|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мазаем и 15 |
|||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||
Си бзэ – си псэ, си дуней
Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ, лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ нэхъыфIу щрагъэдж, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ тэрэз зыбгъэдэлъыр къэзыхутэ «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ 2006 гъэм щегъэкIуэкIыныр КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, «Адыгэ псалъэ» газетым, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом, «Адыгэ унэ» тыкуэным къыхалъхьэ. 1. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэхэр
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ курыт еджапIэхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэн; егъэджакIуэ пажэхэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъын, абыхэм фIыуэ, хьэлэмэту къагъэсэбэп Iэмалхэм псори щыгъуазэ щIын; адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэу щIэблэр къэгъэтэджынымкIэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэн; адыгэ хабзэм, лъэпкъ щэнхабзэм щIэблэр щIэпIыкIын, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъ зыубгъуауэ къэгъэсэбэпын; лъэпкъ еджапIэ, гъэсапIэ нэхъыфIхэр къэхутэн, абыхэм я лэжьэкIэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ гъэлъэгъуэн; еджакIуэ зэчиифIэхэр утыку къишэн, я зэфIэкIыр щапхъэу гъэлъэгъуэн; еджапIэ, гъэсапIэ IэнатIэхэм я щытыкIэ-псэукIэм жылагъуэм, адэ-анэм, Iуэху зезыхьэ цIыхухэм гу лъегъэтэн.
2. Зэпеуэм хэт хъунущ
Район администрацэхэм егъэджэныгъэмкIэ я къудамэхэм, къалэ департаментхэм къызэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупхэм къагъэлъагъуэ курыт еджапIэ, сабий гъэсапIэ, еджапIэ IуэхущIапIэ нэхъыфIхэр.
3. Зэпеуэр щекIуэкIкIэ къалъытэнущ
еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрыщрагъэдж щIыкIэр (урокхэр, программэхэр, планхэр); район, къалэ, республикэпсо зэхьэзэхуэхэм еджапIэм и гъэсэнхэм щаIэ ехъулIэныгъэхэр; адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрагъэдж пэшхэм я теплъэр; еджапIэм и библиотекэр зэрырагъаджэ тхылъкIэ, художественнэ литературэкIэ къызэрызэгъэпэщар; егъэджакIуэхэм я методикэ лэжьыгъэхэр; бзэм, тхыдэм, хабзэм теухуауэ еджапIэм щекIуэкI классщIыб гъэсэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэр; адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм щIэблэр зэрыщIапIыкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и планхэр, программэхэр, планшетхэр, альбомхэр, стендхэр.
4. Зэпеуэр зэрекIуэкIыну щIыкIэмрэ щекIуэкIыну зэманымрэ
ЕджапIэ, гъэсапIэ, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр Iуэхум зэреплъыр къэтлъытауэ, фестиваль-зэпеуэр Iыхьищу зэщхьэщыхауэ екIуэкIынущ: I. ГъэсапIэ, еджапIэ IуэхущIапIэхэм – мазае (февраль), гъатхэпэ (март) мазэхэм; II. Куейхэмрэ, къалэхэмрэ - мэлыжьыхь (апрель), накъыгъэ(май) мазэхэм; III. Республикэпсо фестиваль-зэпеуэр - фокIадэ (сентябрь), жэпуэгъуэ (октябрь) мазэхэм.
5. Зэпеуэр зэрекIуэкIыну унэтIыныгъэхэмрэ абыхэм хиубыдэхэмрэ
1. Дахащэщ си Адыгэ Хэкур - IуэрыIуатэр; - «Нарт» эпосыр; - усыгъэхэр; - къафэхэр; - уэрэдхэр; - театр теплъэгъуэхэр; - сурэтхэр (IэрыщIхэр, техахэр) 2. Адыгэ щIыналъэ - тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ; - географие; - си лъэпкъыр, си лIэужьыр; - лъэпкъ шхыныгъуэхэр; - адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ; - лъэпкъ нэщэнэхэр. 3. Си бзэ - си псэ - адыгэбзэмкIэ екIуэкIа урок нэхъыфI дыдэ; - адыгэ литературэмкIэ екIуэкIа урок нэхъыфI дыдэ; - адыгэбзэкIэ ирагъэдж урок нэхъыфI дыдэ; - классщIыб лэжьыгъэ; - адыгэ лъэпкъыр дунейпсо утыкум зэрихьа Iуэхугъуэхэр урокхэм, классщIыб лэжьыгъэхэм къыщыгъэсэбэпа зэрыхъу Iэмалхэр; - бзэр, литературэр нэхъыфIыжу егъэджынымкIэ докладхэр (программэхэр, учебникхэр, планхэр щIыгъуу). 4. Гъэсэныгъэ лэжьыгъэр IуэхущIапIэм зэрыщекIуэкIыр - абы иIэ щытыкIэмрэ зэрекIуэкI щIыкIэмрэ; - еджакIуэхэр IуэхущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэ псоми жыджэру зэрыхэтыр; - гъэсэныгъэм иIэ программэ-методикэ лъабжьэр. 5. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэр 6. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ, лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ нэхъыфI дыдэу щрагъэдж еджапIэ
6. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ, къэпщытакIуэ гупхэр
«Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм и екIуэкIыкIэм пыщIа Iуэхугъуэхэр зи пщэрылъ гуп щхьэхуэ яубзыхуащ. ЕгъэджэныгъэмкIэ район управленэхэм, къалэ департаментхэм къабгъэдэкIыу къызэгъэпэщакIуэ гупым (комитетым) хуагъэхь: - зэпеуэм хэтхэм щыщ гъэсапIэ, еджапIэ нэхъыфIхэм я лэжьэкIэм теухуа тхыгъэхэр; - апхуэдэ гъэсапIэ, еджапIэ IуэхущIапIэхэм зыужьыныгъэмкIэ я программэхэр; - егъэджэныгъэм хыхьэ лъэпкъ-щIыналъэ Iыхьэр гъащIэм зэрыхапщэр къызыхэщ видеоматериалхэр; - методикэ чэнджэщхэр, урокхэр, классщIыб лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIа материалхэр; хъыбарегъащIэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм абыхэм я лэжьыгъэм теухуауэ къытехуа тхыгъэхэр, - еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я творческэ лэжьыгъэхэр. КъызэгъэпэщакIуэ гупым хуагъэхь апхуэдэ материалхэр адыгэбзэкIэ тхауэ щытын хуейщ. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа материалхэр къызэгъэпэщакIуэ гупым деж ебгъэхь хъунущ 2006 гъэм фокIадэм и 1 пщIондэ.
КъызэгъэпэщакIуэ гупым (комитетым) хэтхэр
Щоджэн Ахьмэд - КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр; Нэхущ Заурбий - Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ; ХьэфIыцIэ Мухьэмэд - «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ; Емуз Нинэ - ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI; Тэтрокъуэ Астемыр - Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактор нэхъыщхьэ; IутIыж Мэжид -«Адыгэ унэ» тыкуэным и тхьэмадэ.
Сабий гъэсапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ, гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я лэжьыгъэр къэзыпщытэну гупым хэтхэр
1. Балэ Людмилэ - КъБР-м Егъэ- джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ (гупым и унафэщI); 2. Дадэ Суфадин - КъБР-м и Парламентым и депутат (гупым и унафэщIым и къуэдзэ); 3. Жыласэ Маритэ - «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI (гупым и унафэщIым и къуэдзэ); 4. Абазэ Албэч - КъБКъУ-м и доцент, бзэ щIэныгъэхэм я кандидат; 5. Ажахъуэ Къанщобий - Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и президиумым хэт, “Бум-Банкым” и унафэщI. 6. Алокъуэ Ритэ - КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ; 7. Ацкъан Ритэ - ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм дэIэпыкъунымкIэ и кафедрэм и методист; 8. БакIуу Хъанджэрий - бзэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ; 9. Бакъей ФатIимэт - Бахъсэн къалэ курыт еджапIэ №8-м пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ егъэджакIуэ; 10. Балъкъэр Борис - Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ; 11. Быж Зарэ - бзэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор; 12. Безыр Жаннэ - Псынабэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэ; 13. Бейтыгъуэн ХьэIишэт - КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и секретарь; 14. Бекъан Масирэт - Налшык курыт еджапIэ №11-м и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ; 15. Бекъул Iэсият - Сэрмакъ къуажэ курыт еджапIэм и директорым и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ; 16. БищIо Борис - Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и адыгэбзэ къудамэм и унафэщI; 17. БищIо Мафурэ - Старэ Урыху курыт еджапIэм и егъэджакIуэ; 18. Блашэ Виолеттэ - ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и методист; 19. Быгуэ Маринэ - 2001 - 2002 гъэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Налшык къ. 20. Бырмамыт ФатIимэт - Бахъсэн къалэ курыт еджапIэ №4-м и егъэджакIуэ; 21. Джэдгъэф Хъусен - егъэджакIуэ, тхакIуэ, ХьэтIохъущокъуей къу.; 22. Джэдгъэф Борис - «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ, тхакIуэ; 23. ДыщэкI Джульеттэ - 2004 - 2005 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Къэрэгъэш курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ. 24. ДыщэкI Марие - Лашынкъей къуажэ курыт еджапIэ №1-м и директорым и къуэдзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ егъэджакIуэ; 25. Ефэнды Джылахъстэн - Налшык къалэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ; 26. Ефэнды Маринэ - 2002 - 2003 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Налшык къ.; 27. Жэмыхъуэ Раисэ - Тырныауз курыт еджапIэ №6-м и егъэджакIуэ; 28. Къуэныкъуей Артур - ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым анэдэлъхубзэхэмкIэ и кабинетым и унафэщI; 29. Къэрмокъуэ Хьэмид - «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ; 30. Къаскъул Иринэ - Ислъэмей курыт еджапIэ №1-м пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ егъэджакIуэ; 31. Къатинэ ФатIимэт - Арщыдан НШДС №1-м и гъэсакIуэ нэхъыжь; 32. Къулым Риммэ - егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм дэIэпыкъунымкIэ и кафедрэм и унафэщI, КъБКъУ-м и доцент; 33. ЛIуп ФатIимэт - КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ; 34. Лъостэн Марьянэ - КъБКъУ-м педколледжым и егъэджакIуэ; 35. Махъсидэ Анатолэ - Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и IэщIагъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат; 36. МыгъуэлI Тамусэ - 2003 - 2004 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа сабий гъэсакIуэ, Налшык къ.; 37. Мыз Маринэ - КъБКъУ-м и ИПК-м и методист; 38. Мысостышхуэ Пщызэбий - ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ театрым и актер, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ, УФ-м щIыхь зиIэ я артист; 39. Нэгъуей Саримэ - 2002 - 2003 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Аруан къуажэ; 40. Согуэ Жаннэ - Налшык НШДС №38-м и егъэджакIуэ; 41. Сэрахъэ Людмилэ - Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Налшык къалэ департаментым и лэжьакIуэ, егъэджакIуэ-методист; 42. ТIымыжь Хьэмыщэ - Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и IэщIагъэлI нэхъыжь, бзэ щIэныгъэхэм я кандидат; 43. Тау Мадинэ - Налшык НШДС №20-м и егъэджакIуэ; 44. Токъу Сарэ - Дей къуажэ курыт еджапIэм пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм хэт; 45. Тхьэмокъуэ Барэсбий - Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель, тхакIуэ; 46. Тэнащ Тамарэ - бзэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м педколледжым и лэжьакIуэ; 47. УнэлIокъуэ Вячеслав - КъБКъУ-м и доцент, бзэ щIэныгъэхэм я кандидат; 48. Урыс Людмилэ - Аушыджэр курыт еджапIэм и егъэджакIуэ; 49. Уэршэкудыгъу ФатIимэт - 2004 - 2005 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Налшык курыт школ №24-м и егъэджакIуэ; 50. Уэрэзей Джульеттэ - Дей курыт еджапIэм и егъэджакIуэ; 51. Хур Мадинэ - 2004 - 2005 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Налшык гимназие №13-м и директорым и къуэдзэ; 52. ХъутIэжь Заудин - КъБКъУ-м и доцент, бзэ щIэныгъэхэм я кандидат; 53. ХьэцIыкIу Мадинэ - Ислъэмей курыт еджапIэ №1-м пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ егъэджакIуэ; 54. ЦIыпIынэ Аслъэн - Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщI, бзэ щIэныгъэхэм я доктор; 55. Шапсыгъ Хьэсэн - Бахъсэн Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ; 56. Щтым ФатIимэт - 2004 - 2005 гъэ еджэгъуэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ, Ислъэмей курыт еджапIэ №1-м и егъэджакIуэ; 57. Шыд Масирэт - Дзэлыкъуэкъуажэ прогимназием и унафэщIым и къуэдзэ; 58. Щамырзэ Иринэ - Налшык дэт прогимназие №70-м и егъэджакIуэ;
6. Зэпеуэм щытекIуахэр зэрагъэлъэпIэну щIыкIэр «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэм папщIэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, «Адыгэ псалъэ» газетым, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом, «Адыгэ унэ» тыкуэным ахъшэ саугъэтхэр, тыгъэ лъапIэхэр ятыну ягъэуващ. Нэхъ Iэзэу къалъытэ, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн къэзыгъэлъагъуэ гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм щIыхь тхылъхэр иратынущ.
Къэбэрдей л1ыку1эхэр Урысейм и пащтыхь Иван Епл1анэм ирегъэблагъэ. 1557 гъэ, бадзэуэгъэ мазэ.Ди къуэш республикэхэм
Законыр къащтакъым Мейкъуапэ. Адыгейм и парламентым иджыблагъэ щыхэплъащ «Адыгэ Республикэм и референдумым и IуэхукIэ» АР-м и Законым икIи щIыпIэ депутатхэм я нэхъыбэм а дэфтэрыр къащтэн ядакъым. Абы и щхьэусыгъуэри зыщ - апхуэдэ унафэ къызэращтэу Адыгейр Краснодар крайм «хэкIуэдэжынущ». Iэ Iэтым хэтахэм щыщу депутати 6-р а законыр къэщтэным и телъхьэу къэуващ, 5-м Iэ яIэтыххакъым.
Къулыкъум трагъэкI Адыгейм и Правительствэм иджыблагъэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIащ. Псом хуэмыдэу ар зылъэIэсар министрхэрщ. Республикэм и Президент Щэумэн Хьэзрэт и унафэкIэ иджыблагъэ Адыгейм экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министр Там Аслъэн и къулыкъум трагъэкIащ. Абы и пIэ иувэнум и цIэр зэкIэ къраIуакъым.
ФIы кърикIуэнукъым Сыхъум. Куржыхэмрэ абхъазхэмрэ зауэр щIэрыщIэу зэтрамыублэжын щхьэкIэ лъэныкъуитIым я зэхуакум дэт урысей миротворецхэм я къалэнхэр дагъуэншэу ягъэзащIэ. Апхуэдэу иджыблагъэ жриIащ Республикэм и Президент Бэгъэпщ Сергей «Кавказ узелым» и журналистым. «Урысей миротворецхэр ди щIыналъэм зэрыщыIэрэ цIыхухэр мамыру мэпсэу. Ахэр нэгъуэщI къэралхэм я сэлэтхэмкIэ щIахъуэжын щыIэкъым. Шэч къытетхьэркъым Урысей миротворецхэр щIыналъэм зэрикIыжу куржы-абхъаз зауэм зэрыщIидзэжынум», - къыхигъэщащ Бэгъэпщ Сергей. Грузием и унафэщIхэр иужьрей зэманым жыджэру хущIокъу Абхъазым щыщыIэ щытыкIэр къызэтракъутэну. «Апхуэдэ мурадхэр зэрахьэ Гал районым зыщызыгъэпщкIуа «Шавнабадэ» куржы бандэ гупым. БгъэщIагъуэ хъунукъым а куейм американ программэмкIэ ягъэхьэзыра спецназым и сэлэтхэри зыгуэркIэ къыщыдубыду щытми», - жиIащ Президентым. Бэгъэпщ Сергей къыхигъэщащ урысей миротворецхэр щIыналъэм ирашыжу щытмэ, абыхэм я пIэм абхъаз сэлэтхэр зэриувэнур, куржы гъунапкъэхэр ткIийуэ я нэIэ зэрыщIагъэувэнур.
Электросвязым зрагъэужь Абхъаз Республикэм и электросвязым зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэхэтыкIэнур иджыблагъэ щIыпIэ правительствэм къищтащ. Комиссэм и къалэн нэхъыщхьэу щытынур электросвязым зегъэужьынымкIэ, тариф политикэр егъэфIэкIуэнымкIэ, инвестицэ проектхэр гъэхьэзырынымкIэ щыIэ Iэмалхэр нэхъыфIу къэгъэсэбэпа зэрыхъунум теухуа и Iуэху еплъыкIэхэр правительствэм и пащхьэм мазэ къэс ирилъхьэнырщ. Иужьрей махуэхэм республикэм къыщагъэсэбэп электрокъарум процент 30 - 40-кIэ хэхъуащи, трансформаторхэр пэмылъэщу къоувыIэ. Абы къыхэкIыу «Черноморэнергом» щIыпIэ-щIыпIэкIэ электрокъарур щыпеч. Армыхъумэ республикэр токыншэу къызэхэнкIэ шынагъуэ щыIэщ.
БзаджащIэхэм япэщIэту Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсым и МВД-м иджыблагъэ къипщытэжащ дызэрыт илъэсым къриубыдэу терроризмэм и бийуэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм кърикIуахэр. 2006 гъэм зэрыщIидзэрэ бзаджащIэхэм къыкъуахащ автомату 5, гранатэу 8, автоматышэу 260-рэ, гранатэдзу 9, лагъым пкъыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Куейм щынэхъыфIыр Бахъсэн куейм ЩэнхабзэмкIэ и унэхэр 2005 гъэм зэрылэжьар къапщытэжащ. Абыхэм щекIуэкIа Iуэхугъуэ псори зэпалъытри, Бахъсэненкэ къуажэм дэтым япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. УэрэджыIакIуэхэм, къэфакIуэхэм, театрымрэ литературэмрэ дихьэххэм, сурэт зыщIхэм, пхъэмрэ цымрэ зыгуэрхэр къыхащIыкIыфу зызыгъэсахэм я бжыгъэр 300-м нызэрохьэс. ГурыIуэгъуэщ щIэблэр дахагъэм и дунейм зэрыхашэм, IэпщIэлъапщIагъ къызэрыхалъхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ар зи фIыщIэхэм ящыщщ ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Балэ Лидэ, художественнэ унафэщI Щхьэгъум Борис, методист Зэгъэщтокъуэ Людэ, балетмейстер ГъукIэ Аслъэн, пшынауэ Елмэс Арсен сымэ. Мы зэманым ЩэнхабзэмкIэ унэм зыхуегъэхьэзыр «Къэсейхьэблэ срибынщ» зыфIаща зэпеуэм, а къуажэм дэт курыт еджапIищри зыхэтынум. ЩIалэгъуалэр зэхьэзэхуэнущ я еджапIэхэм я тхыдэр, адыгэ хабзэр, бзэр зэращIэмкIэ, къэфэнкIэ, усэ къеджэнкIэ, нэгъуэщI куэдхэмкIи. Исхьэкъ Лианэ. Бахъсэн район.
МазаеПасэрей зэманым адыгэхэм мазаем щхьэкIэ щIымахуэкIэ мази жаIэрт. Апхуэдэу щIыжаIэри ар щIымахуэр щиух мазэти аращ. ЩIымахуэкIэми, щIыIэм хуабжьу зегъэткIий, мэзхэри тафэхэри сытхъум зэщIещтэ, ауэ махуэхэм я кIыхьагъым нэхъри хохъуэ, дыгъэ фагъуэми къару нэхъ егъуэтыж. Уеблэмэ, шэджагъуэм деж, уэсым выжын и мурадщ, куэд мыщIэу псыхьэлыгъуэ жэнущ жыпIэу гугъэ уегъэщI. Аращ «мазаем мылым утемыхьэ» щIыжаIэри. Утехьэмэ, мыл къэтIэсхъам уиIыгъынукъым. Ар шэджагъуэрщ. Ауэ пщэдджыжь, пщыхьэщхьэхэм деж щIыIэм зыкъызэкъуех, щIымахуэм и тепщэгъуэр иух щхьэкIэ, иджыри и къару илъщ. Нэхъыбэм махуэр уаещ, адыгэм зэрыжиIэщи, «къыпесыкI, къыпелыгъукI». Жьапщэр, уаер куэдрэ иIыгъынукъым. ТIасхъэ зыкъэзыщI мылхэм къыбжаIэ гъатхэпэ мазэр къызэрыблагъэр. ГЪУКIАКЪУЭ Инал.
Адыгэ фIэхъусхэр Уэрамым ущрикIуэкIэ, гъуэгу ущытеткIэ узыхуэзэу хъуам щхьэж хуэфащэ фIэхъус епхын хуейщ. Псалъэм папщIэ, шууэ цIыхубз ублэкIмэ, пщIэ зэрыхуэпщIыр къэбгъэлъагъуэу уанэгум зыкъипIэтыкIын хуейщ. Машинэ исри аращ: нэгъуэщI мыхъуми, нэхъ хуэм зригъэщIын хуейщ, сабэр дрипхъейуэ зыблримыгъэхыу. Нэхъыжьыр жыжьэу щытмэ, е блэкIмэ, дахэу убгъэдыхьэу сэлам епхын хуейщ. НэхъыжьитI зэпсалъэу зэбгъэдэтмэ, занщIэу уабгъэдыхьэ хъунукъым, емыкIущ - хэт ищIэрэ, щэху зэхуаIуатэми пщIэркъым. Я псалъэмакъыр яухыху уежьэмэ нэхъыфIщ. Ауэ мыпхуэдэуи къыщыхъу щыIэщ. ТIум я зым Iуэху пIащIэгъуэкIэ ухуеймэ, а узыхуейм укъилъагъун хуэдэу ибгъукIэ къэуви, езыр къоджэху ежьэ. Къоджа нэужь ябгъэдыхьи, «къысхуэвгъэгъу, фи псалъэр зэпызудащ» жыIи, сэлам ях. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэхуэзамэ, япэу фIэхъус зытри зи Iэр зышийри цIыхухъуращ. Унагъуэ уихьамэ, унэм цIыкIуи ини ису хъуар къэтэджын хуейщ. Япэ фIэхъусыр зэпхынур унэгуащэрщ. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэхэту гуп уаIущIами, япэ щIыкIэ фIэхъус зэптыр цIыхубзхэр аращ. ГупитI, тIури цIыхубзи цIыхухъуи зэхэту, зэIущIамэ, фIэхъус зэрызэрахыр мыпхуэдэущ. Япэ щIыкIэ къыIухьа гупым хэт цIыхухъухэм мыдрей гупым хэт цIыхубзхэм сэлам ирах. ИтIанэ хэгъэрей гупым хэт цIыхухъухэм цIыхубз хьэщIэхэм я Iэр яубыд. Ещанэу - цIыхухъухэм сэлам зэрах. ЕплIанэу - цIыхубзхэм. ЛIитI я Iэр щызэрыубыдкIэ, IитIкIэ убыдын хуейкъым. Япэ щыгъуэ ар адыгэ напэм кърагъэкIуу щытакъым. «IитIкIэ Iэ зыубыдыр фызщ», - жаIэрт.
Хущхъуэгъуэ зыхэлъ къэкIыгъэхэр Апхуэдэхэщ къазмакъейр, хъумбылейр, хьэмкIутIейр. Къазмакъ хъужыр къазмакъейм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэрщ (облепихэ). Ар игъащIэ лъандэрэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ. Гъатхэпэм мэгъагъэ. Бжьыхьэкум хуэзэу мэхъу. И теплъэкIэ гъуэжьыфэщ. Къазмакъ цIыкIухэр яхуз, абы псыр къыщIаху, щIыIэм ягъэувыжри, апхуэдэу ягъэхьэзыр «къазмакъ дагъэ» хъужыр. Къазмакъымрэ форэ зэхалъхьэри, ар хущхъуэ бэлыхьщ. Абы витамин куэду хэлъщ. Хъумбылейр мэз гъунэхэм, псыхъуэхэм къыщокI. Абы и лъагагъыр метри 5 - 10 мэхъу, жызумым ещхьу, езым жыгхэм, гъурцхэм зрешэкI. Хъумбылейм къыпыкIэ шыкIуртIым цIыкIухэм хъумбылэкIэ (хмель) йоджэ. Ар адыгэхэм куэд щIауэ къагъэсэбэп: щIакхъуэ ирагъэтэдж. Мы къэкIыгъэм гууз хущхъуэ къыхах. ХьэмкIутIейр икъукIэ цIэрыIуэщ. Ди щIыналъэм хьэмкIутIей зэмылIэужьыгъуэу блы къыщокI. Хъуа нэужь, хьэмкIутIыр пшхынкIэ гуакIуэщ. Ар мармелад ящI, и псыр компоту, киселу ираф. Езыр, куэдрэ щагъэлъынумэ, быдэу ягъэгъу. Пасэм ар IэщхьэлкIэ яхьэжрэ хьэжыгъэм хакIутэу щытащ. Апхуэдэ зэхэлъым икъукIэ щIакхъуэ IэфI къыхащIыкIырт. Языныкъуэхэми хьэмкIутIей тхьэмпэр шейуэ ягъавэ. ШОРЭ Раисэ.
Усэ къебжэкI
1. Жьырытэдж маIуэ, 2. Iуэм итыр мэбу, 3. Бом щIэтыр мэщыщ, 4. Щыпэрей зобыршэ, 5. Iэщ пашэ мэпыджэ, 6. Пэ джыдэ мэхуарзэ, 7. Зи зыгъазэ зы мазэ, 8. Мэзым гъуэгыу щыплъыр, 9. Плъыр сакъми, мыбанэ, 10. ЩIыфэ банэ мэпырхъ, 11. «Цырхъ» зэхихмэ, мэбзэх, 12. Хамэ къихьэмэ, мэбанэ, 13. ХьэщIэ къихьэм, мэтэдж, 14. Зи джэ макъым дыдэбжэ, 15. Бзэншэ кIапсэ къепщыхь, 16. Пщэ гъумыжь - пхъэIэщэ, 17. КIуэж зымыщIэ къекIухь, 18. КъэкIухьлъакъуэ къахуж, 19. Хужь къахэкIмэ, зыхаху, 20. Хэжеяхэм щIэнакIэ, 21. Хъыбар зехьэ мэкIакIэ, 22. Лъакъуэ Iушэ къепкIыхь, 23. КIэбдз кIыхь псым хэтщ, 24. Хэх имыщIэу мэдзакъэ, 25. Адакъэжьыр зи пщIыхь, 26. Джэдыгущхъуэ мэкъугъ, 27. Гъуэгыу мэзым щонацIэ, 28. КIэцIмэ, ину мэкъакъэ, 29. «Къакъэм» джэджьей къреш, 30. КIэ баринэ - дэ гъэпщкIу, 31. Гъавэ гъэпщкIур зи хабзэ, 32. Убзэрабзэу ухуакIуэ.
Лъэбакъуэ пэж Идар Темрыкъуэ и лIыкIуэ гуп 1557 гъэм и гъэмахуэм Мэзкуу кIуауэ щытащ, Къэбэрдейр Урысей къэралыгъуэм хыхьэн зэрыфIэфIым и хъыбар яхьри. ЕтIанэгъэ илъэс 450-рэ ирокъу абы лъандэрэ – Къэбэрдейр Урысейм зэрыхыхьэрэ. Ячын хуея апхуэдэ лъэбакъуэ ди адэжьхэм? А упщIэр къиувэркъым нобэрей щIэблэм и пащхьэ. Хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ а лъэбакъуэм ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр. Ди лъэпкъым и тхыдэм щыгъуазэ дэтхэнэми къыгуроIуэ апхуэдэ лъэбакъуэ чын хуейуэ пщы уэлий Темрыкъуэ и зэманым - ХVI лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм и пащхьэ къиувауэ зэрыщытар. Урысей къэралыгъуэм хыхьа нэужь, Къэбэрдейр щыхъума хъуащ абы и псэм къещэ зэрыпхъуакIуэ къанлыхэм - Урысейм хыхьэху, зы махуи зэпыуакъым абыхэм ди хэкум къращIылIэ зауэхэр, зы махуи щыужьыхакъым ди лъахэм бий залымхэм кърадз мафIэлыгъэр. Аращ тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъыр илъэс 450-рэ и пэкIэ гъуэгу захуэ теувауэ зэрыщытам – ар IупщI хъуащ ди зэманым. ИужькIэ сыт хуэдиз гугъуехь хэмыхуами, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм зыщызыузэщI, зи щхьэ хуит Республикэ хъуащ. Аращ псом ящхьэр. Аращ ди адэжьхэм илъэс 450-рэ и пэкIэ яча лъэбакъуэр дэркIэ щIэлъапIэр. Нобэ щыщIэдзауэ газетым дяпэкIэ щIэх-щIэхыурэ теддзэнущ Урысейм зэрыхыхьэрэ Къэбэрдейм къикIуа гъуэгуанэм, абы и тхыдэм теухуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Шу жэрхэр я хэкум и гуащэ
Iуащхьитхур зекIуэлIхэу щыхасэу Хэку дахэм Марие щалъхуащ, Гу хейкIэ зэ теплъэр еуасэу Псэ хэтхэм нэхъ къабзэу къэхъуащ.
ЩIыкIафIэу и нэкIур зэIуихым, Мазэгъуэм и жэщыр къэнэхут; И макъыр Iиблисым зэхихым, Дунейр игу ихуауэ зиущэхут.
КуржыкIэ хъуржынуэ къыраххэр Вагъуэнэм и пащхьэм щаунэщIт, Пщы инхэм псэлъыхъууэ хухаххэр А дахэм телъыджэ къыфIэщIт.
ЖаншэрхъкIэ мазэкIэ паудуэ Нарт бынхэр гуащэщIэм хуоджэгу, Хуэмыхухэм жыр афэр щаудуэ Я джатэр шу жэрхэм яудзэгу.
ДжэгулIхэм я фIэщхэу зэпеуэу Я макъхэр пхъэ пшынэм дагъагъ. Псэлъыхъухэр нэщэнэ зэдеуэм, Мыуэфхэм пIэ хуащIыр бжэкъуагъщ.
БжэIупэм щоджэгу тхьэIухудхэр, ЩауэфIхэм къадэфэу махуибл; Вы пшэрхэр сэ лъам хураудхэр, ХьэщIэлIхэм ирафыр чеибл.
Ез дахэр щIэращIэу пщащабэм Дэджэгууэ яхэту уеплъам, И теплъэщ из мазэр вагъуэбэм Щахэтыр – уафэгум уиплъам.
Марие и нэщхъ зэхиукIэм, Псы уэрхэм ткIииныр щагъэт, Тамарэу щауэфIхэр иукIкъым, Нэщхъейми, гуфIэгъуэ щогъуэт.
ХьэщIэшхэр щозэш фIэдзапIитIым, Псэлъыхъухэм хьэщIэщыр тырач, Темрыкъуэ «хьеуанхэр» нэхущым Дехужхэр – Iэжьэкъур иреч.
Мэзыщхьэхэм бланэр щахутэу ЩакIуэлIхэм бжьамий щагъэхъей, ПлIэ лъэщкIэ жыг гъурхэр якъутэу БгъуэнщIагъхэм щапхыфыр домбей.
Куэд къокIуэ, къикIау хьэдрыхэщIым, Кипчакхэр мыувыIэу къолъэIу, Убзауэ зегъэщхъ хъан фэрыщIым, Нэгъуейхэр хуолъаIуэр бэIутIэIу.
Фарс шахъыр Темрыкъуэ идакъым, Хунзаххэр нэщхъейуэ мэкIуэж, Къэжэрхэр псэлъэну хуитакъым, Тыркумэнхэм махъшэжьхэр щIащIэж.
Бейгуэл гъэшхахэм зэшыншэу ЩIыналъэ щIэншэр къакIухь, Ищхъэрэ бгъащхъуэм жеиншэу Щхьэгъусэ лъыхъуэу зеплъыхь.
Шу жэрхэм я хэкум и гуащэ, Гу щабэу Марие – тхьэ шыпхъу, Уэ лIым и лIыгъэн уи гуращэт, Пщэдейм хуаукIауэ гъэлъэхъу.
1957 гъэ, Налшык
Зэман жыжьэм къыщожьэ Идар Темрыкъуэ и зэманым Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ гъунэгъу зэрызэхуэхъуам щхьэусыгъуэ иIэщ: Дыщэ ОрдакIэ зэджэр лъэлъэжа нэужь, Тыркури, Персиери, Кърымри Кавказым къыхуэпабгъэ хъуауэ щытащ, ар я IэмыщIэ ираубыдэн щхьэкIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Мэзкуу къэралыр абы имыгъэгузэвэнкIэ Iэмал иIакъым. Хэплъэгъуэ хъуащ Къэбэрдейм и Iуэхури. Зи гур куэд щIауэ къыхуэплъ зэрыпхъуакIуэхэм я лъэгу щIэувэн мурад иIэтэкъым Къэбэрдейм, абы къыхэкIкIэ ар хуэныкъуэ хъуащ къыдэIэпыкъунрэ къыдэщIынрэ. Урысейм и зыукъуэдиигъуэт а зэманым, Каспий хым и Iуфэм зэрызыщигъэбыдэным щIэкъурт. Астрахань хъаныгъуэр зыIэщIимылъхьауэ урыс пащтыхьым ар къехъулIэнутэкъым. Дигу къэдгъэкIыжынщ ХV лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ ХVII лIэщIыгъуэм и зэхуэдитI пщIондэ Къэбэрдейм и гъунапкъэр Каспий тенджызым и Iуфэм нэсу зэрыщытар: Тэрчрэ Сулакрэ я тIуащIэр, хы Iуфэм еуалIэу, IэщIэлъащ Къэбэрдейм, ар фIаубыдынкIэ шынагъуэ хъуащ Идар Темрыкъуэ и зэманым. Зи гугъу тщIы тIуащIэр (Тэрчрэ Сулакрэ я зэхуакур) куэд щIауэ IэщIэлъащ Къэбэрдейм, иужькIэ тэтэрхэр къизэрыгуэри, тIуащIэр абыхэм яIэрыхьауэ щытащ. Инал Нэху и къуэрылъхухэм, Талъостэнрэ Беслъэнрэ, хы Iуфэр къаубыдыжащ - ар яфIэкIуэдыжынкIэ шынагъуэ хъуауэ щытащ ХVI лIэщIыгъуэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ Идар пщышхуэр утыку къихьа нэужь. Идар и къуэ Темрыкъуэ, дауи, фIыуэ къыгурыIуэрт Къэбэрдейм шынагъуэ къызэрыщIэзэрыхьар, абы и гъунапкъэхэм зэрыпхъуакIуэхэр зэрыщызеуэр. А зэманым гузэвэгъуэ мащIэрэ хэхуакъым Къэбэрдейр, абы и щIыналъэм зэкъым-тIэукъым кърым, астрахань, къазикъумыхъу, къайтагъ хъанхэм я дзэхэр къызэриужьгъар. Беслъэн пщышхуэр я пашэу, къэбэрдейхэм я хэкур бийхэм щахъумэн яхузэфIэкIащ. 1518 гъэм ди хэкум къытеуащ кърым хъаныкъуэ Бэгъэтыр -Джэрий и дзэр; ар къэбэрдейхэм зэхакъутащ. Илъэситху дэкIри, 1523 гъэм, Къэбэрдейм зауэ кърищIылIащ абы и адэ Мухьэмэд- Джэрий - абы и дзэри зэхакъутащ адыгэхэм, езыри яукIащ. Абы и ужькIэ Къэбэрдейм бий къыхуэхъуащ Тыркури Кърымри, зы махуи ягъэтыншакъым. Я щхьэмрэ я хэкумрэ яхъумэжын папщIэ, дзэшхуэ зэрагъэпэщын хуейт адыгэхэм, зэрыпхъуакIуэхэр къащытеуэнум пэплъэ хъунутэкъым, езыхэм япэ зрагъэщурэ я бийхэм щебгъэрыкIуэн хуеи къахудэкIырт.1532 гъэм къэбэрдеипщхэм Астрахань къаубыдащ, псэупIэ къезымыт Кърымми теуэри Бахъшысэрей зэхакъутащ. Астрахани Кърыми я IэмыщIэ ираубыдэн мурад яIэтэкъым къэбэрдеипщхэм, я бийм удын ирадзын, Къэбэрдейр тегушхуэгъуафIэ пщIы зэрымыхъунур зэхрагъэщIыкIын фIэкIа. Ар хъанхэм ягу техуакъым. 1545 гъэм Къэбэрдейм къытеуащ кърым хъан Сэхъиб-Джэрий и дзэр – ари зэхакъутащ адыгэлI хъыжьэхэм. Къэщкъэтау деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм адыгэпщ куэд хэкIуэдащ Идар и къуэ нэхъыщIэ Къыдырщокъуи яхэту. Бийм зэрыпэлъэщын къару зэрабгъэдэлъыр зыдащIэжми, къэбэрдейхэм я Iуэхур хэплъэгъуэ хъу зэпытт Идар Темрыкъуэ и зэманым. Жыжьэ плъэф цIыху Iущт ар: щIэх дыдэ къыгурыIуащ абы Мэзкуу къэралыр дэIэпыкъуэгъурэ дзейрэ щIын зэрыхуейр. Ар ядэнутэкъым Тыркуми Кърымми: тIуми лъэкI къагъэнакъым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуамыгъэхъун щхьэкIэ. Урысхэм Астрахань къыщащтэм щыгъуэ зэрадэIэпыкъуам щхьэкIэ кърым хъан Долэт-Джэрий 1553 гъэм Къэбэрдейм къытеуащ, зауэ гуащIэ къарищIылIащ. Хъаным гъэр ищIауэ щытащ Темрыкъуэ и шынэхъыщIэ Елбэзд. Долэт-Джэрий къызэщIэзыгъэплъар, дауи, Тыркурщ. Ари хуейтэкъым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу, дзей зэхуэхъуну. Тыркуми, Кърымми, Персиеми фIыуэ ящIэрт Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуэхъумэ, Кавказым къыхуаIэ мурадхэр къазэремыхъулIэнур. Къэбэрдейр абы щыгъуэ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ къэралт, ауэ бий куэд къещэрти, псэугъуэ ихуэртэкъым. Апхуэдэ IэнатIэ Iутащ Къэбэрдейр Идар Темрыкъуэ и зэманым. ЗэрыпхъуакIуэхэр махуэ къэси къызытегуплIэ хэкум и лIыщхьэхэм, псом япэрауэ, Идар Темрыкъуэ, къагурыIуащ Мэзкуу къэралым хуэдэ дэIэпыкъуэгъурэ дзейрэ ямыIэмэ, Къэбэрдейм куэд ирамыгъэкIункIэ, и щхьэр мафIэм хилъхьэнкIэ зэрыхъунур. Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик.
Идар и къуэ темрыкъуэ Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» зэрыщитхымкIэ, Инал пщышхуэр дунейм ехыжа нэужь, абы и бынхэмрэ и бынхэм я щIэблэмрэ зэгурымыIуэж хъури, Къэбэрдейр пщыгъуэ-пщыгъуэурэ гуэша хъуащ. «Зы пщыр адрейм едаIуэртэкъым, лIыфIыгъуэ зэригъахуэртэкъым, хэкум и унафэр зэпаубыдурэ, ар насыпыншагъэм хуашащ», - итхыгъащ Нэгумэ Шорэ. Аращ Инал и ужькIэ Къэбэрдейм и Iуэхур зыIутар - тхыдэр щыхьэт тохъуэ абы. инал и щIэблэхэм насыпыншагъэм хуашауэ, кIэи пэи зимыIэж зауэ-банэхэм гуащIэмащIэ хэхъухьауэ, Къэбэрдейр IэнатIэ хьэлъэ Iууващ ХVI лIэщIыгъуэм. Апхуэдэ лъэхъэнэщ Темрыкъуэ дунейм къыщытехьар. Идар и къуэ Темрыкъуэ къыщалъхуар тхыдэм белджылы ищIыркъым. Дызыщыгъуазэр 1570 гъэм Ахупс (Псыжь адрыщI) деж кърым тэтэрхэм щезауэурэ ар уIэгъэ хьэлъэ зэрыхъуарщ. ЗэралъытэмкIэ, Темрыкъуэ а уIэгъэм илIыкIащ. Пщышхуэ хъуа нэужьщ Темрыкъуэ Мэзкуу лIыкIуэ щигъэкIуар - ар гурыIуэгъуэщ. Абы щыгъуэ Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьитIыр унагъуэ ихьакIэт: ипхъу нэхъыжьыр, Мэлхъурыб, Нэгъуеишхуэм я хъан Исмэхьил и къуэ Тинахъмэт и щхьэгъусащ, абы къыкIэлъыкIуэр, Алътынчач, астрахъан хъаным и нысащ. Ипхъу нэхъыщIэр, Гуащэнэ, урыс пащтыхьым зэрыратам псори щыгъуазэщ. Темрыкъуэ и къуэхэри балигъ хъуакIэт абы щыгъуэ 1557 гъэм ирихьэлIэу. И бынхэм я ныбжьым тепщIыхьмэ, Темрыкъуэ 1557 гъэм илъэс щэ ныкъуэ нэхъ мащIэ и ныбжьакъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ ар 1500 гъэм (е нэхъ иужьыIуэкIэ) къалъхуауэ плъытэ хъунущ. Темрыкъуэ адыгэ хэкухэр, Абхъазри Абазэри хэту, зэгуэзыгъэхьа, «тенджызитIым я кум дэсын хуейр зыпщщ» жызыIауэ щыта Инал Нэху и щIэблэм ящыщщ (Темрыкъуэ и адэ Идар и адэшхуэм и адэщ Инал). Инал и акъылым хуэдэ акъыл бгъэдэлъащ Идар и къуэ Темрыкъуэ. Пщышхуэ хъуа нэужь, ар зыхуэлэжьар зы мурадщ: пщы жыIэмыдаIуэхэм пщыгъуэ-пщыгъуэурэ зэпагуэша Къэбэрдейр зы унафэм щIэгъэувэн, ар тегушхуэгъуафIэрэ натIэрыуапIэрэ зыщIа бийхэм ящыхъумэн. А мурадыр къемыхъулIамэ, абыкIэ къуаншэр Темрыкъуэкъым: и къарум къихь псор илэжьащ абы, и щхьи и быни щысхьакъым, псори щIилэжьар Къэбэрдейм фIыгъуэ къригъэуэлIэн щхьэкIэщ. Ар дыдэм щхьэкIэщ Темрыкъуэ 1557 гъэм Мэзкуу лIыкIуэ щIигъэкIуар. Къэрмокъуэ Хьэмид, тхакIуэ.
Урысей
Гъуэгуанэ Iэджэм дахэдэу ЗэтхьэлIэжауэ ущие, ПситI зэхэлъадэм дыхуэдэу, Ди Къэбэрдейри Урысейм ГуэмыкIыжыну гухьакъэ, Ар насып ини тхуэхъуакъэ.
Сабий зэуакIуи къытхэту, Ди лъапсэр кIуэду ди гугъэу, Бийм ди гущIыIур игъуэту Арати пащIэр щылыгъуэр, Зауае ябгэр щежьари Урысейр гъусэ щыхъуари.
Я щхьэцыр данэу е дафэу Къытщхьэщыжынхэр къыщысым, Къабзэ хъужакъэ ди тафэ, Ди щIыгум гуауэу къылъысым Нэхъыбэр бийхэм еттауэ, Зэпыдгъэуакъэ ди зауэр!
Урысейм дигъащIэу IэщIагъэ Къуэш ищIыфари ди закъуэ? Ди бын зэрышэу зэблагъэ Гъуэгу дызытетым дищIакъэ. Урысейм дыгуэтти къытхэхъуэрт, Абы пэIэщIэр унэхъурт.
Уэм икъутами жыг щхъуантIэр, Гъатхэм къыдожыр аргуэру, Апхуэдэу хэти и пщIантIэ ЩхъуантIагъэ дахэр дэзщ уэру. Ди гуауэщхьэуэр кIуэдауэ, Ди гум жьы дихуу добауэ.
Жыгышхуэу хадэм димытми, Псышхуэм дыщыщкъэ зы ткIуэпсу. Iэпхъуамбэ закъуэу дыпытми, Къуэшыгъэ къабзэр гунэсу Хэкум хегъахъуэр, мэбжьыфIэ. Урысей! Уэрщ дызыщыщри, догуфIэ.
Бакъ Нэрзэн илъэс куэдк1э лэжьащ Дзэлыкъуэ районным щы1э «1уащхъэмахуэ» колхозым и тхьэмадэу. А 1энат1эм къыщихьа ехъул1эныгъэ инхэм папщ1э абы 1966 гъэм Социалист Лэжьыгъэм и Л1ыхъужь ц1э лъап1эр къыф1ащауэ щытащ.
|
|
||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||
|