ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм гъатхэпэм и 22

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ - бесплатный счетчик на любой вкус!

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

ДИ КЪУЭШ РЕСПУБЛИКЭХЭМ

 

Белоруссиемрэ Абхъазымрэ зыпещIэ

 

   Сыхъум. Грузием и Президент Саакашвили Михаил къызэрилъытэмкIэ, илъэситI и пэкIэ Тбилиси щекIуэкIа революцэм хуэдэ Белоруссиеми къыщымыхъуу хъунукъым.

   “БелоруСсиер Грузием зыкIи къепха­къым, ауэ абы и цIыхухэр хуит къэмыхъужауэ Европэр зэгухьа хъунукъым. Минск и зэранкIэ Грузиеми дуней псоми мамырыгъэ щыIэкъым. Аращ дэ Абхъазми Осетие Ипщэми унафэ щIыхуэдмыщIыфыр. Белоруссием и щхьэхуитыныгъэм щхьэкIэ иджыпсту абы щекIуэкI бэнэныгъэм хуэдэщ дэри Абхъазым щедгъэ­кIуэкI Iуэхугъуэхэр”, - яжриIащ щIыпIэ журналистхэм Саакашвили Михаил.

 

ГъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэхэр

 

   АбхъазымкIэ пхрыкIыуАрмениемрэ Урысей Федерацэмрэ я гъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэхэр ирагъэжьэжын мурад щыIэщ. Ар иджыблагъэ жиIащ УФ-м и лIыкIуэу Ереван щыIэ Павлов Николай.

   2006 гъэм щIышылэм и 21-м “Урысей гъущI гъуэгу” ОАО-м, “Ермэлы гъущI гъуэгу” ЗАО-м, “Куржы гъущI гъуэгу” ООО-м я Iэтащхьэхэм унафэ къащтауэ щытащ Сочи-Тбилиси гъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэр егъэжьэжыным ехьэ­лIауэ бизнес-проект зэхагъэувэну. Куэд мыщIэу абыхэм къахыхьэнущ Азербайджаным и IэщIагъэлIхэри.

 

Дин унафэщIхэр хахыж

 

   Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Ставрополь краймрэ я муслъымэнхэм я ебланэ хэхыныгъэ зэIущIэ республикэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

   “Интерфаксым” къызэритамкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Ставрополь краймрэ я муслъымэнхэм я дин управленэм и унафэщIу Бердиев Исмэхьил зэIущIэм щыхахыжащ.

 

Я гукъеуэр зрагъащIэ

 

   Шапсыгъ. Европэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ гуп иджыблагъэ Краснодар крайм щыIащ икIи ахэр яIущIащ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм, зрагъэщIащ абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэхэр, я гу­къеуэхэр, нэгъуэщIхэри.

   Тенджыз ФIыцIэм Iус шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид хьэ­щIэхэр щигъэгъуэзащ лъэпкъыр зыхэт гугъуехьхэм. Псалъэм папщIэ, Краснодар крайм и Уставым иратхакъым шапсыгъ лъэпкъыр игъащIэ лъандэрэ щIыналъэм зэрыщыпсэур, ар я адэжь хэкуу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыуи я тхыдэр, щэнхабзэр яхъумэжыну Iэмал яIэ­къым. Iуэхур къэзылъахъэр щIыналъэр турист кIуапIэу зэрыщытырщ, ар властым зыIэщIигъэкIын мурад иIэкъым. А псом къыдэкIуэу шапсыгъ лъэп­къым щыщхэм пIалъэшхуэкIэ бэджэнду щIы иратын ядэркъым. Апхуэдэу щыхъукIи, нэ­гъуэщI лъэпкъым щыщхэм ар паубыдыркъым.

 

Хьэщыкъуей Олег.

 

МАФ1АЩХЬЭ ДЖЭД

 

Нобэ гъэрэ щIырэ зэхокI, нэгъуэщIу жып­Iэмэ, жэщымрэ махуэмрэ я кIыхьагъыр зэхуэдэ мэхъу. Ижь-ижьыж лъандэрэ а махуэр я гуфIэ­гъуэшхуэу адыгэм ягъэ­лъапIэ, ар лъэпкъ хабзэхэм къезэгъыж-къемы­зэгъыжкIэ е нобэ лъэпкъым зэрихьэ диным и хабзэхэм къитIасэ-къи­мытIасэкIэ зэхимыгъэкIыу. Ауэ, къызэры­щIэ­кIымкIэ, а Iуэхур апхуэдизкIэ гурыIуэгъуэщи, абы зэхэбгъэкIыни хэлъкъым.

   Гъэрэ щIырэ щызэ­хэкIыр гъэлъэпIэным, а махуэм мафIащхьэ джэд укIыным къежьапIэ хуэ­хъуар къытхуиIуэтащ КъБР-м и гуманитар щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ, щIэныгъэхэм я доктор МафIэдз Сэрэбий:

   - Ар лъэпкъыр мажусий диным щитым къежьауэ щыта махуэщ. Щхьэж хузэфIэкIыр - хэт выщIэ, хэти мэл иукIырти, унагъуэр зэрыщыту зэхэсу шхэрт. Гъэ псом а зэрат унагъуэр зэхэсу щышхэр - цIыхухъуи, бзылъхугъи, сабийхэри зы Iэнэм пэрысу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ мафIэм и тхьэу къалъытэ жьэгу гуа­щэм тыхь хуащIу арат, ар унагъуэм хуэфIу щытын папщIэ. ИкIи а ма­хуэр нобэр къыздэсми щIыпIэ куэдым щагъэ­лъапIэ, зэрахьэ диным емылъытауэ.

   Аращи, шэч зыхэмы­лъыжу гурыIуэгъуэр зыщ: мафIащхьэ джэдыр тхьэ куэдым щхьэщэ хуэ­зыщI мажусий диным адыгэхэр щитым щыгъуэ мафIэм и тхьэм зэре­лъэIу Iэмалу къагъэсэбэпу щытащ. АтIэ, нобэ ди лъэпкъым зэрихьэр муслъымэн динырщ икIи занщIэу упщIэ къоув мафIащхьэ тыхьымрэ абырэ зэрызэхэзагъэ щIы­кIэм ехьэлIауэ. А уп­щIэмкIэ зыщыхуэдгъазэм, КъБР-м и муслъымэн дин IуэхущIапIэм и уна­фэщI ПщыхьэщIэ Iэнас къыджиIар мыращ:

   - Гъэрэ щIырэ щызэхэ­кIым хуэдэ гуфIэ­гъуэ махуэ муслъымэн диным хэткъым. Ар Ираным, Азием и нэгъуэщI къэрал зыбжанэм щагъэ­лъа­пIэ­ми, илъэсыщIэ жэщым, мартым и 8-м, майм и      1-м, цIыхухэр зыщы­гуфIыкI нэгъуэщI махуэхэм хуэдэу аращ. Дэ, муслъымэнхэм, дгъэлъапIэу диIэр махуитIщ - нэщI щикIыж хьидымрэ къурмэн хьидымрэ. А тIум нэхъ лъапIэр, нэхъ иныр къурмэн хьидращ. Абы къищынэмыщIауэ, мус­лъымэным тхьэмахуэ къэс махуэ лъапIэ иIэщ -  мэрем махуэрщ.

   Аращи, мафIащхьэ джэдым и Iуэхур муслъымэн диным зыкIи пыщIа­къым.

 

ГъущIо Зариф.

 

ПЫЛ 1ЭУЕС И ДАМЫГЪЭ ЛЪАП1Э

Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академием Москва къикI хъыбар гуапэ къыIэрыхьащ. Урысейм егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Фурсенкэ Андрей и унафэкIэ академием ветеринар медицинэмкIэ и факультетым и кафедрэм и унафэщI, биологие щIэны­гъэхэм я доктор, профессор Пыл Iэуес къыхуагъэфэщащ “Про-фессиональнэ щIэныгъэ нэ­хъыщхьэ етынымкIэ  УФ-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ” бгъэхэIу дамыгъэр.

   Апхуэдэ пщIэ лъагэр республикэм и щIэныгъэлI пажэм къыхуагъэфэщащ егъэ­джэныгъэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ. Iэуес иджыпсту факультетым и япэ курситIым щрегъаджэ. Абы и лэ­жьы­гъэу 120-м щIигъу журнал зэмылIэужьыгъуэхэм къытрадзащ.

   Пыл Iэуес къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэмкIэ и ныбжьэгъухэр, и лэжьэгъухэр гуапэу ехъуэхъуащ.

 

БЭТОКЪУЭ Албэч.

 

АНДЕГРАУНДЫМ И ПАЩТЫХЬ

 

Ди газетым зэрытетащи, Шемякин Михаил ди республикэм щыщыIа махуэхэм ящыщ зым сурэтыщI цIэ­рыIуэмрэ лъэпкъ интеллигенцэмрэ зыхэт зэIущIэ Къэрал концерт гъэ­лъэгъуапIэм щызэхэтащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Балъкъыз Михаил.

   - Фэри фызэрыщыгъуазэщи, ди щIыналъэм щохьэщIэ сурэтыщI, скульптор цIэрыIуэ, ди лъэп­къэгъу Шемякин (Къардэн) Михаил, - жиIащ Балъкъызым. - Абы и щхьэгъусэ Сарэрэ ипхъу Даратеерэ зэригъусэри ди гуапэщ. Ди цIыхухэм яфIэгъэ­щIэгъуэнщ Шемякиным и гъащIэр, и гуащIэр, и лэжьы­гъэр, и IэдакъэщIэкIхэр. КIэ­щIу жы­­п­Iэмэ, цIыху цIэрыIуэм ехьэлIа Iуэху­гъуэ псори.

   ЗэIущIэр къызэIуиха иужь, Балъкъызым псалъэ иритащ езы Шемякиным.

   - Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъэр иджы етIуанэу зэрыс­лъагъур, абы и хьэуа къабзэр зэ­ры­зыхэсщIэр икъукIэ си гуапэщ. Къуршым дыщыIати, си насыпым кърихьэкIащ уэшхыр къешхыу, жьы къепщэм пшэ гуэрэнхэр кърихуэкIыу слъагъуну. Сэ сахуэ­защ бгы лъапэм щIэс къуа­жэ цIыкIухэм щыпсэу цIыху гъуэ­зэ­джэхэм. Зэи сщыгъупщэн­къым ахъшэ къэлэжьыным нэхърэ зыхэпсэукI дунейм зрагъэзэгъыныр япэ изыгъэщ цIыхухэм я нэгу­ ­угъурлыхэр. Си псэм къыбгъэ­дэкIыу си унэкъуэщхэм IэплIэ зэрахуэс­щIами сыщогу­фIыкI.

   Творчествэм и философиемрэ и психологиемкIэ институтым и проект гъэщIэгъуэн къыздэсшащи, си гуапэщ ар цIыхухэм я гум ирихьыну. «Шар в искусстве» выставкэм и лъабжьэр хъурейм гъуазджэм щиубыд увы­пIэрщ, ар сурэтыщIхэмрэ скульпторхэмрэ къызэрагъэлъа­гъуэрщ. Црым Русланрэ абы и ныб­жьэгъухэмрэ оригиналхэм я экспозицэхэр ящIащ, сэ щIэны­гъэ-къэхутэны­гъэ лэжьыгъэхэр къыздэсшащ. ­Илъэс и пэкIэ телевиденэм щхьэ­кIэ сщIа си фильмхэм къыщысIэ­та Iуэху­гъуэхэм ящыщ зыщ мыри. Республикэм и Президент Къано­къуэ Арсенрэ къулыкъущIэхэм­рэ къыд­даIыгъыу мы щIыпIэм Iуэху­гъуэ щхьэпэхэр щыдлэ­жьыну, си институтым и къудамэ къыщызэIутхыну согугъэ. ИпэкIи сцIыхуу щыта Къано­къуэр зи лъэпкъым, зи щIына­лъэм папщIэ куэд зы­щIэну хьэзыр цIыхуу си гугъэщи, шэч къы­тес­хьэркъым абы хузэ­фIэкI къы­зэримыгъэнэнум. Институтым и филиал Санкт-Петербург дэтщ, Путин Владимир и унафэ­кIэ пэшхэр тхухахауэ. Абы сурэт щIыным къинэмыщIауэ, кон­церт­хэр, литературэ зэIущIэ­хэр щыдогъэкIуэкI, венгрхэм, полякхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэми дадолажьэ, урыс макъамэм, усы­гъэм гулъытэ хэха худощI.

   Мыри къыхэзгъэщынут: Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэ­тыщI, скульптор ныбжьыщIэхэр гъуазджэ утыкушхуэм иригъэ­хьэ­ну ­хуеймэ, дяпэкIэ абыкIэ IэмалыфI щыIэнущ. Карл Ебланэм ейуэ щыта замокыр къэсщэхужауэ зыдогъэпэщыжри, мылъку къытхуэгъуэту ар тхуэ­у­х­мэ, Кавказ Ищхъэрэм и су­рэтыщIхэм я лэжьы­гъэхэр Франджым щыдгъэлъэ­гъуэну тхузэ­фIэкIынущ.  

   АдэкIэ къызэхуэсахэм я упщIэ­хэм Шемякин Михаил и гуа­пэу жэуап къритащ. Фыщы­до­гъэ­гъуазэ хьэщIэмрэ хэгъэрейхэмрэ зытепсэлъыхьам.

   - «ЩIым и цIыху» къызэ­рыпхужаIэм дауэ уеплърэ? Къэбэрдей-Балъкъэрыр уи дежкIэ сыт?

   - Сэ къызэрызэмыджэр укIуэ­дыж. А псом седаIуэтэмэ, сылэжьэну гугъу дыдэ хъуну къыщIэ­­­­-     к­Iынт. Си дежкIэ нэхъыщхьэр сы­зищIысыр сэ езым къызгу­рыIуэ­жынырщ. КъысхужаIэм зыкъысфIигъэщIыжтэмэ, ипэкIэ сызэ­рымыкIуэтэфынум шэч лъэпкъ хэлътэкъым. Я лэжьы­гъэм, я гуа­щIэдэкIым арэзы зэрытемыхъуэ­жырщ цIыху цIэ­рыIуэ куэдым я творчествэр куп­щIафIэ зыщIар. КъысхужаIэр къызэрысфIэмы­Iуэ­хум хуэдэ дыдэу, си IэдакъэщIэ­кI­хэм хужа­Iэхэми мыхьэнэшхуэ естыр­къым. Лэжьыгъэр сэ езым сигу иримыхьмэ, ар хъуакъыми, зым жиIэми семыдаIуэу зэхы­зоуп­щIэтэж. Къэрал куэдым сызэрыщыпсэуам сэ куэд къызитащ. ТхылъкIэ мыхъуу, нэрылъа­гъуу сэ щыгъуазэ сыхъуащ Фран­джым, Америкэм и сурэтыщI ­гъуа­з­­джэм, скульптурэм, архитектурэм. Ауэ еджапIэ и лъэны­къуэкIэ сэ сытым дежи сыурысей сурэ­тыщIщ, сызыгъэсар Санкт-Петербургщи.

   Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэрыхущытыр сыкъызэрыкIуэм, си гум ислъхьа Iуэхугъуэхэм къагъэ-лъагъуэу къысщохъу. Гуа­пэ сщы-хъунт, абыхэм ящыщ гуэрхэр зэдгъэхъулIэфтэмэ.  

   - Высоцкий Владимир и творчествэм ижь уи лэжьыгъэм, IэщIагъэм къыщIихуауэ къыпщыхъурэ?

   - КъызэрысфIэщIымкIэ, зым и творчествэр адрейм сэбэп хуэ­хъуащ, зым хэмылъ адрейм къызэрыхэтхами шэч хэлъкъым. Высоцкэм си IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ поэмэхэр, си гъащIэр лъаб­жьэ зыхуэхъуа уэрэдхэр итхащ. Иджы сэ тхылъ тедзапIэм зэгу­ры­Iуэныгъэ есщIылIащ Владимир и усэхэр зэрыт тхылъ къы­дэзгъэкIыну, си иллюстрацэу 43-рэ иту.

   Высоцкэр зищIысыр сэ фIыуэ къызгурыIуэрт. Аращ илъэси 6-кIэ абы и уэрэдхэр зэгъусэу щIэт­тхар. Ди лэжьыгъэм кърикIуащ «Высоцкий в записях Шемякина» зыфIэтща дискиблыр. Аращи, Высоцкий Владимиррэ сэрэ дызэрызэныбжьэ­гъуар зым деж­кIи щэхуу щытын хуейкъым.

   - СурэтыщIыр зыхущIэкъун хуейр сыт: и лэжьыгъэхэр гурыIуэгъуейуэ щытынра, хьэмэрэ?..

   - СурэтыщIыр къагурымы­Iуэмэ, абы и творчествэм мыхьэнэшхуэ иIэу сэ схужы­Iэ­нукъым. Ауэ ящIэр, жаIэр пха­гъэкIыну ныкъуакъуэхэр щы­Iэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Ван Гог хуэдэхэр. Абы и лэжьы­гъэу езыр псэуху ящэхуар зы за­къуэщ. ИтIани ар мылажьэу псэуфынутэкъым, ищIри езым и псэм фIэфIырт. ЩыIэщ тыншу зызыт сурэтыщIхэри. НэгъуэщIу жып­Iэ­мэ, цIыхухэм ягу зригъэ­хьын папщIэ, езым и Iуэху еплъы­кIэхэр ихъуэжу, ардыдэмкIи адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр игъэкIуэ­ду. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ си Iуэ­хур тыншщ: зым жиIэри къыс­фIэIуэхукъым, си псэм нэхъ къы­зэрищтэм хуэдэу солажьэ.

   - Си упщIэр зыхуэгъэзар Михаил и щхьэгъусэращ. Сарэ, гугъу сурэтыщIым удэпсэуну, лэжьыгъэ гуэрым щелэжькIэ, абы уи Iуэху еплъыкIэр къи­лъытэрэ?

   - Сэ Михаил и лэжьыгъэ Iуэхум сыхэIэбэркъым зыкIи. Апхуэдэ цIыхум удэпсэуныр насыпышхуэу къызолъытэ.

   - Творчествэм и философиемрэ и психологиемкIэ институтым щебгъаджэрэ?

   - Махуэ къэс кафедрэм сыкъи­увэу егъэджэныгъэм зестатэмэ, сурэтыщI Шемякиныр щыIэну къы­щIэкIынтэкъым. ЩыIэщ студентхэм сащыдэлажьи, курсхэм щеджэхэм дерс щхьэхуэхэр щести. Америкэм, Англием я университетхэм, нэгъуэщI еджапIэ нэ­хъыщхьэхэми мастер-классхэр щызот. Ахэр кассетэхэм тратхэри адрей университетхэми хура­гъэхь. Апхуэдэуи зэгу­ры­Iуэ­ныгъэ есщIылIауэ сыдолажьэ Москва и «Культура» телевизионнэ каналым. Абы си фильм 13 къигъэ­лъэ­гъуагъэххэщ. Иджыри 12 тщIын хуейуэ къытпэщытщ.

   - Скульптурэ, архитектурэ и лъэныкъуэкIэ Налшык дауэ къыпщыхъуа? Ди художникхэм щыщу хэт и лэжьыгъэ къыхэбгъэщхьэхукIынт?

   - Пэжыр жысIэнщи, къалэм апхуэдэу зыщысплъыхьакъым. Сэ нэхъ къэсщтащ, бгыхэм, къурш­­­хэм сыкIуэмэ. Ахэр си лъым зэрыхэтым шэч хэлъкъым. ИтIа­нэ, делэщым сыкъыщIэкIы­жа иужь, абы къызахьэлIа щхъухь къомыр схэкIыжын пап­щIэ, илъэ­сым щIигъукIэ къуршым сыщыпсэуауэ щытащ. Ара­гъэнщ лъэс лъагъуэхэр, уафэр, уэххэм къыдих мэ гуакIуэр си нэIуасэу къы­щIыс­щы­хъуар, ар си псэм щIигъу­нэгъур.

   Налшык и архитектурэм и гугъу пщIымэ, ар хуабжьу телъы­джэ сщыхъуауэ жысIами, зыми и фIэщ хъуну къыщIэкIын­тэкъым. Париж ещхьу схужы­Iэнукъым. Ауэ нобэрей гъащIэм къезэгъ архитектурэ зэгъэпэщын щыхуей зэманщ иджыпсту.

   ГъэщIэгъуэну къэслъытащ ди­зайнымкIэ колледжым и гъэсэнхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм ящыщхэр «Шар в искусстве» гъэлъэгъуэныгъэм хэтынущ. Црым Руслан, КIыщ Мухьэдин сымэ я гугъу умыщIмэ, сигу ирохь ГъукIэпщ Арсен и Iэда­къэ­щIэкI­хэр. Адрей си къэкIуэгъуэм ири­хьэлIэу нэгъуэщI ныбжьы­щIэхэми я творчествэм щыгъуа­зэ сыхъуну сыщогугъ.

   - Урысейм и художник уэ КъухьэпIэ гъуазджэм дауэ ухэ­зэ­гъа? Шемякин Михаил къо­кIуэ щыжаIэм деж псоми я нэгу укъызэрыщIыхьэр, шэч хэмылъу, уи джэлэфеймрэ кIэр­т­IузымрэкIэщ. Сыт уи зыхуэ­пэ­кIэр къызыхэпхар икIи ар зэи щIомыхъуэжыр?

   - Урысей еджапIэм сигъэсауэ щытми, илъэс 35-рэ хъуауэ хамэ къэралхэм сыщопсэу. Ар зэман цIыкIукъым. Урысейр илъэс 70-м нэскIэ зэхуэщIауэ зэрыщытам къы­хэкIыу мыбы къыщыхъур зыми ищIакъым. КъухьэпIэ искусствоведхэми ди гъуазджэм зэ­ры­хамыщIыкIIам тепщIыхьмэ, пщIэ­шхуэ къыхуащIкъым жып­Iэу ахэр бгъэкъуаншэ хъуну къы­щIэ­­кIын­къым. Америкэм е нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщызэIуах урыс галереехэм гулъытэшхуэ щIамыгъуэт­ри арагъэнущ.

   ЕтIуанэ упщIэр къыщызатыр Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъ­къэрымрэщ. КъухьэпIэм сыт ухуей­ми щытIагъи, абы зыри щIэупщIэнукъым, гуи къыплъатэнукъым. Сэ имидж жыхуаIэм селIалIэу щытамэ, фи фIэщ фщIы, Сальвадор Дали зы­къы­кIэрызмыгъэхуу куэд дыдэ къэзгупсысынкIэтэ. Ауэ иджыпсту си зыхуэпэкIэр тыншщ, Сарэрэ сэрэ илъэс 17-м нэсауэ дыщыпсэу къуа­жэ цIыкIум дэсхэм псоми апхуэ­дэущ зэрызахуапэр. ЯтIэр щыкуэд жылэм вакъэ лъап­щэ кIыхь щыпщыгъыныр нэхъ къокIу. Сэ зэ Урысейм сы­къэкIуауэ щытащ «тэмэму» сы­хуэпауэ. Ауэ, итIани, газетхэм ятхырт «Шемякиныр Президентым деж шырыкъу щы­гъыу, жорыр и пщэм илъу кIуащ», - жа­Iэу­рэ. КIэщIу жыпIэмэ, сэ зэи жаIэнум сегупсы­сыркъым, зэ­рысфIэтыншым хуэ­дэу зызо­хуапэ.

   - Фи институтым и къалэн нэхъыщхьэр сыт?

   - Институтым и Iуэхум и ужь ситщ илъэс 40-м щIигъуауэ. Лэжьы­гъэхэр зэхуэсхьэсын сэ Уры­сейм щыщIэздзауэ щытащ. Сурэты­щIыр, скульпторыр зыщыгъэгъуэ­зэн хуейуэ къэслъытэ тхылъхэр щIэзджыкIыу щIэз­дза иужь, сэ куэд зэхуэсхьащ. Абыхэм яхэтт зы жэщ-жэщитIкIэ фIэкIа къызамытхэр, ахэр теухуат Австрием, Африкэм, Америкэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми я художникхэм я лэжьыгъэхэм. IэщIагъэлIхэм Iэмал имыIэу яIэн хуейхэм ящыщ куэд зэ­ры­щы­мыIэр щыслъагъум, сэ езым альбомхэр, къэхутэныгъэ лэжьы­гъэ­хэр къыдэзгъэкIыу щIэз­дзащ. Апхуэдэурэ си библиотекэр нэхъ ин хъууэ щыхуежьэм, цIыхум и гупсысэкIэм ахэр есхьэлIэу щIэздзащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ языны­къуэ скульпторхэм я лэжьыгъэр зэрызэгуаупщIыкIыр, гъущI Iунэ­хэр, гъущI папцIэхэр абыхэм щIы­хаукIэр, сурэтыщI­хэм сурэтыр щIы­зэгуагъэжыр. Ап­хуэдэ гущIэ­гъуншагъэр сфIэ­телъыджэт. ИтIа­нэ апхуэдэ лей лэжьыгъэм кIэ­лъызезыхьэ сурэтыщIхэр цIыху къызэры­гуэкI­хэм езгъапщэу щIэз­дзащ. Иджыпсту солэжь цIыхум и фэр зищIысым, абы ехьэлIа гъуаз­джэр зэхэгъэкIыным. Дэ дохутырхэм, генетикхэм, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэми дадолажьэ. Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэд иIэщ институтым, нэхъ къызэрыгуэкI дыдэм къыщыщIэдзауэ гугъу дыдэхэм нэсу.

   Пэжыр жысIэнщи, сэ зэхуэсхьэ­са лэжьыгъэ бжыгъэншэхэр цIыху­хэм егъэщIэным си закъуэ сыпэлъэщыжкъым, си гуапэт ахэр къызыгурыIуэн ныбжьы­щIэхэр къыскъуэувэу, институтыр Санкт-Петербурги фIыуэ слъагъу Кавказ Ищхъэрэми щылэжьэну.

   - Дэ дыщыгъуазэщ узэрытеатр сурэтыщIым, ауэ абы теухуауэ тщIэр мащIэщ. Театрым узэрыхущытым щыгъуазэ дыщIыт.

   - Театрым сыдэлэжьэн щыщIэз­дзар илъэсибл и пэкIэщ. Гергиев Валерийщ абы сытезыгъэгуш­хуар. «Щелкунчик» балетыр зэгъу­сэу дыгъэгъэув же­ри жэрдэм ищIат. ИужькIэ «Волшебный орех» балетыр дгъэуври, нэгъабэ ар япэу ягъэлъэ­гъуащ. Мазэ зыщыплI и пэкIэ Софие щагъэ­лъэгъуащ си ба­ле­ты­щIэу щы.

   Илъэс къакIуэ Москва Чеховым и цIэкIэ щекIуэкIыну фестивалым клоун цIэрыIуэ Полунинымрэ сэрэ зэдэдгъэува спектакль гугъу дыдэ щагъэлъэгъуэ­нущ.

   - Сыт хуэдэ ныбжьым уиту къыбгурыIуа сурэт щIыныр узэриIэщIагъэр? ПэщIэдзэ щIэныгъэм сыт хуэдэ къалэн игъэзащIэу къыпщыхъурэ сурэт, скульптурэ щIыным, гъуаз­джэм и цIыху ухъуным ехьэ­лIауэ.

   - Сыщысабийм щыщIэдзауэ сурэт сщIырт, ауэ художник сыхъу­ну сигу къэкIыртэкъым. Ауэ зы Iуэхугъуэм си гъащIэр иухуауэ жыпIэ хъунущ. Си адэр офицерищ и гъусэу Жуковым деж кIуат абы зэрыхуэпэжыр жраIэну. Ар абыхэм къызэрыхуа­мыгъэ­гъунур ящIэрт икIи тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу си адэр дзэм къыха­гъэкIащ. Германием дыкъикIы­жын хуейти, си адэр и хэкужьым­кIэ къеIэрт, ауэ Петербург къыщалъхуа си анэр мы лъэны­къуэм­кIэ къэкIуэну хуейтэкъым. Дэтхэнэ сабийми хуэдэу, сэ си анэшхуэр фIыуэ слъагъурти, абы и гъусэу Петербург сыкъэнэну сыхуеймэ, художественнэ еджа­пIэм сыщIэ­тIыс­хьэ­ныр къыспаубыдащ. Тхьэмахуэм и кIуэцIым цIыхум хузэфIэмыкIыным хуэдизу сылэжьащ, Пушкиным и таурыхъхэм иллюстрацэхэр куэду хуэсщIащ. Ахэр ихьу си анэр еджа­пIэм щыкIуэм, сурэт щIы­нымкIэ зэчий сиIэу къалъытэри 2-нэ классым сыхагъэтIысхьауэ щытащ. Ап­хуэ­дэ щIыкIэкIэ сэ Петербург сыкъэнащ. Си адэр щIэхъуэп­сырт дзэм къулыкъу щызигъэ­щIэну, сэ пират сыхъуну сы­хуейт.

   СурэтыщI ныбжьыщIэхэм Iэмал имыIэу щIэныгъэ зра­гъэгъуэтын хуейщ. ЕджапIэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, иужь­кIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэхэми фытегушхуэ хъунущ. Армырамэ, гъуазджэм и щэхухэри къыбгу­ры­Iуэнукъым, уи лэжьыгъэхэри къохъулIэнкIэ Iэ­мал иIэкъым. Сэ сыкъапщтэмэ, художественнэ еджапIэ нэу­жьым Эрмитажым пхъащIэу илъэситхукIэ сыщылэжьащ, абы щIэлъ сурэт гъуэзэджэхэм сурэт тесщIыкIын пап­щIэ. Сэ къызгу­рыIуэрт щIэны­гъэр къызэрызэмэ­щIэ­кIыр, икIи сыт и лъэныкъуэкIи нэхъыбэ зэрызэзгъэщIэным и ужь ситт.

   - Дэтхэнэ зы IэщIагъэлIми езым фIэфI Iуэхугъуэ иIэжщ. Хэхауэ, уи лэжьыгъэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщытебгъэзэжу сыт уиIэр?

   - СыщыщIалэм къэзгъэсэбэпу щыта Iуэхугъуэхэм щIэх-щIэхыурэ къытызогъэзэж. Ап­хуэ­дэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, натюрморт, цIыхум и нэкIубгъур, щхьэ­гъубжэр  нэхъыбэрэ къызэрыз­гъэ­лъагъуэр.

   - СурэтыщIхэмрэ властымрэ дауэ зэхущыт? Властыр бгъэныбжьэгъуну къезэгърэ?

   - Сэ къыщызэупщI щыIэщ: уукIытэкъэ делэщым уща­Iы­гъауэ, лъэхъуэщым уисауэ КГБ-м хэта Путин Владимир удэуэршэру ущысыну? Сэ плъыжь сыщIэхъун злэжьу къысщыхъур­къым. Пэжщ, ипэкIэ жысIа псори властым къы­зи­щIащ. Полковник Попов, хэкум си­зы­гъэкIауэ щытам, къызжиIат Iуэхум хэкIыпIищ фIэкIа зэ­римыIэр. Япэр - игъащIэкIэ къэзмыгъэзэжыну Урысейр збгынэнырт, етIуанэр - делэщхэр унапIэ схуэхъунырт, ещанэр - жыжьэу лъэхъуэщым сы­ща­Iыгъынырт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэ япэр къыхэсхащ. Сэ зыт сызэрыкъуаншэр: адрейхэр зэрыгупсысэм къыщ­хьэщыкI гупсы­сэкIэ сызэриIэрт.

   СурэтыщIыр властым еубзэмэ, гъуазджэр тегъэщIапIэ ящIу­рэ езыхэр зыхуейр зыIэра­гъэхьэмэ, ар икIагъэщ.

   Сыхуейт интеллигенцэмрэ гъуаз­джэмрэ лъэпкъым и щыIэ­кIэ-псэукIэр къэзыгъэлъа­гъуэ къарууэ зэрыщытыр къа­лъы­тэу, абыхэм Урысейм пщIэ щыхуа­щIыну.

   - УлэжьэнымкIэ гукъыдэж къозытыр сыт?

   - Апхуэдэу зыгуэр хэхауэ сиIэ­къым. СщIэн хуейуэ къыспэщылъым си гуапэу солэжь, щIэ гуэр­хэр къызогупсыс.

   - Уи лэжьыгъэхэм щIэлъ гупсысэхэр сытым къыхэтэ­джыкIрэ, дэнэ къипхрэ?

   - Спектаклым и гугъу пщIымэ, зыгуэрым селэжьын хуей хъуа иужькIэ, си пэкIэ ящIа лэжьы­гъэ­хэм гупсэхуу сахоплъэ, режиссерхэм, декораторхэм, нэгъуэщI­хэм яIэщIэкIа щыуа­гъэхэм къызэрытезмыгъэзэжыным сыху­щIокъу.

   Графикэм, сурэт щIыным, скульптурэм ехьэлIамэ, бгъэ­дыхьэкIэ зэхуэмыдэхэр къэгупсысын хуей мэхъу. Псалъэм папщIэ, Лужков Юрий и жэр­дэмкIэ сщIа «Дети - жертвы порока взрослых» лэжьыгъэр, ­илъэс зыбжанэ и пэкIэ Москва щагъэувар, сщIын щхьэкIэ куэдрэ сыгупсысащ. Гугъу дыдэт Луж­ков къызита тхылъымпIэ на­пэм ит Iуэхъугъуэ шынагъуэхэр къызыхэщ лэжьыгъэ пщIыныр, абы щыгъуэми псоми къагъэсэбэп Iэмал къызэрыкIуэкIэ мы­хъуу. Абы къыхэкIыу сэ къэз­гъэ­сэ­бэ­пар дамыгъэхэрщ (символикэрщ).

   Жэщ хъухукIэ Шемякиным упщIэхэр иратами, къызэхуэсахэр зэремызэшынур, зыщIэу­п­щIэхэри нэхъ мащIэ зэрымы­хъунур къагурыIуэри, упщIэ-жэ­уапыр зэпагъэуащ икIи псалъэ иратащ сурэтыщI цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Заурбэч.

   - Си гуапэщ СурэтыщIхэм я союзым къыбгъэдэкIыу ди хьэ­щIэхэу Михаил, Сарэ, Доротее сымэ фIэхъус псалъэ яжес­Iэну си пщэ къызэрыдалъхьар, - жиIащ абы. - Нэхъ щIэх-щIэхыурэ дызэхуэзэн, дызэрылъагъун, уи Iэда­къэщIэкIхэм щыгъуазэ дыхъун зэрыхуейм шэч хэлъкъым.

   Заур къыхигъэщащ Шемякиным и скульптурэ Налшык дэтын, и музей къыщызэIуахын зэры­хуейр.

   - Тхьэм уригъэфIакIуэ, уи зэфIэ­кIыр, уи акъылыр къы­зыгурыIуэн, ину зылъытэфын лъэпкъ, къэрал дыхъуну си гуапэщ, - жиIащ абы и псалъэр щиухым.

   Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ институтым и унафэщI Думэн Хьэсэн къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Шемякиным и цIэр ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, КIыщокъуэ Алим, Темыркъан Юрэ сымэ хуэдэу ди республикэм, дуней псом я тхыдэм къызэрыхэнэнур.

   - Ди деж уэ пщIэуэ къы­щып­хуащIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президент Къанокъуэ Арсен дыгъуасэ Iэ зыщIидза унафэм, «КъБР-м и цIыхубэ су­рэ­тыщI» цIэр къызэрыпфIащам къе­гъэлъагъуэ, - жиIащ Думэным.

   Къардэн лъэпкъым - Шемякиным и унэкъуэщхэм теухуауэ тхыдэм къыхэна Iуэхугъуэ гуэрхэм я гугъу кIэщIу ищIа иужь, Хьэсэн Шемякиным иритащ «Писатели КБР», «Къэзанокъуэ Жэбагъы», «Адыгэ пшыналъэхэр» тхылъхэр.

   ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщI Созаев Ахъмэт, сабий художественнэ еджапIэм и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ. Иужьрейм Шемякиным ири­гъэцIыхуащ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм я лауреат хъуа еджакIуэ цIыкIухэр. Абыхэм ящыщхэу Къардэн Амир, Бечелов Азэмэт, Габаевэ Галя сымэ я лэжьыгъэхэр Шемякиным тыгъэ хуащIащ.

   Шемякин Михаил и къуэпсхэм теухуа псалъэ гуапэхэмкIэ зэIу­щIэр зэхуищIыжащ Къардэн лъэпкъым я нэхъыжь Мушариф.

ИСТЕПАН Залинэ.

 

 

ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ Я ПШЫХЬ

 

Илъэс куэд хъуауэ Музыкэ театрыр ягъэбжьыфIэ зэщхьэ­гъусэхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэмрэ ди республикэм и цIыхубэ артист­кэ Бесчокъуэ Майерэ.

   Iэдэм музыкэ училищэр ди рес­публикэм къыщиуха иужь, ГИТИС-м щеджащ. Ар музыкэ театрым япэу лэжьэн щыщIэ­зыдзахэм ящыщ зыщ. Театрым щагъэува спектаклхэм я нэхъы­бэм абы роль пэрытхэр щигъэзэщIащ.

   Майе Хьэтуей къуажэм  курыт еджапIэр къыщиуха иужь, культ­просветучилищэм, кIэ­лъыкIуэу Ленинград консерваторэм щеджащ. 1974 гъэм къыщыщIэдзауэ Музыкэ театрым щолажьэ. “Кармен”, “Травиата”, “Евгений Онегин”, “Силь­­ва” спектаклхэм, нэ­гъуэщI­­хэми роль нэхъыщхьэхэр щегъэзащIэ, псори зэхэту спектакль 50-м щIигъум щы­джэгуащ.

   Илъэс 40-м нэсауэ сценэм ит Iэдэмрэ илъэс 30-м щIигъуауэ утыкур зыгъэдахэ Майерэ мы гъэм я юбилейщ. Абы и щIыхь­кIэ гъатхэпэм и 23-м Музыкэ театрым щызэхэтынущ зэщ­хьэ­гъусэхэм я пшыхь. Абы ирихьэлIэну гукъыдэж зиIэ псоми а пщыхьэщхьэм театрым къыщыфпоплъэ.

ИСТЕПАН Залинэ.

 

ЗЭПЕУЭМ ФРАГЪЭБЛАГЪЭ

Республикэм и хьэщIэхэу,

абы щыпсэухэу пщIэ зыхуащIхэ!

 

   УФ-м и цIыхубэ артист ТIыхъужь Алий и цIэкIэ илъэс 14-нэ хъуауэ комедие жанрым и артистхэм гъэ къэс ирагъэкIуэкI я зэпеуэм фрагъэблагъэ.

   А зэпеуэм хэтынущ Адыгей, Абхъаз, Къэрэшей-Шэрджэс, Ингуш, Шэшэн, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Къалмыкъ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь крайм я артистхэр.

   Программэм хэтщ сатирэ, юмор, комедие спектакл­хэм щыщ пычыгъуэхэр.

   Зэпеуэр щекIуэкIынур мэлыжьыхьым и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэр музыкэ театрырщ.

   ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 18-рщ.

   Билетхэр щащэ театрым и кассэм.

   УщIэупщIэ хъунущ мыпхуэдэ телефонхэмкIэ: 77-42-08, 77-42-12, 47-31-19.

   Гупурэ кIуэнухэм щхьэкIи билетхэр зэрыIыгъыу къэпщэху хъунущ.

 

 

 

Адыгэл1 ц1эры1уэхэр

Илъэс куэд щ1ауэ зэныбжьэгъущ УФ-м и Генштабым щылажьэ генерал-лейтенант Быж Айтэчрэ генерал-лейтенант Батыр Мухьэмэдрэ

 

Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм щохьэщ1э космонавт Терешковэ Валентинэ. Абы автограф ирет пащтыхь гвардием и унафэщ1 Бэчыжь Аслъэн.

1968 гъэ

 

 

ссылки

газетым и лэжьак1уэхэр

къыдэкIыгъуэхэр

 

 

KAVKAZWEB

 

Kavkaz Banner Network

 

 

 

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]