|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым)и6 |
||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||||
Адыгейм и къэкIуэнур зэлъытар хэт?
Адыгейм и Парламентым иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм депутатхэм я пащхьэ Щэумэн Хьэзрэт и къулыкъум зэрытекIымкIэ лъэIу тхылъ щрилъхьащ. Ауэ иужькIэ ар щыуагъэ гуэру ягъэхъыбарыжащ. Псалъэм папщIэ, «Коммерсант» газетым зэритхымкIэ, Щэумэн Хьэзрэт къыхилъхьа Iуэхугъуэм Адыгейм и цIыхухэм я мызакъуэу, Кремлым щIэсхэри игъэпIейтеящ, ауэ абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуакъым. Адыгейм и УнафэщIым «гъатхэ техьэгъуэ» иIэу икIи ар и псалъэм тетыжу и къулыкъум текIын хуейуэ языныкъуэхэм къалъытащ. Мыдрейхэм (Кремлым щIэсхэм) къызэрыхагъэщымкIэ, ар и къулыкъум иджыри зы пIалъэкIэ къытенэнущ. Уеблэмэ, апхуэдэ лъэIукIэ Урысей Федерацэм и Президент Путин зыхуигъазэ хъумэ, ар абы диIыгъынущ. Мэлыжьыхьым и 3-м республикэм и депутатхэм я етIуанэ зэхуэсу екIуэкIам псалъэмакъышхуэ зэрыщыIэнур хэзыщIыкIхэм жаIат. Сыту жыпIэмэ, абыхэм къапэщылът парламентым и комитет 12-м я унафэщIхэр хахыну. Ар тыншу зэрызэфIэмыкIынур гурыIуэгъуэт. Япэ зэIущIэм щыгъуэ щIыпIэ парламентым и спикеру Хьэжыбеикъуэ Руслан, абы и къуэдзэу Иванов Юрий сымэ хахат. Ахэр тIури «Зыуэ щыт Урысей» партым и щIыналъэ къудамэм хохьэ. Ар, дауи, оппозиционерхэм - промышленникхэм, коммунистхэм, аграриехэм - ягу ирихьакъым. Абыхэм я депутат зыбжанэ, лей къатехьауэ къалъытэри, иджы екIуэкIа зэIущIэм Щэумэн Хьэзрэт пэшым къыщыщIыхьам къэтэджакъым. Сыту жыпIэмэ, ари «Зыуэ щыт Урысейм» хохьэ. Президент администрацэм зэригъэхъыбарымкIэ, Адыгейм и ЛIыщхьэм щIыпIэ депутатхэр апхуэдэу къызэрыхущытыр игу техуакъым. Щэумэн Хьэзрэт спикер Хьэжыбеикъуэ Руслан заявленэ гуэр IэщIилъхьащ. Мыдрейр абы итым къеджакъым: «Япэ щIыкIэ «Зыуэ щыт Урысейм» и советым дыщыхэплъэн хуейщ»,- жиIэри. Адыгейм и Президентым иужькIэ псалъэ къищтащ. «ПарламентыщIэ хэтхащ, зэпсэлъэныгъэхэр йокIуэкI. Абы пэжыр къыщыдолъыхъуэ. Сэ мурад сщIащ си къулыкъум сытекIыну. Москва сакъыщыгурыIуэркъым. Ауэ президенту дяпэкIэ сыщымытыжми, экономикэ, социальнэ IуэхугъуэхэмкIэ республикэм сыкъыдэIэпыкъунущ», - жиIащ Щэумэным. Депутатхэм лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкIыну ехъуэхъури, и пIэкIэ къигъэнэну зыхуей щIалитIым я цIэр къриIуащ - Адыгейм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Жьанэ Iэдэмрэ Красногвардейск районым и тхьэмадэ Къудей Муратрэ. Абы иужькIэ зыри жимыIэу тэджри пэшым щIэкIыжащ. Депутат зыбжанэ кIэщI дыдэу Президентым и хэщIапIэм кIуащ. Абы ирихьэлIэуи УФ-м и президент администрацэм къипсэлъыкIащ: Кремлым псори зэхикъутэжащ. ИтIанэщ щIыпIэ президент администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар щызэбгригъэхар Щэумэн Хьэзрэт и псалъэхэр журналистхэм къагурымыIуауэ, ар и къулыкъум щIытекIын щхьэусыгъуэ щымыIэу. «Парламентым къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр Президентым игу щIыхьащ. Пэшым щыщIыхьам щыгъуэ депутат зыбжанэ тэджакъым. Япэм лэжьа парламентри Щэумэным фIы дыдэу къыхущытакъым, и унафэхэм унафэ тращIыхьыжу щытащ. Иджырей парламентариехэм (нэхъыбэр «Зыуэ щыт Урысейм» хэтщ) куэдкIэ щыгугъырт. АрщхьэкIэ апхуэдэу ахэри къыхущытыну и гугъакъым. Мис абы къыщригъэтхъащ», - жиIащ Адыгейм и Президентым и пресс-секретарь КIыкI Абрэдж. ЩIыпIэ парламентым и депутатхэм я нэхъыбэм а махуэм лъэIукIэ Путин Владимир зыхуагъэзащ Щэумэн Хьэзрэт Республикэм и Президенту иджыри зы пIалъэкIэ щытыну и дзыхь къригъэзыну. НтIэ, Щэумэн Хьэзрэт и къулыкъум текIыну лъэIу тхылъ щIитхам ипэжыпIэкIэ сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу Урысей Ипщэм щыIэ Козак Дмитрий иджыблагъэ Адыгейм и Президентым техъущIыхьащ Республикэм и экономикэ, социальнэ гъащIэм зиужь зэпыт хуэдэу Путин Владимир зэрыжриIам щхьэкIэ. КъэпщытакIуэхэм Iуэхур апхуэдэу щымыту къыщIагъэщащ. Арауэ пIэрэ? Кремлым хуэшэчыркъым Адыгейр Краснодар крайм хыхьэжыну зэримыдэр. Абыхэм япэщIэтщ Щэумэн Хьэзрэт. Аращ ар «Зыуэ щыт Урысей» парт спискэм и пашэу иджы екIуэкIа щIыпIэ хэхыныгъэхэм кIуэн щIимыдар. Адыгейм и къэкIуэнум ехьэлIауэ кърахьэжьа референдумым кърикIуэнур ещIэ Республикэм и унафэщIым. Адыгэхэм мызэ-мытIэу жаIащ Адыгейр зэрагъэкIуэдыжу Москва Кавказ зауэ зэрыращIылIэнур. Абыхэм къагуроIуэ Щэумэн Хьэзрэт и къулыкъум зэрытекIыу Адыгейр Краснодар крайм зэрыхагъэхьэжынур. Кремлым и унафэщIхэр иджыпсту хоплъэ Адыгейм и президентыщIэу ягъэувынум и кандидатхэм. Апхуэдэ хъыбэр федерал журналистхэм зэрэ-тIэурэ къатащ. Абыхэм зытращIыхьыр зи цIэр къизымыIуа къулыкъузехьэшхуэ гуэрым и псалъэхэрщ: Щэумэн Хьэзрэт и къулыкъум щытекIын хуей пIалъэр зэраубзыхурэ куэд щIащ, абы зэран хуэхъур езы Щэумэнырщ. Ауэ нэгъуэщI хъыбархэри щыIэщ. Абы тепщIыхьу щытмэ, Урысей Федерацэм и Президентыр Адыгейм и УнафэщIым фIыуэ къыхущытщ, дагъуэ гуэри къыхуищIыркъым. Уеблэмэ, етIуанэ пIалъэ къытринэну елъэIу хъуми, къыдиIыгъынущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Адыгейм и Президентым ехьэлIауэ иджыпсту ирахьэжьа псалъэмакъыр къыщежьэр Москващ. Кремлым щыIэ «группировкэхэм» хэт нэхъ текIуэми, абы и мурадхэр пхигъэкIынущ. Щэумэн Хьэзрэт и къэкIуэнури, апхуэдэу щыхъукIи, Адыгей псом и къэкIуэнури зэлъытар Путин Владимирщ. Хэт и лъэныкъуэра абы къыхихынур? Интернетым ит хъыбархэм япкъ иткIэ зыгъэхьэзырар Хьэщыкъуей Олегщ.
УнафэщIхэр топсэлъыхь
Мэлыжьыхьым и 5-м КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ коммунальнэ хозяйствэкIэ и министерствэм зэIущIэ щекIуэкIащ республикэм и министерствэ, ведомствэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр, къуажэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм я къуэдзэхэр, нэгъуэщIхэри зыхэтар. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чеченов Iэниуар. Къалэ ухуэныгъэм зегъэубгъуным теухуауэ къэув къалэнхэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр къалэнхэр зыгъэзащIэ Абрэдж Iэдиб. Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэм теухуауэ къэпсэлъахэщ Щоджэн Олег, Коротких Олег, Макаров Владимир, Смертюк Богдан сымэ, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэм хэтахэм щэбэт щIыхьэхур егъэкIуэкIыным, жылагъуэхэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным, щхъуантIагъэр хэсэным я лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIыпхъэхэм тепсэлъыхьащ КъБР-м дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и министр Маслов Николай. КIэрэф Хьэсэнбий.
УзэгурыIуэм хуэдэ щыIэкъым
Дыгъуасэ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Томчак Юрий яхуэзащ республикэм и дин IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI ПщыхьэщIэ Iэнас, республикэм и православнэ члисэхэм я протоирей Бобылев Валентин, КъБР-м, Налшык къалэ я раввин Шабаев Леви, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я республикэ советым и унафэщI, отставкэм щыIэ полковник Думай Борис. Республикэ милицэм и унафэщIым зэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ. «Республикэм и дин конфессие нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэм сахуэзэныр си къалэну къэслъытэри, фыкъезгъэблэгъащ, арэзы фытехъуэу фыкъызэрыкIуамкIэ фIыщIэ фхузощI», - жиIэри, абы япэу псалъэ иритащ ПщыхьэщIэм. Республикэм и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIыр Томчак Юрий и лэжьыгъэкIи и щхьэкIи ехъулIэныгъэхэр иIэну ехъуэхъуащ. Апхуэдэу къыхигъэщащ диныр зи фIэщ хъухэм теухуауэ хабзэхъумэхэм яIэщIэкIа щыуагъэ мащIэр игъэзэкIуэжыну зэрыщыгугъыр. Республикэ милицэм и пщэ къалэнышхуэхэр къызэрыдэхуэр икIи республикэм хабзэрэ зэпIэзэрытыныгъэрэ щыIэн папщIэ зыр адрейм и щIэгъэкъуэну щытын зэрыхуейр. Абы и псалъэхэр даIыгъащ отец Валентинрэ раввин Шабаев Левирэ. Отец Валентин къигъэлъэгъуащ щIэблэр гъэсэным гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейр. ЕджакIуэхэм, студентхэм яIущIэурэ псалъэмакъ щхьэпэхэр зэрыдрагъэкIуэкIыр, хабзэхъумэхэм пыщIэныгъэ зэрыхуаIэр. Думай Борис кIэщIу къытеувыIащ щIалэгъуалэм патриот гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIын зэрыхуейм, телевиденэм залымыгъэ фIэкIа, щIэблэр фIым хуэзыущиин къызэримытым, псори зэгъусэу щытыкIэм зегъэхъуэжыным, щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэным зэрелэжьыпхъэм. - Фызэрыщыгъуазэщи, Урысейм и президент Путин Владимир щIалэгъуалэм патриот гъэсэныгъэ ябгъэдэлъыным гулъытэ хэха хуещI, абы тещIыхьа федерал программи щыIэщ. Апхуэдэ программэ Урысей МВД-ми зэхигъэуващ. Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-ми апхуэдэ документ щыIэщ. Дин лэжьакIуэхэм къызэрыхагъэщащи, щIалэгъуалэр къэзыухъуреихь, ар зыхэпсэукI жылагъуэм щапхъэ щахуэхъухэм куэд елъытащ. Ди лэжьакIуэхэри а жылагъуэрщ зыщыщыр. УакIэлъыплъамэ гъэсэныгъэ яхэлърэ зэпIэзэрыту апхуэдэщ, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, я лэжьыгъэр къагъэсэбэпу езым я щхьэ хуэфIын хуэдэу хабзэр къызэпызыудхэри къахокI. Нобэрей ди зэIущIэр адэкIэ дызэрызэдэлэжьэнум и щIэдзапIэу къызолъытэ. ФIыщIэ фхузощI къысхужыфIа псалъэ гуапэхэм папщIэ, -жиIащ министрым. БлэкIа суткэм цIыхухэр зыгъэпIейтеям, республикэм щыIэ щытыкIэм теухуауэ ирата упщIэм и жэуапу Томчак Юрий жиIащ щытыкIэр зэрызэпIэзэрытыр, шынагъуэ зэрыщымыIэр. - Языныкъуэхэм я сабийхэр еджапIэхэм зэрамыгъэкIуам теухуа хъыбар къытIэрыхьащ. УщIэпIейтеин щытыкIэ республикэм щыIэкъым. Терроризмэмрэ экстремизмэмрэ теухуа лэжьыгъэ, адрей хабзэхъумэ IэнатIэхэм ящIыгъуу, МВД-м ирегъэкIуэкI. Иджыри къыхэзгъэщынщи, нэгъабэ жэпуэгъуэм къэхъуа гузэвэгъуэм къытримыгъэзэжын папщIэ псори ялэжь. Мы махуитIым республикэм и гъунапкъэхэм къалэнхэр щезыхьэкI гупхэр зэрахъуэкI. Ар планым тещIыхьа лэжьыгъэщ, ущIэпIейтеин Iуэхуи пылъкъым, - къигъэлъэгъуащ абы. Апхуэдэу жиIащ прессэм щабзыщIын я лэжьыгъэм, следствэ Iуэхум къищынэмыщIа, зэрыхэмылъыр, я упщIэ псоми жэуап иритыну зэрыхьэзырыр икIи мыгувэу абы теухуа зэIущIэ зэрыригъэкIуэкIынур. УЭРДОКЪУЭ Женя.
ЩIэпхъаджагъэ КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Тут Заур къызэрытеуам къыхэкIыу Урысей кинорежиссер Сокъур Александр жиIар Къэхъуар - щIэпхъаджагъэщ! Си дежкIэ нэрылъагъущ Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я нэхъ ину щыт урысхэм я пщэм къыдэхуэ жэуаплыныгъэр нэсу къазэрыгурымыIуэр. Урысхэм хэхауэ жэуап яхь. Къэхъу Iуэхугъуэ мыхъумыщIэхэм я щхьэусыгъуэр - цIыху куэд дыдэр, псом хуэмыдэу славян лъэпкъхэм щыщ ныбжьыщIэхэр, щэнхабзэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ нэхъыкIэ зэрыхъурщ, ауэ залымыгъэр, ерууагъыр нэхъ игущIыIу къэхъуу щыхуожьэ щэнхабзэм ехьэлIа лэжьыгъэр щыужьых щIыпIэм. Сэ си фIэщ мэхъу ди къэралым и щыIэныгъэм и мураду, ар къызыхуигъэщIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытын хуейр щэнхабзэм лъэныкъуэ псомкIи зегъэужьыныр зэрыарар! Абы иджыблагъэ дытепсэлъыхьащ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен Башир и къуэмрэ сэрэ. Сыт тщIэн хуейр? Ерыщу хущIэкъун хуейщ щIэпхъаджащIэхэм тезыр ятелъхьэным! КъикIуэтын хуейкъым! Дауи, адэкIи къару нэхъыбэ тегъэкIуэдэн хуейщ лъэпкъ щэнхабзэр гъэбыдэным. Дахэу, къарууфIэу щытын, губзыгъагъэ зыхэлъ зыужьыныгъэм хущIэкъун хуейщ. Кавказыр щытын хуейщ мамырыгъэр фIыуэ лъагъуным, щэнхабзэм, щIэныгъэм я щапхъэу! Абы папщIэ зыхуей псори щыIэщ. Заури, лей зытехьа адрей псори гу къабзэкIэ, къуэшыгъэкIэ дызоIыгъ. Фи Сокъур Александр.
Пщащэ дахэрэ сабий угъурлыфэрэ
Мэлыжьыхьым и 11-м Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхэтынущ “Горянка” газетым илъэс къэс иригъэкIуэкI “Мисс “Горянка”, “Маленькое чудо” зэхьэзэхуэм теухуа зэIущIэ. Абы къыщыхахынущ нэгъабэ къыдэкIа “Горянка” газетхэм тет пщащэхэм я нэхъ дахэмрэ сабийхэм я нэхъ угъурлыфэмрэ. ЩIэджыкIакIуэхэр фызэрыщыгъуазэщи, гъэм и кIыхьагъкIэ “Горянкэм” къытехуащ бзылъхугъэ дахэ дыдэхэм, сабий гъэщIэгъуэнхэм я сурэт пщIы бжыгъэхэр. Абыхэм я нэхъ дахэр къыхэхыныр зи пщэ къыдэхуа жюрим нэмыщIкIи а Iуэхум жыджэру хэтащ щIэджыкIакIуэхэри. Мы зэхьэзэхуэр пщащэ нэхъ дахэр къыхэхынымкIэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм къыщхьэщокI. Абы ехьэлIауэ “Горянка” газетым и лэжьакIуэ Чаниевэ Тамарэ къыджиIар мыращ: “Дэ зыгуэрхэм дагъэкъуэншэфынкIэ мэхъу мардэхэм тIэкIу дыкъызэрытекIым щхьэкIэ. Ауэ цIыхухэр зэщхькъым, икIи ди щIыналъэм щыпсэу пщащэхэм ящыщ куэд щIагъщIэлъ нэхъ ящымыгъыу утыку къихьэфынукъым. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, мис апхуэдэ хъыджэбз дахэхэм я дежкIэ ди зэхьэзэхуэр уасэ зимыIэщ”. Тамарэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, газетым иIэ “Завидный жених” рубрикэм къытехуа уэрэджыIакIуэхэу, Хьэжырокъуэ СулътIан, Мамаев Роман, Газаев Алим, Хьэцей Тимур, Арэмысэ Азрэт сымэ зыхэт концертымкIэ зэIущIэр ягъэдэхэнущ. Апхуэдэуи уэрэд жаIэнущ Зеущэ Iэуес, Теппеев Алим сымэ, нэгъуэщIхэми. ИСТЕПАН Залинэ.
Гукъеуэншэу дыпсэуну дыхуеймэ...
Нэгъабэ дыгъэгъазэм и 6-м «Адыгэ псалъэм» тетащ абы и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхыгъэшхуэ, «Гъуэгу цIэнтхъуэрыгъуэ» зыфIищар. Ар теухуат жэпуэгъуэм и 13 - 14 махуэхэм Налшык щызэрахьа щIэпхъаджагъэшхуэм и щхьэусыгъуэхэм, абы кърикIуахэм. Сэ гурэ псэкIэ зыхызощIэ ХьэфIыцIэр зыгъэпIейтейхэр зэрыIуэхушхуэр, ди лъэпкъыр хъума зэрыхъуным быдэу зэрыпыщIар, дызэгупсысыпхъэу, дерс тэмэмхэр къызыхэтхыпхъэу зэрыщытыр. КъызэрысфIэщIымкIэ, Мухьэмэд и тхыгъэр, и чэнджэщхэр къэплъытэ хъунущ дызэкъуэтын, дызэхуэсакъыжын, ди щIалэгъуалэр тэмэму гъэсэным зэи хуэмыдэжу дызэдегугъун зэрыхуейм теухуа къыхуеджэныгъэ щхьэпэу. ДызоIыгъ ХьэфIыцIэм “гузэвэгъуэм и тхьэгъушым дыкъигъэушыпхъэщ дэтхэнэ зы балигъри” зэрыжиIар, щIалэгъуалэр гъэсэнымкIэ адэ-анэм жэуаплыныгъэ инхэр зыпылъ къалэнхэр я пщэ дэлъу, ди тхыдэр, лъэпкъ хабзэфIхэр еджапIэхэм щаджын хуейуэ къызэрилъытэр. СызэрыщыгъуазэмкIэ, апхуэдэ IуэхуфIхэм хуэунэтIауэ лъэбакъуэ хъарзынэ ичащ Адыгейм и президент Щэумэн Хьэзрэт. Абы и жэрдэмкIэ адыгэ хабзэр еджапIэхэм щаджу щIадзащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гулъытэшхуэ зыхуэщIыпхъэщ жылагъуэхэм я экономикэ, социальнэ гъащIэр егъэфIэкIуэныр. Дэтхэнэ зы балигъми елъагъу «пенсэм, улахуэхэм хыдогъахъуэ» жыхуаIэм фэрыщIагъ ин зэрыхэлъыр. Сыт щхьэкIэ? Зы тIэкIукIэ улахуэхэр е пенсэхэр къызэраIэту, ерыскъыхэкIхэм, хьэпшыпхэм, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр ину драхуейри! Апхуэдэу ящI нэхърэ, пенсэхэри улахуэхэри а зэрыщытым хуэдэу мащIэу къагъэнэжамэ мынэхъыфIу пIэрэт, жыдоIэ. Зы хъери щIэлъкъым нобэ къэрал унафэщIхэм дагъэлъагъу «политикэм». КъимыдэкIэ, псэукIэ зэIумыбзым, «рынок» мылъхуэсым цIыхухэр къулейсыз ящIащ. Куэд хъуащ лэжьапIэншэхэр, фадафэхэр, нэмысыншэхэр, дыгъуэгъуакIуэхэр, уеблэмэ залымзехьэхэр. А псори щыхупIэм дыхуэзышэ мыгъуагъэшхуэщ, ХьэфIыцIэми зэритхащи, гъуэгу цIэнтхъуэрыгъуэщ. Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ зыщытхъумэфыну абы? СызэригугъэмкIэ, куэд яхузэфIэкIынут цIыхубэ информацэм и лэжьакIуэхэм. Ауэ сыт абыхэм дызыщIагъэдэIур? ГущIэгъуншагъэрщ, къэхьпагъэрщ, узэрыдыгъуэнум, цIыхухэр къызэрыбгъэпцIэнум я Iэмалхэрщ. Зи гугъу сщIыр телевиденэмкIэ къатхэрщ. Хэт къэзытыр? ТпэIэщIэ телеканалхэрщ, «жьыр къыщепщэр» зымыщIэ, зыхуейр зыгъуэт къулыкъузехьэхэрщ. ЗэрыжаIэмкIэ, Налшык щрагъэкIуэкI псалъэмакъ узыншэхэр. Ауэ ахэр ди деж къэсыркъым. Лэскэн аузым дэт къуажитхум дэсхэр илъэс 30-м нэблэгъауэ щIыпIэ журналистхэм ягъэхьэзыр нэтынхэм деплъыфыркъым! Дызыхуэмей, «гын» зыхэлъ, ди щIэблэр зыгъэсэхъу, хамэхэм къызэрагъэпэщ псалъэмакъ мыхъумыщIэхэмкIэ «дагъашхэ». Апхуэдэ мыхъумыщIагъэхэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди куэдщ. Ахэр, дауи, дэ зыкIи сэбэп къытхуэхъунукъым. Абы къыхэкIыу, зэрытхузэфIэкIкIэ дызэдэIэпыкъуу, ди лъэпкъ хабзэфIхэр ди щIэгъэкъуэну, гъэсэныгъэм дызэдевгъэгугъу. Сыт и лъэныкъуэкIи дызэхуэвгъэсакъыж, мамыру, гукъеуэншэу дыпсэуну дыхуеймэ.
АфIэунэ Хьэжысмел. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ.
Адыгэбзэм къыхыхьа хьэрып псалъэхэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрымрэ гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ я институтым къыдигъэкIащ тхылъ щхьэпэ, «Адыгэбзэм къыхыхьа хьэрып псалъэхэр» и фIэщыгъэу. Тхылъыр я IэдакъэщIэкIщ щIэныгъэлI, тхакIуэ ТIымыжь Хьэмыщэрэ диным и лэжьакIуэ ПщыхьэщIэ ЛатIифрэ. Абы хиубыдащ диным, егъэджэныгъэм, жылагъуэ Iуэхухэм пыщIа псалъэхэу щиплI хуэдиз. Гу зылъытапхъэщ мы лэжьыгъэр щIэныгъэм и хабзэхэм тету, купщIафIэу, бзэ шэрыуэкIэ гъэпсауэ дунейм къызэрытехьар. Шэч хэлъкъым мы псалъалъэр бзэщIэныгъэм и лэжьакIуэхэм, динырылажьэхэм, тхыдэтххэм, этнографхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм, тхылъыр зыгъэхьэзырахэми зэрыжаIэщи, “адыгэбзэм и IэфIыр, и гуащIэр, абы и хабзэхэр зыхэзыщIэну хуей дэтхэнэ ди лъэпкъэгъуми” къазэрыхуэщхьэпэнум. Зы закъуэщ зэкIэ арэзы узытемыхъуэр - тхылъым и бжыгъэр зэрымащIэIуэрщ . Ауэ ТIымыжьымрэ ПщыхьэщIэмрэ зэрыжаIэмкIэ, абыхэм мы лэжьыгъэ хьэлэмэтым дяпэкIи къыпащэнущ. Шэджэмокъуэ Мурадин.
Нэхъапэм топитI зыхудигъэкIыфар “Химким” и закъуэт
Псоми зэрытщIэщи, мэлыжьыхьым и 2-м Налшык и «Спартакым» премьер-лигэм и япэ текIуэныгъэр къыщихьащ. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Москва и «Локомотивым» а махуэм топитI худэзыгъэкIа, налшыкдэсхэм я гъуащхьэхъумэныкъуэ Пилипчук Сергей. Ар ещанэ джэгугъуэм и футболист нэхъыфIу, дигъэкIа топыр псом нэхърэ нэхъ дахэу IэщIагъэлIхэмрэ футболым дихьэххэмрэ къалъытащ. - СыбзыщIынкъым, зэIущIэр зэриухар сызыпэмыплъащ, - жеIэ зэуэ цIэрыIуэ хъуа футболистым. - ЦСКА-мрэ Москва и «Спартакымрэ» топхэр яужь дакъикъэхэм къытхудагъэкIащ. Абы къыхэкIкIэ ди тренерым унафэ къытхуищIат Iуэхур Iэпэдэгъэлэл дымыщIыжу и кIэм нэс дыджэгуну. - Уэ уи закъуэ мыгъэрей зэхьэзэхуэм топищ зэрыщыдэбгъэкIыфар пфIэгъэщIэгъуэнкъэ? - Апхуэдэ си пщIыхьэпIэм къыхэхуэнтэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, топ дэгъэкIынкIэ нэхъапэм зэи сыкъыхэжаныкIакъым. Пэжу, топитI зы зэIущIэм щыдэгъэкIыныр си дежкIэ япэкъым - нэгъаби «Химким» дыщыдэджэгум ардыдэр къызэхъулIауэ щытащ. - ЗэIущIэм и сыт хуэдэ Iыхьэра фытекIуэфыну къыщыплъытар? - Бысымхэм я гъуэм пенальти дыщеуара къыщIэкIынщ. - Абы и ужькIэ тIэкIу дэкIри, судьям фи лъэныкъуэмкIэ пенальти еуэн хуейуэ къилъытащ. АбыкIэ командэр арэзытэкъым. Сыт щхьэкIэ? - А пенальтир шэч къызытепхьэ хъуну къытщыхъуащ. - «Локомотивым» щIагъуэу зимыхъумэжыфауэ къыпщохъур. Абы тыншыIуэу зимытауэ пIэрэ? - Хьэуэ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ахэр фIыуэ джэгуащ, языныкъуэхэм деж - гуащIэу икIи къытщымысхьу. Ауэ ди хьэрхуэрэгъухэм я Iуэхур щызэхуэмыхъур дэ нэхъ Iэзэу къэдгъэсэбэпащ.
Пилипчук Сергей и Iэзагъыр мызэ-мытIэу игъэлъэгъуащ. Москва и «Спартакым» щыдэджэгуми (сурэтым) абы зы цIыхутэкъым къегъэбыдылIар.
«Локомотивыр» япэу и унэ щыхигъэщIащ лигэ нэхъыщхьэм хыхьагъащIэм
Москва и «Черкизовэ» стадионым «Локомотивымрэ» Налшык и «Спартакымрэ» щрагъэкIуэкIа зэIущIэм тхыдэм къыхэнэн Iуэхугъуэ къыщыхъуащ: москвадэсхэр япэу пэщIэтыфакъым командэ нэхъыфIхэм хыхьагъащIэм. Мыбы и пэкIэ апхуэдэ командэщIэу 15-м IущIат «Локомотиври», 12-р хигъэщIащ, зэрытемыгъэкIуауэ джэгугъуищ иухауэ аращ. Москва кIуауэ «Локомотивым» пэщIэтыфар «КамАЗ» (1993 гъэм), «Рубин» (2003), «Амкар» (2004) командэхэрщ. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ зэIущIэхэм зы топ нэхърэ нэхъыбэ «Локомотивым» щыхудагъэкIыфар иджыщ. ЕгъэфIакIуэ, ди «Спартак»!
Жыласэ Замир.
|
|
|||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
|||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
||||||||
|