрым Исмэхьил. Аслъэныгур абы и бгъэм илът, Псэм хуимытыж гъащIи къыпэщылът. * * * Имыгъуэу къытехьати мы дунейм, Абы щыгуфIыкIар и закъуэщ уафэм. ЗыхимыщIа и IэфIыр анэ бгъафэм, ГугъапIэ псэм хуэхъуари къэщIэгъуейщ. Абы жьэгу пащхьэу иIэр щIакIуэ щIагъырт, И нитIым я зекIуапIэри Шыхулъагъуэрт. Ауэ лъакъуэ здынэмысым къыщыхъуат, ИмыщIэу хэгъэзыхьи, къыпаубыди. Есати пшэ гуэрэнхэм къащхьэщыту, И гугъэт щIым щекIуэкIыр нэм къыфIэщI. Къуршыбгъэхэмрэ къырхэмрэ я закъуэт А цIыкIум и псэукIэр зыгъэзахуэр. Ар къыхуалъхуат гурыщIэм я нэхъ иным, И лIыгъэри шынагъуэм хуэхьэзырт, И адэм къуэувэнури а зырт, АрщхьэкIэ иутIыпщат лIы игъэхъуну. Езым и бийм сабийри щихъумэну. Ехами абы лъандэрэ псы куэд, Хъыбар къэIуами уи гур хигъэхъуэну, ЩыIакъым Исмэхьилым хуэза гуэр.
ЗэзыдзэкIар АЦКЪАН Русланщ.
ИДЖЫРИ ЯЩЫГЪУПЩАКЪЫМ * * * AПщы ХьэтIохъущокъуэ Измаил и цIэр иджыри къэс ящыгъупщакъым къэбэрдейхэм, абы и хъыбар куэд щызэхэсхащ Балъкъ Iуфэ Iус адыгэ жылагъуэхэм. 1922 гъэм а лIыхъужьым и хъыбар къысхуиIуэтэжащ Къэшэж ТIалиб. В.П. Пожидаев. Пушкин о Кавказе. Владикавказ, 1930.
* * * AИ лъэпкъэгъу псоми щIэныгъэкIэ къахощ ар (ХьэтIохъущокъуэ Исмел) П.Г. Бутков Материалы для новой истории Кавказа с 1722 по 1803 год. СПб., 1869.
* * * AИ хэкум пэIэщIэу илъэс куэд ирихьэкIами, Измаил-бей абы хуиIэ лъагъуныгъэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым, и хэкумрэ и лъэпкъымрэ зыпищI щыIакъым абы. Къэбэрдейм лъапси щIапIи щиIащ3 AСеверный архив, СП., 1825, o7.
* * * AЛермонтов AИзмаил-бей поэмэр итхын хуей щIэхъуар щхьэусыгъуэ куэдым къыхэкIащ. УсакIуэм зыпищI щыIакъым бэнакIуэм и образыр. Апхуэдэ цIыхут ХьэтIохъущокъуэ Исмел. И хэкум и хуитыныгъэращ ар зыщIэбэнар. ЗытекIуэдэжари аращ - ар я натIэ мэхъу цIыху бэнакIуэхэм. С.А. Андреев B Кривиё AМ.Ю. Лермонтов и Кабардино-Балкария. Налшык, 1979.
* * * AИзмаил-бей къэбэрдей лъэпкъ нэхъыфI дыдэм къыхэкIащ, подполковникщ, Оёаков дежи ар къыщытщтэми лIыгъэ зэрихьам папщIэ налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа медаль къептыну солъаIуэ. Фельдмаршал Потемкин Г.И. пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм хуитхам щыщ.
* * * Тырку быдапIэ Измаил къыщащтэм щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел Георгий орденым и 4-нэ дамыгъэ къратащ. Урыс дзэпщ цIэрыIуэ Суворов А.В. абы щхьэкIэ итхыгъащ: AЛIыхъужьщ, и псэ еблэжакъым, бийр щIытIым трихури, ар езым къиубыдащ.
* * * AПолк. ХьэтIохъущокъуэ ИзмаилBбей Кавказ линием къулыкъу щищIэн зэримыжагъуэр къызжиIащ. Абы сэбэп щыхъун си гугъэщи, ар уи деж нэкIуэн хуейуэ унафэ сщIащ. Къыщывгъэсэбэп хъуну IэнатIэр згъэбелджылыркъым, къулыкъу хуэхъунур фэ нэхъ фщIэнщ. Пащтыхь Александр Езанэм генерал-лейтенант Глазенап 1804 гъэм шыщхьэIу мазэм и 20-м хуитхам щыщ.
* * * AПолк. ИзмаилBбей Къэбэрдейм исщ иджыпсту, и унэкъуэщхэм яхэсщ. Ди фейдэ зыхэлъ гуэри илэжьу слъагъуркъым, псалъэ дыгъэлкIэ дигъэплъакъуэ фIэкIа. Шэё зэрысщIымкIэ, и унэкъуэщхэм я деж пщIэ щиIэкъым абы, езыр нэхъыжьрэ пэт, зригъэдэIуэфакъым, и пщэ дэтлъхьэри, игъэзэщIэн мурад иIэкъым. Генерал-майор Дельпоццо. 1805 гъэ, бадзэуэгъуэм и 26-м.
«АНЖИМ» И ГЪУЭМ - ТОПИПЛ1 Щэбэт кIуам Налшык и AСпартакым ныбжьэгъугъэ зэIущIэ Тыркум щригъэкIуэкIащ. Бельгием и AШарлеруамрэ Самарэ и AКрылья Советовымрэ къакIэлъыкIуэу ди щIалэхэм хагъэщIэну и Aёэзур къэсат Дагъыстаным и AАнжим. ДжэгупIэ губгъуэм налшыкдэсхэм я тепщэныгъэр апхуэдизу щыинти, гугъуехь лъэпкъ хэмылъу зэIущIэм и япэ Iыхьэм мэхъэёкъалэдэсхэм я гъуэм топищ дагъэкIыну яхузэфIэкIащ. КъыхэжаныкIащ Къудей Леонид, Ксанаев Марат, Заруцкий Александр сымэ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, AСпартакым и ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ кIащхъэ хъуащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу еплIанэ топри AАнжим и гъуэм дагъэкIащ. Ар къызэхъулIар Овёинников Сергейщ. Щыгъуазэ фыхуэтщIынщ налшыкдэсхэм яхэту джэгуахэм: Кликин, Нефедов (Скворцов, 46), Мостовой (Джудовиё, 46), Заруцкий (Бердыев, 46), Къудей, Колесниёенкэ (Балэ Рустам, 46), Пилипёук (Овёинников, 46), Ксанаев (Тарловский, 46), Гогуа (Мэшыкъуэ, 46), Ширяков, Гуртуев (Оганян, 30, Балэ Руслан, 56). Иджы AСпартакыр Полтавэ и AВорсклэм дэджэгунущ.
ЖЫЛАСЭ Заур.
СПОРТЫР Я ПСЭМ ХЭЛЪУ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIэува спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщщ дзюдор, самбэр, бэнэкIэ хуитыр. 2004 гъэм Афины щекIуэкIа Олимп Джэгухэм ди лъахэ цIыкIум и цIэр щызыгъэIуа, и пщIэр щызыIэта дзюдоистщ Тау Хьэсэнбий. Абы зыкIи къыкIэрымыху адрей ди спортсменхэм ящыщщ мы гъэм дзюдомкIэ Урысей ёемпионатым килограмм 60 хьэлъагъ зиIэхэм я деж дыщэ медаль къыщызыхьа Гъэунэ Анзор, Къэзахъстаным и къалащхьэ Астана самбэмкIэ щызэхэта дунейпсо ёемпионатым етIуанэ увыпIэр щызыубыда УнэшхуэлI Аслъэн сымэ. Анзор дзюдор къыхихын япэкIэ гимнастикэми алыдж-урым бэнэкIэми дихьэхыу, баскетболи джэгуу щытащ. AБэнэкIэ лIэужьыгъуэ псори сигу ирохь, ауэ дзюдорщ си псэм дыхьэр, аращ си гъащIэр, - жеIэ щIалэм. Абы и иужьрей текIуэныгъэм ди лъахэм и пщIэр иIэтащ, езыми Урысейм и дзюдоист нэхъыфIу зыкъигъэлъэгъуащ. И гум ежэлIэн гугъуехьхэм щыIууаи къэхъуащ Гъэунэр, ауэ ар щхьэрыгъажэ ищIакъым. Си насып, си натIэ къритхам сыхуэзэнщ, жиIэурэ фIыуэ илъагъу Iуэхум адэкIэ пищащ, иджыпстуи апхуэдэщ. Анзор жагъуэ щыхъуащ и ехъулIэныгъэхэмкIэ фIыщIэ зыхуищI, илъэс куэд хъуауэ абы къыдэлэжьа, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф иджыблагъэ дунейм зэрехыжар. Мис апхуэдэщ нэхъыжьми нэхъыщIэми бгъэдыхьэкIэ къахуэзыгъуэт, сыт хуэдэ дакъикъэми дэIэпыкъуэгъу хъу ну, хуейм зыщIигъэкъуэну хьэзыр, псэ хьэлэлрэ гу къабзэрэ зиIэ, зи псалъэр тIу зымыщI, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Гъэунэ Анзор. Аслъэн Псынэдахэ къуажэм щыщщ, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академиер къиухащ. И Iэдэбагъымрэ нэмысымрэ удахьэхыу, адыгэ щIалэ гъэсащ. Сыт щыгъуи и мурадым ерыщу хуэкIуэ, гугъуехьхэм ящымыщтэ спортсмен лъэщщ. Самбэри дзюдори зэхуэдэу фIыуэ елъагъу. 2005 гъэм самбэкIэ Урысейм и ёемпионщ, дзюдомкIэ дунейпсо турнирым щытекIуащ. 2003 гъэм дунейпсо ёемпионатым къыщихьа дыщэ медалым иджы дыжьын дыщIигъуащ. Иджыблагъэ Астана самбэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо ёемпионатым етIуанэ увыпIэр къыщызыхьа УнэшхуэлIым и тренерыр Емкъуж Мухьэмэдщ. Самбэм ехъулIэныгъэхэр щиIэми, дзюдом тригъэщIэну и мурадщ, абы и къару псори ирехьэлIэ дзюдомкIэ Олимп утыкум текIуэныгъэ щызыIэригъэхьэну.
ДЫГУЛЫБГЪУ Сэтэней.
СУРЭТЫЩ1 НЫБЖЬЫЩ1ЭМ И 1ЭДАКЪЭЩ1ЭК1ХЭР Урысейм и Художникхэм я союзым и жэрдэмкIэ Москва щекIуэкIащ художник Къущхьэ Залым и сурэтгъэлъагъуэ. Лэжьыгъэ 30 утыку кърихьащ сурэтыщI ныбжьыщIэм икIи абы еплъахэм къызэрыхагъэщащи, къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэнщ, щIэщыгъуэщ Къущхьэм и IэдакъэщIэкIхэр. Псалъэ гуапэ Залым хужызыIахэм ящыщщ Дробицкий Эдуард - Художникхэм я дунейпсо федерацэм и президентыр. Абы къызэрилъытэмкIэ, мы щIалэм и лэжьыгъэхэр сурэтыщI гъуазджэм и щапхъэфIу ябжым тетущ зэрищIар. Къущхьэ Залым 1971 гъэм Налшык къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм и иужьрей класситIым ар здэщыIар ХудожествэхэмкIэ академием хэт художественнэ школращ. ИужькIэ ар щIэтIысхьащ Репин и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт институтым. 1999 гъэ лъандэрэ щыпсэури щылажьэри Соёэ къалэрщ. 2003 - 2004 гъэхэм Залым и гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ Соёэ дэт художественнэ музейм. Гъэлъэгъуэныгъэхэм я зым Залым и гъусэу и лэжьыгъэхэр утыку къыщрихьащ абы и щхьэгъусэ Елени. Ари сурэтыщIщ, скульпторщ. Залым и лэжьыгъэхэр хэтащ Краснодар щекIуэкIа AКавказым и дунейр, AСоёэ и дыщэ къалэм-2003 жыхуиIэхэм. 2006 гъэр Залым къригъэхьащ Москва щищIа гъэлъэгъуэныгъэмкIэ. УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Художникхэм я союзым и вице-президент Порто Иван зэрыжиIащи, зым и гъэлъэгуъэныгъэ хэхам щхьэкIэ дыжьын медаль иратыныр союзым япэ дыдэу къыщыхъуа Iуэхугъуэщ. Абы къилъытащ ар Залым къилэжьауэ, нэхъри зиузэщIыну зэрыщыгугъым и щыхьэт хуэдэуи иратауэ. Залым фIыщIэ яхуищIащ москвадэс интеллигенцэм, езым и лъэпкъэгъухэм ящыщу гъэлъэгъуэныгъэм къэкIуахэм. КъуэкIыпIэ таурыхъхэм уакъыхэхутам хуэдэщ Залым и сурэтхэм ущеплъкIэ. ГъэщIэгъуэныщэщ абыхэм ярит плъыфэр. Таурыхъыу къыпщыхъу щхьэкIэ, ар япэ IуплъэгъуэкIэщ. Гупсэхуу уеплъмэ, абыхэм гупсысэ куу къызэраIуатэр нэрылъагъущ.
БУДЫЩ Мумэ. Москва къалэ.
|
|
||||||||||||
ссылки |
хъыбархэр |
сурэт |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||
|