|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мазаем и 14 |
|||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
ТХЫГЪЭХЭР
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||
Iуэху инхэм тегушхуэну къыхуреджэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен мэрем махуэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ республикэм и район нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым - Бахъсэн районым. Шэджэм, Бахъсэн районхэм я зэпылъыпIэм деж щрагъэблэгъа нэужь, бысымхэмрэ республикэм и министерствэ зыбжанэм я унафэщIхэмрэ щIыгъуу Президентыр псом япэу Бахъсэненкэ къуажэм щыIэ джэдкъаз фабрикэм кIуащ. Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр нэрылъагъуу, Президентыр «Бахъсэнбройлер» ООО-м и директор Мусафаров Мэжид куэдкIэ пкърыупщIыхьащ. Мыд- рейми зэпкърыхауэ жэуап иритащ республикэм и Iэтащхьэр зыщIэупщIахэм. Псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, фабрикэм джэду мин 17-рэ адакъэу 1700-рэ щаIыгъщ. Абыхэм махуэ къэс хэхъуэу сом мини 180-рэ къат. Лэжьыгъэ нэхъыщхьэ псори механизмэхэмкIэ зэрызэфIагъэкIым къыхэкIыу, мыбы щылажьэр псори цIыхуиплI хъууэ аращ. Республикэм щыщу джэд лъэпкъыфI къэгъэхъунымкIэ федеральнэ лицензэ зиIэр мы предприятэм и закъуэщ. Къанокъуэ Арсенрэ Мусафаров Мэжидрэ тепсэлъыхьащ къэуат зыщIэлъ джэд Iус гъэхьэзырынымкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ соер гъэкIыным пыщIа лэжьыгъэм. Нобэ а къэкIыгъэр республикэм щызэрахьэркъым, ар ди щIыналъэм фIыуэ къыщезэгъ пэтми. Республикэм и дэтхэнэ щIыпIэми соер зэрыщыбэгъуэнум щыхьэт техъуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэмкIэ и министр Бердюжэ Владимири. Дауи, джэдкъаз фабрикэм и Iуэху зыIутым щытепсэлъыхьым, «джэд пыхусыху» узыфэри къащыгъупщакъым. Илъэс зыбжанэкIэ ветеринар дохутыр нэхъыщхьэу лэжьа Мусафаров Мэжид къызэрилъытэмкIэ, а узыфэм и гугъу щащIкIэ, тIэкIу щIагъатхъэ. «Джэдкъаз пыхусыхур» илъэсищэ зыбжанэ хъуауэ екIуэкI узыфэщ, ауэ абы зэраныгъэ къихьынукъым, джэдкъазыр тэмэму зепхьэмэ. Аращ мы IуэхущIапIэм дезинфекцэм пыщIа лэжьыгъэ псори ткIийуэ щIыщрагъэкIуэкIыр. Президентым къыхигъэщащ Адыгейм джэдкъаз гъэхъуным хъерышхуэ къызэрыпихыр, джэдылыр абы Москва къалэми, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми зэрыригъашэр. ООО-м и директорым жиIащ езыр зи пашэ гупри Iуэхушхуэхэм тегушхуэну зэрыхьэзырыр икIи абы и лъэныкъуэкIэ жэрдэмыр Президентым къадиIыгъ нэужьым, шэч хэмылъу, ехъулIэныгъэ инхэр къызэрахьыфынур. Къанокъуэ Арсен директорыр къигъэгугъащ хузэфIэкI псомкIи дэIэпыкъуну. Джэдкъаз фабрикэм икIри гупыр кIуащ жылапхъэхэр, псом хуэмыдэу куэду нартыху жылэр щагъэгъущ, щызэпадз «Къэббалъкъгибрид» акционер обществэ зэхуэщIам. Предприятэм и унафэщI Ашэбокъуэ Артур зэрыжиIамкIэ, мы IэнатIэм нобэм къэс хэхъуэ иIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, «Къэббалъкъгибридым» и лъэщагъ псори къэбгъэсэбэпмэ, зэуэ нартыху тонн минихым щIигъум уелэжьыфынущ. Президентыр предприятэм и цеххэм, хьэзыр ящIа жылэр къэпхэм икIутэжауэ щахъумэ складым еплъащ. Заводым къыпэщыт Iуэхухэм щытепсэлъыхьым, Къанокъуэ Арсен жиIащ нартыху гибридыр езы предприятэм игъэкIыу хуежьэмэ зэрынэхъыфIыр, апхуэдэ нартыхур зэрыIуахыжыну комбайнхэр нэгъуэщI къэралхэм, къапщтэмэ, Америкэм къыщыпщэху зэрыхъунур. «Iэмал имыIэу щыткъым комбайнхэр щIэрыпсу щымытыну, тIорысэхэри ди деж къыщыщIагъэкIхэм нэхърэ нэхъыбэрэ лэжьэнущ», - щIигъужащ Президентым. КъыжыIэпхъэщ «Къэббалъкъгибридым» къыщагъэсэбэп оборудованэри зэгуэр США-м къыщащэхуауэ зэрыщытар. Иджыпстуи а оборудованэр тэмэму ягъэлажьэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми яхурикъун жылапхъэфI яхуэгъэхьэзырынущ. АдэкIэ Президентымрэ абы щIыгъухэмрэ яунэтIащ зи кIапэхэр зэпыхьэ Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей («БахъсэнГЭС»), Ислъэмей къуажэхэмкIэ. Зеикъуэ къуажэм дэт «Соблыр» мэкъумэш кооперативым Къанокъуэ Арсен щеплъащ Iэщ фермэмрэ джэдкъаз щагъэхъун папщIэ яухуэ цехымрэ. Хозяйствэр Президентым иригъэлъэгъуащ мэкъумэш кооперативым и унафэщI ЛампIэжь Владимир. Мы хозяйствэм къыпэщыт гугъуехь нэхъыщхьэхэм ящыщщ гъэшыр и уасэ къакIуэу зэрахуэмыщэр, гъэмахуэ хъупIэхэм щIат бэджэнд уасэр егъэлеяуэ зэрыиныр. Къанокъуэ Арсен абы и жэуапу къыхигъэщащ завод цIыкIухэр ухуэныр гъэшым елэжьынымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъунур. «Соблыр» мэкъумэш кооперативым былыму 1500-рэ иIэщ. Ар зезыхьэ цIыху 350-м ящыщу языныкъуэхэр мы фермэм и щIыналъэм щыIэ общежитым щопсэу. Абыхэм я псэукIэми Президентым щыгъуазэ зищIащ. АдэкIэ гупыр Бахъсэн ГЭС-м кIуащ. Мы IуэхущIапIэм и директор Щоджэн Валерий хьэщIэхэр цеххэм къыщришэкIащ. Абы жиIащ езыр зи пашэ гупым гъэ кIуам зэи хуэмыдэу электрокъарууэ куэд къызэрилэжьар. Бахъсэн ГЭС-м къыщалэжь электрокъарум текIуадэр къибжри, Къанокъуэ Арсен жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къищэху электрокъарур хуэдиблкIэ зэрынэхъ лъапIэр. Президентыр Бахъсэн ГЭС-м и лэжьакIуэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ Дыкъынэ Хьэсэн епсэлъащ, мы IуэхущIапIэм и музейм еплъащ. Абы фIэгъэщIэгъуэну щыгъуазэ зищIащ илъэс 60 япэкIэ ящIауэ щыта, зауэм и зэманым ди дзэхэми (бийм Iэрамыгъэхьэн папщIэ) нэмыцэхэми (иужькIэ яхузэмыгъэпэщыжын папщIэ) къагъэуа ГЭС-м и тхыдэм. Зауэ нэужьым мы IуэхущIапIэр республикэм нэхъ псынщIэу щызэфIагъэувэжахэм ящыщщ икIи нобэр къыздэсым абы къелэжь Бахъсэн куейм исхэм къагъэсэбэп электрокъарум и нэхъыбапIэр. Лэжьыгъэ Iуэхум къыдэкIуэу, ГЭС-м и пщIантIэм къыщызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Налшык и «Спартак» футбол командэм и къэкIуэнум. А джэгукIэм дихьэххэм Къанокъуэ Арсен фIыщIэшхуэ хуащIащ ди командэр зэрыдиIыгъым папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ а махуэм Президентым епсэлъахэм ящыщу зыри унафэщIхэм къызэрырамышэлIар. Ар дэтхэнэ зэIущIэми нэрылъагъу къыпщищIырт. Президентри гулъытэ хэлъу нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми жаIэм щIэдэIурт. Къанокъуэ Арсен гуапэу щрагъэблэгъащ Зеикъуэ щIыпIэ самоуправленэм и администрацэм и унэми. Нэхъыжьхэм махъсымэ фалъэ, сабийхэм удз гъэгъахэр яIыгъыу Президентым къыпежьащ. Мы унэм щыщ Iыхьэр къуажэ поликлиникэм иIыгъщ. Абы и лэжьакIуэхэр щIыгъуу Къанокъуэ Арсен поликлиникэм и пэшхэм еплъащ. Мы IуэхущIапIэм Зеикъуэ дэс цIыху мини 10-м нэмыщI жылагъуэ гъунэгъухэм щыпсэухэри егъэбыдылIащ. ЛэжьапIэ пэшхэр къемэщIэкI пэтми, поликлиникэм и IэщIагъэлIхэр я Iуэху мытыншым хъарзынэу йохъулIэ. КъБР-м и Президентымрэ республикэм узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Егоровэ Галинэрэ поликлиникэм и дохутырхэр къагъэгугъащ УЗИ аппаратрэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэрэ къащэхунымкIэ зыщIагъэкъуэну. КъыжыIэпхъэщ мы поликлиникэм и къудамэм и унафэщIу икIи районым и онколог нэхъыщхьэу Зеикъуэ и имам Хьэмырзэ Атмир зэрылажьэр. Поликлиникэм икIри хьэщIэхэр кIуащ Бахъсэн Iуфэ Iут Зеикъуэ сымаджэщым. Сымаджэхэм зэрыжаIэмкIэ, хущхъуэм и мызакъуэу, абыхэм сэбэп къахуохъу Бахъсэн къыхиху акъужь къабзэри. Къанокъуэ Арсен дохутырхэми сымаджэхэми гуапэу епсэлъылIащ. Поликлиникэмрэ сымаджэщымрэ зы комплексщ, апхуэдэу щыхъукIэ, IуэхущIапIитIми къапэщыт лэжьыгъэхэмрэ гугъуехьхэмри зэхуэдэщ. Сымаджэщым зэуэ цIыхуи 100-м щеIэзэфынущ, ауэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэхэр яхурикъуркъым. ЦIыху 280-рэ къызэщIэзыубыдэ лэжьакIуэ гупыр Президентым къигъэгугъащ а IуэхумкIэ защIигъэкъуэну. Хабзэ зэрыхъуауэ, псоми зэщIыгъуу сурэт зытрагъэха нэужь, Президентымрэ абы и гъусэхэмрэ Ислъэмей къуажэм кIуащ, абы дащIыхь школыщIэм еплъыну. КъыжыIэпхъэщ Ислъэмей дэт школым и лэжьыгъэр икъукIэ зэрыгугъур. Мыбы сабийхэр сменищу щрагъаджэ. Аращ «школ - сабий сад» комплексыр ухуэным мыхьэнэшхуэ щIиIэр. ШколакIуэу 320-рэ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийуэ 80 зэкIуэлIэну мы IуэхущIапIэр ухуэныр 2004 гъэм кърагъэжьащ икIи мы гъэм яухыну къапэщытщ. Егъэджэныгъэм пыщIа псалъэмакъхэр хуэмурэ къуажэм дэлъ псэукIэми хуэкIуащ. Мыбы кърихьэлIа цIыхубзхэм жаIащ жылагъуэр псыкIэ тэмэму къызэгъэпэща зэрымыхъур. Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ мы жылэм щыщ Абрэдж Iэдиб абы теухуауэ жиIащ Ислъэмей псы къызэрырашалIэр мыгувэу зэрырагъэфIэкIуэнур. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен лэжьыгъэ IуэхукIэ Бахъсэн районым къызэрыщикIухьам кIэух хуэхъуащ район администрацэм и унэм щекIуэкIа зэIущIэр. Ар къызэIуихри, куейм и Iэтащхьэ КъуэщIысокъуэ Юрий зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ районым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и лъэныкъуэ псоми. Бахъсэн къалэр муниципальнэ щIыналъэ щхьэхуэу зэрыхагъэкIрэ мы куейм хэтыжыр къуажэ щIыналъэхэрщ. Псори зэхэту абы километр зэбгъузэнатIэ 829,5-рэ иIыгъщ, цIыхуу 58891-рэ щопсэу. Абыхэм ящыщу цIыху мин 32-м щIигъур лэжьэгъуэ ныбжьым итщ. Районым мэкъумэш щIапIэу гектар мин 66-м щIигъу иIыгъщ. Абы щыщу гектар мин 36-м нэблагъэр вапIэщ, гектари 183-р жыг хадэщ, мэкъупIэхэр гектар мин 15-м ноблагъэ, хъупIэхэр гектар мин 14-м щIегъу. Мэкъумэш продукцэр къыщIэгъэкIыным нэгъабэ мэкъумэш предприятэу 11 елэжьащ. Абыхэм егъэбыдылIауэ щытащ щIы гектар 17535-рэ. Районым мэкъумэш-фермер хозяйствэу 27-рэ щыIэщ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми 2005 гъэм гъавэу тонн мин 58-м нэблагъэ, сэхуран тонн мини 3-м щIигъу, кIэртIофу, хадэхэкIыу куэд кърахьэлIащ. Администрацэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ, ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, хозяйствэ псоми техникэр къазэремэщIэкIыр, зэкIэ къагъэсэбэпхэри жьы дыдэ зэрыхъуар. КъуэщIысокъуэ Юрий нэхъыбэкIэ узыщыгугъ хъуну районым щыIэ мэкъумэш предприятэхэри къыхигъэщащ, ауэ и жагъуэ хъууэ тепсэлъыхьащ гъавэмрэ IэщхэкIымрэ къэлэжьынымкIэ зэфIэкIышхуэ зиIэу щыта районым нобэ щыIэ щытыкIэм арэзы укъызэримыщIым. Абы къыхигъэщащ щIэуэ къызэрагъэпэщ предприятэхэм иджырей технологиер къагъэсэбэпыну зэрыхущIэкъур икIи абы куэдым узэрыщигъэгугъыр. Администрацэм и Iэтащхьэм гулъытэншэу къигъэнакъым къуажэдэсхэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным зэрегугъупхъэри. Апхуэдэу доклад зыщIам зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ районым и хозяйствэхэр техникэкIэ къызэгъэпэщыным, налог, бюджет политикэм, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ хьэрычэт Iуэху курытымрэ зегъэужьыным, социально-щэнхабзэ IэнатIэр къэIэтыным пыщIа къалэнхэр. Къанокъуэ Арсен псом хуэмыдэу фIэгъэщIэгъуэну едэIуащ IэнатIэщIэхэр къызэIухыным теухуауэ куейм щалэжьхэм, абы и лъэныкъуэкIэ ягъэхьэзыра бизнес -планхэр зыхуэдэм. Президентым зэIущIэм кърихьэлIахэм захуигъэзащ районым зэгуэр иIа щIыхьышхуэр къаIэтыжыну къыхуриджэу. Абы цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ республикэм и мызакъуэу, къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр куейми абы и лэжьакIуэ щхьэхуэхэми куэдрэ къызэрыхуагъэфэщар. ЗэкIэ IэнатIэхэр зэрехуэхам и щхьэусыгъуэр экономикэм и зэхэлъыкIэм зэрызихъуэжарщ икIи а «узыфэр» республикэм и адрей щIыналъэхэми еуэлIащ. Къанокъуэ Арсен зэрыжиIамкIэ, сэбэп хъуакъым районым и щIыналъэр зэрагуэшари. Куейм иIэжкъым промышленнэ IуэхущIапIэ лъэщхэр икIи къэнэжар мэкъумэш IэнатIэрщ. Абы къыхэкIыу Бахъсэн районым и бюджетым и хэхъуэ Iыхьэм и процент 80-р дотацэу ирамыту хъуркъым. «Нобэм къэс зэфIэдгъэкIахэмрэ иджыпсту дызэрыт щытыкIэмрэ егупсысыпхъэщ. Дауэ мыхъуми дэ опыт гуэрхэр диIэ хъуащ, гугъуехьхэм я мызакъуэу ехъулIэныгъэ щхьэхуэхэри зэманым къытхудэкIуащ. Дэ зыгурыдгъэIуапхъэщ япэм дызэсауэ щыта хозяйствэшхуэхэр къызэремызэгъыжынур. Абы и лъэныкъуэкIэ КъБР-м и унафэщIхэм я къалэн нэхъыщхьэр иджырей зэманым нэхъ тыншу хэзэгъэнымкIэ Iэмалхэр къызэрагъэпэщынырщ», - жиIащ Къанокъуэ Арсен. Абы къыхигъэщхьэхукIащ хозяйствэхэр зехьэн къалэныр къэралым и пщэ зэрыдимылъхьэжынур, ауэ лэжьэну зи мурадхэм банк кредитхэмкIэ, абыхэм проценткIэ щхьэщатыкI ахъшэм щыщ гуэркIэ защIигъэкъуэну зэрыхьэзырыр. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщащ мыхьэнэ хэха иIэу районым щагъэзэщIэну проект щхьэхуэхэм къэралым и ахъшэ хилъхьэнкIэ зэрыхъунури. Хэхауэ ар тепсэлъыхьащ иджырей кадрхэр гъэхьэзырыным гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэм. КъБР-м и Президентым и жагъуэ хъууэ къыхигъэщащ районми зэрыщыту республикэми финансхэр къазэрыщемэщIэкIыр, банкхэм щIыхуэ къеIыхыным гугъуехь куэд зэрыпыщIар, апхуэдэ кредитхэм ящыщу мымащIэ ирамытыжыфу къызэрынэр. Къанокъуэм ибзыщIакъым къэпщытакIуэ органхэми языныкъуэхэм деж зэрырагъэлейр: «Языныкъуэхэм деж предприятэр къызэIуахыну хунэмыс щIыкIэ абы къэпщытакIуэ органхэм я лIыкIуэу плIы-тху къокIуэ ныкъусаныгъэ гуэрхэр къыщIагъэщын папщIэ. МынэхъыфIу пIэрэт апхуэдэ IэнатIэхэм лэжьыгъэр щызэтеувэху зыщIагъакъуэмэ. Апхуэдэ Iуэхухэм икъукIэ дэ гулъытэшхуэ тхэлъу дыбгъэдыхьэнущ». КъБР-м и Президентым жиIащ Бахъсэн районым и IэнатIэ нэхъ ищхьэу мэкъумэш гъэкIынымрэ Iэщыр зехьэнымрэ къызэрынэр, хабзэ хъуауэ куейм щагъэпэрыт нартыхум хозяйствэ куэд къызэрыдихыжыфынур. А къэкIыгъэр зехьэнымкIэ районым зыщIагъэкъуэн папщIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ гъэ къэс жылапхъэфI дыдэу тонни 100 Венгрием къызэрыщащэхунур. Апхуэдэу республикэм лизингкIэ 2006 гъэм къыIэрыхьэнущ былым хэплъыхьауэ минитI. Къанокъуэ Арсен Бахъсэн районым и лэжьакIуэхэр къыхуриджащ а программэр гъэзэщIэным жыджэру къыхыхьэну. «Дэ сыт хуэдэ фи проектхэри, жэрдэмхэри вдэтIыгъынущ, - жиIащ абы, - ауэ мэкъумэш хозяйствэр къэIэтыжынымкIэ экономикэ лъабжьэ нэс зиIэ программэ районым щызэхалъхьэну дыхуейщ». КъБР-м и Президентым къыхигъэщащ республикэм и цIыхухэм жэрдэмышхуэ зэрахэмылъыр, ахэр нэгъуэщIхэм ящыгугъыу зэрыщытыр и жагъуэ зэрыхъур. Абы и щхьэусыгъуэхэр иджыри зэхэгъэкIын хуейщ. Псом хуэмыдэу Президентыр егъэпIейтей щIалэгъуалэм ящыщу куэд зэрылэжьапIэншэм икIи абы зэраныгъэ куэд къызэришэм. А Iуэхур дэгъэкIыным дяпэкIэ гулъытэ хэха хуащIынущ. Президентым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ къэрал мылъкур зехьэнымкIэ комитетыр къызэрызэрагъэпэщыжам КъБР-м бгъэдэлъ мылъкур къэпщытэжынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэнур. ИтIанэ сакъылэт фондым папщIэ мылъку гуэрхэр зэрагъэпэщыфынущ, къэралым IэщIэлъыпхъэри тэмэму къэзыгъэсэбэпыфынухэм ещэжын хуей мылъкури зэхагъэкIынущ. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщащ хабзэм къемызэгъыу зралъэфэлIа къэрал мылъкур къеIыхыжыным зэрыхущIэкъунур. «Дэ лэжьэну хущIэкъу унафэщIхэм я телъхьэу дыщытынущ, уеблэмэ абыхэм я ныкъусаныгъэ гуэрхэми гу лъыдмытэу блэдгъэкIынущ, ахэр лажьэ закъуэмэ. Дэ дедэуэну дыхуиткъым мылъкур хабзэм тету приватизацэ зыщIахэм, а Iуэхур зэрекIуэкIар нэгъэсауэ дигу иримыхьми», - жиIащ Президентым. Хэхауэ Къанокъуэ Арсен къытеувыIащ республикэр энергиекIэ къызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэм. Абы къыхигъэщащ иджыпсту ди цIыхухэм яIэ хэхъуэмрэ энергием и уасэмрэ зэрызыхуэгъэкIуэгъуейр. «ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къыдэкIуэу дэ ди къалэнщ абыхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэми кIэрыдгъэхуну. ПсэукIэ и лъэныкъуэкIэ дэ тIурэ ныкъуэкIэ дыкъыкIэроху ику иту Урысейм зэрыщыпсэум, ауэ къэрал псом щыщу ди деж газыр щынэхъ лъапIэ дыдэщ». Президентым къызэхуэсахэр къыхуриджащ «я тепIэн еплъу я лъэр яукъуэдиину», хэхъуэхэмрэ хэщIхэмрэ къабжу зрагъэсэну. Апхуэдэу Бахъсэн районым и цIыхухэр абы къыхуриджащ Iуэху нэхъ инхэм тегушхуэну, цIыхухэр лэжьыгъэм драгъэхьэхыну. «Дэ сабийхэмрэ жьыкIэфэкIэхэмрэ дазэрыдэIэпыкъунум дыхущIэкъунщ, ауэ зи къару илъыгъуэхэр пщIэншэу зэрышхэнум дытелэжьэнукъым». Президентым районым пхъэщхьэмыщхьэ щыгъэкIыным щхьэхуэу къытеувыIащ. Абы игу къигъэкIыжащ Бахъсэн ираша пхъэщхьэмыщхьэр Совет Союзым и щIыналъэ псоми щащэу зэрыщытар. Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, цIыхухэр жыг хадэ гъэкIыным щIемыгугъужым и щхьэусыгъуэхэр зэхэгъэкIын, КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и министерствэм зызыщIигъэкъуэну хьэзыр мы IэнатIэр къэIэтыжыным зратын хуейщ. Апхуэдэу куейм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм ящыщу КъБР-м и Президентым къыхигъэщащ ерыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкI, ерыскъыпхъэ сырьем елэжь промышленностым зегъэужьыныр, лажьэу щыIэ предприятэхэр егъэфIэкIуэныр. Къанокъуэ Арсен мызэ-мытIэу къыхигъэщащ Бахъсэн куейм щыпсэухэм хьэрычэт яхэлъу зэрыщытар, иджы ахэр «Iэпэ лалэ» щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэр зэрызэхэгъэкIыпхъэр. КъБР-м и Президентым зэрыжиIамкIэ, дяпэкIэ гулъытэшхуэ зыхуащIыну IэнатIэхэм ящыщщ ухуэныгъэм зегъэубгъуныр, абы ипотекэ кредитхэр къыщыгъэсэбэпыныр, псэупIэрэ щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэмрэ щIыныр. Апхуэдэу Къанокъуэ Арсен жиIащ «энергиер къыпаубыдурэ дяпэкIэ республикэр ягъэшынэну зэрыхэмытыжынур», къытехуа щIыхуэр КъБР-м ипшыныжу зэрыщIидзар. ЗэIущIэм щIэсахэр Президентым Iуэху куэдкIэ къеупщIащ икIи а псоми я жэуап убзыхуахэр къэпсалъэм яритыжащ. Болэт Арсен.
Адыгейм и къэкIуэнум ирипIейтейуэ Мейкъуапэ. Израилым щыпсэу адыгэхэр, я «Шэрджэс конгресс» къызэрагъэпэщын мурадкIэ, иджыблагъэ зэхыхьащ. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэу щытащ Уэркъыжь Аднан. ЗэIущIэм щаубзыхуащ «Шэрджэс конгрессым» и зэхэлъыкIэнур, икIи щыхахащ абы и унафэщIхэр. Уэркъыжь Аднан зэрыжиIамкIэ, Израилым щыпсэу адыгэхэм а зэгухьэныгъэр къыщIызэрагъэпэщар иужьрей зэманым Адыгейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэрщ: республикэм щыIэ законодательнэ базэм щIыналъэр зей адыгэхэр дикъузащ. Ахэр зэрымащIэр къагъэсэбэпу Адыгейр Краснодар крайм хагъэхьэжыну мурад ящIащ. Ауэ дунейм щикъухьа я лъэпкъэгъухэм ар ямыдэу къэувынущ. Адыгейм и республикэ статусыр иIэу къэнэжын хуейщ. «Шэрджэс конгрессым» хэтхэм Iуэхум теухуауэ тхыгъэ хуагъэхьынущ Адыгейм и Президент Щэумэн Хьэзрэтрэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимиррэ. Апхуэдэуи абы зыхуигъэзэнущ Европэм и Советымрэ ООН-мрэ.
Зауэм и кIэр хьэдагъэщ Сыхъум. «Стрингер.ру» хъыбарегъащIэ IэнатIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Абхъазым теуэну Грузием зегъэхьэзыр. Къэралым IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм Михаил Саакашвили унафэ яхуищIащ гъатхэпэм и пэхэм ирихьэлIэу зауэр ирагъэжьэжыну. Интернет-газетым зэритхымкIэ, зауэ операцэхэр япэ щIыкIэ щрагъэжьэнущ Гал районым, иужькIэ Очамчыр, Ткварчел куейхэм теуэнущ. А мурад фIейхэр ягъэзэщIэну Грузиер зыщыгугъыр Кодор аузым ис куржы, шэшэн бандэ гупхэрщ. Абхъаз лъэныкъуэм къызэритымкIэ, куржыхэм а зауэм трагъэкIуэдэну доллар мелуан 294-р США-м къаритащ. Зауэ операцэм и къалэн нэхъыщхьэу щытынур абхъаз администрацэр зэтекъутэнырщ, мамырыгъэр зэтезыIыгъэу щIыналъэм щыIэ урысеидзэхэм яхузэфIэкI зэрыщымыIэр къэгъэлъэгъуэнырщ, 2007 гъэм Абхъазым щекIуэкIын хуей парламент хэхыныгъэхэр къызэпыудынырщ. Абы щхьэкIэ къагъэсэбэпынущ Гал районым куэду щыпсэу куржыхэр. Абхъазым и экономикэм хэхъуэ къезыт курорт, турист бизнесхэри зэтракъутэну щIохъуэпс. «Стрингер.ру» Интернет-газетым къита хъыбарым щытепсэлъыхьым, «Зэхуагъэ» политикэ партым и унафэщI Георгадзе Игорь жиIащ: «Саакашвили и щIыбагъым зауэ къыдэтщ. Абы щIыналъитIри зэщIищтэнущ. Грузиер хущIокъу, Iэмалу щыIэр къигупсысурэ, урысей миротворецхэр игъэулъиину, ахэр ирахужу нэгъуэщI къэралхэм я сэлэтхэр я деж кърашэну. Саакашвили и къулыкъум зэрытета илъэситIым къриубыдэу зэрихьа бзаджэнаджагъэм хуэдиз Шеварднадзе Эдуард президенту зэрыщыта зэман псом илэжьакъым. Къэралыр коррупцэм зэщIищтащ. Мыбыхэм я гум фIы илъкъым». «Захуагъэ» партым и унафэщIым Iуэхум хэкIыпIэу хилъагъуэр зыщ – Саакашвили Михаил и къулыкъум тегъэкIынырщ. Апхуэдэу къэмыхъумэ, Тыркум и нэIэ щIэту НАТО-м и базэхэр Грузием щаухуэнущ, Ираным бомбэкIэ еуэфын хуэдэу аэродромхэр ягъэхьэзырынущ. «Абы и щыхьэтщ Кабулети щыIэ курортхэм ящыщ зыр зауэ сымаджэщу американхэм зэрыратар», - къыхигъэщащ Георгадзе Игорь.
Правительствэр шэсыпIэ йохьэ Черкесск. «Кавказ энергетикэ управляющэ компание» ОАО-м и унафэщI Каитов Магомед и унафэкIэ Усть-Джегута, Карачаевск, Зеленчук районхэм я электросетхэр дагъуэншэу лэжьэфын папщIэ ахэр зыхуэныкъуэнум хуэдиз электрокъарур хуаутIыпщын щIадзэжащ. Абы хуэкIуэн и пэ «КУЭК»-м зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ республикэм и правительствэм: районищым я теплосетхэм дызэрыт илъэсым щIыхуэу зэтрагъэхьа сом мелуаниб-лрэ ныкъуэмрэ, 2004-2005 гъэхэм къатехуа щIыхуэхэм щыщу сом мелуан 25-рэ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу яхуипшыныжущ. Хьэщыкъуей Олег.
Жэман Аминэ уэрэд жеIэ Жэман Аминэ къыщалъхуар Налшыкщ. Ар курыт еджапIэм и 5-нэ классым щIэсу и адэ-анэр Москва щыпсэуну Iэпхъуащ. Аминэ курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къыщиухри, музыкэ еджапIэм абы щыщIэтIысхьащ. Абыи диплом плъыжь къыщихьащ. Аминэ иджыри илъэс 20 хъуакъым. Ауэ зи теплъэкIэ гуащIэ мащIэу къыпщыхъуну хъыджэбз Iэпсыгъуэ-лъэпсыгъуэ цIыкIум и макъыр тегушхуауэ мэIу. Абы игъэзащIэ уэрэдхэр зытеухуар гъащIэм дызыщрихьэлIэ Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэрщ: ар и бийщ залымыгъэм, терроризмэм, лъэпкъхэм яку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэ зэхуэмыдэхэм, нэгъуэщIхэми. Уэрэдхэм я псалъэхэр зытхри, абыхэм макъамэ щIэзылъхьэжри езы Аминэщ. Ар курыт еджапIэм щыщIэсми инджылызыбзэр фIы дыдэу ищIэрт. АбыкIэ и щIэныгъэм нэхъри хигъэхъуэн папщIэ 2002 гъэм Инджылызым кIуауэ щытащ. Къэзыухъуреихь псори а бзэмкIэ зэрыпсалъэм хъыджэбз цIыкIум и гупсысэхэр инджылызыбзэкIэ къиIуэтэфу иригъэсащ. Абы лъандэрэ Аминэ усэхэр, уэрэдхэр зэритхыр абыкIэщ, ар адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ хуэIэ-рыхуэу щыт пэтми. Аминэ къызэрилъытэмкIэ, и гухэлъхэр, и псэр зыгъэпIейтейхэр а бзэмкIэ нэхъ къеIуэтэф. ЗыщIэхъуэпс актер IэщIагъэр зригъэгъуэтын папщIэ, къызэрыгуэкI адыгэ пщащэ цIыкIум хузэфIэмыкIыну къыпщыхъуным хуэдиз абы и къарум къихьащ: зы цIыхум и пIэм 500 щит факультетым и экзаменхэр фIы дыдэу итри, ар Театр гъуазджэмкIэ Урысей академием (ГИТИС) щIэтIысхьащ. Иджыпсту Аминэ 3-нэ курсым щоджэ. Абы зэрыжиIэжымкIэ, курыт еджапIэм и 2-нэ классым щIэсу и адэ Жэман Ахьмэд ар япэ дыдэу Театрышхуэм иша-уэ щытащ. Абы лъандэрэ ГИТИС-м щIэтIысхьэну и нэ къикIырт. Пэжщ, япэ щIыкIэ абы и хъуэпсапIэу щытар балеринэ IэщIагъэрт, ауэ и ныбжьыр нэхъ къыдэкIуэтеиху и хъуэпсапIэр драмэ театрымрэ киномрэ я актрисэм хуэкIуэжащ. И сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ Аминэ уэрэд жыIэным дехьэх. Илъэсих фIэкIа мыхъуу и дэлъху Алим (ар иджыпсту МГИМО-м щоджэ) и гъусэу Къэзан Аслъэн и “Волшебная груша” оперэм хэтауэ щытащ. Апхуэдэуи Аминэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи Лъашэ Альберт и уэрэдхэр жиIащ. ЦIыхухэм я гум дыхьа уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэр Москва илъэси 10-м нэсауэ щыпсэуми, къыщалъхуа Налшык къалэм ар щащыгъупщэркъым. Ар ди республикэм и къалащхьэм щагъэлъагъуэ концертхэм щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунущ: ар хэтащ Налшык къалэм и махуэр щагъэлъапIэм, “Мисс Русское Радио-Нальчик” зэхьэзэхуэм, макъамэ фестивалхэм, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм. И уэрэдхэр ди телевиденэми щызэхэпхынущ. Аминэ и адэ-анэр я IэщIагъэкIэ экономистщ. Ауэ и анэ Бэлэтокъуэ Маринэ и бынхэр гъуазджэм, щэнхабзэм пэгъунэгъу ищIын папщIэ, и къуэмрэ и пхъумрэ кружок зэхуэмыдэхэм ишэу щытащ. Псалъэм папщIэ, Налшык щыдэсым щыгъуэ Аминэ кIуэрт Абыдэ зэкъуэшхэм я балет еджапIэм, шашкэ джэгунми адыгэ къафэми дихьэхырт, сурэтыщI Зэхъуэхъу Валерэ деж зыщигъасэрт. НыбжьыщIэм гуапэу игу къегъэкIыж езыр щеджэу щыта 29-нэ гимназием и театр дерсхэр. ИлъэсищкIэ Аминэ уэрэд щыжиIащ Москва консерваторэм и профессор Конторович Л.З. зи унафэщI хорым. Абы хэту Аминэ зыкъыщигъэлъэгъуащ Москва и концерттыпIэ нэхъ инхэм. Апхуэдэуи хорым концерт зыбжанэ итащ Спиваков Владимир и оркестрыр и гъусэу. Аминэ Москва дэт “Метелицэ” клубым, апхуэдэуи клуб-казинохэу “Империал”, “Солярис”, “Госпожа Удача” жыхуиIэхэм я пшыхьхэм сытым дежи жыджэру хэтщ. Абы и дэтхэнэ уэрэдри спектакль цIыкIу хуэдэщ, артист IэщIагъэм зэрыхуеджэр абыхэм хыболъагъуэ. Иджыблагъэ Аминэ итхащ пшынэм, флейтэм я щIэжьыуэр зыщIэт, цIыхубэ макъамэм ещхьу гъэпса къафэ. И къэхутэныгъэр, уеблэмэ, езы Аминэ игъэщIэгъуэжащ. “Лэжьыгъэм яужь сыщихьам сэ абы кърикIуэнур сщIэртэкъым”, - зыкъеумысыж абы. УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэм и мурадщ зэман дызыхуэкIуэм диск къыдигъэкIыну. Абы хыхьэнущ инджылызыбзэкIэ тха уэрэдхэр. И ныбжьым емылъытауэ зэфIэкIышхуэ къэзыгъэлъагъуэ хъыджэбз цIыкIум ди гуапэу дохъуэхъу ехъулIэныгъэфIхэр иIэну, зыхуейм и Iэр тригъэхуэну. БУДЫЩ Мумэ. Москва.
НыбжьыщIэхэр зэманым докIу ЩIалэгъуалэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ ягъэгъуэтыным и мызакъуэу, абыхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъыным, еджэным къахудэхуэ зэманыр сэбэпынагъ пылъу къызэгъэпэщыным, дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм защIэгъэкъуэным гулъытэ хэха щыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Абы папщIэ КъБКъУ-м къудамэ щхьэхуэхэр щолажьэ, дэтхэнэми къалэн зырыз игъэзащIэу. Абыхэм ящыщщ Мамсыр Алим зи унафэщI Студентхэм я советри. Алим езыри илъэс зыбжанэ и пэкIэ университетым и студенту щытащ, 2001 гъэм экономистхэр, 2003 гъэм юристхэр щагъэхьэзыр факультетхэр къиухащ, аспирантурэм щеджащ. КъБКъУ-м щыщIэсми, абы щекIуэкI гъащIэм жыджэру хэту щыта щIалэм, а IэнатIэм зэрыпэрыувэу и лэжьыгъэм зэрыщIидзар езым игъэунэхуа Iуэхухэрщ. Студентхэм нобэ яIэ псэукIэм, ахэр нэхъ зыгъэпIейтей, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм щыгъуазэ захуэтщIын мурадкIэ, Мамсырым зыхуэдгъэзащ. - Алим, КъБКъУ-м щеджэхэм папщIэ къызэрагъэпэща советым и лэжьыгъэм къызэщIиубыдэ къалэнхэрщ си япэ упщIэр зытеухуар. - Студентхэм я советым и къалэн нэхъыщхьэр еджакIуэхэм я къарур зэгъэуIунырщ, университетым и Iуэху дэкIын папщIэ абыхэми жэуаплыныгъэ ин я пщэ къызэрыдэхуэр ягурыгъэIуэнырщ, ди еджапIэм мыхъуу, республикэ псом и къэкIуэнур абыхэм зэрелъытар я фIэщ щIынырщ. ЩIалэгъуалэм Iэмал имыIэу ящIэн хуейщ къэралыр, республикэр, нэхъыжьхэр къазэрыщыгугъыр, абыхэм я Iуэхум пащэн папщIэ еджэн, я зэфIэкIым хагъэхъуэн зэрыхуейр. КъищынэмыщIауэ, вузым и унафэщIхэмрэ абы щеджэхэмрэ яку зэпыщIэныгъэ дэлъынри ди лэжьыгъэм и зы Iыхьэщ. Сэ КъБКъУ-м и ЩIэныгъэлIхэм я Советым сыхэтщи, Iэмал сиIэщ студенхэр зыгъэгумэщI Iуэхухэр, зыхуэныкъуэхэр унафэщIхэм я деж нэсхьэсыну, ахэр зи ужь итхэм, ялэжьхэми студентхэр щыгъуазэ сщIыну. Ди деж къокIуалIэ факультет псоми я лIыкIуэхэр. Абыхэм гукъеуэ е мурад гуэр яIэмэ къыдахьэлIэ, къыдочэнджэщ, Iуэху гуэр къетхьэжьэмэ, зыдеджэхэм абыкIэ хъыбар ирагъащIэ. Апхуэдэу дызэрызэпыщIам мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гупхэм я Iуэху зыIутым, уеблэмэ цIыху щхьэхуэм и гукъеуэм дыщыгъуазэщ. ИкIи зыкъытхуэзыгъазэхэм дазэрыдэIэпыкъуным дыхущIокъу, ар студсоветым хузэфIэмыкIмэ, унафэщIхэм захудогъазэ. КIэщIу жыпIэмэ, зы Iуэхугъуи гулъытэншэу блэдгъэкIыркъым. - Махуэ къэс зыкъыфхуэзыгъазэ студентхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм ятепщIыхьмэ, сыт иджырей щIалэгъуалэр нэхъ зыгъэпIейтейр, Алим? - Студентхэм ягу щIэныкъуэу япэу къыхагъэщыр я стипендиер зэрымащIэрщ. Ар гушыIэ хъужауэ къекIуэкI пэтми, иджыри къыздэсым зыщIэлъэIур стипендием хэгъэхъуэнырщ. Ауэ сэ ар гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэу къэслъытэркъым, ди зэманым стипендие хъарзынэ яту къысщохъури. Пэжщ, студентым къихь стипендиемкIэ и щхьэр хуэгъэпсэужыфынукъым, ауэ егугъуу еджэмэ, абы къыхухагъэхъуэну Iэмал иIэщ. ЩIалэгъуалэр зыхуэныкъуэхэм ящыщщ спортым зыщыхуагъэсэн пэшхэр зэрымащIэр, еджэным къахудэхуэ зэманыр нэгузыужьу къахузэгъэпэщыныр. Абы и лъэныкъуэкIи диIэ Iэмал псори зэхыдолъхьэри, къызэрезэгъкIэ студентхэм я жэрдэмыр ядыдоIыгъ. А псоми нэмыщI, иджыблагъэ «Зыуэ щыт Урысей» партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и Политикэ Советым «Студентхэм я Совет» къызэригъэпэщащ. Абы сэри сыхагъэхьащи, дяпэкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри щIэгъэкъуэн къытхуэхъуу, студент гъащIэм хэлъ гугъуехьхэр къызэнэкIынымкIэ нэхъыбэ тхузэфIэкIыну согугъэ. - Зи щIалэгъуэхэм я гукъеуэхэр зэрывгъэзэкIуэжым къыдэкIуэу, зеиншэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм, бынунагъуэшхуэхэм къахэкIахэм, иджыри еджэу зэрыша ныбжьыщIэхэм гулъытэ гуэр яхуэфщIыфрэ? - Шэч хэмылъу. Къыхэбгъэщмэ, ар нэхъ зи къалэну щытыр студпрофкомращ, ауэ ди лэжьыгъэхэр зэпыщIащи, дэри ди Iуэху хэдмылъхьэу къанэркъым. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэм я гугъу щытщIкIэ, хуэмыщIауэ псэу студентхэм университетым стипендие хэха зэрахуигъэувыр япэу къыхэгъэщыпхъэу къыщIэкIынщ. КъищынэмыщIауэ, езы студентхэри, КъБКъУ-м щылажьэхэри зыхэт псапапщIэ Iуэху къызыдогъэпэщри, хуэныкъуэхэм дахуоупсэ. Псалъэм папщIэ, и узыншагъэр зэтригъэувэжыну е и унагъуэмкIэ гуныкъуэгъуэ иIэу мылъку хуэныкъуэ ныбжьыщIэм папщIэ, псапащIэ Iуэху къыдохьэжьэри, дэтхэнэми игу пыкIымкIэ зыщIегъакъуэ. Апхуэдэ щытыкIэ дихуа нэужь, ди студентхэр зэрыгумащIэм, зэрыхьэлэлым гу лъумытэу къанэркъым. - ЕджапIэм щIэсхэр зэрызэдэIэпыкъужым и мызакъуэу, псапащIэ IуэхукIэ республикэм и къалэхэм, районхэм фызэрынэсми дыщыгъуазэщ. - Пэжщ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм нэхъыбэрэ дазэрылъэIэсыным иужь дитщ, ар зи жэрдэмыр, дауи, езы студентхэрщ. Иджыблагъэ, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу хьэпшып цIыкIуфэкIухэр, щыгъынхэр, тхылъхэр зэхуэтхьэсщ, кърахьэлIа ахъшэмкIэ IэфIыкIэхэр къэтщэхущ, Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ зыщIыдгъури, сабий ныкъуэдыкъуэхэр, зеиншэхэр щапI унэ зыбжанэм дыщыIащ. Илъэс къэси апхуэдэу гулъытэрэ гумащIагъэрэ хуэныкъуэ ди щIэблэр догъэгуфIэ. - Алим, я гупсысэкIэ, я зэфIэкIкIэ къапщтэмэ, сыт хуэдэ нобэрей студентхэр? Зэманым зыдэзыхъуэжу къалъытэ щIалэгъуалэм сыт я дуней тетыкIэ? - Жыжьэ сызэIэбэкIыжу, зыгуэрхэм езгъэпщэфыну къыщIэкIынкъым нобэрей студентхэр, ауэ илъэс зыбжанэкIэ сынэхъыжьу арами, зэщхьэщыкIыныгъэ гуэрхэр ди зэхуаку зэрыдэлъым гу лъызотэ. Псалъэм папщIэ, мы иужьрей илъэсхэм сыткIэ заужьа жыпIэмэ, щIэныгъэ лэжьыгъэм дихьэххэр нэхъыбэ хъуауэ къысщохъу. Апхуэдэуи студентхэр жылагъуэ гъащIэм нэхъ жыджэр хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ. Республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм езыхэми я гуащIэ халъхьэну хуейуэ, абы и зыужьыныгъэмкIэ жэуап зэрахьыр нэхъ зыхащIэу пIэрэ, жыпIэу уакIэлъоплъ. Иджырейхэм я студентыгъуэ илъэсхэр къызэрамынэкI щIыкIэ, адэкIэ гъащIэм щаубыдыну увыпIэм йогупсыс, абы нэхъ пасэу зыхуагъэхьэзыр. Дауи, апхуэдэу я гупсысэхэм нэхъ заужьауэ щIыщытым щхьэусыгъуэ иIэщ. Ар хъыбарегъащIэ Iэмалхэр куэд зэрыхъуарщ. ТехнологиещIэхэм, Интернетым я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэхэм я къэухьым зеужь. Арауэ къыщIэкIынщ ахэр гъащIэм нэхъ хуэнабдзэгубдзаплъэу, гушхуауэ, хуитыныгъэ нэхъ яIэу къыпщызыгъэхъури. - Я гъащIэ псом зэман нэхъыфIу хэтар студенту щыщыта илъэсхэрауэ къэзылъытэхэр мащIэкъым. Иджыпсту университетым щеджэхэм я «студент гъащIэр» гукъинэж ящыхъун папщIэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр къызэвгъэпэщрэ? - Япэрауэ, студпрофкомыр, студсоветыр, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ КъБКъУ-м и къудамэр – дызэгъусэу илъэсым хэт махуэшхуэхэм хухэха пшыхь гъэщIэгъуэнхэр гъэ къэс идогъэкIуэкI. Апхуэдэуи, я нэгу зэрызиужьым и мызакъуэу, студентхэм я зэфIэкIыр утыку къыщрахьэ, я акъыл жанагъым зыщрагъэужь зэпеуэ, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр щIэх-щIэхыурэ къызыдогъэпэщ. Дызытехьа илъэсым хэтыну махуэшхуэхэр зэредгъэкIуэкIыну щIыкIэхэр убзыхунырщ иджыпсту зиужь дитыр. Абы щыщу ИлъэсыщIэ пшыхьхэр дахэу екIуэкIащ, Студентхэм я урысейпсо махуэм концерт екIу къызэдгъэпэщащ, иджы ФIыуэ зэрылъагъухэм я махуэр къэсащи, ари ягу зэрырихьынум шэч къытесхьэркъым. 2006 гъэм дгъэлъэпIэну махуэшхуэхэм мы гъэм къахэхъуащ Студентхэм я советыр университетым къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 15 зэрырикъур. Апхуэдэ гуфIэгъуэ зэIущIэхэм нэмыщI, студентхэм ягу къинэжу къыщIэ-кIынщ я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ базэм зэрыщагъакIуэри. Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Иджы щыщIэдзауэ Ди щIалэгъуалэм урысей вузхэм, уеблэмэ хамэ къэрал щыIэ еджапIэхэм я щIэныгъэм зэрыщыхагъахъуэм ущымыгуфIыкIыу къанэркъым. Псом хуэмыдэу гуапэщ абыхэм я цIэр фIыкIэ зэрыжаIэр. Си тхыгъэр зытеухуа ГъуаплъащIэ Марини ящыщщ апхуэдэ щIалэгъуалэм. Нарткъалэ дэт 1-нэ курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къиуха иужь, ар щIэтIысхьащ Лъэпкъ ЗэныбжьэгъугъэмкIэ урысей университету Москва щыIэм и социально-гуманитарнэ факультетым къэрал, муниципальнэ управленэмкIэ и къудамэм. Иджыблагъэ абы и адэ-анэ Заудинрэ Светэрэ къаIэрыхьащ РУДН-м и ректор Филиппов Владимир и Iэр зыщIэлъ щытхъу тхылъ. «Ди гуапэу хъыбар фыдогъащIэ фи пщащэ ГъуаплъащIэ Маринэ ехъулIэныгъэ иIэу, экзамен псомкIи «5» къихьу РУДН-м зэрыщеджэмкIэ, - итщ тхылъым. – Маринэ ящыщщ ди университетыр зэрыгушхуэ студентхэм. ФIыщIэ фхудощI апхуэдэ хъыджэбз Iущ, Iэдэб зэрывгъэсам папщIэ. Фи унагъуэм сытым дежи узыншагъэ, насып, зэгурыIуэныгъэ илъыну ди гуапэщ!». Маринэ школым зэрыщIэтIысхьэри еджэныр зыпищI щымыIэу, и классэгъухэм я пашэу щытащ. Предмет псоми фIыуэ хэзагъэ пэтми, класс нэхъыжьхэм щыщIэдзауэ инджылызыбзэр нэхъ къыхихри, ар куууэ иджащ. Курыт еджапIэм щигъуэт щIэныгъэм жыжьэ зэрынихьэсынур езыгъаджэхэми къыдеджэхэми я фIэщ ищIакIэт Маринэ. 10-11-нэ классхэм щIэсу районым и мызакъуэу, республикэм щекIуэкI олимпиадэхэм япэ увыпIэхэр щызыIэригъэхьэрт. Школыр къыщиух 2001 гъэм Москва къикIауэ РУДН-м щIэтIысхьэну хуейхэм экзамен Налшык щрагъэтырти, Марини мурад ищIащ и щIэныгъэр зыхуэдэр къипщытэжыну. Жэуап нэгъэсахэмкIэ профессорхэр арэзы ищIу зэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр итащ пщащэм. Школыр къызэриух экзаменхэр итын щIимыдзэ щIыкIэ, Маринэ а университетым и студент зэрыхъуамкIэ хъыбар кърагъэщIакIэт. Иджыпсту ар 4-нэ курсым нэсащи, и экзаменхэмкIэ зэи «4» къихьакъым, уеблэмэ семинархэм щита жэуапхэмкIэ арэзы егъэджакIуэхэм «5»-р экзаменыншэуи щыхуагъэув куэдрэ къохъу. Маринэ Москва кIуа нэужь, япэ щIыкIэ еджэным щыхуагъэхьэзыр курсхэм зы илъэскIэ кIуащ. Ар хуабжьу къыхуэсэбэпыжащ абы, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, инджылызыбзэмкIэ тэрмэшу лэжьэну хуиту етIуанэ диплом иIэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ а лэжьыгъэм иджы щыщIэдзауэ зэрызыхуигъасэри. Иджыблагъэ Голландием къикIыу Москва къэкIуа гупыр Кремлым щрагъэблэгъам, тэрмэшу щытар ГъуаплъащIэрщ. Университетыр къиухмэ, Къэрал КъулыкъумкIэ Академием и аспирантурэм и щIэныгъэр щыхигъэхъуэну и мурадщ Марини, Тхьэм къригъэхъулIэ!
Шыпш Даянэ. Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъыр щызыгъэIэр Анэдэлъхубзэ! Узыгъэгушхуэ псалъэхэр зэрызыхэпщIэр, узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэри къозыгъащIэр анэдэлъхубзэрщ. Пщэдей си бзэр кIуэдыжынум, СылIэну нобэ сыхьэзырщ, - итхыгъащ дагъыстан усакIуэшхуэ Гамзатов Расул. И бзэм и закъуэкъым абы и псэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэр. Бзэр Iурымылъыжмэ, кIуэдыжыну и лъэпкъри езым и щхьэм япэ ирегъэщ усакIуэм. ЦIыхум фIыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъапIэщ лIэщIыгъуэкIэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ и анэдэлъхубзэр. ЛIэщIыгъуэхэр зэпызыщIэри бзэращ: ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэхэр, IэпщIэлъапщIагъэр, хабзэ дахэр ди деж къэзыхьэсар аракъэ! Абы и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуазэщ ди адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуа уэрэд, хъыбар, псысэ, таурыхъ хьэлэмэтыщэхэм, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэм. Ар уасэ зимыIэ къалэну ди бзэм хузэфIэкIащ. Дунейм нэхъ бзэ лъэщу тетхэм ящыщщ урысыбзэр. Пэжщ, ар умыщIэмэ куэдым ухэнынущ, ауэ ди анэдэлъхубзэми и мыхьэнэр нэсу зыхэтщIэн хуейщ. Мыбдежым сигу къэкIыжащ КIыщокъуэ Алим и усэ сатырхэр: Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым. ЖызыIэ щыIэщ адыгэбзэр къулейсызу, къарууншэу. Ар пэжкъым, апхуэдэу къызыщыхъур адыгэбзэ зыджыну хуэмейхэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къытхэтщ апхуэдэхэри, ауэ абыхэм къагурыIуэу къыщIэкIынкъым, анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIым къызыхэкIа лъэпкъри къыдалъхуахэри зэригъэпудыр. Сэ сызэреплъымкIэ, бзэм нэхъ пщIэ щигъуэтынур Iуэху иризэрахьэу, республикэм и IуэхущIа-пIэ псоми щызекIуэу хъумэщ. Армырамэ, ирагъэкIуэкI псалъэмакъ гъущэхэмкIэ абы и мыхьэнэр къэIэта хъуркъым. НэгъуэщI лъэпкъ и хабзэ хьэхуу къащтэркъым. Ар пасэрей адыгэхэм жаIа ущие псалъэщ. АтIэ дыхуэвгъэсакъ дэ диIэр тхъумэжыным, дыхуэвгъэлажьэ абы и зыужьыныгъэм. Ар къыдэхъулIэн папщIэ, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкIын, адэ-анэхэм я щIэблэм гугъу зыдрагъэхьын, икIэм-икIэжым, дэ щIалэгъуалэм абы и мыхьэнэр зыхэтщIэу щытын хуейщ. Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбатэу, Ди адыгэбзэ, куэдрэ уэ тхуэпсэу! IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм Щыгъуазэ сщIынт слъэкIамэ дуней псор! Къагъырмэс Борис и гупсысэхэм хуэдэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и гум къыщыуштэмэ, ди анэдэлъхубзэр ди гум щыдгъафIэтэмэ, ди лъэпкъым зиузэщI зэпыту зэрекIуэкIынум шэч хэлътэкъым.
Емкъуж Марьянэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и 2-нэ курсым щеджэ.
Адыгэ фадафэ щэнхабзэ Иужь зэманым лъэпкъкIуэдыр къызыхэкIыу жытIэ фадэм губжьрэ ихъу-ипкIрэ хэмыту зэпIэзэрыту дытепсэлъыхьыну фыкъызогъэблагъэ. Фадэ ефэныр лъэпкъым къыддэгъуэгурыкIуэ хьэл хьэмэ зыхэтлъхьа? Дауэ къызэдекIуэкIа адыгэмрэ фадэмрэ? Къетхьэжьа Iуэхур тэмэму зэпкърыха хъун щхьэкIэ, ди адэжьхэм я гупсысэ гъэпсыкIэм дривгъакIуэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм и дэтхэнэ теплъэгъуэри гурыIуэгъуэ щыхъур абы и лъабжьэмрэ къежьапIэмрэ къэбгъуэтыжрэ “укъыкIуэцIрыкIмэщ”: “ТхьэщIагъкIэ зэджэ мэзышхуэр зы мыщхьэщ, уэгум щызеуэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэщ”, - дыдэвгъэкIуейт дэри псынащхьэм. Хьэлэмэтщ, тхыдэм укIуэцIрыплъмэ, цIыхур цIыху зыщI хэкIыпIэхэу дыкъэзыухъуреихь дунейм къызэрыхэбелджылыкI Iэмалхэм (мафIэ щIын, къэкIыгъэхэр Iэрысэ щIын, Iэщхэр IэрыпI къэщIын, н.къ.) ящыщщ фадэр “къэгъэунэхунри”. Лъэпкъым ди щхьэр лъагэу иритлъагъужыну дэри дунейпсо мифологием зы хъыбаркIэ дыхоувэ. Адыгэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, фадэ къызыхащIыкIрэ чэф къозытрэ щIым къыщымыкIыу, щыземыкIуэу, цIыхухэми (нартхэми) ар зищIысыр ямыщIэу щытащ зы зэман. Фадэр зэращIыр зыщIэри ар зезыхьэри Iуащхьэмахуэ щыгур зи хэщIапIэ Тхьэхэрат. Абыхэм илъэсым зэ санэхуафэ ящIырти, ЩIым щыпсэухэм щыщу лIыгъэ нэхъ къызылъыкъуэкIар драшейт, зы бжьэ закъуи кърагъафэрт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, къыкIэлъыкIуэ санэхуафэм Лъэпщ и лъэIукIэ Сосрыкъуэ драшейри, зы бжьэ кърагъафэ. ЛIыхъужьым и гур къэжанащ, къыIурыIэфIащ, Тхьэхэм я хабзэр яригъэкъутэу етIуанэбжьэр къратыну хигъэзыхьащ. АдэкIэ хъыбарыр хэбдзын хэмылъу хьэлэмэтыщэщи, зэрыщытым хуэдэу къызохь: “Дэ псоми яхуэтшийуэ щытар зы бжьэ закъуэщ”, - жиIащ Псатхьэ. “Хабзэр зэрыпщIщ”, - жиIэу Мэзытхьэ къэтэджри, Тхьэ кIадэм щхьэщыуващ, бжьэр иIыгъыу. “Мыр сыт? И щIэр умылъагъуу, плъагъур къигуэщIыкIыу? - щIэупщIащ Сосрыкъуэ, - сыту гъэщIэгъуэн!” “ГъэщIэгъуэныр абы и лъащIэм хэлъ санэ жылэрщ. Ар къызэрыкIырщ. Абы гуащIагъыу щIэжырщ. Ар зыгъэкI си лъэщыгъэрщ”, - жиIащ Тхьэгъэлэдж. Сосрыкъуэ ар щызэхихым, санэ кIадэм еплъ хуэдэу зищIри кIадэм бгъэдыхьэщ, псынщIэу кIадэр къипхъуатэри, - “Фэ фызэфэ фадэр цIыху цIыкIухэм я фадэ ухъу!” - жиIэри, кIадэр Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхыфIихуэри щIылъэм къытридзащ. Тхьэхэм я кIадэр щIым зэрытехуэу зэгуэлъэлъри абы ит санэр нарт Хэкум илъэдащ. Санэхум хэлъ жылэхэр щIым зэрыхэхуэу къыхэкIыкIыжахэщ. Санэ къэкIахэр нартхэм щалъагъум, Сэтэней гуащэ деж яхьащ. Сосрыкъуэ щыIэххэт Сэтэней гуащэ дежи: “Мы къэкIыгъэр Тхьэхэм я фадэщ”, - щыжиIэм, Сэтэней санэр кIадэм ирилъхьэри абрэмывэ триIубэжащ. Илъэс нэхъ дэмыкIыу санэху къыщIихуам абрэмывэр кIадащхьэм къытридзащ. КIадэм ит санэхум нартхэр хэфыкIри, гу жан хъуахэщ. Абдежым къыщыщIэдзауэ нартхэм къащIащ санэху зэращI щIыкIэр”. Зэрынэрылъагъущи, мы хъыбарым зи гугъу ищIыр шагъырщ. Фадэр зыгъэхьэрэм ислъам диныр ди лъэпкъым зэман кIыхькIэ къеныкъуэкъуащ ар IэщIыб иригъэщIыну. Ауэ адыгэр адыгэу къэнэжащ мыбдежми (нэгъуэщIу жыпIэмэ - мажусий нэсу): къудамэм къыпыкIа пхъэщхьэмыщхьэм къыхэщIыкIа фадэр зэрыхьэрэмыр ислъамым диIыгъащ, абы щыгъуэми Тхьэгъэлэдж къахуихута хумрэ нартхэм къыхуагъэна нартыхумрэ (лъэпкъ гупсысэкIэ) къыхэщIыкIа махъсымэр игъэкъабылащ. ФщIэжрэ махуэм нэщI иса ди адэшхуэхэр фо махъсымэ къыпыфыкIыурэ хэщхьэжу зэрыщытар? Догъэзэж псынащхьэмкIэ. Адрей лъэпкъхэм хуэдэу адыгэм пасэу гу лъитащ фадэ ефа цIыхум и хьэл-щэным (зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм, н.къ.) зэрызихъуэжым. Абы и щIыIужкIэ къыгурыIуащ а зыхъуэжыныгъэм фIы и лъэныкъуэкIи е и лъэныкъуэкIи иунэтIынкIэ зэрыхъунур. Мис а фIымрэ емрэ я зэхуаку дэлъ мардэр, фIыр е хъууэ щыщIидзэ гъунапкъэр къилъыхъуащ ерыщу ди лъэпкъым. Дыхэплъэнти фIым. “Уэрэдыр фадэм къыхокI” жызыIа адыгэм фадэм и мащIэр зэрыгурыхьымрэ абы гукъыдэж дахэ къузэритымрэ пасэу къигъэунэхуащ, “фефэм, фи фэр дахэ ищIу”, - кIэлъыжиIэжащ абы. Мы щытыкIэр сыту дахащэу къиIуэтэфа Къэбэрдейм ди джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ: “Фадэр ди гум ЗыхищIэмэ, нэжэгужэщ, Жэрым дытрегъэж, Бланэм дытрегъакIуэ, Дегъэбзэрабзэ, дегъэгубзыгъэ”. Мыпхуэдэ ефэкIэр, щытыкIэр Тхьэм и щIасэу къилъытэрт лъэпкъым. Аращ, дауи, екIуу уефэнымрэ екIуу цIыхум уахэтынымрэ зыуэ ябжу щIыщытар: “Пщыми уэркъми фахэтыфу, фадэ ефэнкIэ фыIэрыхуэу”. Адыгэ псалъэ гъэпсыкIэм, образ пкъыгъуэ къэлъыхъуэным щIыпIэшхуэрэ мыхьэнэшхуэрэ щеубыд фадэмрэ абы епха теплъэгъуэхэмрэ. Хъуэхъужьхэм щауэм зыщыхуагъазэкIэ, “фадафэм и гугъур ягъэш зэпыту”, “фо махъсымэхэр хуагъэжабзэу” къекIуэкIыну хуохъуахъуэ. НысащIэм дежкIэ загъазэмэ, “МахъсымэщIырейуэ, ищIыр хъууэ, и псалъэр фоупсрэ и фадэр Балъкъыпс къиуауэ, фадэфIым и бащэу дахэу Iущэщэну” хуэхъуахъуэхэрт. Адыгэм я деж фадэм апхуэдизу увыпIэшхуэ щиубыдырти, цIыхум и гъащIэр берычэт, щыз зыщIхэр къыщрабжэкIкIэ, фадэри абыхэм яхэтт: “Гъэшыр гуэл хуэдизу, кхъуейр шэрхъ хуэдизу, фор щибгъуу, фадэр псы къиуауэ”. Иджы мардэм, гъунапкъэм адэкIэ щыIэм лъэпкъыр зэрыбгъэдыхьэм девгъэплъ. Фадэм и егъэлеям цIыхур цIыху щытыкIэм зэрыришми ар къару фIыцIэхэм зэрызыщIаубыдэми пасэу гу лъатащ адыгэхэм. Нарт хъыбарыжь дыдэм мыпхуэдэ теплъэгъуэм дыщрохьэлIэ: “Сосрыкъуэ санэ ефати, мы лъэрыгъым уи лъакъуэр ихи си лъакъуэр изгъалъхьэ”, - жиIэри Джылахъстэн пиубыдащ. ФщIэжрэ, Лашын нартхэм щахуэусэм къыхэхуэ едзыгъуэр: “Сызыхуэмей щауэ гущэри нывжесIэнкъэ... ЛIым и хьэл ефэн фIэкI абы хэмылъым...” Аргуэру Агънокъуэ Лашэ дежкIэ зыдгъэзэнщи: “Стэканым и щIэр псынщIэу вгъэщIей, фи лъакъуэр къигъэщIейм, фызэфар фи хьэрэмщ!” “Фадэм текIуа щыIэкъым” жызыIа лъэпкъым фадэр къызытекIуахэм якIэлъыплъурэ мыхъумыщIэм зэрызыщыдзеин хуейр псалъэжь шэрыуэ зыбжанэкIэ игъэжащ: “Бжэныр ефэри, дыгъужьым езэуэну кIуащ”, “Чэф хъуа нэужь, зи адэшхуэр зыгъеижа нэхъей”. “Ныкъуэделэр ефэмэ, делэ дыдэ мэхъу”. Мы щхьэусыгъуэращ пасэм щыгъуэ дэкIуэну зызыгъэхьэзыр хъыджэбзым Iэмал имыIэу щIалэр фадэ Iухуауэ зригъэлъагъуну чэнджэщ щIрату щытар. ЗэрыфщIэщи, фадэм цIыхум и фэрыщIагъыр “щхьэщегъэкIуэт”, япэрауэ, етIуанэрауэ - Iей игу илъми, фIы игу илъми “къыдрехьей”. Мыбы сыт тежыпIыхьын зы псалъэжь фIэкIа - “Нэм щIэлъыр Iугъуэм къыщIеху, гум илъыр фадэм къреху”. ХабзэкIэ нахуэу пэувкIэ зыпэмылъэщыну лIыхъужьым и тIасхъапIэр къалъыхъуэрэ, хьэгъэщагъэ хуекIуэу щытащ адыгэхэр. ФщIэжрэ нартхэм и лъэгуажьэ мыпсыхьу къэнамкIэ Сосрыкъуэ жаншэрхъым къызэрырагъэуар, зи лъэгудыгъуэр щабэ Тхъуэжьей псыхъуэрыжэ зэрыхуащIар? Иужьрей хъыбархэм къыхэщыж хьилагъэхэм ящыщщ лIыхъужьыр ефауэ зэбгъэгъуэтыныр. Лъэпкъ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, уей-уей жезыгъэIэу щыта ЕщIэнокъуэхэ Уэзырмэсрэ я нэхъ есу Темыркъанрэ илъэсым зэ ефэхэу арат. Я бийхэм абы зрагъэхьэлIэри чий набжитIыр трагъауэщ, езыхэр абы теувэжхэри къамэдзэхэр чий зэхуакум дагъэжурэ гуузу зэкъуэшитIыр яукIауэ щытащ. КIадэм ит фадэр къыдокIуей, йохыж, “мэбауэ”, “мэIущащэ”, “мэпсалъэ”. Псэ Iуту игъэувт пасэрей адыгэм фадэр. Абы къыхэкIыу лъэпкъым махуаер къыщыщIэзэрыхьам деж, фадэми а гузэвэгъуэр зыхищIэу къалъытэри: “Уэр а махуэм санэху кIадэр щхьэ захуэт!” - мэгуIэри мэгузэсэж уэрэдыжьыр. Иджыри зы теплъэгъуэ. Махъсымэр куэдрэ щытмэ, щыуэ зэщхьэщокI. И лъащIэм къыщыщIэддзэрэ дыкъыдэкIуеймэ, и лъабжьэ дыдэм зэреджэр “быркъут”. Мыр лэжьакIуэбэм я фадэт. Абы и щхьэмкIэ къакIуэр фадэ пIащIэт. Мыр зи фадэр уэркъхэрат. Пщыхэр зэфэр нэхъ жэбзауэ ищхьэм тет фадэ фIыцIэрат (Бзылъхугъэр куэдрэ дэсмэ, мэутхъуэ, фадэр куэдрэ щытмэ, мэжабзэ). Къыщрагъахъуэм деж кIадэр ямыгъэхъейуэ, къагъэщIейуэ фадэр апхуэдэу зэщхьэщахт. Махъсымэм и плъыфэми кIэлъыплъхэрт. Сэ сщIэркъым, сыщыгъуазэкъым тхьэкIумэкIыхьым и лъыр плъыфэкIэ адрей псэущхьэхэм я лъым къызэрыщхьэщыкIыр, ауэ махъсымэм и фэр яфIэдахэмэ, “тхьэкIумэкIыхьылъу плъыжьыфэт” жаIэрт. Фадэм и фэр пыкIамэ, “я махъсымэр къундэпсоуфэщ” жаIэрт. “Фадэр хакIуэщ” жызыIа лъэпкъым фадэ ефэныр зэрышэкъэуэжыр фIыуэ къыгурыIуэрт. Мы Iуэхум Iэдэбу, зэман уиIэу убгъэдыхьэн хуейт, фадэр хъыбарымрэ уэрэдымрэ, къафэм хэгъэшыпсыхьын хуейт. “ПIащIэр сэ къызихьэлIащэрэт”, - жиIащ фадэм. Хэгъэзыхь делэри лъэпкъым диIакъым. “Фызыр гуакIуэрыкъашэщи, фадэр гуакIуэры- ефэщ” щIыжаIари аращ. ЛIыпIэ имыува щIалэ цIынэхэри ирагъафэртэкъым. ЗыплъыхьакIуэхэм хъыбар хьэлэмэт къытхуагъэнащ мыбы теухуауэ. “Я щIалэхэм Iэзагъэшхуэ зыхэлъ хъунщIэ къамыщIауэ е хэку псом зылъащIыса укIыгъэ ямыщIауэ санэхуафэм бжьэ къыщраткъым”, - етхыж Жан де Люкка 1625 гъэм. Хъункъэ-тIэ псалъэ гъущэкIэ фызэрыщызгъэсар? ФыкъекIуэталIэ иджы, жьэгум езгъэувэлIа адыгэ Iэнэ цIыкIум фыкъетIысэкI. Жыгей дакъэжь мафIэм хэзгъэлъэдауэ согъэплъ тIууалэ зи бгъуагъ адыгэ дзасэмрэ пэрыIэмбэмрэ. Адыгэ мэлым и щэджанэм лыIу-лыIуу хуэкIыхьу кIуэцIызгъэджэрэза къанжэуапIэр (мыр Iэщышхуэм ейщ) нышэдибэ лъандэрэ зэхошыпсыхь. Къызощтэ дзасэ къэплъари, и кIыхьагъкIэ мыбы кIуэцIрызогъэж, дэпым лъагэу тызоубыдэжри, хуэмурэ согъэджэрэз. Мис, щIэх дыдэ щэджанэр дыщафэ мэхъу. Хьэзыр хъуащ (Iэщышхуэр щызекIуи щытIыси къанжэуапIэр хъейркъым, мыбы хуэи хъыщти хэлъкъым, апхуэдизу щабэщи, щэр дыщафэ щыхъум абы дожьэ). Къащтэ, ди анэ, адыгэ нартыху мырамысэр, фалъэшхуэм бэлагъыщхьэ зырызу илъу, мыбы дагъэр пызмыгъэткIуурэ тезгъэуэнущ. КъыщIэфхьэ иджы щIыб щIыIэм сытхъум щибла махъсымэ кIадэр. СотIатэ шэху пщтыр езгъафэу ар пкъырымыдиихь щIыкIэ щыспхыкIыу езыр-езыру зызыкъузыжа лэрыпсыр. ТызогъэкIуэт кIадащхьэм хуабэ щIыкIэ тесIубэу зытезыукъуэдиежа шэхудэр (“Фызыр щIалэ щIыкIэ ягъасэ, шэхур хуабэ щIыкIэ яхуз”). Феплъыт махъсымащхьэм телъ безынэхэм. Мыхэр фохьэкIуэу тхьэмахуэ и пэкIэ щыхэздзам щIэтIысыкIхэри иджыри къэс фадэ лъащIэм щIэлъащ. Махъсымэм фощхьэтегъэжыр “кIуэцIрышэсыкIри” фор “къыщришхыкIым”, безынэр псынщIэ къэхъури къыдридзеижауэ аращ. (Фадэр ткIыбжь ящIынумэ, мэкъупIэ фо хадзэрт, щабэ ящIынумэ, кIарц фо хадзэрт). Изогъахъуэ кхъуэщыным къыхэщIыкIа фалъэ цIыкIухэм. Феплъыт абыхэм я джабэр махъсымэ щIыIэм къызэригъэбэкхъыр, “къызэригъэпщIантIэр”. Къафщтэт! (Iэпэ джэдыкIэхэр гуапэу къызэригъэщIыIэтыIэ). ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ! Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу щIылъэ щхъуантIэр щызэпцIагъащIэм гущэхэлъ ныбжьым итауэ зыщIэжыр дэракъэ?! Ди Тхьэгъэлэджкъэ хур къытхуэзыхутэу щIым и махуэр къызэзыгъэдзэкIар?! Ди Амыщкъэ мэзым Iэлу щIэт Iэщыр IэрыпI тхуэзыщIар?! Ди Лъэпщкъэ Iэдэрэ гъубжэрэ тхуэзыщIу щIыгумрэ уэгум- рэ здызэпыхьэр къихутэну ежьар?! Ди Мелисэкъэ (бжьэмрэ фомрэ я тхьэгуащэр) дунейр мафIэ лыгъэм щисыжым, IэгъуапэкIэ бжьитI тхуэзыхъумар?! Ди Ашэмэзкъэ жыг итрыгъур зэрывумрэ шыкIэр зэрыфиймрэ гу лъитэу дыкъэзыухъуреихь дунейм къыхэIукI макъхэм макъамэ дахэр шыкIэпшынэкIэ къыхэзышар?! Ди Псатхьэкъэ дэ дыкъызытехъукIыжа нартхэм къахэупщIыхьар: “Хэлъэтышхуэ фхэмылъу, гуащIэмащIэу гъэ мин гъащIэкIэ фыпсэуну фыхуей?” жиIэу. ФщIэжрэ жэуапу еттар? “Iэщым хуэдэу дыбагъуэу, гъэ мин гъащIэкIэ дыпсэуну дыхуейкъым. ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIауэ гъащIэ кIэщI. ИтIанэ, ди яужь къэкIуэнухэм ягу дилъыну, дащымыгъупщэжыну!” ТкIуэпс нэхъ мыхъуми, адыгэлъ къызыщIэна дэтхэнэ зыми ди хьэкъщ мыхэр дигу илъыну, дызыкIэлъыплъыжыну. Ди Тхьэ лъапIэхэр фызогъэлъэIу адэжь щIэиным хэдгъахъуэ мыхъумэ, кIэредмыгъэчыну. Фалъэшхуэм итыр фалъэ цIыкIум иткIэурэ къыдэхуэм дефэну дигу къэдвмыгъэгъэкI! МафIэ жылэрэ ху жылэрэ кIуэдыжыху ди лъэпкъ дахэр мы щIыгум щызэхэзекIуэну Тхьэм жиIэ! Девгъафэ, ар къыздэфIыгъмэ. Зэт, фымыпIэщIэжыт. Плъыжьыбзэу плъа пэрыIэмбэр дакъикъэ бжыгъэкIэ фи фалъэхэм хэзвгъэIу. Зэхэфхрэ махъсымэр къитхъутхъукIыу къызэрыпсалъэр? Флъагъурэ фадащхьэм къыдэуея тхъурымбэ дыщафэр? Мис иджы хуэмурэ догъэщIей. Япэ щIыкIэ Iупащхьэр тхъурымбэ пщтырым хощIэ, итIанэ и лъащIэмкIэ махъсымэ щIыIэр къакIуэу щIедзэ. Къеуэ иджы, шыкIэпшынауэ, Къуажэбердыкъуэ и шэхэх уэрэдым. АдэкIэ..., адэкIэ... сэ къысхудэшеижыркъым. Гъыр шыкIэпшынэра хьэмэ сэра? Фадэр акъыл зиIэм и бжьэпэтехуэщи, Акъылыншэм и напэтехщ.
Хэкурэ хабзэрэ!
ЦIыпIынэ Аслъэн, филологие щIэныгъэхэм я доктор, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Лъэпкъым и пщ1эр къэIэтыжын МафIэдз Сэрабий и тхыгъэ “Игъуэ нэсащ пэжыр жытIэну” жыхуиIэм сигу къигъэкIыжащ “ЦIыху губзыгъэм уепсалъэмэ, нэхъ узыншэ уохъу” псалъэжьыр. МафIэдзым и тхыгъэм къыщеIэт лъэпкъ напэр, щIыхьыр хъумэн зэрыхуейр. Псалъэмакъым пысщэу сэри жысIэну сыхуейт: кавказ лъэпкъхэм я цIэ дахэр я гъунэгъу жыжьэхэм деж щегъэгъуэтыжын хуейщ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, урыс, белорус, украин хъыджэбзхэр бгырыс щIалэ екIухэм дэкIуэну хуейуэ щытащ. Москвадэсхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэм Кавказым къэIэпхъуэну я хъуэпсапIэт. Сэ си ныбжьым итхэм фIыуэ ящIэж 1937 гъэм байдаркэкIэ Налшык икIыу Москва кIуахэм гуапэу къазэрыIущIар. Псоми дощIэж ди тхакIуэ, къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэр ягъэлъапIэу зэрыщытар. ПсынщIэу, гугъуехьышхуэ хэмылъу, бгырыс цIыхум и пщIэр зэфIэбгъэувэжыфынущ. Абы щхьэкIэ абыхэм яIэщ усакIуэ, уэрэджыIакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэм къищынэмыщIа, къурш дахэхэр, псынэпс къабзэхэр. А пщIэр къэпIэтыжын папщIэ, бзэр, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр хъумэн хуейщ. Телевиденэм и нэтынхэм щIэх-щIэхыурэ лъэпкъ уэрэдхэр, макъамэхэр къегъэтыпхъэщ. Дуней псом адыгэ къафэмрэ адыгэ фащэмрэ яфIэтелъыджэщ. Ауэ адыгэ фащэ зыщыгъ нобэ ди уэрамхэм ущрихьэлIэжыркъым. Сыт ягъэ кIынт хьэгъуэлIыгъуэхэм деж нэхъ мыхъуми, ныбжьыщIитIым лъэпкъ фащэ ящыгъамэ. Хамэ къэрал фIэщыгъэцIэхэри адыгэбзэм, балъкъэрыбзэм щыщ псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын хуейщ. Апхуэдэу лъэпкъ шхыныгъуэхэми яхуэфащэ увыпIэ егъэгъуэтыжыпхъэщ. Абыхэм псори хущIэкъумэ, лъэпкъым и цIэр фIыкIэ дэнэкIи щыIунущ.
ПОЛИЩУК Иван.
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, “Кабардинкэ” къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэу куэдрэ лэжьа Молей Алихъан илъэс хъуауэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм (Иордание, Амман къалэ) и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр егъасэ.
|
|
||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||
|