|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым)и13 |
|||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||||||
ГЪУНАПКЪЭЩ1ЭХЭМ ДЫХУЕЗЫДЖЭ ДЭФТЭР
Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ республикэм и Парламентым и зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат УФ-м и Федеральнэ зэхуэсым хэтхэу ди щIыналъэм щыщхэр, Правительствэм, Парламентым, суд IэнатIэм, ХэхакIуэ комиссэм, Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм, федеральнэ, щIыналъэ органхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, еджапIэхэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, политикэ партхэм, творческэ союзхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, журналистхэр. ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Бечелов Ильяс. Къызэхуэсахэр къызэщIотаджэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гимныр мэIу. Абы и ужькIэ Парламентым и тхьэмадэм хэIущIыIу къещI зэхуэсыр зытеухуар. Ар КъБР-м и Президентым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Зэрызыхуигъазэм едэIуэнырт, абы теухуа унафи къэщтэнырт. Мыхьэнэшхуэ зиIэ дэфтэрым къоджэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президент Къанокъуэ Арсен. Ар купщIафIэу топсэлъыхь республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным , гъащIэм и IэнатIэ куэдым Iуэхухэр сыт и лъэныкъуэкIи щегъэфIэкIуэным, дяпэкIэ лэжьыпхъэхэм, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, Къанокъуэм къыжиIащ республикэм и экономикэр къэIэтыныр, политикэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэщIэхэр егъэгъуэтыныр, къэрал унафэр зыIэщIэлъхэмрэ цIыхубэмрэ зэманым къызэригъэувым хуэдэу зэдэлэжьэныр, быдэу зэкъуэувэныр унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къызэрилъытэр. Президентыр зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, щIэблэр егъэджэным, гъэсэным, узыншагъэр хъумэным, щIыуэпс къулеигъэхэр гъэбэгъуэным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдми къыщыгъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ. Социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я гугъу щищIым, Президентым и псалъэм къыхигъэщащ цIыху мин 14 хуэдизым я псэупIэхэр егъэфIэкIуэныр къалэн гъунэгъухэм икIи нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Къанокъуэм къигъэуващ республикэм 2006-2010 гъэхэм, итIанэ 2020 гъэм нэсыхункIэ социальнэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ зэрызиужьынум теухуа программэр егугъуу гъэхьэзырын хуейуэ. Парламентым и УнафэщIым къыхилъхьэри, депутатхэм къащтащ Зэрызыхуигъазэм теухуа унафэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ дэфтэрым щыубзыхуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ Парламентым, Правительствэм, республикэм и къэрал къулыкъущIапIэхэм ялэжьыпхъэ къалэн пыухыкIахэр. Тхьэмокъуэ Барэсбий.
СИ ХЭКУЭГЪУ ЛЪАП1ЭХЭ!
Президент Къанокъуэ Арсен, республикэм и унафэщI псоми, апхуэдэуи КъБР-м и цIыхухэм ящыщу сэрэ “Адыгэ” сабий къэфакIуэ ансамблым хэтхэмрэ къызэрыттеуам къыхэкIыу къыттегузэвыхьахэм си псэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI. Фи Тут Заур.
ДИ КЪУЭШ РЕСПУБЛИКЭХЭМ Езым и лъэIукIэ
Мейкъуапэ. Адыгейм и Президентым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, республикэм и УнафэщI Щэумэн Хьэзрэт и чэнджэщэгъу Хьэгъур Айтэч и къулыкъум текIащ. Президентым и унафэм къызэрыхэщымкIэ, Хьэгъур Айтэч езым и лъэIукIэ зыпэрыта IэнатIэм пэрыкIащ. ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, къулыкъум илъэс иримыкъукIэ тета, социологиемкIэ профессор Хьэгъур Айтэч республикэм и цIыхухэм, псом хуэмыдэу интеллигенцэм бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтакъым. И къулыкъум щIытекIари аращ.
Къыхудэхьэхыркъым
Сыхъум. Грузием и Президент Саакашвили Михаил иджыблагъэ жиIащ Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ къагъэзэжу щытмэ, Грузием хэту автономие яритыну. “Автономием и мызакъуэу, Грузием и центр властым абыхэм я лIыкIуэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ щытынущ икIи абыхэм я псалъэми дыщIэдэIунущ. Тбилиси хьэзырщ къэрал суверенитетым къищынэмыщIа Абхъазми Осетие Ищхъэрэми сыт хуэдэ Iуэхугъуэри ядиIыгъыну”, - къыхигъэщащ Грузием и Президентым. Саакашвили Михаил и псалъэхэр Абхъазым щызэхамыхыу къэнакъым. “Грузием и унафэщIхэм япэм ялэжьа бзаджэнаджагъэр, лъапсэрых зауэ къыдащIылIауэ зэрыщытар къалъытэжын хуейщ. Саакашвили Михаил къызэгуригъэIуамэ арат, Абхъазыр абы зэрыфIэкIуэдар. Республикэм зэи Грузием игъэзэжынукъым. Ди щIалэгъуэлар хуейкъым Грузием хэту псэуну. Дэ гъуэгу къыхэтхар къэралыгъуэ щхьэхуит дыухуэну аращи, зэрызэдгъэхъулIэнум яужь дитынущ”, - жиIащ Абхъазым нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Шамбэ Сергей. Абы и псалъэхэр диIыгъащ республикэм шынагъуэншагъэмкIэ и Советым и секретарь Лакобэ Станислав: “Грузием хыхьэжын мурад Абхъазым иIэкъым, дапхуэдэу Саакашвили абы щIэмыхъуэпсами”. Хьэщыкъуей Олег. «Ар нэхъ пасэу тхэкIыжащ»
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Абазакт къуажэ цIыкIум къыщыхъуа Къалмыкъ Юрэ и щIэныгъэкIэ, и къулыкъукIэ, и цIыхугъэкIэ здынэса лъагапIэм хуэдэ куэдым я насыпым къихькъым. ПщIэ зыхуригъэщIын хузэфIэкIащ, жыхуаIэ цIыхухэм ящыщащ Къалмыкъыр. СССР-м, УФ-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я депутату, УФ-м юстицэмкIэ и министру 1993-1994 гъэхэм щыта юрист цIэрыIуэм куэд ищIащ къэралыгъуэшхуэм и лъэлъэжыгъуэмрэ Урысейм и хабзэщIэхэр убзыхун щыхуеймрэ я лъэхъэнэм къриубыдэу. Юрэ и гукъэкIыжхэр къыщиIуэтэжа “Повороты судьбы” тхылъым къанэ щымыIэу наIуэ къыпщещI а зэманыр зыхуэдар. Зы цIыхум дауэ апхуэдиз хузэфIэкIа, жыпIэу бгъэщIагъуэ хъунущ къэрал Iуэхушхуэхэм къинэмыщIауэ Къалмыкъыр лъэпкъ Iуэхуми гурэ-псэкIэ зэрыбгъэдэтам тепщIыхьмэ. 1991 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэр къыщызэрагъэпэщым, Юрэ абы и президенту хахати, а IэнатIэр щиIыгъаи щимыIыгъаи къэхъуагъэнкъым ДАХ-м и нэIэ щытримыгъэта. Илъэсибгъу дэкIащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа лIы щыпкъэр, щIэныгъэрэ акъылрэ, гъэсэныгъэрэ шыIэныгъэрэ зыхэлъар, дунейм зэрехыжрэ. А цIыху гъуэзэджэм и фэеплъу Къуэжэм Исмэхьил триха “Он ушел раньше” документальнэ фильмыр щэбэт кIуам Налшык щагъэлъэгъуащ. Сыхьэтрэ ныкъуэкIэ екIуэкIа фильмым Юрэ и Iыхьлыхэр, Урысей Федерацэм политикэ, жылагъуэ, щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и цIыху пашэхэм ящыщу Черномырдин Виктор, Эбзеев Борис, Яковлев Александр, Алексеев Сергей, Цебуленкэ Федор, Крашенинников Павел, апхуэдэуи Нало Заур, нэгъуэщIхэри къыщопсалъэ, Юрэ ягу къагъэкIыжу. Фильмыр Москва, Европэм и къэрал зыбжанэм, США-м, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэм щагъэлъэгъуащ. Ар тезыха Къуэжэм Исмэхьил зэрыжиIэмкIэ, илъэсищ и пэкIэ зяужь ихьа лэжьыгъэм спонсор нэхъыщхьэ хуэ- хъуар “Синдика” фирмэм и унафэщIу а зэманым щыта Къанокъуэ Арсенщ. Фильмым еплъыну кърагъэблэгъахэм ящыщ Нало Заур зэрыжиIамкIэ, режиссерым а лэжьыгъэшхуэм пэжыр гъуазэ хуищIащ. “Фатум” ООО-мрэ “Консультант Плюс” ООО-мрэ я фIыщIэщ фильмыр Налшык къызэрашар. Хъыбар зэрыщыIэмкIэ, ди щIыпIэ телевиденэм ар къигъэлъэгъуэнущ.
Исхьэкъ Лианэ.
«Т» ЦЕНТРЫМ ЗЫРИ ТЕУАКЪЫМ
КъБР-м и прокуратурэм къызэритамкIэ, дыгъуасэ сыхьэтыр 10-рэ дакъикъэ 55-м УФ-м и МВД-м Ипщэ Федеральнэ округым щыIэ и Управленэ нэхъыщхьэм и “Т” центрым и пщIантIэм дэт хъумакIуэ шордакъым, зэрыхуэмысакъам къыхэкIыу, Iэщэ къыщыуащ. Ар къыщыхъуа щIыпIэм кIуа гупым хэтхэр ирихьэлIащ уIэгъэ куэдым икIуэдыкIа сержант Пашкевич А.В., УФ-м и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я дзэ частым и 121-нэ полкым къулыкъу щызыщIэм. Абы бгъурылъащ РПГ-26 гранатыдзым и къутахуэ, апхуэдэ нэгъуэщI зы гранатыдз, “Калашников” автомат, пулемет, абыхэм иралъхьэ шэуэ зыкъом. ЗэкIэ IупщI къызэращIамкIэ, дзэ часть №3723-м и командирым и унафэкIэ дзэ къулыкъущIэу 9, абыхэм Пашкевич яхэту, иригъэбыдылIауэ щытащ дзэр мы щIыпIэм икIын хуей хъумэ, ахэр “Т” центрыр яхъумэн папщIэ къэнэну. Пашкевич А. “Кулон” бронежилет щыгъащ, Iэщэу “АК” автоматрэ “РПГ-26” гранатыдзрэ иIыгъащ. 1985 гъэм шыщхьэIум и 20-м къалъхуа Пашкевич Антон Василий и къуэр 2004 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Ростов областым хыхьэ Волгодонск къалэм и комиссариатым дзэм ириджауэ щытащ. Болэт Арсен.
ДУДАР АСЛЪЭН: МАКЪАМЭР СИ ГЪАЩ1ЭЩ
Иджыблагъэ дунейм къытехьащ адыгэ, абхъаз цIыхубэ макъамэхэр щызэхуэхьэса альбом, “Гухэлъ” зыфIащар. Ар зи IэдакъэщIэкIыр Налшык щыпсэу Дудар Аслъэнщ. Абы и япэ лэжьыгъэшхуэмкIэ уэрэджыIакIуэфIу, аранжировщик Iэзэу зыкъигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ. Аслъэн зэчий зыбгъэдэлъ, гушыIэм и пщIэр къызыгурыIуэ, псом я щхьэращи, зи лъэпкъым фIылъагъуныгъэ хузиIэ, абы и щэнхабзэм фIыуэ щыгъуазэ ныбжьыщIэщ. Адыгэ хабзэр, нэмысыр и гъащIэм и пщалъэщ, макъамэр - езым и гъащIэщ. Аслъэн зэрыцIыкIурэ гъуазджэм и цIыху пашэхэм сытым дежи къаухъуреихьу щытащ. Абы и адэшхуэ Дудар Хьэутий тхакIуэ, драматург цIэрыIуэу ди литературэм къыхэнащ. И анэ шыпхъу Заремэ модельер Iэзэщ, и анэ ФатIимэ журналистщ. Абыхэм къахэтэджыкIа щIалэ цIыкIур гъуазджэм щIапIыкIауэ жыпIэ хъунущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым цIыхубэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм щIыщIэтIысхьари арагъэнщ. Адыгэ пшынэмрэ аккордеонымрэ я классыр къиуха иужь, Аслъэн “Бжьамий”, “Кабардинка” ансамблхэм щылэжьащ. Апхуэдэуи ар хэтащ москвадэс ди лъэпкъэгъухэм я Хасэм къыщызэрагъэпэща “Адыгэхэр” ансамблым. Адыгэ макъамэр блэкIа зэманым зэрыщытар езы Аслъэн и еплъыкIэкIэ къигъэлъэгъуэным илъэс зыбжанэкIэ елIэлIащ. А илъэсхэм абы сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыщIигъэкъуащ Москва щыпсэу и хэкуэгъу, адвокат цIэрыIуэ Къэжэр Альберт. Езым зыкъыщIигъакъуэм къыщымынэу, абы адыгэм папщIэ зил уз цIыху зыбжанэ Iуэхум къришэлIэн хузэфIэкIащ. Апхуэдэу Аслъэн фIыщIэ яхуещI ахъшэкIэ къыдэIэпыкъуахэу Къанокъуэ Арсен, Исаков Мурат, Шэрджэс Мухьэрбий, Нэзран Альберт сымэ. Альбомыр дунейм къытехьэным зи гуащIэ хэзылъхьахэр, псалъэ дахэкIэ Аслъэн зыкъыщIэзыгъэкъуахэр куэд мэхъу. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ Увыжхэ Анзоррэ Муратрэ, Иуаз Зубер, Чыл Заур, БланэгъапцIэ Нарт. Альбомыр зыгъэщIэрэщIар иджыпсту Италием щыпсэу адыгэ сурэтыщI ДыщэкI Муратщ. Техникэ Iыхьэмрэ дизайнымрэ елэжьар Сирием щыщ Ерокъуэ Баширщ. Аслъэнрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ ягъэзащIэ адыгэ уэрэдыжьхэм, нэгъуэщI IукIэ зиIэ хъуахэм, уи псэр ямыгъэпIейтейуэ къанэркъым. Iэмэпсымэхэм я макъ лъэщым къыщIоувэ щIыуэпсым и даущри - бзухэм я уэрэдхэр, псы ежэххэм я Iущащэ макъыр. Альбомым псори зэхэту макъамэ 15 хыхьащ. Адыгэ уэрэдхэм, макъамэхэм дахьэх дэтхэнэ зыми мыбыхэм езым пэгъунэгъу, и псэм къехуэбылIэ къызэрыхигъуэтэнум шэч хэлъкъым. Аслъэн хузэфIэкIащ мэздэгу адыгэхэм я макъамэм деж щыщIэдзауэ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я деж нэсыжу къызэщIиубыдэн. Апхуэдэуи щыгъупщакъым хэхэс адыгэхэм яхъума макъамэхэри. “Хъурашэ” шапсыгъ уджымрэ абэзэх “Лъапэлъэфымрэ” “Кабардинка” ансамблым и солисту щыта Битокъу Анзор Тыркум кърихащ. Анзор хущIокъу гъэщIэгъуэну щIэ гуэрхэр къызэригупсысыным. Псалъэм и хьэтыркIэ, “Удж хэшыр” зэрагъэзащIэ Iэмэпсымэхэм ящыщ зыщ Къашыргъэ КIурацэ и пшынэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щахъумэр. Дудар Аслъэн музыкант къудейкъым, атIэ икIи псэлъэгъу гуапэщ. Налшык дэт “Джаз” кафем дыщызэхуэзэри, сэ абы упщIэ зыбжанэ естащ. - Аслъэн, уи альбомыр дэнэ къыщытщэху хъунур? - ИджыпстукIэ - Налшык дэт музыкэ салонхэм. Зэман благъэм дискыр щащэнущ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым. Апхуэдэуи веб-сайт къызэдгъэпэщыну ди мурадщ. - Дискыр дунейм къыщытехьам сыт узэгупсысар, гу псэхугъуэ бгъуэта? - Ар псалъэкIэ жыIэгъуейщ. Гухэхъуэ зэрызгъуэтам шэч хэлъкъым. Ауэ, пэжыр жысIэнщи, лэжьыгъэм къыхэхъуауэ аращ, иджыри зэфIэ-гъэкIын хуей къалэн куэд къыспэщылъщ. Ар икIи фIыщ. - Ущысабийм къыщыщIэдзауэ музыкант ухъуну ухуейт, Аслъэн? - СыщыцIыкIум щыгъуэ “узэрыхъуну ухуейр сыт?” жаIэу къыщызэупщIкIэ, “ин сыхъумэ, папэфI сыхъунущ!” жысIэу щытащ. ГушыIэ хэмылъу жыпIэмэ, дэтхэнэ сабийми хуэдэу, кружокыу ди район цIыкIум щыIэм сыкIуэрт. Ауэ музыкэ еджапIэм сыщIэтIысхьа иужь, куэдыр кIэрыхужащ. Макъамэм хуеджэнымрэ школым и дерсхэмрэ си зэманыр къанэ щымыIэу яхьт. - Аслъэн, уэ езыр сыт хуэдэ макъамэ узэдаIуэр? - И щытыкIэ елъытакIэ зыгуэрхэр къыхэзгъэщхьэхукIыу щыткъым. СфIэфIу содаIуэ джазми, классикэ, фолк, поп, рок макъамэхэми. Къапщтэмэ, сыт хуэдэ макъамэри сфIэфIщ, ар дагъуэншэу, псэм къыбгъэдэкIыу ягъэзащIэмэ. - Альбомыр щыбгъэхьэзырым, сыт хуэдэ гугъуехьхэм уIууа? - Сэ езым зэуэ къалэн зыбжанэ си пщэм къызэрыдэхуам къыхэкIыу (апхуэдэу щIэхъуам щхьэусыгъуэ пыухыкIахэр иIэщ), альбомым и къызэгъэпэщыныр зы гугъуехьышхуэу къыщIэкIащ. Ауэ сытым дежи сэ къыздэIэпыкъуащ си Iыхьлыхэр, си ныбжьэгъухэр. Хэти псалъэ гуапэкIэ, хэти IуэхукIэ зыкъысщIагъэкъуащ. Газетыр къэзгъэсэбэпу сыхуейт абыхэм фIыщIэ яхуэсщIыну. Макъамэр зыгъэзащIэхэм, проектым елэжьахэм я сурэтхэр зэрыт тхылъымпIэ дискым щIыгъущ. - Сэ зэрысщIэмкIэ, уи студиер здэщыIар уи унэращ. Фи гъунэгъухэр тхьэусыхэртэкъэ? - Пэжщ, лэжьыгъэр къанэ щымыIэу щызыфIэдгъэкIар унэм щызиIэ студиеращ. ИкIи къыхэзгъэщыну сыхуейт си гъунэгъухэр хуабжьу тэмакъкIыхьу къызэрыщIэкIар. Абыхэми Тхьэм фигъэпсэу яжызоIэ. - Макъамэр уи IэщIагъэ, хьэмэрэ абы укъыхуигъэщIауэ ара? - Ар си гъащIэщ... БУДЫЩ Мумэ. Москва.
ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯГЪЭБЫДЭ
“ЩIалэгъуалэм ехьэлIа IуэхугъуэхэмкIэ институт” жылагъуэ организацэмрэ Налшык и курыт еджапIэ №9-мрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра Iуэху щхьэпэр гъэзэщIэным иужь ихьахэщ. Кърахьэжьа Iуэхум и купщIэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къыхэкIа еджакIуэ цIыкIухэр нэхъыфIу зэгурыгъэIуэным, я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа Iэмалхэр къэгъэсэбэпынырщ. Хэт дежкIи щэхукъым лъэпкъ щхьэхуэхэм къыхэкIа сабийхэм я кум зэгурымыIуэныгъэ куэд къызэрыдэхъуэр. Институтым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ абы и лъэныкъуэкIэ нэхъ “жыджэрыр” 6-нэ классхэм щеджэхэр зэрыарар. Абы къыхэкIыу а гупхэм щыщ цIыху 15 къыхашащ, ядэлэжьэн папщIэ. Iуэхум къару игъуэтын щхьэкIэ, гъэмахуэм этнографие лагерь “Долинск” зыгъэпсэхупIэм къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ. Мыбы щрагъэкIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къадекIуэкI хабзэхэм, щэнхабзэм, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэм сабийхэр щызыгъэгъуазэ дерсхэр. А Iуэхугъуэхэр, псалъэ гъущэм къыщымынэу, театр теплъэгъуэ цIыкIухэмкIэ щIагъэбыдэнущ. Сабийхэр иужькIэ бгы лъапэхэм къыщрашэкIынущ нэхъыфIу зэрагъэцIыхун, зыр зым дэIэпыкъуу ирагъэсэн папщIэ. ЩIалэгъуалэм ехьэлIа IуэхугъуэхэмкIэ институтым и мурадщ 9-нэ курыт еджапIэм зэман благъэм этнографие театр къыщы-зэригъэпэщыну. Абы къищынэмыщIауэ, мы жылагъуэ IуэхущIапIэм къыдигъэкIащ езым хуэдэ организацэхэм я хэщIапIэхэр зэрыт тхылъ. “Справочник миротворческих некоммерческих организаций КБР” - аращ абы фIащар. ЗэрыжаIэмкIэ, Урысейм апхуэдэ IуэхущIапIэу мин зыбжанэ щолажьэ. Абыхэм ящыщу ди республикэм щыIэщ щищым щIигъу, ауэ абыхэм я нэхъыбэр зэрыщIэркъым. Справочникым итщ лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм, щIалэгъуалэм ядэлажьэу щIыпIэ администрацэхэм щыIэ зэгухьэныгъэхэм, псапащIэ IуэхущIапIэхэм, нэгъуэщIхэми теухуа хъыбарегъащIэхэр. БЛИЙ Залинэ.
КРАСНОЖАН ЮРИЙ: ДЫЗЭКЪУЭТМЭ, ДЫЛЪЭЩЩ
Футболеплъхэм зэращIэщи, премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щIимыдзэ щIыкIэ топджэгум пыщIа IэщIагъэлIхэм, журналистхэм Налшык и «Спартакыр» етIанэгъэ къыхахужыну командэхэм хатхауэ щытащ, зы очко гуэри къыхуэмыхьыну хуагъэфащэу. АрщхьэкIэ Iуэхур апхуэдэу къыщIэкIакъым: ди пащхьэ къихьащ гугъэфIхэр уэзыгъэщI топджэгу гуп. Абы щыхьэт тохъуэ ди командэм иригъэкIуэкIа зэIущIэхэм кърикIуахэр. Чемпионатым и япэ туриплIым къагъэлъэгъуащ, Налшык и «Спартакым» зэрыригъэжьам хуэдэу адэкIи къыпищэу щытмэ, къыдэщIхэр куэдрэ зэригъэгуфIэфынур. Иджы IэщIагъэлIхэр нэгъуэщI гупсысэ хэхуащ: зэман кIэщIым къриубыдэу «Спартакым» апхуэдэ командэ лъэщ дауэ къищIыкIа? Сыт абы и щхьэусыгъуэр? А упщIэхэми нэгъуэщIхэми жэуап кърет ди «Спартакым» и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрий. - Командэ хуэмыхухэм дыхабжа щхьэкIэ, Iэмал имыIэу апхуэдэу дыкъыщIэкIын хуейуэ аракъым. ЗыщIыпIэ дежи щытхакъым Москва и «Спартакым» е «Локомотивым», Къэзан и «Рубиным» е нэгъуэщI командэм утекIуэ хъунукъым жиIэу. Ди ехъулIэныгъэхэр къызыхэкIыр, псэемыблэжу дызэрылажьэр арауэ къысщохъу. Ди лэжьыгъэри нэхъыбэу зыхуэунэтIар дызэгурыIуэу ди къалэнхэр дгъэзэщIа зэрыхъунырщ. Мыхьэнэ ин иIэщ зэхущытыкIэ дахэ дяку зэрыдэлъым. - «Спартакым» и ехъулIэныгъэхэм тренер Красножан и фIыгъэу сыт хуэдиз хэлъу къэтлъытэ хъуну? - Дэ зыми зыри тедгуашэркъым: псори ди зэхуэдэщ. Зы цIыхум езым и закъуэкIэ топджэгу гуп къыхузэгъэпэщынукъым. Абы псори зэгъусэу елэжьын хуейщ. Гупым хэт дэтхэнэ зыми езым хузэфIэкIыр хельхьэ, фIы и лъэныкъуэкIэ, дауи. Дэри а фIыр къызэрыдгъэсэбэпыным яужь дитщ. Тренерым, абы и дэIэпыкъуэгъухэм я псалъэм, я зыщIыкIэм куэд елъытащ. Командэм и унафэщIхэм, клубым и вице-президентым, генеральнэ директорым, командэм и начальникым я лэжьэкIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Аращ командэм и ехъулIэныгъэхэр уи щхьэ закъуэм хуэпхь щIэмыхъунур. Дэ псори зы IэнатIэ дыпэрытщи, дызэгъусэу ар зэретхьэкIыным дыхущIэкъу зэпытщ. - Языныкъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, Красножан Юрий къэралым и тренер нэхъыфIхэм хыхьэ хъуащ. Уеблэмэ абыхэм къыпхуагъэлъагъуэ мыгувэу Москва и «Торпедэм» урагъэблэгъэн хуэдэу, языныкъуэхэми - Москва и «Спартакым» е «Локомотивым». Дауэ уеплърэ а псалъэмакъхэм? - ТренерыфI сыхъун щхьэкIэ сэ иджыри сызэлэжьыну къыспэщылъыр зыхуэдизыр сощIэри, ахэр си щхьэ иризгъажэркъым. Аращи, тренер гъуэзэджэкIэ зэджэхэм иджыпстукIэ сыхамыбжэмэ, нэхъыфIу къызолъытэ. - «Спартакым» илъэс дапщэкIэ удэлэжьэн хуейуэ уи контрактым ит? - Зы илъэс закъуэщ. АдэкIэ псори зэлъытауэ щытынур ди лэжьэкIэрщ. - Футболистхэмрэ уэрэ фызэрызэбгъэдэтыр дапхуэдэу? Зэныбжьэгъухэм е зэдэлэжьэгъухэм хуэдэу, хьэмэрэ ар футболист къэс езым елъытауэ щыт? - Абыхэм псоми зэхуэдэу уабгъэдыхьэ хъунукъым, икIи асыхьэтым щыIэ щытыкIэм теухуауэ зыгуэру захуэпщIынуи къезэгъыркъым. Щымыуэ щыIэкъым, дэри дыщоуэ, дымыгупсысэу е зыгуэр жыдоIэ, е зыгуэру зыдощI. Ауэ, псом я щхьэращи, зэрытхузэфIэкIкIэ футболистхэм ди дзыхь ядогъэз, езыхэми ар ящIэри, нэхъыфIыжу къызэрытхущытыным хущIокъу. Ди лэжьыгъэр зыхуэдэр абыхэм къагуроIуэ: дыхуеймэ, яхуэдгъэгъуу, дыхуэмеймэ, тезыр ятетлъхьэу, нэфI-ней зетхьэу Iуэхур апхуэдэу щыткъым. Щыуагъэ зыIэщIэкIам псалъэмакъыншэу тезыр тыдолъхьэ (ахъшэкIэ йотхьэкъу - Хь.О.), ар дапхуэдиз хъунуми, абы теухуауэ тхылъ диIэщ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абы дыхуекIуэн хуей щыхъур зэзэмызэххэщ. ЦIыху хуэдэу узэхущытын нэхъыфI щыIэкъым. Топджэгухэмрэ дэрэ ди якум пэжыгъэ дэлъу щытщ. Зыми зыри щIихъумэркъым. Сигу иримыхь ящIэу слъагъумэ, къехьэкI-нехьэкI щымыIэу яжызоIэ. Езыхэми Iэмал яIэщ къызбгъэдыхьэу ягу къеуэр къызжаIэну, дызэгъусэу Iуэхум дыхэплъэну. Ар нобэкIэ ди ехъулIэныгъэу къызолъытэ. Ауэ, иджыри зэ жысIэнщи, ущыткIиини, ущыщабэни къэхъунущ - Iуэхум зэран хуэмыхъумэ аращ. - Уи щыуагъэр къыпхуэлъытэжрэ, итIанэ, цIыхухэр щхьэусыгъуэншэу къыщыптепсэлъыхьым деж дауэ къыпщыхъурэ? - Си щыуагъэр къысхуолъытэж. Ауэ иджыпсту сэ стеухуауэ нэхъыбэу жаIэр псалъэ дахэ защIэщ. Дауэ мыхъуми, щытхъуми, зэрауб псалъэхэми акъыл къызэрыхэсхыным яужь сит зэпытщ. - Топджэгу нэужьым дауэ зыкъэпщIэжрэ? - Гугъу дыдэу. Си унагъуэм сахыхьэжа нэужь, тIэкIу нэхъ сытоуж, зыгуэрхэр сщхьэщах. Языныкъуэхэм деж си закъуэ сыкъанэмэ, нэхъ къызощтэ, сызыщIэгупсысыкIыжын, топджэгу екIуэкIар иджыри зэ си нэгу щIэзгъэкIыжын щхьэкIэ. - Футболыр уэркIэ сыт зищIысыр? Ар уи гъащIэм и зы Iыхьэу щыт, хьэмэрэ ахъшэ къыщыблэжь IэнатIэу ара? - ТIури зэхэтщ. Си гъащIэми хэтщ, ахъши къризолэжь. Зы Iущ гуэрым жиIэгъащ: «Нэсыпыр - ар фIыуэ плъагъу лэжьапIэ уиIэрэ, абы щхьэкIэ иджыри ахъшэ къуату щытмэщ». - Уи унагъуэр дауэ хущыт уи лэжьыгъэм, апхуэдизрэ укъызэрытыр дауэ яхуэшэчрэ? - Си унагъуэм сакъыгуроIуэ, къызэрыздэIэпыкъуным яужь итхэщ. Унэм щIэсхэм я закъуэкъым гугъу ехьыр, гъуэгу тетхэми я гур сыт щыгъуи унэм-кIэ щыIэщ. - Гъэмахуэм, топджэгухэр зыгъэпсэхуакIуэ кIуа нэужь, «Спартакым» футболистыщIэхэр къищэхун мурад иIэ, хьэмэрэ иджыпсту фиIэ топджэгухэмкIэ фыарэзыуэ етIуанэ Iыхьэм щIэвдзэжыну? - Iэмал имыIэу топджэгу лъэщ зыбжанэ къэтщэхунущ, зэрытхузэфIэкIкIэ ди иджырей щытыкIэр зэрыдгъэбыдэным, нэхъ лъэщ дызэрыхъуным яужь дитынущ. Ауэ, япэрауэ, апхуэдэ футболистхэр къэгъуэтын хуейщ, етIуанэрауэ, ахэр къызэрытщэхун ахъши диIэн хуейщ.
Епсэлъар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Ц1ЫК1УРАШ И ПШЫХЬ
Налшык дэт сабий гъэсапIэ-пэщIэдзэ еджапIэ (НШДС) №55 - м, Индрис Еленэ зи унафэщIым, иджыблагъэ щекIуэкIащ сабий тхакIуэ Щоджэн Леонид и пшыхь дахэ. ЗэIущIэр щекIуэкI пэшым щыплъагъур умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым: и хъуреягъыр щхъуэкIэплъыкIэт, сабий цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнын хьэпшып цIыкIуфэкIухэмкIэ, тхылъхэмкIэ къулейт. НШДС-м адыгэбзэр щезыгъэдж Сыжажэ Ларисэ къиIэта Iуэхугъуэм хэтт илъэсищ зи ныбжь цIыкIухэм я деж къыщыщIэдзауэ пэщIэдзэ классхэм щеджэ сабийхэм нэсу. Сабийхэм зи гугъу ящIынур уэрэд, усэ, таурыхъ хуэдэ тхыгъэхэр зэрызэщхьэщыкI щIыкIэхэрт. Дерсым щIедзэри, Ларисэ нэрылъагъу тщещI усэхэр, уэрэдхэр, хъыбархэр зэрызэщхьэщыкIым и гъэсэн цIыкIухэр зэрыщыгъуазэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри зэрытха жанрыр зэхэзыгъэкIыф сабий цIыкIухэр апхуэдэ дыдэу щыгъуазэт ди бзэкIэ къыдэпсалъэ “Адыгэ псалъэр” зэрыгазетым, “Нур”-р зэрыжурналым, тхыгъэ инхэр зытрадзэр зэрытхылъым. Ахэр ауэ сытми яжриIэкIэ Ларисэ зэфIигъэкIыркъым, атIэ нэрылъагъу ящищIырт, ящымыгъупщэжу я гум ираубыдэфын хуэдэуи щапхъэхэр къахуихьырт. АдэкIэ укIуатэмэ, Щоджэн Леонид и “Псей щхъуантIэ” тхылъым и теплъэр ину щIарэ “псэ къыIукIауэ” щытт. Абы ит усэхэм Ларисэ и гъэсэн цIыкIухэр гукIэ къеджэрт, е усэхэм зи гугъу щыщIа псэущхьэхэм хуэдэу хуэпауэ утыкум къихьэрт. Дерсыр щIэщыгъуэ, гуимыхуж ящIырт абыхэм я зэхуакум къыдэхъуэ теплъэгъуэхэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, мэзым къыщIэкIа бажэ цIыкIум сабийхэм ирагъащIэрт псэущхьэ зэхуэмыдэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ зэрыжиIэнур. Апхуэдэу сабийхэм хьэщIапIэ къахуокIуэ мыщэ лъэбыцэжьыр, хьэндырабгъуэ цIыкIухэр, жэм угъурлыжьыр, нэгъуэщIхэри. ИужькIэ сабийхэм псэущхьэ зэхуэмыдэхэм зыпащIыж щхьэж хуэфэщэн маскэ зыIуалъхьэурэ. ЗэIущIэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр щекIуэкIар сабий гъэсапIэ-пэщIэдзэ еджапIэм и залырщ. Мыбы сабий нэхъы-жьыIуэхэр хьэщIэм гуапэу къыщыIущIащ. Абыхэм ягъэзэщIащ Щоджэн Леонид и псалъэхэр щIэлъу Къэбэрдокъуэ Борис итха уэрэдхэр. НШДС-м и гъэсакIуэхэмрэ сабий цIыкIухэмрэ Леонид и закъуэкъым мы махуэм я хьэщIар. КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщI Созаев Ахъмэт тхакIуэм, ар зыгъэлъапIэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм псалъэ гуапэхэр яжриIащ. ИужькIэ Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Нанэ Лерэ Леонид иритащ ЩIыхь тхылъ. Апхуэдэуи зэIущIэм кърихьэлIахэт Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и методист ЛIыIэщын Людмилэ, НШДС №70-м и завуч Архэст ФатIимэ, Налшык и курыт школ, сабий гъэсапIэ-пэщIэдзэ еджапIэ зыбжанэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я егъэджакIуэхэр. ИСТЕПАН Залинэ.
|
|
||||||||||||
СССР-м и ц1ыхубэ депутатхэм я съезд Москва щок1уэк1. А зэ1ущ1э иным хэтщ Нарткъалэ щыщ егъэджак1уэ, Совет Союзым и ц1ыхубэ егъэджак1уэ Къуэншыкъуей Риммэ, Социалист лэжьыгъэм и Л1ыхъужь Дадэ Хьэмыт1э (Тэрч район), КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и тхьэмадэ Чабдаров Борис, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр рескомым и япэ секретарь К1уэк1уэ Валерий, КъБР-м и ц1ыхубэ усак1уэ Зусакуловэ Танзиля, СССР-м и ц1ыхубэ артист Эсембаев Мыхьмуд, КъБР-м и Правиетльствэм и Унафэщ1 Мамхэгъ Михаил, Налшык щыщ дохутыр Жыгун Людмилэ, Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым и ректор Галазов Ахъсарбек,Ю Налшык дэт Бгылъэ геофизикэ институтым и унафэщ1, академик Залиханов Михаил. Сурэтыр 1990 гъэм трахащ.
|
«1ущхьэмахуэ» журналым и редакцэм щохьэщ1э щ1эныгъэл1 ц1эры1уэ Хьэжы Мухьэмэд (якум дэтщ). Абы бгъэдэтхэщ Мысачэ Петррэ Мухьэзрэ.
Сурэтыр 1980 гъэм трахащ.
|
|
|||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
|||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
||||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||||||
|