ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм мазаем и7

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

Лэскэн районным и зэф1эк1ымрэ и плъап1эмрэ

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и район нэхъ щIалэ дыдэр къызэрызэрагъэпэщыжрэ илъэситI хъуауэ аращ. А район зэщIэкъуар икIи мыиныр (абы жылагъуэу 9 хохьэ, цIыху мин 21-рэ исщ) лъэ быдэкIэ уващ икIи зэгуэр иIа зэфIэкIыр зэ­фIигъэувэжыну хущIокъу. Абы и щыхьэтщ Лэскэн районым­ щыкIуам КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен япэ дыдэ зы­Iухьа Iэщ комплексу ХъутIэжь Мухьэрбий иIыгъыр.

                                                                                                                              ИлъэситI япэкIэ мы хозяйствэр лажьэу щыхуежьам былымищэ иIауэ аращ. ­Иджыпсту абы фIыуэ хагъэ­хъуащ, мэл гуартэшхуи зэрагъэпэщащ. Зэгуэр Аргудан къуа­жэм былыму минитху иIэу щытащ. Ахэр зыщIэта псэуа­лъэхэр хъума хъуащ, Iэщыхъуэхэри IэнатIэм къе­мэ­щIэ­кIыркъым. Ауэ гъэшым ще­лэжьын цех ямыIэу хъунукъым - шэр пщэну фейдэшхуэ пылъкъым. Цехыр ящIын пап­щIэ кредит къыIахыну я му­радщ, ауэ абы проценткIэ щхьэщатыкIын хуейр куэ­ды­Iуэ мэхъу. Фермэм и лэжьа­кIуэ­хэр, Лэскэн районым и Iэта­щхьэ ЛIыхъугу Хьэжмурид, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэмкIэ и министр Бердюжэ Владимир сымэ хэту щызэпсалъэм КъБР-м и Президентым къыхилъхьащ “Iэщ гъэхъуныр” фе­деральнэ программэмрэ республикэ мылъкумрэ къа­гъэ­сэбэпу мы хозяйствэм бы­лым 500 къыхузэрагъэпэщыну, илъэс гъунэгъухэм къриу­быдэу ар 1500-м нагъэсыну. Абы папщIэ къагъэсэбэпынущ фермерхэр экономикэ и лъэныкъуэкIэ дамыкъузэным тещIыхьа Iэмал тэмэмхэр.

   Лэскэн районым исхэм я Iыхьэ плIанэр сабий пэтми, мыбы и жылагъуэхэм нобэм къэс зы спорт комплекси дэткъым. Аргудан къуажэм къыщ­ра­гъэжьауэ щыта апхуэдэ ухуэ­ныгъэр илъэс куэд япэкIэ къа­гъэувыIэжащ икIи дэIэ­пы­къуэгъу ямыIэу ар илъэс бла­гъэ­хэм яхунэгъэсынукъым. Гу­ры­Iуэгъуэщ щIалэгъуалэм я узын­шагъэр гъэбыдэным, ахэр гъэ­сэным пыщIа Iуэхухэр мыбы зэ­рыщыдэгъэкIыгъуейр. Абы къыхэкIыу Къанокъуэ Арсен мы IуэхумкIэ защIигъэкъуэну зэ­IущIэм кърихьэлIахэр къи­гъэ­гугъащ.

   Къанокъуэ Арсен школ зыбжанэм щыIащ икIи районым егъэ­джэныгъэр къызэрыщызэгъэпэщам щыгъуазэ зищIащ. Пре­зидентыр здэкIуахэм яхэтщ IуэхущIапIэ хъарзынэу къалъытэхэри, лэжьыгъэр нэхъ щы­дэ­мыкIхэри. Языныкъуэ унэхэр зэгъэпэщыжын хуейщ, ад­рей­хэм оборудованэр яхури­къуркъым, 1954 гъэм зэрау­хуэ­рэ зэи капитальнэу ремонт ямы­щIа школи щыIэщ. Ипэжы­пIэ­кIэ къапщтэмэ, ар щIызэ­бгъэ­­пэщыжыни щымыIэнкIэ хъунущ, сыту жыпIэмэ шко­лы­щIэ буухуэмэ нэхъ пуду зэ­фIэ­кIыну къыпщохъу. Лэскэн районым ухуэныгъэ куэд ще­гъэ­кIуэкIын хуейщ. Абыхэм ящыщ зыщ Ерокъуэ къуажэм и IыхьитIыр зэпызыщIэ лъэ­мы­жыр. Гъатхэ щIагъуэ дэ­кIыр­къым консерв заводым хуэ­кIуэ гъуэгум хиубыдэ лъэмыж лъахъшэр тримыхыу. Ар зэ­гъэпэщыжыным гъэ къэс тра­гъэкIуадэ ахъшэр къыубжмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу лъэмыж лъэщ теплъхьэну зэрынэхъ фейдэр. Яхунэмыгъэсу къэ­науэ щытщ Лэскэн районым и РОВД-м и унэщIэри. КъБР-м и Президентыр абыи еплъащ икIи районым и Iэтащхьэхэр щIыгъуу мы Iуэхум тепсэлъыхьащ.

   Лэскэн районым и жыла­гъуэхэм мы зэманым куэдрэ щы­болъагъу Iэжьэ цIыкIукIэ псы зышэ цIыхухэр.  Псыр районым щыгъунэжщ, ауэ ар бжьамийхэм къызэрижыр ­куэдрэ зэблоу. ЦIыхухэр псы­кIэ къызэгъэпэщыныр районым къыпэщыт Iуэху нэхъ гугъу­хэм ящыщщ. Уеблэмэ язы­ныкъуэ школхэмрэ сыма­джэщхэмрэ щIагъуэу яхуэгъэ­плъыркъым системэхэм ири­къуу псы зэрырамыгъэхъуэфым къыхэкIыу. Псалъэм къы­­дэкIуэу жытIэнщи, мы районым и муниципальнэ Iуэху­щIа­пIэхэм ящыщ языныкъуэхэр “Теплоэнергом” къыпы­кIащ абы къахуищIэ Iуэху­тхьэ­бзэхэм я уасэр ипэжыпIэкIэ зэ­рыхъум нэхърэ процент 30-кIэ нэхъыбэу яIихыу къалъытэри икIи я унэхэр зэрагъэп­лъы­ну системэхэр езыхэм къы­зэрагъэпэщыжащ.

   Лэскэн районыр икъукIэ хуэ­ныкъуэщ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм папщIэ транспорт, оборудованэ. Апхуэдэу иджырей сымаджэщхэмрэ амбулаторэхэмри къо­мэ­щIэкI. Медицинэм и лэжьа­кIуэ­хэм щепсалъэм Къано­къуэ Арсен зэхигъэкIащ районым узыншагъэр хъумэным­кIэ и IэнатIэр нэхъ зыхуейхэр икIи “ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ” автомобилыщIэхэмрэ медицинэм и IэнатIэм къыщагъэсэбэп оборудованэкIэ ядэIэпыкъуну къигъэгугъащ.

   УзыщыгуфIыкIын теплъэ иIэщ Анзорей къуажэм дэт Щэнхабзэ унэм - ар зэрагъэпэ­щы­жа къудейщи, зэщIолындэ. Са­бийхэр пэшкIэрэ щIэгуэ­шауэ уэрэд жаIэ, къофэ. Мы­бы драмкружокри щолажьэ. Ауэ унэлъащIэр яхурикъур­къым - цIыхухэр зытетIысхьэ­ну шэнтжьейхэри пэшхэм щIэт оборудованэри мащIэщ. Рес­публикэм и Президентыр мы IуэхущIапIэм зэрыщыIам къыхэкIыу цIыхухэр мэгугъэ дяпэкIэ концертхэм зэфIэту зэ­реплъу щытар къамыгъэ­хъужыну.

   Узыдэплъей хъун щапхъэу Къа­­нокъуэ Арсен къилъытащ щхьэ­закъуэ хьэрычэт лэжьа­кIуэ Кокоев Къазбэч и жэр­дэм­­кIэ икIи абы и мылъкукIэ Уэз­рэдж къуажэм дащIыхьа ком­плексыр - мэжджытыр, по­ли­клиникэр, ЩэнхабзэмкIэ унэр.

   - Сымаджэщхэр, школхэр щащI­кIэ иджырей материалхэр къэгъэсэбэпыпхъэщ, - къы­хигъэщащ Къанокъуэ Арсен. - Абы щхьэкIэ проектыр куэдкIэ нэхъ лъапIэ хъуну­къым, ауэ езы ухуэныгъэхэр игъэ­дэхэнущ, куэдкIэ ири­гъэ­фIэкIуэнущ.

   Зэман кIыхьым тещIыхьауэ Лэскэн районым зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэм щытепсэ­лъы­хьащ унафэщIхэр, цIыху па­шэхэр, районым и жыла­гъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIы­кIуэ­хэр кърихьэлIэу Президентым иригъэкIуэкIа зэIу­щIэм. Мыбы щагъэбелджылащ хо­зяйствэм и IэнатIэу нэхъ мы­хьэнэшхуэ зиIэхэр. Абыхэм ящыщщ мэкъумэш продукцэ къэлэжьыныр, ерыскъып­хъэм­ елэжь IуэхущIапIэ­хэр зэтегъэувэныр, Iэщ гъэ­хъу­ныр. Псом япэу къызэгъэпэщыпхъэр рай­оныр езыр зыхуэныкъуэ IэнатIэхэрщ.

   Лэскэн районым исхэр лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэщ, лэжьэнуи хуейщ. Абыхэм ящыщ куэдым жыг хадэхэр ягъэ­кIыну я мурадщ. Абы и лъэ­­ны­­къуэкIэ щыIэ хэкIы­пIэ­хэр зэ­пэплъытмэ, къэбжы­гъуейкъым жыг хадэхэм щIы­уэ гектар минищым нэблагъэ зэрахухэхыпхъэр. Мы IэнатIэм те­кIуэ­дэнур псынщIэ дыдэу къы­пыкIыжынукъым, ауэ зэман кIыхьым тещIыхьауэ къыубжмэ, ар фейдэшхуэхэм я хэ­кIыпIэщ.

   ЗэIущIэм щIэсахэм, районым щыпсэу цIыху псоми захуигъа­зэри, Президентыр елъэIуащ дэт­хэнэ уэрамми, къуажэми, зэрыщыту районми зегъэу­жьы­ным ехьэлIа планхэр зэхэлъхьэным жыджэру къыхыхьэну.

   - Тегушхуауэ къыхэфлъхьэ фи мурадхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ: фи жылагъуэр лэ­жьыгъэкIи щэнхабзэм и лъэ­ны­къуэкIи зэрыщытыну фы­хуе­йхэр. Дэ а псоми дыхэплъэ­нущ, лъабжьэ зиIэ Iуэху псори зэрыпхыдгъэкIынуми ды­ху­щIэкъунущ. Фэращ, районым исхэрщ, тэмэму жызыIэ­фынур мы куейм псэукIэ тэмэм щыIэн папщIэ фэрэ фи щIэ­блэмрэ зыхуеинур.

   ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ Урыху псым гидроузел тещIы­хьыным теухуауэ районым исхэр куэд щIауэ зыщIэ­хъуэ­псым елэжьын щIадзэну. Зэ­р­ы­щыту республикэми хуэдэу, мыбыи электрокъарур щы­зэпэубыдащ. ЩыIэ Iэмалхэр къэгъэсэбэпауэ электрокъарууэ къалэжьым хэгъэхъуэныр илъэс зыбжанэкIэ Лэскэн районым щызэфIагъэкIыфын Iуэхущ.

Бей Иринэ.

Сурэтхэр тезыхар

Мамий Русланщ.

 

Европэм зыхуагъазэ   

   Мейкъуапэ. Адыгэ Республикэм и къэрал ста­тусыр фIэмыкIуэду къыхуэнэжынымкIэ сэбэп хъуну елъэIуу “Шэрджэс кон­грессым” Европэ Зэгухьэныгъэм Шына­гъуэн­ша­гъэмкIэ и IэнатIэм хыхьэ демократие институтымрэ цIыхум и хуи­ты­­­ны­­гъэмкIэ Варшавэ къу­дамэмрэ лъэIукIэ зы­хуи­­гъэзащ.

  Шэрджэс конгрессым” и пресс-секретарь Бэрзэдж Алий зэрыжиIамкIэ, а тхы­лъым Iэ щIадзащ Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Тхыгъэр ОБСЕ-м щIы­хуа­­гъэ­хьар Урыс-Кавказ ­зауэм щыгъуэ адыгэхэм ира­щIы­лIауэ щыта лъапсэрых зауэр­ геноциду зэрыщытыр Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм кърагъэлъытэн пап­щIэ зэрызыхуагъэзам иджы­благъэ кърата жэуапырщ: депутатхэм ар геноциду щытауэ къалъытэн ядакъым.

   Адыгэхэм япэ дыдэу мыпхуэдэ Европэ зэгухьэныгъэ иным зыхуагъазэу аращ. иджыри я гум темыхуар къэралым и щIыналъэхэр гъэбыдэн мурадкIэ щIыпIэ-щIыпIэхэр зэгуэгъэхьэн хуей­уэ Кремлым кърихьэжьа Iуэху­гъуэм Адыгейр дигуэнкIэ шынагъуэшхуэ зэрыщыIэрщ. Краснодар краймрэ Ады­гейм­рэ теухуауэ Iэ Iэт екIуэ­кIыу щытмэ, бжыгъэкIэ республикэм щынэхъыбэ урыс лъэпкъым адыгэхэр къахэщынукъым. “Шэрджэс конгрессым” Европэ зэгухьэны­гъэр къыхуреджэ дунейпсо мар­дэм тету Iуэхур и нэIэ щIи­гъэувэну, лъэпкъ мащIэр дри­мыгъэкъузэну.

 

Урысейр и телъхьэу къоув

   Сыхъум. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир журналистхэм щаIущIам щыгъуэ Абхъазым тепсэлъыхьащ.

   Путин Владимир жиIащ Аб­хъазымрэ Осетие Ипщэмрэ я щхьэ хущытыж къэралы­гъуэ щхьэхуэу зэрыщытыр Урысей Федерацэм къи­лъы­­тэнкIэ зэрыхъунур. “Ко­со­вэ и щхьэ хуитыж къэралыгъуэ щхьэхуэу, хуитыны­гъэ псори иIэ хъунуи жы­зы­Iэ­хэр щыщыIэкIэ, абхъаз­хэм­рэ осетинхэмрэ ахэр щхьэ дэ япэдубыдын хуей? Ауэ сэ иджыпсту сытепсэ­лъы­хьыркъым абы ехьэ­лIауэ Урысейм и лэжьып­хъэ­хэм. Псо­ми фIыуэ дощIэ Кипр Ищхъэрэр республикэу Тыркум къызэрилъытар. Сэ жыс­Iэркъым, занщIэу дыхэ­лъа­дэу Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ къэралыгъуэ щхьэхуэу къэтлъытэн хуейуэ. Ауэ апхуэдэ щапхъэхэр щыIэщ”, - къыхигъэщащ Путин Владимир.

Хьэщыкъуей Олег.

 

Щ1ыр мэхъей

Дыгъуасэ пщэдджыжьым ди республикэм, псом хуэмыдэу къат куэду зэтет унэхэм щыпсэухэм, щIыр зэрыхъеяр зыхащIащ.

   Кисловодск дэт сейсмическэ центрым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, пщэдджыжьыр сыхьэтыр 7-рэ да­къи­къи 8-м Грузием щIыр щы­хъе­ящ балли 5 - 6-кIэ. Эпицентрыр Кутаиси километр 84-кIэ, Владикавказ километри 100-кIэ пэжыжьэу щытащ. Налшык ар бали 3 - 4 щы­хъуащ. ЩIыр зэрыхъеям зы щIы­пIи зэраныгъэ къыщишакъым.

УАРДЭ Жанзилэ.

 

Япэ вагъуэ

  Къэбэрдей прозэм зиу­жьы­ным гуащIафIэу телэжьа Теунэ Хьэчим тхакIуэ телъы­джэ къудейтэкъым, атIэ икIи щIэблэм гулъытэшхуэ хуэ­зыщI, зэфIэкI зиIэ ныбжьы­щIэхэр къэзыхутэ, емышу абы­хэм ядэлажьэурэ ахэр гъуэгу тезыгъэувэ цIыхуу щытащ. Хьэчим, зэрыжаIэу, Iэгу иплъа хуэдэт 1948 гъэм мазаем и 2 махуэм «Къэбэрдей» журналым и къыдэ­кIы­гъуэхэм ящыщ зым мы пса­лъэхэр щытритхам: «КуэдкIэ дызыщыгугъ Хьэжбэчыр изот. Хьэчим». ИужькIэ гушхуэу абы жиIэрейуэ щытащ а зэман жыжьэм гъащIэми литературэми япэ лъэбакъуэхэр хэзыча ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр ар зэрыщыгугъауэ къы­зэры­щIэкIар. Сыту жыпIэ­-мэ, зауэ нэужь лъэхъэнэм, псом хуэмыдэу 60 - 90 гъэхэм ди литературэм, гъуаз­джэм - зэрыщыту ди щэнхабзэм абы хуилэжьар зы цIыху закъуэм хузэфIэмыкIыным хуэдизщ.

ТХЫЛЪ еджэ е театрым      кIуэ, уэрэд фIыуэ зы­лъагъу е музыкэм дихьэх цIыху республикэм ису къы­щIэкIынкъым Хьэжбэчыр зы­мыцIыху е и хъыбар зэхэзымыха. Языныкъуэхэм я деж­кIэ ар усакIуэ-уэрэдусщ, нэ­гъуэщIымкIэ зи гуащIэр прозэм и жанр псоми езыхьэлIа тхакIуэщ, абы ди музыкэ щэнхабзэм и пащхьэ щиIэ фIы­щIэм и инагъым щыгъуазэхэри нэхъ мащIэкъым. Абы къи­кIращи, Хьэжбэчыр щымылэжьа IэнатIэ ди щэнхабзэм иIэкъым. Аращ Хьэхъу­пащIэм и творчествэр ар ­тха­кIуэщ е музыковедщ жыпIэу зэкъуэпчи щIэмы­хъур. Ар Iэна­тIитIми хьэлэлу щылэ­жьащ, нэгъуэщIхэм жамыIа щы­жиIэу, нэгъуэщI­хэм яхузэ­фIэмыкIа куэд щызэфIихыу.

  ХьэхъупащIэ Хьэбалэ и къуэ Хьэжбэчыр и япэ усэр дунейм къытехьауэ щытащ 1940 гъэм. Ауэ абы тхэным нэхъ зыщритар Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ гугъухэрщ. Ди хэку иным къытеуа фашист зэры­пхъуакIуэхэр зэтекъутэным, ахэр ди къэралым игъэкъэ­бзы­­кIыжауэ езым и «гъуэм» илIыхьыжыным теухуа гуры­щIэр, къыхуеджэныгъэр, къы­­щалъхуа лъахэр фIыщэу зылъагъу усакIуэ ныбжьы­щIэм и дэтхэнэ сатырми бэяну къыхощ… «Социалисти­чес­кэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым и напэкIуэцIхэм, радиом и къэтынхэм куэдрэ цIыхухэр щрихьэлIэрт а усэхэм.

   Хэкум хуаIэ фIылъагъуны­гъэм, абы и щхьэхуитыны­гъэм папщIэ яIэ гурыщIэ пщты­рым а лъэхъэнэм къыхуагъэушауэ щытащ ныб­жьыщIэ куэдыр тхэным, я гум илъ хъуэпсапIэ дахэр усэм и бзэ жьгърумкIэ къэIуэтэным. Дауи, а псоми я зэфIэкI зэхуэ­дэтэкъым - хэти нэхъ шэры­уэт, хэти нэхъ хуэIэсэмэгут. Ауэ зы хьэкъщ - а лъэхъэнэм Хьэжбэчыр езым и макъкIэ и уэрэд жиIэжу щIидзащ - языныкъуэ усэхэр нэхъ къарууншэу, псалъабэу, гупсысэм къыт­ригъэзэжу нобэ къып­щыхъункIи хъунщ, атIэми, 1943 - 1945 гъэхэм ахэр тхьэ­гъушу Iурт цIыхухэр бэнэныгъэм къыхураджэу.

   А зэманым куэдым къа­лъы­тэрт Кэнжэ щыщ щIалэ­щIэм гъащIэм щыхишыну гъуэ­гур къыхихауэ. Ар журналистикэм, литературэм я гъуэгурт. Сыту жыпIэмэ, зауэ нэужь илъэсхэм «Къэбэрдей пэж» газетрат абы лэжьапIэ хуэхъуар. АрщхьэкIэ, 1952 гъэм зыри зыпэмыплъа, зыми игу къэмыкIа Iуэху къэхъуащ - Хьэжбэчыр щIэ­тIы­схьащ Ленинград дэт къэрал консерваторэм и режиссер факультетым. Къызэры­щIэ­кIымкIэ, абы и гум щыблэр поэзием и мафIэм и за­къуэтэкъым, атIэ езым фIэкIа нэгъуэщIым зэхимых макъамэхэри щыIурт. Абы и мыза­къуэу, ар жыжьэ плъэрт, адыгэ­ музыкэ щэнхабзэм ­зиу­жьын папщIэ щIэн хуейхэм мычэму егупсысырт, и фIэщ хъурт зэгуэр музыкэ театр зэ­­рыдиIэнури, абы нобэ щыщIэ­дзауэ хуэлэжьэн зэры­хуейри.

   Жыжьэрыплъэм куэд къе­лъагъу, нэхъыбэжи хузэ­фIокI.

   Консерваторэм щыщIэса илъэсхэм ар ерыщу и мурадхэм ятелэжьащ. Дауи, адыгэ щIалэм дежкIэ тыншу щытакъым къыхиха IэщIагъэр. Ауэ ар абы фIы дыдэу хуе­джащ, литературэм хуэлэ­жьэни щигъэтакъым. Уеблэмэ и мурад дахэхэм ящыщ зым япэ лъэбакъуэр хуичащ - япэ адыгэ оперэ хъунум и либреттэр а лъэхъэнэм итхащ. Пэжщ, ар илъэс тIощIым нэс­кIэ и стIол къыдэгъэжым дэ­лъащ. Ауэ ар нэгъуэщI пса­лъэ­макъщ…

   Консерваторэ нэужьым Хьэжбэчыр, зэрыжаIэу, зы ма­­хуэ лэжьыгъэншэу, къулыкъуншэу псэуакъым. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал фи­лармонием и художественнэ унафэщIу, директору зэрылэжьа зэман кIыхьми абы и къалэмыпэр зэи гъущакъым. Абы и щыхьэтщ, 1950 гъэм дунейм къытехьа и япэ тхылъ «Насып вагъуэ» зыфIищам укъыдэбжэу щытмэ, илъэс плIыщIым абы и Iэдакъэ тхылъ тIощIым нэс къызэры­щIэ­кIар.

  Хабзэ хъуауэ къокIуэкI - ли­­­тератор куэдым я япэ лъэба­къуэр усыгъэкIэ къыщIа­дзэ­ри, нэхъ иужьыIуэкIэ прозэм хуокIуэж. КъэщIэгъуейщ ар къызыхэкIыр: е щIалэ­гъуэм къыдигъэщIа гурыщIэр зэуэ мафIэу къэлынду ужьыхыжрэ, хьэмэрэ а гурыщIэм и гуа­щIэр хуримыкъуа - сытми куэ­дым усэныр IэщIыб ящIыж. Хьэжбэчыр зэи усэныр хы­фIи­­­дзакъым, ауэ, дауэ щы­мыт­ми, абы и зэфIэкIыр нэхъ наIуэ, IупщI щыхъуауэ дэ къыт­щыхъур прозэрщ. И Iэдакъэм къыщIэкIащ рассказхэр, повестхэр, романхэр. Ноби куэ­дым фIыуэ ящIэж абы и япэ рассказ тхылъ «Фи пщэдджыжь фIы­уэ» (1955 гъэ) зы­фIищар. А лъэхъэнэм дэнэ къэ­на, ноби щIэщыгъуэщ, цIыху­хэр ину зыгъэпIейтейщ ахэр зытеухуа Iуэхугъуэхэр. А тхылъым еджа нэужь щIэ­джы­­кIакIуэми критикэми я фIэщу жаIащ адыгэ литературэм зи Iуэху еплъыкIэ зи­Iэж, нэгъуэщIхэм хыумыгъэ­гъуэщэн, зи бзэ зыIурылъыж прозаик къызэрыхыхьар. АтIэ­ми, а зэманым абы мыхьэ­­нэшхуэ иIэт - адыгэ­ поэзием зиузэщI, усыгъэм и кIыщым КIыщокъуэ Алим, КIуащ Бе­тIал, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сы­мэ щылажьэ щхьэкIэ, прозэр нэхъ дэхуэхауэ къекIуэкIырт. Прозэр хуэныкъуэт щIэзы­гъэ­­рыIэн къару. Апхуэдэ къару хъуахэм ящыщщ Хьэхъупа­щIэ Хьэжбэчыр и рассказхэр.

   Адыгэ тхылъеджэр Хьэжбэчыр зэрыщыгугъар зэри­гъэпэжар наIуэ къэхъуащ 1960 гъэм. А илъэсым дунейм къытехьащ «НысащIэ» тхылъыщIэр, рассказхэмрэ повестхэмрэ зэрытар. А тхы­лъымкIэ Хьэжбэчыр ди прозэм щиубыдащ езым и увыпIэ нэс. ТхакIуэ ныбжьы­щIэ мы­хъуу, зи къару зэрыубыда, дуней еплъыкIэ зэпIэзэрыт зиIэ, къызэрыгуэкI Iуэху цIыкIу къыпфIэщIынум гупсысэ куу хэзылъагъуэ тха­кIуэм и увыпIэ. А жытIам и щыхьэтщ абы къыкIэлъыкIуа «Гур зыщIэхъуэпсыр» повестыр. ГъащIэм и пэжыр лъабжьэ зыхуэхъуа тхылъыр уры­сыбзэкIэ къыдэкIыу Союз­псо тхылъеджэм и пащхьэ къихута нэужь, авторым тхыгъэ куэд къыIэрыхьащ. Псалъэм папщIэ, Наманган къалэм щыщ Кудряковэ Надеждэ къитхат: «Сэ икъукIэ сигу ирихьащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и повестыр. Сэ абы сфIэ­гъэщIэгъуэну, схуэмы­гъэ­­­тIы­лъыжу седжащ. Псом хуэмыдэу сигу якIэрыпщIащ Мухьэрбийрэ Лэуцэрэ я образхэм».

  Гулъытэншэу къигъэна­къым литературнэ критикэми а лъэ­хъэнэм ХьэхъупащIэм и гуащIэр. Къэрал иным ис тха­кIуэ, усакIуэ нэхъ Iэзэхэу Дзуцев Харитон (Осетие Ищхъэрэ), Айтматов Чингиз (Къыргъыз), Карим Мустай (Башкирие), Гамзатов Расул (Да­гъыстан), Рашидов Шараф (Узбекистан) сымэ я тхыгъэ нэхъыфIхэм щIыгъуу, критик цIэрыIуэ Ломидзе Георгий зэпкърыхауэ, зыубгъуауэ тотхыхь Хьэжбэчыр и прозэми (еплъ: «Октябрь» журнал №11, 1962 гъ.). «ЩIэр зэрыте­кIуэр бэнэныгъэм хэтурэ, жьы хъуар лъэныкъуэ иригъэзурэщ, - етх критикым. - Ар наIуэу къыхощ адыгэ тхакIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и тхыгъэхэм. Псом хуэмыдэу «Гукъанэ» рассказым».

   Дэтхэнэ тхакIуэ нэсми хуэдэу, и Iэзагъэм хигъахъуэу, темэ хэплъыхь ищIу, куэд итх­ми, махуэ къэс тхылъеджэм и пащхьэ имылъадэу лэжьащ Хьэжбэчыр. Псом хуэмыдэу иужь илъэсхэм абы къиIэт Iуэхугъуэхэу лъэпкъым деж­кIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм нэхъ зригъэубгъуурэ абы зрипщытащ, хъарзынэуи къигъэIу­ры­щIащ литературэм и жанр нэ­хъыщхьэу романкIэ зэджэр. Ар икIи игъуэ дыдэу къыт­фIощI - гъащIэм и дерсхэр зып­хыкIа, хуэгъэфэща мы­хъуу, куууэ, лъэныкъуэ куэд­кIэ гъащIэм и хьэрис-кхъуэрисхэр зыхэзыщIа цIыхум иIэт зэгупсысын, зэпкърихын, нэ­хъы­щхьэрщи, щIэджыкIакIуэм яжриIэнрэ зыхуиущиинрэ.

ХЬЭЖБЭЧЫР гъащIэм и курыкупсэм хэту псэуащ. Абы и ныбжьэгъу-кIуэгъужэ­гъуу щытащ губгъуэм ит мэкъу­мэшыщIэри, къущ­хьэхъу щыIэ Iэщыхъуэри, интеллигенцэри, республикэр нэхъапэм зезыхьа, нобэ зезыхьэ унафэщIхэм ящыщ куэ­ди. Мис абыхэм я IуэхущIа­фэм, зэрахьэ хабзэм, нэмысым къыхиха дерсхэрщ Хьэжбэчыр дэ дызыщIигъэдэIуари.

  Дэ къалэн зыщытщIыжа­къым Хьэжбэчыр итха тхы­гъэ пIащэ псори зэпкърытхыну, а Iуэхур зи пщэ дэхуэр ли­тературэ критикэрщ. Дэ ди му­радыр зытеухуар тхылъ­еджэм, псом япэращи, нобэ къытщIэувэ щIэджыкIакIуэм ди щэнхабзэм и лэжьакIуэш­хуэр - тхакIуэр, музыко­ведыр, жылагъуэ лэжьакIуэр нэхъыфIу едгъэцIыхунырщи, ар къыдэхъулIэмэ,  ди  къалэн дгъэзэщIауэ къэтлъы­тэнущ. Апхуэдэу жыдэзыгъэ­Iэр Хьэж­­бэчыр цIыху къы­зэры­гуэ­кIыу  зэрыщымытарщ.

   Хьэжбэчыр цIыху нэхъ на­сыпыфIэ дыдэхэм ящыщт. На­сыпыфIэт и гъащIэр Iуэху­кIэ - фIыуэ илъагъу IуэхукIэ гъэнщIауэ, мурад ищIам и Iэр тригъэхуэфу псэурти. Насы­пыфIэт и гум, и псэм хуитти. НасыпыфIэт фыгъуэрэ ижэрэ имыIэу, нэгъуэщIхэм къехъулIа фIым, езым и щхьэм къеуэлIам хуэдэу, ири­гуфIэу псэурти. Ауэ иIэщ уасэ зимыIэ нэгъуэщI зы насып ин дыди Хьэжбэчыр - ныб­жьэгъу и куэдт! Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Урысейми СССР-у щытауэ нобэ СНГ зыфIащыжам и дэтхэнэ щIыпIи абы ныбжьэгъу щиIащ фIыуэ илъагъухэу, езыри я псэм пащIу.

   «Къэбэрдейхэр фынасыпы­фIэщ езы Тхьэ дыдэм дирижеру къигъэщIа Темыркъан Юрэ, дыгъэ нурыр къызыщхьэщих ХьэхъупащIэ Хьэж­бэчыр сымэ фиIэщи. Хьэжбэчыр здэщыIэм сытым дежи нэхугъэ, гуапагъэ щыIэщ», - жиIэгъащ ди лъэхъэнэм и ­композитор нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зы Щедрин Радион.

   Мыпхуэдэ зы Iуэху сигу къо­кIыж. Кремлым и Дворец инырщ. Георгиевскэ залым и кIыхьагъкIэ иубгъуа алэ­рыбгъу лъагъуэм тету цIыху­хэр хуэму, уэршэрурэ къо­кIуэкI. Псори поплъэ Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр илъэс 60 зэрыри­къум теухуауэ СССР-мрэ РСФСР-мрэ я творческэ союзхэм зэгъусэу ирагъэкIуэ­кIы­ну пленумыр къыщызэIуа­хыну дакъикъэм. Абы хэтыну Налшык дикIри дыкIуат ЩоджэнцIыкIу Iэдэм (ТхакIуэ­хэм я союз), ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр (Композиторхэм я союз), Ерчэн Леонид (Театр лэжьакIуэхэм я союз), Ка­р­­каев Мухьэрбий (Архитекторхэм я союз), сэ - Журналистхэм я союзым и лIы­кIуэу. Дэ нэхъ иужьыIуэкIэ дыщIы­хьа­ти, гуп-гупурэ зэхэтхэм зыкъомым ди лъэныкъуэкIэ Iэ къащIу гу лъыттащ. Деплъыпэмэ, Хьэжбэчыр и цIыхугъэ­хэм сэлам кърахыу арат. Хьэж­бэчыр япежьащ: зэм зы гупым, зэми адрейм ябгъэдохьэ, IэплIэ-ба зэхуащI, я Iэр зэ­рокъуз. Соплъри, абы и ныбжьэгъухэм яхэтщ урыси, тэтэри, узбеки, куржыи, якути, нэгъуэщI лъэпкъ Iэджэм я лIыкIуэхэри. «Дауэ ущыт? Сыт уи узыншагъэ? Нытхуеблагъэ ди деж», - къыжраIэрт, езыми къригъэблагъэрт.

   Мыр сигу къыщIэзгъэкIы­жыр Хьэжбэчыр, малъхъэдисым гъущIыр зэрызыщIишэм ещхьыркъэпсу, цIыхур зришэ­лIэфу зэрыщытар къэзгъэ­лъэгъуэн папщIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и унафэщIу щыщыта илъэсхэм абы хузэфIэкIащ оркестрым музыкант нэ­хъыфI дыдэхэу республикэм исыр къыхишэн, уэрэджыIа­кIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэр зришэ­лIэн. КъБАССР-м и Компо­зи­торхэм я союзым и унафэ­щIу щылэжьа илъэсхэм абы композиторхэр зэкъуигъэува, хуиту, тыншу лэжьэн папщIэ зыхуеину псори къахузэри­гъэпэща къудейкъым, атIэ нэ­хъыжьхэм я пIэ иувэн, абыхэм я Iуэхум пызыщэн творческэ щIалэгъуалэ гъэсэным къару куэд ирихьэлIащ. Къыт­щIэхъуэ щIалэгъуалэми, зи ныбжькIи гуащIэкIи лIыпIэ иувахэм зэхащIыкI Хьэхъупа­щIэм гугъу зэрызригъэхьари гугъу зыщIригъэхьари. ХьэIу­пэ ДжэбрэIил Хьэжбэчыр теухуауэ жиIащ: «Сэ сыт щы­гъуи си Iуэху къокI егъэ­джа­кIуэрэ ныбжьэгъукIэ. Гъа­щIэм сыт хуэдэ ныбжьэгъу къызита сэ! Мис а ныб­жьэгъу Iэджэм я деж щIыпIэ хэха щиIыгъщ ХьэхъупащIэ Хьэбалэ и къуэ Хьэжбэчыр. Ар си ныбжьэгъуфI къудейкъым, атIэ икIи си ущиякIуэ угъурлыщ, зэкъым абы си щы­уагъэхэр зэрызригъэзэ­хуэжар, щытыкIэ гугъу сы­щи­хуэм (хэт апхуэдэ къы­­зыщы­мыщIыр!), Хьэжбэчыр сэ гъусэ схуэхъуащ икIи си гъуэгур и чэнджэщ IущхэмкIэ схуи­гъэ­нэхуащ. Сэ жысIэну сы­хуейщ дэ музыкэ гъуаз­джэм щыдиIэ ехъулIэныгъэ псори ХьэхъупащIэм и цIэм зэры­пы­­щIар».

ДИ МУЗЫКЭ щэнхабзэм зэрызиужьам, абы кърикIуа гъуэгум ириплъэжу унэтIы­ны­гъэщIэхэр зыубзыху IэщIа­гъэлIкIэ къулейуэ тхужыIэн­къым ди республикэр. А щIы­щIэ къэмыIэтам япэ вагъэб­дзумэр щизылъари Хьэхъупа­щIэрщ. Абы и Iэдакъэм къы­щIэ­кIащ къэхутэныгъэ куу щри­­гъэкIуэкI лэжьыгъэ зы­къом. Нобэми икъукIэ мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ 1963 гъэм къы­ди­гъэкIа «КъБАССР-м и музыкэ щэнхабзэр» тхылъым. Ар абы зэман куэдкIэ елэ­жьащ икIи хузэфIэкIащ зэхэхауэ къигъэлъэгъуэн ди музыкэ щэнхабзэм зэрызиужьа гъуэгу­ мытыншыр, а Iуэхум хэлIы­фIы­хьа цIыхухэм я цIэр мыкIуэды­жыну тхыдэм хитхащ. Апхуэдэ дыдэу пщIэшхуэ хуащIащ «ЩоджэнцIыкIу Алийрэ музыкэмрэ», «Вано Мурадели», «Адыгэ-урыс музыкэ зэпыщIэ­ныгъэхэр» тхы­гъэхэми.

  Иужь илъэсхэм Хьэжбэчыр прозэ тхыгъэ пIащэхэм къа­дэ­кIуэу елэжьащ ди литературэм дежкIэ щIэуэ щыт тхылъ - «ГукъэкIыжхэм». Ар и гъащIэр къызэрекIуэкIам и закъуэкъым зытеухуар - зы­къомкIи «ГукъэкIыжхэр» ди щэнхабзэм и тхыдэ хуэдэуи мэхъу.

  ТхакIуэм, музыковедым и гуа­щIэм хуэфащэ пщIэ игъуэ­та­къым пхужыIэнкъым. Абы къы­фIащащ «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъ­къэрым и цIыхубэ тха­кIуэ» цIэ лъапIэхэр, КъБР-м и Къэ­рал сау­гъэтри къыхуа­гъэ­фэщащ.

   Псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут илъэ­ситху лъандэрэ къытхэмытыж ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Ауэ абы и IэдакъэщIэкI­хэр псэущ, ноби лъэпкъым хуэ­лажьэу. ХъэхъупащIэр и ныб­жьэ­гъуа­хэм, лэжьэгъуахэм ягу къинащ цIыху дахэу, гуапэу дунейм зэрытетам хуэ­дэу.

   Арагъэнщ дэтхэнэ цIыхури игъащIэ псом зыщIэхъуэп­сыр.

 

МЭЗЫХЬЭ Борис.

 

Гу пц1анэ

Адыгэ лъэпкъым и цIыху уардэ, щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм мыкIуэдыжыну лъэужь къыщызыгъэнащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр.

ХЬЭЖБЭЧЫР си дежкIэ адэу, къуэш нэ­хъы­жьу, ущиякIуэ нэсу щытащ. И зэфIэкIым щы­щу мащIэ тIэкIу къып­­хилъ­хьэфамэ, иригуфIэрт, дамэ къытригъэкIам хуэдэу къыщыхъурт абы, апхуэдиз гуапагъэрэ гу пцIа­нагъэрэ хэлъти.

   Хьэжбэчыр иIа лъэкIы­ны­гъэр, цIэрыIуагъэр игъуэ­тын и пэкIэ гугъуехь куэд и нэгу щIэкIащ. Ар республикэм къыщыдэкI газетхэм щылажьэу, къали къуажэ пхыдзаи къимыгъанэу кIуэрэ, цIыху­хэм я псэукIэр, ахэр зы­хуей­-зыхуэныкъуэхэр зэ­ри­гъащIэурэ, абыхэм яте­псэлъыхьыжу къыщIи­дза­уэ щытащ. 1943-1945 гъэхэм ХьэхъупащIэм и тхыгъэхэм, тхьэгъуш къеуэм хуэдэу, цIыхухэр бэнэныгъэм къыхураджэрт, зэкъуэтыныгъэм, зэкъуэшыныгъэм хуагъасэрт.

   Хьэжбэчыр ди щэнхабзэм и къэкIуэнум папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыри­гъэ­кIуэкIар мы щапхъэми наIуэ къыпщещI. Дирижер гъуэзэджэхэу Темыркъанхэ Юрэрэ Борисрэ лъэ быдэкIэ увын папщIэ абы мащIэ илэжьакъым. Ди гуапэ зэрыхъущи, Хьэжбэчыр и фIыщIэр зэи а тIум ящыгъупщакъым. Юрэ къэкIуэжыху Хьэжбэчыр и деж кIуэрт, пщIэ лей хуищIу. И зэфIэкIхэм я гугъу щыхуищIкIэ, Хьэж­бэчыр гуфIэрт, абыхэм ирипагэрт.

   Хьэжбэчыр пщIэшхуэ къыхуащIу щытащ урыс композиторхэу Шостакович Дмитрий, Свиридов Георгий, Щедрин Родион сымэ.

   ЦIыхухэм уэрэдыр я гум нэхъ дохьэ, я псэм зарегъэ­гъэпсэху. Хьэжбэчыр и пса­лъэхэр щIэлъу ди композиторхэм ятха уэрэдхэр ноби дзапэ уэрэду къэнащ. Апхуэдэхэщ “Си нанэ дахэ”, “Фаризэт”, “Къэбэрдей-Балъкъэр”, “Налжан”, нэгъуэщIхэри.

   Си къуэш нэхъыжьу фIэкIа къэзмылъытэу щы­та ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и фэеплъыр сыпсэ­­уху­кIэ сигу илъынщ.

МОЛЭ Владимир,

композитор.

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]