ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм гъатхэпэм и 11

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ - бесплатный счетчик на любой вкус!

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

 

Ди къуэш республикэхэм

 

Зэныбжьэгъугъэр япэ ирагъэщ

 

   Мейкъуапэ. “Зыуэ щыт Урысей” партым и Адыгей, Краснодар край щIыналъэ къудамэхэм я зэIу­щIэ иджыблагъэ ира­гъэ­кIуэ­кIащ. ИужькIэ журналистхэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Президент Щэумэн Хьэзрэт, губернатор Ткачев Александр, Уры­сейпсо политпартым и гъэзэщIакIуэ комитетым и тхьэмадэ Воробьев Андрей сымэ.

  УФ-м и Президентым къыхилъхьа лъэпкъ проектхэм я IуэхукIэщ нобэ дыщIызэ­хуэ­сар. ИкIи зэIущIэр Мейкъуапэ зэ­рыщекIуэкIар щыхьэт то­хъуэ щIыналъитIым я зэхуакум зэгурымыIуэныгъэ зэры­дэ­мылъым, дызэдэлэжьэну ды­зэрыхьэзырым”, - къыхи­гъэ­щащ Адыгейм и УнафэщI Щэумэн Хьэзрэт.

   Абы иужькIэ къэпсэлъа, Крас­нодар крайм и губернатор Ткачев Александр жиIащ щIыналъитIым лэжьыгъэшхуэ къазэрыпэщылъыр: мэкъумэш, туризм зэпыщIэ­ныгъэ­хэр егъэфIэкIуэн хуейщ.

   Псом ящхьэращи, щIына­лъи­тIым я унафэщIхэм зэакъылэгъуу зэIущIэм къыщыхагъэщащ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэу зэрыщытыр, зэныбжьэгъугъэ я зэхуакум зэрыдэ­лъыр, сыт и лъэныкъуэкIи зэ­дэ­­Iэ­пыкъуну зэрыхьэзырыр.  

 

Узыфэ зэрыцIалэм пэщIэту

 

   Черкесск. Къэрэшей-Шэр­джэсым Ветери­на­рием­кIэ и управленэм и уна­фэщI Кирпанев Николай зэрыжиIамкIэ, гъэтхэпэм и 15-м ирихьэлIэу джэд гриппым щхьэкIэ вакцинэ дозэу мин 600-м нэблагъэ республикэм къэкIуэнущ.

  Джэд грипп” узыфэ зэ­ры­цIа­лэм щIыналъэр щахъумэн папщIэ, КъШР-м и Россель­хоз­надзорым лэжьыгъэ ин ири­гъэкIуэкIащ. Абыхэм къыхатхыкIащ мэз, губгъуэ джэдхэр нэхъыбэу щытIыс щIыпIэ­хэм­рэ а узыфэр къыщежьэнкIэ шынагъуэ нэхъыбэу зы­дэ­щыIэ жылагъуэхэмрэ. Иджы вакцинэхэр къазэрыIэрыхьэу а щIыпIэхэм щыIэ джэдкъазым еIэзэн щIадзэнущ.

 

Щыхэпсэлъыхьым деж

 

   Сыхъум. ЩтапIэ ихьэжахэм я IуэхукIэ Грузием и министр Хевиашвили Георгий иджыблагъэ хъыбар зэбгригъэхащ Москва и Iэтащхьэ Лужков Юрий Абхъазым унэ лъапсэ щиIэ хуэ­дэу, мы­гувэуи ар кур­жы­хэм къыт­рахыжыну.

  Гъатхэм ирихьэлIэу зи ­а­къыл зэтемыс цIыхухэр хэп­сэ­лъыхь хъу хабзэщ. ЦIыху губзыгъэм жиIэнукъым Грузием и министрым Лужков теухуауэ кърихьэкI хъыбархэр.

   Москва и Iэтащхьэм нэ­гъуэщI къэралхэм унэ лъапсэ щиIэ­къым”, - пидзыжащ Лужков и пресс-секретарь Цой Сергей куржы министр Хевиашвили Георгий жиIам.

 

Журналистхэр яубыд

 

   Абхъазым нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Шамбэ Сергей зэрыжиIамкIэ, куржы журналист гуп иджыблагъэ щIыналъэм щаубыдащ. Ахэр иджыпс­ту иIыгъщ Республикэм Шы­нагъуэншагъэмкIэ и IуэхущIапIэм.

   ЩыIэ хабзэр къызэпауду, Абхъазым щылэжьэну хуит зыщI аккредитацэ ямыIэу, куржы журналистхэр щылэжьащ Гал, Ткварчел, Сыхъум, Мыку жылагъуэхэм. Абыхэм су­рэт куэд трахащ стратегие мы­хьэнэ зиIэ объектхэм.

   Иджыблагъэ журналистхэм яIущIащ ООН-м и лIыкIуэхэр икIи зрагъэщIащ гъэр ящIахэм я псэукIэр, ахэр зэраIыгъ щIы­кIэр, я гукъеуэхэр. Абыхэм уэ­чыл­хэр къыхуащтащ.

 

Хьэщыкъуей Олег.

Сабийхэр егъэгуфIэ

   Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Къагъырмэс Борис и тхылъыщIэ, “Щхъуэ­жьыр мэзым зэрыкIуар” зи фIэщыгъэр. Мы тхылъым щызэхуэхьэсащ усакIуэм пэщIэдзэ, курыт классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм яхуи­тха шыпсэ-поэмэхэр, таурыхъхэр, басняхэр, усэхэр, уэрэдхэр, хъыбархэр, рассказхэр.

   Тхыгъэхэр зэмылIэу­жьы­гъуэщ, зи зэхэлъы­кIэ­кIэ удэзыхьэхщ, адыгэбзэ дахэкIэ гъэпсащ, зытеухуари сабийхэр нэхъ зыгъэ­пIей­тей Iуэхугъуэхэрщ - Хэ­кур, адэ-анэр, Iыхьлыхэр, ды­гъэр, мазэр, вагъуэхэр, псэу­щхьэхэр, къэкIыгъэхэр фIыуэ лъагъун зэрыхуейрщ, абы и щапхъэ хьэлэмэтхэрщ.

   Тхылъым тыкуэнхэм фы­щы­щIэупщIэ. Абы, шэч хэмылъу, сабийхэр щыгу­фIы­кIынущ.

 

Шэджэмокъуэ Мурадин.

 

Апхуэдэу иухамэ, дехъул1эт

 

   Урысей Федерацэм футбо­лымкIэ и премьер-лигэм и командэхэм и гуащIэгъуэу мыгъэрей зэхьэзэхуэм зыхуа­гъэхьэзыр.

   Ар зэрекIуэкIым и фIагъыр къапщытэн, футболистыщIэ кърашэлIахэр   ягъэунэхун папщIэ зэныб­жьэгъугъэ зэIу­щIэ куэд ира­гъэкIуэкI. Дэтхэнэ тренерми и мурад гуэрхэр щыпхигъэкI Iэмалу зэрыщытым къыхэ­кIыу, дауи, абыхэм къа­ри­кIуэ бжыгъэхэм мыхьэнэшхуэ дыдэ яIэ­къым. Ауэ зыщыбгъэгъуп-щи хъунукъым зэхьэзэхуэм къри­кIуэну ехъу­­лIэныгъэхэм апхуэдэ зэIущIэхэр и лъабжьэу зэрыщытри.

   Премьер-лигэм хэт командэхэм иджыри къэс ирагъэ­кIуэкIа джэгухэм къари­кIуам тепщIыхьмэ, бжьыпэр иIыгъщ европэ зэхьэзэхуэхэм Урысей Федерацэм щыщу къыхэнэжа “Зенитым”. ИригъэкIуэкIа зэIу­щIип­щIым щыщу бгъур (УЕФА-м и кубокым тIэу зэрыщытекIуари хэту) абы къихьэхуащ икIи зыми къыхигъэщIэфакъым.

   ЕтIуанэщ мы гъэм япэу премьер-лигэм щыджэгуну Налшык и “Спартакыр”. ДехъулIат зэхьэзэхуэри апхуэдэу иухамэ! Пэжщ, хьэрхуэрэгъу къыхуэхъунухэм ящыщу налшыкдэсхэр зыIущIар Санкт-Петербург и “Зенитращ”. Абыи 1:6-уэ къыхи­гъэщIащ. АрщхьэкIэ, зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым ди щIалэхэр Польшэм, Бельгием, Украинэм я лигэ нэ­-хъы­фI­хэм щыджэгу командэ лъэщхэм зэрытекIуари.

  

«Спартак» стадионыр хьэзырщ

 

   Тхьэмахуэ дэкIмэ щIэзыдзэну чемпионатым хыхьэ зэIущIэхэр ди “Спартакым” Налшык щригъэ­кIуэкIыфынымкIэ Iуэхугъуэхэр тэмэму зэфIэкIащ.

   Жэщ, махуэ жамыIэу стадионым елэжьахэм я гугъуехьыр пщIэншэ хъуа­къым - Урысейм и Футбол Союзым и лицензэ къудамэм и унафэщI Газиахмедов Айвар гъатхэпэм и 7-м иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм кърикIуахэм арэзы техъуащ. Абы жиIащ “Спартак” стадионым премьер-лигэм хыхьэ зэIущIэхэр щебгъэкIуэкI зэрыхъунур.

   Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм я дежкIэ хуабжьу хъыбарыфIщ. Нэгъабэ елъытауэ билет уасэхэм хэпщIыкIыу хэхъуами, абыхэм сезон псом и абонементхэр сом 1500-кIэ къащэхуу щIадзащ. VIP тIысыпIэхэр сом минищ и уасэщ, ауэ ахэри зэбграх.

   Стадионым и зэ ихьэгъуэр тумэнипщIым къыщыщIэдзауэ сом щитIым нэс и уасэщ, сабий билетхэр - тумэнищ. Ауэ ахэр щащэнур зэIущIэр щекIуэкIыну махуэращ.

 

Нарткъалэ кърегъэблагъэ

 

   Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм и регламентым къызэригъэувымкIэ, балигъхэм я зэхьэзэхуэм къыдэкIуэу командэхэм я дублерхэри зэпеуэнущ. Абы щыгъуэми, щIалэгъуалэр зы ма­хуэкIэ нэхъ пасэу джэгунущ.

   Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэ­ну командэхэм я дублерхэр Нарткъалэ къыщрагъэблэгъэну траухуащ. Зэ­рыфщIэжщи, а къалэм и “Нартыр” (иджы “Аруаныр”) илъэс зыбжанэкIэ етIуанэ дивизионым щыджэгуащ, иджы ещанэ гупым хэтщ. ЗэIущIэхэр щекIуэкIыну “Химик” стадионым тIысыпIэ минищ иIэщ, джэгупIэ губ­гъуэри къэралым щынэхъыфIхэм ящыщ зыщ.

   Япэу ди “Спартакым” и дублерхэм Нарткъалэ къыщрагъэблэгъэнущ ЦСКА-р. Балигъхэми хуэдэу, мыхэри гъатхэпэм и 18-м зэдэджэгуну зэгуры­Iуащ.

къаудыгъу Замир.

 

Iэджигуджий

 

Пщащэ цIэрыIуэ гуэрым псэлъыхъу и куэдт, ауэ зыми яхудэкIуэртэкъым. “Сэ­ри сылъыхъунщ”, - жери зы щIа­лэ пщащэм деж кIуащ. Къи­дакъым. “Iэджигуджийуэ къа­кIуи, сыбдэкIуэнщ”, - къыжриIащ.

   Я гъунэгъу фызыр Iэгуип­лъэти, щIалэр абы еупщIащ: “Iэджигуджийр зищIысыр сыт?” - жери.

   - Уи адэр гъуэгу щытехьэкIэ, гупкIэм итIысхьи, дежьэ, - къыжриIащ Iэгуиплъэм. - Къуа­жэ фыщыдыхьэкIэ, фыгуо: “Iэджигуджий! Iэджи­гу­джий!” жыфIэурэ. Iэджигу­джийр уэрамым къытехьэнурэ къывихьэлIэнущ. Къыви­хьэ­лIэнур лIы куэсэщ. Уи адэр куэсэм егъэлъэIу: “Мыр Iэджи­гуджийуэ схуэгъасэ”, - жры­реIи. ЛIы куэсэм зихъун­щIэ­нущ, зихъунщIэ щхьэкIэ, и ужь фыкъимыкI, фыхэзэгъэху.

   И адэм и гупкIэм итIысхьэри, щIалэр ежьащ. Жылэ дыхьэмэ, мэгуо: “Iэджигуджий!” - жа­Iэурэ. Зы жылэ нэсауэ уэ­ра­мым зылI къыщыIущIащ - лIы куэсэ.

   - Сыт фызыхуейр? - къеуп­щIащ лIы куэсэр.

   - Си щIалэр Iэджигуджийуэ зы­гъэсэн солъыхъуэ, - жиIащ щIа­лэм и адэм.

   ЩIалэм къеплъри, куэсэм жиIащ:

   - Мыр къызэдэIуэн си гугъэ­къым. Схуэгъэсэнукъым.

   Щыхагъэзыхьым, лIы куэсэр арэзы хъуащ:

   - Хъунщ, къысхуэгъанэ.

   ЩIалэр зыкъомрэ игъасэри, куэсэр къеупщIащ:

   - Уеса?

   - Сесакъым, - жиIащ щIа­лэм.

   Дапщэрэ къеупщIамэ, есауэ жриIакъым. Зыкъом дигъэкI­ри, щIалэм и адэм къыхуи­Iуэ­хуащ: “КъакIуи, сышэж”, - жери. ЩIалэм и адэр къыщы­кIуэм, куэсэм жиIащ:

   - Есэркъым. Къызэрызэ­мы­дэ­Iуэ­нур бжесIатэкъэ?

   Зэадэзэкъуэр куэсэм деж къы­дэкIыжащ. Гъуэгу здытетым, гум елъэри, и адэм зы­къы­кIэригъэхуащ щIалэм. Губ­лащхьэм здыдэсым, лIы­жьым и пащхьэ шы-уанэ зэтелъ къихутащ. ЛIыжьыр гублащхьэм къыдэкIащ, шыр къиубыдын мурад ищIри. Епхъуа щхьэкIэ, шыр къыIэ­ры­хьа­къым: зрисэри, мэзым щIы­хьэжащ. Шыр мэзым щIы­хьэ­жауэ, щIалэр гум къыбгъэ­дыхьэжащ.

   - Дэнэ ущыкIуэда? - жиIащ лIы­жьым. – Шым дыхэб­гъэ­кIыжащ.

   - Ди насып хэлъ хъунтэ­къым. - Абы къыфIигъэкIа­къым­ щIалэм. ГупкIэм пытIыс­хьэ­ри, заул дэкIауэ, аргуэру зи­гъэбзэхащ. ЩIалэр бзэха къу­дейуэ, лIыжьым и пащхьэ зы­ выщIэ къихутащ. ВыщIэри IэщIэкIыжащ лIыжьым - къы­хуэ­у­быдакъым.

   - ВыщIэми дыхэбгъэкIыжащ, - щIэгубжьащ лIыжьыр и ­къуэм, къыбгъэдыхьэжа нэужь. - Дэнэ ущыбзэхыр нобэ?

   - АтIэ, ди адэ, - жиIащ щIа­лэм, - шыуи выщIэуи къыб­бгъэ­­дыхьар сэращ. Iэджи­гу­джий сыхъуащи, дяпэкIэ сызэ­ры­хуейуэ зысщIыфынущ. Шы, вы зысщIурэ уэ сыпщэнщ, сы­пщэху къэси сыкъэкIуэ­жынщ. Шы зысщIрэ сыпщэмэ, нахъутэр умыщэ. Нахъутэр пщэмэ, укъыспыкIащ. Вы зысщIрэ сып­щэми, аращ: си бжьэм ищIа кIапсэр умыщэ.

   ЩIалэм шы зищIри, ящащ. ЛIы­жьыр унэм щихьэжам, щIа­лэр къэсыжауэ пщIантIэм дэтт.

   - Иджы вы зысщIынщи, си бжьэм кIапсэ ищIи, сешажьэ, - жиIащ щIалэм.

   ЩIалэм вы зищIащ, и бжьэм кIапсэ ирищIэри, лIыжьым выр иришэжьащ. Гъуэгум зылI­ къыщрихьэлIащ. Выр лIым ирищащ.

   - КIапсэри къызэщэ, вым и уасэм хуэдиз уэстынщ, - къы­щыж­риIэм, кIапсэри ирищащ, уасэм дихьэхри. ЛIы куэсэрат выри кIапсэри зыщэхуар. И пщIан­тIэм дихуэри, выр ипхащ куэсэм.

   - Выр сукIынущи, сэ къыс­хуэхь, - еджащ куэсэр и фызым.

   Унэм сэуэ илъыр зэщIи­къуэ­ри, мащэм иридзащ фызым, выр иригъэукIынутэкъыми.

   - Сэр згъуэтыжыркъым, - къэ­гуоуащ фызыр.

   - Ди гъунэгъум я сэр къе­Iыс­хынщ, - жери лIыр пщIантIэм дэ­кIащ, выр пхауэ къигъанэри. ЛIыр къэтыху, фызым выр итIэ­тэжащ - щIалэр къицIы­ху­жат. КIапсэр къыщыIэры­хьэ­жым, щIалэр пщIантIэм къыдэжыжащ, тхьэкIумэкIыхь зищI­ри. Хьэджафэ зищIри, куэ­сэр тхьэкIумэкIыхьым и ужь иуващ. Хьэджафэр къы­щIы­хьэ щыхъум, тхьэкIумэ­кIы­хьым зы пщIантIэ зыдидзащ. Зылъыхъуа пщащэр дэтт пщIан­тIэм. Пщащэм и пащхьэ зри­дзэри, щIалэр цIыху сурэтым иувэжащ:

   - Iэджигуджийуэ къакIуэ къыз­жепIати, сыкъэкIуащ, - же­ри.

   Хьэджафэр куэбжэм къыфIэ­кIакъым.

   - Уемысауэ жыпIэри, укъы­зэ­бзэджэкIащ, щIалэ угъурсыз, - жери куэсэр ежьэжащ.

 

Пщым имы1э сэ си1э!

 

ПхъэнкIий идзыпIэм щыулъэпхъащэурэ, бзу цIыкIум дыщэ кIанэ къыпэщIэхуащ. Дыщэ кIанэр ипхъуатэри, жыгыщхьэм итIысхьэжащ бзу цIыкIур. Жыгыщхьэм итIысхьэжауэ, уэрэд къреш:

   Пщым имыIэ сэ сиIэ!

   Пщым имыIэ сэ сиIэ!

   - Сыт сэ симыIэр? Сыт бзу цIыкIум иIэр? ФыкIуи, феплъ, - жиIащ пщым.

   КIуэри еплъащ: бзу цIыкIум дыщэ кIанэ иIыгът.

   - Дыщэ кIанэ къиулъэпхъэщащ бзу цIыкIум, - жраIащ пщым.

   - ФыкIуи, къытефх! – жиIащ пщым.

   Бзу цIыкIум къытрахри, дыщэ кIанэр пщым къыхуахьащ. Бзу цIыкIур жыгыщ­хьэм здисым къащIонакIэ:

   Къызэфыгъуэри страха!

   Къызэижри страха!

   - Ефтыж дыщэ кIанэр! - жиIащ пщым.

   Дыщэ кIанэр бзу цIыкIум иратыжащ. Щратыжым, къащIэнэкIащ:

   Згъэшынэри къатесхыжа!

   ЗгъэкIэцIри къатесхыжа!

   - Къэвубыди, фIэвгъэж! - жиIащ пщым.

   Бзу цIыкIур къаубыдри фIагъэжащ. Щы­фIа­гъэжми и жьэр увыIакъым бзу цIыкIум:

   Си пэ лъы къокI!

   Си пэ лъы къокI!

   - ФфыщIи, схуэвгъажьэ! - жиIащ пщым.

   ЩафыщIым, къащIэнэкIащ бзу цIыкIур:

   Бацэ сопхъ,

   Цы сопхъэх!

   Бацэ сопхъ,

   Цы сопхъэх!

   ЯфыщIауэ щагъажьэм бзу цIыкIум жиIащ:

   Си щIыб мафIэ изогъэу!

   Си щIыб мафIэ изогъэу!

   Ягъажьэри, пщым хуахьащ бзу цIыкIур.   Пщым щишхым, бзу цIыкIум жиIащ:

   Пщым и ныбэр си абгъуэ!

   Пщым и ныбэр си абгъуэ!

   Бзу цIыкIур ишхри, пщыр хущхьащ. Пщыр щыхущхьэм, бзу цIыкIур пщым и ныбэм къилъэтыжащ, дыщэ кIанэр ипхъуэтэжри, жыгыщхьэм итIысхьэжащ. Жыгыщхьэм итIысхьэжауэ, пщым къыщIонакIэ бзу цIыкIур:

   Пщым имыIэ сэ сиIэ!

  Пщым имыIэ сэ сиIэ!

 

Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ

 

Нартхэ зекIуэ щежьэм, Сосрыкъуэ гъусэ ящIа­тэкъыми, шэсри якIэ­лъы­дэкIащ. Гъуэгу здытетым, дзитI зэпэгъуэлъауэ ири­хьэ­лIащ. Зэпэгъуэлъа щхьэ­­кIэ, зауэр зыублэн къа­­хэкIыртэкъым - зыр адрейм поплъэри щысщ, зэрыгъэшынэжащи.

   - Дэнэ къикIа дзэ? - щIэ­­упщIащ Сосрыкъуэ, нартхэ яхыхьэри.

   - Чынтым къикIащ, - къы­­жраIащ, - нартхэ да­хъун­щIэн я мурадщи, зыублэн къахэкIыркъым.

   - Сэ яхуэзублэнщ, - же­ри Сосрыкъуэ дзэм яхыхьащ, и бжыщхьэ дыкъуа­къуэр ятрикъутэри зэбгрихуащ.

   Чынтыдзэр лъэныкъуэ ири­гъэза нэужь, “сыщэ­кIуэнщ” жери, Сосрыкъуэ гуэрэныгум ихьащ. Гуэрэныгум ихьауэ, зы фIы­цIа­гъэ къыIэщIэлъэгъуащ Сосрыкъуэ. ФIыцIагъэр шуу­уэ къыщIэкIащ. ЩIэгуа­уэри зыхищIакъым. Лъежьэри щIыхьакъым. Щы­щIэмыхьэм, къигъэкIэрахъуэри зы теуэгъуэ къикIуауэ, шур къыщIэ­гуо­уауэ зэхихащ. ЗэплъэкI и хабзэтэкъыми, Сосрыкъуэ зигъэзакъым, ишри къыжьэдикъуакъым.

   КъыщIэгуоуар къылъежьэри, напIэзыпIэм къыщIыхьащ Сосрыкъуэ, къе­Iэдэкъауэри, уанэгум къри­­­­­дзащ, къыхыфIихуэри, вагъэбдзумиблыр блып­­къкIэ иригъэващ, вэрэ­вийм и пщIэнтIэпсыр къыхихуащ. И джатэр кърих­ри, шу мэхъаджэр къы­щхьэщыхьащ Сосрыкъуэ:

   - Зы хьэ сукIа хуэдэ, узу­кIынкъэ нобэ, - жери.

   - ДумыгъэпIащIэ, - жи­Iащ Сосрыкъуэ, къызэ­фIэувэри. - Сэ сыхьэкъым, нарт­хэ сащыщщ, нобэ ди лъэпкъ яукIыркъым, зыу­кIаи хэкIыжыркъым, махуищ пIалъэ къызэт.

   - Хьэрэмэ Iуащхьэ зэху­ди­пIалъэщ, - жери шум Сосрыкъуэ къиутIып­щы­жащ.

   И цыр уауэ, Сосрыкъуэ и анэм деж кIуэжащ.

   - Уи фэр пыхьэ-пы­кIщ, уи гур икIагъэххэщ, - жиIащ Сэтэней, Сосры­къуэ къеплъри. - Сыт къэ­хъуар, уи лажьэр сыт?

   - Къэхъуам ущIэмыуп­щIэ, - жиIащ Сосрыкъуэ. - Лажьэшхуэ сиIэщ.

   - КъызжумыIэмэ, зыслIэ­жынщ, - жери Сэтэней жыр лэныстэр къищтащ.

   КъыщыщIар и анэм хуи­Iуэтэжащ Сосрыкъуэ, шум махуищ пIалъэ къы­зэ­рыритари жриIащ.

   - Сыт и шыфэлIыфэ шум? - щIэупщIащ Сэтэней.

   - Щауэ хужь Iэпща­бгъуэщ, - жиIащ Сосры­къуэ, - бэлэрыгъ зекIуэ­кIэщ, и щхьэр уэгум етащ, шыуэ зытесыр лъэ­да­къэ цыджэщ, щхьэщIы­дзэ кIыхьщ, шыгъуэ бла­на­щхьэщ.

   - Сыгуащэ мыгъуэт, - жи­Iащ Сэтэней. - Узыхуэзар Албэч и къуэ Тотрэш яб­гэщ. Абы IэщIыхьэр IэщIэ­кIыркъым - уIэщIэ­кIуэ­­дэнущ.

   Сэтэней шэщым кIуащ, шхыдэурэ:

   - Хьэм яшхыжын Тхъуэ­жьеижь! Хъуэн къебгъэхьри къысхуэпшэжащ си щIалэр. Мыр уэра зи ла­жьэр, хьэмэ тIуми фызэдилажьэ?

   - КъалъгулъкIэ сыгъашхэ, - жиIащ Тхъуэжьейм. - Уэзджынищэ къысхэщIэ: пIалъэр къэсрэ Тотрэш и щхьэр къезмыгъэхьмэ, хьэм сегъэшхыж.

   Шым Iус иритщ, шха­лъэм къалъгулъыр дэз ищI­ри, Сэтэней Лъэпщ деж кIуащ, уэзджынищэ ири­гъэщIри, махуищ пIалъэр къыщысым, уэз­джынищэр Тхъуэжьейм и сокум хищIащ.

   Уэзджынищэр зэщIэ­жьы­уэу, Сосрыкъуэ Хьэрэмэ Iуащхьэ нэсащ. Албэч и къуэ Тотрэш къэсауэ Iуащ­хьэм тетт.

   Уэзджынищэм ягъащтэри, Тотрэш и шыгъуэ бла­на­щхьэм щIитхъуащ.

   - Хьэм яшхыжын, пIа­л­ъэ зэста шу цIыкIура узыгъэщтар? - жери Албэч и къуэ Тотрэш шыр къы­жьэдикъуащ, къыщыжьэдикъуэм, шым и жьэр щIэтхъэри, езыр шыпхэмкIэ къыпыхуащ.

   Албэч и къуэ Тотрэшым щхьэщыхьащ Сосрыкъуэ, и джатэ кIэщIыр кърихри.

   - ПIалъэ къызэт, - жи­Iащ Тотрэш.

   - Бийм пIалъэ естыр­къым: сыщрихьэлIэ си пIалъэщ, - жери Сосры­къуэ Тотрэш и щхьэр фIихащ.

 

Жэнэт гъуэмылэ

 

«Хьэуэ» жызымыIэ псори акъылэгъукъым.

ЦIыхум и къарур зыхэлъыр и акъылырщ.

Шыр джалъэмэ, гъуэгуанэшхуэ къызэпичауэ аращ, цIыхур джалъэмэ, и гъащIэ гъуэгуанэр иухащ.

Шынэкъэрабгъэр зэп­лъэкIырейщ.

ЩIалэгъуэр щежьэж­кIэ сэлам къуихыжыркъым.

Iэуэлъауэ щыкуэдым акъыл щымащIэщ.

Iущыр нэрыплъэншэуи жыжьэ мэплъэф.

Анэм и бзэр фом нэхърэ нэхъ IэфIщ, гъатхэ дыгъэпсым нэхърэ нэхъ гуапэщ.

Бжьэр цIыкIуми, цIыху егъашхэ.

Дизыкъуажэ фадэм теплъэнкIэ Iэмал иIэ­къым, зэрыIуплъэу зан­щIэу ирекIых, зримы­гъэлъагъун щхьэкIэ.

Джейр зи инагъри ещакIуэурэ къаубыдыф.

ЕрыскъыкIэ къэпхь псапэр псапэ псом я лейщ: ар жэнэт гъуэмылэщ.

Жыгыр зыIыгъыр лъаб­жьэрщи, цIыхур зыIыгъыр ныбжьэгъущ.

Жыжьэ уплъэн и пэ­кIэ, Iэ­гъуэ­благъэр къызэхэплъыхь.

КIэнауэ дэптхъукIэ, гъа­щIэм лъэужь къыщыбнэркъым.

Къэрабгъэм удзыжь гуэрэнри мыщэ къы­фIощI.

Лъагъуныгъэм зэман хэха иIэкъым.

 

КIуантIэ Iэзид.

 

Фо матэ

 

   Хъыджэбз цIыкIухэри щIалэ цIыкIухэри мэ­джэгу. Япэ щIыкIэ зы мыщэ хах. ИтIанэ, мы­дрейхэр зэгуроIуэри гупитIу загуэш. Язы­ны­къуэ­хэр фо матэщи, удзыпцIэм е унэ лъэгум деж мэтIыс, мыдрейхэр бжьахъуэщи, абы ящхьэщоувэ. Апхуэдэу псори хъурейуэ щытщ. Иджы абы я щIыб дэту мыщэм къекIухь, фо матэ идыгъуфынрэ имыдыгъуфынрэ къищIэну хэту. АрщхьэкIэ бжьахъуэхэр теплъэкъукIыр­къым.

   Щымыхъужым мыщэр зы бжьахъуэ гуэрым бгъэдохьэри йоупщI:

   - Сыт пхъумэр?

   - Плъагъуркъэ? Фо матэщ.

   - Оу, фо мати? - зэIурыбзае хуэдэу ещI. - Фо тIэкIу къызэт.

   - Уэстынукъым.

   - НтIэ къызэщэ.

   - Щэху.

   - Сыт жыпIэрэ?

   - Тумэнищ.

   Абдежым мыщэр бжьахъуэм жиIам хуэдизрэ псынщIэу йоуэр. ИтIанэ ар зы лъэныкъуэмкIэ, бжьахъуэр адрей лъэныкъуэмкIэ ежэкIыу щIадзэ. Апхуэдэу щэ ежэкIрэ, япэ фо матэм деж къэсыжмэ, ар къихьащи, адрейр мыщэу йожьэж.

   УпщIэхэр щхьэж зэрыхуейм хуэдэу игъэув хъунущ, уасэу дапщэ къагъэлъэгъуэнуми бжьахъуэхэр хуитщ. Ауэ абы жиIам хуэдизрэ мыщэр бжьахъуэм еуэн хуейщ.

МафIэдз Сэрэбий.

 

ЩIопщ

 

   ЩIопщым, зэры­гуры­Iуэ­гъуэщи, шым иреуэу аращ, ауэ адыгэлIым зэзэмызэххэт апхуэдэу щищIыр, ар фащэ хъуати Iэ ижьымкIэ иIыгъ къудейуэ арат.

   ЩIопщыкъур нэхъ къы­зы­ха­щIыкIыу щытар хьэм­­кIутIей, щIопщыкъуей жыгхэращ.

   Фэдэн нэхъыбэу зыхэухуэ-на щIопщыр нэхъ ягъэ­лъа­пIэрт. ЩIопщ тхьэмпэм гъуа­­нэ зыщыплI мы­сыры­бдз­кIэ хуащIырти, нэз къыз­де­кIуэ­кIым щтапхъэкIэ нэпкъыжьэ традзэжырт.

   ЩIопщ ухуэныкIэ. Псом япэу фэдэнхэр зытраухуэнэну кумылэр ягъэхьэзыр. Ар фэ Iувым къыхащIыкI хъу­рей­уэ, сантиметр 50 и кIы­хьа­­гъыу, мащIэу и да­къэм­кIэ нэхъ Iуву, и щхьэ­кIэмкIэ нэхъ пIащIэу. Абы къы­кIэ­лъы­­кIуэу чы пIащэ ткIий шабзэкъум ещхьу къагъэш (сур.1). Кумылэ ящIыну фэм и зэ­хуэдитIым деж хуэзэу къапщ и хъуреягъым къекIуэкIыр. Пса­лъэм пап­щIэ, кумылэм и Iувагъыр мил­лиметритху хъумэ, абы къокIуэкI миллиметр 18 хъу Iуданэ. Фэдэну ясыпэну фэлъырыр миллиметр 18 и бгъуагъыу ягъэ­хьэзыр. Фэдэн дапщэ кумылэм трау­хуэ­нэну мурад ящIами (6, 8, 10) а бжы­гъэм 18-р хуа­гуэш. Фэдэнихыу яухуэнынумэ (18:6=3), фэдэн къэс миллиметрищ и бгъуагъыу ясыпэ, фэдэниймэ - миллиметри 2,2-рэ (18:8=2,2), фэ­дэнипщIым - зы миллиметррэ пщIанийрэ (18:10=1,8).

   Фэлъырым и нэхъ Iув лъэныкъуэмкIэ ямысыпу сантиметрих-блы къагъанэри, ар кумылэ дакъэм къра­шэкI, шабзэкъум кIа­питIри быдэу ирапхыжри, щIопщ ухуэныным щIадзэ. Щау­хуэнкIэ фэдэнхэр мащIэу ягъэпсыIэурэ ткIийуэ и бгъуи­­тIымкIи, и щIыбымкIи яшэщIауэ зэра­гъэтIысхьэ. Апхуэдэу щащI­кIэ къагъэсэбэп пхъэ Iэмэ­псымэ (сур.2). Абы и кIы­хьагъщ сантиметри 10 - 12, и бгъуагъщ сан­ти­метритI-щы, и Iува­гъщ зы сантиметр е тIу. Абы и зы кIа­пэмкIэ кумылэр хуэфIу икIыу яугъуэн. Абы кумылэр иралъэфри, и кIапэр шаб­зэкъум ирапхыж. А пхъэ­м­­кIэ щIэх-щIэхыурэ фэдэн зэблэхыпIэм удэуэмэ, ухуэнар фIыуэ зэрегъэ­тIысхьэ.

КIыщ Хьэзрэталий.

 

 

Нэхъыжь – нэхъыщ1э

 

* Хъыджэбз цIыкIум пэгун нэщI иIыгъыу уэрамым нэхъыжь гуэр щыхуэзамэ, ар Iубауэ щIым егъэув. Езыр зыIущIам и сэмэгураб­гъур хуэгъэзауэ, и щхьэр мащIэу гъэщхъауэ мэуври, къыхуэзар блэкIыху щытщ.

   * НэхъыщIэхэм я Iэр япэ яшийуэ нэхъы­жьым сэлам ирахыркъым.

   * Бзылъхугъэ щыту цIыхухъухэр я макъ зрагъэIэтауэ зэпсалъэркъым, зэфIэнэркъым, емыкIу зэжраIэркъым.

   * ПцIы зыупсым, зи псалъэр зымыгъэпэжым, къэрабгъэм и пыIэр гъуанэу пхаудырт. «Абы я пыIэр гъуанэщ» псэлъафэр лъэп­къым хужаIамэ, ар ижькIэ къадэгъуэгурыкIуэрт, цIыхухэм дзыхь къыхуамыщIу.

   * Нэхъыжьым псы щраткIэ абы тыншу Iихын щхьэкIэ, фалъэм и кIыр хуагъазэрт, Iаха иужькIэ зы лъэбакъуэкIэ къикIуэты­жырти, ефэу фалъэр къритыжыным пэплъэрт. Нэхъыжьым фалъэр къыщритыжкIэ: «Псым хуэдэу уаулъагъу», - жеIэ.

   * НэхъыщIэхэр нэхъыжьхэм жаIэм хэпсэ­лъыхьыркъым, абы я псалъэ зэпаудыркъым, ауэ зыгуэркIэ къеупщIамэ, кIэщIу жэуап ират.

 

 

Кхъуейжьапхъэ

 

   КхъуеищIэр цIыкIу-цIыкIуу зэпаупщI е IэкIэ яущыкъуей. Ар шыуаным е жьэпхъалъэ куум иралъхьэ. Зы джэдыкIэ уда халъхьэжри, зэIащIэурэ, фIыуэ зэхагъэзэрыхь. Абы шатэ щIа­кIэри, мафIэ хуэмым трагъэувэ. Кхъуейр кIэримысхьэн пап­щIэ, зэпымыууэ зэIащIэ, ар зэпылъэф хъухункIэ (кхъулэ хэмылъыжу). Абы ирихьэлIэу ша­тэ къавэр пIащIэ мэхъу. Ар Iув хъужын папщIэ, нартыху хьэжыгъэ е крупа хаудэ. Зэпымыу­уэ зэIащIэурэ, мафIэ хуэмым дакъикъи 5 - 6-кIэ трагъэтри, къытрахыж. Шыгъу щыхадзэр хьэзыр хъуным нэблэгъа нэужьщ. Жьэпхъалъэм и щхьэр быдэу трапIэжри, дакъикъэ зыб­жанэкIэ щагъэтщ. Тхъу куэд къыщIидзауэ щытмэ, къытра­гъэж.

   Кхъуейжьапхъэр пщтыру, пIас­тэ щIыгъуу Iэнэм трагъэувэ.

   Шхыныгъуэр щащIкIэ къагъэсэбэпыр: шатэ килограммым хуэзэу кхъуей грамми 150 - 200, зы джэдыкIэ, нартыху хьэжыгъэу бжэмышхи 2 е крупа тIэкIу, шыгъу зэрафIэфIкIэ.

 

   «Адыгэ шхынхэр»

тхылъым къитхыжащ.

 

Адыгэхэмрэ алыджхэмрэ

 

   «Сыту куэдыщэкIэ зэхуэдэ икIи зэщхь Гомер зытетхыхьауэ щыта пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я щэнхабзэр! – итхыгъат франджы еджа­гъэшхуэ-къэхутакIуэ Дюбуа де Монпере. – ЦIыху­хъумрэ цIыхубзхэмрэ я гъэсэныгъэм теухуауэ жысIауэ хъуар, бзылъхугъэхэр зэлэжьыр, лIым и дежкIэ щхьэ­гъусэр дэщIыгъуу цIыхухэм яхыхьэныр емыкIуу зэра­лъытэр, ерыскъы гъэхьэ­зырыкIэр, хьэдэ щIэлъ­хьэ­кIэр... А псоми дэ дыхашэжыр Пасэрей Алыджым (Грецием) икIи дрегъэу­валIэр зы зэман жыжьэ гуэрым адыгэхэмрэ алыджхэмрэ зэпыщIэныгъэ быдэ зэраIам.

   Ауэ упщIэхэр къонэ: «Хэт дэтхэнэм и жьауэм щIэта а тIум? Дэтхэнэ лъэпкъра адрейм и щэнхабзэр нэхъыбэу къэзыщтар?».

 

Хьэсэр зи плъап1э

©Зы мафIэ хъуаскIэм жылэ псор къресыкI.

©Лъакъуэ зышхыр щхьэ шхыгъуи йохуэ.

©Мастэр зэрыкIуэм Iуданэри ирокIуэ.

©Насыпыр къэкIуэн хъумэ, цы Iуданэми къешэ, кIуэжын хъумэ, гъущI пщэхъуми хуэубыдыркъым.

©Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъапIэщ.

©Псэ зиIэм уахъты иIэщ.

©Уэмым и ужьыр уаещи, уаем и ужьыр уэмщ.

©Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым.

 

Бгыкъу зэпэбж тумылъхьэ

Пасэрей адыгэхэм мы­п­­­хуэдэ нэщэнэхэр я фIэщ хъурт:

®УзыщIэмыхьэну унэ и щхьэгъубжэ удэплъыну фIыкъым.

®Уэсыр куумэ, гъэр фIы мэхъу.

®УмыщIэу уи щIыIу зэб­луп­хыкIмэ, уи щыгъын зэ­гъэ­дзэкIауэ щып­тIа­гъэмэ, зыгуэр къыпхэ­хъуэнущ.

®Унэ пщIымэ, бгыкъу зэпэбж тумылъхьэ.

®Хьэр щIэкъугъыр мелы­Iыч елъагъури аращ.

®Хьэм удз ишхмэ, гъэр бэв хъунущ.

®Хьэр къэбгъапцIэмэ, накIэгуу уохъу.

 

 

 

Андемыркъан.

 

 

Лашын пелуаным ток1уэ.

Сурэтхэр АККИЗОВ Екъуб ищ1ащ

 

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]