|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым)и15 |
||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||||
Зэныбжьэгъун ик1и зэдэлэжьэн папщ1э
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и делегацэу Президент Къанокъуэ Арсен зи пашэр Волгоград областым щыIащ. УФ-м и щIыналъитIым я унафэщIхэр тепсэлъыхьащ дяпэкIэ зэдэлэжьэным ехьэлIа Iуэхухэм. КъБР-м и делегацэр Волгоград областым зэрыщыIа махуитIым Къанокъуэ Арсенрэ Волгоград областым и администрацэм и Iэтащхьэ Максютэ Николайрэ зэIущIащ. Абыхэм Iэ традзащ зэныбжьэгъунымрэ зэдэлэжьэнымрэ теухуа зэгурыIуэныгъэм и протоколым. Апхуэдэу КъБР-м и Президентыр областым и холдингхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэм епсэлъащ. Лъэныкъуэхэм IэмалыфIхэр яIэ хъуащ агропромышленнэ, ухуэныгъэ, рекреацэ комплексхэм, промышленностым, транспортым, связым, энергетикэм, сатум, узыншагъэр хъумэным я IэнатIэхэм щызэдэлэжьэнымкIэ. КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ. Ди щ1ыналъэм и дахагъэр
къэзыгъэлъагъуэ тхылъ иджыблагъэ “Полиграфсервис и Т” тхылъ тедзапIэм Котляровхэ Мариерэ Викторрэ къыщыдагъэкIащ, “Живописная Кабардино-Балкария” фIащауэ. Ар Котляров зэщхьэгъусэхэм “Родной ландшафт” проектым къызэрыпащэ лэжьыгъэщIэщ. Фигу къыдогъэкIыж ди лъахэм и теплъэр къэзыгъэлъагъуэ альбому плIырэ буклету 8-рэ абыхэм къызэрыдагъэкIар. ТхылъыщIэр теухуащ ди республикэм и щIыпIэ дахэхэм, тхыдэ фэеплъхэм, цIыху цIэрыIуэхэм, лъэпкъ хабзэхэм, лIэщIыгъуэкIэрэ къэхъуа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм. Мариерэ Викторрэ ди щIыналъэр зэралъагъур икъукIэ гъэщIэгъуэнущ. Ар наIуэу ди нэгу къыщIэувэнымкIэ сэбэп мэхъу Щоджэн Жаннэ триха сурэт дахащэхэр. Абыхэм я бжыгъэр 60-м щIегъу. Тхылъым и теплъэр щIэщыгъуэу, екIуу зэращIам уимыхьэхуу къанэркъым. Тхылъым и ухуэкIэри гъэщIэгъуэнщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэми щхьэхуэу и гугъу ещI ди щIыналъэм и зы плIанэпэм. Ар инджылызыбзэкIи зэдзэкIауэ итщ. Мы тхылъышхуэр, напэкIуэцI 468-рэ хъур, роман гъэщIэгъуэным хуэдэу щIыбоджыкI, ар зи щIыналъэр фIыуэ зылъагъу цIыхухэм я къалэмыпэм къыщIэкIащи. СОМГЪУР Синэмис.
Ухуэныгъэм пащэнущ
2006 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м Ставрополь икIи Владикавказ я епископ Феофанрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсенрэ зэIущIащ. Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щыщыIэ жылагъуэ, дин щытыкIэм, православнэ члисэхэу республикэм щыIэхэм ехьэлIа Iуэхухэм. Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ члисэ 20, цIыхубз Троицкэ къулъшырыф. Дин лэжьакIуэхэмрэ тхьэелъэIупIэм екIуалIэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкI. Псалъэм и хьэтыркIэ, пщы щихъ Невский Александр и цIэкIэ Александровскэ станицэм дэт члисэм деж къыщызэIуахащ адэ-анэ зыщхьэмытыж сабийхэр щаIыгъ хэщIапIэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щихъ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ члисэр Налшык щыухуэным и Iуэхур зэрекIуэкI щIыкIэм. Ар ирагъэжьауэ щытащ 2004 гъэм фокIадэм и 1-м. Лъэныкъуэхэм къагъэлъэгъуащ иужь зэманым лэжьыгъэхэр къызэрызэтеувыIар. Къанокъуэ Арсен жиIащ Налшык мэжджыт щыщаухуэм зэрищIам хуэдэу, езым и мылъкум щыщу сом мелуани 10 члисэм и фондым хилъхьэну зэрыхьэзырыр. Ухуэныгъэр зэфIагъэкIыну я мурадщ 2007 гъэм фокIадэм и 1-м, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу. НаIуэу зэрыщытщи, 1557 гъэм пащтыхь Грозный Иван и деж кIуащ къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ и лIыкIуэхэр. 1561 гъэм абыхэм я зэгухьэныгъэр игъэбыдащ Грозный Иван Темрыкъуэ ипхъу нэхъыщIэр (чыристан диныр къыщрагъащтэм Марие зыфIащар) къызэришам.
Щэумэн Хьэзрэт и къулыкъум тек1рэ?
Щэумэн Хьэзрэт и къулыкъум къэгъазэ имыIэу зэрытекIыр Собянинымрэ Козакрэ яжриIащ. Иджы, зэрыхуагъэфащэмкIэ, дызыхуэкIуэ блыщхьэм Адыгейм и УнафэщIым ар Урысей Федерацэм и Президентми жриIэнущ: Щэумэн Хьэзрэтрэ республикэм и Парламентым и спикер Хьэжыбеикъуэ Русланрэ а махуэм лэжьыгъэ IуэхукIэ Путин Владимир хуэзэнущ. Собянин Сергей щыIущIам щыгъуэ Щэумэн Хьэзрэт заявленэщIэ итхыжын хуей хъуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и къулыкъум зэрытекIымкIэ абы япэм итхыу щIыпIэ депутатхэм я пащхьэ ирилъхьам юридическэ къару иIэкъым. «Коммерсантым» зэритхымкIэ, Адыгейм и Президентыр и къулыкъум щIытекIым и щхьэусыгъуэр республикэм щыIэ щытыкIэр къызэрызэщIэплъэ зэпытырщ. Иужьрей зэманым щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм мызэ-мытIэу ирагъэкIуэкIа пэкIухэм щхьэтечу щыжаIащ Адыгейр Краснодар крайм хагъэхьэжу щытмэ, хьэлэбэлыкъышхуэ къызэраIэтынур. Апхуэдэ зэхуэсхэм языхэзыр теухуауэ щытащ мазаем Щэумэн Хьэзрэт Кремлым щраджам, етIуанэр гъатхэпэм - Президентыр и къулыкъум текIыну щыжиIам. Языныкъуэхэми къызэралъытэмкIэ, Щэумэн Хьэзрэт Москва игу къыщIебгъар ар ткIийуэ Козак Дмитрий зэрытехъущIыхьарщ, абы теухуа интервью газетхэм зэрыритарщ. Псалъэм папщIэ, «Коммерсантым». «Си къулыкъум сыщIытекIыр Урысей Федерацэм и Президетым и лIыкIуэу Урысей Ипщэм щыIэ Козак Дмитрий щIыналъэм щригъэкIуэкI политикэмкIэ сыарэзыкъыми аращ. Къэбгъэлъагъуэмэ, федерал центрымрэ щIыналъэхэмрэ я кум дэт, ахэр зэпызыщIэ полпредствэхэр иджырей зэманым къезэгъыжыркъым, лэжьыгъэхэр къалъахъэ мыхъумэ, сэбэпынагъ гуэри къабгъэдэкIыркъым. Абыхэм щыщщ Адыгеймрэ Краснодар краймрэ зэхэгъэхьэжын хуейуэ кърахьэжьа Iуэхугъуэр. Ар япэ дыдэу къезыхьэжьари Козак Дмитрийщ, атIэ крайм и губернатор Ткачев Александркъым. Козак Дмитрий адыгэхэм яфI гуэр зэрихуэркъым, абыхэм я гукъеуэр къыгурыIуэркъым. Апхуэдэ полпред дэ дыхуейкъым. Ар ди республикэм и Iуэхухэм къыхэпщэфIыхь зэпытщ. Уеблэмэ силовой структурэхэм унафэ яхуищIащ сэ къызэмыдэIуэну, атIэ езым жиIэр ягъэзэщIэну», - жриIащ Щэумэн Хьэзрэт «Коммерсантым». Интернетым ит хъыбархэм япкъ иткIэ зыгъэхьэзырар ХьЭщыкъуей Олегщ.
«Ст1ал хъурей»
Дыгъуасэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым “СтIол хъурей” щекIуэкIащ, ислъамымрэ адыгэхэм, балъкъэрхэм я лъэпкъ щэнхабзэмрэ зэрызэпыщIам теухуауэ. ЗЭХУЭСЫМ хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм лъэпкъ, дин, жылагъуэ, ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къарэ Арсен, зи гугъу тщIа институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Думэн Хьэсэн, Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий ПщыхьэщIэ Iэнас, щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм, диным я лэжьакIуэхэр, журналистхэр. “СтIол хъурейм” и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ еджагъэшхуэхэу Эфендиев Сэлихь, Гъут Iэдэм, Мамсыр Хьэмидбий, МафIэдз Сэрэбий, IутIыж Борис, Биттировэ Тамарэ, Мамбэт Хьэлым, Къалмыкъ Жылэбий, диным и лэжьакIуэхэу Ахматов Назир, Темыржан Галинэ, Алиевэ Любэ, Щоджэн СулътIан сымэ, нэгъуэщIхэри. ШЭДЖЭМОКЪУЭ Мурадин.
«Зыкъэзыгъэщ1ыжа» тхак1уэ
Афоризм защIэу тхылъ псо... Апхуэдэ тхылъ лъэпкъ Iэджэм яIэщ, хэку куэдым къыщыдэкIащ, ауэ си щхьэкIэ зэи срихьэлIакъым зы цIыху и Iэдакъэ къыщIэкIауэ афоризм тхылъ, Бейтыгъуэн Сэфарбий “Псалъэ пэж” зыфIищар 1986 гъэм дунейм къытехьэху. Абы къыкIэлъыкIуащ “Псэлъэгъу” (1992 гъ.), “ЗыкъызогъэщI” (1996 гъ.), “КупщIэ” тхылъхэр. Япэрей тхылъищым ита афоризмхэм къадэкIуэу, “КупщIэм” хыхьащ тхакIуэм иужьрей илъэсхэм къехъулIахэри. ТхакIуэм и псалъэ къэскIэ жьэгум дэлъ яжьэм фIамыщI дэпу къыхоцIуукI жыпIэнщ, ахэр нэрылъагъу бзийуэ къызэщIонэ, цIыхупсэм и “къуэгъэнапIэ, плIанэпэ кIыфIыпIэхэр” къызэщIигъэнахуэу, гъащIэм и зэхэлъыкIэр уи нэгу къыщIигъэувэу. Мы афоризмхэм я купщIэр къэпIуэтэну щIэбдзэмэ, зы псалъэухакIи къыпхузэщIэкъуэнукъым, абыхэм къызэщIагъэушэр зы гупсысэкъыми, къызэщIагъанэр зы гурыщIэкъыми. Псом ящхьэжу мы жыIэгъуэхэм яхэлъыр гупсысэхэм я кууагъымрэ ахэр къызэрыIуэта псалъэхэм я мащIагъэмрэщ. Абыхэм къапкърыкIыну псор “къапкърихын”, щэхуу яхэлъ псом езым и щхьэкIэ нэсын, ахэр псэкIэ зыхищIэн - аращ тхылъеджэм къыхуэнэж “тIэкIур”. Бейтыгъуэным и афоризмхэр зыгуэр зэхищIыкI зэрыхъурэ нэ жанкIэ зыхэплъэ, куууэ зэгупсыс гъащIэм “къыжриIащ”. Аращ ахэр, узыпэмыплъа гуфIэгъуэу е узэмыжьауэ уил зыгъэузым хуэдэу, щIызыхэпщIэр. Зи гугъу къыпхуищI Iуэхугъуэм лъэныкъуэ псомкIи укъыхигъэплъэн папщIэ, цIыхур зы напIэзыпIэм зэрыта щытыкIэм и сурэт ищIын щхьэкIэ, тхакIуэм зы псалъэуха хурокъу, нэхъыбэми ар псалъэ зыщыплI-зыплIытхущ зэрыхъур, ауэ апхуэдизкIэ Iэзэу “къыхэбзыкIащи”, абыхэм къыхоцIыщхъукI гупсысэмрэ гурыщIэмрэ. ТхакIуэр зэм къодыхьэшхыкIри, къыбдогушыIэ, зэм ткIыбжьу къопсалъэ. Абы и псэм къимыщтэр зыщ: цIыхум и напэм Iуэхур нэсамэ, фэрыщIагъ хилъхьэу зыкъыбдригъэкIункIэ Iэмал иIэкъым, “нэр изыщI” псалъэри ирикъухыжынукъым. ТхакIуэм и зэчийм куэд щызэхэпщащ: урегъаджэ, уегъэIущ, уеущий, ауэ “пэжыр си псалъэм и закъуэщ” къыбжиIэркъым; и псэр утIыпщауэ къыбдогушыIэ, ауэ уи гум ешыкъылIэн, гузэрыдзэ уэзыгъэщIын къуипэсыркъым, гущыкIыгъуэу къыщыхъуми щысхьрабгъу хуиIэкъым. ТхакIуэ набдзэгубдзаплъэр Iуэху жьгъейхэм щхьэпроплъыкIри, зи гугъу къыпхуищIынум нэхъыщхьэу хэлъыр - куэдыр зыблэплъыкI купщIэ нэхъыщхьэр - гурэ псэкIэ къеубыд, Iуэхугъуэ “цIыкIуфэкIухэм” ухешэ, гъащIэ хъужыр абыхэмкIэ зэрызэхэджар ещIэри. Языныкъуэхэм деж уигу къемыуэу къанэркъым апхуэдиз афоризм уи щхьэм зэуэ зэрыпхуимыубыдэр (ахэр мин бжыгъэщ!). Ауэ “КупщIэм” анэдэлъхубзэкIи урысыбзэкIи Бейтыгъуэным и IэдакъэщIэкIхэр итщ, хущIыхьэгъуэ къыщыпхуихуэ дыдэм и деж къызэIупхыу уеджэну ухуиту. Сыт хуэдизрэ тхылъеджэм къытримыгъэзэжами, абы щIиджыкIынщ тхылъыр, и щыпэзэIух хуэдэу, къытригъэзэжыхукIи абы и напэкIуэцIхэм къыхэбелджылыкIынщ нэхъ пасэу гу зылъимыта гупсысэ, гурыщIэ гуэрхэр. Ар дэтхэнэ зы художественнэ тхыгъэ нэсми и щапхъэщ. ЗыIуплъэр и нэм къызэрыщIэхуа дыдэм хуэдэу фIэкIа зымылъагъухэр гъунэжщ, ар зэчийм тхьэм хинахэм я ухыгъэщ. Сэфарбий и афоризмхэм уи гупсысэ “жейхэр” къагъэуш - уэ щыгуфIыкIыф закъуэ цIыху гупсысэхэр зэрыдамафIэм. Бейтыгъуэн Сэфарбий анэдэлъхубзэкIэ итха и тхылъыр езым урысыбзэкIэ зэридзэкIыжащ. Апхуэдэ лэжьыгъэм акъыли щIэныгъэ кууи хуейщ. ТхакIуэм хузэфIэкIащ, кIэрыху щIагъуэ къэмынэу, и IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэкIи къиIуэтэжын, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуари зыщ: анэдэлъхубзэм хуэдэу урысыбзэри куууэ зэрищIэрщ. Мыбы, псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, зы IуэхугъуэфI къыздешэ: пщIар хъуамэ - пщIэ лейри ууейщ, мыхъуарэ, къуаншагъэр уи деж къыщонэжри, уи щхьэм губгъэн хуэпщIыжу щыс! Иужьу мы зыр щIызгъужынут: тхылъым сыщытепсэлъыхьым си псалъэм и “гур къыщIезгъэубыдэну” сэ зы афоризми щапхъэу къэсхьакъым. Абы и щхьэусыгъуэри зыщ: мы тхылъым и напэкIуэцIхэм дэтхэнэ зы тхылъеджэми ахэр тыншу къыщигъуэтынущ. ЗэрытхакIуэ Iэзэм къыдэкIуэу, Сэфарбий цIыхугъэ лъагэ зыбгъэдэлъ, псэ къабзэ зиIэщ, адыгэм нэсауэ угъурлыщ жыхуаIэм хуэдэщ. Абы хуэстхауэ усэ Iэрамэ сиIэщи, абыхэм ящыщ зыкIэ соухыж си пса- лъэр:
ПсалъэщIэ-псалъэжь
Уи жыIэгъуэм дихьэхам И гур къызэщIонэ: Уи псалъэщIэ зэхихар Игу псалъэжьу къонэ!
Тхьэгъэзит Зубер, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. Бейтыгъуэн Сэфарбий и жы1эгъуэхэр Тхьэпэлъытэу плъытэм, “фу, цIыхумэ” - жиIэжынкIэ хъунущ: хэту ар щымытми, зым и унэIуту дунейм утемыт. Адыгагъэр псэкIэ зепхьэмэ, щIым нэмысу укърихьэкIынущ. Акъылым гъуэгур къигъэнэхуу щыхуежьэр лъэр щIэщIэу щIидзэмэщ. Адыгэ Iэнэ зэтетыр адыгэ университетщ: абы щеджэ мыхъумэ, къаухыркъым. Адыгэ хабзэр зи мыбзыпхъэ адыгэбзэр зеиншэ къабзэщ. Адыгагъэр Iуэхутхьэбзэм хуэзыгъадэр адыгагъэм щыгъуазэкъым: Iуэхутхьэбзэр - зэхуэщIэщ, адыгагъэр - хуэщIэщ. Гъуэмбым имыхуэжыр зэщагуэри - хуэбыхъуу йозэгъэж. ДыкъыздикIам хэтщIыкIыр дызыхуэкIуэм хэтлъагъуэм хуэдизщ - лъэныкъуитIымкIи кIыфIщ. Делэм уфIэкIыурэ губзыгъэр къыпфIэкIыу уохъу. Зэману тIущ щыIэр: блэкIарэ къэкIуэнурэ, ещанэ щыIэу жызыIэр щоуэ. Ит зэманым зезыгъэзэгъыр бзаджэщ, къэкIуэнум пежьэр губзыгъэщ, зи щIалэгъуэм къыхэнар сабий хъуащ. Кавказ къурш псынэр къумым къыщыхутэмэ, занщIэу зыщIифынущ; апхуэдэщ Кавказым и цIыхухэри - хамэщIым щохъу нэгъуэщI. Лъэпкъым и кхъэм и щытыкIэр и дуней тетыкIэщ. Муслъымэныгъэр тыншщ зепхьэну, адыгагъэр гугъущ пхэлъыну: гуэныхьыр къэзыхьыр ахърэткIэ мэпшынэ, адыгагъэм ебакъуэм дунеягъэкIэ егъэв. Ныбжьым фIэкIа узэмысэж щыIэкъым. Бейр насыпыфIэу, факъырэр насыпыншэу щыткъым: зи гур къигуфIыкIым и насыпщ. Дэтхэнэ зы егъэлеями тезыр гуэр и нэгум щIэлъщ: шхэрейм и ныбэр къожьэри щIеIубэ. Удэфар ныбэиз щылъхущ, къилъхужынури езым хуэдэщ. Ныбжьэгъуми жагъуэгъуми дагъей: япэм - дунейм дызэрехыжынур, етIуанэм - дызэрытетыр. УкIытэр зытекIуэм и напэр текIуащ. УафIэкIым, уафIэкIым, уафIэкIыурэ - уагуокIэ. Уи псэр ягъэуфIыцIамэ, уи гур гъэфI - уи напэр хужьщ. УсакIуэм псэр нэхъ хэту, тхыдэтхым щхьэр нэхъ фIэту щытыпхъэщ. ЦIыхугур кIыфIщ, куущ, гъуни нэзи зимыIэщ: нэгъуэщIыр абы и лъащIэм нэсын дэнэ къэна, зей дыдэми ирилъагъуэр мащIэщ. ЦIыхур фIырыфIкIэ Iущ хъу псэущхьэкъым. Нэхъыбэм къагурымыIуэ гупсысэр куущ. Iэщым лъакъуапIэ къызэренэкI, цIыхум лъэужь къегъанэ. Iуэхум хэлъым гу лъызымытэм хэмылъыр хилъэгъуэнущ. Iуащхьэ щхъуантIэм лъагэу зиIэтмэ, и щыгур мэтхъу. Адыгагъэр кIуэдыжу лъэпкъыр зытегузэвыхь адыгэбзэр зеиншэу къэнэнкIэ шынагъуэщ. Зыдэплъеипхъэм хуеплъыхыр нэфщ, зыхуеплъыхыпхъэм дэплъейр набгъэщ. ПцIым удихьэхмэ, утыкум урехьэри укъренэ. ЦIыкIухэм балигъыбзэр я нэщ, я псэщ, жьыкIэфэкIэм сабиибзэр яфIэIэфIщ. Чыр цIынэщ жыпIэу къэгъэшынкIэ умыерыщ, бжэгъукIэ ущыгугъмэ. Укъызытенэжынур гъуазэщ. Хабзэ къемыжьам упемыжажьэ, къэсар къегъэблагъэ, блэкIам укIэлъымыжэ. Хабзэжь зизылъэфыхьым щыгъупщэжащ езым и щIалэгъуэм гъуэгу кърамыту зэрыщытар. ХабзэщIэм пэрыуэу хабзэщ, хабзэжьым щIэрыIэу хабзэщ. ГуащIэмащIэр хабзэм йобакъуэ, гу зыкIуэцIылъыр абы ипкъ итщ. Хабзэм и къежьэгъуэм зыпыIуадз, и кIуэдыжыгъуэм зыкIэращIэ. Хабзэншэм хабзэжьыр нэщанэуапIэ ещI. Хабзэр зэхэзехуэн ящIмэ, ар къызыфIэмыIуэхуу щытахэри я телъхьэ мэхъуж. ХабзэфIыр къегъэжьэгъуей- хэгъэкIуэдэжыгъуафIэщ. АдыгагъэмыщIэ адыгэбзэ щIэкъущ. Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ Iуэхутхьэбзэкъым. Адыгэм и хэкум пщIэ щиIэнущ, хамэм гу къылъитэмэ. Адыгэ хабзэр гупэрэ щIыбагъыу зэхэлъщ - щхьэж зэрыхуэIэижьщ. Ей, адыгэ, - жаIэмэ зэIыбощIэIа, уадыгэкъэ уэ, - жаIэмэ, иджыри къыпщогугъ. Хабзэр гуащIэмэ, узыхуэмей гуэрхэри къыдокIуэ, ауэ нэмысым и пщыIэ пкъощ. Лъэпкъым и бын пэжым езым и гуращэ нэхъыфIхэр делъагъуж. Лъэпкъ къэсыху езым и ФIыцIагъэ иIэжщ: Урысейм - Пушкин, адыгэм - Адыгагъэ... Напэ зимыIэжым иIэри узот. Напэр зэ ящэху, итIанэ иросондэджэр. Лъэпкъым къыхэжаныкIымрэ къыхэпIэнкIыкIымрэ: япэм ипэкIэ уешэ, етIуанэм и ужьым уиту укърешэкI. Пашэр щхьэзэмэ, щхьэж и занщIэр и гъуэгущ. Зи тхыдэр щхьэхуит лъэпкъыр щхьэхуитщ. Зи чэзур блэбгъэкIмэ, зимычэзу къешэ. Дунейм зэрыхуейуэ темытыфар зэрехыжынум щIригузэвэни щыIэкъым. ЩIатIа я гугъэр хасауэ, хаса къафIэщIар щIатIауэ къыщIокI. ЩIыр яхузэрымыгъэгуэшурэ зэрытохыжри, щхьэж и Iыхьэри къылъосыж. ЩIыхьым ар къэзылэжьыр къилъыхъуэ зэпытщ, ауэ нэхъыбэм къыщигъуэтыр кхъэращ. Зэманыр зэрыщымыту зытхыжыр тхыдэтхкъым - зэхэтхыхьакIуэщ! Псалъэ пэжыр бгъэныщкIумэ, псалъэмакъ къокI. Гупсысэр куумэ, псалъэр кIэщIщ. КъэкIуэнущ зэман, ныкъуэкъуэгъу зимыIэм имыIэ щымыIэу. Лъы ужьыр бжьиблым доужьых. Жылагъуэ зэхэщIыкIым къыхэбнэмкIэ тхыдэм укъинэнщ. ЩIэблэм щIэину лъабжьэфI къахуэнэмэ, щхьэкIэр езым ящIыжынщ. ЩIэр къащтэмэ, къэкIуэнум йогупсыс, жьым щытхъумэ, блэкIар фIыкIэ ягу къокIыж. ЖыIэкIэмыщIэм гупсысэ дахэри фаджэ щIохъукI. И чэзум жыпIа псалъэм лъэщагъкIэ пэхъуну щыIэр зыщ: и гъуэу епкъухар. КIэщIу жыпIэфынур умыгъэныщкIу: гупсысэр зэпылъэфамэ, псалъэ зэхуакухэм докIуэдэж. Мыгупсысэу псалъэр гупсысэ хохуэ. ЩIэныгъэншэм зы псалъэ шэрыуэкIэ къыбжиIэфынум тхакIуэу зызыбжыжым и гъащIэ псор хуримыкъункIэ мэхъу. Псалъэм пщIэ щIамыту жызыIэм сату жыхуаIэм хъыц хищIыкIыркъым. ПсалъэкIэ зэIыпщIар IуэхукIэ зэрыпхузэIыхыжщ. Псалъэр жьы хъумэ, уахътыншэщ. НобэкIэ узэджэнур пщэдей махуэращ, езы нобэм и щIэдзапIэр дыгъуасэм щыIэщ. Зэман къакIуэм дэ куэдкIэ дыщогугъ, ауэ фIэкIыпIэ имыIэу къытпэплъэр зыщ - ныкъусаныгъэу тхэлъымрэ щыуагъэу тIэщIэкIамрэ. Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ зэблэдзамэ, тIури мэгъу. БлэкIам щIыбгъуIаи кIэрыбгъэхуIаи хъуркъым, ауэ мычэму щIагъу икIи кIэрагъэху. БлэкIам сэхусэплъ хилъхьэмэ, тхыдэтхыр нэджэIуджэ мэхъу. Ди Лъэхъэнэр псэ зыIутым уахъты щиIэмрэ мылIэжыныпсэ къыщыIукIэнумрэ я зэпылъыпIэщ. Зэщытхъухэми зэхъурджауэхэми мардэм щIрагъэгъу. Жэнэтым дин щIэкъур пагъаплъэ, ауэ абы лъагъуныгъэ псалъэ къыщIэIукIыркъым. Лъэпкъым тхыбзэ щимыIэ лъэхъэнэм и тхыдэр зэхэзедзэнщ. ХьэщIэ зыхуэфащэ бысымыр сыт щыгъуи абы хуэхьэзыру мэпсэу. Псоми зэдайуэ хабзэ щыIэн хуейщ, щIыхуейри гурыIуэгъуэщ: дэтхэнэ зыми и хьэлыр псоми я хабзэу игъэувын мурад щэхухэр иIэнущи. ХьэщIэр адыгэм и тхьэщ, хьэщIагъэр и динщ. Тхыбзэ зэрыдимыIам адыгэр куэдрэ дротхьэусыхэ, ауэ абыи и сэбэп лъэпкъым къекIащ - хабзэр нэхъ къызэтенащ. ЩIэныгъэкIэ къыптекIуэр куэдкIэ къыптокIуэ, акъылкIэ къыптекIуэр сыткIи къыптокIуэ. Бегъымбархэм я кхъащхьэхэм зэрыхьхэм къэзылъхуахэм я сынхэр здыхэт къуэладжэр зыщIэу яхэтыр дапщэ хъурэ? ХьэжыщI укIуэкIэ адэ-анэ хьэкъым жэнэтым игъэкIуэн? Адыгэу си лъэпкъ пагэ, сэри зыщ пхузиIэр лъэIуу - уи гум сумыгъэху! Урысу ущытын щхьэкIэ, урысыбзэр анэдэлъхубзэмэ ирокъу, адыгэу ущытын щхьэкIэ, адыгэбзэр пIурылъкIэ зэфIэкIыркъым - адыгагъи пхэлъын хуейщ. Лъэпкъыр хэкIуэдэжынущ жыпIэу, тхьэусыхафэ купщIэншэр куэдрэ бгъэш хъунукъым, дунейпсо культурэм и жьантIэм щыщ увыпIэ убыдын хуейщ. Пэжыр ущэхуамэ, и макъыр ину мэIу. Адыгэм и хабзэр и хэкущ.
Борыкъуей лъэпкъым и япэ профессор
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэхэр кIыфIыгъэм къыхишу егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я гъуэгум тезыша цIыху Iущхэм ящыщщ Борыкъуей ТIутIэ. Илъэсищэ нэблагъэ дэкIа нэужь, и лъагъуэм ирикIуащ абы и унэкъуэщ Абдулрэ абы и щхьэгъусэ Женярэ зэдапIа бынихым я нэхъыщIэ Тимур. Илъэс 40 зи ныбжь Борыкъуей Тимур мы махуэхэм Москва къикIа хъыбар гуапэ къыIэрыхьащ - абы цIэ лъапIэр къыфIащащ. Апхуэдэ ныбжь фIэкIа уимыIэу Тимур зыIэригъэхьа лъагапIэм унэсын папщIэ, абы хуэдэу уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъуу, сыт хуэдэ лэжьыгъэми псэемыблэжу упэрыту, узыщIэхъуэпсхэм ерыщу ухущIэкъуу щытын хуейщ. Ар зыIэрызыгъэхьэфа си лэжьэгъу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ си шынэхъыщIэу къэслъытэ щIалэр ди лъэпкъым нэхъ гъунэгъуу езгъэцIыхуну си гуапэт. Псом хуэмыдэу сыхуейщ иджырей щIалэгъуалэм апхуэдэ щапхъэфIхэм гу лъезгъэтэну, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтым къэкIуэну дахэ, зэриIэр зыхезгъэщIэну. Тимур Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм къыщалъхуащ. 1983 гъэм къуажэ курыт школыр фIы дыдэу къиухри, химие щIэныгъэм нэхъ зэрыдихьэхым къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. А зэманым зекIуэу щыта унафэм ипкъ иткIэ, еджапIэ нэхъыщхьэ щIэсхэр щIашрэ дзэм къулыкъу щрагъащIэу щытащ. Борыкъуейри а зэманым хиубыдэри, 1984-1986 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ икIи къызэригъэзэжу университетым еджэн щыпищэжащ. 1990 гъэм аспирантурэм щIэтIысхьащ икIи и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэр Топчиевым и цIэр зезыхьэ РАН-м и институту Москва дэтым щигъэхьэзыращ. Къыхуагъэува пIалъэм къриубыдэу хьэзыр ищIри, 1994 гъэм и диссертацэр а институтым щыпхигъэкIащ, химие щIэныгъэхэм я кандидат хъуауи къигъэзэжащ. КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ щезыгъэкIуэкI гупым я унафэщIу 1997 гъэ хъуху лэжьауэ, химие экологиемкIэ кафедрэм егъэджакIуэ нэхъыжьу кърагъэблэгъащ. Сыт щыгъуи нэхъыбэ зэзыгъэщIэну зи нэ къикI щIалэм мыбдежи гу къыщылъатэри, 1999 гъэм докторантурэм щIагъэтIысхьащ, 2004 гъэм и диссертацэр пхигъэкIащ. Иджы дыдэ Урысейм и ВАК-р хэплъэри Борыкъуей Тимур Абдул и къуэм профессор цIэр къызэрыфIащамкIэ щыхьэт тхылъыр къыхурагъэхьыжащ. Мы зэманым Тимур химиемкIэ факультетым и профессорщ, егъэджэныгъэм къыщыдэхуэм деж зи ужь ит щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм пещэ икIи лэжьыгъи 110-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ. А псом къыдэкIуэу университетми, щылажьэ факультетми щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ, апхуэдэуи химиемкIэ диссертацэ советым и секретарщ. Унагъуэ дахи - щхьэгъусэрэ бынитIрэ иIэщ Тимур. Сыхуейт Борыкъуейм дяпэкIи жыджэру и лэжьыгъэм къыпищэну, къытщIэхъуэ щIэблэр щIэныгъэм и нэхум хишэу узыншэу куэдрэ псэуну!
Щауэ Iэбубэчыр, химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и член-корреспондент. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш
Нэрынэ-нэрынэ, нэрынэ пщыкIутI, къуажэ пщыкIутI къызэптами уэзмытын. Пшэрым и уэд, уэдым и дагъэ. Ныбэф псафэрей. Нэхъыбэ къипхыху нэхъ ин мэхъу. ЦIыкIунитIэ ятIэ хэпщ. ЩIым и IэфIыр къыщIэзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр зыгъэтхъэж. Жэуапхэр: Лэрыпс. Шыгъу. Гуэгуэн. Мащэ. Ху жылэ. Нартыху цIынэ.
1эдакъэ мывэ
ЩIалэхэм зэдадз. Нэхъ жыжьэ зыдзыр зэхагъэкIынумэ, псоми зы мывэщ ядзыр, ари я пIэм иту е лъэбакъуищ-плIыкIэ зэхущIэрыIэу. Абы щыгъуэми зэрызэгурыIуэу е джабэм кърадзых, е драдзей, е сэтейм щызэдадз. Сытым щыгъуи мывэр зытехуэрщ ябжыр, армыхъумэ щIым техуа иужькIэ зэрылъеижыр хэткъым. Iэдакъэ мывэр дэтхэнэ IэмкIи бдзынуми ухуитщ. Уи бгыр дауэ бухуэнуми, дауэрэ зыпIуэнтIэнуми, упкIэнуми, узэрегуакIуэщ. Я пIэм иту зэдадзыну зэгурыIуамэ, я лъакъуитIри щIым къытрачу хэткъым. Ар Iэдакъэ мывэр я дамэм деж, я шхулъэм хуэзэу яIыгъыу щызэдадзкIэщ. Абы щыгъуэ ядз мывэри нэхъ хьэлъэщ икIи нэхъ инщ. Ауэ Iэдакъэ мывэ я Iэгум илъуи, заIуантIэури ядз. Ар нэхъ мывэ есщ икIи пIащIэу къыхахынкIэ хъунущ. Мывэр Iэ лъэныкъуэкIэ щадзкIэ зэрызэгурыIуащ: загъэкIэрэхъуэну, хьэмэрэ замыгъэкIэрахъуэу, Iэ лъэныкъуэмкIэ щIаупскIэу ядзыну? ТIум щыгъуэми текIуэр нэхъ жыжьэ зыдзырщ. МафIэдз Сэрэбий. Нартыху лэкъум
Нартыху хьэжыгъэр яухуэнщIри, тепщэчышхуэм иракIутэ. Зыхуейм хуэдиз шыгъу псы къэкъуалъэм хадзэри, хьэжыгъэм щIакIэ. БэлагъкIэ зэIащIэурэ, хупцIынэ хъухукIэ япщ. ТIэкIу зэбгратхъури ягъэупщIыIу. ИтIанэ гуэдз хьэжыгъэ тIэкIу щIапщыхь. Ар сыхьэт зытIукIэ щагъэтри IэкIэ къыхахыурэ пIащIэу – сантиметр ныкъуэ, сантиметр нэхъ имыIувагъыу яупIэпIри, гуэдз лэкъумым хуэдэу ягъажьэ, зэрагъэдзэкIыурэ. Нартыху лэкъумыр пщтыруи щIыIэуи Iэнэм тралъхьэ. Ар гъэшхэкIым фIыуэ докIу.
«Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэ, ди къуэш Адыгейми Къэрэшей-Шэрджэсми я уэрэджы1ак1уэ ц1эры1уэ Сокъур Ольгэ и уэрэд жы1эк1э дахэмк1э ц1ыхухэр егъэгуф1э.
|
|
|||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
|||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
||||||||
|