|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм гъатхэпэм и 15 |
|||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||
Ахъшэр зэрахуримыкъур гулъэф хуохъу курортымрэ спортымрэ заужьыным
Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и зэIущIэм щыхэплъащ республикэ программэ хэхауэ тIум: “2002 - 2006 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и курортхэм зэрызаужьынур”, “2002 - 2006 гъэхэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зэрызаужьынур” жыхуиIэхэр гъэзэщIа зэрыхъум. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ комитетым и унафэщI Пащты Борис. “2000 - 2006 гъэхэм КъБР-м и курортхэм зэрызаужьынур” республикэ программэ хэхар гъэзэщIа зэрыхъум тепсэлъыхькIэрэ, республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Моисеев Владимир депутатхэм яжриIащ а программэм и мурад нэхъыщхьэр фейдэ къихьу лажьэ, езым хуэдэхэм япеуэфын курорт комплекс къызэгъэпэщыныр зэрыарар. Iуэхугъуэ 23-м щыщу 16-р къанэ щымыIэу гъэзэщIа хъуащ, блыр - Iыхьэ гуэрхэмкIэ. Ауэ, министрым и къуэдзэм къызэрилъытэмкIэ, курортым и зыужьыныгъэм зэран хуохъу а Iуэхум и лъэныкъуэкIэ республикэ, федеральнэ закон лъабжьэ зэрыщымыIэр. Моисеевым депутатхэм гу лъаригъэтащ турист, курорт IуэхущIапIэхэм зы пщалъэкIэ уабгъэдыхьэ зэрымыхъунум, сыту жыпIэмэ курортхэм я лэжьыгъэр щеIэзэ-профилактикэ щрагъэкIуэкI IуэхущIапIэу къалъытэри. Республикэм и унафэщIхэм я мурадащ ди курортым и щытыкIэ хэхахэр, абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэу нэгъуэщIхэм емыщхьхэр къагъэнэжыну, курортыр лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэзыгъэпэщ, налог къэзыт IэнатIэ ящIыну. Ауэ, Моисеевым къызэрилъытэмкIэ, а мурадыр зэгъэхъулIэным сэбэп хуэхъуакъым иужьрей илъэсхэм министерствэм и унафэщIхэр куэдрэ зэрызэрахъуэкIар. Апхуэдэуи абы къигъэлъэгъуащ илъэс кIуам жэпуэгъуэм и 13 - 14-хэм къэхъуауэ щыта Iуэхугъуэ гуауэхэр Программэр гъэзэщIэным зэран зэрыхуэхъуар: куэд мэшынэ щытыкIэр ди республикэм щызэтемысу къыщIэкIынкIэ хъуну. ИкIи, дауи, Iуэхур зэтезыIыгъэхэм ящыщ зыщ а IэнатIэм зрикъунум хуэдиз ахъшэ къызэрыхуамыутIыпщыр. Дауэ щымытми, узыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэхэри щыIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысей Федерацэм и Президентым иджыблагъэ Баку гу щылъитащ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм абы къыщызэригъэпэщауэ щыта стендым. Апхуэдэуи Iуэхум зыгуэркIэ утрегъэгушхуэ курортологиемкIэ институтхэр хэлэжьыхьу УФ-м и Ипщэ лъэныкъуэ щIыпIэм и курортхэм я зыужьыныгъэм теухуауэ концепцэ зэрызэхалъхьам. Депутатхэу Чэлимэт Хьэбас, Гуляевэ Валентинэ, Аванесьян Сергей, Пащты Борис, Эфендиев ФуIэд сымэ я упщIэхэм жэуап яриткIэрэ, Моисеев Владимир жиIащ курорт Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэу республикэм 32-рэ зэрыщылажьэр. Абыхэм ящыщщ “Налшык”, “Ленинград”, “Псей щхъуантIэхэр”, “Лэгъупыкъу”, “Вагъуэ цIыкIу”, “Гъуазэ”, Кировым и цIэр зезыхьэ курорт IуэхущIапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэм щызэхалъхьащ а IэнатIэм зегъэужьынымкIэ концепцэ, зыхуэфащэ законопроект: ди санаторэхэм зы махуэкIэ ущыIэным ику иту и уасэщ сом 391-рэ. Мы зэманым хоплъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щеIэзэ-профилактикэ IуэхущIапIэ къыщызэIухыным и Iуэхум. “Къэббалъкътуристымрэ” “Эльбрустуристымрэ” акционер обществэхэщ, ауэ абыхэм я мылъкум щыщ IыхьэфIыр къэралым бгъэдэлъщ. Рекламэми гулъытэ хуащI: интернетым сайт щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщащ, и тиражкIэ мин 50 хъууэ брошюрэ къыдагъэкIащ IуэхущIапIэ, организацэ 125-м ятепсэлъыхьу. Бгы туризмэм и IэщIагъэлI псори аттестацэм къикIащ. Iэпщэ Заур зэIущIэм кърихьэлIахэм гу лъаригъэтащ кIапсэ гъуэгум и Iуэхум илъэс зыбжанэ хъуауэ унафэ тещIыхьа зэрымыхъум. Чэлимэт Хьэбас жиIащ зэIущIэр зытепсэлъыхь IуэхумкIэ утыку къралъхьа информацэм арэзы укъызэримыщIыр. Псалъэмакъыр зэхилъхьэжкIэрэ, Пащты Борис къигъэлъэгъуащ езы Программэр зэрыхъарзынэр, ауэ курортым зегъэужьыным сэбэп хуэхъуну концепцэ нэхъыщхьэр къыхэгъэбелджылыкIын, икIи, псом япэрауэ, республикэм дежкIэ курортыр бизнесрэ мыбизнесрэ IупщI къэщIын зэрыхуейр… ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ министрым и къуэдзэ Биттиев Хаким депутатхэр щыгъуазэ ищIащ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ республикэм зэрызыщиужьынум и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм, спортым хухах бюджет ахъшэр зэрытрагуэшам: цIыху куэд зыхэт спортымрэ сабий-ныбжьыщIэ спортымрэ процент 60 - 70-р, ехъулIэныгъэ ин дыдэхэмкIэ спортым - процент 30 - 40-р. МымащIэу гулъытэ хуащI кадрхэр гъэхьэзырыным, щIэрыщIэу егъэджэжыным, зыхуей щытыкIэхэр къахузэгъэпэщыным. ФинансхэмкIэ министрым и къуэдзэ Къуэныкъуей Аслъэн зэрыжиIамкIэ, программэр гъэзэщIэным илъэсиплIым къриубыдэу зыхуейм и процент 63,3-рэ фIэкIа хуамыутIыпщами, Узыншагъэм телажьэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, чэнджэщхэр зэхалъхьащ, школакIуэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я физическэ зыужьыныгъэр зыхуэдэр къапщытэ. Физкультурэ-спорт лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным къыщагъэсэбэпын папщIэ еджапIэ хэхахэм я лэжьыгъэ опытыр ядж; ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ спорт, цIыхубэ физкультурэ Iуэхугъуэхэм я системэ. Программэм и нэгъуэщI Iыхьэхэм: “Узыншагъэр егъэфIэкIуэным телажьэ туризмэмрэ альпинизмэмрэ зегъэужьын”, “Информацэ-пропагандист лэжьыгъэ”, “Спорт резерв, международнэ класс зиIэ спортсменхэр гъэхьэзырын” жыхуиIэхэми ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэхалъхьащ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, мы гъэм и пэщIэдзэ лъандэрэ спортсмен нэхъ пажэхэр гъэшхэным текIуадэ ахъшэр зэблэмыууэ къаутIыпщ, цIыхуи 170-м стипендиехэр ират. Ауэ, дауэ щымытми, къэпсэлъахэм жаIэн хуей хъуащ республикэм и экономикэм и щытыкIэр зытепсэлъыхьа IэнатIэр зыхуейхэм зэрылъэщIэмыхьэр. КъытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным къытеувыIэкIэрэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ ищхъэрэ къэрал институтым и проректор, Парламентым и депутат Эфендиев ФуIэд къигъэлъэгъуащ ди олимп чемпионхэм, “Спартак” командэм и футболистхэм я сурэтхэр, биографиер зэрыт буклетхэр, плакатхэр къыдэгъэкIыныр спортсменхэр тегъэгушхуэн и лъэныкъуэкIэ сэбэп зэрыхъунур. Пащты Борис къыхигъэбелджылыкIащ спортым зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ министерствэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр. Абы и щыхьэтщ псори зыщыгуфIыкI ехъулIэныгъэхэр. Ауэ а Iуэхум гугъуехьхэми уащыIуоуэ. Абыхэм егупсысыпхъэщ къыкIэлъыкIуэ Программэр щызэхалъхьэкIэ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Гъунапкъэхъумэхэм я хэщIапIэ
Шэрэдж куейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ “Безенги” погранзаставэр. Гъунапкъэхъумэхэм къулыкъу щрахьэкIыну ухуэныгъэхэу Ипщэ федерал щIыналъэм 72-рэ щаухуэну я мурадщ. “Безенгир” епщыкIуиянэщ. Ухуэныгъэр къыщызэIуахым хэтащ Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу Ипщэ федерал щIыналъэм щыIэм и унафэщI генерал-полковник Лисинский Николай. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чеченов Ануар, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ министр Маслов Николай, Шэрэдж район администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты, “Дар-98” ООО-м и унафэщI Дзыгъул Руслан, КъБР-м и Парламентым и депутат Уянаев Борис, Налшык погранотрядым и унафэщIхэм ухуэныгъэр къаплъыхьащ икIи гунэс ящыхъуащ. Ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIа “Дар-98” фирмэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ. УхуакIуэ нэхъыфIхэм иратащ КъБР-м и Правительствэм, Налшык погранотрядым, район администрацэм я ЩIыхь тхылъхэр. “Дар-98” ООО-м и унафэщIхэм пограничникхэм тыгъэ гуапэхэр хуащIащ. Гъунапкъэхъумэхэм я хэщIапIэ къалэ цIыкIур сыткIи зэпэщщ. Офицерхэм я фэтэрхэр, сэлэтхэр щыпсэуну пэшхэр екIуу зэлъыIухащ. Саунэ, жьыщIапIэ, щIакхъуэгъэжьапIэ, спортзал яIэщ. Сабийхэри гулъытэншэу къагъэнакъым. Ахэр щыджэгун площадкэ, стадион яIэщ. Гъунапкъэхъумэхэм я къалэ зэпэщ цIыкIум хьэкъ пщещI цIыхухэм я мамыр псэукIэм ахэр зэрыхуэсакъыр.
Тхыгъэри сурэтри ЕЛЪКЪАН Артур ейщ.
ЦIыхухэр нэхъ зыгъэгузавэр псэупIэм пыщIа гугъуехьхэмрэ улахуэр и заманым зэрамытымрэщ
Iулъхьэ зезыгъакIуэхэм ебэныным теухуа телефон линэр КъБР-м и Президентым и Администрацэм и деж зэрыщагъэуврэ республикэм и цIыхухэр абы 2114-рэ къэпсэлъащ. Апхуэдэ хъыбар дигъэщIащ КъБР-м и Президентым и Администрацэм хабзэхъумэ органхэм я лэжьыгъэр гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я лэжьыгъэм егъэзэгъынымкIэ и управленэм и консультант Байчекуев Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, къаIэрыхьа хъыбархэм ятепщIыхьмэ, цIыхухэр псом япэу зытегузэвыхьыр псэуныгъэм пыщIа гугъуехьхэмрэ лэжьапщIэр и зэманым зэрамытымрэщ (аращ къэпсалъэхэм я процент 70-м къаIэтыр). ЦIыхухэр иротхьэусыхэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрызэкIэлъымыкIуэм (процент 12), нэгъуэщI мыхъумыщIагъэ щхьэхуэхэм (проценти 8). ЛъэIу пыухыкIахэр къагъэув къэпсалъэхэм я проценти 3-м. Iулъхьэр зэрызэрагъакIуэм пыщIа Iуэхухэр къэзыIэтыр къэпсалъэхэм я проценти 7-рщ. А хъыбар псори гулъытэ хэлъу зэпкърах икIи лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирагъэкIуэкIын папщIэ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ хуагъэхь. Къулыкъу зыIыгъ цIыхухэм я IэнатIэр я щхьэ IуэхукIэ къызэрагъэсэбэпым теухуауэ къаIэрыхьа хъыбархэр хабзэхъумэ органхэм къапщытэ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэм къарикIуахэм япкъ иткIэ уголовнэ Iуэху зыбжанэ къызэIуахащ, лэжьапщIэр и зэманым зэрамытым къыхэкIыу унафэщI щхьэхуэхэр административнэ жэуапым ирашэлIащ. Байчекуев Аслъэн цIыхухэр къыхуриджащ Администрацэм и деж щагъэува телефоныр нэхъ жыджэру къагъэсэбэпыну икIи къулыкъущIэхэм я щхьэхуещагъэм теухуауэ ялъагъухэр 47-32-56, 47-17-79 телефонхэмкIэ къыIэрагъэхьэну. Щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу языныкъуэ цIыхухэм псори телефонкIэ жаIэну хуэмеймэ, абыхэм Iуэхур зытеухуар кIэщIу къагъэлъагъуэу езыхэм иужькIэ зыхуагъазэ зэрыхъунур къыжаIэну хуитщ. КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
ЩIадзауэ мастэ халъхьэ
Джэдкъаз пыхусыхум ди республикэм зыщимыубгъун щхьэкIэ щIадзауэ унагъуэ джэдым вакцинэхэр халъхьэ. ВетеринариемкIэ управленэм мастэ хэлъхьэгъуэу мин 900 къыIэрыхьащ, ахэр къалэхэмрэ къуажэхэмрэ трагуэшащ, яхуримыкъур гъатхэпэм и 17-м иужькIэ аргуэру къратынущ. - Мы узыфэм къишэнкIэ хъунум дэ хуабжьу дегъэгузавэ, - жеIэ Налшык къалэм и Iэщ дохутыр нэхъыщхьэ Хьэпэ Борис. - Мастэ хэлъхьэным дэ къыщыщIэддзащ Iэдииху поселкэм, ар нобэ-пщэдей дыухмэ, Вольнэ аулым щыпытщэнущ, адэкIэ къызэщIэдубыдэнущ къалащхьэм и адрей хьэблэхэри. Ауэ гугъу дрегъэхь мастэ щыхэтлъхьэну махуэм, унагъуэхэм я джэдкъазыр щIэубыдауэ зэрамыIыгъым, абы зэман лей тфIехь, зы унагъуэм махуэ псо щытфIигъэкIуэд щыIэщ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ джэд зыгъэхъу къалэдэс унагъуэ псоми лъэIукIэ захудогъазэ, абыхэм я унагъуэ зыгуэр исыну, джэдхэр къамыутIыпщыну, езыхэри дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуну. Хьэсэней, Белэ речкэ, Кэнжэ жылагъуэхэми я Iэщ дохутырхэми ирагъэкIуэкI мы лэжьыгъэр. Налшык къалэ и ветеринар участкэм щылажьэ Iэщ дохутырищым мы зэманым къадоIэпыкъу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием щеджэ студенту 20. Хьэпэм гу зэрылъыдигъэтамкIэ, джэдым мастэ халъхьэрэ махуэ 14 дэкIа нэужь букIыу пшхы хъунущ, я джэдыкIэхэм шынагъуэ пылъкъым. КIэрэф Хьэсэнбий. IэнатIэр къаIэтыж
«Шэджэм I» мэкъумэш кооперативым Iэщ фермэ зэмылIэужьыгъуэу 8 щолажьэ, дэтхэнэри фейдэ къиту лажьэу. Хозяйствэр ящыщщ республикэм нэхъыфIыIуэу къинахэм, Iэщ бжыгъэр хъумэн, гъэбэгъуэн зыхузэфIэкIахэм. НобэкIэ мэкъумэш кооперативым и Iэщ комплексым былыму 750-м щIигъу тетщ, абы щыщу жэм къашхэр 200-м ноблагъэ. Мэкъумылэр пэрыхьэту, зэмылIэужьыгъуэу ягъэхьэзырауэ зэрыщытам и фIыгъэкIэ, Iэщым щIымахуэ лъэхъэнэр зэпэщу къызэринэкIащ икIи шэуэ къашымкIэ, лыуэ къалэжьымкIэ Iэщыхъуэхэм къапэщыт къалэнхэр яхуогъэзащIэ. Абыхэми щытыкIэфIхэр къыхузэрагъэпэщащ, лэжьыгъэр щIыдэкIри аращ. Хозяйствэм и унафэщI Щэуей Артур зэрыжиIэмкIэ, дяпэкIи я къару псори ирахьэлIэнущ дызыхуэкIуэ илъэситIым мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэ псори къэIэтыжыным, абы фейдэ нэхъыбэ къыпыхыным.
ДыгъужЬокъуэ Борис.
НыбжьыщIэхэр утыку къохьэ
Ди республикэм и еджакIуэ цIыкIухэр мы гъэми жыджэру хэтынущ есэпымкIэ «Кенгуру» дунейпсо зэпеуэ-джэгум. Урысей Федерацэм и курыт еджапIэхэм мы зэхьэзэхуэр щокIуэкI 1994 гъэ лъандэрэ. Математикэр фIыуэ зылъагъу, абыкIэ зэчий зыбгъэдэлъ еджакIуэ цIыкIухэр яфIэфIу хохьэ зэпеуэм. Абы къызэщIеубыдэ 3 - 10-нэ классхэм щеджэхэр. «Кенгурум» хэтыну гукъыдэж зыщIа дэтхэнэми ищIыжын хуей щапхъэхэмрэ есэпхэмрэ зэрыт тхылъымпIэ напэ зырызрэ жэуапхэр зратхэнрэ ират. ЕсэпымкIэ щхьэж бгъэдэлъ зэфIэкIыр иужькIэ Урысейпсо къызэгъэпэщакIуэ комитетым компьютеркIэ къыщапщытэж. Абы кърикIуахэр (очкохэр) зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр школ къэс яIэрохьэж. «Кенгуру» дунейпсо зэпеуэр абы хэт къэрал псоми зы махуэм ирагъэкIуэкI. Мы гъэм ар траухуащ гъатхэпэм и 16-м. Республикэм и математик ныбжьыщIэхэм абы щIэныгъэ куу къыщагъэлъэгъуэну ди гуапэщ. Тамбий Линэ.
Театрым и тхыдэм теухуауэ
Иджы дыдэ дунейм къытехьащ «Кабардинский драматический театр» тхылъыр. Ар зи IэдакъэщIэкIыр филологие щIэныгъэхэм я кандидат, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь, ЩоджэнцIыкIу Алий и унэ-музейм и унафэщI ЩакIуэ Марьянэщ. Зи гугъу фхуэтщIыну ди мурадым къинэмыщIауэ, дыхуейт фигу къэдгъэкIыжыну Марьянэ къыдигъэкIа тхылъхэм я цIэхэр: «Али Шогенцуков. Страницы биографии», «Аскерби Шортанов. Очерки, доклады, письма», «Али Шогенцуков в документах и фотографиях». Марьянэ ящыщщ «Писатели Кабардино-Балкарии» библиографие псалъалъэр зыгъэхьэзырахэми. Абы итхауэ тхылъым ихуащ тхыгъэ 33-рэ. ТхакIуэхэм, сурэтыщIхэм, композиторхэм теухуауэ тхылъ щхьэхуэхэр диIэти, иджы театрым и Iуэхумрэ и лэжьакIуэхэмрэ щхьэхуэу къызэщIэзыкъуэ ахэм къазэрыхэхъуар гуапэщ. Лэжьыгъэр зыхуэдамрэ абы къыкIэлъыкIуэнкIэ хъунумрэ тедгъэпсэлъыхьыну дэ ЩакIуэ Марьянэ зыхуэдгъэзащ. - НэгъуэщIхэм я гугъу дымыщIми, дэ, журналистхэм, хуабжьу сэбэп къытхуохъу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ епхауэ къыдэкI тхылъ щхьэхуэхэр. ЩIэнгъуазэ (энциклопедия) пэлъытэу диIэщ ахэр. Нэхъ дэхуауэ къэнар Адыгэ драмэ театррати, а Iуэхури ежьа хуэдэщ. Сытым къыхэкIа ар къыхэпхыныр? - СызэрыцIыкIурэ театрыр фIыуэ солъагъу. Абы къинэмыщIауэ, ди театрым ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрехьэ. А псом уфIэкIыжынщи, ди театрым зэфIэкIышхуэ иIэу къогъуэгурыкIуэ. Зы зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, театрым ехъулIэныгъэшхуэхэр зэриIар наIуэщ, ауэ, зэрыжаIэщи, Iей мыхъу фIы хъужыркъым, нобэ дызыгъэгузавэ щытыкIэ гугъум икIыу зыужьыныгъэм и гъуэгум театрыр зэрытеувэжынум шэч къытесхьэркъым. ЩIэныгъэ Iуэхухэм епхауэ сэ ар зыми пщэрылъ къысщищIакъым, зэрыжысIащи, театрыр фIыуэ слъагъути, а лъагъуныгъэм а лэжьыгъэм сыхуишауэ аращ. Институтым сыщыувагъащIэм, лэжьэн щыщIэздзар Хьэщхъуэжь Рае и отделрат (абы щыгъуэм урыс, адыгэ, балъкъэр литературэхэр зы отделт). АтIэ, адыгэ тхакIуэхэм я лэжьыгъэм теухуа тхыгъэхэр згъэхьэзырыну щыдубзыхум, дауи, ЩоджэнцIыкIу Алий и дежщ къыщыщIэздзар. Ар сыухри Шортэн Аскэрбий теухуа тхылъым яужь сихьащ. Аскэрбийрэ абы и щхьэгъусэ Даниткэрэ Адыгэ театрым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ. Драматургымрэ артисткэмрэ я гъащIэм пэгъунэгъу сызэрыхъуам мащIэ-мащIэурэ сыхуишагъэнущ драматургиемрэ театрымрэ теухуа монографие стхыным. Театрымрэ драматургиемрэ зэпэщхьэхуэ пхуэмыщIыну зэпхащ. Ди лъэпкъым и театр гъуазджэм и лъабжьэр жыжьэ къыщожьэ. Ар мажусий диным епха Iуэхугъуэхэрами, къызэрымыкIуэу бей ди IуэрыIуатэрами, драматургиемкIэ гъэнщIащ, ар къыхэзыхыу зытхын фIэкIа хуэмейуэ. КIэщIу жыпIэнумэ, драматург утыкум къихьэн хуейт. Къапщтэмэ, театрыр гущапIэ хуэхъуащ ди лъэпкъым и профессиональнэ драматургием. АтIэ, «Драматургиемрэ театрымрэ» монографием сыщелэжьым, тхыгъэ куэд зэхуэсхьэса хъуащ. Газетыр къэзгъэсэбэпу фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт Архив IуэхущIапIэм и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Оксанэ. Ари абы къыдэлажьэхэри хуабжьу къыздэIэпыкъуащ архивым хэлъыр къанэ щымыIэу къыхэсхынымкIэ. Къыхэпхар сыт жыпIэмэ, колхоз-совхоз театр щыщыIа 1936 гъэ лъандэрэ сыт хуэдэ спектакль ямыгъэлъэгъуами, театр критикхэмрэ журналистхэмрэ ахэм тратхыхьаращ, рецензэхэу, нэгъуэщI тхыгъэу ирехъуи. Псалъэм папщIэ, 1937 гъэм щIышылэм и 2-м ягъэлъэгъуауэ щыта «КIуэрыгъуэт» спектаклым (ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан и пьесэмкIэ), Лим К. тритхыхьам къыщыщIызодзэри «Эдип» спектаклым (IутIыж Борис и пьесэмкIэ ягъэувам) теухуауэ Кайтовэ Ф. 2000 гъэм итхамкIэ соухыж. Тхылъым щIэныгъэм тет пэублэ псалъэ хуэстхащ «От народного искусства джегуако - к профессиональному театру» фIэсщауэ. Театр критикэм и антологие хъуауэ къысщохъу мы тхылъыр. - Марьянэ, а тхыгъэхэр зыуэ зэхуэхьэса зэрыхъуам, дауи, мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ауэ езы тхыгъэхэм теухуауэ сыт жыпIэфынур. Сэ сызэреплъымкIэ, театрыр куэдкIэ япэ итащ театр критикэм. - А тхыгъэхэм фIыгъуэ нэхъыщхьэу ябгъэдэлъыр ахэр зи IэдакъэщIэкIхэм спектаклхэр я нэмкIэ зэралъэгъуаращ. Я щыщIэныгъи, ехъулIэныгъи къратхэкIыжащи, ари куэд и уасэщ. Псоми дощIэ спектаклыр зэрыгъащIэ кIэщIыр. Псалъэм папщIэ, ШэкIыхьэщIэм и пьесэм къытращIыкIа «КIуэрыгъуэт» спектаклыр зэрагъэлъэгъуар дэнэт дэ щытщIэжынур, абы зыгуэр темытхыхьатэмэ, илъэгъуам теухуа гупсысэ къытхуимыгъэнатэмэ? - Мы уи лэжьыгъэм пыпщэну уи мурадкъэ, Марьянэ? Зи гугъу сщIыр артистхэм теухуа тхылъ щыIэн зэрыхуейрат. - Сэ абы солэжь. ИкIи, зыри къэдгупсысын хуэмейуэ, артист гъуэзэджэхэри, абыхэм я сурэтхэри, спектаклхэм я теплъэгъуэхэр къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэри щыIэщ. Ар зи фIыщIэр театрым сурэттех щылажьэу зэрыщытаращ. Иджы ар щыIэжкъыми, спектаклхэр лъэужьыншэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, «Дамалейм» трахауэ зы сурэти архивхэм хэлъкъым. Театрым щылэжьа, нобэ щылажьэ псори къызэщIэзыубыдэ тхылъ, энциклопедие жысIэнт, хъун хуейщ ар. Литчастым и унафэщIу Адыгэ театрым щылажьэ Къанокъуэ Заринэ зэрылъэкIкIэ къыздоIэпыкъу артистхэм я гъащIэ гъуэгуанэр тхыжа хъунымкIэ. ФIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт Заринэ абы щхьэкIэ. НэгъуэщI зыми си псалъэ гуапэ зэхихыну сыхуейт - ар ЩакIуэ Эльберд зи унафэщI типографием редактор нэхъыщхьэу щылажьэ Уэсмэн Любовщ. Сабийм хуэдэу хуэсакъыу, темызашэу, шэч къызытрихьэм зыбжанэрэ къытригъэзэжу йоджэ ар тхылъхэм. Тхьэм игъэпсэу, хуабжьу гуапэщ зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыхум упэщIэхуэныр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт «Кабардинский драматический театр» тхылъымрэ си монографиемрэ селэжьыхукIэ, нэгъуэщI зыи хьэзыр зэрыхъуар. Зи гугъу сщIыр ди лъэпкъым щыщу абыкIэ щIэныгъэ япэ дыдэу зэзыгъэгъуэта, ГИТИС-м и режиссер къудамэр къэзыухауэ щыта Мыд Хьэжмусэщ. Абы и архивым хэлъ тхыгъэхэр зэгъэзэхуэжауэ, сурэтхэр куэду хэту илъэситI хъуауэ хьэзыру щылъщ, къызэрыдэдгъэкIын ахъшэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу. Хьэжмусэ революцэм и пэкIэ къалъхуащ, дунейм щехыжар 1997 гъэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы и нэгу щIэкIащ театрым и гъащIэр. Аращ япэу зыгъэувауэ щытар «Къамботрэ Лацэрэ», «Андемыркъан» спектаклхэр. Си гур згъэкIуэдкъым - а тхылъми и чэзур къэсынщ, абы елэжьыныр щызэфIэкIакIэ. - Марьянэ, узытетхыхь театрым зэрихьэ цIэр жыпIэми, узиунафэщI музейр жыпIэми, уи тхылъхэр жыпIэми, ЩоджэнцIыкIу Алий уи гъащIэм и Iыхьэ хъуам хуэдэщ. Сыт жыпIэнт абы теухуауэ? - Илъэс 45-рэ хъуащ ди театрым ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрызэрихьэрэ. Сыхуитатэмэ, я лэжьэгъуэ илъэсыр а тхакIуэм и IэдакъэщIэкIкIэ яублэу хабзэу згъэувынт. Чеховым и цIэр зезыхьэ театрым щыIэщ апхуэдэ хабзэ. ИкIи абы театрым и пщIэр къиIэт фIэкIа игъэлъахъшэркъым. Къапщтэмэ, ЩоджэнцIыкIу Алий а театрым литературэмкIэ и япэ консультанту щытащ. - Лэжьыгъэшхуэ гуэр щыпщIэкIэ, гъэщIэгъуэн пщыхъуа, уи гум нэхъ къина къыхокI. Абы и лъэныкъуэкIэ сыт жыпIэфынт, Марьянэ? - Театрым актер гъуэзэджэхэр зэрыхуэщыр, абы щыгъуэми, я нэхъыбэр Псыгуэнсу (Жанхъуэт хьэблэ) щыщу. Акъсырэ Залымхъан, КъардэнгъущI Зырамыку, IутIыж Борис (зэрысщIэмкIэ, IутIыжыр зыщыщ Зэрэгъыж къуажэр Жанхъуэт хьэблэ дэIэпхъукIауэ аращ) жыпIэми, театрыр зэфIэзыгъэува драматургхэмрэ артистхэмрэ я фIыщIэкIэ а гъуазджэ лIэужьыгъуэм и тхыдэ бей диIэ зэрыхъуам шэч хэлъкъым. - Марьянэ, ди театрым къызыдэбжэн хуей илъэсыр сыт хуэдэрауэ пIэрэ. АбыкIэ зэдауэ зэрыщыIэращ щIыжысIэр. - ГИТИС-м лъэпкъ студие къыщызэIуахам, япэ абы щеджар къущхьэхэращ. Институтым и унафэщI Фурмановэ япэ ирагъэджа гупыр къишэжу Осетием къыщыкIуэм, ар Къалмыкъ БетIал Къэбэрдей-Балъкъэрми къригъэблэгъауэ щытащ колхоз-совхоз театр жыхуаIэм щылажьэ гупыр иригъэлъагъуну. 1934 гъэрат ар. Абы щыгъуэращ унафэ къыщахьар ГИТИС-м адыгэ, балъкъэр студиехэр къыщызэIуахыу, ирагъэджэнухэр ягъэкIуэну. Ауэ колхоз-совхоз театрыр зыхуащIыжатэкъым. Мазэ бжыгъэ гуэркIэ ирагъэджа гупым а лэжьыгъэр ипэкIэ ягъэкIуэтащ, Москва ягъэкIуа гупым къигъэзэжыху. ТхакIуэ Шортэн Аскэрбий, Мэртэзей щыщ егъэджакIуэхэу Блай Увжыкъуэрэ Къэрэшейрэ, балетмейстер Шиккер И.К., нэгъуэщIхэми я гуащIэ хэлъщ театрым ича япэ лъэбакъуэхэм. Аращи, театрым япэ спектакль щигъэлъэгъуар 1936 гъэращ, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан и пьесэм къытращIыкIа «КIуэрыгъуэтрат» цIыхухэр зэрагъэплъар. Колхоз-совхоз театрым нэхъ къыхэжаныкIа ДыщэкI КIунэ, Шортэн Даниткэ, Нартыжь Сэфарбий, Къамбий Тарий, Сэхъу Къымсар, нэгъуэщIхэри ГИТИС-м щеджэу къэзыгъэзэжахэм хагъэхьэри, 1940 гъэм жэпуэгъуэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театр къызэIуахащ. ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэс 60 щрикъум и щIыхькIэ, театрым абы и цIэр фIащащ 1960 гъэм. Иджыри къытызогъэзэжри, театрыр къыщызэIуаха мазэмрэ Алий къыщалъхуамрэ щызэтехуэкIэ, а зы закъуэр нэхъ мыхъуми щхьэусыгъуэ ирикъуу къысщохъу тхакIуэ гъуэзэджэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщкIэ я лэжьэгъуэ илъэсыр яублэным. Епсэлъар Ширдий Маринэщ.
Адэм и щапхъэ
Ди зэманми щIалэгъуалэм куэду яхэтщ дзэм къулыкъу щызыщIэну зи нэ къыхуикIхэр. Куэдми а къалэныр ирахьэкI, къызыхэкIа лъэпкъымрэ унагъуэмрэ я цIэр фIыкIэ ягъэIуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Май къалэм къыщыхъуа Сэхъу Николай. ЕджапIэм зэрыщIэсрэ абы и хъуэпсапIэт и гъащIэр дзэ къулыкъум ирипхыну. Николай щапхъэ нэс хуэхъуащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм зи гъащIэр езыпха и адэ Замир. Сэхъу нэхъыжьым и къалэнхэр ирихьэкIащ фыщIэрэ щытхъурэ пылъу, зыхэт гупым пщIэ къыхуащIу, нэхъыщIэхэм я щапхъэу. Абы къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, ЛIыхъужьыгъэм и орденыр. Николай школым щыщIэсым фIы дыдэу еджэрт, спортым дихьэхырт, патриот ныбжьыщIэхэм я зэщIэхъееныгъэ командэм хэтт. 2001 гъэм абы республикэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Николай школыр къиухри, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и Военнэ университетым щIэтIысхьащ. Курсант нэхъыфIхэм ящIыгъуу ар хэтащ ТекIуэныгъэр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ Москва и Ут Плъыжьым парадым. Зыхэтым гупсэ яхуэхъуа щIалэм и хъыбар гуапэ адэ-анэм къаIэрохьэ. Псом хуэмыдэу ахэр щыгуфIыкIащ я къуэр щеджэ университетым и унафэщI, генерал-полковник Марченкэ къыбгъэдэкIыу къаIэрыхьа тхыгъэ гуапэм. Николай далъагъу гъэсэныгъэмрэ хабзэмрэ, абы и къалэнхэм щиIэ ехъулIэныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ къыхэкIыу Сэхъу зэщхьэгъусэхэм унафэщIхэм фIыщIэ къыхуащIырт. Апхуэдэу и адэмрэ и къуэш нэхъыжьымрэ я лъэужьым ирикIуэну, а университет дыдэм щIэтIысхащ Александри. Николай щеджэр следствэ-прокурор къудамэрщ, Александр къыхихар нэгъуэщI IэщIагъэщ - ар консул хъунущ. Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Залым илъэсибл ирикъуауэ аращ. Абыи и мурадщ военнэ дохутыр хъуну. МЭЗКУУ Къан.
Жыг хадэхэр къавгъэщIэрэщIэж
Дачэ, щIы мащIэ зиIэхэм зэгуэр ягъэтIысауэ щыта жыгыфIхэр зэрахъуэкIын ягу пымыкIыу ирагъэтурэ, мыхьэнэншэ мэхъу. Апхуэдэхэм теплъэ щIагъуи яIэжкъым, нэхъыщхьэращи, пхъэщхьэмыщхьэу къапыкIэж щыIэкъым, а мащIэри жьгъейщ, нэхъ IэфIыншэщ. Апхуэдэхэр зэхъуэкIын хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ IэмалыфIщ, нэхъ псынщIэу, текIуэдэшхуэ щымыIэу къызэбгъэпэщыфынущ жыгхэм етIуанэу дэгъэкIэжыныр. А щIыкIэм тету «къагъэщIэлэжа» жыгхэм, щIэуэ ягъэтIысахэм нэхърэ нэхъ пасэу къыпыкIэн щIадзэж, бэвагъ нэхъыби къат. ТIорысэ хъуа жыгхэм къэгъэщIэрэщIэжыкIитI яIэщ: абыхэм гъэч дадз е гулъ дагъакIэ. Гъатхэм, жыгым и пкъым псы щызекIуэ щыхъужа зэманым гъэчхэр дадз. Гулъыр нэхъыбэм гъэмахуэм дагъакIэ, ауэ а лэжьыгъэри гъатхэм, жыгым и пкъым псыр щызекIуэ щыхъуа лъэхъэнэм, щыщIэдзауэ, къэгъэгъэн иухыху бгъэзащIэ хъунущ. Псом хуэмыдэу а дэгъэкIэкIэр купкъ зыщI пхъэщхьэмыщхьэхэм нэхъ щозэгъ. Гъэч дэбдзурэ дэгъэкIэным гъатхэм пасэу, махуэхэм хуабагъыр градуси 10 - 12-м щынэсам и деж, иужь уихьэ хъунущ. А лэжьыгъэр накъыгъэм (майм) икухэм и деж зэпыгъэужын хуейщ. Жыгхэм дадзыну гъэчхэр гулъхэм зыкъамытIатэ щIыкIэ - мазаем, гъатхэпэм гъэхьэзырын хуейщ. Гъэчхэр къыбгъэдах ягъэунэхуа пхъэщхьэмыщхьей лъэпкъыфIхэм, жыг узыншэхэм. Гъэчхэр хуабагъыр градус 0,+3 щыхъу псэуалъэхэм щахъумэ. ЕтIуанэу зыдагъэкIэжыну къыхах жыгхэр щIымахуэм фIыуэ пэщIэтыфыну, узыншэу, дагъакIэм тэмэму зиужьу щытын хуейщ. Псалъэм папщIэ, етIуанэу гъэч дагъэкIэну къыхах хъунукъым щIыIэ, дыгъэбзий гуащIэ зэуа, зи лъэдийм дыркъуэ, удын телъ, дзыгъуэхэм, жумэрэнхэм зи пхъафэр трагъукIа жыгхэр. Апхуэдэу гу лъытапхъэщ жыг зэмылIэужьыгъуэхэм гъэчхэр щыдадзкIэ зэрымыубыд къазэрыхэмыкIым. ЗэрагъэунэхуамкIэ, жыгым и щытыкIэми, къит пхъэщхьэмыщхьэми зыкIи зэран хуэхъунукъым гъэмахуэ сортхэр щIымахуэ сортым, е япэр етIуанэм дэбгъакIэкIэ. Уеблэмэ зы сортым сорт зэхуэмыдэ зыбжанэ дэбгъакIэ хъунущ. Ауэ ахэр зы зэманым зэдэхъуу щытын хуейщ, жыгым тэмэму зиужьын, щIымахуэм фIыуэ пэщIэтыфу щытын папщIэ. Гъэчыр зыдэбдзыну жыгым и ныбжьым зыри елъытакъым, ауэ илъэситху нэхърэ нэхъыжьхэм дэмыгъэкIамэ нэхъыфIщ, мымащIэу дыркъуэхэр ятелъынкIэ зэрыхъунум папщIэ. Жыгым и инагъым елъытауэ дадзыну гъэчхэм я бжыгъэри щытын хуейщ. Жыгым и къудамэ гъэч зыдадзыну паупщIым и гъумагъыр сантиметри 10 - 12-м щIигъун хуейкъым. Сыту жыпIэмэ, пыупщIыпIэр ин хъунурэ щIэх кIыжынукъым, абдеж щIыIэ еуэнкIэ хъунущ. ПыупщIыкIэми хабзэ хэлъщ: къудамэр инмэ, япэ щIыкIэ и щIагъымкIэ ирабз (пхъэхкIэ ныкъуэпых ящI), итIанэ и щIыIумкIэ щыщIаупщIыкI. Апхуэдэу умыщIмэ, зыдэбдзыну къэбгъанэм и фэм щыщ паупщIа къудамэм зыдытрилъэфынущ. Гъатхэм жыгым дадзыну къыхах гулъитI-щы зытет гъэчхэр. Гъулъи 6 - 8 къызэщIэзыубыдэ гъэч кIыхьхэр дэбдзмэ, етIуанэу зыдэбгъэкIэж жыгым нэхъ пасэу къыпыкIэн щIидзэжынущ, ауэ апхуэдэ гъэчхэр нэхъ гугъусыгъуу докIэ, щызэрымыубыди къохъу. Гъэчхэр тэмэму дэбдзын папщIэ къэбгъэсэбэпын хуей псори хьэзыру, фIагъ лъагэ яIэу щытын хуейщ. ДэдзыпIэм къепшэкIыну нэхъыфIщ полиэтилен пленкэр. АбыкIэ быдэу кърапхэкI дэдзыпIэм и деж. Пленкэр хокI, абы къыхэкIыу дадза гъэчыр хэхъуэным зэран хуэхъуркъым. Пленкэм сантиметри 2 - 2,5-рэ и бгъуагъыу щытыпхъэщ, и кIыхьагъыр гъэчыр зыдадза къудамэм и гъумагъым елъытащ. Гъэчыр дэкIэныр икIи тэмэму зиужьыныр садовэ варым и фIагъми елъытащ. ДэгъэкIапIэр кърапхэкIа иужь, дадзамрэ зыдадзамрэ дазэ гуэрхэр яIэмэ, къыщIэмыщыпхъэ щыIэмэ, садовэ варымкIэ фIыуэ щIахъумэ. Ар дадза гъэчым и щхьэкIэ пыупщIыпIэм и дежи щахуэ. ДагъэкIам тэмэму зиужьынымкIэ мыхьэнэ иIэщ дэдзыпIэм и деж къызэрырапхэкIар и зэманым къэтIэжыным. Тхьэмахуи 3 - 4 зэрыдэкIыу жыгыщIэ цIыкIухэм я пхапIэхэр къатIэтэж, зи ныбжь ирикъуа жыгхэм - къыкIэлъыкIуэ илъэсым. ДагъэкIам фIыуэ зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъэчым и дакъэр тэмэму щIэупщIыкIыным. ХуэIушэу щIэупщIыкIа пыупщIыпIэр гъэчым и гъумагъым нэхърэ сантиметри 3 - 3,5-кIэ нэхъ кIыхьу щытын хуейщ. Нэхъ мащIэу щIэупщIыкIауэ паупщIмэ, зыдадзымрэ дадзамрэ я зэрыубыдыныр нэхъ къарууншэ ещI, абы къыхэкIыуи, дэкIэр нэхъ мащIэ мэхъу. Гъэчым и щIэупщIыкIыпIэр джафэу, къабзэу щымыту хъунукъым. Гъэчым и щхьэкIэр гулъым и деж щыпаупщI. Пхъафэ щIагъым щIадзу гулъыр дэгъэкIэным, хабзэ хъуауэ, накъыгъэм и япэ махуэхэм щIадзэ, абы щыгъуэ жыгыр мэкI, зеужь, и фэмрэ и пкъымрэ тыншу зэрыутIыпщу хуожьэ. А жыг дэгъэкIэкIэм и деж, хэупщIапхъэ, пыупщIыпхъэхэр тэмэму зэфIэгъэкIамэ, дадзымрэ зыдадзымрэ фIыуэ зэроубыд, щымыхъу къыхэмыкIыу докIэ. Сыту жыпIэмэ а лъэхъэнэм жыгым и пкъым псыр фIы дыдэу щызокIуэ. Жыгым щыдадзым деж, къабзагъэм гулъытэ хуэщIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ауэ жыг хадэм зэрелэжь Iэмэпсымэхэм, жыгым дадз гъэчхэм, гулъхэм химие лъэпкъ епхьэлIэ хъунукъым, зыдадз жыгым и пкъынэм хуабжьу зыхищIэнущ. Апхуэдэу къабзэу щытын хуейщ зэрыдадз Iэмэпсымэхэр. Псалъэм папщIэ, сэм зыгуэр ирыпаупщIыху къабзэу ялъэщIыж, уз къежьапIэ гуэр зыдагъэкIам, дагъакIэм ирамыхьэлIэн папщIэ.
Бэчкъан Абдул.
ЦIЫХУ НЭХЪЫБЭ КЪЫЗЭРЫДАХЬЭХЫНЫМ ХУЩ1ОКЪУ
Мэзукъэбз Уэсмэн:
Мэзукъэбз Уэсмэн Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Куэд дэмыкIыу абы я унагъуэр Налшык къэIэпхъуащ. 1994 гъэм абы къалэм дэт 18-нэ курыт еджапIэр дыжьын медалкIэ къиухащ. Олимпиадэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэр къалъытэри, ар США-м еджапIэ ягъэкIуащ. Мы зэманми Мэзукъэбзыр а къэралым щопсэу. Джорджие штатым хыхьэ Атлантэ къалэм щыIэ школыр къиуха иужькIэ, финанс Iуэхухэм щыхуеджащ Бриджпорт университетым. 1993 гъэ лъандэрэ интернетым пыщIащ. KavkazWeb.net веб-порталым и генеральнэ директорщ, апхуэдэуи зи хэщIапIэр Нью-Йорк щыIэ Pinnacle Quest Capital.Inc интернет-холдинг компанием и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ зыщ. - Уэсмэн, дапщэщ икIи дауэ къызэвгъэпэща фи сайтыр, икIи хэт ар нэхъыбэрэ къэзыгъэсэбэпыр? - 1999 гъэм сэ сигу къэкIащ апхуэдэ сайт къызэгъэпэщын зэрыхуейр икIи къызэIутхыну порталыр зэрылэжьэну щIыкIэр убзыхуным илъэскIэ селэжьащ. 2000 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м япэу “Кавказ Чат” къэзыпщытэ проектыр къызэдгъэпэщащ. Сайтым Iэмал къуитырт ар къэзыгъэсэбэпхэр макъкIэ зэрызэпсалъэ чатымкIэ зэрыщIэну. Къэзыпщытэ проектыр ехъулIэныгъэкIэ кIуэцIрыкIащ - мазитI нэужьым зы махуэм сайтыр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэр цIыху 500-м нэблэгъат, абы щыгъуэми рекламэ дымыщIу. А гъэм и фокIадэ мазэм Налшык, Владикавказ къалэхэм щыщу журналист, программист, дизайнер, аналитик зыхэт гуп къызэзгъэпэщащ. 2001 гъэм и мэлыжьыхь мазэм сайт щхьэхуэ диIэ хъуащ. Ди сайтыр нэхъ къэзыгъэсэбэпыр илъэс 18 - 35 хъу щIалэгъуалэрщ. Нэхъыбэу порталым къихьэхэр Кавказым щыщхэу Москва щыпсэухэрщ. Ауэ КавказВеб.нетым Кавказым и республикэ щхьэхуэхэми пашэныгъэр щиIыгъщ. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстаным щыщу интернетыр къэзыгъэсэбэпхэм я зэхуэзапIэ нэхъыщхьэр ди сайтырщ. Ику иту къапщтэмэ, махуэм сайтым ихьэхэм я бжыгъэр цIыху мини 3 - 4-м ноблагъэ, псори зэхэту къапщтэмэ, ар къэзыгъэсэбэпыр цIыху 25.000-м щIегъу. - Сыт хуэдэ мурадхэр зыхуэвгъэувыжат сайтыр къыщызэIуфхым? - 90 гъэхэм я кIэухым интернетым иIэтэкъым Кавказым щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми щыгъуазэ уахуэзыщI сайт. Ар и щхьэусыгъуэу ди порталыр къызэIутхащ. Ди мурад нэхъыщхьэр Кавказым хыхьэ республикэхэр хъыбаркIэ зэрызэхъуажэр егъэфIэкIуэнырщ, абыхэм я зэдэлэжьэныгъэр, жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри щIэгъэбыдэнырщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ КавказВеб.нет жыхуиIэр япэу къызэIуаха, иджыпстуи зи закъуэ, кавказ псор зылъэзыгъэIэс сайт цIэрыIуэ хъуащ. - Iуэхур щызэтевублэм сыт хуэдэ гугъуехьхэм фрихьэлIа? - 2001 гъэм интернетым Кавказым щиIа зыужьыныгъэм тепщIыхьмэ, кавказпсо портал къызэбгъэпэщын папщIэ тегушхуэныгъэшхуэ пхэлъын хуейт. Къэлъытапхъэт зэманышхуи мылъку мымащIи абы зэрытекIуэдэнур. Иджыпсту сайтыр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэм тетщIыхькIэрэ, дэ тхужыIэнущ цIыху куэд абы зэрыхуэныкъуэр, ауэ абы щыгъуэм, проектыр щыдубзыхум, щIыпIэм щыщ куэдым ар къыддаIыгъакъым, шэч къытрахьэрт къэунэху кавказ интернет-зэгухьэныгъэм къигъэув хабзэхэм дыпэлъэщыным. - Уэсмэн, фи сайтым хуэдэ адрейхэм сыткIэ факъыщхьэщыкIрэ? - ЗэщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэр ди сайтым и лэжьыгъэр сыт и лъэныкъуэкIи тэмэму убзыхуауэ зэрыщытырщ. ХъыбарыщIэхэмрэ тхыгъэхэмрэ сайтым щитлъхьэкIэ Кавказым и республикэхэм щыпсэухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъунур къэтлъытэурэ къыхыдох. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ди сайтым къриубыдэу Кавказыр - зыуэ щыт зэгухьэныгъэщ, абы хэт дэтхэнэ зыми и гугъуехьхэм игъэгумэщIу. - Уэ узэреплъымкIэ, сайтым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр сыт? - Хъыбархэр цIыхухэм я деж нэхьэсынырщ, ахэр я тегъэщIапIэу Кавказым къыщыхъухэм, апхуэдэуи а щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм я гъащIэр зэрекIуэкIым теухуауэ езыхэм я Iуэху еплъыкIэр яубзыхужын папщIэ. - Уэсмэн, мы зэманым сайтым зиужьынымкIэ лъэпощхьэпохэр фиIэ? - Нэхъыбэу ди Iуэхур къэзылъахъэр хъыбарыр “хущхъуэ IэфIу”, дэтхэнэ зы цIыхуми и Iэпкълъэпкъым зэхуэдэу фIыуэ ар зыхищIэн хуейуэ зэрыщымытыр куэдым (къэралым и къулыкъущIэхэри хэту) къазэрыгурымыIуэрщ. Ахъшэ къызыпэмыкIуэ ди проектым мылъку и лъэныкъуэкIэ и гугъу пщIымэ, жумыIэу хъунукъым Кавказым интернетыр къагъэсэбэпу хьэрычэт Iуэху зэрызэрамыхуэфыр, я хьэпшыпхэр рекламэ ящIу KavkazWeb.net сайтым зэрырамылъхьэфыр. Кавказым и хьэрычэтыщIхэм тегушхуэныгъэ яхэлъкъым. Къапщтэмэ, рекламэ зытым абы мылъкушхуэ къыхуихьынкIи е абы тригъэкIуэдар къыхимыхыжынкIи хъунущ. Абы къыхэкIыу Iуэхум шынагъуэ зэрыхэлъым къегъэдзыхэри, интернетыр къагъэсэбэпу рекламэ зытымрэ щэхуакIуэмрэ зэпызыщIэ IэмалыщIэм куэд тегушхуэркъым. - Абы и лъэныкъуэкIэ нэхъыбэрэ фи сайтыр сыт хуэдэ IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэпрэ? - Рекламэ зытхэу дэ дапыщIауэ щытащ зэлэжь продукцэ елъытакIэ зэщхьэщыкI IуэхущIапIэ зыбжанэм. Псалъэм папщIэ, ди сайтым я рекламэр къралъхьэрт Испанием щыщ риэлторхэм. Электрон хьэпшыпхэр щащэу Налшык щыIэ “Мадифарм” тыкуэным илъэсым щIигъуауэ дыдолажьэ. Лъэпкъ проектхэм ящыщу и цIэ къисIуэну сыхуейщ Ингуш.ру жыхуиIэм, абы ахъшэшхуэ къыпэкIуауэ щытащ. - Къэбэрдей-Балъкъэрым интернетым зэрызыщиужьым теухуауэ сыт жыпIэфын? - Псори зэлъытыжар республикэм и экономикэм иIэ зыужьыныгъэрщ. ЩIыпIэ IуэхущIапIэхэм къат хэхъуэм зиIэтмэ, абыхэм я мылъкур занщIэу халъхьэу щIадзэнущ я сайт къызэрызэрагъэпэщынымрэ я продукцэм рекламэ зэрыхуащIынымрэ, ауэ дызыхуэкIуэ илъэситIым интернет Iуэхум республикэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтыну жысIэркъым. Псом япэрауэ, а Iуэхур щIыпIэ властым къыбдиIыгъын хуейщ, республикэ мыхьэнэ зиIэ интернет проектхэм мылъку хилъхьэкIэрэ. Абы хохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ районхэмрэ я сайт щхьэхуэхэр къахузэгъэпэщынри. Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен экономикэм и щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ дызыхуэкIуэ илъэси 3 - 5-м зригъэхъуэжыну жиIащи, абы иужькIэ интернетыр къэзыгъэсэбэпхэми я бжыгъэм хэхъуэнущ. Дэри сыт и лъэныкъуэкIи цIыхухэр къызэрыдэтхьэхын щIэ гуэрхэр сайтым и лэжьыгъэм зэрыхэтлъхьэным дыхущIэкъунущ. Епсэлъар Тхьэхущынэ Ланэщ.
|
|
||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
|||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||
|