ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм мазаем и9

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2006 гъэм мазаем и 3-м къыдигъэкIа Указ №11-УП-мкIэ къищтащ

Граждан жылагъуэм ехьэлIа IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным зыщIэгъэкъуэнымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр

Республикэм и Президентым и деж щыIэ

комиссэм хэтхэр

   Къанокъуэ А.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентыр (Комиссэм и унафэщIщ)

   Беппаев С.У. - Комиссэм жэуап зыхь и секретарыр

   Бабаев Хъу.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и унафэщIхэм ящыщ зыр (зэгурыIуауэ)

   Балъкъыз З.Хь. - Аруан районым и щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

   Бобылев В.Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и православнэ члисэхэм я Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

   Борэ А.Хь. - “Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университет” щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэ­гъуэт къэрал IуэхущIапIэм и Социально-гуманитар институ­тым дунейпсо тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщIыр (зэ­гу­ры­Iуа­уэ)

   Вэрыкъуэ В.Хъ. - ЩэнхабзэмкIэ урысей фондым и Къэбэр­дей-Балъкъэр къудамэм и тхьэмадэр, “Налшык” жылагъуэ телерадиокомпание” акционер обществэ зэIухам и генеральнэ директорыр (зэгурыIуауэ)

   Гончаренкэ М.В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Пар­ламентым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и уна­фэщIхэм ящыщ зыр (зэгурыIуауэ)

   Думэн Хь.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прави­тельствэмрэ ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрымрэ Гуманитар къэхутэны­гъэ­хэмкIэ я институтым и унафэщIыр

   ДыщэкI М.Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парла­ментым ЗаконодательствэмкIэ, къэрал ухуэныгъэмкIэ, щIыпIэ самоуправленэм и IуэхухэмкIэ и комитетым и уна­фэ­щIыр (зэгурыIуауэ)

   Жыгун Хь.Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адвокат палатэм и президентыр (зэгурыIуауэ)

   Зумакулов А.М. - Урысей Федерацэм Мэкъумэш хо­зяйст­вэмкIэ и министерствэм и “Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш академие” щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт феде­ральнэ къэрал еджапIэм и проректорыр (зэгурыIуауэ)

   Любуня Н.Г. - Тэрч-Балъкъ къэзакъ округым щыщу Къэ­бэр­дей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм хиубыдэм и атаманыр (зэгурыIуауэ)

   ПщыхьэщIэ I.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Мус­лъымэнхэм я IуэхущIапIэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)

   Сэхъу В.Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и уна­фэщI­хэм ящыщ зыр (зэгурыIуауэ)

   Тау П.Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и про­фес­сио­нальнэ союзхэм я IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и де­путатыр (зэгурыIуауэ)

   Темиржанов М.О. - Шэрэдж районым и щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

   ХьэфIыцIэ М.М. - “Адыгэ псалъэ” газетым и редакцэ” къэ­рал IуэхущIапIэм и редактор нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ)

   Шабаев Л.М. - Налшык къалэ дэс журтхэм я дин зэгухьэ­ны­гъэм и раввиныр (зэгурыIуауэ)

   ШыкIэбахъуэ М.Хь. - Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ Зэ­щIэ­у­зэ­да къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсио­нер­хэм) я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгу­хьэ­ныгъэм и советым и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ).

 

Абы и фэеплъыр кIуэдыжынкъым

Республикэм и творческэ союзхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ­ центрхэм, жылагъуэ организацэхэм, цIыхухэм куэд­рэ зыкъызэрыхуагъазэм къыхэкIыу КъБР-м и Президентым и унафэкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президент КIуэкIуэ В.М. и фэеплъыр мыкIуэдыжын щIыным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэр гъэхьэзырын и лъэныкъуэкIэ. Дыгъуасэ КъБР-м и Парламентым и спикер Бечелов Ильяс и унафэм щIэту щекIуэкIащ а Комиссэм и зэIущIэ. Абы къри­хьэлIащ Президентым и Администрацэм и УнафэщI Шондыр Олег, Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Бозий Натбий, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ­хэу Балъкъыз Михаилрэ Чеченов Ануаррэ, Президентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу Парламентым, суд органхэм щыIэ Къуэшрокъуэ Залым, Налшык къалэм и щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэ Берд Хьэзрэталий, комиссэм хэт нэгъуэщIхэр.

   ЗэIущIэр къызэIуихри, Бечелов Ильяс къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ творческэ союзхэм, лэжьакIуэ коллективхэм, жылагъуэ организацэхэм къабгъэдэкIыу Президентымрэ Парламентымрэ чэнджэщ пыухыкIахэр къазэрыIэрыхьар. Комиссэ хэха къызэрагъэпэщащ, абы хэтхэм а къыхалъхьа чэнджэщхэр зэхалъхьэжу хэплъэн хуейщ.

   Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэ АфэщIыж Юрий жиIащ Бахъсэн Октябрыр илъэс 60 зэрырикъуам и цIэр зезыхьэу щыта уэрамым КIуэ­кIуэ Валерий и цIэр зэрыфIа­щар, апхуэдэуи чэнджэщ щы­Iэщ республикэм и япэ Президентым и цIэр ар ще­джа школым фIэщынымкIэ.

   Парламентым и вице-спикер Бозий Натбий Налшык дэт Къэрал киноконцерт залым КIуэкIуэ В.М. и цIэр фIащыну жылагъуэ организацэхэм къызэрагъэувар ягу къи­гъэкIыжри, езым къыхилъхьащ япэ Президентым и цIэр театрхэм я Уардэунэ яу­хуэм фIащыну. АтIэми а Уардэунэр ухуэныр зигу къэкIауэ щытар аращ. Комиссэм хэтхэм ар даIыгъащ. Апхуэдэуи ахэр акъылэгъу хъуащ Бозийм къыхилъхьа нэгъуэщI IуэхумкIи: Аруан районым, Нарткъалэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэр а куейр зэфIэувэнымрэ зиужьынымрэ куэд хэзыщIыхьа цIыхум и фэеплъыр мыкIуэдыжын щIыным, къапщтэмэ, Нарткъалэ и уэрамхэм ящыщ зым абы и цIэр фIэщыным егуп­сы­сыну пщэрылъ яхуэщIы­ным­кIэ.

   Налшык къалэм и щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэ Берд Хьэзрэталий акъылэгъу хъуащ республикэм и къалащхьэм и уэрамхэм ящыщ зым КIуэкIуэ В.М. и цIэр фIэщын хуейуэ жылагъуэ организацэхэм, къэпсэлъахэм ящыщ зыбжанэм къызэрагъэувамкIэ.

  Парламентым и комитетым и унафэщI Иванов Игорь къыхилъхьащ Налшык къалэм ЗэгурыIуэныгъэмкIэ и утыкум (Советхэм я Унэм и гупэм деж) КIуэкIуэ В.М. и фэеплъ щагъэувыну. Депутатым къызэрилъытэмкIэ, республикэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ щыIэныр къызэригъэпэщыну зыхузэфIэ­кIа цIыхум ар нэхъ хуэфащэщ ЩIы хъурейм и шар абы ирагъэувам нэхърэ.

   ФIыуэ егупсысауэ Iуэху къы­хилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академием и ректор Жэрыкъуэ Борис, а еджапIэр къэзыуха КIуэкIуэ В.М. и цIэр Академием фIэщын икIи абы и фэеплъыр Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамымкIэ плъэуэ вузым и гупэм щыгъэувын и лъэныкъуэкIэ. А Iуэхур комиссэм хэт псоми ягу ири­хьащ.

   Парламентым и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Абазэ Руслан япэ Президентыр къыщалъхуар Тырныауз къалэр арауэ зэрыщытыр ягу къигъэкIыжри, КIуэкIуэ В.М. и цIэр Кавказ къуршым и щыгу лъагэ цIэншэхэм ящыщ зым фIэщын хуейуэ къыхилъхьащ. А гупсысэм адэкIэ зригъэубгъуащ Парламентым и комитетым и унафэщI Жанатаев Сэлим: Булунгу къуажэм газ шэныр щаухым абы щыпсэухэм апхуэдэ унафэ къащтащ, уеблэмэ апхуэдэ щыгу лъаги къагъуэтащ, къэнэжыр документхэмкIэ щIэгъэбыдэ­нырщ.

   Абазэ Руслан апхуэдэуи къыхилъхьащ КIуэкIуэ В.М. щыпсэуа унэм и блыным мемориальнэ пхъэбгъу кIэралъхьэ­ну икIи япэ Президентым теухуа гукъэкIыжхэр щызэ­хуэ­хьэса тхылъ къыдагъэ­кIы­ну.

   Вице-премьер Балъкъыз Михаил Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ министерствэм чэнджэщ иритащ КIуэкIуэ В.М. теухуа ки­но-сурэт-видеоматериалхэр зэхуэхьэсыныр икIи хъумэныр къызэригъэпэщыну икIи республикэм и япэ Президентым и гъащIэмрэ и лэжьы­гъэмрэ теухуа документальнэ фильм ягъэхьэзырыну.

  Парламентым и УнафэщI Бе­челов Ильяс «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» медаль зэрагъэувар ягу къигъэкIыжри, къыхилъхьащ, а медалым и япэ экземплярыр КIуэкIуэ Валерий Му­хьэмэд и къуэм (лIауэ) хуа­гъэ­фэщэну КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен деж лъэIу къыщаIэтыну.

   ЗэIущIэм щекIуэкIа пса­лъэ­макъыр зэхилъхьэжкIэрэ, Бечелов Ильяс псоми фIы­щIэ яхуи­щIащ республикэм и япэ Президентым и фэеплъыр мы­кIуэдыжын щIын Iуэхум жы­джэру зэрыхэтахэм щхьэ­кIэ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

 

Дунейпсо Гъавэ Корпорацэм и IуэхущIапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен бэрэжьей махуэм яIущIащ «Гленкор Интернейшнл АГ» швейцар компанием, Дунейпсо Гъавэ Компанием я лIыкIуэхэм. Ахэр ди деж къэкIуащ инвестицэ проектхэр гъэзэщIэн икIи КъБР-м компанием и IуэхущIапIэ къыщызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ республикэм щыIэ Iэмалхэм щыгъуазэ защIын папщIэ.

                                                                                                          Къанокъуэм хьэщIэхэр кIэщIу щыгъуазэ ищIащ КъБР-м и экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Абы къигъэлъэгъуащ республикэр аграрнэу зэрыщытыр, АПК-м зегъэужьынымкIэ лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным ди деж жы­джэру зэрыщыщIадзар. Абы къищынэмыщIауэ туризмэм, бгы-лыжэ спортым зрагъэужьыну я му­радщ, Iуащхьэмахуэ лъапэм экономикэ щIы­пIэ щхьэхуит къыщызэгъэпэщыным теухуауэ заяв­кэ ятащ, швейцар фирмитIым а щIыпIэм инвестицэхэр щыхэлъхьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр зрагъащIэ. Президентыр хэхауэ тепсэлъыхьащ воль­фрам, молибден гъэтIылъыгъэхэр зэры­щыIэм, инвестицэхэр къыщыхалъхьэнум пэплъэу Тырныауз горно-обогатительнэ комбинатыр мылажьэу зэрыщытым. «Бизнесым папщIэ щытыкIэ нэхъыфI дыдэхэр къызэдгъэпэщынущ, инвесторхэр хилъафэ хъужыкъуэмэ, республикэр абыкIэ шэсыпIэ зэриувэнум нэсу» къыхи­гъэ­щхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен.

   «Гленкор Грейн» компанием и управляющэ Крис Махони жиIащ компанием илъэс къэс доллар мелард 70-м нэблагъэ зэрызэблигъэкIыр. Ар металлхэм елэжьын, щIы дагъэ къыщIэшын, фIа­мыщI къыщIэхын, энергетикэм и продуктхэр, мэкъумэш продукцэ къэлэжьын я лъэны­къуэ­кIэ дунейм щыпашэхэм ящыщ зыщ, гъавэмрэ дагъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ я дунейпсо рынокым илъэс 25-м щIигъуауэ щолажьэ, дунейм и къэрал 20-м езым и представительствэхэр щиIэщ, абыхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыр - Урысейм. Управляющэм зэрыжиIамкIэ, компаниер нэхъ дэзыхьэхыр КъБР-м и мэкъумэш Iэна­тIэрщ.

   «Мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыпIэм щыIэ мэкъумэшыщIэхэм езыхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэр зыхуэдэр зыхащIэу щытыным икIи къалэжь продукцэр щыпхагъэкI рынокыфI яIэным. Дэ сыт щы­гъуи фIыуэ икIи и зэманым продукцэм и пщIэр ядот, гъавэр хэщIыныгъэ имыгъуэту дохъумэ. Фирмэр нэгъуэщI IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэми зыубгъуауэ щылэжьэнкIэ хъунущ. Къапщтэмэ, дэ гулъытэ худощI щIыдагъэ къыщIэшыным, Тырныауз горно-обогатительнэ комбинатым, туризмэм», - къигъэлъэгъуащ Крис Махони икIи щIэ­лъэ­Iуащ а унэтIыныгъэхэмкIэ справкэ иратыну.

   Дунейпсо Гъавэ Корпорацэм - «Гленкор Грейн» Урысейм щиIэ стратегие дзейм и генеральнэ директор Огнев Юрий жиIащ гъавэ щыIах Солдатскэ предприятэм Дунейпсо Гъавэ Корпорацэм и IуэхущIапIэ къыщызэIухыным и Iуэхум къанэ щIагъуэ щымыIэу унафэ тещIыхьа зэрыхъуар.

   Абы и япэ къуэдзэ Щоджэн Iэуес дыщIигъуащ элеватор, техническэ станц зэраухуэнур, лэжьа­пIэ IэнатIэщIэхэр къызэрызэрагъэпэщынур.

   «Iэмал имыIэу дынывдэIэпыкъунщ, щIэгъэ­къуэн фыхуей хъумэ зыкъытхуэвгъазэ, - жиIащ Президентым. - ПщIэшхуэ зиIэ фи фирмэм хуэдэм и унэтIыныгъэхэм ящыщ зымкIэ нэхъ мыхъу­ми ди деж щылажьэу щIидзэмэ, ар адрей инвесторхэм я дежкIи щапхъэ хъунущ, мыбы Iуэху щызехьэнымкIэ щытыкIэфIхэр зэрыщыIэм щыхьэт техъуэ щапхъэ».

   ХьэщIэхэм Къанокъуэ Арсен къратащ фэеплъ саугъэт - керамикэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъу, жьыкIэ ягъэлажьэ щхьэлхэм, къуажэ унэхэм я сурэтхэр тещIыхьауэ.

   ЗэIущIэм хэтахэщ «Гленкор Грейн» и трейдер нэх­ъыщхьэ Тео Шкипер, экономикэ зыу­жьы­ны­­гъэмрэ сатумкIэ министр Мусуков Алий, «Юнис» компанием и унафэщI Семэн Юрий.

КъБР-м и Президентымрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

 

 

Зы ЩIэин. Зы Хэку. Зы лъэпкъ

Адыгэр зы дыхъужыным, шэч хэмылъу, дэтхэнэ ди зы лъэпкъэгъури щIохъуэпс. Ауэ ущIэхъуэпс къудейкIэ зэфIэкIкъым -  щхьэж хузэфIэкI абы хилъхьэн хуейщ. Дауи, а Iуэху­гъуэш­хуэр зы цIыху-цIыхуитIым я къарукIэ гъэзэщIа хъунукъым: адыгэу зыкъэзылъытэж псори къызэщIэзыгъэуIуэн, зы зыщIыжын гупсысэ дыхуейщ. «Зы ЩIэин. Зы Хэку. Зы лъэпкъ» къыхуеджэныгъэр гъуазэ зыхуэхъуа Дунейпсо Адыгэ Зэкъуэ­шыныгъэ (ДАЗ) щIалэгъуалэ организацэм и мурадщ хамэ щIыпIэ куэдым щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр зэпищIэну.

Мазаем и 3-м Налшык, Дунейп­­со Адыгэ Хасэм и унэм, зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Ар къызэригъэпэщащ щIышылэм и 17-м ятха Дунейпсо Адыгэ Зэкъуэшыныгъэ цIыхубэ организацэм. Абы и къызэгъэпэщакIуэ комитетыр зэхыхьащ илъэс и пэкIэ. Хьэлэмэтращи, ДАЗ-м и жэрдэмщIакIуэри, ар зэфIэзыгъэ­увари щIалэгъуалэрщ. Тхьэмадэу хахар щIалэщIэ дыдэ Шы­хъуэ Замирщ.

   Хэкужьым ис адыгэхэмрэ нэгъуэщІ къэрал щыІэхэмрэ яку зэпыщІэныгъэ быдэ дэлъхьэным теухуа мурадырщ Дунейпсо Адыгэ Зэкъуэшыныгъэм щIэдзапIэ хуэхъуар. Шэч хэлъкъым: лъэпкъым и тхыдэр, бзэр, щэнхабзэр, зэхэтыкIэр, хабзэ дахэр ди зэхуэдэ щІэинщ. А псор тхъумэжыныр дэтхэнэ зы адыгэми ди хъуэпсапIэми, дуней псом дызэрыщикъухьам ди къарур щIех. Абы къыхэкIыу ДАЗ-м япэ иригъэщыну и мурадхэм ящыщщ дэнэ щIыпIи щыIэ ди лъэпкъэгъухэр зэпищIэныр, лъэпкъым теухуауэ тхылъхэр, тхыгъэхэр зэхуэхьэсыныр икIи мыпхуэдэ унэтIыныгъэхэр егъэпс:

   - тхыдэм, ІуэрыІуатэм, адыгэ Іуэхум теухуа хьэпшыпхэр зэхуэхьэсын;

   - адыгэ щыпсэу щІыпІэхэм щыгъуазэ зыщIын;

   - хабзэр щІэблэм нэсу егъэ­щІэн;

  - адыгэхэм тетхыхьахэм, Іуэ­рыІуатэм и лэжьакІуэхэм я лек­цэхэр, семинархэр къызэ­гъэпэщын;

   - лъэпкъыр зы хъужын гупсысэм дуней псом зыщегъэубгъун.

   А псори зэрекIуэкIым щы­гъуазэ зыщІыныр нэхъ тынш хъун папщІэ интернетым сайт къыщызэІуахащ: www.ady­gau­nion.com. Абы итхэр цIыху­ псоми къагурыIуэн папщIэ тхыгъэхэр бзитхукIэ ягъэхьэ­зыр: адыгэбзэкIэ, урысыб­зэ­кIэ, инджылызыбзэкIэ, нэмы­цэбзэкIэ, тыркубзэкIэ.

   ЩІэблэм адыгэ Іуэхур щІэщыгъуэ щащІын мурадкIэ проект зыбжанэ зэхалъхьащ. Абыхэм ящыщщ мыхэр:

   «Дунейпсо адыгэ сурэты­лъэ». Абы илъынущ адыгэм пасэ зэманым щыщІэдзауэ нобэ пщІондэ къыдекІуэкІа Іуэхухэм теухуа сурэтхэр, Кавказым и дахагъэр, ди псэу­кIэр, щыгъын зэрахьэу щытахэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэхэр. А псом къищынэмыщIауэ абы хэтынущ адыгэ сурэтыщI­хэм я лэжьыгъэхэр. Сайтым махуэ къэсыхукІэ сурэтыщІэхэр иралъхьэнущ. КIуэ пэтми ар адыгэм теухуауэ сыт хуэдэ сурэтри щыбгъуэт сурэтылъэ хъунущ.

   «Адыгэ информацэ гъэ­лъэ­гъуапIэ». Абы щызэхуэхьэсащ адыгэм и гъащІэм теухуа хъыбархэр, макъамэхэр, уэрэдхэр. КIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр щІэблэ къэ­кIуэнум хуихъумэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.

   «Дунейпсо адыгэ акъылы­лъэ». Мыбы зэхуэхьэса щы­хъу­нущ ди лъэпкъым теухуа тхыгъэхэр, щІэныгъэлІ цIэры­Iуэ­хэм я лэжьыгъэхэр, нэ­гъуэщI­хэри. Дэтхэнэ цIыхуми Дунейпсо адыгэ акъылылъэм езым и Iуэху еплъыкIи къыхилъхьэфынущ. Іуэхугъуэ зэмылІэужьыгъуэхэм теухуауэ нобэ абы тхыгъи 150-рэ щызэхуэхьэсащ.

   «Адыгэбзэ». Ар анэдэлъху­бзэр джыным и электроннэ Iэмалщ, Урысей Федерацэм щыпсэухэм я мызакъуэу, хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэп­къэгъухэми яхуэгъэзауэ. Мы Iуэхум елэжьыну гукъыдэж зиIэ псори къадэлэжьэну къыхураджэ.

   «Адыгэ on-line тхылъылъэ». Ди тхакІуэхэм я лэжьыгъэхэр дуней псом тет ди лъэпкъэ­гъу­хэм абыкIэ лъагъэІэсыфынущ. Иджыпсту абы нэхъыбэу щызэхуэхьэсар епщыкIубгъуанэ лІэщІыгъуэм щыпсэуа тхакIуэ­хэм я къалэмыпэм къыщIэ­кIахэмрэ ди лъэпкъ Iуэры­Iуа­тэмрэщ.

   «ЛъыхъуакIуэ». Ди жагъуэ зэ­рыхъущи, Урыс-Кавказ зауэм адыгэ куэд зэфIигъэкIуэдащ. Зы лъэпкъым и цIыхуу а зауэм дуней псом трипхъахэр зэрыгъэгъуэтыжынырщ проектым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр.

   Адыгэхэм ди шхыныгъуэхэр мыкIуэдыжын папщIи проект щхьэхуэ щыIэщ. Абы ипкъ иткIэ шхыным и гъэхьэзыры­кIэр видеокIэ трах. А Iуэху­гъуэр гъэмахуэм и пэхэм яу­хыну я гугъэщ, итIанэ ар CD, DVD дискхэм тету къыдагъэкIыжынущ.

   Уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуахьэсыжынурэ, ахэри цIыхубэм Iэрагъэхьэнущ. КъищынэмыщIауэ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр я адэжь Хэкум къашэурэ я нэгу зра­гъэужьынущ.

   Накъыгъэм и 21-р адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. Абы ирихьэлIэу ДАЗ-м хэтхэр Iуащхьэмахуэ дэкIыу лъэпкъ бэракъыр абы и щыгум щаIэтыну я мурадщ.

  ГъэщIэгъуэнращи, ди лъэп­къым и цIыхухэм зэгъусэу зэдэтIэту дгъэлъапIэ махуэ ди­Iэ­къым. Абы къыхэкIыу адыгэ­хэм я махуэ лъапIэ ягъэу­выну мурад ящIащ - ар вагъуэ пщыкIутIыр зытет ди бэра­къыр дунейм къыщытехьа махуэм иребгъэхьэлIэ хъуну куэ­дым къалъытэ, ауэ унафэ пыу­хыкIа иджыри тращIыхьа­къым.

   ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа лэжьыгъэ псори тэмэму, нэ­гъэсауэ зэфIэгъэкIыныр къе­лъахъэ Дунейпсо Адыгэ Зэ­къуэшыныгъэм мылъку къызэремэщIэкIым. Ар гулъытэ зыхуэныкъуэщ.

 

ЖЫЛАСЭ Замир,

КъБКъУ-м и студент.

 

 

УIэгъэ

 

Зэманми хуэгъэхъужкъым си уIэгъэр.

ЛIэщIыгъуэ дапщэ хъуауэ иIыгъ гъэру,

Къыщиудыжрэ щIэрыпсу си лъы ткIуэпсхэр

Гъущыж ямыIэу теткIуэу гум и къуэпсхэм.

Ауэ зыпэмылъэщыр зыщ зэманыр -

Абы ириудыфыркъым си гугъэр.

СфIигъэкIуэдыфыркъым адэжьхэм я щIэину

Къысхуагъэнауэ щыта адыгагъэр.

Зэманым зэхегъэкIыр хэт и лIыгъи,

Дуней хеящIэу тщIыгъущи махуэ къэскIэ.

Зэман блэкIахэм япсыхьа си гугъэр

Си гущIэм илъыхункIэ псэр къэмыскIэ.

А гугъэм игъэхуабэу, игъэкъабзэу,

Гугъуехьхэм си акъылыр ягъэжабзэу,

КъыщызокIухьыр си щIыналъэм махуэ къэскIэ.

Аращ зымыгъэункIыфIыр гум и хъуаскIэр.

Сызэпроплъыр куэдрэ хы адрыщIкIэ, -

АбыкIи щыIэщ зэджэ адыгэщIкIэ -

Ахын и толъкъун уэрхэр къыщиунэщIкIэ

Кхъузанэу изогъэжыр псыр псэ лъащIэм,

Хэт ищIэрэ жыхуэсIэу:

Псэ кхъузанэм

КъизэрыхьынкIэ хъунщ зы адыгэпсэ.

Хы адрыщIкIи хуабэу щопсыр дыгъэр,

Хы адрыщIми щыкIуэдакъым гугъэр.

Адыгэр хы адрыщIми щызокIуэ.

Ауэ жэщ къэсыхукIэ

Хым и щIагъым

Гуузу къыщIоIукI «ИстамбылакIуэр».

2006 гъэ, мазае.

 

ХабзэщIэхэм япкъ иткIэ

2006 гъэм мазаем и 26-м къыщыщIэдзауэ къару егъуэт «ЦIыхухэм езыхэм я щхьэкIэ къагъэсэбэпыну хьэпшыпхэу Урысей Федерацэм и таможнэ гъунапкъэмкIэ къызэпрашхэм зыуэ щыт таможнэ пошлинэхэмрэ налогхэмрэ ятелъхьэным теухуауэ

 

2003 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м Урысей Федерацэм и Правительствэм къыди­гъэ­кIа унафэ №718-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2006 гъэм щIышылэм и 23-м къищта унафэ №29-м.

 

*   *   *

   ЗэхъуэкIыныгъэхэр ехьэлIащ хьэрычэтыщI лэжьыгъэм пымыщIа цIыхухэм езыхэм я щхьэ, унагъуэ IуэхухэмкIэ къагъэсэбэпын папщIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэм пошлинэ щIамыту кърашэ хьэпшыпхэм мардэхэр яхуэгъэувыным.

   Псалъэм и хьэтыркIэ, килограмм 50-м щIимыгъу икIи псори зэхэту сом мин 65-м щхьэпрымыкI уасэ зиIэ хьэпшыпхэр езым я щхьэкIэ къагъэсэбэпын мурадкIэ пошлинэхэмрэ налогхэмрэ ямыту цIыхухэм ди къэралым кърашэ хъууэ щытамэ, мазаем и 26-м и ужькIэ пошлинэхэр зыщIамыт хьэпшыпхэр килограмм 35-м нэсу ягъэмэ­щIэнущ, квотэ уасэр къэнэжу.

   ЗэхъуэкIыныгъэхэр ялъэIэсынущ цIыхухэм таможнэ гъунапкъэр зэрызэпаупщI куэдагъми. Мы зэманым льготэхэр яIэщ таможнэ гъунапкъэр тхьэмахуэ зэхуакум зэ фIэкIа зэпызымыупщIхэм. ХабзэщIэхэм япкъ иткIэ льготэхэр зыхуагъэувынур таможнэ гъунапкъэр мазэм къриубыдэу зэ нэхърэ нэхъыбэ зэпызымыупщIхэрщ.

   Апхуэдэ щIыкIэкIэ 2006 гъэм мазаем и 26-м къыщыщIэдзауэ зы цIыхум пошлинэхэр имыту зы мазэм хьэпшыпу килограмм 35-рэ икIи псори зэхэту зи уасэхэр сом мин 65-м щIимыгъу хьэпшыпхэр къишэ хъунущ.

КъБР-м и таможнэм и пресс-IуэхущIапIэ.

 

 

 

 

Ди къафэ щэнхабзэр жыжьэ къыщожьэ

Гуманитар къэхутэныгъэ­хэм­кIэ институтымрэ “Адыгэ щIэин” фондымрэ я нэIэм щIэту дунейм къытехьащ КIэш Заремэ зэлэжьа “Танцевальная и музыкальная культура кабардинцев во второй половине ХХ века” тхылъыр. Ар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ тхылъ тедзапIэм къыщыдэ­кIащ. Редакторыр тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къущхьэбий Анзорщ.

   Адыгэхэм я къафэ щэнхабзэр зэрызэфIэувам, а гъуазджэ лIэужьыгъуэм 1940 - 1980 гъэхэм игъуэта зыужьыны­гъэм, 90 гъэхэм абы ича лъэбакъуэхэм теухуащ тхылъым и япэ Iыхьэр.

   ЕтIуанэ Iыхьэр ар зи Iэдакъэ­щIэкIым зыхухихар зи гугъу тщIа лъэхъэнэхэм адыгэхэм я макъамэ щэнхабзэм зэрызиужьарщ.

   КIэшым зэритхымкIэ, лъэпкъым и гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд къафэхэм яхъумэрт псэукIэмрэ псэмрэ ехьэлIауэ цIыхубэм зэригъэпэщыфа беягъэр. Дэтхэнэ лIэщIыгъуэми, езыр зыхуэныкъуэм, и зыу­жьыныгъэр здынэсам елъытауэ къигъэщIырт къафэ “тхып­хъэщIыпхъэхэр”, макъа­мэхэр. ЦIыхухэм, цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я зэхущытыкIэр къыхощ къафэ, макъамэ гъуазджэм.

ИСТЕПАН Залинэ.

 

 

 

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]