| 
           
  | 
        
           
  | 
        
           ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ  | 
        
           
  | 
        
           
  | 
        ||||||
          АДЫГЭ ПСАЛЪЭ | 
        
           
  | 
        |||||||||
| 
           
 КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ  | 
        
           
  | 
        |||||||||
| 
           сайт газеты «Адыгэпсалъэ» 
 2006 гъэм гъатхэпэм и 16  | 
        ||||||||||
| 
           газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI  | 
        ||||||||||
| 
           
 
 ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР 
 
 ТХЫДЭ 
 
 ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ 
 
 
 
 
 
 
  | 
        
           english  | 
        
           адыгэбзэ  | 
        
           
  | 
        |||||||
| 
           
 Ди къуэш республикэхэм 
 Фэтэрхэр ират 
 Мейкъуапэ. Урысей Федерацэм и правительствэм и унафэщI Фрадков Михаил унафэ къыдигъэкIащ Адыгейм щыщу псыдзэм илъэситI и пэкIэ насыпыншагъэ къызыхуихьа унагъуэ 66-м щхьэкIэ щIыпIэ правительствэм псэупIэ сертификатхэр хуаутIыпщыну. Дызэрыт илъэсым фэтэрыщIэхэр иратынущ насыпыншагъэ къыщыхъуа Джыджэ, Куэшхьэблэ, Мейкъуапэ, Теучэж, Щоджэн районхэм, Мейкъуапэ къалэм щыпсэу унагъуэ зыбжанэм. 
 Сымаджэщхэр къагъэщIэрэщIэж 
 2005 гъэм щыщIэдзауэ Адыгейм и бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 70 щIыпIэ медицинэм хуаутIыпщащ. Псалъэм папщIэ, иужьрей илъэс 20-м къриубыдэу Мейкъуапэ дэт сымаджэщхэр ремонт ящIакъым, оборудованэхэр иджырей зэманым къезэгъ IэмэпсымэхэмкIэ яхъуэжакъым. Иджы къалэ сымаджэщым дэт аптекэр мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэжащ, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы трагъэкIуэдащ сом мелуаным щIигъу. Иджыпсту ремонт лэжьыгъэхэр щокIуэкI сымаджэщым и отделенэ щхьэхуэхэм. “ЦIыхухэм зэманым къезэгъ медицинэ IэмэпсымэщIэхэмкIэ деIэзэну Iэмал дгъуэтащи, абы дыщогуфIыкI”, - жаIэ дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ. 
 Нэгъуейхэм я зэхуэс 
 Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу нэгъуейхэм я лъэпкъ зэхуэс иджыблагъэ екIуэкIащ. “Интерфаксым” къызэритамкIэ, нэгъуейхэм я еплIанэ лъэпкъ зэхуэсым кърихьэлIахэм къаIэтар зы Iуэхугъуэщ - Къэрэшей-Шэрджэсым Нэгъуей район къыщызэрагъэпэщынырщ. 
 Джэдкъаз гриппыр нэсакъым 
 Джэдкъаз гриппым щхьэкIэ вакцинэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым къыщысынур гъатхэпэм и 17-рщ. ВетеринариемкIэ и управленэм къызэритамкIэ, республикэм вакцинэ дозэу 1200 000-рэ къыIэрыхьэнущ. Республикэм и санэпидемстанцым и пресс-секретарь Покровская Еленэ журналистхэм яжриIащ джэдкъаз гриппыр щIыналъэм зэрыщымыIэр, махуэ зыбжанэ и пэ псы Iуфэм лIауэ къыщагъуэта губгъуэ бабыщхэр щIымахуэ щIыIэм иукIауэ зэрыарар. Ветеринархэм я лэжьыгъэр дагъуэншэу ягъэзэщIэн папщIэ, щIыпIэ правительствэм ахъшэ яхуиутIыпщащ. 
 Хуэмейуэ къалъытэ 
 Сыхъум. Абхъазым и правительствэм и унафэкIэ иджыблагъэ ягъэкIуэдыжащ республикэм и къэрал автоинспекцэр (ГАИ). Иджы гъуэгум тет автомобилхэр къэзыпщытэнур IэщэкIэ зэщIэузэдауэ щытыну военно-патруль гупхэрщ. Апхуэдэуи милицэ постхэр ягъэбыдэнущ. 
 Хьэщыкъуей Олег. 
 Ныбжьыщ1эхэр зэроц1ыху 
 УФ-м и илъэс Китайм зэрыщрагъэкIуэкIым теухуауэ гъатхэпэм и 15 - 25 махуэхэм Урысеймрэ Китаймрэ я щIалэгъуалэм и фестиваль щызэхэтынущ Пекин, Ханчжоу, Шэньчжень къалэхэм. Ди республикэм и лIыкIуэу а фестивалым ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и “Амикс” уэрэдым и театр гупым и унафэщI Къул Амиррэ университетым и студентищрэ. Щэнхабзэ зэIущIэм хэтыну ныбжьыщIэхэр къыщыхахым ахэр еджэныгъэм зэрехъулIэри творческэ зэфIэкIыу яIэри къалъытащ. Фестивалым утыку къыщрахьэнущ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щэнхабзэм щыгъуазэ ухуэзыщI гъэлъэгъуэныгъэхэр; уэрэдхэр, къафэхэр щагъэзэщIэнущ, апхуэдэуи урысей-китай зэхущытыкIэхэм теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр щыжаIэ зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ. Фестивалым и мурад нэхъыщхьэр къэрал щхьэхуэхэм щыпсэу ныбжьыщIэхэр зэрыгъэцIыхунырщ, абыхэм я зэпыщIэныгъэм зегъэужьынырщ, щIалэгъуалэ политикэм лъабжьэ быдэ иIэн папщIэ Урысеймрэ Китаймрэ къагъэсэбэп IэмалхэмкIэ, лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зэхъуэжэнырщ. Тхьэхущынэ Ланэ. 
 Зэф1ах Iуэхугъуэм хагъахъуэ 
 Ди пщэрылъхэми, ди хуитыныгъэхэми фIыуэ дызэрыщымыгъуазэм, къэралым щызекIуэ хабзэхэм тэмэму зэрыхэдмыщIыкIым ди Iуэхур къелъахъэ жызыIэ куэд урохьэлIэ. ИкIи ар пэжу къыщIэкIынущ. А щыщIэныгъэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ, 1998 гъэ лъандэрэ ди къэралым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI хабзэ и лъэныкъуэкIэ къэпщIэну узыхуейр къыщыбгъуэтын центрхэр къызэIухыным теухуауэ. Нэхъыбэу ар къыщызэрагъэпэщри цIыху кIуапIэу щыт библиотекэхэращ. КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэIуаха “Центр правовой информации” жыхуиIэм а Iуэхум хуэIэкIуэлъакIуэу цIыхуиплI щолажьэ. Ахэр хьэзырщ цIыхур зыщIэупщIэ дэфтэрыр къыхуагъуэтыну, тхылъымпIэм е дискетэм тедзауэ иратыну. УзыщIэс унэр ууей зэрыпщIынум, псэупIэм техуэ ахъшэр зыхуэдизым, льготэу щыIэхэр зыхуэдэм, нэгъуэщI къинэмыщI куэдми я жэуап мы Центрым къыщагъуэтынущ. Центрым щIэупщIэ зэриIэнум и щыхьэтщ нэгъабэ и закъуэ абы студентми, пенсионерми, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм щылажьэми цIыху 4500-рэ зэрекIуалIэр. 
 Исхьэкъ Лианэ. 
 Гъуэрдэгъуэжь зэкъуэшхэм я уэрам 
 ХьэтIохъущыкъуей (Къызбрун 1-нэ) къуажэм щыщ Гъуэрдэгъуэжь зэкъуэшищыр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. Иджы абыхэм я фэеплъу ахэр зытеса уэрамым зэкъуэшхэм я цIэр фIащащ. Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветерахэм, къуажэдэсхэм Iуэху гуапэр зи жэрдэм къуажэ администрацэм фIыщIэ хуащI. 
 Бекъалды Илья. 
 Мэремым – Нарткъалэ щэбэтым – Налшык 
 Налшык и «Спартакымрэ» Москва и ЦСКА-мрэ я зэIущIэр щыщыIэну зэманыр кIэухыу яубзыхуащ. Къэралым и чемпионхэр хущIэкъуащ командэ нэхъыщхьэри дублерхэри зы махуэм - гъатхэпэм и 18-м - ягъэджэгуну. Ар къыхуадаи хуэдэт, ди «Спартакри» арэзыт. АрщхьэкIэ иужькIэ Урысейм и Футбол Зэгухьэныгъэм и унафэщIхэр щIегъуэжащ икIи зэхьэзэхуэр зэрырагъэкIуэкI регламентым зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэну мурад ящIащ. Абы къызэригъэувымкIэ, командэ нэхъыщхьэхэр щыджэгунум и пэ къихуэ махуэм абыхэм я дублерхэр зэIущIэн хуейщ. Аращи, гъатхэпэм и 17-м сыхьэтыр 15-м Нарткъалэ и «Химик» стадионым Налшык и «Спартакымрэ» Москва и ЦСКА-мрэ я дублерхэр щызэдэджэгунущ. Щэбэтым сыхьэтыр 16-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм ди командэм къэралым и чемпионхэр къыщригъэблэгъэнущ. Абы и пэ сыхьэт ныкъуэкIэ зэхьэзэхуэр гуфIэгъуэкIэ къызэIуахынущ, концерти ятынущ. Жыласэ Заур. 
  | 
        
           
  | 
        |||||||||
| 
           
 ЗэIущIэхэр  | 
        
           
  | 
        |||||||||
| 
           
 
 Иджыблагъэ ди республикэм щыхьэщ1э, Дуней псом къыщац1ыхуа сурэтщ, скульптор ц1эры1уэ Шемякин (Къардэн) Михаилрэ ди лъэпкъ интеллигенцэмрэ я зэ1ущ1э Къэрал концерт гъэлъэгъуап1эм щызэхэтащ. 
  | 
        
           
 
 Шемякин Михаил фэеплъ тыгъэ хуащ1. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ. 
  | 
        
           
  | 
        ||||||||
| 
           
  | 
        
           
 
 Сурэтыщ1 Шемякин Михаил къыщрагъэблагъэм. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ. 
  | 
        
           
  | 
        
           
  | 
        |||||||
| 
           ссылки  | 
        
           къыдэкIыгъуэхэр  | 
        
           
  | 
        ||||||||
| 
           
  | 
        
           | 
        
           Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]  | 
        
           
  | 
        
           
 
  | 
        ||||||
| 
           
  | 
      ||||||||||