ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм мазаем и4

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

НАРТ ХЪЫБАРХЭР

 

2005 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм «Къэбэрдей-Балъ­къэр» къэрал телевиденэм IуэхугъуэфI кърихьэжьащ. Абы «Нартхэм ятеухуа хъыбархэр» фIэщыгъэцIэр иIэу сабийхэм папщIэ адыгэбзэкIэ нэтын гъэщIэгъуэн ирегъэкIуэкI. Ар къызэ­ра­гъэпэщащ адыгэбзэмкIэ лажьэ къудамэм и унафэщI Токъмакъ Светланэ, режиссер Сэралъп Самарэ, оператор Що­джэн Евгений сымэ.

   Япэ нэтыныр щагъэхьэзырым, тхакIуэ Нало Заур кърагъэблагъэри, нарт эпоскIэ зэджэм, абы и мыхьэнэм, ар ди лъэп­къым и хъугъуэ­фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщым теухуа и гупсысэ купщIафIэхэмкIэ цIыкIухэм ядэгуэшащ. АдэкIэ пщы­хьэщхьэ къэс дакъикъи 10 ­хухахауэ нарт хъыбархэм ­цIыкIухэр щIагъэдэIу. Абыхэм къоджэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ­адыгэ драмтеатрым и артист цIэ­рыIуэхэу БжэIумых Бэл­лэрэ Тхьэщы­гъуей Жан­нэ­рэ.

   Нэтыным хэтыну студием кърагъэблагъэ Налшык къалэ дэт Сабий художест­веннэ школым и гъэсэнхэр. Абыхэм языныкъуэхэм къызэджэ хъыбархэр я нэгу къызэры­щIэувэр асы­хьэтым сурэту ящI, адрейхэр унэм кIуэжа нэ­у­жь, зэхахар къазэрыщы­хъуар тхылъымпIэм къыща­гъэ­­лъа­гъуэри, къыкIэлъыкIуэ нэтыным къыздахь. Къыхэгъэщыпхъэщ сабийхэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ студиер гъэщIэрэщIауэ зэрыщытри.

   - Мы нэтыныр къыщы­зэд­гъэпэщым дэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжар, зэман мащIэ фIэкIа хухэдмыхыфами, сабийхэм я анэдэлъхубзэр зэхедгъэхынырщ, абы и ­къулеягъэр, и дахагъэр зы­хед­­гъэ­щIэнырщ, - жеIэ Токъмакъ Светланэ. - Мы хъыбархэм цIыкIухэм хьэл-щэныфI куэд къыхахынущ, лIыгъэм, цIыху­гъэм, хабзэм хуэгъэсэнымкIи мы­хьэ­нэшхуэ ягъэзащIэ. Пэжщ, илъэси 5-6 фIэкIа мыхъу са­бийм абы щыщ куэд игу иримыубыдэфынкIи хъунщ, ауэ и лъэпкъым къы­де­кIуэкIыу нарт хъыбар зэры­щыIэр ящIэнущ. Уеблэмэ сабийхэм я мыза­къуэу, балигъхэри дызыхуэныкъуэ хъыбарщ мыхэр. Нобэ ди бзэм къыщыдмыгъэсэбэпыж, жьы хъуа псалъэхэр къэтщIэжы­нымкIи сэбэп мэхъу. Ап­хуэ­дэ псалъэхэм я мыхьэнэр, урысыбзэкIэ зэреджэр сабийхэм яжыдоIэ, я тхыкIэри экраным къыщыдогъэ­лъагъуэ. Гуапэ тщохъу нэтыныр ягу ирихьу цIыху куэд къызэрыпсалъэр.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

 

ГЪУНАПКЪЭ И1ЭКЪЫМ

Макъамэ, уэрэд щатхыу Америкэм щыIэу “Blues Leaf Records” студием мазаем и 14-м къыщыдэкIынущ “Ragtime” гупым и пашэ Щомахуэ Арсен и диск, “Dangerous” зыфIащар. Иужьрей илъэс зыбжанэм итха уэрэдхэрщ мы дискым къызэ­щIиубыдэр.

   Альбомым хыхьащ уэрэд 13, абыхэм щыщу 11-р зыусар езы Арсенщ.

   - Сэ сыхущIэкъуащ макъамэм и жыпхъэ зэхуэмыдэхэр къы­зэрызгъэсэбэпыным. Псалъэм и хьэтыркIэ, дискым тетщ блюз, свинг, рок-н-ролл, фанк, - къы­хегъэщ  Щомахуэ Арсен .

   Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа мы гупыр 2005 гъэм Мемфис щекIуэкIа дунейпсо блюз зэхьэзэхуэм хэтащ. Апхуэдэуи ехъулIэныгъэ яIэу абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Европэм и къалэ зыбжанэм, Москва, Рязань, Владимир къалэхэм.

 

МОЛЭ АРСЕН И 1ЭНАТ1ЭЩ1Э

Мазаем и 1-м Налшык ще­кIуэкIащ «Къэббалъкъгаз» акционер зэгухьэныгъэмрэ «Къэббалъкъ­щIыналъэгаз» акционер зэ­гухьэныгъэ зэхуэ­щIам­рэ я унафэщIхэм я Советхэм я зэхуэс. Ар теухуауэ щытащ мы IэнатIэхэм я унафэщIу щытынум.

   Иджыблагъэ КъБР-м и Пре­зидент Канокъуэ Арсен УФ-м и Президентым и дэ­Iэ­пыкъуэгъу Беглов Александр щыхуэзам дригъэкIуэ­кIа псалъэмакъым къыщы­хи­гъэщат зи гугъу тщIы IэнатIэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщригъэкIуэкIынур. Къапщтэмэ, «Къэббалъкъгаз» АО-мрэ «Къэббалъкъ­щIы­­налъэгаз» ЗАО-мрэ я уна­фэщIыр ихъуэжыну зэригугъэр. Иджы мазаем и япэ махуэм зэгухьэныгъэхэм щекIуэкIа зэIущIэм Президентым и жэрдэмыр диIыгъащ: «Къэббалъкъгаз» АО-мрэ «КъэббалъкъщIыналъэгаз» ЗАО-мрэ я тхьэмадэу илъэс зыбжанэкIэ щыта Понэж Ахьмэдхъан и пIэкIэ ягъэуващ Молэ Арсен.

   Молэр япэм Москва щылажьэу щытащ, потребительскэ рынокым, транспортым пыщIа Iуэхухэр зэфIихыу. Ар техникэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, илъэс 44-рэ мэхъу.

Къардэн Маритэ.

 

КЪУРШХЭМ УИ КЪАРУМ ХАГЪАХЪУЭ

Махуэку кIуам КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен хуэзащ къэралым бок­сым­кIэ и командэ къыхэхам и гъэсакIуэ нэ­хъыщхьэ Лебзяк Александр.

   Иужьрей илъэс 25-м къриубыдэу къэ­ра­лым боксымкIэ и командэ къыхэхар Iуащ­хьэмахуэ лъапэ иджы етIуанэу къакIуэу аращ. Мы зэманым спортсмен цIэрыIуэхэм ди деж зыщыхуагъэхьэзыр мыгувэу екIуэкIыну Урысейпсо чемпионатым. Лебзяк Александр къыхигъэщащ жэпуэгъуэм и 13-14-хэм ди деж къыщыхъуа гузэвэгъуэм и ужькIи абы езыр зи пашэ командэр Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым къишэну иIа мурадым зэрызимыхъуэжар. «Кавказым фIы уигу илъу укIуэмэ, фIыкIэ къыщыпIущIэнущ. Абы и щIыIужкIэ зыщыб­гъэгъупщэ хъунукъым зэхьэзэхуэхэм захуэ­гъэ­хьэзырынымкIэ, дэтхэнэ спортсменми и къарум, зэфIэкIым хигъэхъуэнымкIэ къурш­хэр икъукIэ сэбэп зэрыхъур», - жиIащ Лебзяк Александр.

   Дуней псом къыщацIыху хьэщIэм КъБР-м и Президентым тыгъэ къыхуищIащ боксерхэм щатIагъэ халатым хуэдэ, «Урысей» жиIэу тетхауэ. Боксер цIэрыIуэм абы папщIэ фIыщIэ хуищIри, Къанокъуэ Арсен жиIащ респуб­ликэм спортым зыщегъэужьыным мыхьэнэш­хуэ иIэу властым къызэрилъытэр: «ЩIалэгъуа­лэм ядэлэжьэнымкIэ дэ нэхъ мыхьэнэ хэха зиIэу къэтлъытэр спортырщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ спорт базэ зыбжанэ щытщIыну ди мурадщ, абыхэм ящыщ зыр къэрал псом щыщ спортсменхэм зыщагъэсэн папщIэ яхухэт­хынущ. Апхуэдэ мурадхэр къыддаIыгъ «Зыуэ щыт Урысей» партымрэ «Гладиатор» спорт клубымрэ. Абыхэми Налшык стадионхэр щащIыну я мурадщ».

   - Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ турбазэхэмрэ хьэ­щIэщхэмрэ цIыху зэрыщыкуэдым гу лъып­тауэ къыщIэкIынщ, - къыхигъэщащ КъБР-м и Пре­зидентым. - Абы къегъэлъагъуэ Къэбэ­р­дей-Балъкъэрым зыщагъэпсэхуну, абы и къуршхэм я узыншагъэм щыхагъэхъуэну цIыху куэд зэрыхущIэкъур. Апхуэдэ Iуэху еплъы­кIэмкIэ Лебзяк Александр акъылэгъу хъуащ икIи боксерхэр зэкIуалIэ хъуну хьэщIэщхэр хухахыну щIэлъэIуащ.

   Къанокъуэ Арсен боксымкIэ командэ къы­хэ­хам хэтхэм ехъуэхъуащ чемпионатым ехъулIэ­ныгъэхэр къыщахьыну икIи абыхэм я гъэсакIуэ нэхъыщхьэм фэеплъу къамэ иритащ. Сидней щекIуэкIа Олимп зэхьэзэхуэм и чемпионым, хабзэ зэрыхъуам тету, сау­гъэ­тым ба хуищIащ.

   ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Президентым и Ад­министрацэм и унафэщI Шондыр Олег, республикэм щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ спортымкIэ и министр Къардэн Мурат, про­фес­сиональнэ боксымкIэ дунейпсо чемпион Доттуев Ахъмэт сымэ.

   Хьэпэ Маринэ.

 

АДЭК1ЭЩ НЭХЪ ГУГЪУР

Гранаткиным и фэеплъу футболымкIэ ныб­жьы­щIэхэм (1988 гъэм къалъхуахэм) я командэ къыхэхахэм Санкт-Петербург щрагъэ­кIуэкI тур­нирым гупхэм я зэпеуэр щиухащ. НэхъыфIхэр адэкIэ финал ныкъуэм щы­зэхуэзэнущ.

   Ди лъахэгъу Бажэ Амир зыхэт Урысей командэр иужьу Словакием 1:1-уэ дэ­джэгури, зыхэт гупым япэ увыпIэр къыщихьащ. Иджы абы и ны­къуэкъуэгъущ Германием и футболист ныб­жьыщIэ­хэр. Адрей финал ны­къуэм щызэхуэзэнущ Лат­виемрэ Словакиемрэ я командэ къыхэхахэр. Абыхэм щытекIуэхэр финалым щызэдэджэгунущ.

 

НЭХУЩЫР И КОМАНДЭЩ1ЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫК1

“Химким” хэту нэгъабэ япэ дивизионым фIы дыдэу зыкъыщызыгъэ­лъэгъуа, Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам и гъуащ­хьауэныкъуэ Нэхущ Руслан премьер-лигэм щы­джэгу Раменскэ и “Сатурным” иригъэблэгъащ. Абы щIыгъуу ар иджыпсту Кипр хытIыгум щы­Iэщ, зэхьэзэхуэм зыхуе­гъэхьэзырри.

   Иджыблагъэ “Са­тур­ным” ныбжьэгъугъэ зэ­IущIэ Венгрием и “Ференцварошым” Никосие къалэм щыдригъэкIуэ­кIащ. Джэгур зэрытемы­гъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ. Раменскэдэсхэм я япэ топыр абы щыдэзыгъэкIар Нэхущыращ. ЗэIущIэм и тIощIрэ ебланэ дакъикъэм Руслан дахэ дыдэу щхьэ­кIэ еуэри, бжыгъэр къызэIуихащ.

Жыласэ Заур.

 

АДЫГЭ ГУСАРХЭР

Европэми Урысейми я армэхэм куэд щIауэ щыцIэрыIуащ гусар шухэр. Ахэр япэ дыдэ къыщыунэхуар Венгриерщ - 1458 гъэм. Гусар шуудзэм хагъэхьэ хабзэр уэркъхэрт, уэркъ унагъуэ тIощI къэс зы шу къыха­шу­рэ. Урысейм и армэм уэркъ (гусар) шуудзэхэр хэтащ 1634 гъэм къыщыщIэдзауэ 1917 гъэ пщIондэ. Гусар шухэм тхыдэ хьэлэмэт къызэранэкIащ - абы хэти щыгъуазэщ, нобэрей щIэблэр зыщымыгъуазэр апхуэдэ шуудзэхэм адыгэ щIалэ хахуэ куэд зэрыхэтарщ.

Гусар полкхэм къулыкъу щызыщIахэм ящыщщ Крым зауэм и зэманым (1853 - 1856 гъэхэм) зи цIэ Iуауэ щыта ротмистр Абыкъу Беслъэн. Павловскэ кадет корпусыр 1846 гъэм къиуха нэужь, майор хъуху, ар гусар полкым хэтащ, Кърым зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Владимир орденым и 4-нэ дамы­гъэр къратауэ щытащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Къэбэрдейм къигъэзэжри Дзэлы­къуэкъуажэ щыпсэуащ.

   Кърым зауэм хэтащ Анзор Исмэхьили (1828 - 1889). Ар лIакъуэлIэш унагъуэм къы­хэкIащ, генерал Анзор Хьэту и къуэщ. Езанэ кадет корпусыр къиуха нэужь, зауэ куэдым хэхутащ, Станислав орденым и 1-нэ дамыгъэр къратащ, штабс-ротмистр хъуауэ дзэм къыхэкIыжащ; Анзор Хьэту и къуажэм (Хьэтуей) щыпсэуащ.

   4-нэ Мариупольскэ гусар полкым хэтащ подполковник Астемыр Талъостэн. Ар Джылахъстэнейм щыщ уэркъ унагъуэм къыщалъ­хуащ, 1872 гъэ лъандэрэ и хэку щыпсэужащ.

   Кърым зауэм хэта гусар пол­кым къулыкъу щищIащ Дыгулыбгъуей (Тамбий Езанэм) щыщ Гуэгузокъуэ ТаусультIан; Бытырбыху щеджащ, корнет хъуауэ Мэжар зауэми Кърым зауэми хэтащ.

   Полковник Къубат Мы­хьэ­мэт Белорус гусар полкым хэтащ; Иналхьэблэ (иджы Къэрэгъэш) пэмыжыжьэ къутырым къыщалъ­хуащ, кадет корпус къиухащ, Венгриеми Трансильваниеми щызэуащ, Аннэ орденым и 3-нэ дамыгъэмрэ Станислав орденым и 2-нэ дамы­гъэмрэ къратащ. Дзэм къы­хэ­кIыжа нэужь, Владикавказ щыпсэуащ.

   Къундет Жанхъуэт къэбэрдей лIакъуэлIэш унагъуэм­ къыщалъхуащ, Бытырбыху дэта кадет корпусым ще­джащ, Елизаветградскэ гусар полкым хэтащ, 1887 гъэм щыщIэдзауэ 8-нэ драгун полкым къулыкъу щи­щIащ, абы полковник щы­хъуащ. 1901 гъэм генерал-майор цIэр къыфIащащ. Дзэм хэтыху, къратащ Аннэ орденым и 2-нэ, 3-нэ дамы­гъэ­хэр, Станислав орденым и 2-нэ, 3-нэ дамыгъэхэр, Владимир орденым и 3-нэ, 4-нэ дамыгъэхэр, дыщэ, дыжьын медаль лъапIэ зыбжанэ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Владикавказ щыпсэуащ.

   8-нэ Лубенскэ гусар полкым къулыкъу щищIащ ротмистр Къуныжь Заурбэч. Дзэ къулыкъу нэужьым ар Мэртэзей щыпсэуащ.

   Нэгумэ Шорэ и къуэ Ерус­там (1827 - 1904) Бытырбыху дэт Павловскэ кадет корпусыр къиуха нэужь, гусар полкым, Дон къэзакъ полкым, Кубань къэзакъ полкым къулыкъу щищIащ. 1852 гъэм дзэм къыхэкIыжри, Ашэбей (Малкэ), Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) щыпсэуащ.

   14-нэ Митавскэ гусар полкым 1857 гъэм къыщыщIэ­дзауэ 1870 гъэ пщIондэ къулыкъу щищIащ Хьэгъундокъуэ Исмэхьил (генерал цIэ­рыIуэ Хьэгъундокъуэ Едыдж и адэщ); 1864 гъэм штабс-ротмистр, 1869 гъэм ротмистр (майор) хъуащ, 17-нэ Северскэ драгун полкми Кубань къэзакъыдзэми хэтащ. «Шэрджэсым и гукъэ­кIыжхэм щыщ» очеркыр 1867 гъэм къыдэкIа «Военнэ сборникым» тридзащ.  

   Къэбэрдей уэркъхэм нэ­мыщI, гусар шуудзэхэм къулыкъу щащIащ кIахэ адыгэ куэдми. Абыхэм ящыщщ: рот­мистр Къадрокъуэ Кърым­джэрий, есаул Мэ­гъу­рокъуэ Аслъэнджэрий, полковник СулътIан Къадыр-Джэрий (Хэку зауэм и зэманым Шэрджэс шу дивизэм щыщ 3-нэ Шэрджэс шу полкыр IэщIэлъащ), ротмистр СулътIан Кърым-Джэрий (урыс-япон зауэм хэта Шэрджэс шууищэм и командиращ, зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ орденихрэ медаль зыбжанэмрэ къратащ), штабс-ротмистр Сулъ­тIан Мурат-Джэрий (Кавказ шу дивизэм щыщ Шэр­джэс шу полкым хэтащ), хорунжий Хьэжымыкъуэ Тэмтэч (иужьрей бжьэдыгъу пщышхуэм и къуэщ, 1877 - 1878 гъэхэм урыс-тырку зауэм хэтащ, «КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэр» тхыгъэр къызэринэкIащ).

Къэзакъ Аслъэн,

тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.

 

 

ЩЫПСЭУРТ УБЫХХЭР

 Хостэ, Мзымтэ, Сочэ псыхъуэхэм

Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэ­тар убых щIыналъэрщ - 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы и ужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыб­гъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзым­тэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр - абхъазхэмрэ ша­псыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэра­лъы­тэмкIэ, убыххэр мин 70 хуэдиз хъууэ щытащ - Кавказ зауэм и ужькIэ апхуэдиз Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми. Тыркум Iэпхъуэри, куэд яхьы­жа­къым убыххэм: гъунэгъу зыхуэхъуахэм, п.п., адыгэхэм, яхэ­шыпсыхьыжащ - абыкIэ «сэбэп» хъуагъэнущ убыххэм, я анэдэлъхубзэм нэмыщI, адыгэбзи ящIэу зэрыщытар. Тыркум­ нобэ ущрохьэлIэ убых зыдэс жылагъуэ цIыкIу зыбжанэ, ауэ абыхэм дэсхэм зэрыубыхыр ящIэж фIэкI, я анэ­дэлъхубзэкIэ псалъэр мащIэ дыдэщ.

Лъэпкъ щхьэхуэми, убыххэр я хабзэкIи, я щэн­ха­бзэ­кIи, я псэукIэкIи адыгэхэм къазэрыщхьэщыкI щыIа­къым.

   Кавказ зауэм хэджэразэри, я щхьэр халъхьэху, Iэщэр ягъэтIылъакъым убыххэм. Я тхьэ­мадэхэм, Бэрзэдж Джырандыкъуэ, Бабыкъу, Дзэпщ  Бэрэкъей Исмэхьил сымэ, зэщIагъэшасэурэ, убыххэм я лъэпкъыр насыпыншагъэм, лъэпкъкIуэдым хуашащ. Шапсыгъхэм, абэзэхэхэм, нат­хъуэджхэм Iэщэр ягъэтIылъа нэ­ужьи мафIэм къыхэ­кIа­къым убыххэр, а мафIэм хисхьэжащ езыхэри икIэм - икIэжым…

   Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ, 1864 гъэм и гъатхэм, убыххэр къиувыхьауэ щытащ генерал Гейман зи пашэ дзэм. Абы и хъыбар итхыжащ полковник Эсадзе Семен («Покорение Западного Кавказа и окончание Кавказской войны». Мей­къуапэ, «Меоты» тхылъ те­дза­пIэ, 1993):

   «Гупищ зращIыкIри, хы Iу­фэм Iутурэ, дзэр гъатхэпэм и 5-м (1864 гъэм) Лазарев фортым нэсащ. Абдеж щы­щIа­дзэн хуейт убыххэм ебгъэ­рыкIуэн.

   Убых тхьэмадэхэм щыщу абы щыгъуэ нэхъ пщIэ зиIар Бэрзэджхэ Дэгумокъуэ, Джы­рандыкъуэ, Бабыкъу Алим - Джэрий, Хьэпакъ Ел­бэз, Дзэпщ Бэрэкъей Исмэхьил сымэт. ЦIыху къулейт ахэр, Бэрэкъейм Тыркум бла­гъэ щикуэдт, убыххэр европей къэралхэм щигъэгугъ зэпытт; аращ европей хьэ­гъапхъэхэр убыхыщIым къизышар. Джырандыкъуэ хьэжыр дзэпщ цIэрыIуэт, абэзэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм я дзэхэм пашэ яхуэхъурейуэ щытат.

   А махуэ дыдэм генерал Гейман убыххэм яхуитхащ: «Фэ фIыуэ фощIэ абэзэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэщэр ягъэтIылъауэ Тыркум зэры­Iэп­хъуэр; ди IэмыщIэ зыкъизылъхьахэм Лабэрэ Псыжь Iуфэрэ щIы щадот. Фи за­къуэщ къэнар, убыххэ. Фху­ди­мурадым фыхуеймэ, мыращ фпэдубыдыр: гъэр фщIа урысхэр икIэщIыпIэкIэ къыдэфтыжынщ; Тыркум Iэп­хъуэн зи щIасэхэр, пIалъэ къы­хэвмыгъэкIыу, бгым фы­къикIынщи, Шахэ, Уэрданэ, Сочэ псыхэр хым щыхэхуэм деж фыщызэхуэсынщ, абдежым тырку кхъухьхэр къекIуэлIэнущи, фи гъуэгур занщIэщ. Ди IэмыщIэ зыкъизылъхьэхэр Псыжь дгъэIэп­хъуэ­нущ. ЦIыху губзыгъэ къы­зэрыфхэтыр сощIэ, зывмыгъэунэхъуж, абэзэхэхэм къащыщIарщ фэри къыфпэплъэр. Фэращ абэзэхэхэр, къызэщIэвгъаплъэурэ, зы­гъэунэхъуар. Фыкъыдэ­мы­да­Iуэ­мэ, фыкъэдувыхьынурэ, бгым фыкъитхуэнущ, фи пщылIхэр къыфтетхынурэ, Азов тенджызым и Iуфэм фы­Iуд­гуэнущ».

   Абы игъэшынагъэнущ убыххэр. ЕтIуанэ махуэм убых тхьэмадэхэр къэкIуащ ге­нералым деж, ахэр цIыху пщыкIутI хъурт, Бэрзэдж Елбэз я пашэу; Бабыкъу хьэжыри ящIыгъут абыхэм. Гейман хъыбар къызэрыра­гъэ­щIам­кIэ, затын щхьэкIэтэ­къым ахэр къыщIежьар, урыс дзэпщым епсэлъэн пап­щIэт.

   - СлIо, убыххэ? - япе­жьащ Гейман абыхэм. - Щхьэ фы­къэ­кIуа? Дэнэ щыIэ Iэджэ щIауэ фызыпэплъэ европейхэр? Къыфхуашакъэ топрэ топышэрэ? Фи дзейхэм утыкум фыкърана?

   - Ди щхьэм фIэкI, нэ­гъуэ­щIым дыщыгугъ зэрымыхъунур ди фIэщ хъуащ, - жаIащ убых тхьэмадэхэм. - Утыкум дыкъранар пэжщ, я щIыб къыт­хуагъэзэжащ псоми. Ауэ дэ дылъэпкъщ иджыри, ди щхьэ дыхуитщ, дывэпсэлъэн щхьэкIэщ дыкъыщIэкIуар, дызыщIэлъэIур вжет­Iэнщ.

   - Фэра къыдэпсэлъэнур? Убыххэра? Фыкъыдэзауи, дефхужьэж. Фэ фылъэщщ, ар фхузэфIэкIынущ.

   - ТхузэфIэкIыжынукъым. Ди щхьэр хэтлъхьэху, дывэзэуэфынущ - абы щхьэкIэ ды­къикIуэтынукъым. Удын фэд­дзыфынущ, ауэ дэри ды­хэкIуэдэнущ. А псом дыхэмытын щхьэкIэ, дызэв­гъэп­салъи, дызэгурывгъаIуэ. Мазищ пIалъэщ дызыщIэлъэIур: Тыркум дыIэпхъуэнущ псори. Сымаджэ, уIэгъэ диIэщ, нэ­хъы­бэр бгым исщ, хым пэ­жы­жьэщ. Ди мылъкури икъу­хьащ. ПIалъэ къыдэфти, ап­щIондэху ди хэкум фынимыхьэ.

   - Шапсыгъхэм къывжаIауэ фощIэ фэ къыфщIэлъыр, - жиIащ генералым. - Гъуэгу фы­техьэнумэ, хущIыхьэгъуэ фиIащ. Фэр щхьэкIэ дышынэркъым дэ, къыдэфщIэфыни щыIэжкъым: абэзэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ нэхърэ нэхъ гугъу дывдехьынукъым. ГущIэгъу фхуэтщIынкIэ, дыф­щысхьынкIэ фыкъытщымыгугъ… АфIэкIа сывэпсэлъэн мурад сиIэкъым. Фпэзубыдыр ныфхуэстхакIэщ, си псалъэм фемыувалIэмэ, дзэр несшэжьэнурэ фи хэкум сынихьэнущ.

   - Ар къыдгуроIуэ дэ. Абэ­зэ­хэхэмрэ шапсыгъхэмрэ те­кIуам дызэрыпэмылъэщынур дощIэ, итIани гущIэгъу къыт­хуэ­фщIынкIэ дыфщогугъ, - жиIащ Елбэз.

   - Фи щхьэр къэвмыгъэп­цIэж абыкIэ! - яхуэгубжьащ генералыр убых тхьэмадэхэм. - Сэ фызоцIыху фэ, фы­зэщэри сощIэ. Хы Iуфэм фыщызэхуэсынумэ, гъуэгур фоцIыху. ЗымыцIыху къыфхэтмэ, шапсыгъхэмрэ абэзэхэхэмрэ иреупщI. АфIэкIа фхудэсчыхынукъым.

   Ар жери, генералым лъэныкъуэ зригъэзыжащ. Убых тхьэмадэхэм къагурыIуащ я лъэпкъым и унафэм кIэ зэригъуэтар».

Убыххэм я щхьэм кърикIуа мыгъуагъэм теухуащ абхъаз тхакIуэ цIэрыIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» ро­маныр, ар бзэ куэдкIэ зэ­дзэ­кIауэ зыбжанэрэ къыщыдэкIащ ди хэкуми хамэ къэралхэми. НэгъуэщI тхыгъэ куэ­ди дунейм къытехьащ, убых­хэм къатепсыха насыпыншагъэмрэ леймрэ хэIу­щIыIу ящIауэ, - абыхэм цIыхур щыгъуазэ хъуащ иужьрей илъэсхэм. Иужьрей илъэсхэращ Тыркум Iэпхъуа убыххэм я щIэблэхэм дзэпщ, лIыщхьэ, дипломат, тхакIуэ цIэрыIуэ куэд къызэрыхэкIам цIыхур щыгъуазэ щыхъуар. Апхуэдэ убых цIэрыIуэ куэдым нэIуасэ уахуещI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым» тхылъым (Налшык, 2000 гъэ). Абыхэм ящыщщ мар­шал, генерал, адмирал хъуауэ тыркудзэм хэтахэр: Быж Ахъмэт, Хъундж Алий, Зэрахъуэ Бэчыр, КIэнкIэ Хъусейн, Дипщэу Шэрджэс, Бэрзэдж Мухьэмэд, Тхьэрхэт Джамил, Дзэпщ Бэрэкъей Мухьэмэд, Щхьэплъы Азиз сымэ, нэгъуэщIхэри; Тыркум и премьер-министр къулы­къур зэрихьащ КIэнкIэ Хъусейн, тырку Меджлисым хэтащ Хъундж Алий, Беич Хьэкъкъы, Сынджыр ФуIэд, Тхьэрхэт Джамил, Дзэпщ  Бэрэкъей Мухьэмэд, Джебесой Алий (Меджлисым и Iэта­щхьэуи щытащ), министр IэнатIэм бгъэдэтащ Зеифэ Черкес Хасан, Джебесой Алий, КIэнкIэ Хъусейн, Беич Хьэкъкъы, Хъунэжь Ихьсан Сабрий (хамэ къэрал IуэхухэмкIэ; Меджлисым и Iэта­щхьэуи щытащ, Тыркум и пре­зидент къулыкъури пIа­лъэкIэ зэрихьащ), нэгъуэщI­хэри. ТхакIуэ, щIэныгъэлI, публицист цIэрыIуэ хъуащ Дигунэ Акиф, Зеифэ Абдулыхь (роман зыхыбл къы­зэ­ринэкIащ), Щхьэплъы Хъусейн, АмкIэ Хьэсэн, Сын­джыр ФуIэд, Тхьэрхэт Ахъмэт (адыгэбзэкIэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ). Ахэр псори убыхщ, 1864 гъэм хэкур зрагъэбгынахэм я щIэблэщ. Убыхщ дуней псом щы­цIэ­рыIуэ бэнакIуэ, Олимп Джэгу­хэм я чемпионхэу ГъукIэ (Догу) Яшаррэ КIэкIы (Къаплъэн) Хьэмидрэ.

   Уи жагъуэ хъур апхуэдиз цIыху цIэрыIуэ къызыхэкIа убых лъэпкъыр тхыдэм зэрыхэбзэхэжарщ: и анэдэлъ­ху­бзэр куууэ зыщIэж, лъэпкъ IуэрыIуатэм фIыуэ щы­гъуазэ убых тхьэмадэт  Эсенч (Зеифэ) Тофикъ (1907 - 1992). Ар дунейм ехы­жа нэужь, убыхыбзэм хуиту ирипсалъэ цIыху къэнэжакъым, ар щIэны­гъэлIхэм ядж фIэкIа.

Къэрмокъуэ Хьэмид.

 

ХЬЭТ1ОХЪУЩОКЪУЭ ИСМЕЛ-ПСЫГЪУЭ И Щ1ЭБЛЭР

Нэгъабэ илъэс 255 ири­къуащ Къэбэрдейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ пщы ХьэтIохъу­що­къуэ Исмел-псыгъуэ къы­зэ­ралъхурэ. Ди газетым тетащ абы и гъащIэмрэ и IуэхущIа­фэ­хэмрэ теухуа тхыгъэхэр (щIышылэм и 18-м).

   ХьэтIохъущокъуэ Исмел зы къуэ иIащ, МысосткIэ еджэу. И ныбжь нэса нэужь, Мысост хьэ­жыщI щыIащ, хьэжыкIэ еджэу­ щIыщытар аращ. Мысост къыщалъхуа гъэри щылIэжари белджылыкъым, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, 1790 - 1798 гъэхэм тохуэ къыщалъхуар, щы­лIар 1860 гъэрщ е нэхъ иужьыIуэкIэщ.

   Щамил и дзэр 1846 гъэм Къэбэрдейм къыщытеуам щыгъуэ, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Хьэ­тIохъу­щокъуэ Мысост полковник цIэр къыфIащауэ щытащ. Урысыдзэм хэтурэ, 1828 гъэм щы­щIэдзауэ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост зауэ куэдым хэхутащ, генерал Эммануэль и экспедицэми 1829 - 1830 гъгъ. хэтащ. Ни­колай Езанэм къэбэрдейхэм бэракъ къащритым щыгъуэ, Бы­тырбыху кIуауэ щыта лIы­кIуэ­хэм ящIыгъуащ ХьэтIохъу­що­къуэ Мысост, пащтыхьми хуэ­зауэ щытащ.

   Мысост езым и къуажэ Хьэ­тIохъу­щыкъуейм дэсащ, щы­лIари аращ. Къуищ къызэри­нэ­кIащ - Бэчмырзэ, Исмел, Темрыкъуэ сымэ.

   Бэчмырзэ 1820 гъэм къалъхуащ, щылIар 1886 гъэм и ужьы­Iуэ­кIэщ. Прапорщик цIэр зэрихьащ, «За усердие» дыжьын ме­далыр къратащ. 1881 - 1884 гъэ­хэм ХьэтIохъущыкъуейм я пщы тхьэмадэу щытащ. Бэчмырзэ и къуэхэр: Адэлджэрий, Хьэ­тIохъущыкъуэ, Хьэтэжы­къуэ (е Дохъущыкъуэ - ар и къуэ­рылъхункIи мэхъу); ипхъу­хэр: Жансурэт, Дзадзу, Еныр­хъан (Алъхъуохэ я нысащ), Зейнэтхъан (Бекович-Черкасский Темырболэт и щхьэгъусащ).

   Исмел и къуэрылъху Темры­къуэ (Мысост и къуэр) 1839 гъэм къалъхуащ, 1886 гъэм и ужьы­IуэкIэ лIащ, прапорщикыу щытащ, ХьэтIохъущыкъуей Ищ­хъэрэм щыпсэуащ, и къуэш нэ­хъыжьым и ужькIэ къуажэм я пщы тхьэмадэ къулыкъур зэрихьащ; и къуэм ЖамботкIэ еджэу щытащ.

 

ШЭРДЖЭС Инал.

 

 

КРАСНАЯ ЧЕРКЕСИЯ

Революцэ нэужьым зищIри зи мылъкури зыфIатхьэкъуа куэд хэкум ирагъэкIауэ зэрыщытам псори щыгъуазэщ. Ар я натIэ хъуащ адыгэ унагъуэ куэд­ми. Абыхэм я нэхъыбэм псэупIэ яхуэхъуащ Омск областым щыщ Знаменскэ районыр.

   Хэкум ирагъэкIахэм а районым къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Красная Черкесия жылагъуэ цIыкIур (абы дэсахэм я нэхъыбэр здрашар Шэрджэсращ). Красная Черкесия жылэм дэса адыгэхэмрэ абазэхэмрэ къызэрагъэпэщыгъащ «Красный Черкес» мэкъумэш Iуэху­щIа­пIэр, иужькIэ колхоз ­хъуар.

   Хэкум зэрырагъэкIар яфIэ­ма­щIэ хъури, Красная Черкесия жылэм дэс адыгэхэм лей ирахащ 1937 гъэм - ягъэтIысахэм нэ­мыщI, пцIы тралъхьэурэ куэд яукIауэ щытащ а илъэсым. ЯукIахэм ящыщщ: Агуей Михаил Павел и къуэр, Агуей Ахъмэт Хьэсэн и къуэр, Амирокъуэ Iэюб Джэдгъэр и къуэр, Амирокъуэ Ахьмэд Жыхьфар и къуэр, Ахьбэ Сэлмэн Айсэ и къуэр, Ботэщ Мыхьэмэт Алий и къуэр, Быдж Ильяс Умар и къуэр, Брат Айсэ, Гъуэжь Беслъэн ПIытIэ и къуэр, Жанэ Хьэмид Сэлихь и къуэр, КIэм Нэ­гъуей ХьэтIохъущыкъуэ и къуэр, Къмуз Муталин Къэсбот и къуэр, Късал Къазджэрий Iэюб и къуэр, Ло Забит Ла­шэ и къуэр, Мэкъуауэ Хьэсэн Даут и къуэр, Мамыжь Екъуб, Махъцы Сэлмэн Хьэбыхъу и къуэр, Мичбэ Тыгъуэн Хъутэмыз и къуэр, Абдулей Къазий Мыхьэмэт и къуэр, Лъэбышэ Мидэ Хъанджэрий и къуэр, Щхьэлахъуэ Къейсын Пщышхуэунэ и къуэр. Ахэр псори адыгэрэ абазэрэщ, хэкум ира­гъэ­кIа нэужь, Красная Черкесия жылэмрэ Омск областым щыщ нэгъуэщI жылагъуэхэмрэ щыпсэуащ ( я цIэ-унэцIэхэр къызэрытхар Омск 2000 - 2002 гъэхэм къыщыдэкIа « Забвению не подлежит: Книга памяти жертв политических репрессий Омской области» тхылъхэрщ).

 

Аслъэн Мысост.

 

ВЕРЕЩАГИН ВАСИЛИЙ КЪЭБЭРДЕЙМ ЩОХЬЭЩ1Э

Урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Верещагин Василий 1865 гъэм (абы щы­гъуэ ХудожествэхэмкIэ академием щеджэрт) Бытырбыху къыщежьэри Тифлис кIуауэ щытащ. Куржым и щыхьэрым щыкIуэм, Къэ­бэрдеймкIэ кIуэцIрыкIащ су­рэтыщI щIалэр. Адыгэ куэдым нэ­Iуасэ яхуэхъуащ - абы щыхьэт то­хъуэ Верещагиным и гъуэгуанэ тхыгъэхэр.

   И гъуэгуанэ тхыгъэхэм къызэ­ры­­хэ­щымкIэ, ар ятхьэкъуащ къэбэрдейхэм я хабзэхэм, щыгъуазэ за­хуи­щIащ я псэукIэм, я IуэрыIуатэм. «Я лIы­гъэрэ цIыхугъэкIэ къэбэрдейхэр къахощ кавказ бгырысхэм, я гъунэгъу лъэпкъхэм абыхэм щапхъэ трах», - итхащ Верещагиным, къэбэрдейхэм я тхыдэмрэ я хабзэхэмрэ щыгъуазэ захуищIа нэужь.

   Къэбэрдейхэмрэ урысхэмрэ я зэхущытыкIэм щытепсэлъыхькIэ, ахэр пащтыхь Иуан IV и зэман лъандэрэ благъэ зэрызэхуэхъуам гу лъетэ Верещагиным, абы щыгъуэми ибзыщIыркъым урыс дзэпщхэм къы­кIэлъызэрахьэ лейр къэбэрдейхэм ягу зэрытемыхуэр, къэбэрдей куэд Псыжь Iэпхъуэн хуей зэры­хъуар, лъэпкъым и къарум кIуэ пэтми зэрыхэщIыр. ЕпщыкIубгъуанэ лIэ­щIыгъуэм етауэ щыта емынэ узым къэбэрдей адыгэхэм я зэ­хуэ­ди­тIыр ихьащ, етх Верещагиным. «Узым къелам 1822 гъэм кIэ яритащ генерал Ермоловым, - дыкъыщоджэ сурэтыщIым и тхыгъэхэм. - Ма­фIэрэ джатэкIэ лъапсэрыхыр къы­хуигъэкIуащ абы Къэбэрдейм». Адэ­кIэ пещэ: «Зауэм гуащIэмащIэ ­хэ­хъу­хьами, къэбэрдейхэр къызэтенащ. Псыжь адрыщI ис я лъэпкъэ­гъухэм я щхьэр зауэм халъхьащ, зэ­трау­кIащ, я къуажэхэр ягъэсащ, псэу­уэ къэнам я нэхъыбапIэм хэкур яб­гынэри, Тыркум Iэпхъуащ».

   Къэбэрдейхэм я хъыбар къызыхэщыр Верещагиным и гъуэгуанэ тхы­гъэхэм я закъуэкъым, а тхыгъэхэр абы игъэщIэрэщIащ адыгэхэм ятри­щIыкIа сурэтхэмкIэ. Париж 1868 - 1869 гъэхэм къыщыдэкIа журнал гуэрым традзащ Верещагиным къэбэрдейхэм ятрищIыкIа сурэт зыбжанэ: адыгэ фащэ зыщыгъ тхьэмадэ жьа­кIэху, фочкIэ, сэшхуэкIэ, къа­мэ­кIэ зэщIэузэда къэбэрдей шууей, мэкъу­мэшыщIэ, адыгэ бзылъхугъэ, лъэпкъ фащэкIэ хуэпауэ. Бытыр­быху дэт Урыс музейм щIэлъщ Верещагиным и сурэтитI - «Къэбэрдей адыгэ», «Тхылъ еджэ шэрджэс».

   Верещагиныр Къэбэрдейм нэхъ иужькIи щыхьэщIащ - дуней псом щыцIэрыIуэ художник хъуауэ. Абы щыгъуэ ищIауэ щытащ «Iуащ­хьэ­махуэ щыуэлбанэщ», «Iуащхьэмахуэ бгыр» сурэтхэр.

 

Портэ Жансурэт.

 

 

ГЪАЩ1Э ГЪУЭГУАНЭХЭР

Темыркъан Юрэ и цIэр дуней псом щыIуащ - нэхъ цIэрыIуэ ды­дэхэм ящыщ дирижер щэджащэщ ар нобэ, дэнэ щIыпIи ща­гъэлъапIэ, и пщIэмрэ и щIыхьымрэ дэни щылъагэщ, зэ­ры­жаIэщи, зи нурыр дуней псом щыблэ «вагъуэщ». Апхуэдэу щытми, абы цIыхум захиIэтыкIыркъым, и щхьэм темылъ трилъ­хьэркъым, зи «щэхухэр» щIэзыуфэхэм ящыщкъым, и пса­лъэр жанщ, жьэнахуэщ, хэт щхьэкIи дидзыхынукъым.

   Щыгъуазэ фыдощI Темыркъан Юрэ «Стас» журналым ири­та интервьюм щыщхэм.

Сабиигъуэ

ДИ республикэм и щэнхабзэм и унафэр IэщIэ­лъащ ди адэм зауэм и пэкIэ, гъуазджэм и лэжьакIуэ цIэ­ры­Iуэ куэд и ныбжьэгъуащ, абыхэм ди адэр фIыкIэ ягу къа­гъэкIыж. 1942 гъэм нэ­мы­цэхэм яукIащ ди адэр. Абы нэхърэ нэхъыжь сыхъужащ сэ нобэ - ар си нэгу къысху­щIэ­гъэхьэркъым. Адэ зы­щхьэ­­щымытыж сабииплIыр ди анэм дипIащ, дригъэджащ, зэрыжаIэщи, цIыху дищIащ. Си шынэхъыжьыр - Владимир - художник IэщIагъэм хуе­джащ, Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и Художникхэм я союзым и унафэщIу щытащ ­куэдрэ. Абы къыкIэлъыкIуэр - Борис - дирижерщ, щэн­ха­бзэм­кIэ министр къулыкъур щыIэщIэлъащ республикэм, ауэ а IэнатIэм куэдрэ бгъэдэтакъым, езым и IэнатIэм игъэ­­зэжащ. Ди шыпхъур -  Ев­гение - уэрэджыIакIуэщ.

   Си сабиигъуэр тынша­къым - псы сщэуэ бэзэрым сы­щытетаи къэхъуащ, абы сы­къыдэхуэмэ, си нэ къы­зы­хуи­кIыр топ джэгурат. ЕкIуэ­кIыурэ, музыкэкIэ езыгъа­джэ гуэрым гу къыслъитэри, езым и IэщIагъэм сыдригъэхьэхащ. Зыкъом дэкIауэ, абы сэрэ Израилым дыщызэри­хьэ­лIэжащ, си компакт-диск­хэм ящыщи тыгъэ хуэсщIащ.

 

Абыхэм я деж

ЛОндон дэт пащтыхь оркестрым сридирижеращ илъэс тIощIкIэ - Инджылызым апхуэдэ къыщыхъуакъым сяпэкIэ. Апхуэдэ оркестр уи IэмыщIэ къралъхьэнукъым, пщIэ къыпхуамыщIмэ, дзыхь къуамыгъэзмэ. Оркестрым и Советым и унафэкIэ абы и дирижер нэхъыщхьэ IэнатIэр си пщэ къыдалъхьащ нэхъ иужь­кIэ. Инджылызым сы­кIуэн хуей хъуху, визэ сы­щIэ­уп­щIэркъым иджы, сыщы­хуей махуэм сыкIуэ мэхъу - ап­хуэдэ хуитыныгъэ къызитащ Инджылызым и правительствэм.

   Хамэ къэрал щыщ музы­кан­тым дежкIэ тыншкъым Ин­джылызым лэжьыгъэ щыбгъуэтыныр, США-м ущылэжьэнумэ, абы гугъуехь пыщIакъым - ди музыкант куэд щолажьэ абы. Ауэ нобэ музыкантхэр куэд зэры­гъэхъуащи, лэжьыгъэри зэпэубыдащ. Зэрысхузэ­фIэкI­кIэ садоIэпыкъу - лэжьыгъэ къа­худэсхынкIэ къызэлъэIур ма­щIэкъым.

   Детройт зыкъыщыдгъэ­лъэ­гъуащ иджыблагъэ, абы хабзэ дахэ щызокIуэ. Концертым щIидзэным сыхьэтрэ ныкъуэрэ хуэдиз къэнэжауэ укIуэмэ - цIыхур залым щIэзщ, сценэм къихьи, ядэ­уэр­шэр, сыт хуэдэ псалъэмакъ къыхэбдзэми, яфIэхьэ­лэмэту къо­дэ­Iуэнущ. ЦIыхур куэдкIэ къо­упщI, псалъэм папщIэ: ди щэнхабзэр нобэ дауэ къащыхъурэ Урысейм? Сызыщыгъуазэр яжесIащ: ди деж нэсыр Аме­рикэм и щэнхабзэм и фIы­пIэракъым, аракъым ди те­левиденэм къигъэлъа­гъуэр, атIэ фэ хыфIэвдзэжамрэ фи щхьэ евмыпэсымрэщ. Дауэ ар къызэрытщы­хъу­нур? Къызэрытщыхъунур гурыIуэгъуэщ. Урысей щэнхабзэм и фIыпIэм щыгъуазэ зыхуэфщIын щхьэкIэ, фэ ахъшэ феблэркъым, ди деж ахъшэ зыщытрагъэкIуадэр мас­культ­кIэ зэджэ мыхьэнэншэрщ…

   Хамэ къэралхэм оркестрым пщIэ щиIэщ, гулъытэ щы­хуащI, мылъкуи трагъэкIуэ­дэ­ну щысхьыркъым. Я улахуэ­кIи аращ. Ди деж нэгъуэщIщ. Москва концерт щыттын хуей­уэ дыкIуат зэгуэрым - цIыхухэм хъыбар ирагъэщIэх­ха­къым абыкIэ. Дуней псом щынэхъ цIэрыIуэ оркестрым зыри хуэмейуэ къыщIэкIащ. ИтIа­ни сигу ебгъакъым мэзкуудэсхэм - сахуэарэзыщ. ЦIы­хубз гуэр кърихьэлIащ кон­цертым, дирижерхэм я Союз конкурсым и программэр ихъумауэ къыщIэкIащ абы. Конкурсыр щекIуэкIар 1966 гъэрщ, аращ сэ къы­щы­щIэздзар… Ар уи гуапэ хъункъэ?

 

Ди деж

ТАлант щымащIэкъым Урысейм ноби. Псори зэ­лъы­тар къэрал унафэщIхэм я гу­лъытэрщ. Урысейм и концерт лэжьакIуэхэм я Союзым сриунафэщIщ сэ 1991 гъэ лъандэрэ. Дунейпсо фестиваль куэд едгъэкIуэкIащ а зэманым и кIуэцIкIэ. Апхуэдэ фес­тивалхэм хэта куэд ди къэралми дунейми цIэрыIуэ щыхъуащ. Iуэхур абы тетми, иужьрей фестивалитIым гу­лъытэ лъэпкъ щигъуэтакъым ди деж, къэралыр зыкIи къыд­дэIэпыкъуакъым. IэджэкIэ дыкъагъэгугъащ, иужь­кIэ дащыгъупщэжащ армыхъу. Концерт лэ­жьа­кIуэ­хэм я унэр щызэдгъэпэщыжми къэралыр щIэгъэкъуэн къыт­хуэхъуакъым, ягу ды­къэ­­кIыжакъым абы щыгъуи.

   Хамэ къэралхэм щыщ му­зы­кант цIэрыIуэхэр къыщедгъэблагъэкIи аращ - гулъытэ­ лъэпкъ ягъуэтыркъым, гъуэ­гуп­щIэри хьэщIэщ уасэри езыхэм ятын хуей мэхъу, бысымхэм хьэщIагъэ щрамыхкIэ. Си хьэтыр къалъагъури, музыкант цIэрыIуэ куэд къызогъэ­блэгъэф сэ, си жагъуэ хъур абы­хэм яхуэфащэ гулъытэ ди деж зэрыщамыгъуэтырщ.

   Шостакович и музыкэм и фес­тиваль едгъэкIуэкIащ Ростропович сэрэ - абы и ужь ди­тащ иужьрей зэманым, про­граммэр композиторым зэ­римурада дыдэм те­щIы­хьауэ зэхэтлъхьащ. Фестивалым хэтащ цIыху цIэрыIуэ куэд - Кремер Гидон, Башмет Юрий, Аргерих Мартэ, Боро­ди­на Ольгэ, Поплавская Ни­нэ, Солженицын Игнат сымэ.

 

Ныбжьэгъухэр

СИ ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэхэм ящыщащ Миронов Андрей. Абы и адэмрэ и анэмрэ цIыху гуапэт, фIыуи сыкъалъагъурт, си IэщIагъэми пщIэ къыхуащIырт. Бродс­кий Иосифи си ныбжьэ­гъуащ, куэд щIауэ си цIыху­гъэфIщ Барышников Михаил. Щедринрэ Плисецкэмрэ, Васильев Владимиррэ Максимовэ Екатеринэрэ, Ростро­по­вичрэ Вишневскэмрэ - игъащIэ лъандэрэ сцIыху хуэ­дэщ ахэр. Хэт дунейм ехыжащ, хэти нэIуасэ къы­схуэхъу зэпытщ, ауэ ныб­жьэгъу схуэхъур мащIэщ.

   КIуэкIуэ Валерий си ныб­жьэ­гъуащ, ауэ ар ныбжьэгъу щысхуэхъуар президенту хаха нэужькъым, ныбжьэгъу дыщызэхуэхъуам щыгъуэ ап­хуэ­дэ къулыкъум щыгугъа­гъэххэкъым ар. Собчак Анатолий си ныбжьэгъуащ, ди уна­гъуэ­хэр зэкIэлъокIуэ.

 

ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ

Дирижер IэщIагъэм сыщыхуеджар Мусин Илья дежщ, абы илъэс 94-рэ и ныбжьщ, итIани ирегъаджэ, концертхэр ет иджыри. Дирижерхэм я Дунейпсо конкурсым и жюрим сриIэ­та­щ­хьэщ, ар Прокофьев Сергей и цIэкIэ йокIуэкI (тIэу едгъэ­кIуэ­кIащ), зэфIэкI зиIэ дирижер гуэрхэм гъуэгу еттыфауэ солъытэ. ФIыщIэ яхузощI егъэ­джакIуэу сызыбж уэрэ­д­жыIакIуэхэм. Си гуапэщ апхуэдэ куэдым я цIэ дуней псом зэрыщыIуар, Карнеги – Холли Метрополитен - Операми щыIуащ абыхэм я макъ.

 

Си чэнджэщхэр

   Дэ, адыгэхэм, тхыдэм и гъуэ­гуанэ кIыхь къэткIуащ, абы гугъуехь Iэджэ щытлъэ­гъуащ. Аращ си фIэщ щIэ­хъур: угужьей хъунукъым зэи, сыт хуэдэ гугъуехь уIууэ­ми.

Зытхыжар

Светлов Юрийщ.

1997 гъэ.

 

Я МЫХЬЭНЭР К1АЩХЪЭ ХЪУРКЪЫМ

Илъэси 135-рэ ирикъуащ адыгэ тха­кIуэ Ахъмэтыкъуэ Къазибэч къызэралъхурэ. Нобэрей щIэблэр абы и гъащIэми, и тхы­гъэ­хэми, и IуэхущIафэхэми зэрыщыгъуазэ щыIэкъым, ар хуэмыфащэ пэтрэ. Ди литературэм и тхыдэр зыдж щIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым щIэблэм и пащхьэ иплъ­хьэ хъун тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд Ахъмэтыкъуэ Къазибэч и къалэмыпэм къызэрыщIэкIам.

ФИлологие щIэныгъэхэм я доктор Хьэщхъуэжь Рае игъэхьэзырауэ, 1993 гъэм дунейм къытехьащ Ахъмэтыкъуэм и тхыгъэхэр щы­зэхуэхьэса тхылъ. Абы къызэщIикъуащ Къазибэч и тхылъ зыб­жанэм къыхаха рассказхэмрэ «Къалэн хьэ­лъэ» драмэмрэ. Зы тхылъкIи тхылъитIкIи пхузэ­щIэ­къуэнукъым Ахъмэты­къуэм и Iэдакъэ къы­щIэкIа тхыгъэхэр, ахэр апхуэдизкIэ куэд мэхъу­ри. Тхылъ зыбгъуп­щIым щIегъу Ахъмэтыкъуэм­ и рассказхэмрэ и повест­хэмрэ щызэхуэхьэсауэ Москва, Петербург, Одессэ, Владикавказ, Бобруйск къалэхэм къыщыдэкIар. Абы нэхърэ куэд­кIэ нэхъыбэщ Iэрытхыу къэнахэр - ахэр иджыри къэс дунейм къытехьакъым, уеблэмэ щыдэ­хуэ­хари белджылыкъым. Апхуэдиз тхыгъэ къэ­зы­гъэщIа езы тхакIуэри дэхуэхауэ къэ­гъуэ­гу­ры­кIуащ ди зэманым къэсыху: иужьрей илъэсхэрщ абы и цIэмрэ и гуащIэдэкIымрэ хэIущIыIу щы­хъужар. АбыкIэ фIыщIэр зыбгъэдэлъыр псом япэрауэ профессор Хьэщхъуэжь Раещ. Абы къызэрихутамкIэ, Ахъмэтыкъуэ Къазибэч 1870 гъэм Тыркум къыщалъхуащ, абы Iэп­хъуауэ щыта и адэр урыс-тырку зауэм хэ­кIуэ­дащ, и анэри лIэри, сабий ныбжьым иту зеиншэ хъуащ.  Илъэси 10 - 12 хуэдиз ирикъуауэ, Къа­зибэч Кавказым къигъэзэжын хузэфIэ­кIащ, Тифлис къыщыхутэри, абы дэса унагъуэ гуэрым (Эттингерхэ) щапIащ, щIэныгъэ щи­гъуэтащ. Эттингерхэ къуэ ящIауэ, я унэцIэри къратауэ, Къазибэч Одессэ къыщыхутащ, абы илъэ­ситIкIэ (1887 - 1888 гъгъ.) щыпсэуащ. Ба­лигъ ныбжьым щынэсым, Ахъмэтыкъуэр Абиссинием (иджырей Эфиопием) ягъакIуэ экс­пе­дицэм хэхутауэ щытащ. КъэхутакIуэ гупым илэжьамрэ зи ужь итамрэ Ахъмэтыкъуэм къыщигъэлъэгъуэжащ «Континент фIыцIэм» повес­тым.

   Урысейм къигъэзэжа нэужь, и унэцIэ дыдэр щIэх къыхудэхыжакъым Къазибэч, ар щыху­зэ­фIэкIар 1894 гъэрщ (абы и пэкIэ итхахэр псев­донимкIэ къыдигъэкIыу щытащ). И унэцIэ дыдэр (Ахъмэтыкъуэ) къыдихыжа нэужь, абы­кIэщ Къазибэч тхакIуэ зэрыIуэ зэрыхъуар. 1894 гъэм щыщIэдзауэ дунейм къытехьэ хъуащ­ Ахъмэтыкъуэ Къазибэч и тхылъхэр, и рассказхэр, очеркхэр, гъуэгуанэ тхыгъэхэр жур­нал, газет куэдым традзащ.

   ИлъэситI-щым и кIуэцIкIэ (1895 - 1897) Моск­ва, Петербург, Одессэ, нэгъуэщI къалэхэм къы­щы­дэкIащ Ахъмэтыкъуэ Къазибэч и рассказхэр, повестхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ: «Шэрджэс хъыбархэр», «Псори мащIэ-мащIэурэ», нэхъ иужьыIуэкIэ (1901 - 1902 гъэхэм) - «Гум и уэрэдхэр», «Зыгъэпсэхугъуэ сыхьэтым», «Лъы­щIэж» тхылъхэр, «Къалэн хьэлъэ» драмэр, нэ­гъуэщI­хэри. Журнал гуэрым хъыбар зэригъэ­IуамкIэ, Ахъмэтыкъуэ Къазибэч игъэхьэзырауэ щы­тащ и рассказхэмрэ повестхэмрэ щызэхуихьэса тхылъ зыхыбл, абыхэм ящыщщ «Нэп­сы­м­рэ хьэзабымрэ я дунейм», «ИжьымкIи сэ­мэ­гумкIи», «Ислъамым и дунейм», «Кавказым и къуэгъэнапIэхэм», «Тырку хъыбархэр», нэ­гъуэщI­хэри. Ахэр дунейм къытехьакъым, къыщIы­те­мы­хьам и щхьэусыгъуэр социалист-революцио­нерхэм (эсерхэм) яхэзэрыхьа нэужь, Ахъмэтыкъуэр зэхэзехуэн­ зэрыхъуагъэнурщ. Зэхэзехуэн хъуа къудей­къым - къэ­ралым икIын хуей хъури (1907), Австро-Венгрием, иужькIэ Галицием щыпсэуащ, 1908 гъэм Париж Iэпхъуащ. Париж здыдэсым, Ахъмэ­ты­къуэ Къазибэч «Муслъымэн» журналыр къы­ди­гъэкIын щIидзащ, абыкIэ Ахъмэтыкъуэм и му­радар муслъымэнхэмрэ чыристанхэмрэ зэ­гурыIуэу Урысейм щы­зэдэпсэун зэрыхуейр цIыхум зэхригъэ­щIы­кIынырщ (журналым и япэ но­мерыр 1908 гъэм къыдэкIащ). «ЩIэныгъэм и нэхур си лъэпкъэ­гъухэм я деж нэсхьэсын мурадщ журналыр къы­щIыдэзгъэкIыр», - итхы­гъащ­ Ахъмэтыкъуэ Къазибэч. Журналыр Тыр­ку­м­ Iэпхъуа адыгэхэм я мылъкукIэ къыдэкIыу щы­тащ, ар Урысейми къэсырт, Кавказым къи­на­ бгырысхэми къаIэрыхьэрт.

   Социалист-революционерхэм ящыхьэжа нэужь, Ахъмэтыкъуэ Къазибэч 1908 гъэм Урысейм кърагъэхьэжащ, уеблэмэ «В мире мусульманства» газетыр къыдигъэкIыну хуит ящIауэ щытащ.

   Урысейм къихьэжа нэужь, Ахъмэтыкъуэ Къа­зи­бэч урыс контразведкэм, 1917 гъэм щы­щIэ­дзауэ большевикхэм я тIасхъэщIэх лэжьыгъэм­ хэпщIа хъуауэ щытащ, и гъащIэр зэриухари дунейм щехыжари IупщIкъым - и лъэужьыр 1929 гъэм мэкIуэд…

Ахъмэтыкъуэ Къазибэч тхыгъэ зэмы­лIэужьыгъуэ куэд къызэринэкIащ, нобэрей щIэ­блэм дежкIэ нэхъыщхьэри зи мыхьэнэр нэхъ кIа­щхъэ мыхъуари абы и художественнэ тхы­гъэхэрщ - рассказхэрщ, повестхэрщ, очеркхэрщ. Ахъмэтыкъуэм и рассказхэмрэ повестхэрэ я нэхъыбапIэм лъабжьэ хуэхъуар адыгэ Iуэ­ры­Iуатэрщ. ЦIыхубэм куэд щIауэ къа­дэ­гъуэ­гу­рыкIуэ хъыбархэр къигъэсэбэпурэ, Къазибэч ди пащхьэ кърелъхьэ бгырыс лъэпкъхэм яхэлъ ха­бзэфIхэр, абыхэм я псэукIэмрэ я дуней­ те­ты­кIэм­рэ щыгъуазэ дещI. ТхакIуэм рассказ, повесть зыбжанэм къыщигъэлъэгъуащ Кавказ за­уэр, абы ди лъэпкъхэм къахуихьа насыпын­ша­­гъэр, зауэ нэужьым бгырыс лъэпкъхэмрэ урысхэмрэ зэхуаIэ хъуа щытыкIэр. Ахъмэтыкъуэм шэч къытрихьэркъым ахэр мамыру зэдэпсэун­ зэ­рыхуейм. Тхыгъэ зыбжанэм Ахъмэтыкъуэм къыщигъэлъэгъуащ цIыхубэм ятелъ хьэзабыр, ар зыхагъэт кIыфIыгъэр, кърапэс лейр.

 

тепсэрыкъуэ Хьэмид.

 

 

ЗЫ САБИИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ ПЭ1ЭЩ1Э СХУЭЩ1ЫНУКЪЫМ

«Гъэсэныгъэм мыхьэнэ пыу­хыкIа иIэн папщIэ, сабийм и цIыкIугъуэм щегъэ­жьауэ гуапагъэм, даха­гъэм, пэжыгъэм хущIэкъуу гъэ­сэн хуейщ», - жиIэгъащ Доб­ролюбов Николай.

   Урыс критик цIэрыIуэм XIX лIэщIыгъуэм жиIауэ щыта а псалъэ Iущхэр щIэблэм щIэныгъэ егъэ­гъуэ­тыным гулъытэшхуэ щыхуащI ди лъэхъэнэми гъуазэу щытыпхъэщ.

   А лэжьыгъэшхуэр унэ­тIынырщ зыхуэгъэзар 2002 - 2006 гъэхэм Урысей щIэныгъэм зегъэужьы­ным­кIэ программэр. Абы ипкъ иткIэ, Дзэлыкъуэ районым и курыт еджапIэ псоми лэжьыгъэ купщIа­фIэ щокIуэкI. А программэрщ Сэрмакъ дэт 3-нэ курыт еджапIэмрэ ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ я зэдэлэжьэныгъэми лъабжьэ хуэхъур.

   Къуажэдэс нэхъы­жьыфI­­хэр хуабжьу дэIэпы­къуэгъушхуэ мэхъу еджа­пIэм и къалэнхэр нэсу игъэ­­зэщIэнымкIэ. Абы къы­­­щызэрагъэпэщ дэтхэнэ зэIу­щIэми, зэпеуэхэми, адэ-анэ­хэр щызэхуашэсми ветеранхэр кърагъэбла­гъэ, абыхэм я Iуэху еплъы­кIэ­хэр, чэнджэщхэр къа­гъэ­сэбэп.

   Джатэжьокъуэ Хьэжпагуэ зи тхьэмадэ зэгухьэ­ны­гъэр илъэс 20-м нэблэгъауэ мэлажьэ. Егъэ­джэныгъэмрэ щэнхабзэм­кIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ а зэгухьэныгъэм и комитетыр быдэу пыщIащ курыт еджапIэхэм. ЩIэб­лэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр къуажэм, районым зэрыщыгъэувам егъэ­джа­кIуэ-пенсионерхэм я псэу­кIэм теухуауэ а комитетым и унафэщI Темырчы Къан­­­­-що­бий зэIущIэ куэдым къыщопсалъэ, еджакIуэхэми къуа­­­­­жэдэс нэхъы­жьыфI­­хэми я сэбэп зыхэлъ IуэхуфI куэд елэжь.

   Апхуэдэу гъэсэныгъэ лэжьыгъэм жыджэру хэтщ Хэку зауэшхуэм и ветеран, школым и пионер зэгухьэ­ныгъэм зи цIэр зэрихьэ Джатэжьокъуэ Хьэжпагуи. Хэку зауэшхуэм и пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс хэ­та, дамыгъэ лъапIэхэр къызыхуагъэфэща Джатэжьо­къуэм и куэдщ къыдэкIуэтей щIэблэм яжриIэнрэ зэ­риущиин Iэмалхэмрэ.

   Ветеранхэм я зэгухьэ­ны­гъэмрэ курыт еджа­пIэмрэ нэхъ быдэу зэрипхыу жыпIэ хъунущ егъэ­джакIуэ Махуэ Анатолэ къы­­­зэригъэпэща музейм. Тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ егъэджакIуэ емышыжым къелъытэ цIыхум хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр и унэр, уэрамыр, къуажэр фIыуэ ицIыхун, ихъумэн зэры­хуейм къыщежьэу. Абы папщIэ музейм щригъэ­кIуэкI Iуэхугъуэхэр ныб­жьы­­щIэ­хэм щапхъэфI­­ ­яхуохъу.

   Аращи, къуажэдэс нэ­хъыжьыфIхэм я жэрдэмкIэ кърахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми мыхьэнэшхуэ иIэщ Сэрмакъым къыщIэ­хъуэ щIэблэр лъагъуэ пэж тешэнымкIэ.

КЪЭБАРТ Мирэ.

 

ПСЭМРЭ ХЭКУМРЭ

ЕгъэджакIуэм и дерсыр нэхъ купщIафIэ хъун пап­щIэ, методикэ пособиехэм нэмыщI, тхылъ куэд къе­гъэсэбэп. Дыщымыгу­фIы­кIыу къэнакъым ныбжьы­щIэхэм къахуэщхьэпэн тхы­гъэхэр щызэхуэхьэсауэ иджыблагъэ дунейм къытехьа тхылъыщIэм - Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд «ТекIуэ­ны­гъэм и махуэ» зыфIи­щам.

   Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэр ди щIэблэм щед­гъэджкIэ хуабжьу къыт­хуэ­сэбэпынущ зи гугъу сщIы тхылъыр.

   Абы ихуащ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм, «ЩIыхь» орденым и нагъыщэхэр къэзыхьахэм ятеухуа тхыгъэхэр. Абы­хэм наIуэ щохъу адыгэхэм Хэкум и хуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр, къагъэлъэгъуа лIы­хъужьыгъэр.

   БлэкIар щIэблэм ящIэн ­хуейщ. Ахэр сыт щыгъуи щы­гъэгъуэзэн хуейуэ къызо­лъытэ нобэ ди цIыхухэм яIэ псэукIэ дахэр зи фIыщIэ хэкулIхэм я IэужьыфIым. Псэмрэ Хэкумрэ зэхуэзыгъадэ, адэжь щIыналъэм и бея­гъэм, абы и щхьэхуитыны­гъэм щIэзэуа цIыхухэрщ щIэб­­лэм щапхъэу къахуэ­хьыпхъэр. Абы и лъэныкъуэ­кIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхы­лъыр хуабжьу дэIэпы­къуэгъу лъэщщ.

Шыгъушэ Хьэбас,

егъэджакIуэ-методист.

Бахъсэн район,

Зеикъуэ къуажэ.

 

ЗАУЭЛ1ЫМ И 1ЭЩЭ-ФАЩЭР КЪЫЗЭРЕЖЬАР

ЦIыхур дунейм тет адрей псэущхьэхэм къа­хэ­щхьэхукIыу зэрыщIи­дзэ­рэ, зозауэ. 2004 гъэм къы­дэкIа Урысей Энциклопедие Иным зэритымкIэ, иужьрей илъэс мини 5-рэ 500-м къриубыдэу ди ЩIы хъурейм, инми цIыкIу­­­­­­­­­­­­ми­, зауэ мин 14-рэ 500-рэ щекIуэкIащ. Абыхэм хэкIуэдащ цIыху меларди 3-рэ мелуан 600-м щIигъу.

   Зауэхэр къыдэхъуэрт цIыху гупхэм, къэралхэм, лъэпкъ щхьэхуэхэм я зэ­хуаку. Щызэзауэ щыIэт зэгъунэгъу дыдэхэри, къыфIэб­гъэкI­­мэ, зэкъуэшхэр, зэадэзэкъуэхэр. Нэхъыбэу къызы­хэкIыр щIыр зэрызэпаубыдырт. Ауэ щыIэт зыгуэрым и щIыхьыр ихъумэжын, е и къарур къигъэ­лъэгъуэн, е нэгъуэщI лъэпкъыр и лъэгу щIигъэувэн папщIэ зауэ къыщигъэхъей.

   Япэ щIыкIэ зауэлIхэм хэха­уэ Iэщэ-фащэ яIакъым. Щхьэж игъуэтыр щитIа­гъэрт, Iэщэ папщIэуи къы­пэ­щIэхуэр (мывэ, баш, бжэгъу хуэдэхэр) къигъэсэбэпырт. Куэдрэ къыщыхъу щыIэт зы гупым хэтыр щызэзэуэж, щызэрыукIыж, я Iэщэ-фа­щэ­кIэ зэхэщхьэхукIауэ зэрыщымытым къыхэкIкIэ.

   Япэ дыдэу а Iуэхум гу лъызытар алыджхэрауэ хуа­гъэфащэ. Ди эрэм и пэкIэ 8 -  6-нэ лIэщIыгъуэхэм щыIащ Спартэ (Лакедемон) пасэрей алыдж къэралыгъуэр. Абы зауэлIым и фащэу къыщыхахат щэкI плъыжьым къы­хэщIыкIа щыгъыныр. Абы щхьэусыгъуэ иIэт. А зэманым зэрызэзауэр зэрыпы­джэ, зэрауIэ Iэщэхэрт. УIэ­гъэ хъур, лъы зэрилъагъуу къэдзыхэрт, и уIэгъэм еп­хъуэжырти, къэукIурийрт. Ауэ фащэ плъыжь зыщы­гъым лъым гу лъитэртэ­къым, къытехуа удыным, нэхъри игъэгубжьауэ, бийр зэрыхигъэщIэным къарууэ иIэр ирихьэлIэрт. Алыджхэм нэгъуэщI зауэлI фащэщIэхэр къагупсыса нэужьи, а щэкI плъыжьыр адэ-мы­дэкIэ дадэрт, лъэпкъ фащэу зэрыщытыр кърагъэлъэ­гъуэн папщIэ.

   Нэхъ иужькIэ нэгъуэщI къэралхэми лъэпкъхэми зауэлI фащэхэр къагупсысу, къагъэсэбэпу щIадзащ. Пасэрей урымхэм зауэлI фащэу тенджызыфэр къащтат.

   ЗауэлI Iэщэ-фащэм зэуэ зра­тат франджыхэми. Абыхэм я офицерхэм я пыIэхэм къабзийхэр даIурт. Iэщэ-фащэ дахэкIэ зэщIихуэпат Македонием и пащтыхь, дзэзешэ ин дыдэ Македонский Александр (ди эрэм и пэкIэ 356 - 323) и дзэр. Индием, Китайм, Японием, Азием, нэгъуэщI къэралхэми я зауэлIхэм нэхъыбэрэ фащэу щатIагъэу щытар шылэ хужьым къыхэщIыкIат.

   Урысеидзэм псоми зэщхь фащэ хуаду щыщIадзар епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм икухэрщ. Япэ дыдэу къулыкъу зыщIэ зауэлIхэм ща­тIэгъат щэкI плъыжьым къыхэщIыкIа цей кIэщI, фэ шырыкъу лъапщэ кIыхь, щхьэратIэгъат шухьэ пыIэ щабэ, цы баринэ гуэрхэр къедэкIыжауэ. Абыхэм Iэ­щэу яIыгът фоч, джыдэ мыин, сэшхуэ. ЕпщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и пэхэм офицерхэм фурашкэ иратат, я дамэхэм дамэтелъ тралъ­хьат. Зыгуэрым и Iэщэ-фащэр игъэкIуэдамэ, ищамэ, тезырышхуэ тралъхьэрт, Iуэхум укI къыщыхэкIи щыIэу. Арауэ къыщIэкIынщ «Iэщэфащэм и щIыхькIэ» («честь мундира») псалъэхэри къызытекIар.

    етIуанэ дунейпсо зауэхэм я зэманым фащэ нэхъ дахэ дыдэ зиIа дзэхэм ящыщщ нэмыцэхэр, фран­джыхэр, румынхэр. Ди къэралым и зауэлIхэм дамэтелъ ятелътэкъым. Офицерым и дамыгъэр (званиер) къэзы­гъэлъагъуэ нагъыщэхэр пщампIэм хэлъу арат. Ауэ 1943 гъэм къыщыщIэ­дзауэ ди зауэлIхэми дамэтелъ тралъхьащ. Нобэ за­уэлI фащэр дунейм и щы­тыкIэм тещIыхьауэ ящI. Псалъэм папщIэ, щIыма­хуэм ар уэсым къыхамылъа­гъукIын папщIэ, щыгъын хужькIэ яхуапэ, гъэмахуэм - удзы­фэкIэ, къыфIэбгъэкIмэ, жыг тхьэмпэхэр хэгъэ­уэ­жауэ.

   Ижь-ижьыж лъандэрэ ады­гэхэр Iэщэ-фащэкIэ адрей лъэпкъхэм къакIэрыхуу щытакъым. Уеблэмэ, адыгэхэр нэхъ япэ итахэм ящыщу хуэбгъэфащэ хъунущ. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэ куэд щыIэщ. Псалъэм папщIэ, 1587 гъэм Ираным и шах хъуа Аббас Езанэм (1571-1629) пащтыхьыгъуэр къы­зэрыIэрыхьэу и дзэхэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр щригъэ­кIуэ­кIыну мурад ищIат. Абы папщIэ 1595 гъэм шахыр кIуат къэрал, лъэпкъ куэдым я Iэщэ-фащэхэр щагъэ­лъагъуэ щIыпIэм. Псоми хэплъа нэужь, Аббас Езанэм къыхихащ адыгэ Iэщэ-фащэр. Абы хыхьэрт адыгэ цейр, лъахъстэн вакъэр, мэлыфэ пыIэр, къамэр, сэш­хуэр, дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа нэгъуэщI щы­гъыныгъуэхэр, Iэщэхэр, шы Iэмэпсымэхэр.

   Адыгэхэр псом хуэмыдэу хуэIэкIуэлъакIуэт уанэ щIы­ным. Нэмыцэ офицер Гербер Иоганн-Густав 1710 гъэм урысыдзэм къулыкъу щищIэну къыхыхьат. 1722 гъэм ар Кавказым щыIащ. Абы щыгъуэм Гербер итхыжат: «Уанэ нэхъыфI дыдэхэр, шум и Iэщэ-фащэ нэхъ дахэ дыдэхэр щащIыр шэрджэсхэм я дежщ». Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ я цIыхубэ зэщIэхъееныгъэхэм я Iэтащхьэу щыта Мансур (1760 -1794) 1788 гъэм Къэ­­­бэрдеишхуэм къелъэIуат адыгэ уанэ мин тIощI хуа­гъэхьэзырыну.

   Апхуэдэ щапхъэхэр ма­щIэ­къым. Абыхэм ящыщ зыщ Тэн, Псыжь, Тэрч Iуфэ щыпсэуа къэзакъхэм адыгэ Iэщэ-фащэр езыхэм яйм хуэ­дэу къызэращтар, ноби ахэр зэрызэрахьэр. Урыс генерал, офицер куэдым я гуапэ дыдэу щагъагът адыгэ фащэр, зэрахьэрт къамэр, сэшхуэр.

 

Уэрыш Нурхьэлий.

 

Лъэпкъ махуэгъэпс

 

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]