|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мазаем и8 |
|||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал мылъкур зехьэнымкIэ и Къэрал комитетым и унафэщIым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и Указ
1. Сэхъу Мухьэмэд Исмэхьил и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал мылъкур зехьэнымкIэ и Къэрал комитетым и унафэщIу гъэувын. 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2006 гъэм мазаем и 7 №15-УП
|
|
||||||||||
ГЪУНЭ ЗИМЫ1Э Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Абы лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэр XXVIII лIэщIыгъуэм къыщожьэ. 1724 гъэм мазаем и 8-м Урысейм и пащтыхь Петр Езанэм Iэ тридзауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) хэкум къызэрыщызэригъэпэщымкIэ унафэм. 1999 гъэм, РАН-р илъэс 275-рэ щрикъум ирихьэлIэу, УФ-м и Президентым Унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIащ а махуэр къэралым щыгъэлъэпIэным теухуауэ. Дунейпсо мардэм къитIасэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэшхуэхэр щокIуэкI РАН-м. Иужьрей илъэс зыбжанэм абы и лэжьыгъэм хуабжьу зиужьащ, и къудамэхэми къэралым и щIыналъэ куэдым зыщиубгъуащ. 1993 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр. Ар къызэрагъэпэщын папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Петр. А къудамэм иджыпсту и унафэщIри аращ. РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI. Ар ди щIыпIэм щыIэ институт зыбжанэм епхащ. Апхуэдэхэщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтыр (унафэщIыр Думэн Хьэсэнщ), Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр (унафэщIыр Иуан Петрщ), Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр (унафэщIыр Нэхущ Iэдэмщ), Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр (унафэщIыр Тембот ФатIимэщ), нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къудамэ щхьэхуэхэщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысейпсо Академием ди щIыпIэм щиIэ Бахъсэн нейтринэ обсерваторэр, абы и Президиумым егъэщIылIащ ГеографиемкIэ къудамэмрэ редакцэ-тхылъ тедзапIэмрэ. Апхуэдэу ди республикэм щылажьэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ РАН-м и Медико-биологие институтым медицинэ-экологие къэхутэныгъэхэмкIэ и щIыналъэ институтыр, Астрономие обсерваторэр. Зи къэхутэныгъэхэмкIэ къэралым и мызакъуэу, дуней псом мыхьэнэшхуэ щызиIэ центрхэм щолажьэ лъэпкъхэм я щIэныгъэлI пажэхэр. Ахэр щагъэхьэзыр зи зэфIэкIым илъэс къэс хэзыгъахъуэ ди вузхэм. ЦIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етыным псэемыблэжу хуолажьэ еджапIэ пашэхэу КъБКъУ-р, КъБКъМА-р, ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтыр, БизнесымкIэ институтыр, нэгъуэщIхэри. ЩIэныгъэмрэ къэхутэныгъэмрэ зи лэжьыгъэр епхахэм я зэфIэкIым и лъагагъым куэдкIэ елъытащ жылагъуэм иIэ социально-экономикэ щытыкIэр. Ди щIэныгъэлI псоми я махуэшхуэмкIэ дынывохъуэхъу, республикэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэн къэхутэныгъэхэмкIэ нэхъ къулеиж фыхъуну ди гуапэщ. тамбий Линэ.
Лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ
Мейкъуапэ. Адыгейм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Жьадэ Анзаур зэрыжиIамкIэ, егъэджэныгъэмкIэ Урысейм и лъэпкъ проектым щIыналъэм лэжьэн щыщIидзащ: къэпщытакIуэ совет, лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщащ. Лъэпкъ проектым и фIагъыр япэу зыхэзыщIэнур классым и унафэщI егъэджакIуэхэрщ. Мазаем абыхэм я улахуэм сом мин зырыз хущIагъунущ. КъэпщытакIуэ советымрэ лэжьакIуэ гупымрэ къахутэн хуейщ республикэм и егъэджакIуэ нэхъыфIу 37-рэ. Абыхэм псоми сом мини 100 зырыз къапоплъэ. Сом мелуан зырыз къалъысынущ республикэм и еджапIэ 11-м. Гулъытэ хэха хуащIынущ еджакIуэ цIыкIухэми - сабий зэчиифIэхэм, республикэ олимпиадэхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIахэм ахъшэ саугъэту сом мин 60 иратынущ. Жьадэ Анзаур къызэрыхигъэщамкIэ, Урысей Федерацэм и Правительствэм унафэ къищтащ курыт еджапIэхэр компьютерхэмкIэ къызэгъэпэщыным, ахэр Интернетым пыщIэным ехьэлIауэ школхэм щхьэхуэу ахъшэ зэрыхуаутIыпщынур. Абы нэмыщIкIэ республикэм щагъэзэщIэнущ “школ автобус” проектыр - а Iуэхугъуэм щхьэкIэ федерал бюджетым сом мелард, щIыпIэ бюджетым - сом мелуан 1,5-рэ къыхэкIынущ. ЕджапIэ пэшхэр унэлъащIэхэмкIэ, IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ, федерал бюджетым сом меларди 2,5-рэ, республикэ бюджетым сом мелуан къыхэкIынущ.
Къэпщытэныгъэм щIедзэ Черкесск. ЦIыхухэм я гъащIэм, псэукIэм ехьэлIауэ шынагъуэ щымыгъэIэным, щIэпхъаджагъэм ахэр щыхъумэным теухуауэ Урысей Федерацэм и законодательствэм къыщыгъэлъэгъуахэр Къэрэшей-Шэрджэсым зэрыщагъэзащIэр къапщытэ. А хъыбарыр къитащ КъШР-м и Президентымрэ правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм. Апхуэдэуи УФ-м и Къэзыбж палатэм республикэм къыщепщытэ щIыпIэ бюджетыр 2005 гъэм зэрагъэзэщIа щIыкIэр. Хьэщыкъуей Олег.
Щ1ЭБЛЭМ ЗЭДГЪЭУЗЭЩ1ЫН ХУЕЙЩ - Заур, иджыблагъэ концерт гуэрхэр птауэ Москва укъызэрикIыжар зэхэсхати, зы лъэныкъуэкIи сыпхуэгуфIащ, къэрал къулыкъур зрата уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм сценэр ибгынэну и мураду пIэрэ жысIэу абыи сегупсысащ.
- Пэжщ, концерт сиIащ, илъэс и пэкIэ дызэрызэгурыIуам тету. Зыр Тулэ, адрейр Москва щекIуэкIащ, нэгъуэщI уэрэджыIакIуэхэм срагъусэу. Иджыри гъатхэпэм и 12-м Кремлым съездхэмкIэ и унэшхуэм си закъуэу концерт щыстынущ. Ар центральнэ телевиденэми трихынущ, урыс, итальян, адыгэ классикэ, эстрадэ уэрэдхэр згъэзэщIэнущ. Концертым зыкъыщигъэлъэгъуэнущ москвадэс адыгэхэм я Хасэм къыщызэдгъэпэщауэ щыта къэфакIуэ ансамблым, Къэбэрдей Эммэ зи унафэщIым. Сэ жысIэну уэрэдхэм къызэрыдэфэнум нэмыщI, езы гупми зы къафэ игъэзэщIэнущ. - Заур, уи унагъуэ, лэжьыгъэ Iуэхухэр тэмэму зэтеувауэ, зэуэ уи гъащIэм нэгъуэщIу зыкъызридзэкIащ. Сытым утригъэгушхуа уи IэнатIэщIэм? - Зы закъуэщ сытезыгъэгушхуар. Ди республикэм хуэщхьэпэну, цIыхухэм я псэукIэр иригъэфIэкIуэну къалэн зыщызыщIыжа Къанокъуэ Арсен мы дунейм тетакъым зыхуэныкъуэ: Къэрал Думэм и депутатт, и бизнесыр хъарзынэт. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щхьэкIэ гугъу зезыгъэхьыну хьэзыр, апхуэдэ къалэн ин зи пщэ дэзылъхьэжа цIыхум “Заур, дызэдэлэжьамэ си гуапэт, къыздэпщтэрэ си Iуэхур?” - щыжиIэм, “мыбы гу кIуэцIылъкъым” жезмыгъэIэн щхьэкIэ сыкъикIуэтакъым. Апхуэдэ щIыкIэм тету лэжьэн зэдыщIэддзащ. - Уи IэнатIэм узэрыпэрыувэрэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэ гуп зэхуэмыдэхэм ущыIащ. Зэ еплъыгъуэкIэ сыт хуэдэу къыпщыхъуа уи унафэм къыщIэхуа Iуэхугъуэхэр? - Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ди къэрал псом Iуэху куэд щызэтрихьащ щэнхабзэм теухуауэ. Ди республикэм и Iуэхур адрей хэгъуэгухэм нэхърэ нэхъ Iейкъым, ауэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым щэнхабзэр къэIэтыным теухуауэ. Сэ зи гугъу сщIыр щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм, театрхэм, къэфакIуэ гупхэм я къалэнхэр тэмэму ягъэзэщIэфын папщIэ, мылъкуу ябгъэдэлъын хуейм унафэ зэригъуэтынурщ. - Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ епхауэ лажьэ гупхэм я бжыгъэр, я гъэпсыкIэр фхъуэжыну, хьэмэрэ зэрыщыту къызэтевгъэнэну? - Нобэ диIэр Совет системэм къыщIэнарщ. А властым дыхуэхъущIэжа щхьэкIэ, совет цIыхур щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ хэшэным теухуауэ хузэфIэкIар мащIэкъым. АтIэ, Совет властым зэригъэпса дыдэм хуэдэу иджырей зэманым къэсащ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэхэр. Ауэ ахэр апхуэдэу къызэтебгъэнэныр гугъущ, къызэрымыкIуэу къэралым и экономикэ, политикэ гъэпсыкIэм зихъуэжащи. Зэуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къэдгъэхъуну къыщIэкIынкъым - гъащIэм езыр-езыру куэдыр лъэныкъуэ иригъэзынущ. - Заур, уэ къэплъытэрэ, псалъэм папщIэ, адыгэ театрыр лэжьэфыну, къэралым ейуэ ар щымытыжмэ? - Ди къэралыгъуэм хыхьэ лъэпкъхэм я щэнхабзэм зегъэужьыныр Урысейм и Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Дэ абы ипкъ иткIэ ди къалэнщ лъэпкъым и щэнхабзэ беягъыр зыхъумэ, абы и бзэм телажьэ, и театр гъуазджэм и тхыдэм пызыщэ театрхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ тIыгъыну. Музыкэ театрым куэд дыдэ щылажьэ хъуащ, ауэ ари дымыхъумэу хъунукъым дыщыреспубликэкIэ. - Заур, КъБР-м и Президентым деж къыщыщIэдзауэ къуажэм къыдэмыкIауэ мащIэщ яхэтыр республикэм и унафэщIхэмрэ творческэ интеллигенцэмрэ. Совет властым и зэманым гулъытэ мыIейуэ хуащIу щытащ щIэблэр щэнхабзэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм щIэпIыкIыным. Къапщтэмэ, музыкэ, художественнэ еджапIэхэр зыдэмыт къуажэшхуэ щыIэжтэкъым. 90 гъэхэм къыщыщIэдзауэ, сыт я щхьэусыгъуэми, куэдыр зэхуащIыжащ. Абыхэм ящыщ зыщ, псалъэм папщIэ, си къуажэжь Арщыданым дэтар. Сыт хузэфIэкIыну министерствэм а Iуэхур къиIэтыжыным теухуауэ? - Мылъкуращ псори зэлъытар. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу щэнхабзэм къратыр мащIэ дыдэщ, ауэ абы щхьэкIэ къэдмыгъанэу хэкIыпIэу щыIэр къэдгъэсэбэпыпхъэщ. Лъэхъэнэ гугъу хиубыдауэ аращ щэнхабзэр, нетIи зэрыжысIащи, псори абы пхырыкIыфынукъым, зыгуэрхэр хуэмурэ кIэрыхунущ творческэ гупхэм щыщу. Ауэ сабийхэм ягъуэтын хуей щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ зыхуэдэнур куэдкIэ зэлъыта музыкэ, художественнэ еджапIэхэр щыIэнущ Iэмал имыIэу. ЩIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм дагурыIуэурэ мы Iуэхур къэтIэтыжынущ. Спортым, щэнхабзэм хаша, курыт еджапIэ тэмэм зи насып къихьа сабийр зэи Iей хъун хуейкъым. - Нэгъабэ щэнхабзэм хухахауэ щытамрэ мы гъэм бюджетым къыщывгъэлъэгъуамрэ куэдкIэ зэщхьэщыкIрэ? - МащIэщ зэрынэхъыбэнур, ауэ, Iуэхуу къытпэщытыр зэрыкуэдым тепщIыхьмэ, зыри хэмыхъуауэ къэплъытэ хъунущ. Бюджетыр къузауэ зэрыщытынум шэч хэлъкъым. Президентым и унафэщ лъабжьэ зимыIэ бжыгъэ гъэбэгъуа Iуэхум хэмытыныр. Уи тепIэным еплъи, уи лъэр укъуэдий, жыхуаIэращи, зы илъэс-илъэситIкIэ гугъу дехьу, диIэр зыхуридгъэкъун хуейщ. Экономикэр къэбэуэжмэ, Президентым зи Iуэху зрихуэ инвестицэхэм щыщ республикэм къихьэмэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ тхузэфIэкIынум куэдкIэ хэхъуэнущ. Пэжыр жыпIэмэ нэхъыфIщ, цIыхур лейуэ бгъэгугъэ нэхърэ. - Заур, пэщIэдзэ капитал хъарзынэ зэзыгъэуIуфа, IуэхущIапIэ лъэрызехьэ зыухуэфа хьэрычэтыщIэхэр диIэ хъуащ. Абыхэм куэдкIэ я фIыщIэщ театрхэм, телевиденэм, спортым епхахэм Iуэхугъуэ гуэрхэр кърахьэжьэу и кIэм зэрынагъэсыфыр. УлъэIуэн нэхъ Iей щыIэкъым. УзэлъэIури богъэгузавэ, уэри уоукIытэ. ЛъэныкъуитIри гугъу ирамыгъэхьын, бизнесыр жылагъуэ Iуэхугъуэхэм нэхъ къыхэша хъун щхьэкIэ, щэнхабзэмрэ спортымрэ зи мылъку хэзылъхьэ хьэрычэтыщIэхэм налог лIэужьыгъуэ гуэр ящхьэщыхыныр е яхуэгъэмэщIэныр хабзэу хуэгъэувыну пIэрэ ди парламентым? УзиунафэщI министерствэм апхуэдэ жэрдэмкIэ депутатхэм захуигъазэмэ, зыгуэр къикIыну пIэрэ? - Пэжщ, иужьрей илъэсхэм бизнесменхэм куэд ящIащ щэнхабзэмрэ спортымрэ хэмыкIуэдэжыным теухуауэ. Ауэ, хъунури мыхъунури лъаIуэурэ, бизнесменхэри ирагъэшащ, сэ зэрызэхэсхымкIэ. Ауэ зыхуэфащэхэм, зэчий лъагэрэ зэфIэкIрэ зиIэхэм дадэIэпыкъун хуейщ. Налогхэм теухуауэ, зэрыжыпIащи, хабзэ гуэр къедгъащтэми, е нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къэд-гъэсэбэпми, щэнхабзэр и пэкIэ зыгъэкIуэтэфыну цIыхухэм защIэдмыгъакъуэу хъунукъым. - Уэри фIыуэ бощIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр зэрымащIэ дыдэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, щIыхь зиIэти, цIыхубэти жыхуаIэ цIэ лъапIэхэмкIэ зыхуэфащэр и чэзум бгъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псалъэм папщIэ, Мысостышхуэ Пщызэбий Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артистщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ар фIищыфакъым, абы нэхърэ нэхъ цIыхубэ артист уигъэлъыхъуэн пэтрэ. Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, зэрыжаIэмкIэ, яхэтыххэкъым мы зэманым театрхэм щылажьэхэм. - Къэралым и театрхэм, къэфакIуэ ансамблхэм щылажьэхэм сащыхуэзам, а упщIэ дыдэр къагъэуващ. Абы сызэреплъыр аращи, зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, я гуапэ зэрыпщIын Iуэхугъуэщ ар, я улахуэр щымащIэкIэ. Ауэ, ар зыхуэфащэми зыхуэмыфащэми епту щIэбдзэмэ, а цIэм мыхьэнэ имыIэж хъунущ. Иджы сэ мыращ къыхэслъхьар абы теухуауэ: цIэ гуэр зыхуагъэфэщэну цIыхур театрым и унафэщIракъым е худсоветыр аракъым къэзыгъэлъагъуэр, атIэ театрым щылажьэ псори зэхуэсу тепсэлъыхьа иужь, абдеж къыщахьа унафэращ ЩэнхабзэмкIэ министерствэм къыIэрыхьэн хуейр. Министерствэм и коллегие щIэуэ зэхэтшащи, абы хэтхэм Iэ IэткIэщ унафэ къызэрытщтэнур. НэфI-ней хамылъэгъуэн, зызыгъэгусэ щымыIэн щхьэкIэщ абы дыщIыхуэкIуар. Абы кIуэцIрыкIар республикэ комиссэм кIуэн хуейуэ аращ (сэри сыхэтщ а комиссэм). Комиссэм и ужькIэ Президентым IэщIагъэхьэри, ари хоплъэж, итIанэ унафэм Iэ щIедз. Иджыри жызоIэри, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр нэхъ тэмэму къызолъытэ. - Уэри фIы дыдэу ущыгъуазэщ консерваторэ къэзыуха композитор, уэрэджыIакIуэ къыдэмэщIэкI зэрыхъуам. Лъэпкъым и щэнхабзэм зезыгъэужьыну апхуэдэ цIыхухэр къэралым иригъаджэу тхуэщIыну пIэрэ? Япэм абы гулъытэу хуащIу щытам и фIыщIэщ иужьрей илъэс 20-м уэрэдым епха гъуазджэр къызэрызэтенар. - Республикэр зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэщ ар. Композитор, уэрэджыIакIуэ нэс мин бжыгъэм зы къахэкIми аращи, зэчий зыбгъэдэлъ апхуэдэ зырызхэр зэредгъэджэн Iэмалрэ мылъкурэ дэ къытхуэгъуэтыну сыкъегъэгугъэ. - Дауэ уеплърэ, Заур, зэчий зыбгъэдэлъхэр наIуэ къэзыщI зэпеуэхэр къегъэжьэжыным? - Ар си мурадщ, псалъэм папщIэ, академическэ уэрэджыIэкIэм теухуа зэпеуэ. Апхуэдэ зэфIэкI зиIэу зы закъуэ нэхъ мыхъуми къэдгъуэтмэ, ар Iейкъым. Зэчий зыбгъэдэлъыр ди къэрал утыкум зэрихьэнум си щхьэкIэ сыпылъынущ. Иджыблагъэ едгъэкIуэкIащ сабий музыкэ еджапIэхэм щылажьэхэр зыхэта зэIущIэ. СелъэIуащ егъэджакIуэхэм мыщхьэхыну, я нэхъ къуажэ пхыдзари гулъытэншэу къамыгъэнэну. ЩIэныгъэ, щэнхабзэ, спорт - аращ дэ ди цIэр зэрыдгъэIуфынури, щIалэгъуалэм зедгъэузэщIын хуейщ абы и лъэныкъуэкIэ. - Иужьрей зэманым ди цIыхухэр зыгъэгузавэм, яхуримыкъум къыхыхьащ телевиденэмрэ радиомрэ щылажьэ зэманыр мащIэ дыдэ зэрыхъуар. А мащIэри каналищ - плIым щызэбгрыдзащ, республикэм и жылагъуэ куэдым нэскъым. Сыт хуэдэ унафэ, хэкIыпIэ иIэну мы Iуэхум? - Iуэхугъуэ инщ а къэпIэтар. Псоми къагуроIуэ телевиденэм къаруушхуэ зэриIэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, совет лъэхъэнэм убзыхуа хъуауэ щыта телевиденэм хуэдэ диIэжкъым. Ар зэфIэкIа Iуэхущи, апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэм и гугъу тщIынкъым. Ди мурадым теухуауэ. Ди Президентымрэ сэрэ япэ дыдэу лэжьыгъэ IуэхукIэ дыщызэхуэзам телевиденэм и Iуэхур къызэриIэтар, абы хуимурадымкIэ ди гупсысэр зэрызэтехуар си гуапэ хъуат. Долэжь абы. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэ, сыхьэтитху-блы мынэхъ мащIэ эфирым иту диIэн хуейщ. Ар, зэрыгурыIуэгъуэщи, Iуэхушхуэщ, мылъкушхуэ зыхьынщ. Ауэ мащIэ-мащIэурэ абы дызэрыхуэкIуэнум яужь дитынущ, икIи радиомрэ телевиденэмрэ зэрылэжьэну щIыкIэм мы гъэм унафэ тэмэм игъуэтынущ. - Упсэу, Заур. Иужьрейуэ жысIэну, зэхэзымыхахэм къезгъэщIэну сызыхуейр мырат: иджыблагъэ Адыгей Республикэм и цIыхубэ артист цIэр къыпхуагъэфэщащ, Президент Щэумэн Хьэзрэт уригъэблагъэри гуапэу къохъуэ- хъуащ. А уэ къыпхуагъэфэща цIэр, пщIэр цIыхубэм и лъагъуныгъэкIэ гъэнщIауэ къысщохъури, гъуазджэм щыхэпша лъэужь дахэм хуэдэ къэрал IэнатIэм дежи ущиIэну ди гуапэщ уи зэчийм пщIэ хуэзыщI дэтхэнэми.
Епсэлъар Ширдий Маринэщ.
КЪАРДЭНГЪУЩ1 МУРИД И УЭРАМ Хьэлэмэтщ гъащIэр. Ар зэхуэдэу езыхьэкIыф цIыхуитI къыпхуэгъуэтынукъым. Языныкъуэхэм Тхьэм къахуиуха илъэсхэр ирахьэкIри, хуэм-хуэмурэ цIыхухэм ягу йохуж, адрейхэри, лIа пэлъытэу, мыхьэнэшхуэ ямыIэу мэпсэу; ещанэхэр, я дунейр зэрахъуэжрэ куэд щIами, цIыхухэм яхэтщ я IуэхущIафэ дахэхэмкIэ, тхыдэм къыхана лъэужьхэмкIэ. Апхуэдэщ лIэщIыгъуэ кIуам и 20-50 гъэхэм Аруан куейм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм батэр щызыгъэшу щыта лэжьакIуэлI, къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэман КъардэнгъущI ПIатIурэ и къуэ Мурид. “Псыгуэнсу” колхозыр а лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпэрытхэм ящыщ зэрыхъуам, шэч хэмылъу, и фIыгъэ хэлът къуажэм и парторганизацэм, абы и секретарь КъардэнгъущI Мурид. ИпэкIэ ар къуажэм щызэхэт комсомол ячейкэм и пашэу щытат. Обкомым и унафэкIэ къуажэм и парторгыу ягъэува Мурид цIыху жант, жыджэрагъышхуэ зыхэлът, къызэгъэпэщакIуэ хьэлэмэтт, абы и псалъэм къуажэм пщIэшхуэ щиIэт. 1931 гъэм къыщыщIэдзауэ 1937 гъэ пщIондэ КъардэнгъущIыр и къаруи зэмани емыблэжу псэукIэщIэр къуажэм щызэфIэгъэувэным ерыщу яужь итащ. Парт лэжьакIуэ ахъырзэманым къэралми гулъытэшхуэ къыхуищIат: и псэемыблэж лэжьыгъэм папщIэ Мурид къратауэ щытащ Лэжьыгъэм и Бэракъ плъыжь орденыр. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэ зыбжанэ ирихьэкIащ КъардэнгъущIым. Ар лэжьащ Налшык «Росснабсбытым» и унафэщIу, Псыгуэнсум щызэхэт мэкъумэш IуэхущIапIэм и председателу, къуажэ Советым и тхьэмадэу, Советскэ куейм щыIэ пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкI зэгухьэныгъэм и пашэу. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям щыгъуэ, КъардэнгъущIым езым и мылъкум щыщу сом мин 50 хилъхьауэ щытащ танк колоннэ ухуэным. Щхьэмыгъазэу бий бзаджэм пэува совет зауэлIхэми яхэтащ Мурид. Ар щызэуащ Ипщэ фронтым, ротэм и командирым политикэ IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъуу щытащ. Зауэр иухыу къыщыкIуэжам Мурид и бгъэгум щылыдырт дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ. КъардэнгъущIым и унагъуэм ноби щызэрахьэ Сталиным и Iэ зыщIэлъ фIыщIэ тхылъыр. Мамыр гъащIэр зэтеухуэжыным, бийм зэтрикъута цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным занщIэу яужь ихьэжащ КъардэнгъущIыр. ИкIи и псэр пытыху щалъхуа къуажэм и зэIузэпэщыныгъэм хуэлэжьащ. Илъэс 55-рэ мэхъу къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэр, зауэлI хахуэр къызэрытхэмытыжрэ. Ауэ абы и цIэр ноби ящыгъупщэркъым къуажэдэсхэм, щIэблэм. Куэд щIакъым КъардэнгъущIым и цIэр Псыгуэнсум и уэрамхэм ящыщ зым зэрыфIащрэ.
Тамбий Линэ.
НЫБЖЬЫЩ1ЭХЭМ Я ЗЭФ1ЭК1 Мазаем и 3-м Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ дизайнымкIэ колледжым щеджэ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Музейм и пэшхэм щыплъагъурт Мэзло Эдуард зи унафэщI арт - дизайн къудамэм и гъэсэнхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа сурэтхэр, пластилиным къыхащIыкIа скульптурэхэр, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Емельяненкэ Надеждэ зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ гъэлъэгъуэныгъэм цIыху 11-м ящIа лэжьыгъи 130-рэ къызэрызэщIиубыдэр. Апхуэдэуи Надеждэ кIэщIу тепсэлъыхьащ а лэжьыгъэхэм хэлъ гупсысэм. Япэ псалъэр иратащ дизайнымкIэ колледжым и унафэщI Кожуховская Светланэ. - Мы гъэлъэгъуэныгъэм еплъа дэтхэнэ зыми фIым, дахэм хуэпабгъэ щIэблэ ди щIыналъэм къызэрихъуэм шэч къытрихьэну къыщIэкIынкъым, - къыхигъэщащ абы. - НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, я зэфIэкIыр зыгъэунэхуну мурад зыщIа студентхэми абыхэм я гъэсакIуэми зыхуагъэувыжа къалэныр дагъуэншэу къехъулIауэ си щхьэкIэ къысщохъу. КъБР-м и Художникхэм я союзым, апхуэдэуи езым къыбгъэдэкIыу сурэтыщI цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Заур гуапэу ехъуэхъуащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм, абы зи лэжьыгъэ хэзылъхьахэм икIи жиIащ: “Гъуазджэр ди гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха зы Iуэхугъуэщ. Абы ди гур хегъахъуэ, гъащIэм и нэхъ дахэм щыгъуазэ дещI. Сэ сытым дежи жызоIэ, иджыри къыхэзгъэщыну сыхуейщ дизайнымкIэ колледжым и лэжьакIуэхэм, абы щеджэ ныбжьыщIэхэм яку дэлъ гуапагъэр, зыр зым дэIэпыкъуу зэрыщытыр зэрызгъэщIагъуэр. Си гуапэщ абыхэм ехъулIэныгъэ яIэну, еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм я лэжьыгъэхэмкIэ дяпэкIи дагъэгуфIэну”. - Мэзло Эдуард иригъаджэхэм я IэдакъэщIэкIхэр дэ зыбжанэрэ тлъэгъуащ, - жиIащ адэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъа, сурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм и унафэщI Жантудуевэ Елизаветэ. - Ауэ гуапэ пщымыхъуу къанэркъым ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэр, я IэдакъэщIэкIхэр зэрефIакIуэр. Мэзло Эдуард псалъэ щратым къыхигъэщащ 2005 гъэм еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм зэфIэкIышхуэ зэраIэр, абыхэм я цIэр иджыри зэрызэхэтхынум шэч къызэрытримыхьэр. ИСТЕПАН Залинэ. Сурэтыр Къущхьэ Чэлим трихащ.
ИГЪУЭ НЭСАЩ ПЭЖЫР ЖЫТ1ЭНУ
Куэдрэ къэсщтащ икIи згъэтIылъыжащ къалэмыр: сызыгъэпIейтей гупсысэхэр стхынуи сыхуейт, ауэ Iэнкунагъ гуэрми сиIыгът - хэт иджы жаIэм едаIуэр, хэт жаIэр зэхэзыхыр? ИтIанэми, едаIуэмэ, фIыт, зэхахмэ, нэхъыфIыжт. Игъуэ нэсащ пэжыр жытIэну, дыунэхъуну дыхуэмеймэ. Удын зэхэдзэ нэхърэ - акъыл зэхэдзэ, жиIащ пасэрейм. Ди щхьэр къэдмыгъэпцIэжу Iуэхум и пэжыпIэм дыхуей нэужькIэ, жэпуэгъуэ мазэм адыгэу хъуам, жьыми щIэми, цIыхухъуми бзылъхугъэми ди напэр текIащ. Ди щIалэхэр зэпэуври зэрыукIыжащ. ЛъэныкъуитIми щыщу илъэс пщыкIублым къыщыщIэдзауэ илъэс тIощIрэ блым нэсу цIыхуи 150-м щIигъу диIэжкъым. Еу-уей. Иджы хъыджэбзищэм щIигъу унэ имыхьэу къэнэнущ, сабий щиплI-щитху ди лъэпкъым къыхэхъуэжынукъым. Ахэри яукIащ а жэпуэгъуэ мазэм и пщыкIущым. Хэт ар зи ягъэр? Адыгэ псоми ди ягъэщ. Ди щIэблэр хъун хуэдэу тхуэгъэсакъым. Ар балигъхэм къыдгурыIуэжу къыщIэкIынущ, зи щIалэ уэхьхьэбит хъуа адэ-анэхэри къытхэту. А тхьэмыщкIэхэм яхэтщ зи бынхэр зыгъэзахуэ. Ахэр щIолъэIу хьэдэхэр къратыжыну, я IэкIэ щIалъхьэжыну. Абы я Iуэху зыIутыр къыбгурыIуэ хъунущ. ЩIэпхъаджэ зыщIа щIалэхэр, я бынхэр, абыхэм ягъэкъуаншэмэ, къикIыр аращ: фи быныр фхуэгъэсакъым. Адыгэм и дежкIэ абы нэхърэ нэхъ хъуэнышхуэ къэгъуэтыгъуейщ. Ара пэтми, адыгэхэм къытщIэIуа гуIэгъуэшхуэр щIэщхъукъым икIи уащхъуэдэмыщхъуэу, уэбзэх-щIыбзэхыу къэхъуа Iуэхукъым. Абы лъабжьэ иIэщ, уеблэмэ, лъабжьэ куу. Ар яжепIэмэ, къыпIурагуэжыну анэмыгъэIущ, адэмыущий хъыджэбз мыгъасэхэмрэ щIалэ сэхъуахэмрэ иужь зэманхэм къытлъыкъуэкIащ. Сыт щхьэкIэ? Адыгэ хабзэр, адыгагъэр IэщIыб тщIащи. Адыгэ хабзэм хуэдэ зимыIэм къалъыхъуэ, дэ абы дебэкъуауэ, адэ-ани, нэхъыжьи, цIыхугъэри къидмыдзэжу, нэгъуэщI зыгуэрхэр къыдолъыхъуэ. ФIэщхъуныгъэр, диныр хъарзынэщ. Ахэр щIыщыIэр цIыхухэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъын щхьэкIэщ. Аращ КъурIэн лъапIэми, Инджылми, Торэ тхылъми ярытыр. Ауэ жагъуэу щоуэ е хуейуэ зыщагъауэ си диным нэхърэ нэхъыфIрэ нэхъ къабзэрэ щыIэкъым, жызыIэхэр. Абы цIыхухэр, лъэпкъхэр зэпэщIагъэувэу, зэраушту аращ. ЦIыхухэрщ дэтхэнэ зы динри зэблэзышыр. Мор католикщ, мыр чыристанщ, мор буддистщ, мыр ламаистщ, мор конфуцианцщ, мыр даоистщ, мор кришнаитщ, мыр вишнаитщ, мор суннитщ, мыр шиитщ, ещанэр хьэнэфитщ, еплIанэр уэхьхьэбитщ. Абы щIыгъуж сектэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтхэри, старообрядцхэр, сатанистхэр, къинэмыщIхэри. Мы псори зэщхь зыщIыр зыщ: цIыхум фIэщхъуныгъэ хэлъын, диныр иIы-гъын щхьэкIэ, ар гъэшынэн хуейщ. Жэнэтрэ жыхьэнмэрэ зиIэ динхэм (чыристан диным, ислъамым, н. къ.) зэрыжаIэмкIэ, гуэныхь къэзыхьхэр, емыкIу зылэжьхэр жыхьэнмэм, псапэ зыщIэхэр жэнэтым кIуэнущ. ЛIар, дунейм ехыжар етIуанэу, ещанэу къэхъужу зылъытэ динхэм (буддизм, индуизм, ламаизм, даоизм, н.къ.), гуэныхь къахьамэ, къыщыпсэужкIэ е хьэпщхупщ, е хьэкIэкхъуэкIэ хъунущ. КъинэмыщIауэ гуэныхь къихьу дунейм тетахэр мыхъумыщIэ хъуауэ къэтэджыжынущ. Псапэ ящIэу дунейм тетахэр нэхъыфIу къэпсэужынущ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, адыгэ хабзэм и лъабжьэу щытар шынэкъым, атIэ укIытэщ, напэщ. НэгъуэщI къыхэмыхьэу адыгэр езыр-езыру, игукIэ щыщтэу арат емыкIу илэжьу и напэр зытримыхыжыным, и адэ-анэр имыгъэукIытэным, лъэпкъ щIыхьыр имыгъэулъииным, «а щIэпхъаджэр зи Iэужьыр адыгэщ», къыхужамыIэным. Иджы ахэр щыIэжкъым. Мы дунейм напэ, укIытэ жыхуаIэхэр текIуэдыкIыжам ещхьщ. Псалъэм папщIэ, фIэщхъуныгъэ яхэлъу, чыристану зызыбжыжхэр махуэм члисэм макIуэри жор зытращIэ, шэху уэздыгъэ ягъэув, жэщым а члисэ дыдэм нэхъ уасэ зиIэ тхьэнапэр къыщIадыгъукI. Хьэл яхуэхъуами ярейщ кхъэм ит сынхэр якъутэныр, мэжджытхэм, синагогэхэм мафIэ ирадзу ягъэсыныр. Аращ «си диныр нэхъыфIщ, ууейр нэхъ Iейщ», жыхуаIэм къишэр. Аращ «муслъымэн дин къабзэр» XVIII лIэщIыгъуэм бэракъ зыщIа Мухьэмэд ибн аль Уаххаб зыхущIэкъуар. Аращ абы и мэсхьэбым иджы щIэува уэхьхьэбитхэм, лъы ягъажэкIэрэ диным цIыхур хэзышэну хэтхэм, я мурадыр. Еу-уей, си адыгэ лъэпкъ мащIэ, апхуэдизу щхьэ угупцIанэ, апхуэдизу щхьэ ужыIэзыфIэщ, дэтхэнэ зыми уигъэIулэфу, дэтхэнэ зыми уи гупсысэр пIэщIихыу. Унэхъунум и тхьэкIумэ псалъэ ихьэркъым, жаIэ. Тхьэшхуэм игъэунэхъунум и гупсысэр Iэпех. Алыхьым щхьэкIэ жаIэмэ, къэгъази зегъэукI жыхуаIэм, дауи, къикIыркъым нэуфIыцI-щхьэрыуэу уэ узэрыгупсысэм хуэдэу мыгупсысэнкIэ хъуну цIыхухэр зэтеукIэ, жиIэу. Iиман зыхэлъу, Алыхьыр зи фIэщ хъум ар ищIэнукъым. КъытщIэIуа нэщIэбжьэ жагъуэм щхьэусыгъуэ хуэхъуагъэнур куэдым хуагъакIуэ ди щIалэгъуалэм лэжьыгъэ зэрамыIэм, цIыхум я къулейсызагъ хъуам. Сыт пщIэн? Ар пэжынщ. ЕгъэзыпIэ, лэжьыгъэ IэнатIэ бгъэдэмыт цIыхур зэщIэгъэплъэгъуейкъым. Ауэ нэхъ гупсысэгъуэ иныр а зи гугъу тщIы щIалэгъуалэр гуащIэдэкI лэжьыгъэм зэрыщыужарщ, IэпщэкIэ лэжьэну зэрыхуэмейрщ. Армырамэ, пэрыхьэткъэ колхоз гъавэ щIапIэу щытауэ хыфIадзэжа щIы хьэулей пабжьэу зэщIэкIэжар? Бэджэнду къеIыхи телэжьыхь, уи щхьэ, уи унагъуэ хуэфIын Iуэху зехуэ. Хьэуэ. А щIалэгъуалэм я нэхъыбапIэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, дипломыр я жыпым кърагъэлъэт. Ауэ щыхъукIэ къулыкъу ет, ауэ щыхъукIэ фейдэшхуэ къызыпыкIын IэнатIэ гъэув. Ахэр мэкъу пхуеуэнукъым, абы Iэщ пхузэрахуэнукъым. Абы я щхьэ хуагъэфащэркъым IэпщэкIэ лэжьэну. ИкIи я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм щIыр лъапэкIэ ятIу, жэм щIащIэрэ вэуэ, пщэдджыжь кIыфIзэхэту щIэтаджэрэ хадапщIэ, нартыхудэч кIуэуэ зэрыщытар жраIэжмэ, «фыделэт» кърагъэкIыу, я пащIэкIэ щIогуфIыкIхэр, мэдыхьэшххэр. Нэхъ Iеижыр аращи, а нэхъыжь «ахьмакъхэр» гъащIэм хуагъэIущыну хэтщ. Абы ящыщ куэдым фIыуэ къагурыIуащ пщIэнтIэпсыр зракъуэкIыу мэкъу еуэ нэхърэ фоч, автомат ягъэуэныр зэрынэхъ лэжьыгъэ тыншыр. Нэхъыщхьэжыр аращи, абы нэхъ уасэ зэриIэр. Ар хьэдыгъуэдахэкъэ? Къуажэм лIитI-щы жыджэру, жэрдэм яхэлъу къыдэкIарэ щIы бэджэнду къыIахауэ телэжьыхьмэ, абы и деж къуажэдэсхэр лэжьапIэ увыну я щхьэ ирапэсыркъым: арат иджы къэмыхъужар, мобы и деж унэIуту, пщылIу, лIыщIэу сыIуувэну! Ар адыгэ пагагъэщ! Аращи, щIалэ Iуэхуншэхэр дзэщхьэлкIэ мэфий, тутын ягъэлри уэрам щхьэIум тесщ, нэхъ Iеижыр аращи, фадафэ, наркоман мэхъу. Абы щыгъуэми я къуажэгъу хьэрычэтыщIэр хамэ жылэ, нэхъыбэм урыс къуажэ кIуэурэ лэжьакIуэ къреш, ахъшэ хъарзыни кърегъэлэжь. Мор хьэдыгъуэдахэмэ, мыр абыи къыщынэркъым. КъызжаIати, си фIэщ схуэщIакъым. уэхьхьэбитхэм ятхьэкъуа щIалэ цIынэм и адэм и жьакIэр иупсу щилъагъум, сэр къытрихри хыфIидзащ. Абы щыгъуэ- ми, уэхьхьэбизм жыхуаIэм жьакIэ гъэкIынрэ гъуэншэдж лъапэр лъэпэдым дэупщIауэ къэкIухьын зэрыхуеймрэ фIэкIа нэгъуэщI хэзымыщIыкI Iэджэ хэкIуэда мыгъуэщ а къэхъуа гуIэгъуэшхуэм. Абы Iэджэ ягъэIулащ, ягъэделащ. Зыкъомыр ахъшэкIэ ятхьэкъуащ. Зы дини щыIэкъым, кIуэ сатанистхэр хэгъэкIи, цIыхур лъы гъэжэным, цIыхупсэр щхьэтыхь щIыным къыхуриджэу. Псоми жаIэ: цIыху гъащIэр лъапIэщ, цIыхур сабыру щытын хуейщ, ар диным и пщIылIщ, и лIыщIэщ. Инджылым зэритщи, уи напэ ижьыр щIахулыкIамэ, сэмэгур пэщIэгъэувэ. Ауэ ар пIалъэкIэщ. Зыщышынэр и нэм нэмысыхукIэщ. Иджы а зыщышынэр - я Iумэтхэр нэхъыбэ яхуэмыщIми, нэхъ мащIэ мыхъунырщ, нэгъуэщIхэм ягъэIулэу я мэсхьэбым, я хъушэм хэт Овеныр (мэлыр, аращ фIащыр) щхьэрыуэу нэгъуэщI хъушэ хэмыхьэнырщ. ИкIэм-икIэжым а Овеныр аращ католикхэмрэ чыристанхэмрэ, суннитхэмрэ шиитхэмрэ, къинэмыщIхэми зэпаубыду щIызэныкъуэкъур, щIызэзауэр. Абы и лъэныкъуэкIэ егъэлеящ дин къабзэм и уэчылу зыкъэзылъытэж уэхьхьэбитхэр. Абы и жьауэ щIэувам къэгъазэ иIэкъым. Абы я Iэщэр: къэзэуат зауэ, шэхьид, Iиман-ислъам къабзэ жыхуаIэхэр бзэщхъуркъым. А псалъэхэр уэхьхьэбизмэм и узэщIакIуэхэм зыкIэ дахэу, IэфIыпсыр къызыщIэжу ягъэIури, итIани плъэкIмэ ухэмыхьэ, жыхуаIэм ещхьщ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, къэзэуат зауэм хэту яукIар жэнэтым кIуэнущ. Шэхьиду кIуэдам и Iэпэр мелыIычхэм яубыдынурэ Мухьэмэд бегъымбарыр зэрыс жэнэт жыг хадэм щыгуфIыкIыу яшэнущ. Яшэнурэ жэнэт курыкупсэм, Мухьэмэд бегъымбарым и гъунэгъуу, ирагъэтIысхьэнущ. Ар зэхэзых шэхьид бгырыпхыр зыщIэзыпхэ, зи адэ, зи щхьэгъусэ, зи дэлъху яукIа цIыхубзыр мы дуней хьэзабыжьым, дуней гущIэгъуншэжьым сытым къытринэн? Япэрауэ, хузэфIэкIыр аращи, илъ ищIэжынщ, етIуанэр аращи, къэзэуатым хэкIуэдахэм, и псэр зыщIэгъухэм, фIыуэ илъагъухэм я пащхьэ напэ хужькIэ ихьэжынщ. Пэжым ухуеймэ, джаур нэхъыбэ зыукI шэхьидхэр жэнэтым зэрыкIуэнур уэхьхьэбитхэракъым ди лъахэм къизыхьар. Ар зи Iэужьыр тырку миссионерхэу Урыс-Кавказ зауэм щыгъуэ ди щIыпIэм къакIуэу щытахэрщ. 1971 гъэм Адыгейм сыкIуауэ Мэрэтыкъуэ Мухъутаррэ сэрэ пшынауэ Iэзэу щыта Аулъэ Уэлэгъей хъыбар щIагъуэ къыджиIэгъат. Уэлэгъей и нэ жанитIым губзыгъагъыр, Iущыгъэр къыщIэлыдыкIым ещхьт. Ар апхуэдизкIэ пшынауэфIти, нысэ къэзышэнухэр абы и деж кIуэурэ чэзум пыувэрт, а я чэзур къэсарэ Уэлэгъей «сынэкIуэнщ», жиIэмэ, абы щыгъуэт я хьэгъуэлIыгъуэр къыщыдахыр. Нысашэр Мейкъуапэт щызэхэтыр. Аулъэм и пшынэр къэзыхь щIалэр фIыуэ къыкIэрыхуауэ, езы лIы бжьыфIэшхуэм и башыр игъэдалъэу зы щIалэ сырыху къихурт. ЩIалэр цIыху Iувым къахэлъэдащ. Нэхъыжьхэм Уэлэгъей къагъэувыIэ: «Сыт къэухъу? Мы щIалэм щхьэ ущыхьа?» - щIоупщIэ. Арати, щIалэм дежкIэ и башыр игъэдалъэурэ, Уэлэгъей жеIэ: «ХьитIым яку къыдэкIа! Жылэр къыщIэплъу, къалэкум иту, хьэхъужь нэхъей, жыгым еувэлIауэ… Плъагъуркъэ а укIытэ зи нэгу имылъыр?!» Уэлэгъей ищIам тIэкIу иригушыIэхэри (адыгейхэм гушыIэ жаIамэ, тепсэлъыхьауэ аращ), пшынауэр къыщысакIэ щIагъэгувэжын щыIэтэкъыми, гуфIэгъуэр зэхаублащ. КIахэ хьэгъуэлIыгъуэр дыдейм ещхькъым. Дэ ди хьэгъуэлIыгъуэм нэхъыщхьэр фадэмрэ Iэнэмрэщ, адыгейхэм ягъэнэхъапэр джэгурщ, къафэрщ. АтIэ арати, Уэлэгъей щIалищ щIыгъуу, зыр пхъэцIычауэу, адрейр шыкIэпшынауэу, ещанэр бэрэбанауэу щIалэгъуалэми нэхъыжьхэми я нэгу куэдрэ зрагъэужьащ. ИужькIэ Iэнэ къащтащ. Ари сэ сфIэгъэщIэгъуэнащ. А Iэнэм пэрагъэтIысхьахэм хьэгъуэлIыгъуэр зейм къыбгъэдэкIыу «щэ зырыз» хурагъэхъуауэ аращ, ирихъуэхъуэн щхьэкIэ. АдэкIэ уефэну? Ерыскъыр куэдщ, къегъэхьи ефэ, уи ныбжьэгъу, уи IупэфIэгъу Iэнэм щысхэр егъафэ. Абы щыгъуэ сызрихьэлIауэ щытар иджы адыгей ди ныбжьэгъухэм яжесIэмэ, е мэдыхьэшх, е ауан сыкъащI, боцIыхури уэ адыгейхэр, ахэр къэбэрдейхэм ефэнкIэ къыфтекIуэжащ, жаIэри. Бетэмал, ефэнкIэ дэ къыттекIуэжахэр дэнэ нэсауэ пIэрэ? КъыттемыкIуэжамэ нэхъыфIтэкъэ, адыгэу нэхъ къызэтенэнтэкъэ?.. Мыри жэпуэгъуэ мазэм къытщIэIуа гузэвэгъуэм, фадэм игъэбэта абы зэрахэтам щхьэкIэ къыхэслъхьауэ аращ. АтIэ арати, къызытехъеикIар сщIэжыркъым, Уэлэгъей жеIэ: «Абы щыгъуэ дэнэ? СыщIалэт. Ди ХьэкIуринэхьэблэ зы лIы уIэгъэ къахьащ. ЩIэпщакIуэ иращIэкIырт. Сэ пшынауэу сашауэ арати, уIэгъэ хьэлъэм пшынэ къыфIэIуэхужынт? ЖаIэм седаIуэу сыщыст. ИтIанэ уIэгъэм, къыхудэшей къудейуэ, и ныбжьэгъу щхьэщысым елъэIуащ: сэ солIэ, джаурищэ иризмыгъэкъуауэ. ТIу сыхуэчэму къэнащ. Жэнэт бжэIупэм сыIуумыгъэсу а тIур, си хьэтыр къэлъагъуи… Мэрэтыкъуэ Мухъутаррэ сэрэ ди тхьэкIумэр тедгъэхуащ, иужькIэ Мухъутар Уэлэгъей йоупщI: «Ар сыт? Апхуэдэ хабзэ щыIауэ ара?» - «Абы хабзэ схуфIэщынукъым, ауэ жаIэу щытащ: джаурищэ зыукIар и занщIэр и гъуэгуу жэнэтым макIуэ». Абы къыщежьэри Мухъутари сэри а Iуэхум куэдрэ дыщIэупщIащ. Пэжт апхуэдэр щыIар. Хы Iуфэм Iус шапсыгъхэм я деж Псэушхуэ къуажэм дэс ТIэш Муратрэ Куэблэ Рэмэзанрэ 1972 гъэм къысхуаIуэтэжат: «Ди нэхъыжьхэм я адэ-анэ, адэшхуэ-анэшхуэхэм къащIэнат хъыбару. Урыс-Кавказ зауэм гуащIэу хэтащ убых лIы бланэхэу Бэрзэджхэ Хьэжырэ Джырандыкъуэрэ. Ахэр дзэзешэт. ИкIи дэтхэнэ зауэлIми ибжу щытащ иукIар зыхуэдизыр, ауэ Iэщэншэ яукIыртэкъым. Щэ иризыгъэкъуам жэнэтым зэрыкIуэн зэригъэпэщати, адэкIэ и Iыхьлы гуэрым бжыгъэр къыхузэIуихырт, зэгъусэу жэнэтым исын щхьэкIэ. Бэрзэджхэ Хьэжырэ Джырандыкъуэрэ 1861 гъэм пащтыхь Александр ЕтIуанэр Шапсыгъым къыщыкIуам абы IущIахэм яхэтащ. Зи гугъу тщIа щIыкIэм тету жэнэтыр зыIэрызыгъэхьэну абрэджхэр ди щIыпIэми щымащIэтэкъым. БлыщI гъэхэр аращ, ауэ илъэсыр тэмэму сщIэжыркъым, хэлъэтышхуэ зыбгъэдэлъа адыгэ чыристан Медведев Николай Мэздэгу зыгъэтIыса джылахъстэнеипщ Къуэншокъуэ Кургъуокъуэ теухуауэ хъыбар куэд сригъэдэIуат. Абы зэрыжиIэжамкIэ, 1762 гъэм Къургъуокъуэ Бытырбыху щыIат. ЕхутылIауэ ирихьэлIэри, ар хэтащ Екатеринэ ЕтIуанэм и щхьэгъусэр иригъэукIыу езыр пащтыхь щыхъуам. Абы щыгъуэ Къуэншокъуэ Кургъуокъуэ чыристан диныр къищтащ икIи члисэ тхылъым Иванов Андрейуэ иратхащ. Пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ Кургъуокъуэ-Андрей, адыгэ унагъуэ плIыщIым нэс зыщIигъури, Мэздэгу щIыналъэм Iэпхъуащ. Ар Урысейм и фейдэшхуэ зыхэлъ Iуэхут икIи пащтыхь гуащэм къыбгъэдэкIыу Кургъуокъуэ дыщэ ахъшэу сом щитху, абы и гъусэу чыристан диным ихьахэм тумэн плIырыплI, муслъымэну къэнэжмэ нэхъ къэзыщтахэм тумэн щырыщ яритащ. Иджы сыздегупсысым, мыр сфIэгъэщIэгъуэнщ: хэт чыристан диныр къищтащ, хэт къищтакъым. ЗэрыщытагъэнумкIэ, хэт тегушхуэри чыристан хъуащ, хэт шынащ. Сыт щхьэкIэ? Медведев Николай зэрыжиIамкIэ, а лъэхъэнэм джаурищэ яукIмэ, жэнэтым кIуэну зи фIэщ ящIа абрэджхэр щыIащ. Абы щыфIэкIыжауэ муслъымэну щытауэ чыристан хъуа зым и псэр бгъэнмэ, ар пщIым пэувырт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Мэздэгу адыгэу чыристанипщI, жор зыпщIэхэлъхэм ящыщу, я ажалыр къэбгъэсмэ, абы жэнэтыбжэр пхузэIуихыу арат. Абы къыхэкIыу Къуэншокъуэ Кургъуокъуэ сыми, иужькIэ япщхэр къагъанэу щIэпхъуэжа, чыристан диныр къэзыщта адыгэ пщылIхэми абрэджхэр Мэздэгу кIуэуэрэ ерыщу ещэрт. Арат, дауи, кърат мащIэм арэзы техъуэу, я тхьэмыщкIапIэ щIисыр. Абы щыгъуэ ахъшэр лъапIэт. СомитI-щыкIэ жэм зэгъэпэща зекIуэрт, шыфI сомитхукIэ ягъуэтырт. Зэрытлъагъущи, иджырей уэхьхьэбитхэм Iэджэ щIауэ щыIа Iуэху мыщхьэпэр къаублэжауэ аращ: дин къабзэм щхьэкIэ уи гъащIэр птымэ, жэнэт нэху зэщIэгъагъэм укъихутэнущ. КъызыхэкIар, щхьэусыгъуэр куэд мэхъу. Дауи, нэхъыщхьэ дыдэр уэхьхьэбит экстремистхэр властым зэрыщIэкъурщ, тепщэныгъэм зэрыщIэзэурщ. Ар ирыщIахъумэу, ар ирагъэпщкIуу Iэмал Iэджэ къагъэсэбэп. Абы хэтхэщ дэ мыхьэнэ щIагъуэ зэдмыт, пщыхьэщхьэ къэсыхункIэ телевизорымкIэ сабийхэр гущэкъу уэрэд щыщIагъэдэIукIэ зрагъэплъ кхъуэ шырым деж къыщыщIэдзауэ, махуэ къэс щэ-плIэ къагъэлъагъуэ чыристан тхьэлъэIушхуэ, дыщэ идэкIэ зэщIэлыдэ, зэщIэпщIыпщIэ щоджэнхэр (попхэр) зыхэтхэмкIэ иухыжу. Пэж дыдэу, уэхьхьэбизмэм и узэщIакIуэхэм гу зылъата мы Iуэхугъуэ жьгъейм хуэдэхэм цIыху къызэрыгуэкIыр, муслъымэнхэр я пIэм къришын хуэдизу зэщIагъаплъэ. Абы зи диныр зыфIэфIыжхэр зэгуегъэп. ЩымыхъужкIи, щхьэхуэу зы канал хухахрэ къагъэлъэгъуатэмэ, хуейр еплъынт, хуэмейр еплъынтэкъым. АрщхьэкIэ чыристан лъэпкъышхуэм ищIэ псори фIэдахэжщ, къуаншагъэ гуэр IэщIэкIыуи илъытэжыркъым. Нэхъапэм щыгъуэ, фэрыщIагъ Iэджэ хэлъми, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэпыщIэныгъэм теухуауэ Iуэху щхьэпэ гуэрхэр ирагъэкIуэкIырт, щэнхабзэм, литературэм ехьэлIа махуэхэр къызэрагъэпэщырт, щIэныгъэлIхэр зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэпсалъэрт, хэт сыт хуэдэ хабзэ дахэ иIа, ар дауэ ди гъащIэм къыхуэщхьэпэнкIэ хъуну? Тхылъ ятхырт, къыдагъэкIырт, я фIымкIэ зэхъуажэрт. Лъэпкъ цIыкIухэм я тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIыурэ, урысыбзэкIэ къыдэкIырт. Иджы дыщэр я Iэпэм къыпыщми, напафэкIэ еплъынукъым. Сыт-тIэ щыIэр? «КавказнэIу зиIэ лъэпкъ IумпIейхэр тепыIэркъым. Мор къагъэуащ, мыр якъутащ». Пэж мыгъуэщ, сыт пщIэн? Ауэ шэч къытумыхьэну абы зи фейдэ хэлъхэр щыIэщ. Шэшэным, Дагъыстаным, Ингушым, иджы Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэм, укIыгъэхэм щIэдэIу цIыхухэр я тхьэмыщкIагъэм, улахуэ къызэрырамытым емыгупсысу (Тхьэм шыкур хуэпщI хъунущ, дэ апхуэдэхэр диIэкъым, ди ныбэ нэщI ди Iэр телъыжщ) а республикэхэм щыпсэухэр хьэм драгъэхь, я скинхед жыхуаIэхэри, неофашистхэри, националистхэри къафIэмыIуэхуу. ЩIэгъэстауэ, хэIэтыкIауэ радиори телевизорри абы щытепсэлъыхькIэ, газетхэри, лъыпсыр къапыжым ещхьу, щытетхыхькIэ, ди щIыпIэ дахэм къакIуэу зызыгъэпсэхуну хуейхэр IуагъэщтыкI, ахэр хамэ къэралхэм макIуэ, абы я ахъшэр щагъэкIуэд. А сомхэр, доллархэр ди къэралым къранэжатэмэ, IэнатIэ гуэрхэр къызэрагъэпэщыфынут. АрщхьэкIэ ди гъащIэр зэфIэувэжыну хуэмейхэм Iуэхур нэхъыкIэхукIэ нэхъыфIу ялъытэ. Арыншамэ, апхуэдиз илъэс лъандэрэ Басаев Щамил щхьэ къамыубыдрэ? Троцкий Лев, Савинков Борис сымэ елъытауэ Басаевыр хэт? Хым и адрыщIым зыщызыгъэпщкIуа Троцкэр къагъуэтри яукIащ. Савинковыр, уеблэмэ Париж щамыукIыу, къагъапцIэщ, пащтыхь утщIынущ, уэрыншамэ къэралыр мэкIуэд, жаIэу къашэжар, щхьэгъубжэм зыкъыдидзыжри зиукIыжащ. Журналист Андрей Бабицкий фIэкIа шэрей зимыIэм Басаевыр къегъуэтри интервью къыIех, къэрал псор зыхъумэну зыщыгугъ, ар зи къалэнхэм Басаевыр къахуэгъуэтыркъым. Абы и закъуэ? Басаевым и цIыхухэр (зыкъым, тIукъым, плIыщIым щIигъу), Москва нэс макIуэри, Норд-Остыр яубыд, абы и унафэкIэ Беслъэн къалэм къокIуэри, лажьэ зимыIэ сабийхэр зэтраукIэ! КIуэ, автоматхэр, кIэрахъуэхэр къадыгъуми, ракетэхэр дэнэ къыздрахыр? Ди щIыпIэхэм апхуэдэ Iэщэ щащIыркъым. Хэт ахэр къезыщэр? Бетэмал, сыту бзаджэу игъэдела шейтIан хъуа Басаевым адыгэ щIалэхэр! Сыт зэгупсысахэр? Дауэ зэрыгупсысар? Ди адыгэ тхыдэм гурыгъуазэу сроплъэри, апхуэдэр къысхуэгъуэтыркъым - IэщэкIэ зэщIэузэдауэ цIыхуищэм щIигъу, щитIым нызэрыхьэс, адыгэ анэ къилъхуауэ, адыгэ унагъуэ ирапIыкIауэ зэпэуврэ зэрыукIыжу. ЩыIащ лIитI зэпэуврэ зэзауэу, щыIащ лъэпкъитI зэбийуэ. Идар Темрыкъуэрэ Пщыапщокъуэ Къетыкъуэрэ зэбиящ. Мудархэрэ Мэртазэхэрэ я зэхуаку лъы къыдэхъуар ямыгъэгъуу зэзэуащ. Къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэхэрэ беслъэнеипщ Къанокъуэхэрэ лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэу Iуащхьэ пIалъэ зэрату щытащ: лIыгъэ уиIэмэ, мыпхуэдэ Iуащхьэм, мыпхуэдэ махуэм къекIуалIэ! Ауэ абы цIыху цIыкIур хыхьэртэкъым. Пщыхэр зэрыхуейщ, пщитI зэрышхмэ, шындырхъуом ишхын къыдокI! Уеблэмэ, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Бахъсэн куейм ис пщыхэр тырку сулътIаным и телъхьэу, Къэщкъэтау куейм ис пщыхэм урыс пащтыхьым и лъэныкъуэр яубыдауэ щызэныкъуэкъуами, Iуэхур лъыгъажэм нэсатэкъым. Илъэс бжыгъэкIэрэ екIуэкIа а зэпэщIэувэныгъэр, Iэжьэгъу я зэхуаку дэту, зэтрауIэфIауэ щытащ. Пщыхэр зэщыхьэми, зэбийми, хэкум шынагъуэ къыкIэщIэзэрыхьамэ, зы хъужхэрти, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэрт, зылI и быну! Зы закъуэщ адыгэ тхыдэм ищIэжыр цIыхубэм ящыщ япщхэм къыдэщIу зауэ хыхьауэ. 1791-1796 гъэхэм зипщхэр зэхэзыхуа шапсыгъхэмрэ бжьэдыгъупщхэмрэ куэдрэ зэныкъуэкъуащ, я Iуэхур бжьыпэм зэрыхуэгъакIуэу. Бжьэдыгъухэм кIэмыргуеипщхэри къэбэрдеипщхэри, уеблэмэ урыс пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэри я телъхьэт. Зыщышынэр арат: шапсыгъхэм япщхэр щызыхахуакIэ, ар ди дежи къэсынущ. Арати, а зэпэщIэтыныгъэр Бзиикъуэ зауэ жыхуаIэмкIэ иухыгъащ. Урыс пащтыхь гуащэм топхэр зрита бжьэдыгъухэр текIуат, ауэ абы щхьэкIэ шапсыгъхэм япщхэр зыхагъэхьэжакъым. Дауи, къэхъурт пщы залымхэм я цIыхум гуахъуэ, шэмэдж яIыгъыу зыкъыщаIэт. Дауи, щыIэт унажэ щащI. Ауэ ахэр лъы гъэжэным хуэкIуэртэкъым. Ахэр нэхъыжь Iуэху хъурти, пэжыр я гъуазэу, абыхэм зэтрауIэфIэрт. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ урыс пащтыхьыгъуэм зыпащIа иужькIи адыгэхэр куэдрэ лъэхъуэщ, тутнакъэщ ямыIэу зэрыпсэуар. Зыгуэрхэм ар къызэралъытэр адыгэхэр дуней гъащIэм къыкIэрыхуауэщ. Ар гъэщIэгъуэнкъэ? Тутнакъэщ уиIэмэ, гъащIэм укъыкIэрыхуакъым, уимыIэмэ, укъыкIэрыхуащ. Суд, абы шэрихьэт судри хэту, уиIэмэ, гъащIэм удокIу, уимыIэмэ, удекIуркъым. Къэхъуар къэхъуащ, абы къэгъазэ иIэкъым. Арами зы дакъикъэ, дакъикъэ ныкъуэ хуэдизкIэ фи нэгу къыщIэвгъэхьэт а уэхьхьэбитхэм властыр яубыдауэ. Мис итIанэ тлъагъуну къыщIэкIынт, Шэшэным шэрихьэт суд щытращIыхьу, псоми ялъагъуу яукIа лIыхэмрэ фызхэмрэ къахуэкIуа махуаер. Пэжыр жыIэн хуейщ. Къэбэрдейхэми балъкъэрхэми уэхьхьэбитхэм я «дин къабзэ» пщалъэм изэгъэну муслъымэн куэд яхэбгъуэтэнукъым. ИкIи ар дэ ди закъуэкъым. Дэтхэнэ зы динми и Iумэтхэр аращ. Дин лэжьакIуэхэм зыпэрыт я IэнатIэр ящIэу, мыдрей цIыхубэм диным ехьэлIа хабзэ гуэрхэр ягъэзащIэу: нэщI яIыгъыу, къурмэн яукIыу, хьэжыщI кIуэуэ, н.къ. Ари яхузэфIэмыкIыу муслъымэну зызылъытэжхэр нэхъыбэжщ. Къащтэ нэхъ мащIэ дыдэри, цIыхухъу псоми ягу иримыхьынкIэ хъунущ пащIэ-жьакIэ ягъэкIыну, бзылъхугъэ куэд бгъуэтынукъым хьиджаб, паранджа, чадра зэрахьэну. АтIэ абы щхьэкIэ цIыхухэм уеныкъуэкъу хъун шэрихьэткIэ? Ди дэфтэр хъумапIэм щIэлъщ мыпхуэдэ тхыгъэ. 1915 гъэм Къэбэрдейми Балъкъэрми дин лэжьакIуэу исыр Налшык щызэхуэсри унафэу къащтащ: илъэс пщыкIущ-пщыкIуплI хъуа щIалэ цIыкIур мэрем махуэм мэжджытым кIуэурэ нэмэз имыщIмэ, и адэ-анэм сомитхукIэ етхьэкъун; пшапэ зэхэуэгъуэу илъэс пщыкIущ-пщыкIуплI хъуа хъыджэбз цIыкIур и Iэдакъэм нэс пцIанэу къыщIэщу, и жьэгъур плъагъуу уэрамым къытехьэмэ, и адэ-анэм сомитхукIэ етхьэкъун. Сомитхур абы щыгъуэ ахъшэ мащIэтэкъым. Ауэ аратэкъым нэхъыщхьэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, фочыпэкIэ, автоматкIэ цIыхум дауэ дин, фIэщхъуныгъэ къызэребгъэщтэнур? Куэд щIакъым хуабжьу си гуапэу муслъымэн диныр хьэкъыу зыпхыкIа, КъурIэн лъапIэм фIыуэ хэзыщIыкI зы духьэшы телевизорымкIэ къэпсалъэу сызэредаIуэрэ. ЖиIэр аращ: «Сыт хуэдизу муслъымэныгъэр си гум пхыкIауэ спкърытми, сэ жысIэфынукъым КъурIэн лъапIэм и сурэ, и Iэят псори зыхэсщIауэ, абы хэлъ Iущагъ иныр и кIэм нэс къызгурыIуауэ. Ар нэсу зэпкърызыхыфа цIыху мы дунейм теткъым икIи тетакъым Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым фIэкIа». Апхуэдэ фIэщхъуныгъэщ цIыхур зыхуейр, армыхъуамэ, лъэпкъхэр, цIыхухэр зэфIэзыгъанэ, зэзыгъэзауэ, журналист Казиханов Темирлан тхьэмыщкIэм и сабийр зеиншэу къэзыгъэнам хуэдэкъым. Сытыт а щIалэ хъарзынэм и лажьэр? Е Iэщэ иIыгъакъым, е зыми езэуакъым. Апхуэдэ цIыху хей дапщэ яукIа а махуэ бзаджэм? Иджы мыри щIызгъужынут. Иужь зэманым куэдыр топсэлъыхь муслъымэн динымрэ чыристан динымрэ ди школ программэхэм хагъэхьауэ сабийхэм ягъэджын зэрыхуейм. Зэгуэрым телевизоркIэ дин лэжьакIуэхэр абы трагъэпсэлъыхьу, упщIэ къэхъеящ: хэт ныбжьыщIэхэр езыгъэджэнур? Арати, ислъам дин лэжьакIуэми чыристан дин лэжьакIуэми зэакъылэгъуу, зыжьэу жаIащ: ар Iуэхукъым, дэ къэдгъуэтынщ, абы щхьэкIэ фымыгузавэ. Япэрауэ, диным, фIэщхъуныгъэм хурагъаджэркъым, атIэ хуагъасэ. Унагъуэхэм, нэхъыжьхэм. ЕтIуанэращи, фи нэгу къыщIэвгъэхьэт дин лэжьакIуэр классым щIыхьауэ хьэршым е цIыхур къызэрыхъуа щIыкIэм диныр зэреплъымкIэ дерс иту, абы яужькIэ физикэмрэ биологиемрэ а илъэс 13-15 фIэкIа мыхъуа сабийхэм я деж а Iуэхугъуэ дыдэхэм яхутепсэлъыхьу. Сыт абы къишэнур? Иджыри кьэсыхункIэ зэгурымыIуэныгъэр цIыхухэм, лъэпкъхэм, дин лIэужьыгъуэхэм я зэхуаку дэлъамэ, дяпэкIэ зи акъыл мытIыса сабийхэм я щхьэм а зэныкъуэкъур къимыхъуэну, гупсысапIэм химыдзэну пIэрэ? Иджыри зэ жызоIэри, гуитI-щхьитI хъуа цIыхухэм я щытыкIэрщ уэхьхьэбитхэм къагъэсэбэпыр. Мы псори сэ Iуэхум сызэреплъырщ. Зыгуэрхэр езгъэлеяуэ, щIэзгъэтхъауэ къызыщыхъунхэри щыIэнщ. Ауэ а махуэ ер къыщытхыхьам адыгэхэр къэрал псом, дуней псом датеIуащ, щыгъуэ тхылъ къытхуагъэхьахэм къытщыщIар ди щхьэ зэрыхуэдмыгъэфащэр, езыхэми къызэрытхуамыгъэфащэр IупщIу къыхэщу. «Дэнэ щыIэ зыщIэвгъэщIагъуэ адыгэ хабзэр, адыгагъэр? - жаIэм ещхьт абыхэм. - ФызэрытщIэр цIыху зэтесхэу, мамырхэу, зэгурыIуэныгъэ фи зэхуаку дэлъу арати, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зыкъэдвгъэлъэгъуаи! Иджы дэтхэнэра нэхъ пэжу фызытемыкIынур?» Ар фIыуэ узэгупсысыпхъэ лъэпкъ Iуэхущ, Iуэхушхуэщ, дыбзыщI мыхъунщ, къэхъуам дерс тэмэм къыхэтхын щхьэкIэ.
МАФIЭДЗ Сэрэбий.
ТХЫГЪЭР ЗЕЙМ ТЕУХУАУЭ МафIэдз Сэрэбий тхыдэ щIэныгъэхэм я докторщ, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым щолажьэ, тхакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ “Гъыбзэ хуэфащэт”, “Мыщэ лъэбжьанэ” романхэр, ди лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэ дахэхэм теухуа тхылъ куэд.
ПРЕЗИДЕНТЫР АРЭЗЫ ТОХЪУЭ Мэрем кIуам КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен «Спартак» стадионым щыIащ икIи абы щекIуэкI лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зи- щIащ. Абы и гъусащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Губин Геннадий, стадионыр мыгъэрей зэхьэзэхуэм хуэгъэхьэзырынымкIэ республикэ комиссэм хэтхэр, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIым гупсэхуу щыгъуазэ зыхуищIа нэужь, КъБР-м и Президентыр абы арэзы техъуащ. Къанокъуэм къыхигъэщащ къэралым и командэ нэхъыфI дыдэхэр ди республикэм и къалащхьэм къыщедгъэблэгъэну, ахэр зыхэт зэIущIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм дэрэжэгъуэ къратыну Iэмал щыIэн зэрыхуейр. ИкIи жиIащ, Iуэхухэр апхуэдэурэ екIуэкIмэ, къытхуагъэува пIалъэм ирихьэлIэу, мазэ дэкIмэ, «Спартак» стадионыр къанэ щымыIэу зыхуей зэрыхуэзэнур. Президентыр ирагъэжьэжа нэужь, абы ищIа дагъуэхэр зэрагъэзакIуэжыным ехьэлIа зэхуэс ирагъэкIуэкIащ. Правительствэм и УнафэщIыр кърихьэлIахэм елъэIуащ мы Iуэхугъуэм жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр зыхащIэу дэтхэнэ зыри Iуэхум бгъэдыхьэну. «Кавказ Ищхъэрэм щыщу ди «Спартакым» и закъуэщ мы гъэм премьер-лигэм щыджэгунур, - жиIащ Губин Геннадий. - Абы къыхэкIыу икIи къэралым и чемпион хъуа ЦСКА-р я нэкIэ зрагъэлъагъуну, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм нэмыщIи, гъатхэпэм и 19-м Налшык къэкIуэнущ Москва, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Ставрополь крайм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къикIхэр. Ар топджэгум и махуэшхуэ ди республикэм щыхъуныр дэтхэнэ зыми дэлъытащ». Гъатхэпэм и 8-м Урысейм и футбол союзым и комиссэр Налшык къэкIуэнущ. Абы къипщытэнущ «Спартак» стадионыр зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырыр. НобэкIэ шэнтжьей тIысыпIэхэр ягъэув, абыхэм бжыгъэхэр тратхэ, стадионыр зэрагъэнэхуну уэздыгъэ лъэщхэр зэрахъуэкI, пресс-центр зэпэщ яухуэ, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри и гуащIэгъуэу ирагъэкIуэкI. Губиным къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ иджыблагъэ Москва зэрыщыIам. Ар хэтащ Урысейм и профессионал футбол лигэм и унафэщI Толстых Николай и ныбжьыр илъэс 50 зэрырикъуам иращIылIа гуфIэгъуэ пшыхьым. ЖиIащ къэралым и Футбол союзым и тхьэмадэ Мутко Виталий абы зэрыщыIущIар икIи сыт и лъэныкъуэкIи ди республикэм зыкъыщIигъэкъуэну къызэригъэгугъар. Зэхьэзэхуэм зэрызыхуагъэхьэзырыну, абы зэрыхэтыну, футболистхэр къызэращэхуну, командэм хэтхэм хуагъэувыну улахуэм текIуэдэну ахъшэр блыщхьэм щыщIэдзауэ Налшык и «Спартакым» Iыхьэ-Iыхьэурэ хуаутIыпщынущ. Ар нэхъыбэу къызыхэкIынур Къанокъуэ Арсен и мылъкурщ. Я мурадщ щIыпIэ бизнесым зи Iуэху нэхъ щыдэкIхэри кърашэлIэну. Куэд дыдэ зыщIэупщIэ «Спорт» каналыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм къыщыгъэлъэгъуэным теухуауэ Правительствэм и УнафэщIым жиIащ КъБР-м и Президентым ар япэ игъэщын хуейхэм ящыщ зыуэ и пщэ зэрырилъхьар икIи зэман гъунэгъум зэрызэфIэкIынур. «Спартак» стадионыр мыгъэрей зэхьэзэхуэм хуэгъэхьэзырынымкIэ республикэ комиссэм хэтхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Губин Геннадий я пашэу тхьэмахуэ къэс зэхуэсыну зэгурыIуащ, лэ-жьыгъэхэр зэрекIуэкIыр я нэкIэ зрагъэлъагъун, хуей хъумэ, занщIэу дэIэпыкъуэгъу хъун папщIэ.
ЖЫЛАСЭ Заур. |
|||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||
|