ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм гъатхэпэм и 14

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ - бесплатный счетчик на любой вкус!

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

ЛЪЭПКЪЫМ И ХЪУГЪУЭФ1ЫГЪУЭХЭР

 

Адыгэбзэр адыгэ лъэпкъым и лъапсэщ, и гъа­щIэщ, и псэукIэщ, и псэщ. «Бзэр тIэщIэкIмэ, до­кIуэ­дыр, лъы зыщIэтыр фысакъ» - гум зыпхидз мы пса­лъэхэр адыгэ усакIуэшхуэ Бещтокъуэ Хьэбас бэм яхуигъэза къыхуеджэныгъэ пэлъытэщ.

   Тхыдэм узэпхрыплъмэ, на­Iуэ мэхъу адыгэбзэр лъэпкъыбзэ нэхъыжь дыдэхэм зэращыщыр. Абы хуэдэу макъыбэу бзэ куэд щыIэкъым икIи а хъугъуэ­фIыгъуэр хъумэныр лъэпкъым и дэтхэнэ цIыхум, адыгэу зызылъытэж псом я дежкIи къалэнышхуэщ. ЦIыху акъылым и лъага­пIэхэм ящыщщ апхуэдиз макъ зэщIэжьыуэр хьэрф­кIэ къэбгъэлъэгъуэныр. Дэфтэрхэм къазэры­хэ­щыжымкIэ, адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр дунейм къы­­щытехьар 1853 гъэм гъат­хэпэм и 14-рщ. Ар и Iэ­дакъэ къыщIэкIащ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы лъандэрэ илъэси 150-м щIигъу дэкIащ икIи ди лъэпкъ тхыбзэм щIэдзапIэ хуэхъуауэ ялъытэ япэ адыгэ тхылъыр къы­щыдэкIа махуэр иджы Адыгэ тхыбзэм и махуэу догъэлъапIэ.

   Гъатхэпэм и 14-р Адыгей тхыбзэм и махуэу къэ­лъытэным теухуа унафэ щхьэхуэ 2000 гъэм къы­щыдэкIащ Адыгэ Республикэм. Илъэси 5 дэкIри, апхуэдэ дыдэ унафэм Iэ тридзащ Къэрэшей-Шэр­джэсым и Президент Батдыев Мустэфа. Анэдэлъхубзэм и зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ лъэ­п­­къым и дежкIэ мыхьэнэуэ яIэр къилъытэри, 2003 гъэм Дунейпсо ­Адыгэ Хасэм унафэ ищIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м адыгэхэр щыпсэу къэрал псоми щагъэ­лъэ­пIэну. Адыгэхэр дуней псом зэрыщикъухьар  къэп­лъытэмэ, мы махуэшхуэм дунейпсо мыхьэнэ игъуэтауэ жыпIэ хъунущ.

   Урысей Федерацэм хыхьэ адыгэ республикищми ящыщу махуэшхуэм хуэфэщэн къэрал гулъытэ щимыгъуэтар ди республикэм, адыгэхэм я нэхъыбэр щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ. Мыгувэу абыи унафэ тэмэм иIэну дыщогугъ.

   Адыгэ тхыбзэм и ма­хуэм ири­хьэлIащ адыгэ газетхэм я номер зэхэтхэм и зи чэзу къыдэкIыгъуэр. Уигу къыдримыдзеижын плъэ­кIыркъым адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ хъуэп­са­пIэу иIар: «Ухыгъэмрэ къэ­хъу­гъэмрэ зи Iэмырым со­лъэIу анэдэлъхубзэм хузи­Iа лъагъуныгъэр здэзгуэшын щIэблэ си ужь къи­хъуэну».

   Лъэпкъым и дэтхэнэ цIыхури иджыри зэ дев­гъэгупсысыж ди анэдэлъхубзэр хъумэным теухуауэ тхузэфIэкIыну псори длэжьрэ дымылэжьрэ, Нэ­гумэ Шорэ яужь къи­хъуэну зыщIэхъуэпсауэ щыта щIэблэу дыщытрэ дыщымытрэ.

Жыласэ Маритэ.

 

БЭЩТОКЪУЭ ХЬЭБАС

 

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

КъыбгурыIуэу а тIэкIур

Утетыну дунейм.

 

Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщIащ.

 

Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр,

ТIэщIэкIами дрикъунт.

КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым

Хипщэжар сыт хъужын.

 

Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр,

Лъы зыщIэтыр фысакъ.

Псы зыщIэтыр текIуэту,

ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ.

 

БЫРСЕЙ УМАР

* * *

   Адыгэ еджагъэшхуэ, узэщIакIуэ Бырсей Умар 1807 гъэм къалъхуащ. И ныбжьыр илъэси 8 фIэкIа мыхъуауэ ар тырку сулътIанхэм ящыщ гуэрым идыгъури, Мысырым и пэщэ Мухьэмэд Алий ирищауэ щытащ. ХамэщI щыпсэу адыгэ щIалэ цIыкIум щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъым гу лъамытэу къэнакъым. Абы къыхэкIыу Умар егъэ­джа­кIуэ лъэрызехьэхэр къыхуащтащ. Илъэс 18-м щынэсам щыгъуэ Бырсейм ищIэрт франджыбзэр, тэтэрыбзэр, тыркубзэр, къэжэрыбзэр, хьэрыпыбзэр.

   1825 гъэм Бырсейм и щIэныгъэм хи­гъэ­хъуэну Франджым и къалащхьэ Париж ягъэкIуащ. ИлъэсищкIэ абы дэт политехникэ институтым щеджа нэужь, Умар щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ. 1843 гъэм и пэщIэдзэм ар Урысеидзэм хыхьащ икIи Кавказым къулыкъу щи-щIащ, тэрмэш къалэныр игъэзащIэу. Иужь­кIэ Бырсейр Ставрополь дэт еджа­пIэхэм ящыщ зым адыгэбзэмкIэ егъэ­джакIуэ нэхъыщхьэу ирагъэблэгъащ. ­Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу Бырсейм иригъэкIуэкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ. 1853 гъэм «Адыгэбзэ псалъалъэ» адыгэбзэкIэ тха тхылъыр дунейм къытригъэхьащ. ЩIэ­ныгъэхэмкIэ академием и IэщIагъэлIхэм бзэ щIэныгъэм и дежкIэ а тхылъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр мызэ-мытIэу къы­жаIащ. Апхуэдэу еджагъэшхуэр зэман куэдкIэ елэжьащ адыгэбзэм и хабзэ зэхуэмыдэхэм.

 

 

ДИ КЪУЭШ РЕСПУБЛИКЭХЭМ

 

Конституцэм и махуэр

 

   Мейкъуапэ. Гъатхэпэм и 10-м Адыгейм и Конституцэм и махуэу щытащ. Республикэм и цIыхухэм абыкIэ ехъуэхъуащ щIыналъэм и унафэщI Щэумэн Хьэзрэт.

   «1995 гъэм гъатхэпэм и 10-м ди цIыху­хэм къащта Конституцэм дэ къыщыд­гъэ­лъэ­гъуащ Урысей Федерацэм и адрей субъектхэм хуэдэу къэрал-хабзэ статус зиIэ щIыналъэу дызэрыщытыр. А а хабзэм тету Адыгейм зеужь: цIыхум и ­хуи­­ты­­­ныгъэр къилъытэу, лъэпкъ зэныб­жьэ­гъугъэр, зэкъуэтыныгъэр, дин зэгу­рыIуэны-      гъэр цIыхухэм яхипщэу”, - дыкъы­що­джэ Щэумэн Хьэзрэт цIыхухэм зэрызыхуи-   гъазэм.

 

ЩIыIэм и зэранкIэ

 

   Черкесск. Мы гъэм егъэлеяуэ дунейр зэрыщIыIам и зэранкIэ Къэрэшей-Шэр­джэсым и бжьыхьэсэу гектар мини 10-м нэблагъэ, рапсу гектар 710-рэ трисы­кIыжащ.

   КъШР-м мэкъумэшымкIэ и министерст­вэм къызэритамкIэ, республикэм и мэ­къ­у­мэшыщIэхэм щIыIэ блэкIам хэщIыныгъэу сом мелуан 72-рэ къыхуихьащ. КIэщIу жыпIэмэ, бжьыхьэсэу хащIэм и процент ­­   37-р  яфIэкIуэдащ. Бжьыхьэсэ зимыIэж хо­зяйст­вэхэр щыIэщ, къэрал дэIэпыкъу­ны­гъэн­шэу ахэр гъэ техьэфынукъым.

 

ЗэкIэ зэгуроIуэ

 

   Иджыблагъэ Пятигорск щызэхуэсащ «Кавказ энергетикэ управляющэ компание» ОАО-м и унафэщIхэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и правительствэм хэтхэмрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ республикэм электрокъарумкIэ къытехуа щIыхуэр пшыныжа зэрыхъунум.

   «КЭУК» ОАО-м и пресс-секретарь Выхристюк Геннадий зэрыжиIамкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и правительствэм и мурадщ дызэрыт илъэсым республикэм къытехуа сом мелуани 7,5-мрэ, адрей гъэхэм зэтрихьа щIыхуэм щыщу сом мелуан 25-рэ пIалъэ кIэщIкIэ ипшыныжыну.

   «Къэрэшей-Шэрджэсэнерго» ОАО-м Усть-Жэгуэтэ, Инжыдж цIыкIу, Къэрэшей районхэм электрокъарур ирикъуу хуиу­тIыпщын щIидзэжащ.

 

КъыхэтхыкIын щIадзэ

 

   Сыхъум. Грузием щтапIэ ихьэжахэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, куржыхэм Абхъазым къыщагъэна я унэхэр, мылъкухэр къыхэт­хыкIын щIадзэнущ. Абы щхьэкIи абхъаз лъэ­ныкъуэр зэдагъэIэпыкъуну къыху­­р­аджащ.

   Ауэ Iуэхур гурыIуэгъуащэу щыткъым: куржыхэм ар къызэрыхатхыкIыну щIыкIэр къыжаIэркъым.

   Грузием щтапIэ ихьэжахэм я IуэхухэмкIэ министр Хевиашвили Георгий къыхигъэщащ, езыхэм къызэралъытэмкIэ, зауэ лъэхъэнэм куржы мин 248-м Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ зэрабгынар.

Хьэщыкъуей Олег.

 

ПЩАЩЭХЭМ Я НЭХЪ ДАХЭ

 

 «Бгырыс пщащэ дахэ» – аращ зэреджэр сабийхэм зыщагъэпсэху, я узыншагъэр щра­гъэ­фIакIуэ «Радуга» санаторэм щекIуэкI зэпеуэм.

   Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и «Черкесское игрище» тхылъым зэрыщитхыжам хуэдэу, адыгэм я зэпеуэ егъэкIуэкIыкIэ ды­дэм тету ягъэпс мы Iуэхугъуэр. ЗэрыгурыIуэ­гъуэщи, мы санаторэм сабийхэр мазэщ зэрыщыIэр, ауэ дэтхэнэ зы гупыщIэм щхьэкIи щIэрыщIэу мы зэпеуэр къызэрагъэпэщ санаторэм и унафэщI БжыкI­ший Сурэждинрэ егъэджакIуэ КIуащ Люсарэрэ.

   Налшык, Бахъсэн, Тырныауз, Шэджэм къалэхэм къикIа пщащэхэр къэфащ, уэрэд жаIащ, тхыдэм хащIыкIымрэ я IэпэIэсагъымрэ къагъэ­лъэгъуащ.

   Абыхэм я зэфIэкIыр къэзыпщытахэм яхэсащ усакIуэ Гуртуев Сэлихьрэ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбийрэ.

   Къапщтэмэ, Сэлихь къыхигъэщащ санаторэм щыIэ сабийхэм зэрыдэлажьэ щIыкIэр щапхъэу къэлъытапхъэу.  Абы хэ­гъэ­рейхэм тыгъэ яхуи­щIащ езым и тхылъхэм щы­щи, адыгэ усэхэр балъ­къэрыбзэкIэ зэдзэкIауэ зэрыт тхылъи.

   - Илъэс 15 хъуащ си тхы­лъыр къызэрыдэкIри, - жиIащ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, - иджы япэ дыдэу срихьэлIауэ аращ стхар гъащIэм къыщагъэ­лъэгъуэну яужь итхэм яху­зэфIэкIа лэжьыгъэм. Хуабжьу гуапэщ щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ халъхьэну яужь зэритыр. Пщащэм я нэхъ дахэр къыхэхыным пасэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ иIэт, сыту жыпIэмэ хьэл-щэн дахэ яхэлъын, я унагъуэр, я лъэпкъыр цIэрыIуэ зэра­щIын дуней тетыкIэрэ Iэ­щIагъэрэ яIэн зэрыхуейм хущIэкъу пщащэхэр щапхъэ хъурт.

   БжыкIший Сурэждин и цIэр къреIуэ текIуам. ХьэтиякIуэр бгъэдохьэри нэхъ дахэу, IэкIуэлъакIуэу къалъыта пщащэм дэ пыIэ ирет. Ар зыхуагъэфэщар налшыкдэс Кумыщ Марианнэщ.

 

ХужьОКЪУЭ Данэ.

 

 

ТУТ ЗАУР И УЭРЭДХЭР

 

гъатхэпэм и 12-м щыIуащ Кремлым дэт концерт тыпIэшхуэм. Куэдыр зыпэплъа концертт ар.

   УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КБР-м, АР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Тут Заур и макъ щабэр зэ зэхэзыхам игъащIэкIэ щыгъупщэнкъым, псэр зыхьэху зэчийкIэ гъэнщIащи. Абы и макъым куэд къыщитхьэ­къуащ Совет Союзым хыхьэу щыта къэралхэм, Бельгием, Германием, Израилым, Индием, Иорданием, США-м, Тыркум, нэгъуэщI щIыпIэхэми.

   Зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ артистым я гуапэу къыдолажьэ композитор цIэрыIуэхэри. Хэт щымыгъуазэр Пахмутовэ Александрэ и «Мелодия», хьэмэрэ Тухманов Давид и «Вечная весна» уэрэдхэр Заур зэ­ригъэзащIэм! Ахэр псори урысей эстрадэм и щапхъэу къызэрынам шэч хэлъкъым.

   Бжьыхьэ кIуа лъандэрэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр хъуа Тут Заур и иджырей концертым хигъэ­хьащ хэку, хамэ къэрал эстрадэм, урыс, адыгэ, итальян уэрэдхэм, романсхэм щыщ. Иужьрейм теухуауэ къыхэгъэщыпхъэщ Заур и романс жыIэкIэр зэрыгъуэзэ­джэр.

   Заур и концертым зрагъэхьэлIащ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен, Къэрал Думэм и депутат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэхущ Заурбий, москвадэс адыгэхэм ящыщ куэдым.

Будыщ Мумэ.

 

«Бэджыхъ» телъыджэм и зэф1эк1

 

Зэманыр шы жэрым езы­гъэщхьа усакIуэр щы­уа­­къым - улъэщIэмыхьэу махуэр махуэм кIэлъопIащIэ, ди псэукIэми зэхъуэ­кIы­ны­гъэ дызыпэмып­лъахэр къы­хе­лъхьэ.

   ИлъэсипщI и пэкIэ хэт и гу­гъа дунейм и къэрал нэхъ пхы­дза дыдэм щыпсэухэми уи унэ ущIэсу уадэуэршэрыфыну. Иджы апхуэдэ Iэмал телъы­джэщ интернетыр. А «бэджыхъ» телъыджэр къи­гъэ­сэбэпри, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэ­хъыщхьэ, Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд гъатхэпэм и 12-м жэуап яритащ зы­къыхуэзы­гъэ­захэм я упщIэ­хэм.

   Зэхуэгуапэу екIуэкIа пса­лъэ­макъыр зы Iуэхугъуэ гуэ­рым хухэхауэ щыттэкъыми, упщIэ­хэри зэмылIэужьы­гъуэт, политикэми, экономикэми, гъуазджэми, литературэми теухуат. Мухьэмэд нэхъ фIэфIу зэдаIуэ макъамэхэм къыщыщIэдзауэ, дэтхэнэ адыгэри нобэ зыгъэ­гу­завэ Iуэ­хушхуэхэм нэсу къы­ща­Iэ­тащ мы зэпсалъэм. Абы къыхыхьащ Къэбэрдей-Балъ­къэрым и мызакъуэу, ди гъунэгъу щIыналъэхэм щыпсэухэри, хамэ къэрал щыIэ ди хэкуэ­гъу­хэри.

   Интернет-интервьюм (ар къы­зэригъэпэщащ «Кавказ ­веб.нет» порталым и унафэщI Мэзукъэбз Уэсмэн) къыщаIэта Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэн зыщыхъуахэм хъыбар фыдогъа­щIэ мыгувэу ар ди газетым къызэрытехуэнумкIэ.

ДЖАТОКЪУЭ Залинэ.

 

ЕМЫК1УШХУЭЩ КЪЫБДАЛЪХУА БЗЭР УМЫЩ1ЭНЫР

 

Куэшхьэблэ курыт еджапІэ №1-м узэрыщІыхьэу блыным фIэдза тхыгъэшхуэр уи нэм къыфIонэ. Абы итщ: “НэгъуэщІыбзэр умыщІэным емыкІу хэлъкъым.  ЕмыкІушхуэр анэдэлъхубзэр умыщІэнырщ”. Еджа­пІэм и унафэщIхэми, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкІэ сабийхэр езыгъа­джэхэми ар зыщагъэгъупщэркъым. Илъэс 38-рэ хъуауэ мыбы щылажьэ Дзыбэ Сарэ иджыблагъэ зыхуэзгъэзащ икIи сепсэлъащ. ЕгъэджакІуэхэм я ехъулIэныгъэхэр, ахэр зыхунэмысхэр, еджапІэм ще­кIуэкI Iуэхугъуэхэр зыхуэдэр абы къытхуиIуэтащ. Нэхъыбэу зи гугъу ищIар щIэблэм анэдэлъхубзэр тэмэму егъэщIэнырщ.

   - 90 гъэхэм щегъэжьауэ ады­гэбзэмрэ литературэмрэ егъэ­джыным хуэфэщэн гулъытэ еджапІэхэм щыхуащI хъужащ. АрщхьэкIэ сабийхэр зэрырагъэджэн тхылъхэр, нэры­лъагъу пособиехэр зэрыримыкъум гугъуехь куэд къыдэ­кIуащ. Ауэ а лъэпощхьэпохэм емылъытауэ анэдэлъхубзэм къаруущIэ игъуэтыжащ. Ди гъэсэнхэм ящыщ Адыгэ къэрал университетым и лъэпкъ факультетым, журналистхэр щагъэхьэзырым щоджэ. Къи­щынэмыщIауэ, район, республикэ олимпиадэхэм жы­джэру хэтщ, увыпІэфIхэр абыхэм къыщахь. “Си бзэ - си беягъ” республикэ зэпеуэм дыхэтыну зыдогъэхьэзыр. Сэ а псори хуабжьу си гуапэщ.

   Гукъеуэхэм ящыщщ анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр зэры­-     лъа­хъшэр. Сабийхэми, курыт ныбжь зиIэхэми, зи акъыл тIысахэми куэд яхэтщ къыдалъхуа бзэр тэмэму зымыщIэ. Апхуэдэхэм я бзэр IэщIыб ящIри, урысыбзэм зыдра-   гъэхьэх. Ауэ уи анэдэлъ-      хубзэр умыщIэу нэ­гъуэщIыб­зэр пщIэн плъэкIынукъым.

   Сабийр дунейм къызэрытехьэу ар егъэщIапхъэщ. ИтIа­нэщ абы и гупсысэмрэ акъылымрэ тэмэму зыщаужьынур. Япэу сабий ІыгъыпІэм щы­кІуэкІэ, адыгэбзэкІэ тэрэзу къоп­сэлъэфмэщ ар къызы­хэ­кIа лъэпкъым хуэфащэу къыщыхъунур. Къэзыухъуреихь дунейм щыщыбгъэгъуазэкIэ “Это что?”, жыпIэу сабийм ущIеупщIын щыIэкъым, тэмэмыр “Мыр сыт?” упщIэрщ. Абы цIыкIум и гупсысэр адыгэ гупсысэкIэм хуегъэуш икIи гугъу иригъэхьыркъым. Сыту жыпІэмэ, и анэ и ныбэ щи­лъым щыщIэдзауэ и адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэр абы зыхещIэ. Анэдэлъхубзэм уелъэпауэу абы и пIэкIэ нэгъуэщIыбзэр сабийм Iурыплъхьэну яужь уи­хьэмэ, абы и гупсысэри ны­къуэдыкъуэ уощI. Зэрыщытын хуейр анэдэлъхубзэр тэмэму ебгъэщIа и ужькIэ адрей бзэхэми хэгъэгъуэзэнырщ. Армырамэ, мыадыгэу икIи мыу­рысу къэнэнкIэ шынагъуэщ - бзитIми иримыпсэлъэфу икIи и гупсысэр дыкъуакъуэу.

   Бзэр егъэщІэныр, дауи, къы­щежьэр адэ-анэм, уна­гъуэм я дежщ. Абы ар тэмэму щызэрахьэмэ, хуэфэщэн пщIэ лъагэ щыхуащIмэ, щIэблэми анэдэлъхубзэр зэхимылъхьэнкIэ, фIыуэ имылъагъункIэ Iэмал иIэкъым. УкъызыхэкIам Iурылъ бзэр умыщIэмэ, абы уримыпсалъэмэ, ар умыгъэ­кIуатэмэ, а лъэпкъым ущыщу зыплъытэжыну ухуит? Си фIэщ хъуркъым. Сыту жы­пIэ­мэ лъэпкъыбзэр щымыІэмэ, лъэпкъри щыІэкъым.

   Сыт хуэдэ къэкIуэн иIэр нобэрей адыгэ сабийм? Ар зэ­рымыщIагъуэр дэ иджыпстуи долъагъу. Анэдэлъхубзэр зэрамыщIэм теухуауэ егъэджа­кIуэр щыпсалъэм и деж языныкъуэ адэ-анэхэм къыпа­дзыж: “Сысейм и закъуэ апхуэдэр?”. ГухэщIщ зэримыза­къуэр, кIуэ пэтми апхуэдэхэр нэхъыбэ зэрыхъур. Абы щы­гъуэми адэ-анэм зыщагъэгъупщэн хуейтэкъым нэгъуэщIым и Iейм дэмыплъейуэ, езым ейр нэхъыфI ищIыну зэракъалэныр. Сыти жыIи, жылагъуэр дызэрызэхэтыр унагъуэ зырызущ икIи ди унагъуэхэр нэ­хъыфIыху, лъэпкъми зиу­жьынущ.

   Пэжщ, сабийхэр зэредгъа­джэ программэхэр жьы хъуащ, ахэр хъуэжын хуейщ. Абы ехьэлIа лэжьыгъэри йокIуэкI. Ауэ апщIондэхукIэ ди Iэ зэте­дзауэ дыщыс хъунукъым - махуэ къэси лъэпкъым, бзэм дэтхэнэ зыри дыхуэлэжьэну, ар хэдмыгъэкIуэдэжу тхъумэну ди пщэрылъщ. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ джыным хухах сыхьэт бжыгъэми хэпщIы­кIыу хэгъэхъуапхъэщ. Иджыпсту диIэ зэманыр мащIэщи, абы Iэмал къуитыркъым сабийм щIэныгъэ куу ептыну, Iуэхум хигъэгъуазэ къудейуэ аращ. КъищынэмыщIауэ, ди лъэпкъ IэщIагъэлI ныбжьы­щIэ­хэр нэхъ тегушхуауэ къэ­гъэсэбэпын хуейщ, еджапIэ нэхъыщхьэ къэзыухахэм Iэ­натIэ тэмэм етауэрэ.

   Анэдэлъхубзэр зымыщIэхэр, ар зэзымыпэсхэр, къызы­хэ­кIа лъэпкъым ириукIытэхэр Iумпэм тщIыну и чэзу хъуащ. Сыту жыпIэмэ, нобэ IэщIыб ящIа адыгэбзэр абыхэм я щIэблэми зэрамыщIэнур хьэ­къщ - ар дэ тхуэдэ лъэпкъ ма­щIэм и дежкIэ удынышхуэщ. Псори дызэкъуэувэмэщ мы зэман хьэлъэм лъэпкъыу ды­къыщынэнури: ди бзэ, хабзэ, нэмыс, зэхэтыкIэ дахэр щытхъумэфынури.

 

КУПЩ1АФ1ЭХЭМ ЯЩЫЩ ЗЫ

 

Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэщIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщ зыщ. Шэч хэмылъу, а зырауэ щытынкIэ мэхъу Азие Ипщэм щыIауэ кIуэдыжа бзэхэм я щэхухэр къэхутэнымкIэ “IункIыбзэIух” хъуфынури. Зэгуэр лъэщ дыдэу щыта бзэ зэлъэпкъэ­гьухэм я зы пыудахуэ, абхъаз-адыгэхэм я бзэм къыпкърыкI къарум къыуегъащIэ ахэр зыхэ­псэ­укI дунейр зэхэзыщIыкIыфынур акъылкIэ даIуэ цIыхурауэ зэрыщытыр.

МЕССАРОШ Лайош.

 

   А бзэм (адыгэбзэм) и макъ зэхэлъыкIэр апхуэ­дизкIэ телъыджэщ, плъыфабэщи, жьыбгъэ фийр, пщIащэ пылъэлъыжам и щхъыщхъыр, псы уэрым и макъыр, щIым и бэуэкIэр, псыхъуэм хэлъ мывэхэр зэрызэнтIэIур, гу къеуэкIэм и даущыр, къуа­лэбзум я уэрэдыр, нэгъуэщI куэди зэхыбох абы ущыщIэдэIукIэ.

   Апхуэдэ макъамэ зэщIэжьууэр къызэрыбгуры­Iуэнур зыщ: адыгэхэм я бзэр нэщIысащ дунейм и къэхъугьэ псори кърипIуэтэну. Аращ ар къызэ­рымыкIуэу зыгъэдэхэжри.

ТРУБЕЦКОЙ Николай.

 

1УЭРЫ1УАТЭ – ДЫЩЭ ПХЪУАНТЭ

 

ЦIыхум къыдэхъуа фIыгъуэ нэхъ хьэлэмэт дыдэхэм ящыщщ IуэрыIуатэр: ар сыт щыгъуи къыддогъуэгурыкIуэ, ди зэхэщIыкIымрэ ди акъылымрэ зрегъэубгъу, зы щIэб­лэм и щIэ­ныгъэр, и Iущыгъэр адрей щIэблэм деж нехьэс, лъэпкъым и тхыдэщ, абы и IуэхущIафэхэм я гъуджэщ. ФIыгъуэ мащIэ къыдэкIуэркъым IуэрыIуатэм, ижь-ижьыж лъандэрэ къыщыгъуэгурыкIуэкIэ, абы къызэщIи­къуащ лъэпкъым щIэ­ныгъэрэ акъылу бгъэдэлъа псори. Адыгэхэм я IуэрыIуатэм и гугъу пщIымэ, ар хъугъуэ­фIыгъуэ мылъытэщ: тхыбзэ дыщимыIакIэ, IуэрыIуатэращ ди бзэм и фIыпIэр ди деж къэзыхьэсар, абы псыхьа щыхъуащ адыгэбзэм хэлъ шэрыуа­гъэмрэ къулеигъэмрэ.

Пасэрей дунейм щызэ­-фIоувэри, IуэрыIуатэм и купщIэм гъуэгуанэ кIыхь къызэпеч, зиузэщIурэ, макъамэ­щIэ­хэмкIэ зиузэдрэ, къызэбакъуэ лIэщIыгъуэхэм я фащэрэ я гупсысэкIэ зигъэн­щIурэ. Зэман докIри, Iуэры­Iуа­тэм и купщIэми и мыхьэнэми хуэм-хуэмурэ зехъуэж - ар фIэкIыпIэ зимыIэщ, Iуэ­ры­Iуатэм зэрызиужь хабзэхэм ящыщ зыщ. Ардыдэр ды-болъагъу адыгэ IуэрыIуатэми: ди зэманым ар нобэрей щIэблэм пэжыжьэ хъуащ, абы къыхэкIкIэ нобэ дызэрыпсалъэ бзэмрэ IуэрыIуатэм лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къыпхиха бзэмрэ куэдкIэ зэщхьэщыкIащ. IуэрыIуатэмрэ нобэрей гъащIэмрэ куэдкIэ зэпэжыжьэ хъуами, апхуэдэ хъу­гъуэ­фIыгъуэм уелъэпауэ, IэщIыб пщIы, нэмыплъ епт зэрымыхъунур хэти къыгуры­Iуэн хуейщ. Дэ, нобэрей щIэблэм, къыдгурыIуэн хуейщ ди бзэм и фIыпIэр къыщызэтенар ди IуэрыIуатэр ару зэрыщытыр. Дэ ди къалэныр IуэрыIуатэм и фIыпIэр утыку итлъхьэнырщ, абы щIэпIы­кIын хуейщ ди щIэблэр - я бзэр шэрыуэ, къулей, купщIафIэ хъун щхьэкIэ. ЩIэблэр IуэрыIуатэм дедгъэхьэхмэ, абы щIэдгъэ­джыкIмэ, ди бзэр нэхъ зэ­рефIэкIуэнум шэч хэлъкъым. Сэ зи гугъу сщIыр нобэ Iуэ­ры­Iуатэ къэдгъэщIурэ ар щIэблэм и пащхьэ итлъ­хьэн хуейуэ аракъым - ар пхузэ­фIэмыкIын Iуэхущ; сэ зи гугъу сщIыр ятхыжурэ зэхуа­хьэса нарт пшыналъэхэр, тау­рыхъхэр, псысэхэр, уэрэдхэр, усэхэр, псалъэжьхэр (н.къ. Iэджи!) щIэх-щIэхыурэ къыдэдгъэкIыурэ щIэблэм и пащхьэ итлъхьэн зэрыхуейрщ -  ди жагъуэ зэрыхъущи, ар къызэрытфIэIуэху щыIэкъым дэ, Iэпэдэгъэлэл тщIауэ е зэдгъэтIылъэкIауэ дызытеп­лъэкъукI Iуэхухэм ящыщщ. Зэхуэдмыхьэсауэ, дыхунэмысауэ, IуэрыIуатэ Iэджэ ноби щыбгъуэтынущ адыгэ жылагъуэхэм, къуажэхэм дэсщ таурыхъ, хъыбар, уэрэд, гъыбзэ хьэлэмэтхэр зыхъума цIыху гурыхуэхэр. Ар фIыуэ къыгурыIуэу щытащ адыгэ еджагъэшхуэ профессор КIэрашэ Зейнэб. Абы и жэр­дэмкIэ, Адыгей университетым и студентхэм зэхуахьэсауэ адыгэ филологием и кафедрэм нобэ щахъумэ IуэрыIуатэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Абыхэм ящыщщ “Къуныудым и пшыналъэр” (сатырищэм нос, къэзыIуэтэжар ПащIэшхуэ Ахьмэдщ, зытхыжар ТIэш Тамарэщ), “Псы тхьэщIагъым и хъыбарыр” (щатхыжар Шапсыгъырщ, ныбжьышхуэ зиIэ псысэщ), “Дыгъужьокъуэ Къунчыкъуокъуэ и хъыбарыр” (щатхыжар Къунчы­къуэхьэблэщ), нэгъуэщIхэри. Профессор КIэрашэ Зейнэб зэхиубла Iуэхур ноби зэпы­уакъым: Адыгей университетым и студентхэр жыджэру хэтщ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным.

   Илъэс зыбжанэ хъуащ Мейкъуапэ лъэпкъ щIэныгъэм и Гупсэ (Центр) къызэрыщызэдгъэпэщрэ. Абы и къалэнхэм ящыщ зыщ адыгэ Iуэры­Iуатэр зэхуэхьэсын Iуэхум университетым и студентхэмрэ и аспирантхэмрэ хэшэныр. Ахэр жыджэру хэтщ университетым илъэс къэс щедгъэкIуэкI щIэныгъэ конференцхэм, абыхэм щытопсэлъыхь адыгэбзэм, адыгэ IуэрыIуатэм епха Iуэхугъуэхэм. “Зы жылэ и IуэрыIуатэ”, “Зы уэрэдым и тхыдэ” - апхуэдэ тематикэхэм дахьэх зэпытщ студентхэр, абыхэм езыхэм я жылагъуэхэм иджыри къэс дызыщымыгъуэза хъыбар, псысэ, уэ­рэд гъэщIэгъуэнхэр къыща­гъуэтащ. Псалъэм папщIэ, Инал Замирэ Еджэрыкъуей къуажэм щитхыжащ “Сет Iуащ­хьэм и гъыбзэр”, ар лъабжьэ хуэхъуащ абы и диплом лэжьыгъэм. Даур Iэминат ХьэщIэмызей къуажэм щрихьэлIащ щакIуэ хъыбар хьэлэмэтхэм (къыхуэзыIуэ­тэжар Мамыщ Асчэрбийщ) - апхуэдэ хъыбар зыми итхыжауэ щытакъым иджыри къэс, къинэмыщIауи а хъыбархэм гъэпсыкIэ гъэщIэ­гъуэн яIэу къыщIэкIащ. Хьэ­щIэмызей къуажэм хъыбар куэд къыщигъуэтащ Анчокъуэ Ирини. Сихьэджокъуэ Иринэ Аскъалэ щитхыжащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэм хуауса гъыбзэри нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьы­гъуэ куэди. ГъэщIэгъуэн дыдэщ Щхьэлахъуэ Маритэ Уэчэпшие къуажэм щитхыжа хъыбархэр, гъыбзэхэр, уэ­рэдхэр - ахэр зыусар а къуажэм щыщ Щхьэлахъуэ Гуащэхъурейщ. Гуащэхъурей щхьэкIэ жаIэ: “Усарэу щытащ ар”. “Усарэ” псалъэр хъума зэрыхъуа къудейри куэд и уасэщ: цIыху гурыхуэхэр, жьэнахуэхэр (усарэхэр) арщ ди IуэрыIуатэр зэхэзылъхьари зыхъумари.

   Щеджэм щыгъуэ дэзыхьэхауэ щыта IуэрыIуатэр IэщIыб ящIыжакъым Щхьэлахъуэ Марити, Кущу Свети, Хьэкъун Эльзи, Хутэ Iэминати: Кущу Светэ иджырей IуэрыIуатэм и нэщэнэхэр къыщихутэ диссертацэ етх, Щхьэлахъуэ Маритэ урыс-кавказ зауэм и зэманым къежьа уэрэдхэмрэ гъыбзэхэмрэ едж, Хьэкъун Эльзэ нысашэ уэрэдхэр ехутэ, Хутэ Iэминат Къэрэшей-Шэрджэсым щитхыжа зэчырхэм я бзэр джыным пылъщ.

   Студентхэр адыгэ IуэрыIуа­тэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ дегъэхьэхынымкIэ куэд елэжь “Ежьу” уэрэджыIакIуэ гупми - ар епха хъуащ Адыгей университетым адыгэ филологиемрэ щэнхабзэмкIэ и факультетым. Дызэрыщыгъуазэщи, “Ежьум” и къалэн нэхъыщ­хьэр адыгэ уэрэдыжьхэр зэ­фIэгъэувэ­жы­нымрэ адыгэ музыкэ Iэмэп­сымэхэр (шы­кIэп­шынэ, къамыл, бжьамий, н.) къэгъэ­щIэ­рэщIэжыным­рэщ. Адыгэбзэм, лъэпкъ щIэныгъэм, щэнхабзэм заужьын папщIэ, апхуэдэ гупым куэд зэрыхузэ­фIэкIынур къалъытауэ, “Ежьум” и лэ­жьыгъэм хуэфащэ гулъытэ хуащI университетым и ректор Хъунэгу Рашид, тхыдэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Зэфэс Андемыр­къан сымэ, нэ­гъуэщI­хэми.

   Лъэпкъ щIэныгъэм и Гупсэм (Центрым) IуэрыIуатэ архив щIагъуэ щызэхуэтхьэсын зэрытхузэфIэкIари къыхэзгъэщынут мы тхыгъэм. Абы хэлъщ, ди хэкум щызэхуэтхьэса IуэрыIуатэхэм нэмыщI, хамэ къэралхэм, псалъэм папщIэ, Тыркум щыттха хъыбар, уэрэд, гъыбзэ, псалъэжь куэд. Куэд дыдэ мэхъу кассетэхэм, дискхэм теттха макъамэхэмрэ пшыналъэхэмрэ. Ахэр зэхэдзауэ, зэгъэзэхуауэ дохъумэ, адыгэ IуэрыIуатэр зыдж, зыхутэ дэтхэнэми къигъэсэбэп хъунущ.

   СызэрыщыгъуазэмкIэ, жылагъуэхэм дэсщ IуэрыIуа­тэр езыр-езыру зэхуэзыхьэс цIыху куэд. Я цIэ къисIуэнут Жамбэчей щыщ Бахъукъуэ Ержыб, Блашэпсынэ щыщ Алъэсчыр Жаннэ сымэ - тIури егъэджакIуэщ, щхьэж и жылэ IуэрыIуатэ гъэщIэгъуэн куэд щатхауэ яхъумэ. ЦIыху щхьэхуэхэм зэхуахьэса Iуэры­Iуатэхэр тыгъэ къыхуащI хабзэщ адыгэ щIэныгъэм и Гупсэм - абы ахэр нэхъ хъума зэрыщыхъунум шэч хэлъкъым. IуэрыIуатэ куэд тыгъэ къыт­хуащIащ Тхьэгъэзит Рафикъ (текст 50), ХыдзэлI Хъызыр (текст и 120-рэ) - тIури Тыркум щыщщ; ди республикэм щыцIэрыIуэ КIыкI Аслъэнбэч текст 200, Пщыжьхьэблэ щыщ ЩхьэкIумыдэ Ким текст 30 къритащ ЩIэныгъэ центрым. А псори щыхьэт тохъуэ адыгэбзэм и псэр зэрыбыдэм, дыхуэсакъмэ, зед­гъэу­жь­­мэ, ар гъащIэ кIыхь зэ­ры­хъу­нум.

Унэрокъуэ Рае,

филологие щIэныгъэхэм я доктор.

Мейкъуапэ.

 

ГЪУЭГУ КЪЕЖЬАП1Э

“Адыгэбзэр сыт щIэдджынур,

Зыдынэсыр КъалэкIыхьырщ”, -

Ар ауану Iэджэм жаIэр,

Мышу псалъэм тIэкIу хэчыхьу.

 

ЩызэхэсхкIэ сэ а псалъэр

А гушыIэр сигу темыхуэ.

Станцым нэси унигъэсмэ,

Ар бзэм дежкIэ уфIэмащIэ?

 

Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ,

УкIуэфыну къыумыгъазэу –

Шым епсыхи кIуэ мафIэгукIэ,

Тетщ а гъуэгум вагъуи мази.

 

Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу

ГъущI гъуэгушхуэм сытехьакъым.

Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу,

Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым.

 

Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,

Сянэм и бзэр сэри сфIэфIт,

Си букварыр зэIусхауэ

Сыкъеджамэ махуэр уэфIт.

 

Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми –

Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм,

Ар уэрэду зэхызохыр,

Къурши губгъуи къыдэушу.

 

Хэт ухуейми сыкъыдожэ,

Iэджэм япэ сэ сищащ.

Адыгэбзэу си шы Iэсэм

Шы тесыкIэ сигъэщIащ.

 

Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,

Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,

Ар сымыщIэу щытыгъатэм,

КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.

 

Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь,

Уэ къыптехуэр схуохъу  удын.

Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,

Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.

 

КIЫЩОКЪУЭ Алим

 

ЛЪЭПКЪЫМ И ГЪУДЖЭ

 

Языныкъуэхэм деж литературэм ухэлэжьыхьыныр утетхыхьыным нэхърэ нэхъ тыншу къыщIэкIынущ. Ар щIыжысIэм и щхьэусыгъуэр мыращ: уса­кIуэм е тхакIуэм и къалэмыпэм къы­щIэкIар утыкум къохутэри, адэкIэ хъуа-мыхъуар абы и Iуэхужкъым, ауэ критикым е литературэм хуэлажьэ щIэны­гъэлIым ар гунэсу, фIэщщIыгъуафIэу анализ ищIын хуейщ - нэфIри губгъэнри къихьу, щыуэнуи хуимыту. ЖысIам къикIыркъым, «пщIащэ зытехуэм» нэхъ хьэлъэр къылъысу, «жыг зытехуэм» нэхърэ. Ауэ литературэ щIэныгъэ Iэна­тIэм пэрытым и Iуэхур зэрымыджэгур къэзгъэнахуэу аркъудейщ.

Илъэс щэщIрэ етIуанэ хъуауэ сызыщылажьэ институтым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ сыт щыгъуи щытащ литературэр къэпщытэныр. Ауэ щхьэхуэу къэбэрдей литературэм хуэлажьэ къудамэ хэха къыщыунэхуар илъэс зыхыбл и пэкIэщ. Адыгэ Iуэ­рыIуа­тэмрэ литературэмрэ я къудамэ зы­фIащар иужькIэ ягуэшыжри, литературэр къэзыпщытэ гупыр щхьэхуэ        хъуащ. Нобэ щIэныгъэрылажьэ Iэзэ зыб­жанэ хэтщ ди гупым. Псалъэм папщIэ, адыгэ узэщIакIуэхэм я лъэхъэнэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ лъандэрэ къепщытэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэщхъуэжь Рае. Литературэм и тхыдэри нобэрей щытыкIэри къызэ­ди­у­быду тхыгъэ купщIафIэ куэд и Iэдакъэ къыщIокI филологие щIэныгъэ­хэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий. Хамэ щIыпIэ ихутауэ хэхэсу къэхъуа адыгэхэм я литературэр къэп­щы­тэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ икIи и цIэр фIыкIэ игъэIуащ бзэ щIэны­гъэхэм я кандидат ТIымыжь Хьэмыщэ.

   Куэд щIауэ ди гупым хэтхэщ тхыгъэ щыпкъэ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэ­кIахэу ЩакIуэ Марьянэ, Алъхъэс Светланэ, ХьэкIуащэ Мадинэ сымэ. Пы­щIэныгъэ яхудиIэщ щIэныгъэлI цIэ­рыIуэхэми, профессор ХьэкIуащэ Андрей, Тхьэгъэзит Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэри яхэту.

   Ди лэжьэгъухэм я гуащIэ хэлъщ XIX -XX лIэщIыгъуэхэм псэуа адыгэ узэщIакIуэхэм, джэгуакIуэхэм, тхакIуэ-усакIуэхэм я творчествэр къэпщытэжа зэрыхъум. Иджы игъуэ хъуауэ къысщохъу къэбэрдей литературэм и тхыдэм щыщ пакIэ гуэрхэр мыхъуу укъуэдияуэ, зэпыу имыIэу а тхыдэр къэпщытэныр. Абы тещIыхьауэ литературэм и тхыдэр зэрыдгъэпсын планхэр зэхэтлъхьащ. Абы къызэщIедгъэубыдащ дызэлэжьыпхъэ темэхэр, абыхэм ящыщ дэтхэнэми хухэхыпхъэ напэкIуэцI бжы­гъэр, езы лэжьыгъэм и инагъыу щытыпхъэр, абы композицэу иIэнур, дэтхэнэ Iыхьэри зи пщэ дэлъыну щIэныгъэлIыр, нэгъуэщIхэри зэIубз тщIащ.

   НобэкIэ ди лэжьыгъэр утыку къитлъхьэну абы Iуэхур нэсакъым, ауэ тхылъитI хъун хуейуэ дгъэпса лэ­жьы­гъэм и япэ тхылъыр хьэзыру жыпIэ хъунущ, Iыхьэ зытIущым тIэкIу етхъун­щIэуэжын фIэкIа къэмынауэ. Си гугъэщ а лэжьыгъэр мыгувэу зэфIэт­хыну икIи литературэр фIыуэ зылъа­гъухэми, абы хуеджэ студентхэми, ар езыгъэджхэми щIэгъэкъуэныфI яхуэ­хъуну.

   Мыпхуэдэ бжыгъэхэри къэсхьыну сыхуейт. Ди гупым щIэныгъэрылажьэу хэтщ цIыхуипщI. Абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ 2005 гъэм тхылъи 8 дунейм къытехьагъэххэщ е къыдэкIыным хуэхьэзыру къагъэтIылъащ. Апхуэдэхэщ ТIымыжь Хьэмыщэ и тхыгъэшхуэ «Хэхэс адыгэ литературэ. Къызэрежьам, и зыужьыкIам ехьэлIа Iуэхугъуэхэр», Алъхъэс Светланэ и къэхутэныгъэ «Тэрмэш Iуэхур къэбэрдей литературэм зэрыщызэпэщамрэ и тхыдэмрэ». ЩакIуэ Марьянэ игъэхьэзыращ «Къэбэрдей драмтеатрыр». Хьэщхъуэжь Рае и лэ­жьыгъэщIэхэм ящыщщ «Адыгэ публицистикэр XIX - XX лIэщIыгъуэхэм» тхылъыр, нэгъуэщIхэри.

   Ди гупым хэт лэжьакIуэхэр дуней­псо, урысейпсо, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ конференцхэм хэтурэ доклад пщIы бжыгъэхэр ящIащ, тхыгъэ щхьэхуэхэу газетхэми журналхэми къытрырагъэдзар куэд мэхъу. Абыхэм яхэтщ Москва, Махъэчкъалэ, хамэ къэрал къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм къытехуаи.

   Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и литературэ къудамэм зэфIих лэжьыгъэ псори зыхуэунэтIар зыщ - ди адэжьхэм къащIэна, нобэм къэса ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ икIи ар адэкIи егъэ­фIэ­кIуэнырщ. Аращ литературэмкIэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэм ди къалэн нэ­хъыщхьэ дыдэр.

ГЪУТ Iэдэм,

филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и литературэ къудамэм и тхьэмадэ.

 

АНЭДЭЛЪХУБЗЭ

 

Уи анэ IэфIу

Уэ къопсалъэ щыхъукIэ,

Уи нэкIущхьэ ба къыхуищIу,

Уи тхьэкIумэм къызэриIущащэ

Бзэр аращ уи анэдэлъхубзэр.

Хуитыныгъэм папщIэ шы зыгъафэр,

Гъэсэныгъэм хуеIэу щхьэр зыIэтыр,

ЩIыгум хэхуэж хъумэ,

Уи адэжь къыпхуигъанэ

Бзэр аращ уи анэдэлъхубзэр.

Махуэ къэс бгъэкIуэдрэ

ПщIэ зыхуумыщIыжыр.

Уи гупсысэхэр

Зыхьыж- зыIызыщIэжыр,

Узэлъэпэуа

Бзэращ уи анэдэлъхубзэр!

ГЪУНОКЪУЭ ПыкIэ

Тырку Республикэ.

 

«НАСЫП И1ЭЖКЪЫМ ЛЪЭПКЪЫМ, И БЗЭР К1УЭДМЭ»

 

Лъэпкъ поэзием езым и лъагъуэ дахэ щыпхызыша уса­кIуэхэм ящыщщ Къагъырмэс Борис. Абы и IэдакъэщIэкIхэм хыдолъагъуэ зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр, къэхъукъащIэ хьэлэмэтхэр. ЦIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм куууэ щы­гъуазэ Къагъырмэсым и гуп- сысэхэр къызэриIуэтэнкIи          къулейщ: ар икъукIэ хуэшэрыуэщ адыгэбзэм, абы и къэгъэIуры­щIэкIэм и щэхухэм щыгъуазэщ. ГурыщIэ къабзэкIэ, гупсысэ узыншэкIэ узэщIа абы и Iэда­къэщIэкIхэр ди лъэпкъ литературэм и хэлъхьэ­ныгъэшхуэщ.

   Нобэ ди псэлъэгъу усакIуэр Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэтщ. Илъэс 20 лъандэрэ «Iуащхьэмахуэ» журналым прозэмкIэ и къудамэм и тхьэмадэщ.

   - Бзэр - лъэпкъым и псэщ, и беягъэ нэхъыщхьэщ. Абы хуэфащэ гулъытэ игъуэту къэп­лъытэрэ, Борис?

   - Ди республикэм щызекIуэ бзищым къэралыбзэ статус ягъуэта щхьэкIэ, абыхэм а хуи­тыныгъэр зэщхьу къагъэсэбэпыну Iэмал яIэкъым. Сыту жыпIэмэ къэралыбзэ нэс хъур а щIыпIэм щекIуэкI Iуэху псори зэрызэрахьэ, дэтхэнэ дэфтэрми лъабжьэ хуэхъу бзэрщ. Апхуэдэ къалэнхэр нэхъыбэу зыхьыр урысыбзэращ. Арщ­хьэкIэ абыкIэ адыгэбзэм зыхуэбгъэгусэ хъунукъым: абы зы дагъуэ гуэр е щы­щIэныгъэ гуэр иIэу аракъым, атIэ «гум щIэщIауэ» щымыт къудейуэ аращ. Апхуэдэу щымытми, Тхьэм и шыкуркIэ, ди бзэр лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъщ, абыкIэ ахэр иризопсалъэ, ироджэ, иротхэ. Къапщтэмэ, илъэс 50-м щIи­гъуауэ си гурылъхэр нэсу къызэрысIуатэр си анэдэлъхубзэрщ. ИкIи абы и псалъэхэр схуримыкъуу, къысхуэмыгъэсэбэпу апхуэдэ щытыкIэ си­хуакъым. Куэдым жаIэу зэхыбох адыгэбзэмкIэ уи псэм щыщIэ псори сэтей къыумы­щIыфу. Ар пцIы лъабжьэншэщ. Псэ къулеягъ зыбгъэдэмылъ цIыхур сыт хуэдэ бзэми хуэщхьэхынэщ, и анэдэлъхубзэр дэнэ къэна. Зи гупсысэкIэр, акъылыр къарууншэхэрщ адыгэбзэ къабзэр зэран зыхуэхъур.

   УмыщIэ, зыхыумы­щIыкI дэтхэнэ Iуэху­ми хуэдэщ бзэри. Абы урилэжьэн пап­щIэ, и хабзэр, и щэхухэр пщIэуэ, лъэпкъ литературэм ущыгъуазэу щытын хуейщ. СлIожь, мэз укIуэкIэ, джыдэ умыIыгъыу, ауэ пхъэ хэпхыну уи мураду? Мы си пса­лъэхэр яхуэгъэзащ языныкъуэ ди адыгэ тхакIуэхэм. «Iуащ­хьэмахуэ» журналым куэд щIауэ щылажьэ, адыгэ газетым зи гъащIэр пыщIауэ езыхьэкI сэ мащIэрэ срихьэлIакъым а бзэм иритхэу, арщхьэкIэ и хабзэ къызэрыгуэкIхэм щымыгъуазэ цIыхухэм. Апхуэдэу Iуэхур хъункIэ Iэмал иIэкъым.

   - «Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым» - жаIэ. Ди бзэм и нобэрей щытыкIэм сыт хуэдэ гупсысэхэм ухишэрэ?

   - КъызэрыслъытэмкIэ, ди бзэм иджыпсту хуэдэу зиужьауэ, зиIэтауэ зы зэмани иIакъым. Языныкъуэ къэхутакIуэхэм жаIэу зэхыдох, бзэуэ щыIэм я зэхуэдитIыр лъэхъэнэ дызыхуэкIуэм кIуэдыжын­кIэ хъуну. Апхуэдэу къэхъуми, адыгэбзэр а шынагъуэр зыщхьэщыхьахэм ящыщу сху­жыIэнукъым. Ди бзэм    зегъэужьыным, егъэфIэкIуэ­ным и гъунэ итлъа къудейщ. Апхуэдэу жызоIэф, абы гумызагъэу елэжь щIэныгъэлIхэм я Iэзагъым, я бжыгъэм сы­щеплъ­кIэ. Япэм адыгэбзэр джынымкIэ доктор, профессор, академик диIа? Литературэм и теориер убзыхунымкIэ, тхыгъэхэр нэсу зэпкъры­хы­нымкIэ апхуэдиз критик-щIэныгъэлIхэр? Апхуэдэщ лъэпкъым и цIэр жыжьэ зыгъэIуа тхакIуэхэр, усакIуэхэр, драматург лъэщхэр адыгэм зэры­диIэри.

   Бэлыхь куэд зышэчауэ, гу­гъуехь куэд зытелъауэ щыта бзэр апхуэдэ лъэпощхьэпохэм къыщелакIэ, нобэ ар зезыхьэ, зыIурылъ лъэпкъым иIэ хуитыныгъэхэмрэ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ бгъэдэлъ къулеягъымрэ шэсыпIэ урагъэувэ иджыри илъэс минищэ куэдкIэ адыгэбзэр, адыгэ лъэпкъыр псэуну.

   - Лъэпкъым иIэ зэхэщIыкIым и кууагъыр къызэралъытэр ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытырщ. ЩIэныгъэлIхэр, егъэ­джакIуэхэр бзэм и хъумэным сыт хуэдэу емылэжьми, абы и быдапIэ нэхъыщхьэр уна­гъуэрщ. Сэ соцIыху унагъуэ куэд, я тхьэмадэхэр адыгэбзэм телажьэу, ауэ я бынхэр абы пэIэщIэрэ псалъэухаитI адыгэ­бзэкIэ къамыIуэтэфу. Апхуэдэхэм теухуауэ сыт жыпIэнт?

   - Адыгэбзэр нэхъыфIу хъума щыхъур адыгэ къуажэхэращ. Къалэхэм дэс адыгэ уна­гъуэхэм ар мащIэу Iэпэдэгъэлэл щыхъуащ. Ауэ сыадыгэщ жыпIэу лъэпкъым зыхыубжэнумэ, псом япэ адыгэбзэр пщIэн, абы уреджэфу, уритхэфу щытын хуейщ. Адыгагъэр, адыгэ хабзэр, адыгэбзэр уи гъа­щIэм и гъуэгугъэлъагъуэу щымытмэ, абы щыгъуэ адыгэ лъэпкъым ущыщу зыщIубжыжын щыIэкъым. Апхуэдэхэм ятеухуащ «Си адыгэбзэ» зы­фIэсща усэ цIыкIур:

 

ІэфІыгъэу, лІыгъэу пхэлъыр,

Уи гуапагъэр

Куэд щІауэ псэкІэ зыхэсщІау

Сопсэу.

СлъэкІамэ, ахэр минкІэрэ

згъэбагъуэу,

Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ,

ГъащІэ псом.

Уэрщ сытым щыгъуи

Си гур зыгъэнэхур.

СиІэту уэрщ сизыхьэр

лІыгъэ уэгу.

Ди лъэпкъым щыщми,

УзыфІэмыІуэхум,

Адыгэу сыбжу симыплъэн и нэгу.

ФІокІуэдыр и пщІэр

Уи пщІэр зыгъэкІуэдым,

КъыпхужызыІэм: «Бзэ лъэрымыхь цІыкІущ...»

Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащІафІэ куэдым

Я тхыгъэхэр ипхьащ дуней утыку.

Сэ уэ къыппэплъэм согупсысыр куэдрэ...

Сыхуейщ уи гъащІэр хъуну нэхъри кІыхь.

Насып иІэжкъым лъэпкъым,

И бзэр кІуэдмэ,

ЗауэлІ Іэщэншэу мэхъу ар  лъэрымыхь.

Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,

Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу!

ІэфІыгъэу, лІыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм

Щыгъуазэ сщІынт, слъэкІамэ, дуней псор.

Епсэлъар

ЖЫЛАСЭ Маритэщ.

 

 

ПСОРИ ЗЫХУЭК1УЭЖЫР

 

Лъэпкъыбзэр хъумэным, абы и хабзэ псори джыным хуэунэтIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым ады­гэбзэмкIэ и къудамэм ири­гъэкIуэкI лэжьыгъэр. Иджыпсту абы щыIэр щIэны­гъэ­лIихщ. А бжыгъэм тепщIы­хь-мэ, лэжьыгъэу зэфIагъэкIыр мащIэкъым.

2005 гъэм и кIэм нэдгъэсащ  илъэсипщIкIэ зи ужь дита «Адыгэбзэ» («Кабардино-черкесский язык») лэжьыгъэш­хуэр. Ар тхылъышхуитIу зэхэлъщ икIи жыпIэ хъунущ      адыгэбзэм теухуауэ щIэныгъэм нобэр къыздэсым къихутар псори абы къыщызэщIэкъуэжауэ. Япэ томым хыхьащ фонетикэр, морфонологиер, морфологиер, псалъэ къэхъукIэр, синтаксисыр; етIуа­нэ томым къызэ­щIеу­быдэ бзэ­щIэныгъэм иIэ адрей Iыхьэхэр - лексикологиер, лексикографиер, фразеологиер, диалектологиер, ономастикэр.

   Лэжьыгъэ инщ зи гугъу сщIыр. Ар, дауи, адыгэбзэмкIэ къудамэм и закъуэ хуэгъэкъаруунутэкъым, абы адыгэбзэмкIэ IэщIагъэлI нэхъыфIу дэнэкIи щыIэхэр къедмышэлIамэ. Гупым и унафэщIу, редактор нэ­хъыщхьэу щытар еджагъэшхуэ цIэрыIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и къудамэм и унафэщI, профессор Къумахуэ Мухьэдинщ. Тхы­лъым и Iыхьэ щхьэхуэхэр ятхащ зи цIэ къитIуа институтым щыщ­хэу филологие щIэныгъэ­хэм я докторхэу Къумахуэ Зарэрэ Шагъыр Iэминрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и егъэджакIуэхэу, профессорхэу Апажэ мухьэмэд, Быж Зарэ, КIуэкIуэ Жэмалдин, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Тау Хьэзешэ, Урыс Хьэталий, Щэрдан Iэбу, доцентхэу ЗекIуэрей Нурдин, КIуащ Тамарэ, Хъу­тIэжь Заудин сымэ. Мы тхы­лъым и гуащIэ хэлъщ ар къы­дэкIауэ зымылъагъужа, педколледжым и егъэджакIуэ пажэу илъэс куэдкIэ лэжьа Джаур­джий ХьэтIыкъэ.

   «Адыгэбзэ» тхылъым ебгъапщэ хъун лэжьыгъэ Кавказ Ищхъэрэм иджыри къэс къыщыдэкIакъым. Абыи къыщынэр­къым. Урысей псор къапщтэми, лъэпкъ куэд искъым я бзэм теухуауэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ зыхуэтха. Абы къыхэкIкIэ, гурыIуэгъуэу ди гугъэщ мы гъэм къыдэкIыну а тхылъым щIэны­гъэм и дежкIэ иIэну мыхьэнэм и инагъыр.

   Гъэ кIуам и щIышылэ мазэм, псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут абхъаз-адыгэ бзэ гупым и къэхутакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Шагъыр Iэмин. А юбилейм ирихьэлIэу дгъэхьэзырри дунейм къытедгъэхьащ еджагъэшхуэм Iэ­рытхыу къыщIэнауэ щыта и лэжьыгъэхэр: «КъБИГИ-м и вестник» сборникым и иужьрей номеритIым IыхьитIу къытеддзащ «Адыгэбзэм и псалъэ зэпхахэм я синтаксис» тхыгъэш­хуэр. Тхылъ щхьэхуэу къыдэдгъэкIащ «Адыгэбзэм и фонетикэмрэ морфологиемрэ» монографиер - ар томиплI хъун     хуейуэ иубзыхуа лэжьыгъэш­хуэм и япэ тхылъыр арати, а зыращ и кIэм нигъэсыну зыхунэсар. Адыгэбзэм елэжьхэми ар зыджхэми икъукIэ къахуэщ­хьэпэн къэхутэныгъэщ мыр.

   2005 гъэм къыдэкIа «Къэбэрдей-шэрджэс псалъэхэр къэ­хъуным морфологие Iуэхугъуэ­хэр зэрыхэтыр» тхылъыр щIэ­ныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Дзыгъуанэ Ритэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я Iэужьщ. Абулат (макъзешэ) зэгуэгъу-зэпэджэхэм ди бзэм щагъэзащIэ къалэнхэм теухуауэ ди бзэщIэныгъэлI нэ­хъыжьхэм ятха псори тегъэ­щIапIэ ищIри, Дзыгъуанэм нэрылъагъу ищIащ ди бзэм и грамматикэм морфологиер къат (Iыхьэ) щхьэхуэу зэрыхэувар, дэ дызэса фонетикэ, морфологие, синтаксис жыхуэтIэхэм ещхьыркъабзэу. Мы лэжьыгъэр лъабжьэ хуэхъуащ Дзыгъуанэ Ритэ дыгъэгъазэ кIуам пхи­гъэ­кIа и доктор диссертацэм.

   Куэд щIакъым сэ си тхылъи дунейм къызэрытехьэрэ, «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм грамматикэ, лексикэ-фразеологие я лъэныкъуэкIэ хэлъ Iуэхугъуэ гугъухэр» жиIэу. И цIэми къызэригъэлъагъуэщи, мыр унэ­тIыныгъэ зыбжанэу зэхэлъщ, иджыри нэсу джа мыхъуа е жэуап тэмэм зымыгъуэта Iуэху­гъуэ куэд къызэщIэзыубыдэщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, цIэхэм я къэхъукIэр, глаголым къытепщIыкI формэ лIэу­жьы­гъуэхэр, фразеологием и гъунапкъэхэмрэ абы бзэм щи­гъэзащIэ къалэнхэмрэ, нэ­гъуэщI­хэри. Iыхьэ щхьэхуэ хухэсхащ хэхэс адыгэхэм я псэ­лъэкIэм хэлъ хьэлэмэтагъхэм.

   ЩIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Бэтокъуэ Нияз хьэзыр ищIащ адыгэбзэм и глагол къэхъукIэхэм ятриухуа монографием и Iэрытхыр. Нияз мы темэм бгъэдыхьэкIэщIэ къыхуигъуэтащ, абы и фIыгъэкIи иджыри къэс зыми гу зылъимыта лъэныкъуэ гуэрхэр наIуэ къищIащ.

   Мыри къыхэзгъэщынут: Бэтокъуэм и къэхутэныгъэр адыгэбзэкIэщ зэритхар, абы къыхэкIкIи бзэщIэныгъэм и терминхэу мы зыгъуэгукIэ димыIэ куэд адыгэбзэм къыхуигупсысащ. Дэ къызэрытфIэщIымкIэ, апхуэдэхэм я нэхъыбапIэр Iэрыхуэ, шэрыуэ хъуащ. Мы лэжьыгъэр тхылъу къыдэкIа нэужькIэ, бзэм ахэр къищтэнкIэ гугъапIэ щыIэщ.

   ЗэфIэдгъэкIа Iуэху щхьэпэхэм ящыщу къэзгъэлъэгъуэнут «Адыгэбзэ пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэмрэ я хабзэхэм» делэжьыжу етIуанэу къызэрыдэдгъэкIыжар. Урыс Хьэталийрэ Зэхъуэхъу Лиуанрэ 1963 гъэм ягъэхьэзырауэ щыта а тхылъыр гъуэтыгъуей хъуат, итIанэ гъащIэми бзэми а лъэ­хъэнэ кIыхьым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм тещIыхьауэ ар зыкъомкIэ къыумыгъэ­щIэ­рэщIэжу хъунутэ­къыми, «Эльбрус» тхылъ те­дзапIэм и редактор Сонэ Абдулчэримрэ сэрэ а Iуэхум дытегуш­хуэри дгъэзэщIащ.

   Къытпэщылъ Iуэхугъуэхэм я гугъу пщIымэ, къудамэм ди къа-    лэн нэхъыщхьэу       иджыпсту зи ужь дитыр КIыщокъуэ Алим и бзэм и псалъалъэ зэхэлъхьэнырщ. Мыр зы цIыху-цIыхуитIкIэ пхузэфIэмыкIын Iуэхущ. псалъа­лъэм и картотекэр зэхэгъэувэн къудейм илъэс бжы-гъэ ихьынущ: тха-кIуэм адыгэбзэкIэ итхауэ къыщIэна псори псалъэ дапщэу зэхэтми, абы хуэдиз карточкэ щIын хуейщ, н.ж. ми­­­­нищэ зыбжанэ! ТхакIуэхэм я псалъалъэ пщIы­ным гугъуехь куэд зэрепхар арагъэнщ апхуэдэ тхылъу закъуэтIакъуэххэ фIэкIа щIыщы­мыIэр.

   Урыс тхакIуэхэм ящыщу Пушкин Александр и закъуэщ ап­хуэдэ пщIэ зыгъуэтар. Адыгэхэм я гугъу пщIымэ, Зэхъуэхъу Лиуан и фIыщIэкIэ дэ диIэщ Що­джэнцIыкIу Алий и бзэм и пса­лъалъэ. Абы папщIэ Лиуан зэхи­гъэувауэ щытащ мин 60 хъу картотекэ. Ауэ, иджыри зэ къытызогъэзэжри, КIыщокъуэм и Iэдакъэ къащIэкIахэр хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъыбэщ, Що­джэнцIыкIум ейм нэхърэ. Аращ гуп щхьэхуэ зэхэтшэн хуей щIэхъуари. ИтIанэ иджырей техникэм - компьютерым - ди лэжьыгъэр нэхъ щIигъэпсынщIэну дыщогугъ, абы папщIи программэ щхьэхуэ зэхедгъэлъхьащ.

   ЩIэупщIэн щыIэнкIэ хъунущ, сыткIэ сэбэп къытхуэхъуну зи гугъу тщIы псалъалъэр, жиIэу. Абы и жэуапыр мыращ: кIы­щокъуэ Алим, ди тхакIуэ, усакIуэ псоми я пажэм, и бзэр дджымэ, ди дежкIэ наIуэ хъунущ нобэрей адыгэбзэм и Iуэху зытетыр - абы и щытыкIэр, къарур, и зэ­фIэ-кIыр, и къулеягъэр. Сэ си щхьэкIэ къызолъытэ КIыщокъуэм и псалъалъэм и    мыхьэнэр 1999 гъэм къыдэ-кIа   ди япэ псалъалъэшхуэм ейм нэхърэ мынэхъ мащIэ-   ну.

   Уеблэмэ а псалъэгъэнахуэм зезыгъэубгъу, ар езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэ хъун хуейщ план дгъэувам ипкъ иткIэ 2009 гъэм къриубыдэу зи Iэрытхыр хьэзыр хъун хуей псалъалъэр.

   Мы гъэм нэгъуэщI зы пса­лъалъи гъунэ щралъащ ди къудамэм: Бэтокъуэ Нияз елэ­жьын щIидзащ адыгэбзэм (къэбэрдей-шэрджэсыбзэм) и грамматическэ псалъалъэм. Мыр зи­щIысыр кIэщIу къэпIуатэмэ, псалъэ къэгъэщIынымкIи, псалъэхэм захъуэжынымкIи адыгэбзэм зэфIэкIыу иIэр къыщыгъэлъэгъуауэ щытынущ. И лIэужьыгъуэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу увынущ.

   Бзэм елэжьхэри ди институтыр зэрыщытуи дрогушхуэ, дроин ди бзэщIэныгъэлI пашэ Къумахуэ Мухьэдин и нэIэ къызэрыттригъэт зэпытым, къызэрыддэлажьэм. Тхьэм узыншэу куэдрэ ди япэ иригъэт! Ищ­хьэмкIэ зи гугъу щытщIа «Адыгэбзэ» тхылъышхуитIыр и кIэм зэрынигъэсу, Мухьэдин  нэгъабэ яужь ихьащ «Къэбэрдей-шэрджэс стилистикэ» къэхутэныгъэм. Нобэрей адыгэбзэм и шыфэлIыфэр зэхэ­гъэкIынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэну а темэр 2008 гъэм фIэ­мыкIыу зэфIи­хыну и мурадщ.

   Илъэс гъунэгъухэм длэжьыну ди гуращэхэм я нэхъыщхьэхэщ нобэрей адыгэ бзэ­щIэныгъэр здынэса псори къызэщIэзыкъуэж грамматикэ адыгэбзэкIэ тхауэ дунейм къытедгъэхьэныр, ди бзэм и пса­лъэхэр къанэ щымыIэу щызэхуэхьэса псалъэгъэнахуэ ин зэхэлъхьэныр. А зи гугъу тщIыхэр зытегъэпсыхьауэ щытынур теориер япэкIэ гъэкIуэтэным и закъуэкъым, ахэр щIэгъэ­къуэнышхуэ хъунущ практикэ и лъэныкъуэкIи, нэгъуэщIу жы­пIэмэ бзэр езыгъэджхэми зы­дж­хэми я дежкIэ.

   Ди къудамэм лэ­жьыгъэу     игъэшыр псори зы­хуэкIуэжыр адыгэбзэм зегъэужьынырщ, абы и зэфIэкIымрэ и пщIэмрэ хэдгъахъуэурэ и гъа­щIэр кIыхь щIынырщ.

 

БищIо Борис,

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.

 

ЗЭПЭГЪУНЭГЪУ ДЫВГЪЭЩ1

 

Лъэпкъ къэс езым и бзэ иIэжщ. Бзэуэ сабийм Iуралъхьэм, зыщIапIыкIым апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщи, ар анэ пэлъыту къагъэув. Аращ анэдэлъхубзэм анэбзэкIэ щIеджэр. ЦIыхур дунейм къыщытехьэкIэ, анэ быдзышэмрэ анэдэлъхубзэмрэщ Iурылъу япэ лъэбакъуэр­ зэричыр. Абы къикIыркъым нэгъуэщI лъэпкъыбзэ пщIэмэ, уи анэдэлъхубзэм зэран хуэхъуну. Ауэ япэ лъэбакъуэм къыдежьэу адыгэбзэм щIапIыкIа цIыхур куэдкIэ нэхъ цIыху щыпкъэу, а бзэмкIэ зыхилъхьа хьэл-щэнри нэхъ дахэу къыпфIощI. Адыгэ цIыхум щытепсэ­лъыхь­кIэ, «абы адыгэгу кIуэцIылъщ» щыхужаIэкIэ, ар нэгъэсауэ адыгэ хабзэм щIапIыкIа, дэнэ щыпсэуми, зэрыадыгэм иригушхуэу, и хьэл-щэнкIэ, и лэжьыгъэ­кIэ зыхэтым къахэщу аращ къикIыр.

Адыгэбзэр Кавказ щIыналъэм  лъапсэкIэ епхауэ ис лъэпкъ зыбжанэм я бзэхэм яхэтщ. «Кавказыбзэхэр» хужаIэу бзэ гуп щыIэщи, абдеж адыгэбзэм увыпIэш­хуэ щиIыгъщ. Пэжщ, ижь-ижьыж лъандэрэ щIыналъэ къэухьышхуэм ису, ди цIыхухэри мелуан бжыгъэкIэ ябжу щыщытам, адыгэбзэм иIа тетыгъуэр нобэрейм хуабжьу къыщ­хьэщокI. Езы адыгэ лъэпкъыр, щхьэж зыщыпсэу щIыпIэ елъытакIэ, зэщхьэщыкIыу зэрыщытам хуэдэу, я адыгэбзэми зэщхьэ­щы­кIыныгъэ иIэщ. УрысыбзэкIэ «диалект» жыхуаIэм хуэдэу, адыгэбзэм псэлъэкIэ бжыгъэ иIащ. Пэжщ, нобэ къыздэсым бахъсэн, беслъэней, абэзэхэ, кIэмыргуей, шапсыгъ, нэгъуэщI диалектхэри диIэщ. ЩIэны­гъэлIхэр ди бзэ Iуэхум щытепсэлъыхькIэ, къыхагъэщ нобэ зэбгрыдзауэ дызэрыпсэум хуэдэ лажьэ къытщымыщIатэмэ, адыгэ лъэпкъым зы тхыбзэ диIэнкIэ хъунут, жари. Псом хуэмыдэу адыгэхэм нобэ «лъахъэ» ттелъыр ди анэдэлъхубзэм цIищ иIэ зэры­хъуаращ, къэбэрдеибзэ, адыгеибзэ, шэр­джэсыбзэ жаIэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы Iуэху лъэхъар зэхэзымыгъэкIыф, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар къызыгурымыIуэр куэ­ды­кIейщ. Гу лъытэгъуафIэщ мы къедбжэ­кIа цIищми ди бзэкIэ зы цIэ яIэу зэрыщытыр - адыгэбзэ жыхуэтIэращ. Ди лъэпкъым и нэхъыбапIэр XVIII - XIX лIыщIыгъуэхэм зауэмрэ истамбылакIуэмрэ къыхэкIыу хэхэс щыхъум, хэкужьым къина мащIэм къыт­лъысыжар щIыгу мащIэ дыдэщ. ДызэпэIэ­щIэ­ми, щхьэж и щIыгу кIапэ дисыжщ. Дунейм зызэрихъуэкIри, XX лIыщIыгъуэм и пэщIэдзэм, Урысейм властыщIэ щагъэуври, лъэпкъ къэс ялъытэу хуежьащ. Абы елъытауи, тхыбзэ къызэрыдатым и щхьэусыгъуэу, дызэрызэпэIэщIэм къыхэкIыу лъэпкъищу далъытащ. КъуэкIыпIэ гъунапкъэр зыIыгъа къэбэрдейхэр я щIыгукIи я цIыху бжыгъэкIи нэхъыбэу, езыхэри феодальнэ щытыкIэм иту, кIэщIу жыпIэмэ, адыгэ­ лъэпкъ псоми я деж къыщымынэу, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэмкIи щапхъэу я цIэр жыжьэу зэрыIуам къыхэкIыу, КъэбэрдеицIэр къахуэнащ. Къэбэрдейр XV лIыщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ цIэрыIуэт: урыс тхыдэм къыхощ «кабардинские черкесы, пятигорские черкасы» жаIэу. ИкIи адыгэ щIыгур къэзэуныр къыздыщIадзар Къэбэрдей щIыналъэращ. Къэбэрдейм еуалIэу Псыжь Iуфэ Iусу щытам щыщу къызэтена адыгэхэм къытхуагъэнащ «чер­кесыцIэр». Мы цIэмкIэ адыгэ лъэпкъым нэ­гъуэщI­хэр къыдэджэу щытащ. КъухьэпIэм­кIэ дыкIуэнщи, адыгэ хэку курыкупсэм къинауэ адыгэ мащIэ тIэкIу исти, абы япэ щIыкIэ Адыгэ (Черкесскэ), Черкес авто­-      ном­нэ область фIащащ. ИужьыIуэкIэ Черкес автономнэ цIэр Псыжь Iуфэ Iус адыгэхэм къратыжри, адыгэ псоми ди фIэщы­гъэ­цIэр кIахэ адыгэхэм къахуэнащ - Адыгэ хэку. Иджыри зэ жысIэнщи, зы лъэпкъым къэрал унафэкIэ къыдатауэ лъэпкъыцIэу щы диIэщ. Тенджыз Iуфэм Iус шапсыгъхэм автоном район иратри, иужькIэ къытрахыжащ. Дуней псом ди лъэпкъыр къызэра­цIыхур шэрджэсущ, дэ дызэрызэджэжыр адыгэщ. Зы лъэпкъыу ущыщыткIэ, зы тхыдэ ущиIэкIэ, ди IуэрыIуатэр, псом хуэмыдэу, нарт эпосыр ди зэхуэдэу щыщыткIэ, нобэ дызэрыт щытыкIэм дызэпэщIедз. Абы сыщегупсыскIэ, ди адыгэ газетищми зэхэту зы къыдэкIыгъуэ зэтехуэу зэращIым пап­­щIэ пщIэшхуэ яхузощI газетхэм я лэжьа­кIуэхэм.

   Бзэм и IуэхумкIэ къэзгъэзэжынщи, ди Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис адыгэхэр бжыгъэкIи дынэхъ мащIэщ, ди бзэри щIэныгъэлIхэм къызэрагъэувауэ щIэны­гъэм зэрыхэтыр «кабардино-черкесский язык» жиIэущ. Ауэ абы къикIыркъым къанэ щымыIэу ди бзэр, ди тхакIуэхэр, уса­кIуэ­хэр зэрытхэ бзэр къэбэрдеибзэм техуэу. Абы и ущхьэгъур наIуэщ. Адыгэ тхыдэм IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ мэжэ гъэнэхуа ямыIэ жыхуаIэм хуэдэу зэхэт-зэхэсу, зэкIэлъы­кIуэу зэрыпсэуар Кавказ зауэм зиубгъуху­кIэ. Хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ адыгэ пщышхуэ Инал и къуэпсщ, ди бзэхэри зэпэгъунэгъуу къагъэув. Ауэ нобэрей ди республикэм къинэжар беслъэней къуажитI къудейщ, абыхэм я псэлъэкIэри (диалектри) хуабжьу хьэлэмэтщ. Беслъэней къуа­житI Краснодар крайм щыIэщ. Беслъэней диалектым псом япэ тетхыхьащ щIэныгъэлI Балъкъэр Борис. Беслъэнейм къыкIэлъы­кIуэу щыса абэзэхэ лъэпкъышхуэм къызэ­ра­нэкIауэ ди къуажэхэм цIыху куэд дэсщ. Апхуэдабзэщ мамхэгъ лъэпкъри. Кавказ зауэм щыгъуэ зэхэзехуэн хъуауэ щыта ша­псыгъ Абат Беслъэней и къуажэ ноби Iусщ Инжыджышхуэ и Iуфэм. Нэхъ лъэпкъ ма­щIэ­хэм хабжэу щыта вэпсынэ, агуей, н.къ. унагъуэцIэ фIэкI къащIэмынауэ дэсщ Псыжьышхуэ. Къэбэрдейми хуэдэ дыдэу, ди хэгъуэгуми щекIуэкIащ зауэ нэужьым, хэкужьым къина жылагъуэ цIыкIухэр зэ­хэ­гъэ­тIысхьэныр. Абы къыхэкIыу, адыгэ-абазэ къуа­жэхэми гъунэжу дэсщ лъэпкъитIми къахэкIауэ е адыгэ, е абазэ хъужауэ.

   Апхуэдэщ нэгъуейхэри. Псалъэм папщIэ, Нэгъуей кIыхькIэ еджэу къуажэшхуэ Ин­жыдж цIыкIу и Iуфэм Iусщи, абы и хьэблэшхуэм и цIэр Хъан-хьэблэщ, абы дэс адыгэ­хэр нобэ нэгъуей хъужащ. Я уна­гъуэ­цIэхэр къахуэна къудейуэ аращ. Адыгэу зызы­лъытэ куэдыкIейуэ яхэсщ къэрэшейхэми. Мы Iуэхум хуабжьу нэрылъагъу къы­пщещI Кавказ зауэр Псыжь къыщызэпры­кIым беслъэнейхэми кIахэ адыгэхэми къащыщIар. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, беслъэнейхэр къэбэрдейхэм якIэлъыкIуэу лъэпкъышхуэу, къуажэ куэди яIэу, езыхэри феодальнэ щытыкIэм тету псэурт. (Мы тхыгъэр зи IэрыкIым беслъэней къуажэу 70-м щIигъу тхыдэм, адыгэ географием теухуа картэхэм къритхыкIыжащ).

   Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ апхуэдизкIэ я зэпыщIэныгъэр куути, беслъэнеипщхэмрэ уэркъхэм я къуажэхэмрэ къинэмыщIауэ, ХьэтIохъущокъуэхэ, Хьэгъундокъуэхэ, Къэ­сейхэ, Къубатэхэ, Алъэсчырхэ, н. езы­хэм­ я къуажэ яIэжу щыпсэурт Псыжь псы­хъуэ. Ноби абыхэм я унагъуэцIэхэр къуа­жэцIэу цIыхубэм яIурылъщ. Мы псори кIы­хьу щIыжысIэр нобэрей шэрджэсхэри адыгейхэри зы щIыналъэ ису, урыс тхыдэтххэм «кубанские черкесы, Западная Черкессия, Закубанье, Черкесия» къытхужаIэу, тенджыз Iуфэм дынэсмэ, натхъуэджхэмрэ шапсыгъхэмрэ я псэупIэри мы фIэщыгъэ­цIэ­хэм къыхыхьэу зэрыщытар фигу къэз­гъэ­кIыжынущи, аращ.

   Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я бзэм зэтемыхуэныгъэу иIэр кIэщIу къез­бжэкIмэ, сфIэигъуэт. Хьэбэз районым,   Инжыдж цIыкIу и Iуфэм Iус жылагъуэхэр къэбэрдей бахъсэндэсхэм ещхьу мэпсалъэ; Псыжь Iуфэ Iус Абыкъухьэблэш­хуэр къэбэрдей джылахъстэнейхэм техуэу мэпсалъэ: сыкIуас, сыхуейIым, н.къ. Инжы­джышхуэ и Iуфэм Iус Абат хьэблэм дэсхэр, зэрыжытIащи, Шапсыгъым къикIауэ щытащ. КъухьэпIэмкIэ къикIауэ лъэпкъ зыбжани яхэсщ, абыхэми езыхэм я бзэ яIуры­лъыжщ. Инжыдж цIыкIу и Iуфэм Iус Къылыш къуажэрэ Джэбэкъуейрэ адыгэ-абазэу зэхэсщи, абыхэм я адыгэбзэм хуабжьу абазэбзэм ижь къыщIихуащ. Къуажэ псоми нэхъ къахощ нобэрей Тхьэстыкъуей (Беслъэней), Дохъушыкъуей (ВакIуэ-Жылэ) къуажитIым я псэлъэкIэр. Псалъэм папщIэ, «нанэ хадэм пкIэуэ итщ» беслъэнейм жиIэмэ, абы къикIыр «пщIэуэ» жыхуиIэщ, армыхъумэ нэуэжьыр зыгуэрым епкIэу аракъым. Е «нартыхур сыткIэ яшэрэ?» жиIэмэ, «сыткIэ ящэрэ?» жыхуиIэщ.

   Мы Iуэхухэм нэгъэсауэ тепсэлъыхьащ псыжь адыгэхэм я псэлъэкIэр зэпкърызыхауэ щыта Багъ Петр. Абы псалъэ зэтемыхуэу диIэр щIыбгъужмэ, ди тхыбзэм зэщхьэщыкIыныгъэ зэрыхэтым гу лъумытэну щыткъым. Ди тхакIуэхэм яIу­рылъ бзэм къыхэкIыу псалъэ куэди я тхы­гъэ­хэм ­хагъэхьэ. Абы гу лъатащ щIэныгъэлI­хэу Къумахуэхэ Мухьэдинрэ Зарэрэ икIи шэр­джэс тхакIуэхэм я бзэр къэбэрдей тхыбзэм и зы лIэужьыгъуэу къагъэув. Абы къикIыр­къым ди бзэм и цIэр къыщитIуэкIэ «на кабардинском языке» е «на черкесском языке» жытIэу бзитI мыхьэнэр къикIыу щIэ­джы­кIакIуэхэр гъуэгу пхэнжым хуэдунэтIу. Абыхэм Iуэхур зытетыр, нэхъ тэрэзыр къа­гу­­рыдгъэIуэн хуейщ. Глобализацэ жыхуаIэм нэхъри зэпэIэщIэ димыщIын папщIэ, ди лъэпкъэгъуу нэгъуэщI къэралхэм исхэми ди бзитIри (адыгеибзэри къэбэрдей-шэр­джэсыбзэри) зэрытхузэфIэкIкIэ зы унафэм щIэту, зы жыпхъэм иту дгъэпсыфтэмэ, псоми ди сэбэп къыхэкIынут. Ар къыщедгъэжьапхъэщ еджапIэхэм. ЕгъэджакIуэхэм зэфIэкI яIэщ ди бзэм и Iуэхур зытетыр сабийхэм я пащхьэ иралъхьэнымкIэ.

   Адыгэ тхыбзэри алыфбейри нэхъ зэпэ­гъунэгъу тщIыфыну Iэмал диIэщ. Мы Iуэхур мызэ-мытIэу къаIэтащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псалъэмакъым фIэкIыу, Iуэхур ехьэжьа хъукъым.

   АдыгеибзэкIэ (кIахэбзэкIэ) Унэрокъуэ Рае къыдигъэкIа тхылъ хьэлэмэтыщэм, «Тыркуейм ис адыгэхэм я IуэрыIуатэр» жы­хуи­Iэм, емыджэфыр е еджэми къызыгурымы­Iуэ­нур куэдыкIейщ. Хэкум щикIыжым адыгэхэм здрахауэ, нобэр къыздэсым яхъумэфауэ, сыт хуэдэ IуэрыIуатэ хьэлэмэтыщэ куэд ит мы тхылъым! Ди алыфбеймрэ тхэкIэмрэ зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу, кIахэбзэр нэхъри IэщIыб мэхъу. Хэти и фIэщ ищIын хуейщ адыгэ къуажэхэм ады­гэцIэу яIауэ щытар нэгъэсауэ зэхуэд­мы­хьэсыжмэ, унагъуэцIэхэри зэдмыгъэпэ­щыж­мэ, адыгэ тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр гугъу зэрыхъунур. Куэд дыдэ къэзыIуатэр къуажэжьхэм, бгыхэм, псыхэм я цIэхэращ. Уеблэмэ къуажэцIэ дэнэ къэна, хьэблэцIэ­ми хэкIыпIэшхуэ къует. Ди щIэджыкIакIуэ­хэм гу лъатауэ къыщIэкIынщ журналист Ширдий Маринэ Тыркум гъуэгуанэу щи­кIуам газеткIэ нэIуасэ дыщыхуищIым, къуа­жэцIэу кърибжэкIам, унагъуэцIэу къриIуам. Хуабжьу дыдихьэхауэ Маринэ «и ужь диту» адыгэ къуажэжьхэу Тыркум щыIэхэм нэIуа­сэ зыхуэтщIащ. А псор зы тхылъу къыди­гъэ­кIатэмэ, Маринэ бзэ щIэныгъэм сэбэпышхуэ къытхуихьынт, хамэ щIыгур хэщIа­пIэ зыхуэхъуахэм икъукIэ къащхьэпэнт.

   Си тхыгъэр сыухыну сыхуейщ къарууэ, лъэкIыныгъэу диIэр зэщIэгъэуIуауэ, адыгэбзэр джыным нэхъ дегугъын зэрыхуейр жысIэу. Ди щIэблэм адыгэбзэр, ди тхыдэр фIыуэ ялъагъуу дгъасэмэ, лъэпкъыр хъума хъунущ.

 

Темыр Рае,

бзэ щIэныгъэхэм я кандидат,

Къэрэшей-Шэрджэс гуманитар институтым адыгэбзэмрэ абазэбзэмкIэ

и къудамэм и унафэщI.

 

ГУГЪЭ

Си гъащIэ гъусэу адыгэбзэ,

Си зэхэщIыкIыр зыгъэкъабзэ,

Уи макъ нэхъыбэу зэхэсхыхукIэ,

Адэжь щIыналъэм сыIуплъэхукIэ,

Адыгэу щыIэр дызэхэту,

ЩIыуэпс телъыджэм и саугъэту,

Дэр щхьэ вагъуэщIэ къэунэхуауэ,

Ар сэ IэпщитIкIэ къэсIэтауэ,

Дунейр сысейуэ сегъэгуфIэ,

ГуфIэгъуэм сещIыр къарууфIэ.

Сэ адыгэбзэм срилIыкIуэу,

Сыщылэжьахэм егъэджакIуэу,

БлэкIа илъэсхэм чэзу ящIу,

Зыгуэрми си гур хамыгъэщIу,

Си гукъэкIыжхэр къысхуахьыж,

Тхылъышхуэм хуэдэу сыкъоджэж.

Апщыгъуэм зи бзэм хуэпэжахэр,

ЩэныфIэу хабзэ зезыхьахэр,

Адыгэ гъащIэм лъэщу хэтщ,

Акъыл, къарукIэ зэлъыкъуэтщ.

Абыхэм нобэ я лэжьыгъэр,

Анэбзэм хуаIэ лъагъуныгъэр,

Нэхущ вагъуэу дымылъагъуми,

Ди бзэр, ди хабзэр хъумэгъуейми,

Щэнхабзэр гъатхэу къощIэращIэ,

Ар гурэ псэкIэ зыхызощIэ.

Ауэ гукъутэу, нэрылъагъуу,

Зыхуагъэуву пцIыр ущхьэгъуу,

ДиIэщ дэ зи бзэ зымыщIэжхэр,

Лъэпкъ Iуэхум ауи хэмытыжхэр.

Мис ахэм ящIэу загъэгъуащэ,

Бзэ хейм хужаIэ хуэмыфащэ.

Уи адыгэбзэр умыщIэжмэ,

Адыгэ хабзэр зумыхьэжмэ,

Сыт хуэдэ лъэпкъыу уэ зубжыну,

Уи щIэблэр сытым хуэбгъэсэну?

Гур увыIамэ, псэр хуэбэжкъым,

Бзэр умыщIэжмэ, лъэпкъ уиIэжкъы­м.

ЦIыху бзэ нэхъыжьу къигъэщIахэм,

Лъэпкъ IуэрыIуатэу къащIэнахэм,

Яхэткъым нартхэ япэсщIыну,

Бзэ зэрытхами езгъэпщэну.

Сэ нарт бзэ къабзэ сIурылъамэ,

Къару е хущхъуэ гуэр схэлъамэ,

Зи Хэкур щыуэ ягуэшахэм,

ЦIэ зырызыххи зыфIащахэм-

Къуэш адыгейхэм, къэбэрдейхэм,

Жьыпэуи жьауи дэ къытхуэхъухэм,

Мэжэхэр дякум дэсхыжынт,

Лъахищми IэплIэ яхуэсщIынт.

Я хэку къарукIэ ирахуахэм,

Дунейм уэгу вагъуэу щикъухьахэм,

Я псэр Хэку лъапсэм пысщIэжынт,

ЗылI и бын IэфIу згъэпсэунт.

Къэралыгъуэжьхэм хуэдэ къабзэу,

Си адыгэбзэри бзэрабзэу,

Къэрал Iуэху зехьэ яхуэсщIынт,

ДыгъафIэ гъащIэу зиузэщIынт.

Лъэпкъ щыгъуэ махуи димыIэжу,

Ди бзэр, ди хабзэр дэ зетхьэжу,

Ди щхьэ Iэтауэ дыпсэунт,

Си бзэм хулъэкIри ялъагъунт.

Адыгэ гъащIэр пызыщэнур,

Абы и тхыдэр зытхыжынур

Си адыгэбзэу си дунейщ,

Хэт щымыгугъыр и пщэдейм?

ШОРЭ Хьэсин.

 

КЪЭБЭРДЕЙМ КЪИК1РИ

 

Къэрэшей-Шэрджэсым адыгэбзэм зыще­гъэ­ужьыжыным хэлъхьэныгъэ ин хуэ­зыщIщ иужьрей зэманым кърагъэ­жьа­ “Си бзэ - си псэ, си дуней” зэ­пеуэр. Ар Къэбэрдей щIы­на­лъэм къикIыу ди республикэм къызэрысрэ илъэс етIуанэ мэхъу­ри, цIыху куэд абы зэры­ха­шам­кIэ жыпIэфынущ бзэм­кIэ абы сэбэп ин къызэрихьар.

Къэрэшей-Шэрджэсым и Президент Батдыев Мустэфа гъатхэпэм и 14-р адыгэбзэм и Махуэу гъэлъэпIэным теухуа­уэ блэкIа илъэсым унафэ къы­зэ­рыдигъэкIар хуабжьу щхьэпауэ жыпIэ­фы­нущ а зэпеуэр егъэкIуэкIынымкIэ. Апхуэдэу КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ и мини­стерствэм, КъШР-м щыIэ адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономием, “Къэ­щIэ­рэ­щIэжыныгъэ” фондым, “Черкес хэку” га­зетым я жэр­дэмкIэ мы гъэми а зэпе­уэм пищэжащ. Ар гъэхьэзырыным я IыхьэфI халъхьэ республикэм и егъэджа­кIуэхэм я щIэныгъэм щыха­гъа­хъуэ институтым, Чер­­кесск къа­­лэм дэт педа­го­гикэ училищэм, “ЩIэблэ” щIа­лэ­гъуалэ зэщIэхъе­ены­гъэм.

   Мыбдеж жыIэпхъэщ “Си бзэ - си псэ, си дуней” зэпеуэ-фестивалым иджы лъэныкъуэ нэ­хъы­бэ къызэщIиубыдэ зэры­хъуар. Абы хохьэ адыгэ уэрэдыжьхэр гъэзэщIэныр, театр гъэлъэгъуэ­ныгъэ­хэр, литературэ-художес­т­веннэ жанрыр, нэ­гъуэ­щI­­хэри. Шэч хэмылъу, бзэр щIалэгъуа­лэм яхы­хьэным­кIэ мыпхуэдэ Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ.

  “Си бзэ - си псэ, си дунейм” и къы­­­­­щIэдзапIэу щы­тащ ар ра­йон­хэм­ зэрыщызэхаублар. Нэ­гъа­бэ­рей зэпеуэм кърикIуа­хэр Анэдэлъхубзэм и Ма­хуэм­ техуэу Черкесск къалэм къы­ща­пщытэжы­нущ.­

   Хьэбэз районым хыхьэ къуажэхэм я еджа­пIэ­хэм адыгэбзэр куууэ щаджу жыпIэфынущ, сы­ту жы­­пIэмэ, мыбдеж лъэпкъ зэхэпхъа щыIэкъым, хуи­ту бзэр ирагъэджыну Iэмал яIэщ. Ап­хуэ­дэ­къым, псалъэм папщIэ, Адыгэ­-Хьэблэ районыр. Абы хыхьэ къуа­жэ гуэрхэм лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зэрыщыпсэум къы­хэкI­­кIэ, гулъытэ лей хуа­щIын хуей мэхъу урысыбзэм. Апхуэдэу щытми, Адыгэ-Хьэблэ районыр мы зэпеуэм хэмыхьэу къэна­къым. Ар егъэкIуэ­кIы­ным жы­­джэру пылъщ районым и Адыгэ Ха­­сэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий.

  “КъэщIэрэщIэжыныгъэ” фондым и тхьэмадэ Хъу­­псыро­къуэ Мурадин къелъытэ адыгэбзэм иджы нэхъ ди гупэ хуэ­дгъэзэжауэ. Ар IупщIу къы­щы­­тлъэгъуащ къуа­жэ еджа­пIэхэм зыкъызэра­гъэ­лъэ­­гъуам. Псом хуэмыдэу узыгъэгу­фIэу Хъуп­сы­ро­­къуэм къыхегъэщ зэпе­уэм яфIэфIу сабий гъэсапIэ­хэ­­ри къызэрыхыхьэр.

   ГугъапIэ къыдэзыт “Си бзэ - си псэ, си дуней” зэ­пеуэ-фести­ва­лым и къуэпсхэр ди лъахэм къы­зэ­рысам зи фIыщIэ хэлъ, адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и уна­фэщI Уэхъутэ Александр жеIэ:

   - Ди бзэр, щэнхабзэр, зэхэ­ты­кIэ дахэр хъумэ­­ным­кIэ мы Iуэху­гъуэм уасэшхуэ иIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди республикэм ар зэрыщекIуэкIыр фIы дыдэщ, ауэ Адыгейри, Ша­псыгъри, Успен районри къызэ­щIиубы­да­мэ, абы и мыхьэнэр куэд­кIэ нэхъ ин хъунут. Ди къа­рукIэ едмыгъэ­кIуэкI ­къудейуэ, къэрал, республикэ унафэщI­хэр абыкIэ щIэ­­гъэ­­къуэн къытхуэхъумэ, ди бзэм къи­­нэмы­щIа­уэ, лъэпкъми зи­хъу­­мэжы­ным­кIэ сэбэп хъунущ.

   НобэкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ, адыгэбзэр зыщIэлъ еджапIэхэр лэжьыгъэм куууэ хэтщ, абыхэм зыхуагъэхьэзыр зэпеуэм и къэпщытэжыныгъэм. АтIэ, дэтхэнэми къыпэщылъщ адыгэбзэм зэрыхуэшэрыуэр, ар къызэригъэсэбэпыфыр лъэп­къым и пащхьэ ирилъхьэну.

ХУТЭ Iэминат.

 

Ф1АГЪЫМ ХОХЪУЭ

 

“Тхылъ фIэкIа гъусэ уимыIэу укъэ­нэныр нэхъыфIщ, акъылыншэ гуп уахэс нэхърэ”, - жиIащ франджы щIэ­ныгъэлI Буаст Пьер. А цIыху цIэрыIуэм и псалъэхэр и щы­хьэтщ тхылъым гъащIэм мыхьэ­нэ­шхуэ зэрыщигъэзащIэм. ЦIыхум щIэныгъэ зригъэгъуэты­ным­кIэ, и зэфIэкIым, и къэухьым зри­гъэужьынымкIэ ар дэтхэнэ зыри Iэмал имыIэу зыхуей хьэпшыпщ.

   Тхылъ къыдэгъэкIыным пыщIа гугъуехьхэм, псом хуэмыдэу ди анэдэлъхубзэмкIэ дунейм къытехьэхэм я Iуэху зыIутым щыгъуазэ зыхуэтщIыну зыхуэдгъэзащ Нал­шык дэт “Эльбрус” тхылъ те­дзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Бицу Анатолэ.

-Иужьрей илъэсхэм къэралым  щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь къащIимыхуу къэнакъым тхылъ тедза­пIэ­хэми. Тхылъым и мыхьэнэр ехуэхащ, япэм хуэдэу ахэр фIыуэ ящэхужкъым. Абы къыхэкIыуи къыдэкIым и бжыгъэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ ­хъуащ, ауэ фIагъым нэхъ зиIэтащ. Сытым щыгъуи дызытет хабзэщ къы­дахьэлIа тхыгъэхэм нэхъыфI дыдэр къыхэхыныр. Ауэ тхылъу къыдэкIхэм я бжыгъэр зэрехуэхрэ, нэхъри дыхэплъыхь хъуащ. КIэщIу жыпIэмэ, “мащIэрэ IэфIу” жыхуиIэм ди лэжьы­гъэр хуэкIуащ. Ар зи жагъуэ хъу тха­кIуэхэри щыIэщ, ауэ щIэджыкIакIуэр нэхъ дэзыхьэхыну, щIэупщIэ зиIэну тхыгъэхэрщ дэ дызыхуейр. Псалъэм пап­щIэ, зауэ зэманым, абы иужь лъэ­хъэнэм теухуа тхыгъэхэр куэдым яфIэ­­гъэщIэгъуэныжкъым. Пэжщ, абыхэми ди щIалэгъуалэр щыгъуазэу щытын хуейщ, ауэ абыхэм куэдрэ тетхыхьакIэщ. Узыхуей темэр къапщтэу абы утетхыхьыну ухуитщ, ауэ абы узыIэпызышэн гупсысэ щIэ­мылъмэ, тхылъеджэр сыт къызэрыдэпхьэхынур. ГъащIэр ипэкIэ макIуэ, абы зэхъуэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэр що­кIуэкIри, абы зыдебгъэкIун хуейщ.

   - Анатолэ, илъэс блэкIам къы­дэв­гъэкIа тхылъхэмрэ 2006 гъэм фубзыхуахэмрэ я гугъу къытхуэп­щIа­мэ арат.

   - Япэм илъэсым къриубыдэу тхылъи 120-рэ къыдэдгъэкIыфу, абы щыщу 60-р адыгэбзэм къылъысу щытамэ, иджы а бжыгъэм фIыуэ кIэрыхуащ. Нэгъабэ къэтщтэнщи, псори зэхэту тхылъ 50 къыдэдгъэкIауэ аращ. АдыгэбзэкIэ тхылъ 20-м нэс дунейм къытехьащ. А бжыгъэм и нэхъыбэр еджапIэхэм къыщагъэсэбэпын учебникхэм, щIэныгъэ-чэн­джэщ тхылъ цIыкIухэм яубыд. Апхуэдэ тхылъхэр къыдэгъэкIыныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. МыдэкIэ художественнэ литературэу, ар прозэуи, поэ­зиеуи, публицистикэуи щрети, тхылъи 7 дунейм къытехьащ. Сыт хуэдэ ахэр икIи хэт сымэ зи IэдакъэщIэкIыр? КIыщо­къуэ Алим и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр том зыбжанэу къы­дэд­гъэ­кIыныр илъэситI ипэкIэ къедгъэжьа Iуэхущ. Абы щыщу етIуанэ, ещанэ тхылъхэр, Жылэтеж Сэлэдин и “Лъапсэмрэ къуэпсымрэ”, Елгъэр Ка­шиф и “Гъуэгуанэ кIыхьыр”, IутIыж Борис и “Къудамэхэр”, Тхьэгъэзит Зу­бер и усыгъэхэр къыдэдгъэкIащ. Сабийхэм папщIэ дунейм къыте­хьащ Гъубжокъуэ Лиуан (“Жэм пы­джэрей”), Хьэх Сэфарбий (“Акъылыщхьэ”), Хьэщы­къуей Олег (“Кхъуей­плъыжькIэрыщIэ) сымэ я тхылъ цIыкIухэр.

   БлэкIа илъэсым еплъытмэ, мы гъэм ди тхылъ бжыгъэр тIэкIу нэхъы­бэнущ. Тхылъ 53-рэ къыдэдгъэкIыну дубзыхуащ, абы щыщу 20-р адыгэбзэм хухэтхащ. ЗанщIэу къыхэзгъэщынщи, учебникхэр нэхъ мащIэнущ. Ахэр нэхъ Iэмалыншэу ябж, сабийхэр ирыра­гъэджэну ямыгъуэтыжу къалъытахэращи, 7 къудей хъууэ аращ.

   Мы илъэсым дунейм къытехьэнущ КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъым и 4 - 5-нэ томхэр, Нало Заур и новеллэхэмрэ хъыбархэмрэ иту “Мазэм фIэкIа зыми имы­лъэ­гъуа”, ЛIыгъур Чэрим и зы по­вест­рэ рассказхэмрэ щызэхэгъэува “ЯмыгъэзэщIа лъэIу” тхылъхэр. Ди усакIуэхэм щыщу Бещтокъуэ Хьэбас (“Адыгэбзэм и уэсэпс нэху”), Къа­гъырмэс Борис (“Щыхьэт”), Мы­къуэжь Анатолэ (“Лъэхъэнэ”) сымэ я тхылъхэри къыдэкIыгъуэм хуэдгъэхьэзыращ. Псом хуэмыдэу дегу­гъуащ сабий литературэм. Ахэр КIуан­тIэ Iэзид и “Псэбыдэр”, плъыфэ зэмы­фэгъуэхэмкIэ дахэ дыдэу гъэщIэ­рэ­щIауэ Щоджэн Леонид и “Мэ­дэ цIы­кIур”, Мэз Iэниуар и усэ тхы­лъыр. ФIы дыдэу къыдэхъу­лIауэ, ап­хуэ­дэуи куэд зыщыгу­фIы­кIыну къэтлъытэ тхылъхэм ящыщщ адыгэ таурыхъхэр щызэхуэхьэса “Дыщэ кIанэ” жы­хуиIэр.

   Адыгэу зызыбжыж дэтхэнэ зыри зы­хуэныкъуэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкIа “Щикъу­хьащ адыгэр дунеижьым” тхылъым. Мыр нэхъапэм урысыбзэкIэ къыдэ­кIауэ щытащ, ауэ иджы щIэ гуэрхэри хэлъ­хьэжауэ игъэхьэзыращ. Абы итщ публицистикэ тхыгъэхэр, очеркхэр, усэхэр.

   КъыдэдгъэкIыну ди мурадщ уэрэдхэр щызэхуэхьэса зы тхылъи. Абы Джэд­гъэф Борис и усэхэу ди композитор цIэрыIуэхэм макъамэ зы­щIалъ­­хьахэр итынущ.

   - Тхылъыр зи къалэмыпэм къы­щIэкIамрэ фи IуэхущIапIэмрэ сыт хуэдэу фызэдэлажьэрэ?

   - Псом япэу къыхэзгъэщынщи, авто­рым тхылъ къызэрыхудэдгъэкIым щхьэ­кIэ ахъшэ къеIытхыркъым, атIэ абы и тхыгъэм хуэкIуэ гонорарыр идот. Мыбдежми къэтщтэнщи, зи япэ тхылъыр къыдэзыгъэкIымрэ цIыхубэ тхакIуэмрэ я лэжьыгъэхэр пхузэхуэ­гъэ­дэнукъым. Шэч хэмылъу, про­зэм­кIэ е поэзиемкIэ щыIэ уасэм и нэ­хъы­щ­хьэр цIыхубэ тхакIуэм ептынущ.

   Къэралым къыдита ахъшэр зыте­кIуэ­дэнухэр илъэсым и пэм деж     доубзыху. Псалъэм папщIэ, КIы­щокъуэ Алим и тхылъыр къыдэ­гъэ­кIыным зы сом бжыгъэ гуэр хухыдохри, абы и ны­къуэр тхылъыр щытра­дзэ типографием, авторым гонорару мыпхуэдиз лъос жытIэурэ тыдо­гуашэ. Тхылъыр тща иужь къыщIэт­хыжыр дэ дыдейщ. Тхылъ тедзапIэр къэралым и дэIэ­пы­къу­ныгъэм щыгугъ Iуэху­щIа­пIэущ зэ­ры­­щытри, абы къытхуиу­тIып­ща мылъ­кур зыхуримыкъуам, дэ къэдлэжьыжар тыдогъэ­кIуадэ.

   - Авторым и тхылъыр къищтэжыну хуеймэ, ар дауэ зэрыхъур?

   - Абы щыгъуэм дэ ди Iуэхур нэхъ тыншщи, дыгуфIэжу еттыжынущ. Сэ апхуэдиз сыхуейкъым жиIэми, къи­гъэлъагъуэ тхылъ бжыгъэр къищтэж хъунущ. Авторыр хуитщ и тхыгъэм къыпэкIуа гонорарым къыщIэкI тхылъ къищтэжынуи.

   - Анатолэ, къыдэвгъэкI тхылъхэр зэращэхум фыщыгъуазэ?

   - Сыт хуэдэ тхылъхэр ящэхуами, дап­щэ къэнэжами фIы дыдэу дощIэ. Япэм тхылъхэмкIэ сату зэращIыр зи IэмыщIэ илъа IуэхущIапIэ щыIащ. Дэ къы­дэдгъэкIа тхылъхэр абы тшэрэ етрэ ахэр зэрытIихамкIэ Iэ тедзэжауэ тхылъымпIэ къыдатыжамэ, ди Iуэхур зэфIэкIат. Иджы ар щыIэжкъым, дэ ди продукцэр езым зэдгъэкIуэкIыжын хуейщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ди лэжьы­гъэмрэ сату IэнатIэмрэ зэкIэлъыб­гъэ­кIуэ­ныр тыншкъым. Ари и зы щхьэу­сы­гъуэщ къыдэкI тхылъхэр мащIэ щIэ­хъуам, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ тыкуэ­ным щIэлъын щхьэкIэ тхылъыр къы­щIыдэбгъэкIын щыIэкъым, абы зыми и фейдэ хэлъкъым. Аращи, районхэм щыIэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, курыт еджапIэхэм дошэ, тыкуэнхэми мащIэ-мащIэурэ щIыдолъхьэ. Ямыщэхур адыгэбзэкIэ къыдэкIхэм я закъуэ­къым. Мыдрей тхылъхэм еплъытмэ, анэ­­дэлъхубзэкIэ къыдэкIхэр лъа­пIэ­къым. Дыхэплъыхьауэ нэ­хъыфI дыдэхэрщ къыдэдгъэкIыр жытIэми, абыхэми щIэупщIэшхуэ яIэкъым. Зэманыр гугъу хъуащи, цIыхум а тхылъым иритыну ахъшэр ерыскъым тригъэ­кIуэ­дэн­­ хуей мэхъу. Апхуэдэу щытми, тхы­лъыр хуейм къещэху, ар имыIэу мыпсэуфхэри мащIэкъым. ИтIани, ехъуап­сэу, ауэ къищэхуну хузэфIэ­мы­кIыу дапщэ щыIэ?..

Епсэлъар

ЩхьэщэмыщI  Изэщ.

 

ЛЪЭПКЪ КУРЫТ ЕДЖАП1ЭМ И МЫХЬЭНЭР

 

Адыгэбзэр лъэпкъым Iуры­лъы­ным, абы зиужьын папщIэ щыIэ хэ­кIы­пIэхэр къэгъуэтыным ерыщу хуэ­лажьэхэм ящыщщ адыгэ тха­кIуэ Щоджэн Леонид. Курыт еджа­пIэм зэрыщIэс лъандэрэ анэдэлъху­бзэм и IэфIыр зыхэзыщIа щIалэм па­сэу усэ тхын щIидзащ. Леонид и усэхэр щызэхуэхьэса япэ тхылъ цIыкIур, “Лъэмыж” зыфIищар, 1987 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ, иужькIэ “Къру шырхэр” (1993), “Псей щхъуантIэ” (1996), “Мо­цэрэ Бацэрэ” (2001) тхылъхэр къыдэкIащ.

Щоджэным и IэдакъэщIэкIхэр уасэ зи­мыIэщ иджырей щIэблэм я дежкIэ. Ар къалъытащ адыгэб­зэмкIэ егъэ­джа­кIуэхэми. Леонид и твор­чествэр щызэпкърах сабий гъэса­пIэхэм, пэ­щIэ­дзэ еджапIэхэм, и усэхэр, уэрэдхэр цIыкIу­хэм ирагъащIэ.

   НыбжьыщIэхэм папщIэ иригъэ­кIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэхэм къа­дэкIуэу, Щоджэныр и телъхьэщ адыгэбзэр класс нэхъыжьхэм куууэ щегъэ­джыным, хабзэр я Iэпэгъуу щIэблэр къэгъэхъуным. Абы ипкъ иткIэ, лъэпкъ курыт еджапIэхэр къэгъэщIэрэ­щIэ­жын зэрыхуейм, абы папщIэ къэгъэсэ­бэ­пыпхъэ Iэмалхэм теухуауэ гупсысэ пыухыкIахэр иIэщ абы.

   “Демократие зыужьыныгъэм ди лъэпкъ цIыкIухэм къахуихьа ехъулIэ­ны­гъэхэм ящыщщ адыгэбзэр, балъ­къэ­рыбзэр, урысыбзэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыбзэу зэрыщыувар, - жеIэ Леонид. - 1990 гъэхэм пэ­щIэ­дзэ классхэм предмет псори анэдэлъхубзэкIэ щаджу ирагъэжьащ, ди мылъэпкъэгъухэм адыгэбзэр е балъкъэрыбзэр Iэмал имыIэу зрагъэщIэн хуейуэ къагъэуващ, анэдэлъху­бзэ­хэм­кIэ сыхьэт бжыгъэхэр нэхъыбэ ящIащ, ар езыгъэджхэм я улахуэм процент 25-рэ хущIагъуащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей илъэсхэм щхьэусыгъуэ мыгурыIуэгъуэхэм къыхэкIыу а IуэхуфIхэр IэщIыб ящIыжащ.

   Лъэпкъ псоми я дежкIэ нэхъыщхьэр­ я бзэр яхъумэжынырщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щы­Iэнукъым. Ди зыужьыныгъэр зэ­лъы­­тахэм бзэри зэращыщым теп­щIыхьмэ, анэдэлъхубзэхэм ехьэлIауэ мыпхуэдэ къалэнхэр гъэзэщIэн хуейуэ соплъ: республикэм и къалэхэм, къуажэхэм щыIэ курыт школхэм 1-нэ классым щыщIэдзауэ 6-нэм нэс предмет псори анэдэлъхубзэкIэ щегъэджыныр; абы папщIэ зыхуеину тхылъ псори адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ зэ­дзэ­кIауэ къыдэгъэкIыныр; 7 - 11-нэ клас­схэм зы тхьэмахуэм анэдэлъхубзэм сыхьэти 6 щыхухэхыныр, ди мылъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ (тIум я зыр) егъэджыныр; егъэджакIуэхэм я улахуэм хуха­гъэ­хъуауэ щытар яхущIыгъужыныр; ли­тературэр къызэращэхун сом 200-р етыныр; лъэпкъхэр зэрызэпсалъэ уры­сыбзэми гулъытэ щхьэхуэ хуэ­щIыныр”.

Шыпш Даянэ.

 

КУЭД Щ1АУЭ СЕГЪЭП1ЕЙТЕЙ

 

Уи махуэ фIыуэ, газетеджэ лъапIэ. Нобэ си къалэмыр къызыхуэсщтар куэд щIауэ сызыгъэпIейтей, сызыгъэгузавэ Iуэхущ. Уримыгузэвэни плъэкIынукъым абы, уи Хэкур фIыуэ плъагъурэ, абы фIы къехъулIэным ухущIэ­къумэ.

сэ сызэреплъымкIэ,               цIыхум къыдалъхуа бзэм нэхъ лъапIэ зыри щыIэкъым. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэд гъащIэм ущрохьэлIэ. “Сыадыгэщ” жызыIэ куэд я анэдэлъхубзэм ирипсэлъэфыркъым. Ар къызыхэкIыр я бзэр фIыуэ зэрамы­лъагъура хьэмэрэ зрагъэ­щIэ­ну Iэмал ямыгъуэтрэ? ФIэ­щ­щIыгъуейщ етIуанэр щхьэусыгъуэ зыхуэхъухэр щыIэу.

   АтIэ сыт зи анэдэлъхубзэкIэ мыпсэлъэфхэм (мытхэфыр къыдогъанэри) адыгэкIэ ды­щIе­­джэр? Сыт апхуэдэхэм а цIэ лъапIэр щIызэрахьэр? Абы и жэуап зыми къуитыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ищIэр­къым.

   Дэтхэнэ зы лъэпкъми и къэ­кIуэнур сабийхэращ. Абыхэм анэдэлъхубзэр ямыгъэшэ­рыуэмэ, хэт къыкIэлъыкIуэ щIэб­лэм ар Iурызылъхьэнур? Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ куэд нобэ адыгэ­бзэм “хуэщIакъуэщ”. Апхуэдэ щытыкIэм и хэкIыпIэр псом япэрауэ, адэ-анэм я деж щызолъагъу. Дэтхэнэ ныб­жьы­щIэри зыдэплъейр и адэ-анэращи, ахэр адыгэбзэкIэ къепсэлъэн, адыгэ хабзэм уна­гъуэм щыщIапIыкIын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, сабийм и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъунымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъунущ и егъэджакIуэри. Сабийр абы и псэлъэкIэм, дуней те­тыкIэм кIэлъоплъ.

   Бзэр тхъумэным, егъэфIэ­кIуэ­ным псори зэгъусэу делэжьыпхъэщ, махуэ къэс абы пщIэ лей, гулъытэ хэха хуэт­щIыну къыттохуэ. Сабийхэр нарт хъыбархэм, адыгэ таурыхъхэм, ди хабзэ дахэм щIэтпIыкIмэ, итIанэщ ди лъэп­къым, бзэм къэкIуэн щаIэр.

 

ЩОМАХУЭ Залинэ,

КъБКъУ-м и студент.

 

 

 

ГЪАТХЭ ДЫГЪЭ

Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,

Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,

Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,

УзиIэу зыми семыфыгъуэ.

УзиIэу зыми семыиж -

АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:

Сэ уи беягъкIи сыбеижщ,

Адрейхэм сщIэуи сыхуопабгъэр.

Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут,

И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу,

Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,

Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр.

ЖызыIэ щыIэщ псэлъэгъэху

Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,

И псалъэ кIапсэр зэрихъэху

УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.

Сэ зы дакъикъи семыдэIу

Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм.

Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу

Абы зыгуэрым хидза мывэм.

Псыр тожри мывэхэр къонэж,

Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр

ЗэринэкIар абы гъунэжщ

Мывэ пкIэлъейкIэ щхьэдэхыпIэу.

Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,

Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ,

ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,

Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.

Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру,

Адыгэ пшынэу уобзэрабзэ,

Зэм къызыкъуохри уи къарур,

ХеящIэ джатэу ар уогъабзэ.

Анэ быдзышэу уэ уIэфIщ,

УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,

Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,

ЗэригъэзэкIыу пщащэ гущIэр.

Уэ уафIэжьгъейми, къэбгъэщIащ

Зэрыдунейуэ зэджэ “Нартхэр”,

Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ,

Иджыри мащIэкъым уи натIэр...

Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам

Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу

Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам

УреIэ уэ, си адыгэбзэ!

БЕМЫРЗЭ Мухьэдин

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ, Хьэбэз район, Алий-Бердыкъуэ къуажэ

 

ПЭСЩ1 ЩЫ1ЭКЪЫМ

 

Сэ Адыгей университетым и лъэпкъ факультетым сы­що­джэ. Си нэIэ зытет зэпытыр адыгэбзэрщ. Си лъэп­къым и анэдэлъхубзэр лъа­пIэщ сэр­-кIэ, абы пэсщI щыIэ­къым.

Сигу къеуэращи, къалэм  щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщIэ хуащIу схужыIэнукъым. Зэрыадыгэр пщIэуэ, уэрамым уащрихьэлIэмэ, я нэ­хъы­­бэр къызэропсалъэр уры­сыбзэщ, езыхэм я бзэр ящыгъупщэжа хуэдэ. ЦIы­хум бзэ зыбжанэ ищIэмэ, ар хъарзынэщ. Урысыбзэри фIэкIыпIэ зимыIэщ ди деж­кIэ, ауэ адыгитI зэIу­щIамэ, зэ­ры­зэпсэлъэн хуейр я анэдэлъхубзэкъэ? Лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэр лъэп­къыбзэращ, ар зумыпэсыжмэ, Iумпэм пщIымэ, уи лъэпкъми пщIэ хуумыщIу ара­къэ - нэгъуэщIу къызгуры­Iуэр­­­къым сэ ар. Псом хуэдэжкъым ди зэманыр - ди бзэм нэхъ дыщыхуэсакъын хуей зэманщ дэ дыщыпсэур. Ди бзэм нобэ зедмыгъэужьмэ, Iэпэдэгъэлэл тщIырэ къыт­фIэмыIуэхумэ, ар пщэдей тIэщIэхужынкIи мэхъу.

   Си щхьэкIэ, си анэдэлъхубзэр ефIэкIуэн, абы зиужьын щхьэкIэ, схузэфIэкI псори злэ­жьын мурад сиIэщ сэ. Бзэм и Iуэхур гугъущ, адыгэбзэр къапщтэмэ, хэплъэ­гъуэ хъуащ абы и Iуэхур. ЩIэб­лэр егупсысын хуейщ абы - дэтхэнэми зэхищIы­кIын хуейщ анэдэлъхубзэм мы­хьэнэуэ иIэмрэ абы уе­лъэ­­пауэ зэрымыхъунумрэ. Ады­гэбзэр къулейсызкъым икIи гуащIэмащIэкъым. АтIэ щхьэ нэмыплъ еттын хуей абы? Нобэ нэмыплъ етт­мэ, пщэдей дыпыкIащ абы. Ди бзэм дэ дыкъыщхьэ­щымыжмэ, ар дэр-дэру дымыхъумэжмэ, хамэм абыкIэ дыщIыщыгугъын щыIэ­къым. Апхуэдэущ сэ ди бзэм и Iуэхур къызэрызгуры­Iуэр. СогуфIэ ди бзэр фIыуэ зылъагъу куэд ди щIалэ­гъуа­лэм зэрахэтым щхьэкIэ. Ди нэхъыжьхэм - ди бзэр ди деж къэзыгъэса цIыху Iущ­хэм - дреплъей ахэр, щапхъэ трырах.

   Адыгэбзэм и нобэри и пщэ­­­-дейри зэлъытар дэращ - но­бэ­рей щIэблэрщ. Ди нэIэ тет зэпытын хуейщ абы. Ди ужь къихъуэнухэм фIыщIэ къыт­­­хуащIынщ абы щхьэ­кIэ.

ТхьэлI Айдемыр,

Адыгей университетым

и студент.

Мейкъуапэ къалэ.

 

СИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хузотх

 

Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си нэ,

Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэ?

 

Си анэдэлъхубзэу дахэ,

Си анэдэлъхубзэу пагэ,

Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти

Дуней псом язэрыхэтыр!

 

Си анэдэлъхубзэу гуапэ,

Си анэдэлъхубзэу гуащIэ,

Уи бын пэжхэр щIым гуп-гупу

Щызэбгридзакъэ гъащIэм.

 

МащIэр хъурэ гуащIэмащIэ?

МащIэр хэкIуэдэжрэ занщIэу?

Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,

Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!

 

Си анэдэлъхубзэу нахуэ,

Си анэдэлъхубзэу хахуэ,

Зы шу закъуэу щытми,  нартыр

Пэувыфти и дзэм чынтым!

 

Си анэдэлъхубзэу уардэ,

Си анэдэлъхубзэу быдэ,

КIуэщIыр пэжмэ уэ уи лIыгъэр,

Ар дэращ зи хуэмыхугъэр.

 

Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си нэ,

Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэ?

 

И тхылъ тIэкIухэр пхуэхъуу мащэ,

Уехыжауэ дунейм къищIэм,

Си анэдэлъхубзэу хъыжьэ,

ТхакIуэр уэ уи сын мывэжькъэ!

 

Ямыпсыхьу къэна куэпкъырщ

Сосрыкъуэ иIар лIапIэу.

Си анэдэлъхубзэу лъапIэ,

Уэ улIэжмэ – лIэжащ  лъэпкъыр!

БИЦУ Анатолэ

 

 

 

СССР-м и къэрал саугъэтым и лауреат К1эрашэ Тембот

(1902-1988)

 

 

СССР-м, Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ

 

 

 

 

 

Си бзэ-си псэ си дуней

 

Зэпеуэм хэт к1элъыплъак1уэ гупыр Къармэхьэблэ къыдохьэ. Абы хэтхэр гуапэу кърагъэблагъэ шууейхэмрэ къэфак1уэхэмрэ

 

 

Тхак1уэ, щ1эныгъэл1 Нало Заур

 

 

Артист Мысостышхуэ Пщызэбий

 

 

 

Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэхэр

 

Налшык къалэ дэт «Насып» сабий гъэсап1э-пэщ1эдзэ еджап1эм ц1ык1ухэм щрат щ1эныгъэм къыдэк1уэу, адыгэ хабзэми ерыщу щыхуагъасэ. Сурэтым щыфлъагъу теплъэгъуэм ныбжьыщ1эхэм нысащ1эр унэ ирашэу аращ.

 

 

Тхак1уэ, зэдзэк1ак1уэ Къэрмокъуэ Хьэмид

 

 

Тхак1уэ, щ1эныгъэл1 1ут1ыж Борис

 

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]