|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм гъатхэпэм и 30 |
|||||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||||
ЛъэужьыфIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэр нобэ илъэс 60 ирокъу
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм 1946 гъэм гъатхэпэм и 30-м къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и къэбэрдей-урыс къудамэр 1970 гъэм къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм, адыгэ зыщыпсэу къэралхэм щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэщ, тхакIуэщ, публицистщ, литературэм и тхыдэм и къэхутакIуэщ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ “Си гугъэ - си кхъуафэжьей”, “Уэгу вагъуэ, щIылъэ вагъуэ”, “Адыгэ мамлюкхэр”, “Лъэужь”, “Щикъухьащ адыгэр дунеижьым”, “ТекIуэныгъэм и махуэ” тхылъхэр, “Юрий Темирканов”, “Синие горы Кавказа”, “Одна судьба - одна дорога”, “Всадник чести”, “День Победы”, “Черкесы в Израиле”, “Точка отсчета”, “ЩIэин” сборникхэр зэхилъхьащ. Ар я авторщ нэгъуэщI тхылъ гъуэзэджэхэми. Кавказ Ищхъэрэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Тыркум, Германием, Франджым, США-м къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ традзащ адыгэ хэхэсхэмрэ шэрджэс мамлюкхэмрэ я тхыдэм теухуауэ Мухьэмэд и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. ХьэфIыцIэр КъБР-м и Правительствэм, Печатымрэ информацэмкIэ и министерствэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я саугъэтхэм я лауреатщ, “Илъэсым и журналист” цIэр къыфIащащ. ТхакIуэ, публицист, щIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэшхуи ирегъэкIуэкI: ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату щытащ, Къандурым и дунейпсо саугъэтым и Комиссэм и тхьэмадэщ, цIыхубэ дипломатщ (Мамырыгъэр хъумэнымкIэ комитетым и лIыкIуэхэм яхэту США-м, Японием, Китайм щыIащ), ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ, абы егъэщIылIа “Адыгэ щIэнгъуазэ” институтым и директор-къызэгъэпэщакIуэщ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ, Кавказыр зыдж Дунейпсо хасэм (США, Чикагэ) хэтщ, КъБР-м щекIуэкI “Си бзэ - си псэ, си дуней” зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым и унафэщIщ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ я журналистщ, “ПщIэрэ ЩIыхьрэ” абхъаз орденыр къыхуагъэфэщащ. Абы нэмыщI къратащ Мамырыгъэм и урысей фондым и Дыщэ медалыр, имам Щамил и цIэкIэ щыIэ Дунейпсо Фондым и Дыщэ медалыр. Адыгэ щэнхабзэм зегъэужьынымрэ хэхэс адыгэхэм яхудиIэ пыщIэныгъэр гъэбыдэнымкIэ иIэ фIыщIэм папщIэ Дунейпсо шэрджэс фондым и “ФIыщIэ” саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. США-м и Оклахомэ штатым хыхьэ Стиллуотер къалэм пщIэ зиIэ и цIыхущ. Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм хэтщ. “Университетская жизнь” газетым, “Точка зрения” журналым я редактору, КъБР-м и газет-журнал тедзапIэм и унафэщIу щытащ. 1997 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ къыдагъэкI “Адыгэ псалъэ” газетым и редактор нэхъыщхьэщ. “Черкесское зарубежье” газетыр къызэригъэпэщащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и “Нарт” газетымрэ “Шэрджэс дуней” журналымрэ я редактор нэхъыщхьэщ. Хъуэхъухэр ПщIэ зыхуэтщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд! Зыуэ щыт Урысей” Урысейпсо партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и политсоветымрэ и исполкомымрэ къабгъэдэкIыу ди гуапэу дынохъуэхъу укъыщалъхуа махуэ лъапIэмкIэ. ЛэжьыгъэшхуэкIэ гъэнщIа уи гъащIэ гъуэгуанэм уэ республикэм и цIыхухэм я деж пщIэшхуэ къыщыпхьащ, щIэныгъэм и къудамэ куэдым жыжьэ ущынэсащ. Узыншагъэ быдэ, къару мыкIуэщI, зэпIэзэрытагърэ насыпрэ, лэжьэгъу пэжрэ ехъулIэныгъэрэ уи махуэшхуэм къыпхудэкIуэну ди гуапэщ. Мамырыгъэ, фIыгъуэ ущымыщIэу куэдрэ упсэуну дынохъуэхъу! КЪАРЭМЫРЗЭ Барэсбий, “Зыуэ щыт Урысей” Урысейпсо партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и политсоветым и секретарь.
Уэ Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI жылагъуэ политикэ Iуэхухэм я курыкупсэм ухэтщ. Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ уи творчествэ бейм, гъащIэм хууиIэ жыджэрагъым республикэм и цIыхухэм хуэфащэ пщIэ къыхуащI. Нэхъыбэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ ЩIДАА-м и Президиумым лэжьыгъэшхуэ зэрыщызэфIэбгъэкIыр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным, Академием къыпэщыт къалэнхэр зригъэхъулIэным уэ яхуэпщI гулъытэми. Апхуэдэуи адыгэ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ лъагапIэщIэхэм нэсыным хэлъхьэныгъэшхуэ хубощI. Нобэрей уи махуэшхуэм сынохъуэхъу узыншагъэ быдэ уиIэу, адыгэ псоми, абыхэм я Академием, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм фIыгъуэ къахуэпхьу иджыри илъэс куэдкIэ улэжьэну. НЭХУЩ Iэдэм, ЩIДАА-м и президент, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.
Уи гурылъхэри уи IуэхущIафэхэри зи цIэ зепхьэ Бегъымбарышхуэм ейхэм хуэдэу къабзэу, лъагэу Тхьэм уигъэпсэу. Куэд пхузэфIэкIащ, адыгэхэр нэхъыбэжкIи дыпщогугъри, ахэр къохъулIэну сыхуейщ. Ди къуэш хэхэсхэм, уи къалэмыпэм и фIыгъэкIэ къэщIэрэщIэжахэм, я гъащIэм теухуа уи тхылъыщIэхэм, къэхутэныгъэщIэхэм дыпоплъэ. А лэжьыгъэшхуэм узэрыпэлъэщын къару Алыхьым къыпхилъхьэ. Уи гум нартхэм я мафIэр щремыужьых. БЭЧЫЖЬ Лейла, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
1969 гъэм Сириемрэ Ливанымрэ япэу кIуа гупым дыхэту ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я деж дызэрыщыIэ лъандэрэ соцIыху, си ныбжьэгъуфIщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Зы Хэку димысми, дызэрыгъуэту, зым и Iуэху зытетым адрейр дыщыгъуазэу дыкъокIуэкI. Илъэс плIыщIым нэсащ абы лъандэри сэ абы фIагъ куэд дэслъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, ар ныбжьэгъугъэр зыгъэпэжыф цIыхущ, лъэпкъым щхьэкIэ имыщIэфын щымыIэу хэкупсэщ. Iуэху гугъу дыдэхэмкIэ Мухьэмэд мызэ-мытIэу згъэунэхуащи, нэхъ укъэзымыгъэщIэхъун цIыху бгъуэтынкъым жыхуаIэм хуэдэщ. И нобэрей махуэ лъапIэм мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуэзгъэзэну сыхуейщ: “Уи гур здеIэм уи лъэр нэпхусыфу, уи акъыл жаным IуэхуфI куэд къихьу, адыгэ лъэпкъым узэрыхуэхъуапсэ псори нахуапIэ хъуауэ куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу!” МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ, Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ.
Иужьрей илъэсхэм ди республикэм къыщрахьэжьа Iуэху нэхъ щхьэпэ дыдэхэм ящыщщ “Си бзэ - и си псэ, си дуней” зэпеуэр. Ар къезыхьэжьар зимахуэшхуэр зыгъэлъапIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. А лъагъуэщIэр гъуэгу бгъуфIэ хъуным ноби псэемыблэжу хуолажьэ ар. Анэдэлъхубзэм зиужьын, абы хуэфащэ пщIэ къэрал IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм щигъуэтыжын папщIэ, Мухьэмэд зэфIигъэкI лэжьыгъэм и инагъыр къызэрыплъытэн пщалъэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Зэпеуэм и мыхьэнэр къилъытауэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ ар и нэIэм щIэтщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм. Абы гуэгъу къыхуэхъуащ адыгэбзэм гулыцI хузиIэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри. “Си бзэ - си псэ, си дуней” зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэри, абы и къэпщытакIуэ гупым хэтхэри адыгэлI щыпкъэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дохъуэхъу: лъэпкъ IуэхукIэ утыкушхуэхэм уихьэрэ ехъулIэныгъэкIэ къэбгъэзэжу, епшажьэ псыпэм къыпызыщэн уи куэду, пщIэрэ щIыхьрэ къыщIыпхуащI лэжьыгъэшхуэу иджыпсту бгъэхъейм къыпыпщэу куэдрэ дяпэ Тхьэм уригъэт! “Си бзэ - си псэ, си дуней” зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр.
Си псэми сигуми къабгъэдэкIыу уи илъэс 60-мкIэ сынохъуэхъу, Мухьэмэд. Сыт хуэдэ Iуэхум зеппщытми, къохъулIэу, къэплъыхъуэр къэбгъуэту Тхьэм куэдрэ уигъэпсэу! Узыншагъэ быдэ, уи мурадышхуэхэм уалъэзыгъэIэсын гуащIэ Алыхьым къуит! Уи жьэгу пащхьэр сыт щыгъуи нэхуу, хуабэу, насып имыкIыу илъэсищэкIэ укъекIуэкIыну си гуапэщ. ШЕМЯКИН - КЪАРДЭН Михаил.
Къармэхьэблэдэсхэм, “Адыгэ псалъэ” газетым и щIэ джыкIакIуэхэм, уи махуэ лъапIэм дэри псалъэ гуапэкIэ зыпхуэдгъэзэну дыхуейщ: узыншагъэрэ дэрэжэгъуэ мыкIуэщIрэ уиIэу адыгэ лъэпкъым куэдрэ уахуэлэжьэну дыпхуохъуахъуэ! Къэшэж Iэбу, Аслъэн Хьэбал, Жэндар СулътIан сымэ.
Фэеплъ жыг Мэлыжьыхьым и 2-р Лъэпкъхэм я зэкъуэувэныгъэм и урысейпсо махуэщ
Абы ирихьэлIэу “ЩIалэгъуалэм ехьэлIа къалэнхэмкIэ институт” жылагъуэ зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ Налшык къалэ администрацэм иригъэкIуэкIынущ “Зы цIыхубэ! Зы республикэ! Зы гъащIэ!” Iуэхур. Абы хэтыну ирагъэблагъэ ди лъахэм фIы къехъулIэну хуей псори. Iуэхур хуэгъэзащ ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэ зэхуащIу къызэрекIуэкI хабзэхэр гъэбыдэным. Нэгъабэ и жэпуэгъуэм къэхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу а махуэм жыги 150-рэ хасэнущ. А жыгхэр щытынущ гъащIэм зэрыпищэм, КъБР-м и лъэпкъхэр, зэкъуэшхэр зэпэщIэзыгъэувэ идеологием и бийуэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм я дамыгъэу. Iуэхур мэлыжьыхьым и 2-м сыхьэтыр 11-м щекIуэкIынущ Осетин, Къэбэрдей уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж щыIэ скверым.
Уэрдокъуэ Женя. Ди къуэш песпубликэхэм
Зэи ящыгъупщэнукъым
Мейкъуапэ. Хэку зауэшхуэм хэтащ Мейкъуапэ аэроклубым и гъэсэн 600-м щIигъу, абыхэм щыщу 6-м Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыхуагъэфэщащ. Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа я лъахэгъухэм папщIэ дызэрыт илъэсым накъыгъэм и 9-м ирихьэлIэу Мейкъуапэ аэроклубыр здэщыта щIыпIэм деж фэеплъ сын щагъэувынущ.
Адыгейм и дахагъым Китайр дехьэх
Пекин къыщызэIуахащ «Урысейм и илъэс» форумыр. Абы ипкъ иткIэ экономикэ, политикэ, щэнхабзэ зэгурыIуэныгъэхэр къэралитIым зэращIылIащ. Китайм икъукIэ гъэщIэгъуэн щыхъуащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ зыбжанэ, псом хуэмыдэу Адыгейм и щыIэкIэ-псэукIэр. Дызэрыт илъэсым и пэхэм республикэм Щэнхабзэмрэ печатымкIэ и министерствэм Пекин зыкъыхуигъэзауэ щытащ щIыналъэм и экономикэ, турист щIыпIэхэм, тхыдэм, щэнхабзэм ятеухуа хъыбархэр хуагъэхьыну. ИужькIэ ар къытехуащ Китайм къыщыдэкI «Урысейр нобэ» журналым. Абыхэм хьэлэмэт ящыхъуащ Адыгейм и дахагъымрэ турист щIыпIэхэмрэ. Апхуэдэуи республикэм и «Нэлмэс» къэфакIуэ гупыр ирагъэблэгъащ Пекин концерт зыбжанэ щрагъэтыну.
Гъуэгухэм я IуэхукIэ
Черкесск. Кавказ Ищхъэрэм и курортхэмрэ тенджыз ФIыцIэмрэ Черкесск-Адлер автомобиль гъуэгукIэ зэпыщIэным теухуа Iуэхугъуэ Адыгейми Къэрэшей-Шэрджэсми къыхалъхьащ, проект щхьэхуэхэри ягъэхьэзыращ. А проектхэм къэралым фейдэуэ къыхуихьынур зыхуэдэр къэзыпщытэ къэрал экологие экспертизэм и комиссэ иджыблагъэ зэхэсащ, икIи абы къилъытащ ахэр щыIэ хабзэм къемызэгъыу. Сыту жыпIэмэ, Кавказ заповедникым пхырымыкIыу автомобиль гъуэгухэр пхуэухуэнукъым. АтIэ, федерал законодательствэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, заповедникым и щIыналъэм ухуэныгъэ гуэри щебгъэкIуэкI хъунукъым. Хьэщыкъуей Олег.
|
|
||||||||||||||
|
Сурэтхэр МАМИЙ Русланрэ УЭЛДЖЫР Артуррэ трахащ |
|
|
||||||||||||
Мазэр дыгъэм щылъэщIыхьэм
Ди республикэм щыпсэухэми дыгъуасэ я нэгу щIэкIащ (дызэрыт лIэщIыгъуэм щыяпэу) дыгъэр зэриубыдар. Налшык сыхьэтыр 3-рэ дакъикъи 5-м дыгъэм “къухьэн” щыщIидзащ. Дакъикъи 10 дэкIа нэужь, пшапэ гуэрэныр фIыцIэу къалэм къыщхьэщылът. Гъуэгум ирикIуэ машинэхэм я жэщ уэздыгъэхэр пагъэнат… Апхуэдэу дакъикъи 5-кIэ щытащ. А зэманым дыгъэ гущIыIур мащIэурэ щIэзылъэфа мазэм и хъуреягъыр Iэлъын псыгъуэ цIыкIуу нэхугъэ тIэкIут. Дакъикъитху нэужьым хуэмурэ уафэм зихъуэжу хуежьащ, иджы ар ещхьт нэхущ уэгум… Мазэм дыгъэр щIилъэфауэ ди хэкуэгъу нэхъыжьхэм блэкIа лIэщIыгъуэм плIэней ялъэгъуащ. Япэу ар къыщыхъуар 1936 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-рщ. ДяпэкIэ, 2126 гъэм псэунухэм жэпуэгъуэм и 16-у мыпхуэдэ телъыджэ аргуэру я нэгу щIэкIынущ. Къармэ Iэсият.
Зэманыр зыгъэнщIыф
Мыпхуэдэхэм деж фэрыщIыгъэкIэ е гушыIэ хэлъу зэрагъэщIагъуэ хабзэм щхьэкIэ жысIэркъым, ауэ сэ тыншу си фIэщ схуэщIыркъым Мухьэмэд илъэс 60 ирикъуауэ. Дыгъуасэ хуэдэщ ар щIалэ къудану, и щхьэц Iувыр щхьэбгъумкIэ телъэщIауэ, тIэкIуи Iэнкуну сэ абы щыгъуэ сыщылажьэ Бахъсэн район газетым и редакцэм ныщIыхьауэ щыслъэгъуар. Абы лъандэрэ илъэс 40-м щIигъуащ. Ауэ арифметикэракъым 60 зэрыхъуар хьэкъ пщызыщIыр - а щIалэм хузэфIэкIар зэпэплъытыну иужь уихьэмэщ. МащIэкъым ар зы лIы ныбжь иримыкъу зэман дежкIэ: цIыхуитIым, цIыхуищым ялэжьын хуейр и закъуэ ирихьэкIыну еувэлIам хуэдэщ. Ауэ щыхъукIи, зыгуэрхэм ягу къэгъэкIыжын хуей мэхъу иджы псори яфIэфIыпсу зытетхыхь, ятхар гугъу демыхьыщэуи къыщIытрадзэ Iуэхухэм - лъэпкъ тхыдэ, щэнхабзэ, хабзэ-бзыпхъэ, истамбылакIуэм ехьэлIа сытхэм - дэ тхэным дыщыпыхьа 60 гъэхэм щыгъуэ тегушхуэ куэд зэрыщымыIар, зи гугъу тщIахэм теухуауэ ятххэри газет, журналхэм гъунэгъущэу ирагъэхьэлIэу зэрыщымытар. Апхуэдэм зыдезыгъэхьэххэри гъуэщарэ щыуа гуэрхэу, къэралым и политикэр къагурымыIуэу арат газетхэр зи IэмыщIэ илъхэм къызэралъытэр. Апхуэдэт зэманыр: лъэпкъ Iуэхухэм зыдебгъэхьэхмэ, унационалистт, хамэ къэрал ис гуэрым ущытхъуамэ, ар уи къуэш дыдэу щытми, упатриоттэкъым. Мис апхуэдэ зэману зрипщытащ Мухьэмэд «ИстамбылакIуэ» темэм, ар нобэ здынигъэсыфари псоми долъагъу. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: а псори Мухьэмэд абы фIэкIа Iуэху имыIэу, ар и лэжьыгъэ IэнатIэу зэфIихауэ щыткъым. Адрей псоми яхуэдэу, Iуэху хэха зэрихьэу здекIуэкIым, «къулыкъум къыщыдэхуэм» жыхуаIэм хуэдэу, абы елэжьауэ аращ - емышу, щхьэх имыщIэу. Ари творчествэм пыщIа цIыхум и фэр изых, зэману иIэр фIэзышх газет лэжьыгъэм пыщIауэ. Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфырщ ар зылъэкIынур. АтIэ, гъэр 1964-т. Сэ Бахъсэн газетым жэуап зыхь секретару сыщылажьэрт. Абы нэхъ къупын-щыпын зыпыщIа газет IэнатIэхэм яхэткъым. А къалэныр Мухьэмэд куэдрэ нэгъуэщI газетхэм щрихьэкIащи, аращ ар нэхъри къыщIыхэзгъэщыр. «Жэуап зыхьым» къокIуалIэ газетым тхыгъэуи, сурэтуи къыIэрыхьэр. Абы а псори зэригъэзахуэу, дахэу зэригъэкIуу, къеджэрэ мыхъуар игъэтэмэмыжу адэкIи-мыдэкIи щхьэпримышу иригъэзэгъэн хуейщ газет напэкIуэцIым и къупхъэм. Мухьэмэд а Iуэхум къыхуалъхуам хуэдэщ. ИкIи дехьэх абы. Ар нэсауэ газет макетым и художникщ. Зэлэжьа макетыр, мис а газет напэр зытращIыкI тхыпхъэр, куэдрэ гъуджэм бгъэдэса нысащIэм хуэдэщ - щIэращIэщ, щIэщыгъуэщ, нэгъуэщIым ящIам хэгъуэщэнукъым. Зызумысыжынщи, сэ секретарь IэщIагъэм сыхэзэгъащэу щытакъым. Сигу къыщIинэжахэм ящыщщ абы сыщрилажьэм щыгъуэ тхэным гу хуэзыщIа щIалэ гуп Бахъсэн нэIуасэ щысхуэхъуауэ зэрыщытар. Абыхэм яхэтт а зэманым Зеикъуэ курыт школым щеджэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди. Абы и тхыгъэхэр адрейхэм зыкъомкIэ къащхьэщыкIырт, тхэн щIидзагъащIэщ хужумыIэну, нэхъ гъэхуат, псалъэкIи нэхъ шэрыуэт, гупсысэкIи нэхъ жант: тIэкIу дэIэбеиIуэу пIэрэ, жыпIэну куэдым ящхьэпрыплъырт. Пасэу апхуэдэу утыку къихьат журналист, тхакIуэ Iэзэ, тхыдэм, щэнхабзэм я къэхутакIуэ емызэшыж къызыхэкIыну щIалэр. Ар университетым щыщIэса илъэсхэм «профессионал» жыхуэпIэнум хуэдэ газет лэжьакIуэ хъуакIэт. Мухьэмэд сэ нэхъ къыщысцIыхуар 1971 гъэм зэгъусэу Тыркум дыщыкIуарщ. Абы ирихьэлIэу цIыхугъэ куэд щиIэ хъуакIэт адыгэ щыпсэу къэралхэм - яхуэтхэрт, къыхуэтхэжхэрт. Апхуэдэу письмокIэ ныбжьэгъу къыхуэхъуа щIалэ гуп къытпежьат кхъухьлъатэм дыкъызэрикIыу. Мис ахэр сэбэпышхуэ къытхуэхъуат къэралыр зэдгъэцIыхунымкIэ, абы ис адыгэхэм я Iуэху зыIутыр зэдгъэщIэнымкIэ. Иджы апхуэдэ къакIуэ-накIуэхэм псори есэжа щхьэкIэ, абы щыгъуэ ахэр зэи къэмыхъуа Iуэху телъыджэ пэлъытэт. КIуэ, етIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым абыкIэ екIэрэхъуэкIа гуэрхэм нэмыщI, дэрат япэ дыдэу СССР-м икIа адыгэу Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм яхыхьар. Ар икIи гъэщIэгъуэнт, икIи жэуаплыныгъэ ин ди пщэ къыдэзылъхьэт. Къэралым и щIыпIэ куэд къызэхэткIухьат. Я Iум драгъэпщхьэным хуэдэу, фIыуэ дыкъалъэгъуауэ, сыткIи къытхуэгуапэхэм нэмыщI дызыхуэзахэм яхэтт Iэмал зэриIэкIэ лъэпощхьэпо къытхуэхъуну хущIэкъухэри. «Фэ фыкоммунистщ, урысым фагъэпщылI…» - апхуэдэ защIэт нэхъ къытпаубыдыр. Мухьэмэд абыхэм яхэтащ хэгъэрейхэми задригъэкIуу, къытпаубыдхэми жэуап яритыжыфу, хэхэс хъуа ди лъэпкъэгъухэм я гукъеуэри зыхищIэу, езым и хэкум и щIыхьри лъагэу иIыгъыу. Хамэ къэрал ис ди лъэпкъэгъухэм щэнхабзэ пыщIэныгъэ яхудиIэнымкIэ «Хэку» обществэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и президиумым ХьэфIыцIэр куэдрэ хэтащ. Сэри а къудамэм сыщылэжьа илъэсхэм (1977 - 1980) псом хуэмыдэу наIуэу си нэгу щIэкIащ хэхэс адыгэхэм ящыщу ди деж хьэщIапIэ къакIуэхэм я Iуэху зэпэщ хъун, абыхэм яхуэфащэ хьэщIагъэ ехын и лъэныкъуэкIэ Мухьэмэд хузэфIэкIынур зыхуэдизыр. Ауэ щыхъукIи, ар абы лэжьыгъэкIэ, зыпэрыт IэнатIэкIэ къытехуэу аратэкъым, псори «общественнэ щIэдзапIэм тету» жыхуаIэу щытам хуэдэу (улахуэ хэмыту), екIуэкIыу арат, ауэ а щIалэм и напэм, и адыгагъэм къыхуегъэзэгъыртэкъым нэгъуэщIу а Iуэхум хущытыну. Мухьэмэд и лэжьыгъэр газетым нэхъ егъэщIылIами, ар литературэми лъэ быдэкIэ хэтщ, ди ТхакIуэ зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэми жыджэру къыхохьэ. «Адыгэ псалъэм» еджэ дэтхэнэми елъагъу лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр цIыхубэм яхихьэн папщIэ газетым зэфIигъэкIыр. Езы ХьэфIыцIэм и тхыгъэ купщIафIэхэр, псалъэ шэрыуэкIэ, тегъалэ-негъалэ хэмыту гупсысэр занщIэу къигъэнахуэу тхахэщ. Ди зэгухьэныгъэм и правленэм, абы хэт тхакIуэ псоми къабгъэдэкIыу Мухьэмэд сохъуэхъу и илъэс бжыгъэ дахэмкIэ, узыншагъэ быдэ, творческэ ехъулIэныгъэ куэд дяпэкIи иIэну. Мыри щIызгъунут. ИщхьэкIэ жысIам къызэрыхэщащи, зэманыфI дэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дэрэ ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъурэ. Сэ фIыуэ соцIыху абы и унагъуэри, и Iыхьлыхэри - псоми пщIэшхуэ зыхуащI, щIыхьышхуэ зиIэ, адыгэлI нэс и адэ Мусэбий, и шыпхъухэр, и малъхъэхэр, я бынхэр. И унэгуащэ Розэщи, зыпэпщI хъун щымыIэщ - цIыху дахэщ, Iэдэбщ, гъэсащ, нэмысышхуэрэ хабзэшхуэрэ зыхэлъщ. Абыхэм я псэупIэр хьэщIэ зэрымыкI унэщ. Псоми къыткIэлъыкIуэ ныбжьэгъу-жэрэгъухэм нэмыщI, мыбы щызэблокI къэрал Iэджэм къикI адыгэ хьэщIэхэр. А псоми Розэ япожьэф бысым гуапагъэрэ ерыскъы IэфIкIэ. Дэри куэдрэ тIухуащ абы Iэзэ дыдэу ипщэфIхэм ящыщи, дыхуэарэзыщ. Абыхэм псоми си щхьэкIэ сахуоупсэ Мухьэмэд яхуэузыншэну, куэдрэ-куэдрэ яхуэпсэуну, иджыри къэс зэращIэщыгъуэм хуэдэу, гъащIэри, дунейри ящIэщыгъуэу илъэс IэджэкIэ зэдекIуэкIынхэу.
КхъуэIуфэ Хьэчим, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ.
Фыгъуэ ижэ хэлъкъым
Куэд зыхузэфIэкIа цIыхущ Мухьэмэд, и гуащIэрэ и IуэхущIафэкIэ щыцIэрыIуэщ ар ди республикэм, зэрыжаIэщи, абы хуэдэр закъуэтIакъуэщ, хузэфIэкIарэ и лэжьыгъэкIэ ар псоми къахощ. Мухьэмэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ, тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, журнал, газет зыбжанэм я зэхэублакIуэщ. Дуней псор зэхикIухьащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, адыгэ дзэпщ, лIыщхьэ, тхакIуэ, щIэныгъэлI, спортсмен цIэрыIуэхэм я хъыбархэр зэхуихьэсу, абыхэм я гъащIэ гъуэгуанэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ ихутэу. Абы зэхуихьэсауэ ехъумэ пасэрей хьэпшыпхэр, сурэтхэр, тхылъхэр, а псом щыгъуазэ ещI и лъэпкъэгъухэр, ахэр щегъэлъагъуэ адыгэ щыпсэу хэкухэм. Дэнэ хэкуи ныбжьэгъурэ цIыхугъэрэ щикуэдщ Мухьэмэд, абы и фIыгъэкIэ зэрыцIыхужащ зэгуэр зэфIэкIуэдауэ щыта зэлъэпкъэгъу куэд, а псори зэпещIэ абы, зым и хъыбар адрейм деж негъэсыф. Адыгэхэм я тхыдэр куууэ зыджа щIэныгъэлIщ Мухьэмэд, абы и тхыдэ къэхутэныгъэхэр доктор диссертацэ зыбжанэм я уасэщ. Мухьэмэд хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм ныбжьэгъу зэрахуэхъурэ куэд щIащ, абыхэм щIэх-щIэхыурэ ялъогъуазэ, езыхэри къыкIэлъокIуэ. ХьэфIыцIэм и фIыгъэкIэ, ар ядэIэпыкъуурэ, хэкум къагъэзэжащ Тыркум, Иорданием, Сирием, Америкэм щыпсэуа адыгэ унагъуэ пщIы бжыгъэм. Мухьэмэд сытым щыгъуи мэгуфIэ, и ныбжьэгъум, и цIыхугъэм фIыгъуэ къеуэлIамэ. Зым и гъуэгуи зэпиупщIакъым абы игъащIэм, зэфыгъуарэ зэижарэ бгъуэтынукъым. Ар си щхьэкIэ згъэунэхуащ мызэ-мытIэу. Си закъуэкъым: тхакIуэ, усакIуэ, сурэтыщI, журналист щIалэ куэдым дэIэпыкъуэгъурэ чэнджэщэгъурэ яхуэхъуащ ХьэфIыцIэр, абы щхьэкIэ и зэманым щебла къэхъуакъым.
КIЫЩ Мухьэдин, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI. Испание, Кадиз къалэ.
Уэращ хэхэсхэр къэзыгъэушар
Си ныбжьэгъуфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд теухуа си псалъэр Хэкужьым исхэм зэхахыну си гуапэщ. Сэ ар щIэрыщIэу фэзгъэцIыхужыну аракъым. ФIыуэ сыщыгъуазэщ, си нэкIэ слъэгъуащ адыгэ щIыналъэхэм абы пщIэшхуэ къызэрыщыхуащIри, фIыуэ къызэрыщалъагъури, ауэ абы хуэарэзы цIыхубэм сэри сазэрыщыщыр, адыгэ куэдым псэупIэ тхуэхъуа къэралхэми щIыхь къызэрыщыхуащIыр къэзмыIуэтэн слъэкIынукъым. Истамбыл щыIэ кавказ хасэхэм екIуалIэхэм «Хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэдыр?», - жыпIэу уахэупщIыхьмэ, ар къэзымыцIыху, и IуэхущIафэхэм щымыгъуазэ зыри бгъуэтынукъым. Ар сэ згъэщIагъуэркъым - мы хэкум зы адыгэ жылагъуи, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу зы щIыпIи ибгъуэтэнукъым абы и лъэ зытемыува, зи псалъэ гуапэ щызэхамыха. Си къуэш лъапIэ! Лъэпкъыр зэрыIыгъыу и хэку щисым деж «зэкъуэшыгъэ, зэкъуэтыныгъэ, адэжь лъахэ» псалъэхэм хуэдэхэм я мыхьэнэр нэхъ елъэхъшэх хуэдэу щытщ, абы и пщIэр къыщалъытэркъым, ауэ зы IэмыщIэ из фIэкIа ущымыхъу щIыналъэм уи бзэкIэ зыгуэр къыщопсэлъэныр, лъэпкъ уардэм щыщ Iыхьэу узэрыщытыр къуагъэщIэжыныр икъукIэ лъапIэщ. Ар дэ зыхыдэзыгъэщIар уэращ, Мухьэмэд. Уэращ хэхэсхэр дыкъэзыгъэушар, Хэкум дыпызыщIэжар. «Зэман лъахъэм» лъандэрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ илъэс щэщIрэ тхурэ хъуауэ, узоцIыхури, бдызолъагъу ЦIыхугъэ, Хабзэ, ФIыщIагъэ, Гу къабзагъэ, Лъагъуныгъэ, Губзыгъагъэ. Абы и закъуэкъым. ИгъащIэм унэти, жьэгути, ахъшэти, щытхъути, жыпIакъым, уи щхьэ Iуэху зэи япэ ибгъэщакъым. Жэщ-махуэ уимыIэу лъэпкъым ухуэлэжьащ, иджыри ухуолажьэ. Тхьэшхуэм фIыщIэ хузощI укъызэрызишэлIам, ныбжьэгъугъэ пэжым и IэфIыр зэрызыхызигъэщIам папщIэ. Сроин уэ къуэшым хуэдэу укъызэрысхущытым. Мы псалъэхэм щытхъу хэлъкъым - бдэслъэгъуа дахагъэхэр дауэ сыбзыщIын! Уи лъахэгъу минипщIхэу хамэщI къинахэм псалъэ гуапэу къыпхужаIэр куэдыкIейщ. Тхьэм уригъэфIакIуэ! ЧУРЕЙ Алий. Истамбыл къалэ.
БлэкIари, нобэри, къэкIуэнури зэрепхыф
Демократиер щытепщэу жыхуаIэ мы зэманми зи лъэпкъыр Iумпэм зыщIхэм яIэщ щхьэусыгъуэ: дунейр зэхэтхъуащ, коммунистхэм щыгъуэ хуэдэу лъэпкъ политикэ зэхэщIыкIыгъуэ щыIэжкъым, цIыхухэм я щхьэр зэрапIыжыфщ. Ауэ щыIэщ Совет властым и лъэхъэнэми, иджырей зэман зэхэтхъуами игурэ и псэрэ етауэ, жиIэр мащIэрэ ищIэр куэду псэу лъэпкъ цIыху. Зы щхьэусыгъуэми зыкъуимыгъапщкIуэу. ЗэрыжаIэщи, Iуэху зыщIэну хуейм къилъыхъуэр щхьэусыгъуэкъым, атIэ хэкIыпIэщ. Апхуэдэщ лъэпкъым и пщэдей махуэр пшагъуэ мыхъун папщIэ сыт хуэдэ Iуэху зэхэзэрыхьами хэкIыпIэ кIуэрабгъу къыхуэзылъыхъуэ икIи къэзыгъуэт, нэхъыщIэхэр гъуэгу захуэм хуэзыунэтI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Мухьэмэд ящыщкъым “рекламэ” узыр зыпкърытхэми, пабжьэр ягъэхъеймэ емынэр ягъэхъауэ зыгъэIуну пылъхэми, зэштегъэууэ зэзэмызэ лъэпкъ Iуэхум зыхэзышытIэу псалъэ дыгъэл изыпхъхэми. Хьэуа къабзэ зыжьэдимышэу, псы къабзэ емыфэу псэ зыIутыр дунейм зэрытемытыфынум ещхьу, ХьэфIыцIэр псэуфынукъым адыгэ Iуэху зэримыхуэу, лъэпкъым и къэкIуэнум папщIэ гугъу зримыгъэхьу. Тхыдэ и лъэныкъуэкIэ Мухьэмэд иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм щыгъуазэщ куэд-мащIэми лъэпкъымкIэ гудзакъэ зиIэ дэтхэнэри. ИригъэкIуэкI лъэпкъ-жылагъуэ лэжьыгъэми, зи пашэ “Адыгэ псалъэ” газетми ящIилъхьэфа къарум утепсэлъыхьми, кIэ имыIэу яхужыпIэн бгъуэтынущ. А псоми я гущIыIужкIэ, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я адыгэ газетхэм я номер зэхэтхэр къыдэгъэкIыным, ахэр гъэхьэзырыным ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къарууэ хилъхьэр къэIуэтэгъуейщ. Абы хущIохьэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм яIущIэни, абыхэм ятетхыхьыжыни, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр иунэтIыни, тхылъ купщIафIэ зэхуэмыдэхэр къыдигъэкIыни, “Адыгэ псалъэ”, “Черкесское зарубежье”, “Нарт” газетхэм елэжьыни, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием жыджэру хэлэжьыхьыни, нэхъыщIэхэр чэнджэщ дахэкIэ иущиини, адыгэ щыпсэу республикищым сыт хуэдэ лъэпкъ Iуэху къыщрахьэжьэми абыхэми нэсыни... ХущIохьэ, къегъуэт зэман, кIуэцIылъщи лъэпкъыгу, иIэщи лъэпкъ гъуазэ пщIы хъун акъыл. И хьэл-щэныр, и дуней тетыкIэр, лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр, хэлъ шыIэныгъэр, жьабзэ Iурылъыр, блэкIари, нобэри, къэкIуэнури зэрызэрипхыфыр, и къарур Iуэхушхуэ куэдым зэрытригуэшэфыр - а псори зэхэплъхьэжмэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къелэжь хужыпIэну адыгэлI нэсщ. СызэреплъымкIэ, абы хуэдэ нэхъыжьхэращ нэхъыщIэхэм щапхъэ яхуэхъун хуейр.
ТХЬЭГЪЭПСЭУ Увжыкъуэ, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ. Черкесск къалэ.
ИкIутар из мэхъуж
ХэкулI. Зи гъащIи гуащIи лъэпкъым езыт - мы псалъэшхуэхэр щичэзуми къыщемыкIум дежи къэдгъэсэбэпурэ фагъуэ тщIащ, жыпIэкIэ ущыуэну къыщIэкIынкъым. Ауэ а псалъэхэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъащIэм, лэжьыгъэм епхьэлIэмэ, абы папщIэ жыпIэну узыхуей псор абыхэм нэсу къызэщIаубыдэу къысщохъу. Сыту жыпIэмэ, балигъ зэрыхъурэ а Iуэху инырщ абы и жэщи и махуи, и щIэныгъи и акъыли зэтар. Хамэ къэрал куэдым хэхэсу къина ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ абы къихутэжахэр адыгэм и тхыдэ дыщэ пхъуантэм дэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм я фIыпIэщ. Нобэ куэд тотхыхь адыгэ мамлюкхэми, мысыр сулътIанхэми, ди лъэпкъым къыхэкIа хьэрып, тырку тхакIуэ, еджагъэшхуэ цIэрыIуэхэми. Ар фIыщ, ауэ япэ лъагъуэр хэзышам и фIыщIэр нэхъыбэщ. Пэжыр жыпIэмэ, фIыщIэ гуэр къихьын папщIэкъым Мухьэмэд а псор щIилэжьар. Сэ иджыпсту нэхъыбэу зи гугъу сщIынур иужь илъэсхэм зэфIигъэкI Iуэхухэм ящыщ зыщ, зэ еплъыгъуэкIэ псори щыгъуазэ хуэдэу, гугъуехьышхуэ абы пымылъу хэзымыщIыкIым къыщыхъуу. Нэхъ пыухыкIауэ жысIэнщи, адыгэ хэгъуэгуищым къыщыдэкI адыгэ газетищым зэхэту къыдагъэкI номерхэрщ. Адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм я закъуэтэкъым, атIэ ди къэралым и плIанэпэ куэдми щикъухьат, зэрызэкIэлъыкIуэ щымыIэу, я псэукIэкIэ зэрымыщIащэу. Мейкъуапэ, Черкесск, Налшык зэрызэпэжыжьэ щымыIэми, тхакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр мащIэу зэрыцIыху мыхъумэ, нобэ хуэдэу щIэх-щIэхыурэ зэлъихьэртэкъым, зы бзэкIэ псалъэ, зы хабзэ, зы щэн зиIэ лъэпкъыр зэкъуэчат. Мис ар зыгуэркIэ гъэзэкIуэжынырт номер зэхэтхэр къыдэгъэкIын щIыщIэддзари. Пэжщ, ар къыддэзымыщтари мащIэтэкъым - политикэ Iуэху хэзылъагъуи, «икIутар из хъужыркъым» жызыIаи щыIащ. Мухьэмэд ящыщщ IуэхугъуэщIэм и мыхьэнэр къызыгурыIуахэм, а лэжьыгъэшхуэм зезыпщытахэм. Номер зэхэтхэр ягъэдахэрт хамэ къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэм ятеухуа тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ - зи гугъу тщIы лъэхъэнэм ахэр нобэ хуэдэу гъуэтыгъуафIэтэкъым. Республикищым я адыгэ журналистхэр щхьэж и Iэзагъэ, Iущыгъэ къигъэлъэгъуэну хущIэкъуу зэпеуэрт: хэт нэхъ дахэу игъэщIэрэщIэн номер зэхэтхэр? Хэт сыт хуэдэ Iуэху къиIэтын лъэпкъым и нобэмрэ пщэдеймрэ папщIэ нэхъ мыхьэнэ хэха иIэну? Мыбдежми Мухьэмэд икъукIэ сэбэп хъуащ - абы екIуу газет напэхэр зэрызэхигъэувэм, зэригъэщIэращIэм щIэджыкIакIуэр щыгъуазэщ. Ауэ нэхъ мащIэ пыщIакъым хэгъуэгуищым я журналистхэм я зэIущIэ зэхэшэнми, къыдэкIа номерхэм тепсэлъыхьынми. Мейкъуапэ, Черкесск къалэхэм нэс дыкIуэнуи къытхудэкIырт. Мыбы щыгъуи Мухьэмэд ахэр къехьэлъэкIакъым - «летучкэхэм» хэтащ, и Iуэху еплъыкIэ жиIэу куэдрэ къыщыпсэлъащ. Мис апхуэдэ акъыл зэхэдзэкIэ къежьа Iуэхур ноби къызэтеувыIакъым. Ар дэнэ къэна, къиIэт Iуэхугъуэхэм зригъэубгъу зэпыту ар ХьэфIыцIэм еунэтI. ИпэжыпIэкIэ номер зэхэтхэр хэгъуэгуищым ис адыгэхэм я гурыгъу-гурыщIэр къыщыжаIэ, лъэпкъыр зытегузэвыхь Iуэхухэр къыщаIуатэ, фIыр щагъэлъапIэ къэпсэлъапIэ хъуащ. Абы и фIыщIэкIэ ди бзэм хэкIуэдыкIыж е хэкIыпа псалъэ куэдым гъащIэ ягъуэтыжащ - къэбэрдейхэм, шэрджэсхэм, адыгэхэм зым адрейм имыIэжу псалъэ, псалъэжь, псалъэзэрыIыгъ дапщэ нобэ дыкъыщеджэрэ газет напэхэм. Абы и закъуэкъым - бзэхэр зэдэлэжьэху, зым адрейр бей, дахэ, IэтIэлъатIэ ещI. Ар зыхощIэ «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетхэм укъыщеджэкIэ. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ сыпоплъэ мы номер зэхэтхэм, сыту жыпIэмэ абыхэм я напэкIуэцIхэм фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ щыгъуазэ зыщыхуэпщIыфынукъым Адыгэ Республикэм е Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу ди къуэш лъэпкъхэм нобэ я Iуэху зытетым. Псом хуэмыдэу гуапэщ мыпхуэдэ къыдэкIыгъуэхэр тхыгъэшхуэхэм ирамыгъэубыдэу жылагъуэ гъащIэм, экономикэм, щэнхабзэм теухуа тхыгъэ кIэщI нэхъыбэ къытрадзэ зэрыхъуар. Мыри жысIэнут. IуэхуфI, ауэ мытынш къыдихауэ ирегъэкIуэкI «Адыгэ псалъэм». Зи гугъу сщIыр «Ди къуэш республикэхэм» рубрикэм щIэту махуэ къэс къытридзэ хъыбар зэрыIыгъхэрщ. Гуапэщ мы плIанэпэм Абхъазым теухуа хъыбархэр щIэх-щIэхыу къыхыхьэ зэрыхъуари. Мы Iуэху щхьэпэри Мухьэмэд и егугъуныгъэм зэрифIыщIэми шэч къыщIытепхьэн хэлъкъым. ИлъэсипщI бжыгъэ и пэкIэ къежьа номер зэхэтхэр къыдокI журналистхэм я гумызагъагъэм и Iэужьу. Ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, ар зэдэлэжьэныгъэ къудейм къыщынэркъым, атIэ лъэпкъхэр зэпызыщIэ къарущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу журналистхэм фIыуэ доцIыху ди къуэш республикэм ис ди лэжьэгъухэр, езыхэми дыкъызэрацIыхум хуэдэ къабзэу. Нобэ абыкIэ щытхъу зыхуэфащэр, шэч хэмылъу, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ, адыгэ журналистикэм и лIыкIуэу абыхэм яхыхьэ-яхэкI редактор нэхъыщхьэрщ. Сэ щIэх-щIэхыурэ сахуозэ ди къуэшхэм, дызэхуэмызэмэ, телефонкIэ дызэрощIэ. Абы къыхэкIыу быдэу схужыIэнущ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ къащацIыху къудей мыхъуу, пщIэшхуэ къызэрыщыхуащIыр, и псалъэ зэрыщыпхыкIыр. Апхуэдэ щIыхьыр езыр-езыру къэкIуакъым, ар и егугъуныгъэкIэ, лъэпкъ Iуэхум хуиIэ гупцIанагъэмкIэ къилэжьащ. Абы и щыхьэту мы зы щапхъэри къэсхьыжынщ: республикэхэм яку дэлъ экономикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Адыгэ Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэмрэ я президентхэм я унафэкIэ абы республикитIми щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэр къыфIащащ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд теухуауэ сэ фIы куэд жысIэфынущ, сыту жыпIэмэ зэрыстудент лъандэрэ соцIыху, лэжьыгъэ Iуэхум и мызакъуэу, ерыскъы Iэнэ зэдэтIэтуи дыкъокIуэкIри, ауэ зы газет тхыгъэм а псор пхуигъэзэгъэнукъым. Аращи, си псалъэр хъуэхъукIэ соух: Мухьэмэд, илъэс тIощIищыр мымащIэми, адыгэлIым дежкIэ куэдкъым, нэхъыщхьэр дэтхэнэ махуэри, мазэри, илъэсри IуэхуфIкIэ гъэнщIауэ къэбгъэщIэнращи, уэ абыкIэ хьэкъ къызытебнэкъым. Сынохъуэхъу къыпхуэна гъащIэр кIыхьыну, мурад дахэу уиIэр зэрыбгъэкIуэщIын гуащIэ, узыншагъэ быдэ уиIэрэ гукъыдэж ущымыщIэу упсэуну!
МЭЗЫХЬЭ Борис, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI.
Хасэм и цIэкIэ
ПщIэ зыхуэтщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд! Укъыщалъхуа махуэм ди Хасэм и цIэкIэ дынохъуэхъу. Узыншагъэ быдэ уиIэну, уи гъащIэр кIыхь хъуну, гуфIэгъуэр уи куэдыну ди гуапэщ. Ди лъэпкъым хуэпщIэ IуэхуфIхэм папщIэ фIыщIэ ин пхудощI. КЪАРДЭН Мухьэмэд, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ. США, Нью-Джерси штат.
ФIыуэ удолъагъу
Адэжь щIыналъэм пэIэщIэу псэухэм ди гум щыщIэмрэ ди насыпыншагъэмрэ къыбгурыIуэу, ди хэкужьым пыщIэжа дыхъужын папщIэ уемышу епхьэкI лэжьыгъэхэм щхьэкIэ дэ, хэхэс адыгэхэм, ди гущIэм лъагъуныгъэ лей щыпхудохъумэ. Сынохъуэхъу адыгэ лъэпкъым ди гъуэгур бгъэнэхун папщIэ еш умыщIэу епхьэкIа илъэс 60-м хуэдитI уи гъащIэм къыпищэну. Сынохъуэхъу лъагъуэ дахэ хэпшу гъащIэм къыщыпкIуа гъуэгуанэм насыпымрэ гуфIэгъуэмрэ уи дамэгъуу иджыри куэдрэ утетыну. Сынохъуэхъу уи гур здэплъэм уи Iэр нэсу, уи дыгъэр уэру къепсрэ уи гъащIэр бзэпсу куэдрэ утхуэпсэуну. ФIыуэ удолъагъу, Мухьэмэд! Уи къуэш Къущхьэ Догъан. Тырку Республикэ, Истамбыл.
Лъагъуэхэш
«Хэти ищIэнуращи, лъэпкъым хурелажьэ», - жиIэгъауэ щытащ адыгэ усакIуэшхуэ Кубэ Шэбан. Дэтхэнэми абы хуищIэфынур зэхуэдэкъым, ар зэлъытари Тхьэр къызэрыхуэупсарщ. Лъэпкъым нэхъыбэ хуилэжьыфыну зэчий зыбгъэдилъхьахэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ЩIэныгъэ IэнатIэм ещхьу, зы пщалъэ гуэрым тету, лъэпкъым хуащIэмрэ хуалэжьымрэ къапщытэу щытамэ, куэд щIат Мухьэмэд профессор цIэр къызэрихьрэ. Лъэныкъуэ куэдкIэ и сэ бэп ирегъэкI Мухьэмэд къызыхэкIа лъэпкъым. ХамэщI щыпсэу адыгэхэмрэ хэкужьым исхэмрэ зэгуэр зэпычыгъа я къуэпсхэр зэпыщIэжыным хуэунэтIауэ абы зэфIигъэкIхэм нэмыщI хэмытми, Мухьэмэд и цIэр лъэпкъ тхыдэм къыхэнэну къилэжьащ. Ар ящыщщ япэ дыдэу хэхэс адыгэхэм я псэукIэр, ахэр зыгъэгуфIэ, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, я щэнхабзэр зыхуэдэр къэхутэным яужь ихьахэм. ЖыпIэ хъунущ а Iуэху щхьэпэм ХьэфIыцIэм лъэпкъ щIэныгъэри иришэлIауэ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60 - 70 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуэу щIедзэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КхъуэIуфэ Хьэчимрэ я гъуэгуанэ тхыгъэхэр, КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ Азие Гупэмрэ щыIэ къэралхэм ди лъэпкъэгъухэр зэрыщыпсэум теухуахэр. ИужькIэ абыхэм къакIэлъыкIуащ хэхэс адыгэхэм къахэкIа дзэзешэ, къэрал унафэщI цIэрыIуэхэм, тхакIуэ, сурэтыщI, уэрэдус Iэзэхэм, спортсмен лъэрызехьэхэм ятеухуа очеркхэр. Щапхъэхэм къадэкIуэу жыIэн хуейщ лъэпкъым и художественнэ дуней еплъыкIэр зэрахъумар, абы зэрызрагъэужьар, ар и лъабжьэу литературэ къызэрызэрагъэпэщар хэхэс адыгэхэм я ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэу зэрыщытыр. Мы дуней щIэщыгъуэм, гъэщIэгъуэным и бжэр япэу къызэIузыхари ХьэфIыцIэрщ. ТхакIуэ-публицистым ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэр къызэхикIухьурэ зэхуихьэсыжащ адыгэ бынхэу хьэрып, тырку литературэхэм гуащIафIэу хуэлэжьахэм я IэдакъэщIэкIхэр. А тхакIуэхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэр а зэманым итхащ. Ахэр лъабжьэ хуэхъуащ «Адыгэ мамлюкхэр» тхылъым (1994 гъэ). Мыр адыгэбзэкIэ тхэуэ хамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъу усакIуэ гупышхуэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ япэу дунейм къытехьа тхылъщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, хэхэс адыгэхэм я жылагъуэ-политикэ псэукIэр, щIэныгъэм, щэнхабзэм я IэнатIэхэм щаIэ ехъулIэныгъэхэр къэхутэным хуэунэтIауэ ХьэфIыцIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэм хыхьащ лъэпкъ щIэныгъэри. Иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм я деж щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуащ хэхэс адыгэхэм ятеухуа тхылъ зыбжанэ. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сыхуейт сэри мы IэнатIэм къэхутэныгъэхэр щезгъэкIуэкIыну Мухьэмэд сызэрытригъэгушхуар. Абы и чэнджэщхэр хуабжьу къысхуэщхьэпащ «Хэхэс адыгэ литературэ: къызэрежьам, и зыужьыкIам ехьэлIа Iуэхугъуэхэр», «Хэхэс дуней», «Адыгэ диаспорэм и литературэм и тхыдэ поэтикэмрэ хэлъ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ» тхылъхэм сыщелэжьым щыгъуэ. ХьэфIыцIэм иришажьэу щIэныгъэм игъэкъабыла хэхэс адыгэ литературэр нобэ лъэпкъ литературэшхуэм (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс литературэхэр къызэщIэзыубыдэм) и зы Iыхьэу къыхэувэжащ, хамэщI къихъухьа ди лъэпкъэгъухэм я художественнэ дуней лъагъукIэ хьэлэмэтыр къыздихьыжри. Сэ мы тхыгъэм кIэщIу зи гугъу щысщIар Мухьэмэд и лэжьыгъэ купщIафIэм и зы Iыхьэ закъуэщ. Мыбы хэткъым адыгэ лъэпкъ щIэныгъэм, гъуазджэм я вагъуэхэм, Израилым ис адыгэхэм ятеухуауэ къыдигъэкIа тхылъхэр, нэгъуэщI тхыгъэшхуэхэр. Мухьэмэд-журналистыр, редакторыр, Мухьэмэд- цIыхубэ лэжьакIуэр, Мухьэмэд-лъэпкъ узэщIакIуэр иджыри къэхутэн хуейуэ щIэныгъэм и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм къапэщыт къалэнщ. Ауэ сыт хуэдэ IэмалхэмкIэ абы и лэжьыгъэ плъыфэбэр къэпхутэну яужь уимыхьэми, и лъэпкъым хуиIэ фIылъагъуныгъэшхуэмрэ пэжыныгъэ быдэмрэ ухуашэнущ.
ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ, щIэныгъэлI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Япэ псалъэр абы ейт
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщысцIыхуам ар «Советская молодежь» газетым щылажьэрт. Сэри еджапIэр къэзухри сыкъэкIуэжауэ ди адыгэ театрым сыщылажьэу, усэ гуэрхэр хуэсхьри сыкIуащ абы и деж. Мухьэмэд гуапэу къысIущIащ, си хъуа-щIахэри къызэмыхъулIахэри къызжиIащ. Абы и ужькIи куэд дэмыкIыу дызэгъусэу Сирием, Иорданием дыкIуауэ щытащ. Абы щыгъуэщ ар нэхъ гъунэгъуу къыщысцIыхуар. Мухьэмэд ди гупым и нэхъыжьу щымыт пэтми, япэ псалъэр абы ейт, сыту жыпIэмэ а къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъу куэдым ар къацIыхурт, фIыуи къалъагъурт. ХьэфIыцIэм и лъэпкъыр зэрилъагъум хуэдэу зылъагъуу адыгэм къытхэтыр куэд хъуркъым. Ар уи фIэщ зыщI лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIащ абы. Ар дипломат Iэзэщ, жылагъуэ лэжьакIуэщ, щIэныгъэлI-тхыдэдж гъуэзэджэщ, тхакIуэщ, журналистщ - и гъащIэ псор лъэпкъ Iуэхум триухуауэ жыпIэ хъунущ. Адыгэр, зэрыщыту республикэр, зэрыгушхуэ хъуну лIы щэджащэхэм ящыщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщалъхуа махуэм сехъуэхъуну сыхуейщ: и къару илъу, и лъэр щIэкIыу, и гъащIэр дахэу, езыр узыншэу фIыуэ илъагъу и адыгэ лъэпкъым куэдрэ иджыри хуэлэжьэну, хуэпсэуну. ИУАН Владимир, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артист.
Лъэпкъ гъуазэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщалъхуа махуэм хъуэхъу папщIэу хузотх
Ди гуапэу Дынохъуэхъур: Насыпыр пхухъу Iэпэгъу, Уи псалъэр Пщалъэ тхуохъур, Лъэпкъ гъуазэу Ди ныбжьэгъу! IэфIщ уи бзэр, Угукъабзэщ, Хьэлэлхэм Уралейщ! Уи гушыIэкIэр Дахэщ… ЩапхъэфIкIэ Укъулейщ: УадогуфIэфыр ГуфIэм, УощIыф Гъуэщахэр хей! Ухыхьэфынщ МафIэкум ЦIыхуфI Къытехьэм лей! Аращ адыгэу ЩыIэм Уэ къыщIыпхуащIри ЩIыхь – ДолъэIур Iэмыр ЗиIэм Къуитыну ГъащIэ кIыхь!
Мысостышхуэ Пщызэбий, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат.
Адыгэ мэIуху ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
Адыгэ жьэгум и уэнжакъым Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ, СызэмыупщIи къэнэжакъым: Хэт а жьэгу мафIэр зэщIэзыщIэр? Адыгэ унэм и хьэщIэщым Адыгэ псалъэр ноби щоIу,- Макъ къэскIэ уи псэм къепэщэщрэ, ИткIухьу псалъэ къэскIэ уиIу. Адыгэ унэм и бжэIупэм ЩаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэ джэгу, - ЩIэуакъым ноби пшынэ Iэпэр, - ЩIалэфIхэм дыщIагъэплъ я лъэгу. Пшыналъэр щоIу хы адрыщIкIи, КъуэкIыпIэ пшэплъым хошыпсыхь. КъухьэпIэ пшэплъым зыкъыщищIкIэ Адыгэ тхыдэр и пшэкIухьщ. Адыгэ къуэпс лъэпкъ мыгъэкIуэдхэр ЗэпищIэжыфу лIы щыIэху, Псэунущ ди адыгэ тхыдэр, ИIэнущ лъэпкъым лъэпкъ мэIуху.
УЭРЭЗЕЙ Афлик. Гъуэгу махуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж Ди вагъэбдзумэр псалъэ хьэсэм Щыдохьыр тIуми махуэ къэскIэ, Дэрэжэгъуэ уэшх, ди псалъэ губгъуэм Къытешхэ, бэв ди хьэсэр хъуным щхьэкIэ. Гъавэ къэкIуэнум жылэр хухыдолъхьэ. КъыщикIыкIыну гуапэу цIыхухэм я гум. Дэ, Мухьэмэд, ди псалъэхэр къедгъэблу ДыщытхэкIэ, бгы задэм ещхьщ ди гъуэгур. Гупсысэр мажэ, зэм шы жэру къызэщIэплъэу, Зэми ирокIуэр лъагъуэ бгъузэм лъэсу. Нобэ, укъыщалъхуа махуэм, Мухьэмэд, Илъэс блэкIахэм уардэу уакъыхэплъэу Уитщи бгы щыгум, Куэд зэлъэбгъэIэсу. Берычэтым и лъэужьыр Къытощыр нобэ къэс къэпкIуа гъуэгуанэм. Иджыри зэщIэпхакъым уи шы-уанэр, А гъуэгуанэр Ягъэбэгъуэнщ иджыри уи Iэужьхэм. Пхурехъу ар уэ гъуэгу махуэ, Иджыри дигухэр Къреуэ куэдрэ лъэпкъым хуэIумахуэу! СОЗАЕВ Ахъмэт, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ.
Апхуэдэщ ди Маринэ Сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхимыхами, ар абы фIы дыдэу къехъулIэнут, къыпхужаIэныр куэд и уасэщ. Апхуэдэщ ди “Адыгэ псалъэм” и насып къихьа ЖьэкIэмыхъу Маринэ. Ди закъуэ ар зи насып къихьар! Ди редакцэм “и щхьэм” къытес “Iуащхьэмахуэ” журналым и редактор нэхъыщхьэ IутIыж Борисрэ жэуап зыхь секретарь Елгъэр Кашифрэ Маринэ ткIэщIашыпэнкIэ дагъэгузавэу, ЖьэкIэмыхъум и лэжьапIэ пэшым щызэблокI. Ди гъунэгъухэм я Iуэху дэкIыну, дауи, дэри ди жагъуэкъым, ауэ иджы “Адыгэ псалъэм” и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу лажьэ Маринэ “Iуащхьэмахуэм” щыкорректорын къудейр къедгъэкIужыркъым. IэнатIэ нэхъ ин абы къыщратыну, абыкIэ дахьэхыну яужь ихьэну Тхьэм жимыIэкIэ, ауэ ди газетым щиIыгъ къулыкъум хуэфэщэн улахуэ хуагъэувамэ, ягъэкорректорми ддэнут, фIыуэ тлъагъу журналым щыуагъэ кIуэ зэрымыхъунум тетщIыхьу. Корректору щыуагъэ къыхигъэкIми, компьютеркIэ тхыгъэр къищыпу ар газетым иригъэзэгъэжми, “Адыгэ псалъэм” и къудамэхэм щылажьэ журналистхэм ятхыр зэригъэзэхуэжми, нэгъуэщI куэди Маринэ “кIуэрыкIуэм тету” жыхуаIэм хуэдэу зэрищIэм псори десэжащ. Гупсэхугъуэ къыдиту, жьы щIэту лажьэ, цIыхугъэрэ гъэсэныгъэрэ зыхэлъ ди Маринэ нобэ и махуэщи, “Адыгэ псалъэм” щылажьэ псоми я цIэкIэ сохъуэхъу, псом япэрауэ, и анэр хуэузыншэну, иджыпсту иIэ къарур мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу и IэнатIэм пэрытыну. Ширдий Маринэ.
ЛэжьэкIэр зэдащтамэ
Иужьрей зэманым куэд дыдэ тражыIыхь щэнхабзэр щытыкIэ гугъум зэрихуам, адыгэ хабзэр адыгэхэм зэращыгъупщэжым. Утепсэлъыхь, уритхьэусыхэ фIэкIа Iуэху пыухыкIа умыщIэмэ, а щытыкIэ гугъум зэи укъикIыфыну къыщIэкIынукъым. Псалъэм папщIэ, щIалэгъуалэм хабзэр зэрамыщIэмкIэ губгъэн дауэ яхуэпщIын ар сабий садхэм, курыт еджапIэхэм щамыджмэ? Лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ сабийм жезыIэнур хэт, адэ-анэхэр махуэ псом лажьэмэ, дадэрэ нанэрэ зи унагъуэм ис, ар зи насып къихьыр мащIэ дыдэмэ? Ауэ псом нэхърэ нэхъ гущIыхьэращи, балигъхэр сабийхэм таурыхъ къахуеджэу, хуаIуатэу зэрыщытар мащIэ-мащIэурэ мэкIуэдыжыпэ, лъэпкъым и псэм къигъэщIа беягъым зы щIэблэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэр нэхъ пэIэщIэ хъууэ. АтIэ, сабийм и гупсысэм, и бзэм зезыгъэужьын нэхъ IэмалыфI дэнэ къипхын! Иджыблагъэ тхылъыфI дыдэ къыдэкIащ Нало Заур зэхуихьэса, зэлэжьыжа таурыхъхэр иту. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь Тхьэмокъуэ Женя елэжьауэ «Адыгэ таурыхъхэм” я япэ томыр дунейм къытехьащ. Абы мыгувэу къыкIэлъыкIуэнущ етIуанэри. А псори хъарзынэщ, ауэ кIуэ пэтми хощI гъэсэныгъэфIым къыщымынэу, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм щIэблэр щIэзыпIыкIыф, анэдэлъхубзэр тэмэму езыгъэщIэф унагъуэхэмрэ егъэджакIуэ гупхэмрэ я бжыгъэм. Жэрдэмым я нэхъ дахэр щащIми, реформэ гуэрхэр къыщрахьэжьэми, зыпэплъам хуэдэ ехъулIэныгъэ къыщыпэмыкIуэр нэхъыбэщ. КIасэ хъуащи аращ, жаIэ психологхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, курыт еджапIэм кIуэн и пэкIэ сабийм анэдэлъхубзэр егъэщIэн, лъэпкъ щэнхабзэм лъабжьэ хуэхъухэм щыгъэгъуэзэн зэрыхуейм тращIыхьу. Ауэ псори зэфэзэщу Iейтэмэ, гъащIэр къэувыIэнти! ЩыIэщ уи гур хэзыгъахъуэхэри. Дэ Налшык дэт 63-нэ сабий садым драгъэблэгъат ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ къызэрагъэпэща зэIущIэм дыхэтыну. Абы щагъасэ цIыкIухэр зыкIэ дахэу адыгэ къафэ къафэхэрти : (Мысачэ Валентинэ щадэлажьэкIэ хуэмыхунт ахэр!), зыкIэ усэ къеджэхэрти, адыгэбзэр къаIурылъэлъу. Ар нэгъабэт щытлъэгъуар. Мы гъэми а сабий садым и гъэсэнхэм зэрызыкъагъэлъэгъуэнур щызэхэсхым, илъэсипщI зи ныбжь си хъыджэбз цIыкIур здэсшэри сыкIуащ, нэгъабэрейр игу зэрырихьар сщIэрти. А «таурыхъыр» аргуэру ди нэгу щIагъэкIащ, нэхъ бей, нэхъ дахэж хъуауэ. Инэрокъуэ ФатIимэ зэхигъэува теплъэгъуэхэр лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм теухуат: атэлыкъым деж щыIэ и къуэм адэр къыкIэлъыкIуащи, абы ирагъэлъагъу зыхуагъэсамрэ зыхуаущиямрэ. МыдэкIэ «пщащэхэм я пэшым» щIэсщ адыгэ фащэ зыщыгъ, макъамэм щIэдэIуурэ алэрыбгъу, арджэн зыщI хъыджэбз цIыкIухэр. Цыр зэIузыщэ балъкъэр пщащэ цIыкIум и анэдэлъхубзэмкIэ къытхуеIуатэ ищIэр, арджэным бгъэдэсми, и адыгэбзэмрэ и IэщIагъэм зэрыхищIыкIымрэ дэбгъуэн щыIэкъым. Сабийхэм зыхамыгъэгъуащэу кърабжэкI макъамэ Iэмэпсымэхэм зэреджэр (пшынэ, Iэпэпшынэ, бжьамий, пхъэцIыч), жаIэ ахэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр. Пэшхэм я нэхъ иным щIалэ цIыкIухэр щызохьэзохуэ хэт нэхъ шэрыуэми, хэт нэхъ псынщIэу кIапсэм дэпщеифми зэхагъэкIыну. Ар зыхузэфIэкIым лъагэу кIэрыщIауэ щыта саугъэтыр «и гур зыхьэхуа» пщащэм ирет. КIапсэкIэ зэпокъури, текIуэм утыкур хуит хуащI, къафэр зэхиублэну. Кафе-барым щыдагъэлъагъу гъэсакIуэхэмрэ сабийхэмрэ дэщIыгъуу ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэр. Хэт фи гугъэрэ абыхэм я егъэджакIуэр Къубатий Борисщ, адыгэ шхыныгъуэ лIэужьыгъуэу 600-м я гъэхьэзырыкIэр зэхуэзыхьэсыжарщ. ГъэщIэгъуэныщэр щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр щхьэхуэу Iэнэхэм бгъэдэтIысхьэу, балигъхэм хуэдэу хъуэхъухэр жаIэу, абдеж щызекIуапхъэ хабзэр къагъэлъагъуэу зэрыщыса щIыкIэрщ. ЩIэныгъэмкIэ департаментым, нэгъуэщI сабий садхэм, школхэм къикIа гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ялъэгъуар яхуэмыIуэтэжу зэбгрыкIыжащ. СызэреплъымкIэ, мыпхуэдэ ехъулIэныгъэм лъабжьэ хуэхъур сабий садым и унафэщIхэм я лэжьыгъэм сыт щыгъуи IэмалыщIэ гуэрхэр къызэрыщагъэсэбэпырщ. Псалъэм папщIэ, абыхэм я IуэхумкIэ зыдагъэIэпыкъу гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэу Чурей Дыжьынрэ ТIэбыш Муратрэ. Ахэр зэрызыгъэгъуэтар, апхуэдэ Iуэху зэдэщIэным фIы къызэрыпэкIуэныр зигу къэкIар мы институтым и архивым и унафэщI, сэбэп хъуххэнумэ, щхьэх зымыщIэ Шэпар ХьэIишэтщ. Сабий садым и унафэщI Аброкъуэ Розэ сеупщIат, куэд текIуэдэну мыпхуэдэ Iуэхум жысIэри. КъызэрыщIэкIамкIэ, дэIэпыкъуэгъу къыщалъыхъуэр зэзэмызэххэщ. Езы садымрэ абы зи бын къекIуалIэ адэ-анэхэмрэ я мылъку, гупсысэ зэхэдзэщ псори зэращIэр. Уеблэмэ, Розэ къызэрилъытэмкIэ, ахъшэм нэхърэ абыхэм я дежкIэ нэхъ лъапIэщ адэ-анэм а Iуэхухэм я мыхьэнэр къазэрыгурыIуэр, зэрахузэфIэкIкIэ, къазэрыдэIэпыкъур. ИщхьэкIэ къикIыну унафэм упэплъэу, ахъшэр зэрымащIэм уритхьэусыхэу ущыс зэрымыхъунур абыхэм къагуроIуэ икIи жэрдэмымрэ Iуэху пыухыкIамрэ езыхэм къазэрыбгъэдэкIыным яужь итщ. Къапщтэмэ, школ-сад №63-р адрейхэм зыкIи къащхьэщыкIыркъым, кIуэ зи Iуэхум хуэпэж, фIыуэ хэзыщIыкI лэжьакIуэ гуп зэкъуэува зэрыщыIэм и гугъу умыщIынумэ. Гуапэщ я цIэр къипIуэну Аброкъуэ Розэ, абы и къуэдзэхэу Инэрокъуэ ФатIимэрэ Елмырзай Татьянэрэ, егъэджакIуэ Уэтэр Мадинэ, хореограф Мысачэ Валентинэ, артист ТIымыжь Володя, гъэсакIуэ нэхъыжь Маркозовэ Ноннэ, пщафIэхэу Абазэ Риммэрэ Къардэн Тамарэрэ, нэгъуэщIхэми. Абыхэм я хъуэпсапIэщ я гъэсэнхэм лъэпкъ щэнхабзэр зыхрагъэщIэну, ар я дуней тетыкIэм и пщалъэ ящIыну. ТхылъкIэ къызэрызэгъэпэщари, IэщIагъэлI нэхъыфIхэр Iуэхум къыхашэу зэраублари, езыхэр лэжьыгъэм хуэIэижьу зэрыщытри къэплъытэмэ, сабий садым и IуэхущIафэхэр нэхъри зэрефIэкIуэнур нэрылъагъущ. Апхуэдэ егъэджакIуэхэмрэ сабийхэмрэ щыдиIэкIэ, ди щэнхабзэм зэрызиужьыжынум шэч къытетхьэркъым, жытIэу дызэбгрыкIыжащ хьэщIэхэмрэ адэ-анэхэмрэ. Сыту фIыт апхуэдэ лэжьэкIэр зэдащтатэмэ.
ХьэкIуащэ Мадинэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь.
Кавказым и теплъэгъуэхэр Кавказыр дуней псом щыцIэрыIуэщ и щIыпIэ дахэхэмкIэ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыурэ мыбы цIыху куэд къокIуэ зыщагъэпсэхуну, зыщаплъыхьыну. Зытхьэкъуа къуршхэм, щIыпIэ дахэхэм трахыурэ сурэт куэд абыхэм здахь. Апхуэдэщ Кавказым и теплъэ зэмылIэужьыгъуэхэм сурэт трихыурэ зэхуэзыхьэса Копылов Владимири. Гъатхэпэм и 20-м абы сурэтхэр щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и залышхуэм. ЗэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м Спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Къардэн Мурат, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, студентхэр. Выставкэм щагъэлъэгъуа сурэтхэр икъукIэ дахэт, хьэлэмэтт. Абыхэм яхэтт Кавказым щыпсэу цIыхухэм лъэпкъ фащэхэр ящыгъыу, Iуащхьэмахуэ, Казбек, нэгъуэщI щыпIэ дахэ куэдми я теплъэхэр зэрыт сурэтхэр. Ахэр нэхъ дахэж къыпщагъэхъурт теплъэгъуэхэр къыщигъэлъагъуэкIэ Копыловыр музыкэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэуэ макъамэхэм. Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым сурэт 370-м нэс къишащ. Ди деж къэсын и пэкIэ ахэр щигъэлъэгъуащ Москва, Санкт-Петербург, Чегет. Сурэттехым зэрыжиIэмкIэ, нэхъыбэу гу зылъытапхъэу абы и сурэтхэм хэтыр Кавказым щыпсэухэм я теплъэрщ, абыхэм я цIыхубзхэм я дахагъэмрэ цIы- хухъухэм я жанагъымрэщ. Мыпхуэдэ сурэт гъуэзэджэхэр техыным зэман куэд тегъэкIуэдэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым,- жиIащ Къардэн Мурат. - Ар икIи лэжьыгъэ хьэ- лъэщ. Ауэ сэ си щхьэкIэ икъукIэ си гуапэ хъуащ ди щIыналъэ дахэр дуней псом щалъагъуну иджы Iэмал щыIэ зэрыхъуар. Ар зи фIыщIэри нобэ ди хьэщIэ Копылов Владимирщ. Копылов Владимир триха сурэтхэм ущеплъыфынущ интернетым и мыпхуэдэ сайтым: www.elbrusI.com.
ЖЫЛАСЭ Замир.
ЦIыхухэм я гукъыдэжыр къаIэту Гъатхэпэм и 23-м Музыкэ театрым щекIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэмрэ ди республикэм и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Майерэ я пшыхь дахэ. Илъэс куэд хъуауэ сценэр зыгъэдахэ Майерэ Iэдэмрэ я гуфIэгъуэр даIыгъыну цIыху куэд дыдэ театрым къекIуэлIат. Юбилярхэм гуапэу ехъуэхъуащ Бахъсэн, Лэскэн районхэм къикIа лIыкIуэхэр, КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я союзым и тхьэмадэ Къумахуэ Мухьэдин, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Таукеновэ Галинэ, ди республикэм щIыхь зиIэ и артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Музыкэ театрым и унафэщI Мэкъуауэ Хьэсэн, Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI Дау Марьянэ, Мэршэнкъулымрэ Бесчокъуэмрэ я ныбжьэгъу, лэжьэгъу куэд. Пшыхьыр щIэщыгъуэу екIуэкIащ. Iэдэмрэ Майерэ уэрэд куэд жаIащ, ахэр зыхэта оперэхэм, опереттэхэм щыщ Iыхьэхэр ягъэзэщIащ. Апхуэдэу пшыхьыр я уэрэдхэмкIэ ягъэдэхащ Хъупсырджэн Албэч, ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Къуныжь Алим, Мэкъуауэ Хьэсэн, Музыкэ театрым и нэгъуэщI артистхэми. ИСТЕПАН Залинэ. Сурэтым: Iэдэмрэ Майерэ “Проданная невеста” спектаклым щыщ пычыгъуэ ягъэлъагъуэ.
ДызыхуэкIуэ мазэм екIуэкIыну зэIущIэхэр Премьер-лигэ Ещанэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 1 (щэбэт) «Спартак» (Москва) - ЦСКА (Москва) «Шинник» (Ярославль) - «Томь» (Томск) Мэлыжьыхьым и 2 (тхьэмахуэ) «Локомотив» (Москва) - «Спартак» (Налшык) «Рубин» (Къэзан) - «Луч-Энергия» (Владивосток) «Москва» (Москва) - «Крылья Советов» (Москва)
УЕФА-м и Кубок. Финалым и 1/4-нэ. ЕтIуанэ зэIущIэ Мэлыжьыхьым и 6 (махуэку) «Зенит» (Санкт-Петербург) - «Севилья» (Испание) ЕплIанэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 8 (щэбэт) ЦСКА - «Томь» «Москва» - «Луч-Энергия» «Сатурн» - «Шинник» «Ростов» - «Торпедо» Мэлыжьыхьым и 9 (тхьэмахуэ) «Спартак» М. - «Локомотив» «Амкар» - «Динамо» «Крылья Советов» - «Зенит» «Спартак» Н. - «Рубин»
Урысей Федерацэм и Кубок. Финалым и 1/4-нэ Iыхьэ. ЕтIуанэ зэIущIэ Мэлыжьыхьым и 12 (бэрэжьей) «Локомотив» - «Спартак» «Динамо» - «Сатурн» «Торпедо» - «Зенит» ЦСКА - «Рубин» Етхуанэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 15 (щэбэт) «Локомотив» - ЦСКА «Зенит» - «Луч-Энергия» Мэлыжьыхьым и 16 (тхьэмахуэ) «Рубин» - «Спартак» М. «Москва» - «Спартак» Н. «Торпедо» - «Крылья Советов» «Шинник» - «Амкар» «Томь» - «Сатурн» Мэлыжьыхьым и 17 (блыщхьэ) «Динамо» - «Ростов» Еханэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 22 (щэбэт) ЦСКА - «Сатурн» «Амкар» - «Томь» «Луч-Энергия» - «Торпедо» Мэлыжьыхьым и 23 (тхьэмахуэ) «Спартак» М. - «Москва» «Локомотив» - «Рубин» «Ростов» - «Шинник» «Крылья Советов» - «Динамо» «Спартак» Н. - «Зенит» Ебланэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 29 (щэбэт) «Рубин» - ЦСКА «Торпедо» - «Спартак» Н. «Динамо» - «Луч-Энергия» Мэлыжьыхьым и 30 (тхьэмахуэ) «Москва» - «Локомотив» «Зенит» - «Спартак» М. «Шинник» - «Крылья Советов» «Томь» - «Ростов» «Сатурн» - «Амкар»
|
|||||||||||||||
И адэ Мусэбийрэ и анэ Бабцинэрэ. Зеикъуэ къуажэ, 1981 гъэ
|
ЦIагъуэ Нурий и къуэ Хьэбыжрэ Ахъмэт МуIэедрэ и гъусэу. Баальбек, 1969 гъэ, гъатхэпэ мазэ
|
||||||||||||||
Айдемир (Выщхьэ) Иззет и унагъуэм щохьэщIэ. Анкара, 1971 гъэ, мэлыжьыхь мазэ
|
Уэдисир къалэм и тхьэмадэхэм хэку хъыбар хуеIуатэ. 1972 гъэ, гъатхэ мазэ
|
||||||||||||||
«Кавказ Ищхъэрэ» центрым иригъэблагъэ. Нью-Джерси штат, Паттерсон къалэ, 1988 гъэ
|
Вупперталь къалэм щыIэ Адыгэ Хасэм. 1986 гъэ, мэлыжьыхь мазэ
|
||||||||||||||
Токио щылажьэ Диснейлендым. 1990 гъэ, фокIадэ мазэ
|
Дагъыстэным и цIыхубэ тхакIуэ Алиевэ Фазурэ и щхьэгъусэ Дол Розэрэ я гъусэу. Пекин къалэ, 1990 гъэ, фокIадэ мазэ
|
||||||||||||||
И ныбжьэгъу ЛIыIув Абдул-Хьэмид щIыгъуу Хайфэ къалэр къеплъыхь. 1995 гъэ, накъыгъэ мазэ
|
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм «Хэхэс адыгэхэр» еплъыныгъэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щрегъэкIуэкI. Выставкэм къеблэгъащ Иордан принцессэ Уиджан. Налшык, 2004 гъэ, мэкъуауэгъуэ мазэ
|
||||||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
|||||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
||||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||||
|