ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

Къурмэн хьидыр ягъэлъапIэ

 

Сыхьэтыр блым щIигъуа къудейт Налшык дэт мэжджытышхуэм цIыхухэр къыщызэхуэсу щыщIа­дзам. Щыгъын щIэращIэ­кIэ хуэпа тхьэмадэхэр, нэхъ щIалэIуэхэр, зи ныб­жь­кIэ балигъ мыхъуахэри яхэту, гуапэу зэIуощIэ, я Iэхэр зэроубыд, зыкъомым IэплIэ зэхуащI - псоми я нэгухэр къогуфIыкI, зи Iуэху зэрахуэр зэращIа­сэр нэрылъагъуу.

   Сыхьэтыр 8-м зэрыщ­хьэдэхыу, мэжджытышхуэм цIыхухэр щIэз къэхъуащ. Зыгуэрым макъ щабэкIэ иришажьэри, ежьу лъэщыр къы­щIэуващ муслъымэн ма­хуэшхуэхэм куэдрэ щыжаIэ зэчыр цIэрыIуэм...

   Сыхьэтыр бгъум и ны­къуэм щынэсым гуфIэгъуэ зэхуэсышхуэм хэтхэм я пащ­хьэм къоувэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэн Iуэху­щIапIэм и унафэщI Пщыхьэ­щIэ Iэнас, КъБР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэ­дзэхэу Балъкъыз Михаил, Чеченов Ануар, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Берд Хьэзрэталий, лъэпкъ, дин, жылагъуэ Iуэху­хэмкIэ, хамэ къэралхэм хэхэсу щыIэ ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымкIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и управленэм и унафэщI Къарэ Арсен, а управленэм и лэ­жьакIуэхэу Гергоков Жам­­­болэт, Мы-къуэжь Арсен сымэ.

   Балъкъыз Михаил къоджэ Къурмэн хьид махуэшхуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президент Къано­къуэ Арсен ди республикэм ис муслъымэнхэм зэрыза­хуигъазэ хъуэхъум, диным и мыхьэнэр зэрыиным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэ­къуэтыныгъэр гъэбыдэным дин лэжьакIуэхэми хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIым теухуам. А гупсысэхэр диIы­гъыу, пэшышхуэм щIэсхэм йохъуэхъу Чеченов Ануари.

   ХьэщIэхэр ирегъэжьэжри, муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщIым къызэхуэсахэм ярегъэщI махуэшхуэ нэмэзыр. ИтIанэ щIедзэ хъутIбэм (дерс тыным). Топсэлъыхь хьэжыщIым, къурмэным я тхыдэм, муслъымэныгъэм я хабзэ нэхъыщхьэхэм, цIыху­гъэм, гущIэгъум, псапэ лэ­жьы­ным, нэгъуэщIхэми.

   Махуэшхуэ зэхуэсыр и кIэм зэрынэсу, пэшышхуэм щIэ­сахэм, епIэщIэкIыу, зэбг­ры­кIыжу щIадзэ: абыхэм къапэщытщ къурмэн щIыныр.

   Захузогъазэ си цIыхугъэфI­хэу зыбжанэм, сащIоупщIэ, я гурыгъу-гурыщIэхэр къыс­хуаIуатэ.

   Бэдракъ Борис, Горный” хьэблэм и Iимам:

   - Си къурмэныпхъэр жыжьэ щыIэщи, къэзгъэсыжын хуейщ, Тхьэм солъэIу ди республикэм ис муслъымэнхэм ди къурмэнхэр къабыл хъуну!..

   Къэжэр Сейфудин, къалэкум и Iимам:

   - ЕтIанэгъэ пIалъэм ди щIыналъэм исхэр фIыгъуэкIэ Тхьэм дытригъэхьэ. Иджыблагъэ ди нэгум щIэкIа мы­гъуагъэхэм хуэдэхэм, залымзехьэхэм, щIэпхъаджащIэ­хэм Тхьэм дащихъумэ!

   ХьэцIыкIу Бубэ, духьэшы:

   - ДызэрыIыгъыу, дызэхуэсакъыу дызэдэпсэупхъэщ. Дин хабзэхэмрэ ди лъэпкъ хабзэфIхэмрэ зэдыщIыгъумэ, зэдэIэпыкъумэ, абы фIы къри­кIуэнут.

   Гуапэу зохъуэхъу муслъымэнхэр. Куэдым я тхьэлъэIу­хэр зэтохуэ:

   - Мамырыгъэ!..

   - Зэкъуэтыныгъэ!..

   - Нэмыс!..

   - Насып!..

   А псори Тхьэм къыдигъэ­хъулIэ!

Шэджэмокъуэ Мурадин.

 

ЛIыхъурей Iэдэм

и къулыкъущIэ

 

   “Балтикэ” пивэ заводым и вице-президент, “Балтикэ-Тулэ” къудамэм и уна­фэщIу щыта ЛIыхъурей Iэдэм 2006 гъэм щIышылэм и 1-м “Ярпиво” ОАО-м и генеральнэ директору ягъэуващ.

   ЛIыхъурей Iэдэм 1959 гъэм Адыгэ Республикэм къыщалъхуащ. Краснодар дэт политехинститутыр, Ленинград финанс-экономикэ институтым и аспирантурэр къиухащ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ.

   1981 гъэм “Венэ” пивэ заводым и экономисту лэжьэн щыщIидзащ, иужькIэ цехым и унафэщIу ягъэуващ. Илъэс зыбжанэкIэ Красносельскэ шэ заводым и директору лэжьащ. Иужьрей илъэсхэм “Балтикэ” компанием и цехым и унафэщIу, производствэмкIэ директору, вице-президенту щытащ.

   “Зэныбжьэгъугъэ” орденыр зэрехьэ, Урысей Федерацэм ерыскъы индуст­риемкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.

 

Абхъазыр япэ ирагъэщу

 

   Сыхъум. 2006 гъэм щIышылэм и 1-м Европэ Зэгухьэныгъэм Шынагъуэнша­гъэмкIэ и Советым и къэрал-унафэщIу Бельгиер ягъэуващ.

   Иджыблагъэ Брюссель зэбгригъэха хъыбархэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Бельгием и мурадщ СССР къэралы-гъуэм и пIэкIэ къэунэхуа къэралхэм ящыщ зыбжанэм щыIэ зэпэщIэувэныгъэхэр гъэувыIэным и лэжьыгъэр триухуэну. Псалъэм папщIэ, гулъытэ хэха хуищIынущ Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ.

 

Республикэм и къэкIуэнум иропIейтей

 

   Ватиканым и лIыкIуэу Кавказ Ипщэм щыIэ Гуджероти Клаудио иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэ IэнатIэмрэ зегъэу­жьыным ехьэлIауэ ахэр Абхъазым къы-дэIэпыкъунущ.

   Муслъымэн, чыристан, журт дин лэжьакIуэхэм щаIущIам, Гуджероти Клаудио жиIащ: “Дыхуейт абхъаз лъэпкъым дызэрыдэIэпыкъур цIыху­хэм тэмэму къагурыIуэну, ахэр ди диным къитшэн мурад дызэримыIэр ящIэну”.

   ХьэщIэм къызэхуэсахэр къигъэгу-гъащ республикэм и студентхэр Европэм и къэрал зыбжанэм я университетхэм щIэгъэтIысхьэнымкIэ сэбэп къахуэ­хъуну. “Абхъазыр зэрыт щытыкIэ гугъум къикIыфынут, информацэ тэмэму къыIэрыхьэу, иджырей электрон связхэм хуэдэ иIэу щытамэ”, - жиIащ динырылажьэм.

   Гуджероти Клаудио Абхъазым и сымаджэщхэр зригъэлъэгъуащ, дохутырхэм яжриIащ медицинэ оборудовэнэхэр пщIэншэу республикэм мыгувэу къызэрыхуашэнур.

 

Хабзэр ягъэзащIэ

 

   Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсым щытха дин IуэхущIапIэхэмрэ мэж­джытхэмрэ я лэжьыгъэр иджыблагъэ къапщытащ республикэм ЮстицэмкIэ и министерствэм, МВД-м, ФСБ-м я лэжьакIуэхэм.

   Комиссэм къызэрихутамкIэ, республикэм щыIэ дин IуэхущIапIэхэм хабзэр къызэпаудыркъым. Абы къи­лъы­тащ Карачаевск, Домбей, Учкулан дэт мэжджытхэм цIыху зэрыщIэ­мы­хьэр мытэмэму икIи унафэ къищтащ ахэр зэхуащIыпэну е лэжьыгъэр ира­гъэ­жьэжыну.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Сыт лъэпкъыр щызыгъэIэр!

 

Еджэным пасэу гу хуэзыщIа Нартокъуэ Оксанэ курыт еджапIэр «5» защIэу къиуха нэужь, педколледжым щIэтIысхьащ. Оксанэ иджыпсту 3-нэ курсым щоджэ, къызэрыщIэтIысхьэрэ ита экзаменхэм зэи «4» къихигъэхуакъым, колледжым щIэсхэм ират стипендие нэхъ ин дыдэр къехь.

   ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэнэ­хъуеиншэ, сыт хуэдэ Iуэху кърахьэжьэми жыджэру хэт пщащэм «Зыуэ щыт Урысей» партым и Къэбэрдейм Балъкъэр къудамэм мы гъэм нэхъыфIу еджэ студентхэмрэ школакIуэхэмрэ папщIэ игъэува стипендие хэхари къыхуагъэфэщащ. Нартокъуэм и закъуэщ педколледжым щыщу а стипендиер къэзыхьыр.

   - Апхуэдэ гулъытэ къызэрысхуащIам, шэч хэмылъу, сыщымыгуфIыкIыу къэнакъым, - жеIэ Оксанэ. - Ахъшэракъым зытесщIыхьыр. Еджэхэри лажьэхэри, гулъытэ гуэр щахуэпщIым и деж, нэхъ тогушхуэ, адэкIи зэрырагъэфIэкIуэн жы­джэрагъ къахелъхьэ.

   «Зыуэ щыт Урысей» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм дыщызэхуишэсами, апхуэдэ гурыщIэу къыщIэ­кIынщ си гъусахэми яIар, абы дыщагъэ­лъэ­пIащ, фIыуэ дызэреджэм папщIэ щIыхь тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ къыдатащ, мазэ къэс къэтхьыну стипендиери тхуагъэуващ.

   КъызэднэкIа илъэсым къриубыдэу Оксанэ фIыуэ къехъулIахэм ящыщщ ари. КъищынэмыщIауэ, Сирием къикIа щIалэ­гъуа­лэ гуп 2005 гъэм нэIуасэ зэрыхуэхъуа­ри гукъинэж щыхъуащ. Ахэр зэригъэцIы­- хуну, я гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэну Iэмал зэриIар илъэсыжьым мыхьэнэшхуэ иIэу къэхъуахэм яхебжэ абы.

   - Сирием къикIа щIалэгъуалэм ди студентхэр хуагъэзэну зи пщэрылъхэм сэри срагъэблэгъат. Сэ хуабжьу си нэ къикIырт нэгъуэщI къэрал къикIа ди ныбжьхэм я дуней тетыкIэр, псэукIэр, щIэныгъэ зэрызэрагъэгъуэт щIыкIэр къэсщIэну. ИкIи апхуэдэ Iэмал къысхукъуэкIри, хьэрып студентхэм сабгъэдэсащ. Абыхэм щыгъуазэ дыхуащIащ я щыIэкIэ-псэукIэм, я къэфэкIэхэр дагъэлъэгъуащ, дэри ди зэхэтыкIэр яжетIащ, уеблэмэ адыгэ къэфэкIэ едгъэщIауэ дызэбгрыкIыжащ, - жеIэ Оксанэ.

   Оксанэ къыхиха IэщIагъэм куэд щIауэ ехъуапсэу къогъуэгурыкIуэ. ЩIэблэм щхьэпагъ гуэр ебгъащIэу, уи щIэныгъэмкIэ уадэгуашэу, адыгэбзэм дебгъэхьэхыу уахэтыныр зыми пищIыркъым абы. А IэщIагъэр къыхихынымкIэ абы щапхъэ нэс хуэхъуащ Дыгулыбгъуей къуажэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъэджа, республикэм фIыуэ къыщацIыху Апэнэс Къэрэжан, апхуэдэуи, Куба Iэпхъуэжа нэужь, абы и лэжьыгъэм къыпызыща Шорэ Заремэ сымэ.

   - Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ сезыгъэ­джа егъэджакIуэхэм сехъуапсэу зэрыщытам къыхэкIауэ къыщIэкIынщ а IэщIа­гъэр къыхэсхын хуей зэрыхъуар, - жеIэ Оксанэ. - Ауэ абы нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджыпсту ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм я анэдэлъхубзэм хуащI пщIэр мащIэщ. Абыхэм куэду яхэтщ адыгэбзэр зэзымыпэс, ар Iумпэм зыщIхэр. Сэ апхуэдэхэм я гупэр адыгэбзэм, лъэпкъ щэнхабзэм хуагъэзэжыну сыхуейщ, лъэпкъыр щызыгъэIэр бзэр зэрыарар, абы гулъытэ хэха хуэщIын зэры­хуейр къазэрыгурызгъэIуэным сыхуэлэжьэнущ.

   Си псалъэм и кIэухыу илъэсыщIэмкIэ сехъуэхъуну сыхуейт адыгэ газетым и щIэджыкIакIуэ псоми, сыт и лъэны­къуэ­кIи щапхъэ схуэхъу си адэ-анэми, щIэ­ныгъэ гъуэгум дытезышэ педколледжым и егъэджакIуэхэми.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Тыгъэхэм я нэхъ лъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и библиотекэм тхылъу щIэлъыр мелуанрэ ныкъуэм щIегъу. Абыхэм яхэлъщ учебно-методикэ, художественнэ, щIэныгъэ, тхыдэ, н.къ. тхыгъэхэр. Зы илъэси къанэркъым библиотекэм щIэлъ тхылъхэм я бжыгъэм къыхэмыхъуэу, ар нэхъ къулей мыхъуу.

   Иужьрей илъэси 5-м къриубыдэу КъБКъУ-м и библиотекэм тыгъэ къыхуащIащ тхылъ мини 6-рэ 500-рэ. Апхуэ­дэ Iуэху дахэр зи IэрыкI цIыхухэр я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи зэхуэмыдэщ: хэти егъэджакIуэщ е щIэныгъэлIщ, хэти ­гъуазджэм е щэнхабзэм и лэ­жьакIуэщ.

   Тыгъэ къытхуащIа тхылъхэм мыхъур щхьэхуэ тыдогъауэри, электрон каталогым идолъхьэ. ТхылъкIэ къытхуэупсэхэм яхэтщ тхыгъэ кIэщI япэ на­пэ­кIу­э­цIым къытезытхэхэри. А тхылъ лIэужьыгъуэхэр, зэрыхабзэщи, экземпляр мащIэ дыдэ фIэкIа мыхъухэм ящыщщ. Апхуэдэхэм Iэ зэрыщIэдзам а тхылъхэм хьэлэмэтагъ гуэр халъхьэ икIи тхылъеджэхэм пщIэ нэхъ хуащIу зэIэпах.

   Иджыблагъэ университет библиотекэм тыгъэ лъапIэ къыхуащIащ: КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий и тхылъхэм ящыщ­хэмкIэ ди фондыр къулей ящIащ. Абыхэм яхэлъщ тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, политикхэм Президентым тыгъэу къратауэ щыта тхылъ куэд.

   Апхуэдэу КъБКъУ-м и ректору щыта Лъостэн Владимир и уней библиотекэр зэрыщыту ди еджапIэ пэшхэм ящыщ зым щыдохъумэ. Студентхэми егъэджакIуэхэми а тхылъхэр щIэх-щIэхыурэ я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп.

   Еджагъэшхуэхэу УанащIэ Хь., Багъ П. сымэ къагъэсэбэпу щыта тхылъ куэди щIэлъщ ди библиотекэм, абыхэм я уна­гъуэхэм тыгъэ къытхуащIауэ. СГИ-м и директор Мамсыр Хьэмидбий ди фондым къыхилъхьащ тхыдэтх, публицист цIэрыIуэ Ябушкин В.Е. и «Декабристы, кто они были и чего они хотели» тхылъ гъэщIэ­гъуэныр.

   ФIыщIэшхуэ яхуэфащэщ тхылъ хьэлэмэт куэдкIэ къытхуэупсахэу Алътуд Юрэ, Апажэ Мухьэмэд, Башиевэ Светланэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, МафIэдз Сэрэбий, МэшбащIэ Исхьэкъ, Унэж Кашиф, ЦIыпIынэ Ас­лъэн, Щокъуий Къадир, Ел­гъэр Анатолэ, Дзэмыхь Къасболэт, Эфендиев Сэлихь, Яковлевэ Галинэ сымэ, нэ­гъуэщIхэми. ПщIэ лей хуэтщIу я цIэр къыдоIуэ сыт щыгъуи КъБКъУ-м и библиотекэм гу­лъытэ лей къыхуэзыщI уна­гъуэхэм. Апхуэдэхэщ Багъ Петр, Балъкъэр Борис, Быр­хьэм Мухьэдин, КIыщо­къуэ Алим, Нэгъуей Мухьэмэд сымэ я унагъуэхэр. Мыбыхэм я тхылъхэм пщIэ лей хуащIу библиотекэм щызэрахьэ.

   Тыгъэхэм я нэхъ лъапIэу ялъы­тэ тхылъыр. Дыщогугъ илъэсыщIэми апхуэдэ тыгъэ куэдкIэ КъБКъУ-м и библиотекэр нэхъ къулей хъуну.

 

 

ЩIэблэм папщIэ

 

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэ­мэд Къулъкъужын Ипщэм къыщалъхуащ. 1983 гъэм Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым физкуль­турэм­кIэ и факультетыр къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм, нэ­гъуэщI къэрал куэ­дым къы­ща­цIыху. Ар дзюдом­кIэ къэралым и командэ къыхэхам и тренерщ, УФ-м и судья­хэм я коллегием хэтщ, Урысей Ипщэм и судьяхэм я тхьэмадэщ. Унагъуэщ, щIалэрэ хъыджэбзрэ иIэщ.

   Илъэс БлэкIам Емкъужымрэ абы и гъэсэнхэмрэ къехъулIахэм, 2006 гъэм я мурадхэм тедгъэпсэлъыхьыну зыщыхуэд­гъэзам жиIащ: «2005 гъэм Тау Хьэсэнбий зэIущIэ зыбжанэм хэтащ. Абыхэм ящыщу къыхэгъэщып­хъэщ «Яварэ-Нева» спорт клубым хэту Европей Кубокыр къы­зэрихьар. Мыдрейуэ, Унэш­хуэлI Аслъэн самбомкIэ дунейпсо чемпионатым и дыжьын призер ­хъуащ. Дзю­дом­кIэ спортым и мастер цIэр къа­хьащ бэнакIуихым.

   КуэдкIэ узыщыгугъ хъунщ Щад Мурат, Къамбий Аслъэн, Хьэбэчыр Мурат сымэ. Шэч къытес­хьэр­къым, илъэс зыбжанэ дэкмэ, абыхэм я цIэр щIыпIэ куэдым зэрыщыIунум.

   Дызыхыхьа илъэсым Тау Хьэсэнбий къыпэщылъщ Европей чемпионатым зыкъыщигъэлъэ­гъуэну. Ауэ абы и пэ къихуэу ар щыбэнащ Белоруссиемрэ Австриемрэ ще­кIуэ­кIа дунейпсо зэ­хьэ­­зэ­хуэхэм.  Хьэсэнбий абыхэм екIуу хэ­тащ.

   УнэшхуэлI Аслъэн зыкъы­щи­гъэ­лъэгъуэнущ дзэм къулыкъу щы­зы­щIэхэм я дунейпсо чемпионатым, Урысей чем­пио­натым. Абы и Iуэхур къы­щикIмэ, Iэмал игъуэтынущ Европэм кIуэнухэм яхэхуэну.

   ИлъэсыщIэ дызытехьам сыхуейщ си лъэпкъым фIыуэ щы­Iэ псом­кIи сехъуэхъуну, жэ­пуэгъуэм Налшык къыщыхъуа гуауэм хуэдэ афIэ­кIа зэи дымылъагъуну. ЩIэ­блэ даIуэ диIэну, щIэблэ нэс къы­т­щIэ­хъуэну. Нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу, къызыхэкIар ящымы­гъупщэу. Ди нэхъыжьхэр Тхьэм тхуигъэузыншэ, къытщхьэщи­гъэт. «Адыгэ псалъэм» и лэ­жьа­кIуэхэм, зи зэман къыттезыгъэ­кIуадэу гулъытэ къытхуэ­зыщI­­­-       х­эм, фи насыпыр убагъуэ, Тхьэм фригъэфIакIуэ.

 

Хьэщыкъуей Олег.

 

 

Абхъазыр Кавказ Ищхъэрэм гъунэгъу къыхуохъу

 

«Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я Iуэху зыIутымрэ дяпэкIэ зэрызаужьынумрэ» зи фIэщыгъэ зэхуэсыр (конференцыр) Сыхъум зэрыщекIуэкIар нэщэнэфIщ. Социологие къэхутэныгъэхэм къызэрагъэ­лъэ­гъуамкIэ, абхъазхэм я нэхъыбапIэм зэрызабжыжыр Кавказ Ищхъэрэм щыщущ, Урысейм и цIыхуущ. Ар къагуроIуэ икIи яфIэкъабылщ зэхуэсым хэтахэми. Абы и щыхьэтщ, къэбгъэлъагъуэмэ, къэпсэлъахэм зи гугъу ящIахэр («Абхъазымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэн», «Кавказ Ищхъэрэмрэ Абхъазымрэ зэгухьэным хуэлажьэ, зыми IэщIэмылъ организацэ къызэгъэпэщын», «Кавказым зэгурыIуэ щыIэн папщIэ», нэгъуэщI докладхэри).

   Зэхуэсым хэтахэм зэдэарэзыуэ къащтащ лъэпкъхэм я хабзэфIхэр хъумэным, щIалэгъуалэр гъэсэным, щIыналъэм лъэпкъ политикэ къыщызэгъэпэщыным, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм яхуэунэтIа унафэ. Абы и япэ пунктыр зытеухуар лъэпкъ зэгъунэгъухэр дяпэкIэ зэрызэдэлэжьапхъэ, зэрызэдэпсэупхъэ программэ зэхэлъхьэнырщ.

   ЕтIуанэ пунктым къеIэт цIыхубэ дипломатие къызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэр. Ещанэ пунктыр топсэлъыхь цIыхубэ информацэм къигъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэм. Жэрдэмыр къаIэщIэхын хуейщ Бабицкэ, Шустер, нэгъуэщI журналист мыхъумыщIэхэми. Ахэр зыгъашхэ «спонсорхэми» къагурыIуэ хуэдэу хъуащ Урысейм Кавказ Ищхъэрэр къыIэщIихыну зыми зэрыхузэфIэмыкIынур, мы щIыналъэр мамыру щытмэ, нэгъуэщI къэралхэм я дежкIи зэрынэхъыфIыр. Сыту жыпIэмэ, нобэ Къэбэрдейм е Осетием бандитхэр щызеуэмэ, пщэдей абыхэм лагъым къыщагъэуэнкIэ хъунущ Инджылызым е Испанием. Абы къыхэкIыу дунейпсо организацэхэр нэхъ зыхущIэкъуп­хъэр лъэпкъхэм я гугъуехьхэр зэрыщагъэпсынщIэнырщ, хэхэсхэр къешэлIэжынырщ, политикэ Iуэхухэр мамыр Iэ­малхэмкIэ зэрызэфIахынырщ. А IуэхухэмкIэ сэбэп хъуну икIи хэмытIасэу къызэгъэпэщыпхъэу къалъытащ Кавказым ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр зыхэт, зыми IэщIэмылъ Жылагъуэ палатэ.

   Зэхуэсым хэтахэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ Урысей Федерацэмрэ Абхъазымрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгущIэ ухуэныр. Апхуэдэ гъуэ­гум абхъазхэр куэд щIауэ щIохъуэпс. Абы зэпищIэнут Сыхъумрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ икIи абхъаз мандаринхэмрэ удз дахэхэмрэ сыхьэт зыхыблым къриубыдэу Урысейм лъэIэсынымкIэ, урысей туристхэри лъэпощхьэпо хэмылъу Абхъазым и зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэхэм кIуэфынымкIэ сэбэпынагъышхуэ иIэнут.

Державин Валерий.

Сыхъум.

 

 

Бельгием и командэр «Спартакым» хегъащIэ

 

Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм Налшык и “Спартакым”   иджыпсту зыщыхуегъэхьэзыр Тыркум.  Абы ипкъ иткIэ, Бельгием и чемпионатым епщыкIутIанэ увыпIэр щызыIыгъ “Шарлеруа”-м вэсэмахуэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ дри­гъэкIуэ­кIащ.

   Мы джэгур зэныбжьэгъугъэ зэIущIэу ирагъэжьами, лъэны­къуитIми зыщысхьыжрэ къикIуэтрэ ящIэртэкъым. ИкIи ар гурыIуэгъуэщ - иджыпсту зыкъызэрагъэлъагъуэм куэдкIэ елъытащ футболистхэм ящыщу командэм хагъэхьэнухэр къыхэхыныр.

   Налшыкдэсхэм бжыгъэр епщIанэ дакъикъэм къызэIуахыну яхузэфIэкIащ. Абы Бельгием и командэр нэхъри къызэщIи­гъэплъащ, арщхьэкIэ ди щIалэхэм я Iэзагъыр зэрынэхъ лъагэр нэрылъагъут икIи бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыну я хьэрхуэрэгъухэм Iэмал иратыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум “Шарлеруа”-м щыщхэм футбол хабзэр щIэх-щIэхыурэ къызэпауду хуежьащ икIи лъэныкъуэхэр зэзэуэжыну шынагъуэ къыщыкъуэкIым, джэгур иухыным иджыри дакъикъитху иIэжу, зэIущIэр судьям зэпигъэуащ. Арати, Налшык и “Спартакыр” 1:0-у текIуащ.

   Нобэ ди щIалэхэр Самарэ и “Крылья Советовым” IущIэнущ, абы и ужькIэ Полтавэ и “Ворскла”-м дэджэгунущ.

Жыласэ Заур.

 

 

ГъущIынэ Анатолэ и фэеплъ турнир

 

БэнакIуэ цIэрыIуэу щыта, СССР-м спортымкIэ и мастер, Совет Союзым и чемпион ГъущIынэ Анатолэ и фэеплъ зэпеуэ Шэджэм къалэ физкультурэ-спорт комплексым ще­кIуэкIащ. 1986 - 1988 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм я республикэ турнирым хэтащ Налшык къалэм, Шэджэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Тэрч, Аруан районхэм я командэхэр, псори спортсмени 140-рэ.

   Зэхьэзэхуэр фэеплъ зы­хуащIа ГъущIынэ Анатолэ и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ кIэщIу тепсэлъыхьащ, ар фIы­кIэ ягу къагъэкIыжащ Щхьэлыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Амщокъуэ Анатолэ, Шэджэм район администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Уэдыжь Хьэсанш, спортым и ветеран Тобыл Шыхьбан сымэ, нэгъуэщIхэми. ГъущIынэ лъэпкъым я нэхъыжь Валерэ ныб­жьы­щIэхэм ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэну ехъуэхъури, турнирыр къызэIуихащ.

   Зыхэта хьэлъагъ елъытауэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Щад Резуан, Мер Арсен, Жолдащ Вячеслав, Тэрло Хьэсэн, Цыцэ Мартин (Налшык), Алъкъащ Мухьэрбэч (Тэрч), КIэрэф Феликс, КIэрэф Альберт (Щхьэлыкъуэ) сымэ.

   ТекIуахэмрэ призер хъуахэмрэ дипломхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. “Техникэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуа” саугъэтыр налшыкдэс Мер Арсен хуагъэфэщащ, “ТекIуэныгъэм зэрыхущIэкъуам” и саугъэтыр Щхьэлыкъуэ щыщ Дэдэхъу Мурат лъысащ. Турнирым и судьяхэри ягъэпэжащ. Саугъэтхэм трагъэкIуэдащ сом мин 27-м щIигъу.

   Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм мылъкукIэ зыщIагъэ­къуащ Щхьэлыкъуэ къуажэ администрацэм, “Русь” ООО-м (уна­фэщIыр Сэкрэк Владимирщ), щхьэлыкъуэдэс Хьэщыкъуей Хьэсэн сымэ.

БжыкIший Борис.

 

ссылки

хъыбархэр

сурэт

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]