|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым)и8 |
||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||||
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр ХьэфIыцIэ М.М. етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и Указ
Лъэпкъ щэнхабзэмрэ журналистикэмрэ зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм, ехъулIэныгъэфIхэр иIэу илъэс куэд хъуауэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрыщылажьэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэм, “Адыгэ псалъэ” газет” къэрал IуэхущIапIэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ къыдагъэкIым - и редактор нэхъыщхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент КЪАНОКЪУЭ Арсен Налшык къалэ 2006 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м №44-УП
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лэжьэгъухэм, нэхъ тэмэму жыпIэмэ игъэлажьэхэм, ди гуапэ хъуащ республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр - ЩIыхь тхылъыр - къызэрыхуагъэфэщар. Шэч къытетхьэркъым ар къэзыцIыху псори а хъыбарым зэрыщыгуфIыкIынуми. Ди нэхъыжьыфIым дохъуэхъу дяпэкIи къэрал гулъытэ щымыщIэну, псэ хьэлэлкIэ зыхуэлажьэ республикэм, лъэпкъым зэрыхуэхъуапсэхэр къехъулIэу псэуну. “Адыгэ псалъэ” газетым и лэжьакIуэхэр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и пшыхь
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым дыгъуэпшыхь щызэхэтащ “Адыгэ псалъэ” газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъур щагъэлъэпIа гуфIэгъуэ пшыхь. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президент Къанокъуэ Арсен юбилярым гуапэу ехъуэхъуащ икIи республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр иритащ. И лэжьыгъэфIхэмкIэ ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэми, Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къыщацIыху ХьэфIыцIэ Мухьэмэд псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ республикэм и Парламентым и УнафэщI Бечелов Ильяс, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Щоджэн Ахьмэд, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ хэтхэм, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа хьэщIэхэм. Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ, къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм.
ДЖАТОКЪУЭ Залинэ.
Щэумэн Хьэзрэт даIыгъыу
Гъатхэпэм и 6-м Мейкъуапэ щызэхэтащ “Шэрджэс конгрессым”, “Адыгэ Хасэм”, Адыгейм и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм, “Зыуэ щыт Урысей” партым и щIалэгъуалэ къудамэм къызэрагъэпэща пэкIушхуэ. Ахэр щIызэхуэсар республикэм и Президент Щэумэн Хьэзрэт иригъэкIуэкI политикэ Iуэхухэр даIыгъыну арат. Лениным и цIэр зэрихьэу Мейкъуапэ дэт утым пщэдджыжьым жьыуэ цIыхухэм щызэхуэсу щIадзащ. Жылагъуэхэм къикIхэмрэ студентхэмрэ автобусхэмкIэ къашащ. Район администрацэхэм я унафэщIхэми лъэныкъуэ защIакъым, псори пэкIум хэтащ. ЦIыхухэм яIыгъ къыхуеджэныгъэхэм тетт: “Щэумэн Хьэзрэт ди президентщ”, “Щэумэныр хэзыхар дэращ”, нэгъуэщIхэри. Iуэхум зимыубгъун щхьэкIэ пэкIур щекIуэкI утыр Адыгейм и МВД-мрэ ОМОН-мрэ я нэIэ щIагъэуващ, Правительствэм и унэм и екIуэлIапIэхэри ягъэбыдащ. Милиционерхэм къызэратамкIэ, утым щызэхуэсат цIыху миниплIым нэблагъэ. ПэкIур къызэIуихащ тенджыз ФIыцIэм Iус шапсыгъхэм я лIыкIуэ, “ЩIэныгъэ” обществэм и унафэщI Ачмыз Къазбэч. Абы къыхигъэщащ зэхуэсыр зытеухуар Адыгейм и Президентым республикэм щригъэкIуэкI политикэр даIыгъыну, щIыналъэм и къэрал статусыр фIэмыкIуэдын щхьэкIэ я гупсысэхэр къыжаIэну, фашизмэм, ксенофобием я бийуэ къызэрыувыр къагъэлъэгъуэну зэрыарар. Ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу къызэхуэсахэр ирипIейтеящ республикэм и къэрал статусым. Къызэхуэсахэм ткIийуэ къыхагъэщащ Адыгэ республикэр щхьэхуэу щытын зэрыхуейр. ПэкIум хэтахэм, Щэумэн Хьэзрэт иригъэкIуэкI Iуэхухэр даIыгъыу, ар и къулыкъум къытранэну елъэIуу Урысей Федерацэм и правительствэмрэ УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Урысей Ипщэм щыIэ Козак Дмитрийрэ зыхуагъэзащ. Адыгейм и Президентыр пэкIум щыIакъым. ХэзыщIыкIхэм хэIущIыIу зэращIамкIэ, и къулыкъум текIыну щыжиIа махуэ дыдэм ар Мейкъуапэ дэкIри щалъхуа жылагъуэм - IэфIыпсыпIэ - кIуэжащ. Абы щыгъуэ Щэумэн Хьэзрэт и хьэпшыпхэр, щыгъынхэр, тыгъэ къыхуащIа фэеплъхэр, тхылъхэр и лэжьапIэ пэшми къэрал дачэми щIишыжри здишэжащ. Абы къыхэкIыу Кремлым щIэсхэм щыщу Адыгейм и Президентыр и къулыкъум тезыгъэкIыну хэтахэм я мурадыр къайхъулIакъым. Сыту жыпIэмэ, Щэумэн Хьэзрэт зызэрыпащIэн Iэмал гуэри ягъуэтыркъым. ГурыIуэгъуэщ Адыгейм и Президентым къыдэщIу утыкум къихьа цIыху уэрым Кремлыр зэрызыщIигъэгупсысыжынур. Езы Щэумэным зэкIэ зыри жиIэркъым икIи Iуэхур зэрыхуейм хуэдэу зэфIэмыкIауэ абы и псалъэ зэхахыну къыщIэкIынукъым. Интернетым ит хъыбархэм япкъ иткIэ зыгъэхьэзырар Хьэщыкъуей Олегщ.
Гуапагъэм хуэусэ
Налшык “Эльбрус” тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ “Щыхьэт” зи фIэщыгъэ тхылъыщIэр, усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис и къалэмыпэм къыщIэкIар. Абы ихуащ Къагъырмэсым иужьрей илъэсхэм итха усэхэр, поэмэхэр, рассказ кIэщIхэр. Гу зылъытапхъэщ ахэр цIыхугъэ, гуапагъэ, нэмыс, адыгагъэ жыхуэтIэ гурыщIэ, гупсысэ нэхухэмкIэ зэрыгъэнщIар, фIым зэрыхуэусэр, мыхъумыщIагъэхэм Iущу зэращIэнакIэр. Тхылъыр бзэ дахэкIэ тхащ, купщIафIэщ, “художественнэ” жыхуаIэ фащэ дахэхэмкIэ къулейщ. Шэджэмокъуэ Мурадин.
ЩIэщыгъуэ икIи гукъинэж Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм хэт “Роза ветров” кафем иджыблагъэ щекIуэкIащ республикэм ис щIалэгъуалэм я дэрэжэгъуэр къэзыIэта пшыхь дахэ. Ар ирагъэхьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыцIэрыIуэ “Грани” уэрэджыIакIуэ гупыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 5 щрикъум. Ар пIалъэ кIыхькъым, ауэ махуэ къэс къэунэху уэрэджыIакIуэ куэдым я творческэ гъуэгуанэр зэрыкIэщI дыдэм, Москва, Санкт-Петербург ущыцIэрыIуэу щымытмэ, гулъытэшхуэ зэрумыгъуэтым тепщIыхьмэ, “Грани” гупым и зэфIэкIыр узыгъэгушхуэщ. Абы и щыхьэтщ ахэр ди щIалэгъуалэм фIыуэ зэралъагъур, Ипщэ Федеральнэ округым щекIуэкIа “PRO-ROK-2005” фестивалым нэхъыфIу къыщалъыта гупищым зэрыхабжар. “Роза ветров” кафем щекIуэкIа концертым и зэхэгъэувэкIэм, абы щызэIущIа щIалэгъуалэм я нэгум кърих дэрэжэгъуэм пшыхьыр игъэщIэращIэрт. Апхуэдэ щытыкIэм щыхьэт техъуащ гупым я пашэ Джэрыджэ Аслъэн и псалъэхэри: “Ди ныбжьэгъухэм дабгъэдэсмэ, макъамэ дахэ фIыуэ зылъагъухэм дахуэупсэмэ ди гуапэу къызэдгъэпэщащ нобэрей пщыхьэщхьэр”. Пэшым щызэщIэблэ уэздыгъэ зэмыфэгъухэм я къэгъэсэбэпыкIэмрэ макъамэ Iэмэпсымэхэр щIалэхэм къызэрагъэIэрыхуэмрэ пщыхьэщхьэр нэхъ бей ящIырт. Гупыр адрейхэм къащхьэщызыгъэкIт я гумрэ я псэмрэ къыбгъэдэкI, къедаIуэхэм я деж нахьэсыф макъамэ дахэхэр, тхауэ кърагъэуэжу мыхъуу, а дакъикъэм зэрагъэзащIэр. “Грани” гупым я уэрэдхэм куэд къызэщIаубыдэ. “ГъащIэрщ, - жеIэ Аслъэн, - ди уэрэдхэр зытеухуар. Абыхэм пщащэм лъагъуныгъэ хилъэгъуэнущ, илъэс 30 зи ныбжьхэм гъащIэм зыщрихьэлIэ щытыкIэ гуэрхэр къыхагъуэтэнущ, зи ныбжь нэхъ хэкIуэтахэми я щIалэгъуэ блэкIам хэзышэж гукъэкIыжхэр щызэхахынущ”. Концертыр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу екIуэкIын папщIэ уэрэджыIакIуэ гупым къадэIэпыкъуащ “Терекалмаз” ОАО-р, “Налшык” универмагыр, “Бум-Банк” ООО-р, ухуэныгъэ материалхэр щащэ “Бастион” тыкуэныр. “Грани” рок-гупым я пшыхьыр нэхъ щIэщыгъуэж ищIащ “Дэ адыгэу дыкъалъхуащ” уэрэдым хуащIа клипыр зэрагъэлъэгъуам. Апхуэдэуи концертым екIуу хэуващ “Paradise Forsinners” дизайн студием игъэхьэзыра щыгъын, вакъэ, сумкэ гъэщIэрэщIахэр пщащэ зэкIужхэм утыкум зэрыщагъэлъэгъуар.
Бырс Тамарэ.
Бзэгур къупщхьэншэ щхьэкIэ
Нэпсеягъэм щхьэр егъэутхъуэ. Ингуш ЛIыхъужьым иIэта къамэм нэхърэ акъылыншэм къриха шэр нэхъ шынагъуэщ. Шэшэн Унагъуэ умыухуэу жылагъуэ ухъункъым. Шапсыгъ ЩIэныгъэр - хьэщIэщ, акъылыр - бысымщ. Абхъаз Бзэгур къупщхьэншэ щхьэкIэ къупщхьэр екъутэ. Къумыкъу
|
|
|||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
|||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
||||||||
|