|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
|||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм гъатхэпэм и 4 |
|||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
|||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
||||||
Къэщкъэтау ГЭС-р 2007 гъэм лажьэу яутIыпщыну
Къэнокъуэ Арсенрэ Синюгин Вячеславрэ зопсалъэ
Гъатхэпэм и 1-м КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен зэIущIэ иригъэкIуэкIащ электрокъару къэзылэжь “ГидроОГК” федеральнэ компанием и унафэщIхэр кърихьэлIэу. Абы щытепсэлъыхьащ Совет ГЭС-р ухуэныр зэфIэгъэкIыным икIи КъБР-м и гидроэнергетикэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. “ГидроОГК-м” и правленэм и унафэщI, “Урысейм и ЕЭС” РАО-м и правленэм хэт Синюгин Вячеслав къигъэлъэгъуащ Шэрджэсыпсыр Совет ГЭС-м екIуалIэ псыжапIэхэмкIэ щаутIыпща махуэр а ГЭС-р ухуэным и лъэхъэнэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Абы къыхигъэбелджылыкIащ станцыр лажьэу утIыпщыныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къызэралъытэр, ГЭС-р 2007 гъэм яутIыпщын щхьэкIэ зыхуей Iуэхугъуэхэр зэралэжьынур. Къанокъуэ Арсен “гупсысэ жан зиIэ унафэщI щIалэм” фIыщIэ хуищIащ Урысей Правительствэм пщэрылъ къыхуищIа Iуэхур гъэзэщIэным псынщIэу иужь зэрихьам щхьэкIэ: “ГЭС-р ухуэныр УФ-м и Президент Путин Владимир, иужькIэ Правительствэм и УнафэщI Фрадков Михаил дащыIущIам дызытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Михаил Ефим и къуэм а Iуэхум гулъытэшхуэ къыхуищIащ, - жиIащ КъБР-м и Президентым - Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуэныкъуэщ езым къилэжьыжа электрокъару. Дэ ар икъукIэ лъапIэу зэкIэ КЭУК-м деж къыщыдощэху, зы сомрэ кIэпIейкIихрэ щIэтту, куэдкIэ нэхъ пуду ди деж къыщытIэрыхьэну, къэкIуэну зэманым электрокъарур нэгъуэщIхэм етщэфын хуэдэу къэдлэжьыну Iэмал дгъуэтыну пэтми. Ди бюджетым хущыщIэныгъэ ин иIэщ, абы щыгъуэми, Налшык къалэм къигъэсэбэп электрокъарум илъэс къэс сом мелуан 500-м нэблагъэ тыдогъэкIуадэ”. Къанокъуэ Арсен къыхигъэбелджылыкIащ КъБР-м и унафэщIхэм “ГидроОГК” компанием зэрахузэфIэкIкIэ зэрызыщIагъэкъуэнур. КъБР-м и Президентым апхуэдэуи къигъэлъэгъуащ электрокъарур Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщылэжьыныр зэфIэгъэувэным зэгъусэу хэтыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм егупсысын зэрыхуейр. Синюгин Вячеслав жиIащ гидроэнергетикэм и системэр реформэ щIыныр и кIэм зэрынэмысар, зэгъусэу зэдагъэзэщIэну договорхэр зэрызэращIылIэ щIыкIэ убзыхуа зэрыщымыIэр. Энергетикэ рынокым щыIэн хуей хабзэщIэхэм мы зэманым хоплъэ, ахэр къащта нэужь апхуэдэ договорхэр зэщIылIэнымкIэ Iэмал щыIэ хъунущ. Абы игу ирихьащ ди республикэм игъэлъэгъуа дэIэпыкъуныгъэхэр. ЗэIущIэм зэрыщыжаIащи, “ГидроОГК”-м и инвестицэ программэм и проектым къыщыгъэлъэгъуащ Къэщкъэтау ГЭС-р ухуэныр и кIэм нэгъэсын щхьэкIэ сом мелуан 640-рэ хухахыну, мыдрейуэ, республикэм а мурадым езым и бюджетым къыхэкIыу сом мелуани 130-рэ хилъхьэнущ. Синюгиным зэрыжиIамкIэ, проектым хуагъэув Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ухуэныгъэм къыхуаIутIыпщ ахъшэр сэбэпынагъ нэхъыбэ къихьу къэгъэсэбэпыныр. “А ахъшэр къызэрагъэсэбэпым кIэлъыплъыныгъэ ткIий иIэнущ”, - къыхигъэщащ абы. ЗэIущIэм зэрыщыжаIащи, “ГидроОГК” ОАО-м и унафэщIхэм, КъБР-м и Правительствэм я унафэкIэ Совет ГЭС-м и цIэр Къэщкъэтау ГЭС-у зэрахъуэкIащ.
КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Унафэхэр ягъэзащIэ
“Зыуэ щыт Урысей” партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и партактивым и зэхуэс Налшык щекIуэкIащ. А зэIущIэр къызэрыгуэкIхэм емыщхь ищIащ абы УФ-м и Къэрал Думэм и депутат зыбжанэ къызэрырихьэлIам. КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Бечелов Ильяс, “Зыуэ щыт Урысей” партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий сымэ ящIыгъуу зэIущIэм жыджэру хэлэжьыхьащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Нэхущ Заурбий, “Зыуэ щыт Урысей” партым Ипщэ федеральнэ округым щиIэ зэщIэзыгъэуIуэ советым и унафэщI Гребенюк Владимир, абы и къуэдзэхэу Ищенкэ Александррэ Галушкин Василийрэ, УФ-м и Пенсэ фондым и УнафэщI Батанов Геннадий. Абыхэм я псалъэмакъыр теухуауэ щытащ “Зыуэ щыт Урысей” партым и VI съездым къыщащта унафэхэр, УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъха лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, пенсэ реформэм, нэгъуэщIхэми. Ныбэжь Таисэ.
Лъабжьэ ягъэтIылъ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыным и еплIанэ Iыхьэр зэфIигъэкIри, ди “Спартакыр” мазаем и 21-м Тыркум къикIыжащ. Абы кърикIуахэмрэ дяпэкIэ я мурадхэмрэ теухуауэ налшыкдэсхэм я тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрий щэбэт кIуам пресс-конференц иригъэкIуэкIащ. - Дунейм и щытыкIэм щIэх-щIэхыурэ зихъуэжу зэрыщытар икъукIэ зэран къытхуэхъуащ: зы махуэм дыгъэ къепст, адрейм уэшх къешхт, а псом къищынэмыщIауэ щIэх-щIэхыурэ жьышхуэ къепщэт. Арати, ди мурада псори нэсу зэдгъэхъулIэфакъым. Уеблэмэ Тыркум щедгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм и нэхъыбэр жьапщэм хуэзащ. Дауэ щытми, топджэгу зыбжанэм я зэфIэкIыр здынэсыр зэдгъэщIэну тхузэфIэкIащ. ЗыхэтщIащ командэм хэтынухэр нэсу къыхэхауэ зэрыщымытым къыхэкIыу ди джэгукIэм ныкъусэныгъэхэри зэриIэр. Ахэр белджылы къащIащ Тыркум дыщыIэху едгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIийм. Абыхэм дыщыкIэлъыплъащ футболист 33-м я джэгукIэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэIущIэхэр щекIуэкIым фэбжь зэригъуэтам къыхэкIыу, Ксанаев Марат зы мазэм нэскIэ джэгуфынукъым. Битокъу Тимур и лъэгуажьэр игъэузыжащ, ауэ ар хуабжьу ущIэгузэвэнкъым. Мы зыгъэсэгъуэм къекIуэлIэну дызыщыгугъа футболистхэм ящыщу цIыхуипщI кърихьэлIакъым. Абыхэм я Iуэхур зытетым нобэкIэ дыщыгъуазэкъым, ауэ къыкIэлъыкIуэ зэхуэсыгъуэм къетшэлIэну ди мурадщ. - Налшык и “Спартакым” щыджэгуну къыхэфха футболистхэм я цIэ къипIуэфыну? - Псори зэгъусэу цIыху 25-рэ заявкэм итын хуейщ. НобэкIэ официальнэу пщыкIухым контрактым Iэ традзащ. Концедалов Роман япэ къекIуэкIыгъуэр иухыхукIэ ди деж щыIэнущ, адэкIэ деплъынщ. Сердюков Сергей адрей командэхэм яхэмыхьэу “Спартакыр” къызэрыхихар ди гуапэщ. Гъуащхьэтетхэу зэкIэ Кращенкэ Сергейрэ Чихрадзе Александррэ диIэщ, ещанэу абыхэм гъусэ яхуэтщIынум зэкIэ долъыхъуэ. Мыгувэу Сочи щыIэну сборхэм гъуащхьэтетитI-щы кърихьэлIэнущ, дыдейхэр хэмыту. Абыхэм зы къахэтхынущ. КъищынэмыщIауэ ди гъуащхьэтетхэр игъэсэну, абыхэм ядэлэжьэну зы тренер къедгъэблэгъэнущ. - Иужьрей зэIущIэхэр фызэрытемыгъакIуэу зэриухар къызыхэкIар сыт? - Дэ мы зэIущIэхэм текIуэныгъэм и закъуэкъым дызыхущIэкъуар, атIэ щIалэхэм я бэшэчагъым дыкIэлъыплъащ, губ- гъуэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыдгъэджэгуащ, хэт дэнэ деж увыпхъэми дубзыхун папщIэ. - Сочи щекIуэкIыну сборхэм сыт нэхъ тегъэщIапIэ щIыпхъэу къэфлъытэр? - Мазаем и 27-м къыщыщIэдзауэ гъатхэпэм и 11 пщIондэ Сочи дыщыIэнущ. Абы дыщызыхуэзэнухэр дубзыхуащ. ЗэIущIитI “Спартакым” хэтыну тезыухуахэм папщIэ, апхуэдиз дыдэ дызыкIэлъыплъынухэм щхьэкIэ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ. Абыхэм хэтынущ цIыху 30-м нэс. Сочи дыщыIэхукIэ Москва и “Локомотивым” абы щиIэ губгъуэм зыщыдгъэсэну къыдитащ. Ди стадионыр гъатхэпэм и 11-м ирихьэлIэу хьэзыр мыхъумэ, Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм махуитI-щыкIэ зыщытIэжьэнущ. - Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу нэгъабэ ди “Спартакым” хэта топджэгу щIалэщIэхэм я Iуэхур зытетыр сыт? - Абыхэм ящыщ зыбжанэ бэджэнду командэ зэмылIэужьыгъуэхэм еттащ. Псалъэм папщIэ, Хьэбылэ Алим Курск, Щоджэн Мурат Оренбург щыджэгунущ. Апхуэдэу ДзыхьмыщI Муратрэ Танокъуэ Рустамри бэджэнду дот. - Налшык и “Спартакым” мылъкукIэ зыкъыщIэзыгъэкъуэну спонсорхэр къыкъуэкIа? - Спонсор Iуэхур зэкIэ нэсу зэхэкIауэ щыткъым. АрщхьэкIэ мылъку къызэрыдэмэщIэкIым ди топджэгухэм я лъэр щIигъэхун хуейкъым, икIэм-икIэжым псори зэлъытар джэгукIэрщ. Псом нэхърэ нэхъапэр командэм и иджыпстурей зэхэтыкIэр къызэтенэнырщ. Си псалъэм и кIэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт “Спартак” стадионым елэжь псоми. Уэс, уэшх, щIыIэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэ ямыIэу абыхэм ар зэIущIэ къытпэщылъхэм хуагъэхьэзыр, ди республикэм, командэм и напэр темыкIын, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэр Налшык я нэкIэ щалъагъуфын папщIэ. Тхьэр арэзы къахухъу! Дэри къыддэщI псоми дахуэфащэу дыкъызэрыщIэкIыным хуабжьу дыхущIэкъунущ. Аращ тлъэкI къэдмыгъанэу ерыщу зэхьэзэхуэм зыщIыхуэдгъэхьэзырыр.
Зытхыжар ЖЫЛАСЭ Замирщ.
ЗэкIэ “Зенитым” пэщIэтыфакъым Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыным ди “Спартакым” Сочи щыпещэ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм налшыкдэсхэр щаIущIэнущ премьер-лигэм хэт командэ зыбжанэм. Мазаем и 28-м япэу зыдэджэгуа Санкт-Петербург и “Зенитым” Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм я гукъыдэжыр хуабжьу къикъутащ. Ди “Спартакым” къыщыдэджэгум “ищхъэрэ къалащхьэм” къикIахэм яхэтакъым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ къыхэхахэм ирагъэблэгъэжа футболистибгъу, Кержаков, Аршавин, Чантофальски сымэ я пашэу. Ауэ “Зенитым” и лъэщагъыр абы зыкIи къигъэтIэсхъауэ къыпщыхъуртэкъым. Джэгум щIадзэри дакъикъэ пщыкIутху дэкIауэ арат налшыкдэсхэм я гъуэм топищ къыщыдагъэкIам. Абы иужькIэщ ди “Спартакым” къыхыхьа Сердюков зы топ щыдигъэкIар. АрщхьэкIэ адэкIи Iуэхум зэрызихъуэжа щыIэкъым. Псом хуэмыдэу хъийм икIат щэнейрэ къыхэжаныкIа Чадиковскэмрэ топитI къытхудэзыгъэкIа Трифоновымрэ. Арати, Сочи щригъэкIуэкIа япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр Налшык и “Спартакым” 1:6-уэ фIахьэхуащ. Абы ди тренерхэм я пащхьэм упщIэ гугъу зыбжанэ къригъэуващ. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ зэпэщIэта командэхэм хэтахэм. “Спартак”: Чихрадзе (Кращенкэ, 46), Лазарески (Бердыев, 58), Заруцкий (Джудович, 46), Мостовой, Скворцов Ан. (Мэшыкъуэ, 23), Ланько (Скворцов Ал. 46), Къудей, Гогуа (Концедалов, 46), Пилипчук (Балэ, 46), Сердюков, Корчагин (Гаврюк, 46). “Зенит”: Малафеев, Флахбарт, Вьештицэ, Несвадьбэ, Крижанец (Ширл, 46), Денисов, Горшков (Максимов, 56), Трифонов, Власов, Чадиковски, Кожанов. Топхэр дагъэкIащ: Трифонов, 2 (1:0). Кожанов, 11 (2:0). Чадиковски, 15 (3:0). Сердюков, 25 (3:1). Трифонов, 40 (4:1). Чадиковски, 45 (5:1). Чадиковски, 89 (6:1). КъыкIэлъыкIуэу ди “Спартакыр” Сочи щыIущIэнущ щIыпIэ командэхэм. Жыласэ Заур.
Ди къуэш республикэхэм
Бюджет IуэхукIэ
Мейкъуапэ. Адыгейм финансхэмкIэ и министр Кирилловэ Татьянэ правительствэм и зэIущIэм щыжиIащ щIыпIэ бюджетым халъхьа дэщIыгъужыныгъэхэмкIэ зэрымыарэзыр. Псом хуэмыдэу бюджетым и дефицитым зэрыхэхъуэмкIэ, Къэрал Совет-Хасэр Iыгъыным ахъшэшхуэ зэрытекIуадэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми мылъку куэд зэрыхуаутIыпщымкIэ. ЩIыпIэ депутатхэм зэрыжаIэмкIэ, финансхэмкIэ министрым а дэщIыгъужыныгъэхэм теухуауэ зыри жиIэну къыщIэкIынтэкъым, парламентархэм Адыгейм и Президентым и фондым “зрамыпщытамэ”. Ар сом мелуан 60-м ноблагъэ. Дауэ хъуми, депутатхэм бюджетым дыщIагъужа Iыхьэхэр пхагъэкIащ. Кирилловэ Татьянэ ахэр игъэкъуэншащ бюджетым и дефицитым зэрыхагъэхъуам щхьэкIэ. “Иджыпсту Республикэм и экономикэ щытыкIэр зыщIэм а бюджетыр къищтэнукъым”, - къыхигъэщащ финансхэмкIэ министрым. Адыгейм и Президентым и фондым хухаха сом мелуан 60-м и пIэкIэ депутатхэм къагъэнар сом мелуан 16-щ. АбыкIэ мыарэзыуэ Щэумэн Хьэзрэт и деж ириджащ парламентым и спикер Тхьэркъуахъуэ Мухьэрбийрэ бюджет-финансхэмрэ налогхэмкIэ комитетым и унафэщI МатIыжь Аслъэнрэ. Президентым абыхэм яжриIащ уэсыр текIыжрэ гъатхэм псыхэр къиумэ жылагъуэхэр ихьынкIэ зэрыхъунур. Мис апхуэдэ къэхъукъащIэхэм, нэгъуэщI насыпыншагъэхэм пэщIэтын щхьэкIэщ президент фондыр къыщIызэрагъэпэщыр. Апхуэдэу щыхъукIи, щIыпIэ парламентыр Iыгъыным трагъэкIуадэу щыта мылъкум сом мелуани 5 депутатхэм дыщIагъужащ: унэлъащIэ, машинэ, оргтехникэ кърыращэхун щхьэкIэ.
Жылагъуэхэр щIапщытыкI
Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсым и МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Къардэн ФатIимэ къызэритамкIэ, щIыпIэ милиционерхэм иджы- благъэ щIапщытыкIащ республикэм и жылагъуэхэр, щыIэ хабзэр къызэпызыуду Iэщэ зезыгъакIуэхэр къыщIагъэщын, ахэр къытрахын щхьэкIэ. А лэжьыгъэхэм хэтащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа милиционери 100. Абыхэм къаплъыхьащ жылагъуэхэм щабгына унэхэр, къуакIэбгыкIэхэр, автотранспортхэр. А махуэхэм щIыпIэ МВД-м нэхъ ткIийуэ ихъумащ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэхэр, правительствэм и унэр, нэгъуэщIхэри.
ГъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэхэр
Сыхъум. Урысейм и гъущI гъуэгухэм я унафэщI Якунин Владимир иджыблагъэ журналистхэм пресс-конференц ядригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ “Сочи - Тбилиси” гъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэр егъэжьэжа хъунымкIэ ялэжьахэм. Якунин Владимир къыхигъэщащ “Сочи - Тбилиси” зэпыщIэныгъэр ежьэжын щхьэкIэ Абхъазымрэ Грузиемрэ я гъущI гъуэгухэм я унафэщIхэм зэгурыIуэныгъэ зэрыращIылIар, зэгъусэу зэдэлэжьэну компание щхьэхуэ къызэрызэрагъэпэщар. “Политикэ Iуэхухэр политикхэм зэхрахыж, ауэ гъущI гъуэгухэм ехьэлIауэ диIэ къалэнхэр дэ дгъэзэщIэнущ, экономикэ, транспорт Iуэху зэIумыбзхэр дгъэзэкIуэжынущ. Абы теухуа унафэ къэтщтащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу компание къызэдгъэпэщами лэжьэн щIидзэнущ”, - къыхигъэщащ Якунин Владимир.
Хьэщыкъуей Олег.
Мысыр шэрджэс пащтыхьхэм я щIэблэр
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд
УсакIуэхэр СУРЭТХЭР→
Хьэрып литературэм и классикхэу Баруди (Наурзокъуэ) Мыхьмудрэ Щэукъий Ахьмэдрэ ягъукIэгъэсэну, абыхэм ирагъэжьа лэжьыгъэм хуэпэжрэ ар япэкIэ зэрагъэкIуэтэным я гъащIи, я гуащIи зэрыхуэгъэпсар къехьэкI-нехьэкI хэмылъу жаIэу щыIащ Джэрым Алийрэ (1881 - 1949) Абазэ Хьэзизрэ (1899 - 1969). А тIури адыгэт икIи псэухукIэ пщIэшхуэ хуащIу, ялъытэу къэгъуэгурыкIуащ хьилмышхуэ зыбгъэдэлъу щыта я хэкуэгъу нэхъыжьхэр. Апхуэдэ зэхущытыкIэм и лъэужь хыболъагъуэ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэбгъапщэкIи. Джэрымыр ящыщащ Урыс-Кавказ зауэм и илъэс хьэлъэхэм хэкур зыбгынахэм, и натыхъуей унэцIэри ихъумащ. Абы дэгъуэу ищIэрт и анэдэлъхубзэр икIи адыгэ хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI лIыуэ щытащ. Хьэрып литературэр зыджхэм иужьрей усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ Джэрымыр. ЩIэныгъэ абы щызригъэгъуэтар Инджылызырщ, нэхъ зыпыщIауэ щытари егъэджакIуэ Iуэхурщ. ИужькIэ Алий щылэжьащ Мысырым щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм. Джэрымыр ящыщщ Каир Хьэрыпыбзэм и академие къыщызэIузыхахэм. Бзэм теухуауэ абы къыдигъэкIа лэжьыгъэшхуэ томищ хъури, гъэхуа псэлъэкIэм зэрызыхуагъасэ тхылъри КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыцIэрыIуэщ. Абы къытрыригъэдзащ «Аль-Муджмал», «Муфассал» щыщ классикэ тхыгъэхэр, X лIэщIыгъуэм псэуа усакIуэ Ибн Фарис и псалъалъэрэ аз-3амахъшар и грамматикэмрэ (XI - XII лIлI.). 1934, 1940 гъэхэм Алий къыдигъэкIыгъащ Баруди Мыхьмуд и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса диван (усыгъэ тхылъышхуэ). АрдыдэмкIи къигъэлъэгъуащ хьэрып усыгъэм увыпIэ лъагэ щызиIэ усакIуэ щэджащэм и хьилмым пщIэуэ хуищIыр зэрыиныр. Джэрымым и усэхэм нэхъыбэу яхыболъагъуэ ахэр классикэ къупхъэм Iэзэу зэригъэтIысхьар, зэхэщIыкI куумрэ хэплъыхьа дахагъэмрэ и IэмыркIэ къызэрыгъэщIар. 1938 - 1939 гъэхэм Каир къыщыдигъэкIа тхылъ томищ хъур щыхьэт зэрытехъуэщи, абы нэхъ къигъэсэбэпыр усэ бзыпхъэ нэхъ инхэрщ. УсакIуэм и бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ щIыпIэцIэхэм, бзэм хэкIуэдыкIыжа псалъэхэм, курыт лIэщIыгъуэм псэуа классикхэм я цIэхэм къытепщIыкIауэ къигъэсэбэп фIэщыгъэхэм. Хьэрып тхылъеджэм деж Джэрым Алий цIэрыIуэ щыхъуащ критикэм иIэту зыщытхъуа тхыдэ романхэмкIи. Андалусием щытепща хьэрыпхэм абы яхуиусащ «УсакIуэ-пащтыхь» тхыгъэшхуэр. Мыбдеж, шэч зэрытщIымкIэ, Стэнли Лэнпул и IэдакъэщIэкI «Маврхэр - Испанием» жыхуиIэм ижь къыщIихуагъэнущ абы. А тхыгъэр Алий хьэрыпыбзэкIэ Iэзагъэ ин хэлъу зэридзэкIащ. Адрей тхыдэ романхэу «Чэщанэхэм я гуащэ», «ЩIыхьщIэкъу усакIуэ», «Рашид и пщащэ» жыхуиIэхэр теухуащ фатIимид тепщэхэм, усакIуэ МутIэнэбби, Бонапарт Наполеон и зекIуэм, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Мысырыр яхузэрымыгъэгуэшу Инджылызымрэ Франджымрэ ирагъэкIуэкIа зэныкъуэкъум. Абазэ Хьэзиз пасэу усэ итхын щIидзащ. Адыгэ мамлюкхэм я щIэж щIалэщIэр, Мысыр курыхым и къуажэ тхьэмадэм и унагъуэ къыщытэджар, ирагъэцIыхуащ Щэукъий Ахьмэд. УсакIуэ щэджащэм къилъытащ щIалэм и япэ лъэбакъуэхэр узыншэу. ИужькIэ Абазэм пкърышыпсыхьащ Барудирэ Щэукъийрэ я усэ гъэпсыкIэм хэлъ Iэзагъыр, абы къыдэщхьэлъащ икIи дэгъэгъащ, а щIыкIэмкIи Хьэзиз хъуащ иджырей хьэрып усыгъэм и тхьэгъуш нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы. 30 гъэхэм Абазэм газетхэм, журналхэм къытрыригъэдзащ неоклассикэ усэ зыбжанэ. Щэукъий Ахьмэд и чэнджэщкIэ абы итхащ усэу зэхэлъ пьесэ «Къеисрэ Лубнэрэ» жыхуиIэр. 1943 гъэм Хьэзиз къыдигъэкIащ «Гужьеям и гурым макъ» диваныр - дунейм ехыжа и щхьэгъусэм хуиусар. А тхылъым щызэхэухуэнащ Мысырым щыпсэу цIыхубэм я гъащIэм хэлъ гугъуехьхэр. ИужькIэ Абазэ Хьэзиз и Iэдакъэ къыщIэкIащ драмэ тхыгъэ зыбжанэ. Абы и нэхъыбэр теухуащ ислъам тхыдэм ипэ къихуэ лъэхъэнэм. Ахэр «Ал-Абасэ» (1947), «ЛIыхъужь» (1950), «Шэджэрат ад-Дурр» (1951), «Андалусием и къухьэжыгъуэ» (1952), «Шахрийар» (1954), «Чырэм и нур» (1961), «Къейсэр» (1963) пьесэхэрщ. Нобэрей къэхъукъащIэхэм теухуащ «Бжьыхьэ тхьэмпэхэр» (1957), «Захьрэ» (1968) жыхуиIэ пьесэхэр. Абазэ Хьэзиз и тхыгъэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ хьэрып критикэр. ФIыи хужаIэрт, къыщракъухьи къэхъурт. Литературэм традиционализмым и лъабжьэр щызыгъэбыдэ Ал-Аккад, Тахьэ Хъусейн, Ал-Уэкил сымэ Абазэр ягъэзахуэ. Реалист еплъыкIэм и телъхьэхэм ар мытэмэму къалъытэ. Абыхэм ящыщу Ал-Алим, ан-Нэкъаш сымэ зэрагъэувымкIэ, Абазэм и усыгъэр буржуазие жьгъейм и философием и пщэкIэ кIуэркъым икIи зэрыщыту зэран хуохъу жылагъуэ зыужьыныгъэр IупщIу плъагъуным. Баруди хуэдэу, Абазэ Хьэзизи и гъащIэр тхэн къудейркъым зытриухуар. Каир дэт университетым и юридическэ факультетыр къиуха нэужь, ар лэжьащ генеральнэ прокуратурэм и департаментым и унафэщIым и къуэдзэу. 30 гъэхэм Абазэр парламентым хагъэхьэ, ар Къэлюбие, Фаюм, Минье, Порт-Саид, Асьют вилайетхэм я тхьэмадэу щытащ. 1946 гъэм къулыкъур еутIыпщ, литературэм и къару псомкIи зритын папщIэ. Абазэ Хьэзиз Хьэрыпыбзэм и академием куэдрэ хэтащ. Мысырымрэ Сириемрэ я гъуазджэмрэ литературэмрэ я Хасащхьэм хыхьэ усыгъэ къудамэм и унафэщIт, къэралым ис усакIуэхэм я Ассамблеем и тхьэмадэт. Абы и ныбжьэгъуфIт Джэрнуси Хъалид. А тIум ассамблеем хэт адрей цIыху 27-ри я акъылэгъут, а псоми литературэр традиционализмым хэкIыкIын хуейуэ къалъытэрт. Мыбдеж Джэрнуси щхьэкIэ псалъитI-щы щыжыIапхъэщ. УсакIуэ хъуну щIалэр къыщалъхуащ Араби Ахьмэд и зэщIэхъееныгъэм лIыгъэ къыщызыгъэлъагъуэу хэта адыгэ офицерым и унагъуэм. Каир дэт университетыр къиуха нэужь, ар лэжьащ журналисту, мыдрисэм и егъэджакIуэу. 1936 гъэм Мысыр радиом иригъэкIуэкIащ усыгъэм и зэхьэзэхуэ. Абы хэта цIыху 346-м ятекIуэри, Джэрнуси къехь япэ саугъэтыр. «Гупсысэм и хуитыныгъэ» - арат ар цIэрыIуэ зыщIа усэм зэреджэр. Илъэс 19 докIри, Джэрнуси Хъалид ХьэрыпыбзэмкIэ академием и саугъэтыр къыхуагъэфащэ (1952 гъэ). И гугъу щIыпхъэщ нэгъуэщI зы усакIуэми - Сабри Исмэхьил (1854 - 1923), адыгэ мамлюкхэм я щIэблэм, Щэукъий Ахьмэд, МутIран Хъалил, Камил Мустэфа, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэм я ныбжьэгъуу щытам. Академик Крачковский Игнатий (1883 - 1951) къызэрилъытэмкIэ, Сабри и тхыгъэхэм къыщигъэщIэрэщIэжащ пасэрей усыгъэр икIи ар нобэ Мысырым и усакIуэ нэхъ инхэм ящыщу къалъытэ. Сабри Исмэхьил щхьэкIэ хьэрыпхэм «усакIуэхэм я щихъ» жаIэ. Абы и усыгъэм зэпещIэ традиционализмымрэ романтизмымрэ. Сабри и творчествэр лъэхъэнитIу зэпауд. Япэ лъэхъэнэм курыт лIэщIыгъуэхэм я усыгъэ акъужькIэ бэуащ ар, етIуанэм - къызэригъэпэщащ романтикэкIэ гъэнщIа лирикэ, уэрэд куэд, итхащ социальнэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа усэхэр, дунейм къытригъэхьащ.
Мы дунеижьым хабзэу къыщокIуэкI: Гужьейм, дзыхьмыщIым гъащIэр дызокIуэкI. Уи хэкур хамэм хэутэн ищIам, Уи лъэпкъыр ещхькъэ бзэншэу бжьым щIэщIам. Хьэзаб мыухщи, поткIукI гуIэ нэпс, Имылъагъужу ди нэм дыгъэ нэпс. ДыхэмыкIыжщи апхуэдэу бэлыхь, Ди щыгум джатэр щхьэщагъэджэгухь. ИтIани аркъым: тщIынщ зэтес дунейр, ЩIэныгъэр, гуащIэдэкIыр хъум дыдей. ЛIэщIыгъуэрыбжэу кIыфIыгъэм хэтар Плъагъунщ, ныбжьэгъу, дыгъэпсым хэтшау. ИтIанэ зауэм щIэбэг тепщэу хъуар Iэпхлъэпх ищIынут ди къару бэгъуам, -
апхуэдэу щетх Сабри Исмэхьил «ГупсысапIэ» зыфIища и усэм. Мысырым щыщ адыгэ усакIуэхэм ятеухуа ди хъыбарыр дыухынщ Теймур Айшэ (1840 - 1902) и IуэхущIафэмкIэ. Теймур унэцIэр зэрихьэу литератор цIэрыIуэ хъуахэм къахэкIа бзылъхугъэм и адэ Исмэхьил политикэ Iуэхузехьэт. Абы и пхъум щIэныгъэфI щригъэгъуэтащ и унагъуэм. Айшэ уэрсэру ищIэрт бзэ зыбжанэ, хьэрыпыбзэкIэ, къэжэрыбзэкIэ, тыркубзэкIэ усэ итхырт. Журналхэм, газетхэм куэдрэ къытехуэрт абы и хъыбархэри, нэгъуэщI тхыгъэхэри. Теймур Айшэ и япэ усэ тхылъыр Истамбыл къыщыдигъэкIащ. Прозэми усыгъэми абы нэхъ щищIасэр классикэ тхэкIэрт. ХIХ лIэщIыгъуэм хьэрып гъащIэм щызекIуэу щыIа хабзэхэр къэплъытэмэ, усыгъэ уафэм къыдэшэсея вагъуэщIэр зэрыбзылъхугъэм псори къигъэуIэбжьырт. Айшэ муслъымэныгъэр къызэпызыуду ялъытэрт, ауэ а псоми пэувыфащ адыгэ пщащэр икIи КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и цIыхубз псоми япэ журналхэм, газетхэм и тхыгъэхэр трыригъэдзэн щIедзэ. «ЦIыхубзыр, абы и бэнэныгъэр, и гуащIэдэкIыр» зыфIища и тхылъым хьэрып еджагъэшхуэ Тахьэ Ахьмэд къыщегъэлъагъуэ цIыхубз зэщIэхъееныгъэм япэу Теймур зэрыхыхьар. 1896 гъэм Айшэ къоув муслъымэн цIыхубзхэр гъэрыпIэм къишауэ щхьэхуит щIын хуейуэ, Европэм щыщ адрей бзылъхугъэхэм нэхърэ ахэр щIэнэхъыкIэн щымыIэу. ИужькIэ абы хиша гъуэгум ирокIуэ нэгъуэщI усакIуэ цIыхубзхэри - Аль-Иазджи Уардэрэ Марраш Мэремрэ. Абыхэм я усэ, новеллэ, публицистикэ тхыгъэ куэд траухуэ социальнэ Iуэхугъуэхэми. Теймур Айшэ и публицистикэр икъукIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ Мей (Зияд Мэрем) - цIыхубз тхакIуэ цIэрыIуэм, иджырей КъуэкIыпIэм фIэлIыкI нэхъ ин дыдэ зиIэхэм ящыщым и гуащIэр зэфIэувэным. 1925 гъэм тхыгъэ щхьэхуэ абы хуитхауэ щытащ и адыгэ егъэджакIуэм.
ТхакIуэхэр
Ди хъыбарым и къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэр тедухуащ адыгэ мамлюк ахъырзэманхэм къатепщIыкIыжа мысыр тхакIуэхэм. Абыхэм я цIэр хьэрып литературэм къуэпс быдэкIэ хэкIащ, я IэдакъэщIэкIхэр ядж курыт еджапIэхэм щIэсхэми, студентхэми, къызэрыгуэкI тхылъеджэхэми. Мысыр новеллэм и япэ вагъэбдзумэр къэзыхьауэ ялъытэр Теймур Мухьэмэдщ (1892 - 1921). Ар Теймур-пэщэ Ахьмэд филолог лъэрызехьэм, хьэрып классикэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къэхутакIуэм, пасэрей тхылъыжьхэмрэ Iэрытххэмрэ я зэхуэхьэсыжакIуэм и унагъуэм къыщалъхуащ. Я анэр пасэу щылIэм, Мухьэмэд щIалэ цIыкIуми абы и къуэшхэми я гъэсэныгъэр и пщэ дилъхьэжащ я адэ шыпхъу Теймур Айшэ. И сабиигъуэм щыщIэдзауэ тхакIуэ хъуну ныбжьыщIэр литературэ Iуэхум хэша мэхъу, я унагъуэм исхэм тхылъым пщIэуэ хуащIыр зэрыиным и фIыщIэкIэ. А псор, дауи, лъэужьыншэ хъуакъым Мухьэмэд и дуней еплъыкIэр щызэфIэувэм. Курыт щIэныгъэ абы щызрегъэгъуэт европей курыт еджапIэхэм ещхьу Каир дащIыхьам. А илъэсхэм белджылы къохъу литературэмрэ гъуазджэмрэ абы лъагъуныгъэ зэрыхуиIэр. Апхуэдэ гукъыдэжыр сыт и лъэныкъуэкIи къыдаIыгъ и адэмрэ абы и шыпхъумрэ. ИлъэсипщI ныбжьым къыдыщIедзэ Мухьэмэд усэ тхыныр. Поэзием лъагъуныгъэу абы хуищIар зыкIи ужьыхакъым и гъащIэ мащIэр иухыху. Абы къыдэкIуэу Теймур Мухьэмэд дихьэхырт гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэми. Псом хуэмыдэу фIыуэ илъагъурт театрыр. ЕджапIэм щыщIэс зэманым ар куэдрэ кIуэрт спектаклхэм, езым я унагъуэ театрым щыджэгурт, абы щагъэлъэгъуэну пьесэхэр итхырт. Мухьэмэд и къару щоплъыж публицистикэми. Абы къытрырегъадзэ социальнэ-жылагъуэ икIи хабзэ-бзыпхъэ къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ тхыгъэ зыбжанэ. Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, ар Париж макIуэ. ИлъэсищкIэ абы щедж европэ литературэр, щыгъуазэ зещI франджы щэнхабзэ гъащIэм, я хьэл-щэнхэм, хабзэхэм кIэлъоплъ. И нэгу щыщIэкIахэр, гукъинэж нэхъ щыхъуахэр Мухьэмэд щызэхуихьэсыжащ «Париж теухуа гукъэкIыжхэр» тхылъым. Дунейпсо зауэм и пэщIэдзэ зэманым ар ирихьэлIащ Мысырым щыIэу. Абы къехъулIакъым и еджэныгъэр и кIэм нигъэсыну, ауэ, жыIэн хуейщ, алъандэрэ зыхуеджами, зригъэщIами я фIыщIэкIэ Мухьэмэд пасэу къызэрыжэпхъар, Iуэху еплъыкIэ нэхъ зэрыубыда иIэ зэрыхъуар. Зауэ екIуэкIымрэ революцэ зэщIэхъееныгъэмрэ я толъкъунхэм зэщIищта къэралым Теймур Мухьэмэд зыщрегъэужь щэнхабзэ Iуэху зехьэн и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIымрэ къарумрэ. Абы а зэманым къытрыригъадзэ тхыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар пэIэщIэт политикэ и лъэныкъуэкIэ къабзэу икIи бзыгъэу укъуэдия еплъыкIэм. Ар либералт, зыпылъари зыщ - цIыху щхьэ закъуэм иIэн хуей хуитыныгъэм, демократием, зэхуэдэныгъэм къыхуеджэныгъэкIэ къыхузэщIэIэтэнырщ. Зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэхэр Теймур Мухьэмэд и литературэ лэжьыгъэм и нэхъ купщIафIэ зэману уващ. ТхакIуэм етх публицистикэ лэжьыгъэ зыбжанэ, щэнхабзэм, еджэныгъэм, псом хуэмыдэу литературэ гуащIэм теухуауэ. Мухьэмэд и пьесэхэр дунейм къытохьэ, а лъэхъэнэм ирохьэлIэ абы и хъыбар нэхъыфIхэри. Теймур етхьэкъу драматургием. Абы етх «Хъарым ис бзу цIыкIу», «Абу ас-Саттар-ефэнды», «Ныбжьэгъугъэ жумарт» пьесэхэр, ахэр сценэм щыгъэувыным холэжьыхь, сыт щыгъуи пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ Париж и театральнэ гупхэм. «Ас-Суфур», «Аль-Мимбар» газетхэм Мухьэмэд къытрыригъэдза и тхыгъэхэр сэбэп мэхъу театр критикэр къызэщыунымкIэ. Ар ятотхыхь ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм и драматург, актер цIэрыIуэхэу ал-Юсуф Роз, Хъиджази Сэламэ, Идэ Хьэзиз, ал-Мэхьди Мунир, нэгъуэщIхэми. Теймур Мухьэмэд Мысырым и япэ театр критик икIи тхыдэдж инщ. Тхэн Iуэхум абы щиIэ зэфIэкIыр нэхъ къыщынэIуар новеллэхэрщ. Абыхэм я нэхъыбапIэр щитхар 1917 - 1918 гъэхэрщ икIи «Нэхэм ялъагъу псор» псалъащхьэр иIэу «Ас-Суфур» газетым къытрырегъадзэ. А хъыбархэм яхыболъагъуэ кинематограф еплъыкIэкIэ къэпхъуэта хъуа теплъэгъуэхэр. КинокIэ дигъэлъагъум хуэдэу тхакIуэм ди пащхьэ кърегъэувэ жылагъуэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэтепщIыкI лIэужьыгъуэ зыбжанэ. Теймур Мухьэмэд новеллэ куэд дыдэ и къалэмыпэм къыщIэмыкIами (псори тIощIым ноблагъэ), ар ялъытэ мысыр литературэм и жанр кIэщIым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ. Социальнэ Iэпкълъэпкъыу гъащIэм къыхигъуатэхэм хъыбар пэж фащэ япэу щызытIэгъар аращ. А гупсысэм арэзы тохъуэ хьэрып литературоведхэри, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу къэралхэм я литературэр зыдж журт академик Крачковский Игнатий, украин профессор Крымский Агафангел, азербайджан академик Али-заде Абдулкерим, урыс профессор Коцарев Николай сыми. И гъэпсыкIэкIэ Теймур Мухьэмэд и новеллэхэр гупитI ипщIыкI хъунущ. Япэрейм хохьэ жылагъуэ-политикэ, цIыху псэукIэм теухуа Iуэхугъуэхэр къыщиIэт хъыбархэр («Дыгъумрэ дыгъумрэ», «МафIэгум», «ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ», «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ», «Унэ угъурлы», нэгъуэщIхэри). ЕтIуанэ гупым хеубыдэ хабзэмрэ нэмысымрэ пыщIауэ цIыхубзым гъащIэм щиубыд увыпIэм, нэчыхьым, унагъуэм, лъагъуныгъэм теухуа тхыгъэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Си тхьэ, хэт мы насыпыр къыщIэбгъэщIар?», «Уэрам... унэ №22», «Сабийуэ щытащ, щIалэ жэпхъа къыхэкIащ» новеллэхэр. ФIыуэ упхрыплъмэ, гу лъыботэ мы хъыбархэри социальнэ Iуэхухэм къуэпскIэ зэрапыщIам. Теймур Мухьэмэд и новеллэхэм я нэхъыбапIэм тхылъеджэм и гупсысэр хуагъэуш мылъкумрэ къулыкъумрэ, мыхъумыщIагъэмрэ Iеягъымрэ къазэрыпкърымыкIыр, атIэ цIыху Iейхэм, бзаджэхэм мылъкури къулыкъури езыхэм яй зэращIым. Апхуэдэ гупсысэхэр и нэщэнэу щытащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыIа уэркъ-демократ Iуэху еплъыкIэм. Теймур Мухьэмэд узэщIакIуэ-идеалистт. Социальнэ мыгъуагъэу щыIэ псори зэрыбгъэкIуэд хъуну зы хэкIыпIэ закъуэт абы къилъытэр - ар цIыхум и зэхэщIыкIым зегъэужьын, щIэныгъэм зегъэубгъун, зылъэкIхэр зылъэмыкIхэм ядэгъэIэпыкъун. Апхуэдэ щIыкIэкIэ тхакIуэм хуэщIауэ псэухэр къыхуриджэрт я мылъкумкIэ къулейсызхэм зыщIагъэкъуэну, ядэгуэшэну. «ЩIыхьымрэ медалымрэ ятхьэкъуа» хъыбарым Мухьэмэд Теймур щIалэщIэ бейм къехьэкI-нехьэкI хэмылъу жреIэ: «Уэ уи хэкур, ныбжьэгъу, хуэныкъуэщ уи хъугъуэфIыгъуэм щыщ. Хуейщ ар тхъэжыгъуэм къыхуигъэсэбэпыну. Уэ къыпщогугъ тхьэмыщкIэхэр, пщIэ зыщIамыт еджапIэ зиIэну хуейхэр; къыпщогугъ жьыкIэфэкIэ хъуахэр, узым, къулейсызыгъэм, жьыгъэм зэщIиIулIахэр. Уэ къонэцI сабий унэншэхэр. Уэрмырамэ, хэт къахузэIуихын абыхэм сымаджэщхэр, уэрмырамэ, хэт хулъэкIын ар? А зы гъуэгурщ уэ нэхъ пхуэфащэу щыIэр». Теймур Мухьэмэд уэркъ-либерал гупхэм я Iуэху еплъыкIэр хэIущIыIу ещI. Апхуэдэ гупсысэр абыхэм я дежкIэ гъащIэм и зыужьыкIэм къилъхуа гъуазэт, абы къигъэщIа хабзэт. «Нэхэм ялъагъу псор» тхылъым ит дэтхэнэ новеллэри къащти, Iэмал имыIэу абы ущрохьэлIэ жылагъуэм хэлъ мыгъуагъэхэм щыщ зыгуэр. Теймур Мухьэмэд хуабжьу егъэгуейщей мызахуагъэхэм: зылъэкIхэм зыхулъэмыкIхэр зэрагъэпщылIыр, тхьэмыщкIэм и лъэр бейм зэрыщIиудыр. Абы и тхыгъэхэм куэдрэ ущрохьэлIэ зэныкъуэкъу-зэпэщIэувэныгъэхэм. ТхакIуэ набдзэгубдзаплъэр кIыфIыгъэмрэ нэхугъэмрэ зэхэгъэщхьэхукIауэ къэгъэлъэгъуэным хуэIэижьт икIи ар зи телъхьэ лъэныкъуэр сыт щыгъуи IупщIт - ягъэикIэхэмрэ ягъэпудхэмрэт. Теймурыр и бийт икIи екIурабгъу имыIэу ебэнырт цIыху Iейхэм, напэншэхэм. Хъыбархэм ящыщ зыбжанэ дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езы тхакIуэм и гулъытэ жаныр гъащIэм и къэхъугъэ куэдым зэрыпыщIар. Щапхъэу къэтщтэнщ «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ» хъыбарыр. КIэщI дыдэу къэпIуэтэжмэ, мыращ Мухьэмэд и нэ къыфIэна Iуэхугъуэр. А пщэдджыжьым езы тхакIуэр и ныбэ изу пщэдджыжьышхэ ищIри IуэхукIэ ежьащ Александрие кIуэну. Вокзалым деж ар щрихьэлIащ куэдым езыгъэгупсыса Iуэху: зы лIы гуэрым, зэрыпIащIэм къыхэкIкIэ IэщIэхури, шэ зэрыт и кхъуэщыныр къутащ, ауэ шэр Iисраф хъууэ кIуэдакъым - фейцейуэ хуэпа щIалэжь цIыкIухэу пэмыжыжьэ дыдэу щытхэр къажэри, сабэм хэлъэда шэр джэдум хуэдэу бзэгукIэ къабзеижу щIадзащ. ТхакIуэм а теплъэгъуэм игу къигъэкIыжащ пщэдджыжьышхэм кофе иримыфыфу абы хикIэн хуея шэр джэдум зэрыритыжар. Хъыбарыр еух мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «О, Азалыхьталэ, нышэдибэ кофем хэскIэн хуея шэм дауэ селъэстэуэнкIэ хъуа, мыбдежым мы тхьэмыщкIитIым сабэм хэт шэр анэ быдзышэм хуэдэу ирафу?!». Апхуэдэ кIэуххэр хьэл зыхуэхъуа новеллэхэрщ Теймур Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэр. Абы тхылъе-джэр къыхуриджэ хуэдэщ езым щIыгъуу дэгупсысэну: захуэу пIэрэ цIыху лажьэншэр яубыду лъэхъуэщым ирадзэныр, лIыукIхэр, дыгъуэгъуакIуэхэр щхьэхуиту дунейм зэрытетыр («Дыгъумрэ дыгъумрэ»), цIыхум и пщIэр мылъку бгъэдэлъымкIэ къызэралъытэр («Махуэшхуэ хьэндрэфий»)? «ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ» хъыбарым хэт цIыхуитIым я гъащIэхэмкIэ къэгъэлъэгъуа мэхъу дунеитI зэпэщIэувар. ГущхьэIыгъым и къуэр малIэри телъщ, а зэман дыдэм пэщэм и къуэм фыз къригъэшауэ хьэгъуэлIыгъуэшхуэ хуещI. Пэщэм ауи идэркъым хьэдэ щIэзылъхьэ къулейсызым зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэну. Ар дунеитIым, гъащIитIым я плъыфэ, я щытыкIэ зырызщи, ахэр зэрызэпэщIэтым и щапхъэ нэрылъагъущ. Мылъку зиIэмрэ зимыIэмрэ щызэбгъэдэс, зым и пщIэнтIэпс адрейм щишх псэукIэм зэныкъуэкъум нэхъ зыкъыщеIэт. «ХьэгъуэлIыгъуэмрэ дыуэщIымрэ» щекIуэкI зэныкъуэкъум уигу къегъэкIыж Чехов Антон и «ХэплъапIэ» тхыгъэр. ЩIэныгъэм цIыхум и дунейр нэхъ нэху, къабзэ зэрищIыр хьэкъыу зыпхыкIа тхакIуэм и тхыгъэхэри хуигъэпсырт а Iуэхум. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэфIщ «МафIэгум» хъыбарыр. Мы тхыгъэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуар мэкъумэшыщIэм къыщхьэщыжынырщ, абы цIыхугъэ къабзэ кIэлъызехьэнырщ. А хъыбарым Теймур Мухьэмэд щыдегъэлъагъу адыгэ лIыжь угъурлыр, жылэм я тхьэмадэу хахар. А образыр езы тхакIуэм фIы дыдэу зэрилъагъур белджылы ещI хуэсакъыу, плъыфэхэр икъукIэ Iэзэу къызэригъэсэбэпымкIэ. «Купем къыщIыхьащ илъэс 60 зи ныбжьын тхьэмадэ. Абы и нэхэр дахэщ, езыр нэкIущхьэплъу зэрыщытым къегъэлъагъуэ ар адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар. И пащIэ кIапитIыр тхьэкIумэ лъэдакъэхэм нэсрэ хужыпIэну йокIуэкI. Ар къэтIысащ си гупэкIэ, гъуэгуанэ техьа псоми я нэгур щIиджыкI пэлъытэу зэпиплъыхьу», - етх Мухьэмэд Теймур. «Мыбдежи абдежи», «Мысырым щыпсэухэр гъащIэм къыщIыкIэрыху щэхухэм ящыщ зы», «Унэ угъурлы», «Уэрам... унэ №22», «ЩIыхьымрэ медалымрэ ятхьэкъуа» хъыбархэм къыщыIэтащ щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ гуманистическэ Iуэху еплъыкIэ и лъэныкъуэкIэ тхакIуэм и псэр нэхъ зезыхуэмрэ... Гъэсэныгъэр, къулейхэм я бын сэхъуар, къулыкъущIэкъухэр лъабжьэ хуохъу ахэр зыхэтэджыкI щхьэусыгъуэхэм. Илъэс 29-рэщ Теймур Мухьэмэд къигъэщIар. Абы щыщу литературэ лэжьыгъэм лъос илъэсипщI иримыкъу. Сыт хуэдэ къэхъугъэхэмкIэ гъащIэр къэмыукъубеями, адыгэ мамлюкхэм къащIэхъуа тхакIуэм и цIэм игъащIэкIэ пыщIауэ щытынущ мысыр новеллэмрэ лъэпкъ театрымрэ. ТхакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа псори зэхуахьэсыжри, томищ хъууэ Каир къыщыдагъэкIащ 1922 гъэм. Япэ томыр, «Псэм и лыдыкIэ» жыхуиIэр, къызэIуех Теймур Мухьэмэд и гъащIэмрэ и лэжьыгъамрэ теухуауэ абы и къуэш Теймур Мыхьмуд итха пэублэ псалъэмкIэ. И къуэшым иригъэжьа лэжьыгъэм пызыщэну гъащIэм хухихат Теймур Мыхьмуд. Ар хъуауэ щытащ мысыр модернистхэм я школым и пхыгъэкIакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ. Мыхьмуд иджырей реалист новеллэ жанрым и къызэгъэпэщакIуэу, Мысырыр щыгъэтауэ, хьэрып къэрал псом къыщалъытэ. «Теймур Мыхьмуд ди литературэм щиубыд увыпIэр ебгъапщэ хъунущ Чеховымрэ Горькэмрэ - урыс, Мопассан - франджы литературэхэм щаIыгъ увыпIэхэм», - апхуэдэу тхакIуэм хужиIащ мысыр критик цIэрыIуэ Хаддад Абу Фарид Мухьэмэд. «Хьэрып литературэр - ХХ лIэщIыгъуэм» тхыгъэм академик Крачковский Игнатий щыжеIэ: «Новеллэр иджырей мысыр литературэм утыкур нэхъ щызыубыда жанрщ. Абы къыдэплъеящ адрей хьэрып къэралхэри. Къапщтэмэ, апхуэдэщ Иракыр. Сириер езым и гъуэгукIэ абы къекIуэлIащ Джэбран и зэман лъандэрэ, абы къыгухьэри а зэщIэхъееныгъэр япэкIэ зыгъэкIуэтэн куэдкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ. Ауэ абыхэм я цIэрыIуагъэр я къэрал гъунапкъэм икIакъым икIи Теймур Мыхьмуд фIэкIа зыми хузэфIэкIакъым а жанрым и тхьэмадэу хьэрып къэрал псоми хэIущIыIу щыхъун». Псэу щIыкIэ Мыхьмуд хъуауэ щытащ иджырей хьэрып литературэм и классик. 1947 гъэм тхакIуэм, и гуащIэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту, Каир Хьэрыпыбзэм и Академием и саугъэт къратащ. ИлъэситI докIри, Теймур нэхъыщIэр абы и академикыу хах. Ар 1894 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м къалъхуащ. Теймур-пэщэ Ахьмэд тхэныр фIыуэ иригъэлъэгъуащ и къуэ гъэфIэн Мыхьмуди. ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, Мухьэмэд и гъуэгум ирикIуащ и къуэш нэхъыщIэри. Къуажэ нэхъ пхыдзахэм и зыгъэпсэхугъуэ зэманыр щигъакIуэурэ, абы анэ быдзышэу пкърышыпсыхьащ феллахьхэр зэрыпсалъэ бзэ къулейр, къэIуэтэкIэ дахэрэ IуэрыIуатэм и ауан щIыкIэкIэ узэдар. Мухьэмэд щIыгъуу абы нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуащ мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэр, икIи иужькIэ ахэр къыщигъэсэбэпыжащ и хъыбархэм, повестхэм, пьесэхэм. 1939 гъэм Теймур Мыхьмуд и хъыбархэр щызэхуэхьэсауэ къыдэкIа тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуащи, абы и гуащIэр зэфIэувэным икъукIэ сэбэп къыхуэхъуащ и адэр, и къуэш нэхъыжьыр, и адэ шыпхъу Теймур Айшэ, абы къыдэкIуэу тхылъ зэджахэр, езым гъащIэм щызригъэгъуэта Iуэху еплъыкIэр. 1914 гъэм Мыхьмуд мазэ зыбжанэкIэ Iэрызехьэу пIэм хэлъащ. Узым и зэранкIэ абы еджапIэ ищхьэр къыхуэухакъым икIи мурад ищIащ тхэн лэжьыгъэм ерыщу зритыну. Адыгэ щIалэм куэд щIеджыкI, зрегъащIэ къухьэпIэ литературэр. Псом хуэмыдэу франджыхэм яйр. И лэжьыгъэм и пэщIэдзэ лъэхъэнэм ар етхьэкъу Мопассан. ИужькIэ Мыхьмуд и IэдакъэщIэкIхэм къагъэлъагъуэ тхакIуэ ныбжьыщIэр Чеховым зэрыдэплъейр. Урыс литературэр щIэгъэкъуэн къызэрыхуэхъуам теухуауэ Теймур Мыхьмуд 1958 гъэм етх: «Нобэр къыздэсым ефIэкIыныгъэр сэ изот цIыхугъэ жумартагъкIэ Iэта урыс литературэм, Чеховыр собж новеллэ зытххэм я нэхъ Iэзэ дыдэу. Сэ псэкIэ зыхызощIэ псэкупсэ къуэпс гуэрхэмкIэ урыс литературэм, гъуазджэм сазэрыпыщIар». 20 гъэхэм я пэщIэдзэм хуозэ Теймур Мыхьмуд и япэ рассказхэр дунейм къыщытехьар. Абыхэм гъащIэр къыщигъэлъагъуэрт зэрыщыт дыдэм хуэдэу, къызыфIэгъэщI IэмыркIэ дунейм теплъэныр IэщIыб зэрыщищIыр белджылыт. И хъыбар нэхъ пасэхэм сюжет яхуэхъур ар фIыуэ зыщыгъуазэ, жэщ-махуэ жыхуаIэм хуэдэу зыхэс, езым къедза «дуней цIыкIурт». «Щихъ Джумэ», «МытIу-Алий и адэш» япэ тхылъхэм Теймур Мыхьмуд зыкъыщигъэлъэгъуащ тхакIуэ-реалисту. Ар хуабжьу егъэпIейтей мысыр феллахьхэм, къулыкъущIэхэм, буржуазие курытымрэ жьгъеймрэ къахэхъукIа цIыхухэм я гъащIэр зыхуэдэм. ТхакIуэм къегъэлъагъуэ мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэм я гъащIэ гугъур, сыт щыгъуи къыкIэрыхуарэ зыщIэхъуэпс тIэкIуми лъэIэсыну зэфIэкI зимыIэхэр; хьэжьвакъэжьышхрэ IулъхьэкъеIыхыу псэу къулыкъузехьэхэмрэ буржуазие жылагъуэм хэлъ мыхъумыщIагъэхэмрэ сэтей къыщищIкIэ абы ирогубжь, ирогубжь фэрыщIхэм, пцIыупсхэм, Iужажэхэм, къулыкъущIэкъухэм, н. Буржуазие цивилизацэм и щIыб зэрыхуэгъэзар псом хуэмыдэу наIуэу абы къыщигъэлъэгъуащ, къалэм теухуа и хъыбархэу къулыкъущIэхэм, сатуущIхэм, «щIалэгъуалэ дыщэм» теухуахэм. Теймур Мыхьмуд и новеллэхэм яIурылъ бзэм теухуауэ жыIэн хуейщ ар зы лъэныкъуэкIэ къызэрыгуэкIыу, къегъэкIуэкI-негъэкIуэкI, зэрызелъафэ хэмыту зэрызэщIэлъэщIар, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, ар икъукIэ шэрыуэщ икIи купщIафIэщ. ТхакIуэм къегъуэтыф зи гугъу ищIым дэплъагъун хуей Iыхьэ нэхъыщхьэр икIи ар апхуэдизкIэ нэхуу, къабзэу уегъэлъагъури, нэм къыIуидзэр зи гугъу ищIым и теплъэ къудейркъым, атIэ тхылъеджэр негъэплъыс абы игу лъащIэм. Адыгэ щIалэм и новеллэхэр кIэщIщ икIи напэкIуэцI зыщыплIщ зэрыхъур. Абы къыдэкIуэу Мыхьмуд и рассказхэр, япэ ит адрей тхакIуэхэм яйм ебгъапщэмэ, хуэхейщ ущие егъэлеям. Фахьури Хъаннэ зэрыжиIэмкIэ, «Теймур Мыхьмуд иджырей хьэрыплитературэм щыяпэу къигъэщIащ образ щэджащэхэр, икIи ахэр къигъэлъэгъуащ бгъуагъкIи, кIыхьагъкIи, кууагъкIи». Гу лъотэ цIыхухэр, зи гугъу ящIым къызэщIиIэтауэ, Iуэхум хуэжыджэру зэрызэпсэлъылIэр икIи абы наIуэу къегъэлъагъуэ Теймур-драматургым Iэзагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр. ТхакIуэм куууэ къыщIегъэлъэф и лIыхъужьхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр, я гупсысэр. Ауэ ар пкъынэ-пкъынэу зэпкърихыу аркъым, атIэ Iуэхум къыщыхъу-къыщыщIэхэм епхауэ цIыхум и псэм зэрызигъазэр дегъэлъагъу, абы щыгъуэми псалъэ куэди, теплъэгъуэ зыбжани къимыгъэсэбэпу зэ тегъэпсэгъуэкIэ къегъэнэхуф нэхъ хэубыдыкIауэ гу зылъыуигъэтэнур. Теймур Мыхьмуд къыдигъэкIащ новеллэхэр зэрыт тхылъу тIощIым щIигъу. А псор зэхэплъхьэжмэ, XX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм мысыр жылагъуэм и гъащIэм реалист гъуджэ хуохъу, къигъэщIа художественнэ теплъэхэр а лъэхъэнэм зэрыхалъхуар белджылыуэ къызэщIотаджэ зэманым и фащэ ящыгъыу. Абы и новеллэхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри къыщыдагъэкIащ Нью-Йорки, Лондони, Парижи, Мадриди, Рими... УрысыбзэкIэ щхьэхуэу къыдэкIахэм нэмыщI, «Былътырыкуих», «Уэздыгъэ щIыхухэр», «Иджырей хьэрып новеллэхэр», «КъуэкIыпIэ новеллэхэр», «Хьэрып тхакIуэхэм я рассказхэр», «КъуэкIыпIэ альманах» сборникхэм ихуащ икIи дунейм къыщытехьащ Мэзкууи Ленингради. КъызытехъукIа адыгэ мамлюкхэм Iэзэу ягъабзэу щыта джатэр къалэмкIэ зэзыхъуэкIа тхакIуэр, хьэрып литературэм и классикыр, адэшхуэхэм яхэлъа лIыгъэмрэ къабзагъымрэ хуэфащэу ирилэжьащ къалэмым. Абы и тхыгъэхэр хьэрып утыкум къикIри дунейпсо утыкум къихьащ, цIыхугъэм и пащхьэм къалэн лъапIэ зэрыщигъэзащIэм и нэщэнэу. 40 гъэхэм Теймур Мыхьмуд и гуащIэм символизмым ижь къыщIеху, фIэщхъуныгъэ зыхэмылъ цIыхупсэ ешам, нэщхъеягъуэрэ Iейрэ фIэкIа гъащIэм хэзымылъагъуэм пэгъунэгъу мэхъу. Ауэ тхакIуэр реализмым пIалъэкIэщ зэрытебэкъукIар, абы щыгъуэми езым и гъуэгу пхызыхыну хущIэкъум псы нэпкъ зэсылIэн къыщилъыхъуэ лъэхъэнэм IэщIэкI хабзэ щIэщхъуущ ар къэплъытэ зэрыхъунур. 50 гъэхэм я пэщIэдзэм, реализмым и гъуэгу къытеувэжа нэужь, абы къыхуриджащ мыпхуэдэу: «ЦIыхубэм бгъэдэлъ гъуазджэр - ар гъащIэм и гъуазджэщ». 1952 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм екIуэкIа революцэмрэ абы иужькIэ щыIа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ лъэужьыншэ хъуакъым Теймур Мыхьмуд дежкIэ. 1957 гъэм хьэрып къэралхэм я тхакIуэхэм Каир щрагъэкIуэкIа ещанэ зэхуэсышхуэм абы къыщыхуреджэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэм нэхъ жыджэру хэтынхэу. Нэхъ пасэу, 1953 гъэм, Мыхьмуд къыдигъэкIауэ щытащ «Уэрамыщхьэ музыкант» тхылъыр. Абы ит хъыбархэм щыщ «Демонстрацэ» жыхуиIэм игу щIэгъуу къыщегъэлъагъуэ пащтыхьыгъуэм и бий бэнакIуэхэр. «Революционерхэр» (1955) повестыр тхакIуэм триухуащ «офицер щхьэхуитхэу» Насер Гамал зи унафэщIхэм къаIэта зауэм. Хьэрып хэгъэгухэм я цIыхубэм хамэ къэрал къикIа щIыдагъэ монополиехэм иращIэкI бэнэныгъэр къыщыхощ «Шамрухь» романым. Мы тхыгъэшхуэм мысыр литературэм щыяпэу лэжьакIуэбэ классыр къыщыгъэлъэгъуащ революцэ къару лъэщу. Теймур Мыхьмуд и цIэ ину Iуащ гъащIэ, тхыдэ Iуэхухэм теухуа и пьесэхэр щызэхуэхьэса тхылъ куэдхэмкIи. Академик Крачковский Игнатий къызэригъэлъагъуэщи, ар «ящыщкъым ехъулIэныгъэ зэпцIагъащIэм игъэжакъуэхэм. Теймур Мыхьмуд ерыщу и IэдакъэщIэкIым йолэжь: япэкIэ кIуэ къудей мыхъуу, къигъэзэжрэ къытрыригъэдза пьесэхэр, новеллэхэр, повестхэр щIэрыщIэу кхъузанэм щIигъэкIыжрэ нэхъ лъэщ ищIу, хэбгъэзыхьмэ, зэрыщыту щызэрихъуэкIыпэ къэхъуу». ТхакIуэм къигъэщIащ илъэс 79-рэ. Ар Каир щылIащ 1973 гъэм. Псэуху абы лъэкI къимыгъанэу и гуащIэ хилъхьащ Мысырым и жылагъуэ, литературэ гъащIэр ефIэкIуэным. 1964 гъэм Мыхьмуд хах радиомрэ телевидениемрэ папщIэ тхэ драматургхэмрэ тхакIуэхэмрэ я Ассоциацэм и тхьэмадэу, «Ал-Киссэ» журналым и редакцэм и унафэщIу щытащ, хьэрыпхэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ Каир, Александрие, Бейрут дэт университетхэм лекцэ къыщеджэрт. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ новеллэм и тхыдэмрэ теориемрэ теухуа къэхутэныгъэ куэд («Новеллэ зэратх щIыкIэм и Iэмалхэр», «Хьэфиз - новеллэтхщ», «Гъуазджэм дэ дызэрыхуэныкъуэр», «ТхакIуэ IэщIагъэм сыхуэзыгъэуша къуэпсхэр», н.), апхуэдэу бзэщIэныгъэм, филологием я Iуэхугъуэ зыбжанэм елэжьащ. Мысыр литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ, Теймур Мыхьмуд и ныбжьэгъуфIу икIи и ныкъуэкъуэгъуу, махуибгъу къудей фIэкIакIэ абы нэхърэ мынэхъыжьу щытащ Лашын ТIэхьир Мыхьмуд. Ар адыгэ офицер унагъуэм къыщалъхуащ 1894 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м. Инженер еджапIэр къиуха нэужь, ТIэхьир куэдрэ Iуэху щищIащ ЛэжьыгъэхэмкIэ департаментым. Абы Iэзэу ищIэрт къыдалъхуа и адыгэбзэр. Ар хэту щыIащ 1935 гъэм Каир къыщызэIуаха «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» хасэм. Лашын къуэшыгъэкIэ япыщIат адыгэ куэдым, апхуэдэу Сирием, Иорданием, Тыркум икIа мухьэжырхэм. ТхакIуэ цIэрыIуэм фIыуэ ицIыхурт Амман щыщ адыгэ студентхэу Нэгуэр Наурыз, Архагъэ Хьисэ, Шурдым Ахьмэд сымэ, ХХ лIэщIыгъуэм и 40 - 50 гъэхэм Каир щеджауэ щытахэр. Лашын ТIэхьир пасэу дихьэхащ литературэм. 1925 гъэм, нэгъуэщI тхакIуэ щIалэхэри щIыгъуу, абы къызэригъэпэщащ «ЕджапIэщIэ» хасэр икIи абы илъэситIкIэ къыдигъэкIащ «Фаджр» журналыр. Абы и напэкIуэцIхэр зыхухахыр езыхэм я IэдакъэщIэкIхэм я закъуэтэкъым, атIэ зи жьауэ щIэт инджылыз, франджы, нэмыцэ, урыс литературэхэм щыщ зэрадзэкIырти традзэрт. 1926 гъэм Исамадин Насиф щIыгъуу ТIэхьир хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Достоевский Федор и «МыкIуэдыжын щхьэгъусэ» жыхуиIэр. «ЕджапIэщIэм» и лъэхъэнэм ирохьэлIэ адыгэ щIалэм и хъыбархэр щызэхуэхьэса япэ тхылъитIыр - «Бжьамийм и пыдыхьэшхыкI», «ЯIуэтэж...» зыфIищахэр - къыщыдэкIа зэманыр. 1934 гъэм Крачковский Игнатий и тхыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щитхащ: «ТеймуритIми я IэдакъэщIэкIхэм икъукIэ куэд ялэжьащ иджырей тхакIуэхэм я лъэхъэнэм дежкIэ; иджырей хьэрып литературэм псори зыхущIэплъ жанр нэхъ зыкъизых щыхъуащ новеллэр. Абыхэм я лъэхъэнэгъуу къэдгъэлъэгъуэфынущ Убейд зэкъуэшхэр е «Бжьамийм и пыдыхьэшхыкI», «ЯIуэтэж...» тхылъхэу ауанкIэ псыхьахэр зытха Лашын ТIэхьир». Теймур Мухьэмэди новеллэхэм и фащэкIи, и куцIкIи поджэж Лашыным и новеллэ «Къуажэм теухуа гукъэкIыж» жыхуиIэр, «ЯIуэIэж...» тхылъым итыр. Ар къызэрыщIидзэр мыращ: хъыбарыр къэзыIуэтэжыр и ныбжьэгъум щIыгъуу макIуэ къыщалъхуа, щапIа, къыщыхъуа къуажэм. Ахэр абы нос мэрем махуэу икIи я щхьэ Iуэху тIэкIу зэрахуэну хуожьэ. Япэ псалъэхэм къыщыщIэдзауэ гу лъыботэ хабзэу къекIуэкI къуажэ гъащIэр къетхэкIыныр тхакIуэм IэщIыб зэрищIыр. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм мысыр тхакIуэхэм хьэл яхуэхъуауэ щыта этнографическэ узэдыкIэм пэIэщIэщ ар. МэкъумэшыщIэ псэукIэм хэлъ сыт хуэдэ Iуэху я нэхъ жьгъейри тхакIуэм къелъытэ икIи мыхьэнэшхуэ ирет, къалэн ин игъэзэщIэн хуейуэ тхыгъэм хигъэувэурэ. Феллахьхэм я тхьэмыщкIагъэр нэхъ къыхэгъэбелджылыкIауэ къегъэлъагъуэ абы: щыгъынхэр фIыцIэщ икIи зэхэчэтхъащ; зэхэукIауэ, имычэзууэ жьы хъуа цIыхухэр, узым зэблишарэ пщIэнтIэпсымрэ гугъуехьымрэ зэрагъэлымпIыжа нэкIу зэлъахэр гъащIэм дощыгъуэ; фаджэу, ныбаджэу, сымаджэу зи сабиигъуэр къуажэ уэрам фIейм щызыхь ныбжьыщIэ лъамцIэрыщэхэр къамылъхуами нэхъыфIтIи жыуагъэIэу къулейсызщ. КIэщIу жыпIэмэ, Лашын сыт хуэдэ Iэмалри къегъэсэбэп хэкум илъ залымыгъэр нэхъ гущIыхьэу къигъэлъэгъуэн папщIэ. Уеблэмэ, псы зэрыщIагъэлъадэ шэрхъышхуэхэр зыгъэкIэрахъуэ вы ешахэм дунейр зэрафIэмыIэфIыжри щыхьэт тохъуэ мысыр жылагъуэм зы IэфIыгъэ закъуи, зы гурыфIыгъуэ гуэри зэрыдэмылъым. ТхакIуэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу къигъэлъэгъуащ феллахь гъащIэр зэрыщыт дыдэр. Пэжщ, абы зи гугъу ищIхэм теухуауэ «щIэн хуейр мыращ» жиIэу зыми триубыдэркъым, атIэ илъагъу псор тхыгъэкIэ игъэбелджылыуэ аращ. Апхуэдэу фIэкIа имыщIми, а къигъэлъэгъуэжыр апхуэдизкIэ Iэзэу икIи гум хыхьэу уи пащхьэ кърегъэувэри, плъэмыкIыу уогъэщIагъуэ псалъэм и къарумкIэ абы зэфIигъэкI лэжьыгъэм и инагъыр. Лашыным зи гугъу ищIхэм я пэжагъыр пепхьэх хъунукъым реалист унэтIыныгъэщIэм тет иджырей тхакIуэхэу Шаркауи Абдурахьмэнрэ (1920 гъэм къалъхуащ), Идрис Исуфрэ (1927). Новеллэ зыбжанэм адыгэ тхакIуэм къыщеIэт цIыхубз гъащIэм теухуа упщIэхэр икIи абыхэм я жэуап къилъыхъуэурэ сэтей къещI бзылъхугъэм и Iуэху зыIутыр. Щапхъэ белджылыхэмкIэ дегъэлъагъу хуитыныгъэ зимыIэ щхьэлъащIэр гугъу зэрехьыр. «ЖыIэдаIуэм и унэ» хъыбарым лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт Наимэ цIыхубз щIалэщ икIи дахэщ. «Ар зэрыгуакIуэм лъабжьэ хуэхъур, - етх Лашын ТIэхьир, - мыIэрысэм хуэдэ и нэкIуркъым, шатэм хуэдэу и напэ хужьыркъым, мазэ ныкъуэм хуэдэ и набдзэ къурашэркъым, щам чыцIыбжьэхэр уигу къэзыгъэкI и пэ захуэркъым, мраморым хуэдэу цIанлъэ и бгъитIыркъым. Ар - мис а псэкупсэ дахагъ жыхуэтIэу сурэтыщIхэр къызэщIэзыIэтэ, усакIуэхэр мыжеиж зыщI дахагъэу цIыху гъэсам и унэм щIыхьэ насыпырщ». И насыпыншагъэти, Наимэ и щхьэгъусэ Мыхьмуд цIыху жьейщ, дыджщ. Абы Наимэ фызу къыщIишар унэрэ феддан зыбжанэ хъу щIапIэрэ зэриIэрщ. Наимэ и лIым дихь гъащIэр мыгъуэщ, гуныкъуэгъуэхэмыкIщ. КъикI щымыIэми мызэ-мытIэу абы и мурадащ апхуэдэ псэукIэм зригъэхъуэжыну, щымыхъум, Мыхьмудым къыбгъэдэкIыжащ. Ауэ абы и лIыр хуейтэкъым и фызымрэ езымрэ зэбгъэдэкIыжыну, арати хеящIэм унафэ ищIащ зилI дэпсэужыну хуэмей муслъымэн цIыхубзхэр здэщыIэ щIыпIэм Наимэ ягъэкIуэну. Езыр зэрыхуейм хуэдэу зи гъащIэр зыухуэну хэта бзылъхугъэм и мурадхэр пщIыхь дахэм хуэдэу щылъэлъэжым, апхуэдэ хуитыныгъэ зэримыIэри къыгурыIуэу и гугъэр абы щыхихыжым, Наимэ къегъэзэж Мыхьмуд деж, къегъэзэж, хамэлI и гупэ хэгъуэлъхьэну къыхуихуа нэужь. Мыхьмуд и гуфIэгъуэм гъуни нэзи иIэтэкъым икIи ар къызыхэкIар и щхьэгъусэм къызэрыригъэгъэзэжыфартэкъым, атIэ лъэпкъ хъункIэ зыщыгугъ сабийр къыщалъхуну зэманыр къызэрыблэгъарт. Пщащэм и гурыщIэхэмрэ адэ-анэхэм я мурадхэмрэ зэгурымыIуэу зыщызэраупсейм теухуа новеллэхэри иIэщ Лашын ТIэхьир. Абы и роман «Хьэуа зыщIымыгъу Iэдэм» жыхуиIэр 1934 гъэм дунейм къытехьащ. Ари зытеухуар егъэджакIуэ цIыхубзщ, Мысырым япэу щхьэхуит щыхъуа бзылъхугъэхэм ящыщ зыщ. 40 гъэхэм и пэщIэдзэм зэчиишхуэ зиIэ тхакIуэм тхэн щигъэтащ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари зым и дежкIи мыгурыIуэгъуэу. ТIэхьир и иужьрей тхылъу новеллэхэр щызэхуэсар, «Жьым ихь щхьэтепхъуэр» зыфIищар, 1940 гъэм Каир къыщыдэкIащ. Абы иужькIэ Лашыным тхылъ къыдигъэкIын дэнэ къэна, газетхэм, журналхэм зыри къытрыригъэдзакъым, япэм абыхэм щIэмычэу и хъыбархэр традзэу щытами. Урыс литературовед Коцарев Николай къызэрыхигъэбелджылыкIымкIэ, «Лашын и IэдакъэщIэкIхэм хьэл нэхъыщхьэ хуэхъуахэм ящыщщ купщIэмрэ а купщIэр зыкIуэцIылъ фащэмрэ зэрызэпэшачэр. Абы и зэманым апхуэдэ узэрыщрихьэлIэр зэзэмызэххэт. Лашын и лIыхъужьхэр икъукIэ куэд мэхъу. Абыхэм я дунейр зыхуэдэмкIэ тыншу уи нэгу къыщIэбгъэхьэфынущ зауитI зэхуаку лъэхъэнэм мысыр жылагъуэр (псом хуэмыдэу къалэ гъащIэр) зэрыщытар. Лашыным и лIыхъужьхэм щыщ куэд гъуэгуитI зэхэкIыпIэм щыгупсысэу урохьэлIэ, къыхахынур ямыщIэу: е заукIыжын хуей мэхъу, е къэзыухъуреихьыр псэм темыхуэж мэхъури, ар имыбгынэу хъуркъым. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ къызэщыуныгъэ, къэщIэрэщIэжыныгъэ, е нэгъуэщI гуэру «нэхьдэ» псалъэм къиубыдхэмрэ зэтемыхуэу къилъытэрт тхакIуэм. Лашын ТIэхьир 1954 гъэм дунейм ехыжащ. Абы и хъыбархэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Мэзкуу къыщытрадзащ «Мысыр новеллэхэр», «Хьэрып прозэ» сборникхэм. 1960 гъэм адыгэ тхакIуэм и тхыгъэ псори зэхуэхьэсауэ Каир къыщыдэкIащ. Абы пэублэ псалъэ хуитхащ мысыр новеллэтх цIэрыIуэ, литературовед икIи дипломат Хакъкъи Яхья. Теймур зэкъуэшхэмрэ Лашын ТIэхьиррэ я зэчийм пщIэшхуэ хуищIт, абыхэм я ныбжьэгъуфIт тхакIуэ, журналист икIи социолог Мэзхьэр Исмэхьил, иджырей мысыр киноактер цIэрыIуэ Мэзхьэр Ахьмэд и адэр. Студенту щыщыIа зэманым, 1908 гъэм щыщIэдзауэ абы къыдигъэкIырт «Аш-Шааб» газетыр. Илъэсибгъу дэкIа нэужь Мэзхьэрыр «Ал-Усур» журналым и редактор нэхъыщхьэ мэхъу. ТхакIуэ щIалэм и дуней еплъыкIэр зэфIэуващ Дарвинрэ Сарруф Екъубрэ (1852 - 1927) я щIэныгъэр и гъуазэу. Сарруф ливан тхакIуэщ, Каир щыпсэуащ, «Аль-МукътэтIэф» журналым и тхьэмадэт. Мэзхьэр Ахьмэд хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Дарвин и лэжьыгъэ «ЛIэужьыгъуэхэм я къэхъукIэ» жыхуиIэр. ИужькIэ ар «Аль-МукътэтIэф» журналым и редактор нэхъыщхьэ ящI. АбыкIэ хэIущIыIу щIыным пещэ европей щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я ехъулIэныгъэхэр, эволюцэм ехьэлIауэ Дарвинрэ Спенсеррэ я гупсысэхэр. Абыхэм къадэкIуэу Мэзхьэр Исмэхьил йолэжь хьэрып гупсысакIуэшхуэхэм я тхыдэм ехьэлIа Iуэхухэм икIи абыхэм я псынащхьэр Европэм ирепх. 60 гъэхэм абы къызэIуех «Жылагъуэм и энергетикэм и теориер», ар долажьэ «Франклин» америкэ тхылъ тедзапIэм, США-м и социолог-щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр зэредзэкI. 1967 гъэм Бейрут къыщыдегъэкI езым и гъащIэм теухуа тхыгъэр - «ЩIалэгъуэм и гугъуехьхэр» повестыр. Мысыр тхакIуэхэу адыгэхэм къахэкIахэм ящыщу адэкIэ сыкъытеувыIэну сыхуейт театр лэжьакIуэшхуэ икIи режиссер цIэрыIуэ Уахьбэ Исуф и къуэш нэхъыщIэ, иджырей драматург, новеллэтх Iэзэ Уахьбэ СэIэдин. СэIэдин и япэ хъыбархэр щытригъэдзар 1942 гъэрщ. Ар хэтащ 1952 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м екIуэкIа революцэм, ди эрэм ипэкIэ 525 гъэм Мысырым къэжэрхэр къыщытеуа лъандэрэ щыIа дэкъузэныгъэр тридзу, пащтыхьыгъуэр икъутэу къэралым и щхьэ и унафэ ищIыжыну хуит зыщIа зэщIэхъееныгъэм. ИлъэсихкIэ Уахьбэр полицэм хэтащ. А зэманым абы гъащIэм щилъэгъуа, и лэжьыгъэм зыщрихьэлIар сэбэп къыхуэхъуащ бзаджащIэхэр къэубыдыным теухуа и новеллэхэр щитхым. 1958 гъэм СэIэдин «Аш-Шахьр» журналым и редактор нэхъыщхьэу ягъэув. А илъэсым дунейм къытехьащ Уахьбэ и новеллэхэр щызэхуэхьэса и япэ тхылъыр. 1961 гъэм Каир щагъэуващ абы и япэ пьесэ «Алыхьым къихъумэр» жыхуиIэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ 1952 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм ипэкIэ екIуэкIа Iуэхугъуэхэр. Пщыхэм зыпэщIасэу мэкъумэшыщIэхэр ерыщу къыщыукъубея 1951 гъэм къуажэм къыщыхъуахэм теухуащ «Ещанэ класс зиIэ вагон» (1962) жыхуиIэр. 1964 гъэм Уахьбэ СэIэдин и пьесэ «Бадзэнэфхэм я лъэмыж» жыхуиIэм къытращIыкIыу спектакль ягъэувауэ щытащ. А драмэм къиIэт Iуэхугъуэхэр теухуащ бадзэуэгъуэм екIуэкIа революцэр къыщыблэгъа зэманым къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыщыхъуну зыпэплъэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Спектаклхэр псори зыгъэувар СэIэдин и къуэш Исуфщ. Инджылыз тепщэм и бийуэ Мысырым и цIыхубэм 1919 гъэм иригъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ зытеухуар «ГъэсакIуэ», «ГъущIIунэхэр» пьесэхэр. Ахэр Каир дэт лъэпкъ театрым 1967 - 1968 гъэхэм щигъэуващ Уахьбэ Исуф. «Псы зэрыщIагъэлъадэ шэрхъибл» - аращ зэреджэр хьэрып-журт ещанэ зауэу 1967 гъэм екIуэкIам кърикIуахэм тепсэлъыхь драмэм. Литературэ гупхэм я деж зэныкъуэкъу гуащIэ къишауэ щытащ Уахьбэ СэIэдин и пьесэм къытращIыкIыу ягъэува «Сценэ къуагъ жэщтеуэ» спектаклым. А пьесэм къэрал Iуэхузехьэхэр литературэмрэ критикэмрэ зэрыхэпщэфIыхьым и щхьэтепхъуэр трех. Уахьбэм европей драматург зыбжанэм я пьесэ зэридзэкIащ, литературэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм теухуауэ критикэ тхыгъэхэр журналхэм, газетхэм къытрыригъэдзащ. Азиемрэ Африкэмрэ я тхакIуэхэм я тхыгъэ къыхэхахэр щызэхуэхьэса библиотекэу томипщI хъум и япэ тхылъыр - «КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и тхакIуэхэм я тхыгъэ къыхэхахэр» жыхуиIэр - Мэзкуу дэт «Прогресс» тхылъ тедзапIэм 1978 гъэм къыщыдэкIауэ щыIащ. Ар щытрадзэ махуэхэм дунейм ехыжащ ас-Сибаи Исуф, а томыр зыгъэхьэзырахэм ящыщ зыр. Ар пщIэкIэ къащта лIыукIым Кипр хытIыгум щыIэщIэкIуэдащ. Хьэрып тхакIуэ цIэрыIуэр икIи жылагъуэ лэжьакIуэшхуэр президент Насер Гамал и ныбжьэгъуфIу, и щIэгъэкъуэну щытащ, 1952 гъэм екIуэкIа бадзэуэгъуэ революцэм жыджэру хэтащ. Адыгэ мамлюкхэм къатепщIыкIыжа литератор цIэрыIуэ Сибаи Мухьэмэд и унагъуэм 1917 гъэм къралъхуащ Исуф. ЩыцIыкIум къыщыщIэдзауэ ар дихьэхауэ еджэрт урыс, къухьэпIэ къэралхэм я классикхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Илъэс пщыкIуплI щрикъум ар адэншэу къэнащ. Апхуэдэу щыхъум, Исуф мурад ищIащ и гъащIэр дзэм ирипхыну икIи дзэзешэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьащ. Ар къиуха нэужь, мамлюк нэсхэм ещхьу, ар шуудзэм хыхьащ, иужькIэ танкыдзэм зритыжащ. 1952 гъэ революцэр къэхъеиным куэд имыIэжу ас-Сибаи ягъэув дзэм и музейм и нэхъыщхьэу, итIанэ Мысырым и танкыдзэхэм я унафэщIым и къуэдзэу. Литературэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ Хасэм и тхьэмадэу ар 1956 гъэм хах. ИлъэситI докIри, Азиемрэ Африкэмрэ я къэралхэм я зэакъылэгъуныгъэм и организацэм и генеральнэ директору ягъэув. Президент Насер и лъэIукIэ ас-Сибаи илъэс зыбжанэкIэ Мысырым щэнхабзэмкIэ и министр IэнатIэм пэрытащ. Жылагъуэ лэжьыгъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ адыгэлIым и гъащIэр: ар ящыщт ТхакIуэхэм я союзымрэ новеллэтххэм я клубымрэ къызэзыгъэпэщахэм, я редактор нэхъыщхьэт «Ар-Рисалэ ал-Джадидэ», «Лотос», «Ахар саа» журнал цIэрыIуэхэм. Ас-Сибаи Исуф и гуащIэ ирихьэлIащ Азиемрэ Африкэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм я щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм быдэу щызэкъуэувэным. Ар и телъхьэу щытащ Мысырым Совет Союзымрэ адрей социалист къэралхэмрэ пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэным. МамырщIэкъу лэжьыгъэу ас-Сибаи иIэр къалъытэри, 1960 гъэм абы къратащ Мамырыгъэм и дыщэ медалу Ф. Жолио-Кюри и цIэкIэ щыIэр. Ас-Сибаи мызэ-мытIэу щыIащ ди къэралым. 1947 гъэм Каир къыщыдэкIауэ щытащ Исуф и новеллэхэр щызэхуэхьэса «НэкъыфIэщIхэр» жыхуиIэр. Абы ипэкIэ 1933 гъэм къыщыщIэдзауэ и тхыгъэхэр яриту щытащ Мусэ Сэлам къыдигъэкI журналхэм. 40 гъэхэм и кIэухым тхакIуэм IэщIыб ещI и тхыгъэхэр нэхъ зытриухуэ лъагъуныгъэ зэрызехьэхэр, щхьэзакъуэ-лъакъуитI романтизм гъунапкъэм йобакъуэри, революцэ романтизмым зрет, иужькIэ критикэ реализмым хуокIуэ. «ФитIнэ лъапсэ» (1949) япэ роману ас-Сибаи итхар теухуащ 1952 гъэ революцэм ипэкIэ мысырлыхэм я гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. УрысыбзэкIэ къыдэкIам и пэублэ псалъэм мыпхуэдэу щыжиIащ Исуф: «ФитIнэ лъапсэ» си романыр стхащ Мысырыр колонизаторхэм я лъэгудыгъуэм щыщIэгурымыхь, лъэпкъ, социальнэ гъэпщылIыныгъэхэм я лIэужьыгъуэ щIэгъэщхъуэжахэм щагъэгуIэ, кIэ зимыIэ гъэпщылIыныгъэм щитхьэлэ лъэхъэнэм; мысырлыхэр я щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ лъы щагъажэ, хуитыныгъэм, щIакхъуэ Iыхьэм, къэщIэрэщIэныгъэм, мамырыгъэм щыщIэбэн зэманым». Ас-Сибаи Исуф и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ 50-м щIигъу, публицистикэ тхыгъэ куэд. Роман къудейуэ абы иIэр 20-м нызэрохьэс. Исуф и тхыгъэ нэхъыфIхэу къалъытэ революцэ романтизмкIэ псыхьа романхэу «Си гур къызэтыж» (1955), «Гъуэгу къэзыгъэзэж» (1958) жыхуиIэхэр, иджырей гъащIэм теухуа романхэу «Дэ ди закъуэкъым» (1969), «ГъащIэр - напIэдэхьеигъуэщ», «Дэ банэ тсэркъым» (1973), Асуан псы IущIапIэр зэраухуам теухуа пьесэ «Зэманым нэхърэ нэхъ лъэщ» (1966) зыфIищахэр, нэгъуэщIхэри. «Си гур къызэтыж» романыр езы тхакIуэм и гъащIэм триухуащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ 1952 гъэм революцэр къыщыхъеину лъэхъэнэм мысыр офицерхэм я дуней еплъыкIэр зыхуэдар. «Гъуэгу къэзыгъэзэжыр» повестыр топсэлъыхь япэ хьэрып-журт зауэу 1948 гъэм екIуэкIам. УрысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Исуф и тхыгъэ зыбжанэ традзащ ди деж къыщыдэкI «Иностранная литература», «Огонёк» журналхэм. Мэзкуу, Ташкент, Ленинград тхылъ тедзапIэхэм дунейм къыщытехьащ «Псызехьэр лIащ», «ФитIнэ лъапсэ», «Дэ банэ тсэркъым» романхэмрэ рассказхэр щызэхуэхьэса «ЦIыху угъурлыщэхэр» тхылъымрэ. 1974 гъэм ас-Сибаи и литературэ лэжьыгъэм хуагъэфэщауэ щытащ «Лотос» саугъэтыр. Исуф адэ гулъытэ хуищIырт и хэкуэгъухэу литературэм зи гъащIэр пызыщIахэм. Псом хуэмыдэу ар хуэгуапэт Абазэ Сэруэт, роман, повесть, пьесэ, хъыбар куэд зи Iэдакъэ къыщIэкIа, европей тхакIуэхэм я Iэрытххэм я зэдзэкIакIуэ Iэзэм. Сэруэт и ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIырт ас-Сибаи. Исуф адыгэ щIалэр ар тригъэгушхуэрт тхыдэм хыхьэжа темэхэр къитIэщIыжыну икIи сыткIи фIэкъабылт езыхэр къызытепщIыкIыжа адыгэ мамлюкхэм куэд щагъэхъа зэман жыжьэм нэсыжу тетхыхьыну. Абазэм и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфIщ «Ибн-Аммар» повестыр, «ГъащIэ и гъащIэж» пьесэр, «Нил Iут чэщанэ» романыр. 1959 гъэм абы Каир къыщыдигъэкIащ къуажэ гъащIэм тепсэлъыхь роман «Махуэхэм защызыдзей» зыфIищар, Мысырым и къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэщар. 1960 гъэм Абазэ Сэруэт къыдегъэкI «Дыгъэр иджыри къыкъуокI» романыр, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм иужькIэ мысыр щIалэгъуалэм я гъащIэр зыхуэдэм теухуар. Абы къыщыгъэлъэгъуащ щIэблэщIэ къэхъум гъащIэщIэ ухуэным хузэфIэкI хилэжьыхьу езым хуэфэщэн увыпIэ екIу щиубыдын папщIэ фIэщхъуныгъэ зэрыщыIэр. Литературэ гъуэгум и япэ лъэбакъуэхэр 50 гъэхэм зыча Абазэ Сэруэт ноби игъэтIылъакъым и къалэмыр. Абы и хъыбар, пьесэ, роман куэд традзэ «Ас-Сэкъафэ» журналым, «Ал-Гумхурие» газетым, тхылъ щхьэхуэу къыдокI. Иджыпсту Мысырым адыгэу мини 100 хуэдиз щопсэу. Абыхэм я анэдэлъхубзэр ящIэжыркъым, ауэ я хабзэхэр яхъумащ, я тхыдэм щыгъуазэщ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр дэгъуэу ягъэхьэзыр. 1932 гъэм Каир абыхэм къыщызэрагъэпэщащ «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» хасэр. Абы и унафэщIу щытащ Гъалиб Хьэмид-бекрэ Ростом Рашидрэ. Хьэмид-бек хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Жэрэщты Исмэхьил итха «Кавказым и тхыдэр». Ростом Рашид и къуэрылъхут Уэсмэн Рыфкъий генералым, Тэуфикъ-хедивым и зэманым дзэзешэ министру щытам. Абы и адыгэ унэцIэ дыдэр Фэукъуэщ. 1920 гъэм Рашид къиухащ Сорбоннэ университетыр. ФуIэд Езанэмрэ Фэрыкъурэ Мысырым я пащтыхьхэу щыщытам, абыхэм къэралым къулыкъу лъагэхэр щаIыгъащ. Ростом Рашид и тхыгъэхэр къытригъадзэрт «Ал-РисалэI» («Тхыгъэхэр») икIи «Ал-МукътэтIэф» («Тхыгъэ къыхэхахэр») журналхэм. Абы и цIыхугъэфIт Рушди Расым - «Адыгэхэмрэ Мысырымрэ», «Алий-бек ал-Кэбир», «Ар - си лъэпкъщ! Адыгэр и лъэпкъым топсэлъыхь», «Адыгэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и нэщхъеягъуэхэр», «Ислъамымрэ щхьэхуит гупсысэмрэ» тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкI адыгэ щIалэр. Урыс-Кавказ зауэм теухуащ Рушди итха «Жан» повестыр. Ар 2004 гъэм Налшыки къыщыдэкIащ (адыгэбзэкIэ ТIымыжь Хьэмыщэ зэридзэкIащ) щекIуэкIа зауэм теухуауэ Рушди повесть зыбжанэ къыдигъэкIащ. Иорданием и адыгэ жылэхэм Ростом Рашид 1932 гъэм щыIащ. 1933 гъэм мазаем и 9-м абы Амман игъэхьащ письмоищ - Нэхущ Мысхьуд, абы и къуэ Хьэмид, ипхъу Iэминэ сымэ я деж. И тхыгъэхэм ящыщ зым Рашид мыпхуэдэу щитхащ: «Фи бынхэм яжефIэж абыхэм Хэку зэраIэр, абы нэхърэ нэхъ дахи дунейм зэрытемытыр. Фи щIэблэм Кавказыр зэи ящывгъэгъупщэ хъунукъым. Абыхэм иращIэ: адыгэхэр лъэпкъ къабзэщ, лэжьэрейхэщ, щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъу, уафэ къащхъуэм и лъабжьэм шэрджэсу къызэрыщалъхуам папщIэ я щхьэр лъагэу ирелъагъуж икIи я гъащIэр яухыху къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу щрет»... ХамэщI къыщыхута адыгэ хэхэсхэм яхуэлэжьэным Ростом Рашид и гъащIэ псор триухуащ. Абы и лъэпкъэгъухэр игъэгушхуэрт, мылъкукIэ ядэIэпыкъурт. Каир и институтхэм щеджэ адыгэхэр абы и унэ щыпсэурт. Кавказым и тхыдэр щызэхуэхьэса библиотекэ къулей дыдэ Рашид иIэт. Сирием, Иорданием, Ливаным, Палестинэм къикIыу Мысырым еджакIуэ къакIуэ адыгэ псоми абы и тхылъхэр хуиIу къагъэсэбэпырт. Жьы дыдэ хъуауэ ар 1976 гъэм дунейм ехыжащ. Гъуазджэм и лэжьакIуэ куэд адыгэ мамлюкхэм къалъхуам къалъхужахэм ящыщу Мысырым щопсэу. Абыхэм яхэтщ зэчий зыбгъэдэлъ артистхэр, уэрэджыIакIуэ Iэзэхэр, сурэтыщIхэр, уэрэдусхэр. Фахъридин Мариам илъэс 40-м щIигъуауэ кином зыкъыщегъэлъагъуэ, фильм 97-м щыджэгуащ. Гукъинэжщ абы игъэзэщIа ролхэр. Мариам и дэлъху нэхъыщIэ Исуфи артистщ. Киногъуазджэр фIыуэ зылъагъу ди цIыхухэр нэхъ зыщыгъуазэр Абазэ Рушдирэ Мэзхьэр Ахьмэдрэ я зэфIэкIырщ. Ахэр Мысырым и киностудие «Фильм Абир аш-Шэркъ» жыхуиIэм и артист пажэхэт. А тIури ди деж щагъэлъэгъуа «Псалъэ пэж» фильмым щоджэгу. Ахьмэд тутнакъэщым и унафэщIым и ролыр егъэзащIэ, Рушди - генералым. Мэзхьэрыр дэ щытлъэгъуащ нэгъуэщI фильмхэми: «Нэгъуджэ фIыцIэхэр», «ЦIыхухъу псори зэщхьщ», «Лъагъуныгъэм и уасэр», «Си гум фIыуэ илъагъу цIыху», нэгъуэщIхэми. Абазэ Рушди фIыуэ къалъагъу хьэрыпхэм. Ар фильм 50-м щыджэгуащ. «КIыфIыгъэм иужькIэ - нэху» жыхуиIэ фильмым абы щигъэзэщIа роль нэхъыщхьэр гукъинэжщ, узыIэпызышэщ. «Мамлюк щIэпхъуэжа» жыхуиIэ тхыгъэмкIэ хьэрып литературэщIэм къыхыхьащ тхыдэ романыр. Ар и IэдакъэщIэкIщ Зейдан Джирджи (1861 - 1914). ТхакIуэ хъуну щIалэ цIыкIур Бейрут щыпсэу унагъуэ тхьэмыщкIэм къыщалъхуащ. ЩыныбжьыщIэм Джирджи бэIутIэIу куэд илъэгъуащ, ауэ зэи ар зэщIэкIуакъым. ВакъэлъэщIу щыта щIалэ ерыщым япэ щIыкIэ фармацевт IэщIагъэр зэригъэгъуэтащ, итIанэ пщыхьэщхьэ еджапIэм инджылызыбзэ щиджащ. 1882 гъэм ар Мысырым кIуащ, дохутыр хъун гурылъ иIэу. Зейдан и гурылъыр къыщемыхъулIэм, «Зэман» газетым лэжьыгъэ къыщигъуэтащ. Илъэсищ нэужьым абы Бейрут егъэзэж. Ливаным Джирджи щиджащ пасэрей журтхэм, хьэмшэрийхэм, къэжэрхэм я бзэхэр. ИтIанэ Зейдан и щIэныгъэм Лондон щыхигъахъуэри, Каир Iэпхъуэжыпащ. 1888 гъэм щыщIэдзауэ абы зрет тхакIуэ IэщIагъэмрэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ. Илъэсищ нэужьым Джирджи къызэIуихащ типографие, ар лъабжьэ хуэхъуащ иджыпсту хьэрып къэралхэм нэхъ ин дыдэу щыIэ «Дар ал-Хьилал» тхылъ тедзапIэм. Зейдан Джирджи роман 22-рэ итхащ. Абы щыщу 17-р ислъамым и пасэрей тхыдэм теухуащ. «Мамлюк щIэпхъуэжа», «Мамлюкхэм я IуэхущIафэ», «Мэхьди гъэр ящIащ» романхэр тхакIуэм Мысырым иса ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэм тритхыхьащ. ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Зейдан и тхыгъэхэр Лондон, Париж, Рим, Берлин, Ленинград, Дели, Коломбэ, Тегеран, Баку, Истамбыл къыщыдэкIащ. Джирджи и романхэм тхыдэм щыгъуазэ уащI, ахэр бзэ тыншкIэ, дахэкIэ, къызэрыгуэкIкIэ тхащ. Дэ ди тхылъеджэри, сызэригугъэмкIэ, дихьэхагъэнщ япэу дунейм адыгэбзэкIэ къытехьа «Мамлюк щIэпхъуэжа» романым. Ар шэрджэс мамлюкхэм къащыщIа щIэщхъум топсэлъыхь. КъыщыдэкIар Мейкъуапэщ. «Мамлюк щIэпхъуэжар» Хъуажь Мухьэмэд-Хъер адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. Мухьэмэд-Хъер адэжь щIыналъэм къызэрыкIуэжрэ илъэс 33-рэ хъуащ. Ар Джулан лъагапIэхэм хиубыдэ Барекъэ къуажэм къыщалъхуащ, ныбжьыщIэу Сирием иIэпхъукIащ, Иорданием куэдрэ щыпсэуащ. Дамаск дэт университетыр къиухри, Хъуажьыр уэчылу лэжьащ. Хэкум къигъэзэжа нэужь, абы хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ «Къэзанокъуэ Жэбагъы» жыхуиIэ тхылъыр, МэшбащIэ Исхьэкъ и роман «Бзиикъуэ зауэр», КъурIэн лъапIэр (Нало Зауррэ Болий Мустэфаррэ и гъусэу). Мухьэдин (Жамбей) Хъалид 1922 гъэм шыщхьэIу мазэм и 17-м Каир къыщалъхуащ. Абы дзэ щIэныгъэхэмкIэ еджапIэмрэ Каир дэт университетым и сату факультетымрэ къиухащ. Насер Гамал и гъусэу Хъалид яхэтащ мысыр пащтыхьыр 1952 гъэм тезыдза «Офицер щхьэхуитхэр» хасэр къызэзыгъэпэщахэм. 1964 гъэм Жамбейр «Ал-Ахъбар» газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ. ИужькIэ ар Хьэрып социалист союзым (АСС) и ЦК-м хагъэхьэ. 1970 гъэм Садат Анвар властыр Iэрыхьа нэужь, Жамбей Хъалид и полити лэжьыгъэр нэхъ кIащхъэ мэхъу. Уеблэмэ, абы къыхуихуащ къалэм дэкIыну хуитыныгъэ къыщрамытаи. 1975 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм, АСС-р и лъабжьэу, Жамбейм Лъэпкъ-прогрессивнэ парт (НПП) къызэрегъэпэщ. АСС хасэр зэбграутIыпщыкIыжа нэужь, 1977 - 1980 гъэхэм ар НПП-м и тхьэмадэу, иужькIэ и генеральнэ секретару мэлажьэ. 1978 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ НПП-м и орган «Ал-Ахьали» газетым и редакцэм и унафэщIуи щытащ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ щытыкIэр зэхуагъэм тету зэтес щIыжыным, къэралым и жылагъуэ-политикэ гъащIэм демократием и хабзэхэр щыгъэувыным теухуа и тхыгъэхэр мызэ-мытIэу Хъалид а газетым къытрыригъэдзащ. Жамбейрщ мамырыгъэм и телъхьэхэм я зэщIэхъееныгъэр Мысырым къыщызэзыгъэпэщари. 1958 гъэм къыщыщIэдзауэ Хъалид Мамырыгъэр хъумэнымкIэ мысыр лъэпкъ Советым и генеральнэ секретарщ, Мамырыгъэр хъумэнымкIэ Дунейпсо Советым и вице-президентщ. Iуэху щхьэпэм хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм къапэкIуэу абы Жолио-Кюри и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр къратащ. 1970 гъэм Жамбей Хъалид хуагъэфэщащ «Лъэпкъхэм яку мамырыгъэр щыгъэбыдэнымкIэ» щыIэ Дунейпсо Ленин саугъэтри. Адыгэ мамлюкхэм къэралыр щаIэщIэлъа лъэхънэр Мысырым и тхыдэм хэбдз зэрымыхъунум ещхьу, абы и литературэри къызыфIэбгъэщIыфынукъым Баруди, Щэукъий, Теймур зэкъуэшхэр, Абазэ зэкъуэшхэр, Джэрымыр, Лашыныр, Сабри, Уахьбэ, ас-Сибаи, нэгъуэщIхэри хэмыту. Курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэ мамлюкхэм куэд ялэжьащ Мысыр къэралыгъуэр лъэщ хъунымкIэ. Нобэр къыздэсым Каири, Александрии, Щами, Хьэлэби хэщIа щIагъуэ щымыIэу дэтщ абыхэм я ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэу архитектурэ телъыджэм и фэеплъ ину къэнахэр. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм, сыт хуэдэу щымытми, зэманым зыщыдигъазэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэм я лъэужь къыщытенэ къохъу, ауэ адыгэ мамлюкхэм къатепщIыкIахэм я литературэ IэдакъэщIэкIхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу фэеплъ мыкIуэдыжщ нобэ псэу лIакъуэхэми, пщэдей къалъхунухэми я дежкIэ, ар я псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэщ хьэрып къэрал псоми, и хъугъуэфIыгъуэщ къэщIэрэщIэжа КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и щэнхабзэр зыфIэгъэщIэгъуэн дэтхэнэ зыми.
Лъэр щIех мыухыж бэлыхьым
|
|
||||||||
ИНЭРМЫКЪУЭ МУЛИД
СЫХЭТ СЭ? ТЫРКУ ЩIЫНАЛЪЭМ СЫЩЫПСЭУМЭ, СИ ЛЪЭПКЪЫЦIЭЩ “ТЫРКУ”, ХЬЭРЫПЫЩIЫР ЛЪАХЭ СХУЭХЪУМЭ, СЭ КЪЫСФIАЩ “ХЬЭРЫП”.
ЩIЭХУУ ЩЫIЭМ Я НЭХЪЫКIЭР КУЭДРЭ КЪЫЗАПЭС. ПСАЛЪЭУ ЩЫIЭМ Я НЭХЪ ЖАГЪУЭР СЭ КЪЫЗАДЗ: “ХЭХЭС”.
СЫЩЫПСЭУМИ КЪЭРАЛ IЭДЖЭМ, СЭ СЫХЪУАЩ ХЭКУНШЭ. Я ДЭ ДИ ТХЬЭ, ХЭКУ ЗИМЫIЭР СЫТУ НАСЫПЫНШЭ!
|
БЫРМАМЫТ ФОАЗ
|
ШЫГЪЭЛЫГЪУЭ МАЖИД
|
|
||||||
ГЪУЭГУАНЭ ЖЫЖЬЭ
ГЪУЭГУАНЭ ЖЫЖЬЭ КЪЫСПЫРЕПЛЪЭ КУЭДРЭ, ГЪУЭГУАНЭР ХУЕЙМЭ КУЭДРЭ ИРЕКIЭЩI. СИ ЛЪАХЭ ДЫЩЭМ СЫХУЭЗЫШЭМ НЭХЪРЭ НЭХЪ ЛЪАПIЭ СЭРКIЭ ЩЫIЭКЪЫМ НЭГЪУЭЩI. ТЫРКУ, АНТАЛЬЕ
ГЪУНОКЪУЭ ПЫКIЭ |
ЩЫIЭКЪЫМ СЭ ПЭСЩI
МЫВЭ ФIЫЦIЭШХУЭР КЪЫЩIЭПЛЪЭНЩУИ НИТIЫМ. ХЬИСА И ЛЪАХЭМ АР ЩОЖЕЙ И КУЭЩI. КЪЫЗЭЩЫУНЩИ УДЗ ГЪЭГЪА ДАХАЩЭР, IЭР НЫХУЭПХЬАМЭ, ТЕЩХЬЭЛЪЭНЩ УИ IЭЩI. ФЩЫМЫХЪУ А ЖЫСIЭР ПСАЛЪЭ ЗЭФЭЗЭЩУ. А ЖЫСIЭМ НОБЭ ЩЫIЭКЪЫМ СЭ ПЭСЩI. ХЭКУЖЬ И МЫВИ И ДАХАГЪИ ХУЭЛIЭ КЪЫСФIОЩI ИХЬАУЭ НОБЭ ЩIАПIЭ НЭЩI. ЩХЬЭГЪУБЖЭ ЛЪАБЖЬЭМ ЗЫЩЕIЭТ ЖЫГЫЩIЭМ, АБДЖ ЗЭЩIЭЛЫДЭМ ДОДЖЭГУ ДЫГЪЭ БЗИЙ. А ПСОР ИЛЪЭТМЭ, ХЪУНУЩ ЗЭУЭ ГУЩIЭР БЗУНШЭ АБГЪУЭ, БГЫНЭЖА ПСЫКЪУИЙ.
ДУНЕЙР КЪУТЭЖЫХУ
И ТЫГЪЭ ЛЪIАПIЭТ АР СИ ЛЪАХЭ ДЫЩЭМ: ЖЬЭГУ ПАЩХЬЭ МАФIЭ, ГУКЪЫДЭЖ, НАСЫП... ИДЖЫ ХАМЭЩIЫМ ЩИКЪУХЬА СИ ЛЪЭПКЪЫМ И ГУАУЭ ХЬЭЛЪЭР САКЪЫУ КЪЫЗОЩЫП. СИ ХЭКУ ЩЭДЖАЩЭР НЭХЪ СПЭIЭЩIЭ ХЪУХУКIЭ, СЭ ЗЭПЫСЧЫХУКIЭ ГЪУЭГУЖЬ СЫСЫМЕЙР СИ ГУЩIЭМ ЛЪАХЭР НЭХЪРИ ЙОХУЭБЫЛIЭ, ПСЭУНЩ СИ ЛЪАХЭР КЪУТЭЖЫХУ ДУНЕЙР.
ИОРДАНИЕ, СЫУЕЛЫХЬ
|
IУНКIЫБЗЭ СЫНОЖЬЭРТ ЗЭИ ХЭЗМЫХЫУ ГУГЪЭР, ЩЫСХЪУМЭРТ СИ ПСЭМ УИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР. АУЭ УРОКIУЭ, УИГУ КЪЫСЩIЭМЫГЪУУ, НЭГЪУЭЩI ШЫГЪУЭГУМ ЩЫХЭПША ЛЪАГЪУЭМ.
УКЪЫСIУПЛЪЭХУКIЭ УИ ПЛЪЭКIЭМ СИСТИ, СИ ФЭМ БЭЛЫХЬУ ДЭКIАРИ СЫТЫТ?! АУЭ ХУАБАГЪЭУ, ГУХЭЛЪ IЭФIАГЪЫУ ЗЫ СХУИХЪУМАКЪЫМ БДЭСЛЪАГЪУ ПАГАГЪЭМ.
МИСЫР, ИДЖЫ УЭ КЪЫБОГЪЭЗЭЖЫР. КЪЫIУЗБГЪЭХЫНУ, УКЪОУЭР СИ БЖЭМ. АУЭ МЫ СИ БЖЭМ ЕСТА IУНКIЫБЗЭР IУИХЫЖЫФЫНКЪЫМ ИДЖЫ УИ ГЪЫБЗЭМ. ТЫРКУ, АНКАРА
КЪЭЗАН ЕХЬЯ
|
|||||||
АНЭДЭЛЪХУБЗЭ
УИ АНЭ IЭФIУ УЭ КЪОПСАЛЪЭ ЩЫХЪУКIЭ, УИ НЭКIУЩХЬЭ БА КЪЫХУИЩIУ, УЭ ТХЬЭКIУМЭМ КЪЫЗЭРИIУЩАЩЭ БЗЭР АРАЩ УИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭР. ХУИТЫНЫГЪЭМ ПАПЩIЭ ШЫ ЗЫГЪАФЭР, ГЪЭСЭНЫГЪЭМ ХУЕIЭУ ЩХЬЭР ЗЫIЭТЫР, ЩIЫГУМ ХЭХУЭЖ ХЪУМЭ, УИ АДЭЖЬ КЪЫПХУИГЪАНЭ БЗЭР – АРАЩ УИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭР. МАХУЭ КЪЭС БГЪЭКIУЭДРЭ ПЩIЭ ЗЫХУУМЫЩIЫЖЫР, УИ ГУПСЫСЭХЭР ЗЫХЬЫЖ-ЗЫIЫЗЫЩIЭЖЫР, УЗЭЛЪЭПЭУА БЗЭРАЩ УИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭР!
ТЫРКУ , СИВАС
ДЫГЪУЖЬ ФУ1ЭД |
КЪАНДУР МУХЬЭДИН
ТЕНДЖЫЗ ФIЫЦIЭМ
ТЕНДЖЫЗЫР МЭУШЭ, МЭЩАТЭ, МЭХЪЕЙ, ТОЛЪКЪУНКIЭ ТЕНДЖЫЗЫР КЪОХЪУ КУЭДРЭ КЪЫЩИЛЪ... АР ЩХЪУЭШУ ЩЫТАМИ ХЪУАЩ ФIЫЦIЭ, НЭЩХЪЕЙ, ФIЫЦIАБЗЭЩ ТЕНДЖЫЗЫР, ХЭТКIУАЩИ ХЕИЛЪ.
ТЕНДЖЫЗЫМ И IУАФЭМ СЭ КУЭДРЭ СЫIУСТ,- ЛЪЭПКЪ ТХЫДЭР ЗЭ ЗАКЪУИ ХЪУАЩ НЭГУМ ЩIЭМЫКI: ДИ АДЭЖЬХЭМ Я ХЬЭДЭР БДЗЭЖЬЕЙХЭМ Я IУСТ, ДИ АНЭХЬХЭР ЛЪЭПКЪ ГУАУЭМ, ГУIЭГЪУЭМ ХЭМЫКIТ.
ДИ КЪУЭШХЭР, ДИ ШЫПХЪУХЭР ПСЫ ЛЪАЩIЭМ ЩОЖЕЙ, ХЪУАЩ АХЭР ТЕНДЖЫЗЫМ И ТIАСЭ, И БЫН, ТЕНДЖЫЗЫМ КIУЭДАХЭР МЫЧЭМУ ЕГЪЕЙ, ХУИЩIАУЭ ПШАХЪУЭЩIЫР КУЭД ЩIАУЭ ДЖЭБЫН.
КХЪУХЬЫЖЬХЭР МЫБЗЭНШЭ, КХЪУХЬЫЖЬХЭМ ЖАIЭЖ: “ЩЫТЕПЩЭТ ТЕНДЖЫЗЫМ ГУIЭГЪУЭР, ГУЖЬЕЙР, ЦIЫХУБЗХЭМ Я ГЪЫБЗЭМ (АР ФIЫУЭ ДОЩIЭЖ) КЪЫПФIЭЩIЫРТ ИЩТАУЭ ТЕНДЖЫЗЫР, ДУНЕЙР...”.
ТЕНДЖЫЗЫР МЫУШЭ, МЫЩАТЭ, МЫЖЕЙ. МЭЩЫГЪУЭ ТЕНДЖЫЗЫР - АР ЛIАХЭМ ХУОСАКЪ... ГУФIЭГЪУЭ ЩЫЩIАУЭ ХЪУАЩ СИ ПСЭР НЭЩХЪЕЙ - ТЕНДЖЫЗЫМ И ЛЪАЩIЭМ КЪЫЩОIУР ДЖЭ МАКЪ...
ИОРДАНИЕ, АММАН
|
КЪЭХЪУУ ЩЫТМЭ БЫНЫМ ПАПЩIЭ ПСЭР ЕТЫФЫР АНЭМ. АУЭ ХЭКУМ ЩАГЪЭПУД И ЩIЫХЬ КЪЭХЪУУ ЩЫТМЭ, КЪЭМЫЛАНДЖЭУ АНЭМ БЫНЫР ХУЕЩIЫР ХЭКУМ ЩХЬЭУЗЫХЬ.
И БЫН ТIАСЭМ КЪЫЩIЭНАМИ ПIЭКУР, ХУЭДМЫЩIЫФ ДЭ АНЭМ ЗЫ ГУКЪАНЭ: АНЭМ ПАПЩIЭ ЖЫТIЭРКЪЫМ ДЭ “ХЭКУ”, ХЭКУМ ПАПЩIЭ ЖЫДОIЭФ “ХЭКУ-АНЭ”.
США, НЬЮ-ДЖЕРСИК
ХЪУНЭГУ НАДИЕ
ХЭХЭС ГЪАЩ1Э
СИ ЛЪЭПКЪ ПСАЛЪЭЖЬХЭР ГЪУЭГУ ГЪУЭМЫЛЭУ ГЪУЭГУАНЭ СЫТЕУВЭЖАЩ. IЭР КЪИШИЯУЭ ХЭКУР КЪАПЛЪЭУ КЪЫСЩЫХЪУРИ, ПСЭР КЪЭУШЫЖАЩ...
ПЩIЫХЬЭПIЭР КЪИГУПСЫСМИ СИ ГУМ, СИ ХЭХЭС ГЪАЩIЭМ СОХУТЭЖ. АРЩХЬЭКIЭ КЪОБЛЭ АДЭЖЬ ЖЬЭГУРИ, ГУР ЗДЭЩЫIЭМ ПСЭР МЭКIУЭЖ.
ИОРДАНИЕ, АММАН
ХЬЭТКЪУЭ ЯШАР |
|||||||
УЗ
УЗ IЕИЩЭ КЪЫЗОУЗ, КЪЫЗОУЗРИ СЕГЪЭГЫЗ.
ПХЪЭХЫМ ХУЭДЭУ СЫЗЭПЕХ, КЪЫСХЫХЬЭХУКIЭ СЕГЪАТХЪЭ.
КЪЫЗЭУЗМИ, СИ ГУАПЭЩ, СРИЩIЫКIМИ, СФIЭЛЪАПIЭЩ.
УЭ СИ УЗУ, БЕТЭМАЛ, ХЫУМЫГЪЭЩIЫТ ЗЫ МЭСКЪАЛ.
АДЫГЭ ПСОМИ ЕУАЛIЭ, ПСОРИ ЗЫ ЩIЫПIЭ ЕШАЛIЭ.
УЕУЗ ХЪУМЭ – ЗАIЭТЫНЩ, УИ ХУЩХЪУЭГЪУЭР КЪАГЪУЭТЫНЩ.
ГЪУЭГУ НЭХЪЫФIЫМ ДЫТЕПШЭНЩ, МЫХЪУМЫЩIАГЪЭМ ДЫХЭПШЫНЩ.
СЭ СИ УЗЫР ХЭТ КЪИЩIЭН? СИ ЩЭХУФIЫР КЪЫЗДИЩIЭН?
АДЫГАГЪЭРЩ КЪЫЗЭУЗЫР, ЦIЫХУ ПЭЖАГЪЫРЩ СЭ СЫЗЫСЫР.
ЗЭРЫЦIАЛЭМИ СИ УЗЫР, СЫХЪУЖЫНУТ ЗАУЭЗЭПСЭУ:
СИ ЛЪЭПКЪ МАЩIЭР ЗЫ ХЪУЖАМЭ, IУАЩХЬЭМАХУЭ ТЛЪАГЪУЖАМЭ!
СИРИЕ, ХЪЫШНИЕ КЪУАЖЭ
|
КЪУЩХЬЭ НЭДИМ
ДИ БЗЭ - ДЭ ДИ ПСЭЩ
ЛЪЭПКЪЫМ И ЩIАЛЭУ ЗИ БЗЭР КIУЭДА, ЩХЬЭ МЫГЪУЭ ПЩIЭНШЭУ УКЪАГЪЭНА? ЩХЬЭ УЯНЭ-УЯДЭУ УЭ УЗЫПIАХЭМ УИ АДЫГЭБЗЭР КЪЫПIУАМЫЛЪХЬА?
ЩХЬЭ УИ ЛЪЭПКЪ ДЫЩЭМ И БЗЭР ПIУРАЧУ НЭМЫЩI БЗЭ ХЬЭХУХЭМ УКЪЫХУЭНА? IЭДЖЭ ЩХЬЭ НЭЩIХЭМ НОБЭ КЪЫДЖАIЭР: “СЫТ АДЫГЭБЗЭ ЗИ ГУГЪУ КЪЫТХУЭФЩIЫР.
ДИ ЩIАКХЪУЭР ЗЕЙХЭРЩ НОБЭ ДЭ ДИ БЗЭР, СЫТКIЭ ДИ ЩХЬЭПЭ АНЭДЭЛЪХУБЗЭР?” АР ЩЫЗЭХЭСХЫМ, СИ ГУР КЪЕКIУАЩ, БЗЭР УМЫЩIЭЖМЭ, ХАМЭ УХЪУАЩ.
ЩIЫХЬ ЯХУЗОЩIЫР ДЭ ДЯНЭ-ДЯДЭМ, ДИ АДЫГЭБЗЭР КЪЫТIУРЫЗЫЛЪХЬАХЭМ, АДЫГЭ НАПЭУ ДАХЭУ, ДИ ШЫПХЪУХЭ, ФЫПСЭУ ДИ НЭХУХЭУ СЭТЭНЕЙ БЫНХЭ.
ДИ ЦIЫКIУХЭМ Я БЗЭР КЪЫЗЭТЕВГЪАНЭ, ВАГЪУЭПЛЪХЭР БЗАГУЭУ КЪЫТХУЭВМЫГЪАНЭ, АНЭДЭЛЪХУБЗЭР ЯЩЫМЫГЪУПЩЭМ, КЪЫТХУЭФХЪУМАЩИ, БЫНЫФI ТХУЭХЪУНЩ.
САБИЙХЭУ ЗИ БЗЭР ЗЫIУЛЪ ДИ НЭХУХЭР ДИ ЖЭНЭТ БЗУЩИ, IЭДЖЭ Я УАСЭЩ. ДИ БЗЭР ДЭ ДИ ПСЭЩ, АР ЗЫФIЭКIУЭДХЭР МЫ ХАМЭ ЩIЫПIЭМ ЛIАПIЭ ЩИХУАХЭЩ. СИРИЕ, ДАМАСК КЪАЛЭ.
|
УЭРЭД
ХЫ НЭПКЪ ЛЪАГЭМ ДЫТЕСУ, ХУЭМУ КЪЫХЭДЗАМЭ УЭРЭДЫР, ЩЫМУ КЪЫЩIЭДЭIУУ КХЪУХЬХЭР БЛОСЫКIЫР, ХЫ ТХЬЭРЫКЪУЭР ПСЫМ ЩХЬЭЩОСЫКIЫР. СФIОЩIЫР, IУФЭМ КЪЕПЩIАУЭ, ЦIЫХУХЭМ А УЭРЭДЫМ Я ГУР ДЭПСЭХУУ.
ТЕНДЖЫЗ IУФЭМ IУС БДЗЭЖЬЕЯЩЭМ IЭЗЭ ДЫДЭУ ХЪЫХЭР ЗЭIУЕЩЭ. ЗЫ ЛIЫ ГУЭРИ ДЫГЪЭМ ИЖЬАУЭ, КЪОПЛЪЭР, ИЩIУ IЭДАКЪЭЖЬАУЭ. СЭ КЪЫСФIОЩIЫР АХЭМ КЪАФIЭЩIУ НАСЫПЫФIЭ УЭРЭДЫМ ДИЩIУ...
ХЫ ТХЬЭРЫКЪУЭР ПЩIЭНШЭРЫЛЪАТЭЩ- ЗЫ БДЗЭЖЬЕИ КЪИУБЫДЫФАКЪЫМ. ЛIЫРИ ЩЫСЩ, ЕЗЭШ IУЭХУУ ЩАТЭУ: ДИ УЭРЭДЫР КЪАГУРЫIУАКЪЫМ.
ДИ УЭРЭДЫМ ИГЪЭIУ МАКЪАМЭР ХЭХЭС ЛЪАХЭМ И ДЕЖКIЭ ХАМЭЩ.
ТЫРКУ, ИСТАМБЫЛ
ТIЭШ ХЬЭМИД
|
|||||||
ШУРДЫМ КЪУНДЕТ
МЫВЭР МАГЪЫЗ
СЫТ, УIЭГЪЭ УХЪУА, СИ ДАХЭ? УАФЭМ СОПЛЪРИ СЫКЪОГУЛЭЗЫР. МЫВЭ ДЗАКIЭР АРЩ СЩХЬЭЩЫЗЫХЫР СИГЪЭХЫЩIЭУ КЪЫСХУЭКIУЭ УЗЫР.
СЭ СЫХАМЭЩ, СИГЪЭХУТ УИ ГУМ. САЩОШЫНЭР САТУУЩI ЛЪАХЭМ, СЫКЪАГЪАПЦIЭУ КЪЫЩЫЗДЭДЖЭГУКIЭ, САЩОШЫНЭР УИ ХЬИЛЭШЫХЭМ.
САЩОШЫНЭР ЛIЫГЪЭ ГУ ПЦIАНЭМ, УАХЪТЫНШАГЪЭР ЗИ НАТIЭУ ХЪУАМ. А ШЫНАГЪУЭМ САЩИХЪУМЭНУ ДУНЕЙМ ЗЫРИ КЪЫТЕМЫХЪУА...
СОТIЫСЭХРИ МЫВЭР МЭГЫЗЫР, ГУЗЭВАУЭ МЭЩЭIУ ТЕНДЖЫЗЫР.
АВСТРИЕ, ИНСБРУК
|
ЧУРЕЙ МУХЬЭРЭМ
ФЫЖЕЙ!
ФЫЖЕЙ, СИ ШЫР ЦIЫКIУХЭ, ФЫЖЕЙ, ХЬЭПШЫРЫМ ХУЭДЭУ ФЫЗЭХЭЛЪУ. ФЭРИ ХЭХЭС ГЪАЩIЭМ ФЫРЕЙЩ, ГУПСЫСЭРЩ ЛIЫГЪЭ ЗЫХЭЛЪЫР.
ЖЕЙ IЭФIЫМ ФЭ ТХЪУ ТЕФХЫНЩ, ПЩАЩЭФI Е ЩIАЛЭФI ФЫХЪУНЩ. ПЩАЩЭР УНАГЪУЭ ИХЬЭНЩ, ЩIАЛЭМ ЩХЬЭГЪУСЭ ИIЭНЩ…
А ПСОР ВГЪЭХЪЭХУКIИ ФОЖЕЙ, ФИ ЛЪЭПКЪ ЩХЬЭ ЗЫВМЫГЪЭХЪЕЙ: АДЫГАГЪЭМИ ЗИХЪУМЭЖЫНЩ, - ЗЫ НЭРЫБГИ ФЫХЭМЫХЬЭН.
ФЫКЪЭУШМЭ, ФЫЩIЕГЪУЭЖЫНЩ. АРАЩИ, БЫДЭУ ФЫЖЕЙ, ФЫЗЫХЭСХЭМ ФЫЩIАГЪЭХЪЕЙ. КIЭРЭХЪУЭНЩ ФЭРЫНШЭУ ДУНЕЙР, ХАМЭПСМИ ФИМЫГЪЭПСКIЫН.
ФЫЖЕЙ, ГУПСЫСЭНЫР ЗИ ЖАГЪУЭР, - ЗИ ЩХЬЭКУЦIЫМ ЕУАХЭР ПШАГЪУЭ. ФЫЖЕЙ, СИ ШЫР ЦIЫКIУХЭ, ФЫЖЕЙ, ЖАГЪУЭГЪУХЭМ ФIЫЩIАГЪЭХЪЕЙ.
ТЫРКУ, ЧОРУМ
|
IУАЩХЬЭМАХУЭ
IУАЩХЬЭМАХУЭУ УЭСУ ТЕЛЪЫМ ЖЭЩИ МАХУИ НЭПСЫР ЩIОЖ. ЩIЫМ И БЫНХЭР ЩИКЪУХЬАЩИ, МАГЪЫР АР, ИМЫЩIЭУ ЕШ.
АДЭЖЬ ХЭКУМ НОБЭ ИСЫР ДИ НЭ-ДИ ПСЭУ ФЫДОЛЪАГЪУ ДИМЫЯГЪЭУ, ДИМЫЛАЖЬЭУ ДЫФПЭIЭЩIЭЩ – КЪЫТХУЭВГЪЭГЪУ.
IУАЩХЬЭМАХУЭ ДЫМЫЛЪАГЪУМИ, Я НЭХЪ ДАХЭУ ЩIЭТЩ ДИ НЭГУ. ХАМЭ ЩIЫПIЭ ДЫЩЫПСЭУМИ, ДРОГУШХУЭ – АР ДИ ХЭКУЩ.
ДИ АНЭ ДАХЭУ ДИ ХЭКУЖЬ, ДИ НЭХЪЫЖЬХЭР ДИМЫIЭЖ. ХАМЭ ЩIЫПIЭМ ДЫКЪЫУМЫНЭУ, ДУРИБЫНКЪЭ – ДЫНЭШЭЖ.
СЫТ ДИ ЛАЖЬЭР, ДИ ХЭКУЖЬЫР ДЫМЫЛЪАГЪУУРЭ ДОЛIЭЖ. ДИ АДЭР ЛIАМИ, ДИ АНЭР ПСЭУКЪЭ?! ЦIЫКIУИ ИНИ ДЫВГЪЭКIУЭЖ.
ЛIЫ ЗЫУКIЫМ БЭЛЫХЬЫР ИЛЪЭС БЖЫГЪЭКIЭ ЕУХ. МЫУХЫЖУ ТТЕЛЪ БЭЛЫХЬЫМ ДИГУ ХЕГЪЭЩIЫР, ЛЪЭР ТФIЫЩЕХ.
ЛЫУЭ ТТЕЛЪЫР ДЫДЫМЕЙМИ, КЪУПЩХЬЭУ ДИIЭР ХЭКУМ ЕЙЩ… ДЫНЭШЭЖ УИ ДЕЖ НЭХЪ ПСЫНЩIЭУ АДЭЖЬ ЛЪАХЭУ КЪЭБЭРДЕЙ!
СИРИЕ , ДАМАСК
|
|||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
|||||
|