ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм щIышылэм и 24

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ -

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

 

И КЪАЛЭНХЭМ ЗЭРЕМЫГУГЪУМ КЪЫХЭК1ЫУ УНАФЭЩ1ЫР ТРАГЪЭК1

 

Iулъхьэ зэIэпыхыным ебэнынымкIэ хъыбар зэрырагъащIэ телефон линэу КъБР-м и Президентым и Администрацэм и деж щагъэувам 2006 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэ­дзауэ щIышылэм и 23-м нэсыху республикэм и цIыхухэр 317-рэ псэ­-      лъащ.

   КъБР-м и Президентым и Администрацэм хабзэхъумэ органхэмрэ гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ я лэжьыгъэр зэгъэуIунымкIэ и управленэм и консультант Байчекуев Аслъэн щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, псэлъахэм я зэхуэдитIым къаIэтар езыхэм я щхьэм ехьэлIа лъэIухэмрэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмрэщ, процент 12-р – и зэманым лэжьап­щIэ къызэрамытым, проценти 10-р - медицинэ Iуэхут­хьэбзэхэр тэмэму къызэ­рыхуамыщIэм, проценти 9-р   - щIыпIэ самуправленэм и органхэм я лэжьыгъэм арэзы укъызэримыщIым иротхьэусыхэ. Iулъхьэ зэIэпы­хыным ехьэлIа хъыбар къе­зыгъэщIар къэпсэлъа псоми я процент 19-рщ.

   ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ абыхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ къызэрызэпаудым ехьэлIа дэтхэнэ тхьэусыхафэри зыхуэфащэ ведомствэхэм къапщытэ. Къапщтэмэ, узыншагъэр хъумэным и IуэхущIапIэхэм языхэзым и унафэщIым теухуауэ япэкIэ къызэрыт­хьэусыхауэ щытам теухуауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм ипкъ иткIэ ­иджыпсту а унафэщIым и Iу­э­хум хоплъэ икIи ар и ­къулыкъум трагъэкIыну къыщIэкIынущ.

 

КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

 

 

Мылъкур трагуашэ

 

   Мейкъуапэ. «Адыгэ Респуб­­­ликэм и бюджетым и IуэхукIэ» Законым дэщIыгъужынхэм иджыб­лагъэ хэплъащ щIыпIэ пар­­ламентым бюджетымкIэ и ко­­митетыр.

   Комитетым хэтхэм тэмэму къалъытащ бюджетым и хэхъуэ Iыхьэм сом мелуан 37-рэ зэрыщIагъуар, ауэ хэщI Iы­хьэм теухуауэ зэгурымыIуэ­ны­гъэ къыхэкIащ - финансхэм­кIэ министр Кирилловэ Татьянэ бюджетым иIэну дефицитым процент 15-кIэ хагъахъуэу зэримыдэр щхьэтечу жи­Iащ.

   Республикэм и Правительст­вэм и унафэщI Хьэгъур Асфар депутатхэм елъэIуа щхьэкIэ, бюджетым и хэщI Iыхьэм зэ­хъуэ­кIыныгъэ халъхьэн яда­къым.

   Адыгейм и бюджетыр иджыри къыздэсым къыщIамыщтар республикэм и щIыпIэ самоуправленэм ехьэлIауэ екIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэрщ: муниципалитетыщIэхэм мылъкур зэрытрагуэшэну щIыкIэр иджыри яубзыхуакъым.

 

Хэхыныгъэхэм я IуэхукIэ

 

   Президент Щэумэн Хьэзрэт иджыблагъэ IущIащ Адыгейм и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Хъут Юрэ. Ахэр тепсэлъы- хьащ гъатхэпэм 12-м республикэм щIыпIэ депутатхэр зэрыщыхахынум зэрыхуэхьэзырым.

   Щэумэн Хьэзрэт къыхи­гъэ­щащ хэхыныгъэхэр дагъуэншэу зэхэтыным къэрал властым и IэнатIэхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэн зэрыхуейр.

 

УнафэщIыр яхъуэж

  

   Черкесск. «КавказВеб. нет» порталым и администрацэм и унафэкIэ абы и администратору ягъэуващ Къэрэшей-Шэр­джэ­сым щалъхуа, илъэс куэд­кIэ Санкт-Петербург щыпсэуа Шыбзыхъуэ Лилэ.

   Адыгэ бзылъхугъэр «Кавказ Веб. нет» сайтым япэ дыдэу дэлэжьэн щIэзыдзахэм яхэтащ икIи тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ щIэ­джыкIакIуэхэр къыдихьэхащ.

   Шыбзыхъуэ Лилэ и пэкIэ а къу­лы­­къум тета КIэкIыхъу Азэ­мэт и дохутыр IэщIагъэм пи­щэжмэ нэхъ къищтащ.

 

Хущхъуэ ят

 

   2005 гъэм къриубыдэу Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхухэм льготэкIэ ят хущхъуэ рецепту хуат­хащ мин 405-м щIигъу, сымаджэщхэм зыщрагъэIэзащ мини 7,6-м.

   Апхуэдэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къыщигъэлъэгъуащ республикэм узыншагъэр хъумэ­ным­кIэ и министр Хапчаев Умар иригъэкIуэкIа пресс-конференцым.

 

КъыщIикIуэтын

ялъагъукъым

 

   Сыхъум. Абхъазым и Президент Бэгъэпщ Сергей къы­зэ­ри­лъы­тэмкIэ, игъуэ хъуащ СНГ-м хыхьэ къэралхэм илъэсипщI и пэкIэ республикэм къращIылIауэ щыта экономикэ дэкъузэныгъэхэр ягъэувыIэну.

   «Абхъазым къращIылIа экономикэ дэкъузэныгъэхэм Грузием политикэ фейдэ къыхуи­хьа­къым икIи къыхуихьыну­къым. Абы щхьэкIэ нэхъ Iэсэ ды­хъуакъым. Абхъаз лъэп­къым и хуитыныгъэр зэри­хъуэ­жын е щIихъуэжын хуей щхьэусыгъуэ щыIэкъым», - яжриIащ журналистхэм ­иджы­­­­­­­­-  б­­­­­­­лагъэ Бэгъэпщ Сергей.

   Президентым къыхигъэщащ апхуэдэ унафэ мыщхьэпэм республикэм игъуэту щыта пса­па­щIэ дэIэпыкъуныгъэхэри нэхъ мащIэ зэрыхъуар.

 

Хьэщыкъуей Олег.

 

САБИЙХЭМ ЯХУОУПСЭ

Жор Плъыжьым и Къэ­бэрдей-Балъкъэр къудамэм Налшык къыхуищэхуащ сабийхэм гъэшхэкI зэрыхуапщэфI стерилизатор. Абы те­кIуэ­да ахъшэр къэзыу­тIыпщар Жор Плъы­жьым­ и дунейпсо комитетырщ. Иджыблагъэ оборудованэ лъэпсейр Iэрагъэхьэжащ Налшык и 1-нэ сабий поликлиникэм.

   Законхэм япкъ ит­кIэ, и ныбжьыр илъэс ири­къуху, пщIэншэу гъэш­хэкIкIэ дэтхэнэ сабийри къэралым къызэригъэпэщын хуейщ. 1-нэ сабий поликлиникэм цIыкIухэм папщIэ гъэшым къыхе­щIыкI ерыскъы зэмылIэужьыгъуэу 12. ИкIи абы и Iуэхутхьэбзэр къэзыгъэсэбэпыр мащIэкъым, ма­-         зип­лI­ ныбжьым щыщIэ­дзауэ, сабийм и шхыныр нэ­хъыбэу икIи зэмылIэужьыгъуэу щытмэ зэры­нэ­хъыфIым къыхэкIыу.

    Сабийхэм папщIэ гъэшхэкI щагъэхьэзыр пщэфIа­пIэр Налшык къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 50 ирикъуащ. А зэманым къри­убыдэу абы и оборудовэнэр апхуэдизкIэ тIо­рысэ хъуати, къагъэсэбэпыну хуит ящIыжтэкъым. ЩIэ­рыщIэу къахузэгъэпэщыжыр ремонт ящIа щхьэ­кIэ, стерилизатор лъа­пIэр къахуэщэхутэ­къы­ми, Iуэхур зэтеувыIэпат.

   Сом мин 465-рэ и уасэ сте­рилизаторым щIыгъуу, Жор Плъыжьым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм цIыкIу­хэм папщIэ къищэхуащ сабий ерыскъы зэ­рап­щэфI хьэкууи тIу.

 

Бей Эльмирэ.

 

«СПАРТАКЫМ» БЮДЖЕТ АХЪШЭ ТЕК1УЭДЭНУКЪЫМ

ПыIэзэфIэхь зэманщ иджыпсту Налшык и “Спартакым” и тренерхэмрэ футболистхэмрэ я дежкIэ. Абыхэм фIы дыдэу къагуроIуэ мы гъэм япэу зыхэтыну премьер-лигэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хуэфащэу ирихьэлIэн папщIэ щIыма­хуэм и кIыхьагъкIэ ерыщу зэрызыгъэхьэзырыпхъэр. Аращ зэманыр зэгъэзэхуауэ къыщIагъэсэбэпыр. Мис, Тыркум къызэрикIыжрэ махуищ-плIы дэкIауэ аращи, аргуэру йожьэхэ. Абы и пэ къихуэу журналистхэр “Спартакым” и тренер нэ­хъыщхьэ Красножан Юрэ IущIащ.

   - Юрэ, щэбэт кIуам фы­къыз­дикIыжа Тыркум фигу илъа псори щывгъэзэщIэ­фа?

   - ЗэрыфщIэщи, щIышылэм и 6-м щыщIэдзауэ и 19 пщIон­дэ Тыркум и щIыналъэ Сиде зыщыдгъэсащ. А лъэхъэнэм­кIэ хуабжьу сыарэзыщ икIи зыхуэдгъэувыжа къалэн псори дгъэзэщIэн тхузэфIэкIащ. Ар, дауи, и фIыгъэщ хэгъэрейхэм Iэмал хъарзынэхэр къызэрыдатам. Къапщтэмэ, ди командэм и закъуэ ейуэ топ щы­джэгу губгъуэ, тренажер пэш, бассейн, теориемкIэ дерсхэр ще­дгъэкIуэкIын класс, дызы­щIэса хьэщIэщым хэту е и гъунэгъу дыдэу, диIащ. Дэри тлъэкI къэдгъэнакъым икIи зыгъэпсэхугъуэ махуэ къыхэдмыгъахуэу а тхьэмахуитIым дылэ­жьащ.

   - Абы щевгъэкIуэкIа зэIущIиплIми текIуэныгъэ къыщыфхьащ. А ехъулIэны­гъэхэр щыхьэт техъуэфыну мы гъэм “Спартакым” хэту джэгунухэр белджылы къэхъуу?

   - ЗэкIэ апхуэдэу схужыIэну­къым. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр ди командэм текIуэдэну мылъкур иджыри зыхуэдизыр зэрыдмыщIэрщ. Ар мыубзыхуауэ футболистхэмрэ абыхэм ядэлэжьэнухэмрэ дапхуэдиз ахъшэ пхуетынуми пщIэр­къым. Иджыблагъэ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен и пресс-конференцым къызэрыщыхигъэщащи, Налшык и “Спартакыр” премьер-лигэм щыджэгуфын папщIэ республикэм и бюджетым къыхэкIыу ахъшэ хуаутIып­щы­нукъым. Абы папщIэ спонсор лъэщхэр къэгъуэтын хуейщ икIи ар зэман пыухыкIа зыте­кIуадэ Iуэхугъуэщ. Ауэ, дауэ щытми, щIэгъэкъуэныншэу дыкъызэрымынэнур гурыIуэ­гъуэщ. Ар къэтлъытэри, къы­т­Iэрыхьэну дызыщыгугъ мылъкур илъэсым тедгуэшащ. ЗанщIэу жысIэнщи, ар япэ дивизионым и командэ курытым и бюджетщ. Дауи, футболистхэм я улахуэу щытынури премьер-лигэм щыджэгу адрейхэм нэхърэ нэхъ мащIэнущ. АдэкIэ мылъкукIэ къыддэIэпыкъун нэхъыбэу къыкъуэкIмэ, абыхэм я Iуэхури ефIэкIуэнущ. Аращ нобэкIэ зэрыщытыр икIи абыкIэ арэзыхэрщ командэм къыхэнэнур, дауи, я Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ арэзы дыкъащIмэ.

   - АтIэми, фызыкIэлъып­лъа­хэм ящыщу хэт сымэ тренерхэм нэхъ фигу ирихьа?

    - Ари нывжесIэфынукъым, сыту жыпIэмэ, зыгуэрхэм дащытхъуу зэхахмэ, дэ нэхърэ нэхъ къулей, ахъшэ нэхъыбэ къезытыфыну нэгъуэщI командэхэр абыхэм яужь къихьэ­нурэ ткIэщIашынущ. Ауэ сы­бзыщIынкъым апхуэдэхэр зэрыщыIэр икIи ахэр зэрымы­мащIэр. Иджы Iуэхур зэлъытар яхуэдгъэлъэгъуэфыну ула­хуэр зыхуэдизынурщ. Арэзы темыхъуэмэ, нэгъуэщI щIыпIэ­хэм командэ къыщалъыхъуэнущ, дэри диIэхэм дахэщыпыхьынущ. Апхуэдэу къэхъумэ, ди республикэм щыщхэращ ды­къызыхуэнэжри, абыхэм я зэфIэкIыр нэсу къызэрыдгъэсэбэпыным дыхущIэкъунущ.

   - Абы щыгъуэм къыд­жепIэ­фыну нэгъабэ елъытауэ хэт сымэ командэм хэмытыжынуми?

   - Апхуэдэхэр куэд хъуркъым - Эдисон Пирес, Сиукаев Гамлет, Кузьмичев Владимир, Москва и “Локомотивым” зыхагъэ­хьэжынумэ, Концедалов Роман сымэ. Адрейхэм я Iуэхур иджыри зэхэкIыпакъым. НобэкIэ, къапщтэмэ, контрактхэм зы­ми Iэ тридзакъым, тренерхэри дыхэту. Нартсанэ (Кисловодск) дызэрыщыIэну махуэ зыбгъупщIым зыкъом зэхэ­кIыну дыщогугъри, абы иужькIэ нэхъ пыухыкIауэ дытепсэлъыхьынщ.

   - Тыркум щевгъэкIуэкIа зэIущIэхэм къытедгъэзэжынщи, абыхэм арэзы фыкъащIа?

   - ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, абыхэм псоми дыщы­те­кIуащ, ауэ а бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ уи щхьэр ебгъэгъэуназэ хъунукъым. Япэрауэ, ахэр псори зэ­ныбжьэ­гъугъэ зэIущIэхэщ. ЕтIуа­нэрауэ, апхуэдэхэм и деж дэтхэнэ тренерми зы мурад гуэр иIэщи, зи яужь итыр ар зэрызригъэхъулIэнырщ. Пэжщ, гуапэщ ди хьэрхуэрэ­гъу­хэм дазэрефIэкIар. Псом­ ­хуэмыдэу гушхуэныгъэ къыдет УЕФА-м и кубокым щIэбэнахэу Бельгием и “Шарлеруамрэ” Самарэ и “Крылья Советовымрэ” дазэрытекIуам. Ауэ, иджыри зэ къыхызогъэщри, апхуэдэ зэ­Iу­щIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр зэлэжьыпхъэхэр къыщIэ­гъэ­щы­нырщ. Апхуэдэхэр наIуэ хъуащ­ икIи абыхэм нэхъ те­гъэ­щIауэ адэкIэ зыдгъэхьэзырынущ.

   - Нартсанэ фыкъикIыжа и ужькIэ хамэ къэрал иджыри фыкIуэну?

   - Мазаем (февралым) и 6-м щегъэжьауэ и 22 пщIондэ Тыркум тедгъэзэну ди гугъэщ. Нэхъыбэу зытедгъэщIэнур зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр егъэ­кIуэкIынырщ. А лъэхъэнэм ди гъусэу абы щыIэнущ Польшэмрэ Украинэмрэ я командэ зыб­­жа­нэ, премьер-лигэм хэтхэу “Шинникыр”, “Ростовыр”, “Ам­ка­рыр”. Аращи, дызыдэджэгун, ди зэфIэкIыр здынэсар щы­дгъэлъэгъуэн гъунэжу ди­Iэнущ.

   - АбыкIэ зэхьэзэхуэм зы­хуэ­гъэхьэзырыныр къэвухыну?

   - Хьэуэ. Иужь дыдэу Сочи е, зэпеуэм Москва щыщIэддзэну­мэ, къэралым и къалащхьэм зэхьэзэхуэр щIидзэхукIэ зыщыдгъэсэну дыкIуэнущ.

   - Алчагиров Алий тренерхэм щIыхагъэхьам, дауи, щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэщ.

   - Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым и гъэсэн нэ­хъыфI­хэм ящыщ зыщ, Минск и “Динамом”, Владикавказ и “Спартакым” ехъулIэныгъэ щиIащ, Налшык и “Спартакым” джэгун щыщIидзащ икIи абы щиухащ. Алчагировыр топджэгум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIа­гъэлIщ, лигэ нэхъыщхьэм хэтауэ Iэза­гъышхуэ иIэщ. Дыщогугъ ар ди командэм хуабжьу сэбэп хуэхъуну. Абы и пэкIэ а къалэныр зыгъэзэщIа Гъубж Вячеслав дяпэкIэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнущ. Ар мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ IэнатIэ гугъущ.

   - Ди “Спартакым” мы гъэм и къалэн нэхъыщхьэу щытынур яубзыхуа?

   - Шэч хэмылъу ар, дауи, премьер-лигэм зыщыдгъэбыдэнырщ. Абы дызэрыкIуэфа къудейр зэи димыIа лъагапIэ инщ. Налшык и “Спартакыр” къэралым и командэ нэхъыфIхэм къахэнэфмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым адэкIи зыужьыныгъэ игъуэтынущ. Армырамэ, шынагъуэ щыIэщ псынщIэ дыдэу дыкъехуэхыжыну, командэ лъэрызехьэ ­куэдым къазэрыщыщIам хуэдэу. Ауэ, дауэ хъуми, дэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым футболым дихьэххэр дгъэгушхуэн, ди республикэм и щIыхьыр лъагэу тIэтын папщIэ.

   - Ар тынш зэрымыхъунум и нэщэнэщ зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIынум и календарым и проектыр. Абы ипкъ иткIэ налшыкдэсхэр зэкIэлъ­хьэужьу ядэджэгунущ нэ­гъа­бэрей зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьам щыщIэдзауэ къехыу.

   - Дэри абыкIэ дыарэзы­къым. Япэ дыдэу премьер-лигэм хыхьа командэр къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм зэкIэлъхьэужьу щIыхуэзэн щы­Iэтэкъым, абыхэм къыхагъащIэмэ, футболистхэм я лъэр щIигъэхункIэ хъунущ. Ауэ абыхэм тэмэму дапэщIэтыфмэ, ди Iуэхур кIуэ пэтми нэхъ тынш зэрыхъунуми фIы хэлъщ.

   - АбыкIэ сэбэп хъуфыну къыщIэкIынущ Германием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым къыхэкIыу премьер-лигэм ейр мазитIкIэ зэрызэпыунур.

   - Япэ зэIущIэ зыбгъупщIым иужькIэ ди щыуагъэхэмрэ дызыхунэмысахэмрэ дыхэлэжьыхьыжыну Iэмал гъуэзэджэ ди­I­э­нущ. Ауэ абы щхьэкIи хуэ­фэщэн мылъку дбгъэдэлъын хуейщ, дызэрыщыгугъауэ къыщIэмыкIа футболистхэр тхъуэжыфын хуэдэу.

   - АдэкIэ къэтщIэну ды­хуейт “Спартак” стадионыр зэхьэзэхуэм хуэгъэхьэзыныр зэрекIуэкI щIыкIэр.

   - ЗэкIэ псори тэмэм хуэдэщ. Абы щыхьэт техъуащ Урысей профессионал лигэм и лIыкIуэу щэбэт кIуам Налшык щыIар. КъызэрыджаIамкIэ, апхуэдэурэ елэжьмэ, ди стадионыр и зэманым ирихьэлIэу зэхьэзэхуэм хуэхьэзырынущ. ЗэкIэ, регламентым къызэригъэувым тету, Псыхуабэ зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ, зыгуэркIэ дыдейр мыхъумэ, абы дыщыджэгуну. Ауэ ущыгугъ хъунущ пэщIэдзэ зэIущIэ­хэм щегъэжьауэ ди хьэрхуэрэгъухэр Налшык къыщедгъэ­блэгъэну Iэмал диIэну. Къезэгъкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэр къахуэмыгъэсу зыпэплъэ я дэрэжэгъуэр къызэпыбудыну.

Зытхыжар

Жыласэ Заурщ.

Сурэтыр тезыхар

Елъкъэн Артурщ.

 

 

ГУЛЪЫТЭ ХУАЩ1

“Гладиаторым” и президент Хъупсырокъуэ Назир къыб­гъэ­дэкIыу стипендие хуагъэуващ - мазэ къэс сом минитху - иджы­благъэ дунейм ехыжа тренер гъуэзэджэ Ныр Сеф и унагъуэм.

   “Гладиатор” спорт клубым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжахэм ящыщщ дзюдом ныбжьыщIэ нэхъыбэ дегъэхьэхыныр, абы хъыджэбз цIыкIухэри къыхэшэныр. Клубым и къызэгъэпэща­кIуэхэр спортсменхэм, абыхэм я гъэсакIуэхэм хуэфащэ гулъытэ хуэзыщI, жаIам тебгъуэтэж цIыху зэтетхэщ икIи IуэхуфI куэд зэфIагъэкIащ.

    КъызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Хъупсырокъуэ Мурат иджы­благъэ Налшык щыIащ. Ар къызытекIухьар спортсменхэм гуапэ ящыхъуа Iуэхут: спортсмен ныбжьыщIэхэм ящыщу иужьрей зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр къыщызыхьахэмрэ призер щы­хъуа­хэмрэ ахъшэ саугъэтхэр яритащ.

   Iыхьэншэ хъуакъым тренерхэри. Хабзэ зэрыхъуауэ абыхэм ира­тащ бжьыпэр зыубыда я гъэсэным хуагъэува ахъшэ саугъэтым и Iыхьэ ныкъуэм хуэдиз. Ауэ дзюдом къыхаша пщащэхэм ящыщу текIуэныгъэ къэзыхьахэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ я саугъэтхэр зэхуэдэщ.

   “Дзюдоистхэм я гъэсакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ Ныр Сеф зэрытхэмытыжыр жагъуэ тщыхъуащ. ИпэжыпIэкIэ тренер нэс тфIэ­кIуэ­дащ, абы гугъуехьхэри къызэришэнур гъэсакIуэхэми, спорт­сменхэми зыхащIэу си гугъэщ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ абы и унагъуэм зы­щIэдгъэкъуэну мурад тщIащ. “Гладиаторым” и президентым къыбгъэдэкIыу ягъэува стипендиехэм щIыгъуу унагъуэм иратынущ Нырым и гъэсэну щытахэу 2006 гъэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр къыщызыхь, призер щыхъу дзюдоистхэм ират ахъшэ саугъэтым и зэхуэдитIым хуэдизи”,- жиIащ Хъупсырокъуэ нэхъыщIэм.

   Ныр Сеф и унагъуэм хуащIа гулъытэм, спортсмен ныбжьы­щIэ­хэу 60-м, абыхэм я гъэсакIуэхэр зэрагъэпажам папщIэ тренерхэм къабгъэдэкIыу Емкъуж Мухьэмэдрэ Ибрэхьим Борисрэ хьэщIэм фIыщIэ хуащIащ.

Уэрдокъуэ Женя.

 

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]