|
|
ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ |
|
|
||||||||
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ |
|
|||||||||||
КъБР-м И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ Я ГАЗЕТ |
|
|||||||||||
сайт газеты «Адыгэпсалъэ»
2006 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым)и1 |
||||||||||||
газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI |
||||||||||||
ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР
ТХЫДЭ
ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ
|
english |
адыгэбзэ |
|
|||||||||
Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и Указ
Бизнесым и IэнатIэм хуэгъэза къэрал политикэр тэмэму пхыгъэкIын, хьэрычэт Iуэхур къэралым зэрыдиIыгъ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ егъэфIэкIуэн, апхуэдэу ахэр лэжьэн папщIэ щытыкIэфI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къащыхузэгъэпэщын мурадкIэ унафэ сощI: 1. Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым теухуа Положенэмрэ а советым хэтхэмрэ мы Указым зэрыщIыгъум хуэдэу къэщтэн . 2. Къару ямыIэжу къэлъытэн: «Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым теухуауэ» 2002 гъэм накъыгъэм и 2-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым къыдигъэкIа Указ №55-м; «Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым теухуауэ» 2004 гъэм мазаем и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым къыдигъэкIа Указ №41-УП-м; Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2004 гъэм мазаем и 13-м къыдигъэкIа Указ №41-УП-мкIэ «Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым хигъэхьахэм ящыщхэр зэхъуэкIыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2004 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа Указ №68-УП-м; «Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым хэтхэм ящыщхэр зэхъуэкIыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2005 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м къыдигъэкIа Указ №20-УП-м. 3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2006 гъэм гъатхэпэм и 23-м №36-УП
ЛIыс Мухьэмэд ягъэлъапIэ Урысей Федерацэм и Президентым 2006 гъэм гъатхэпэм и 19-м къыдигъэкIа Указ №228-мкIэ “Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ” цIэ лъапIэр къыфIащащ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, “Бгы лъагэ геофизикэ институт” къэрал IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI ЛIыс Мухьэмэд Индрис и къуэм.
Жыджэрхэр ягъэпажэ
Гъатхэпэм и 30-м Урысей ахъшэ хъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Урысей ахъшэ хъумапIэ банкым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ и къудамэхэм 2005 гъэм ядригъэкIуэкIа зэпеуэ-еплъыныгъэм ди республикэ къудамэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ, апхуэдэуи “ТекIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэным папщIэ” унэтIыныгъэм пашэныгъэ щызыIэригъэхьащ. Абы къыхэкIыу къыхуагъэфэща жэз кубокымрэ щIыхь тхылъымрэ къудамэм и тхьэмадэ Урысбий Хьэмидбий къритыжащ Урысей ахъшэ хъумапIэ банкым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ банкым и правленэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Артамонов Игорь. Абы жиIащ ди республикэм щыIэ банкым узыгъэгушхуэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрыригъэкIуэкIыр, къызэдакIуа илъэси 5-м къриубыдэу, гугъуехь гуэрхэм ирихьэлIами, лъагапIэщIэхэр зыIэрагъэхьэу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Ставрополь къикIа хьэ- щIэр банкым и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ, я ехъулIэныгъэхэм хэхъуэ зэпыту екIуэкIыну зэригуапэр жиIащ. - Ди лэжьыгъэр хъарзынэу зэтеубла зэрыхъуар къегъэлъагъуэ нобэрей махуэм, - жиIащ Урысбий Хьэмидбий. - Ар зи фIыщIэр нэхъыфIым щIэкъуу, япэкIэ плъэуэ къыдбгъэдэт ди лэжьэгъухэрщ. Мыпхуэдэ текIуэныгъэхэм жэзыр и къыщIэдзапIэу аращи, дыщэ кубокри зэрызыIэрыдгъэхьэным дыхущIэкъунщ. 2005 гъэм банкымрэ хьэрычэт лэжьыгъэ цIыкIум пэрыт и лэжьэгъухэмрэ я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэн папщIэ, Урысей ахъшэ хъумапIэ банкым и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуахэм щIыхь тхылъхэр иратыжащ. “Хьэрычэт лэжьыгъэ цIыкIум щыпашэ” унэтIыныгъэм текIуэныгъэ къыщихьащ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщI ЛIуп Аслъэн, “Нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэ лэжьэгъу” унэтIыныгъэм япэ увыпIэр щиубыдащ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщI Мэртазэ Ахъмэт, “Жыджэрагъ зыхэлъ лэжьэгъу” унэтIыныгъэм щытекIуащ “Денеб” ООО-м и унафэщI Шыбзыхъуэ Мухьэмэд.
НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтыр КЪУЩХЬЭ Чэлим трихащ
Хьэрычэт IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и деж щыIэ советым хэтхэр: Къанокъуэ А. Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентыр (Советым и тхьэмадэщ) Ажахъуэ Къ. М. – «Бум-Банк» ООО коммерческэ банкым и правленэм и унафэщIыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и коммерческэ зэгухьэныгъэхэм я союзым («Налшык» бизнес-клубым) и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) Бахъсэн С. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и чэнджэщэгъур (Советым и секретарщ) Быф А. Ж. – «Минерал-плюс» ООО-м и генеральнэ директорыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Бышэн А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрыр Болэ А. Р. – «КапиталЪ Медицинэ страхованэ» акционер обществэ зэхуэщIам и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм, «КапиталЪ Страхованэ» акционер обществэ зэIухам и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм я гъэзэщIакIуэ директорыр (зэгурыIуауэ) Бутерус Р. Э. – «Кавказкабель» кабель завод» акционер обществэ зэхуэщIам и генеральнэ директорыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Геккиев З. Д. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Говоров С. А. – Петровхэ я цIэкIэ щыIэ колхозым и унафэщIыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Гупзешэ А. Хь. – «Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ цIыхубэ предприятэ» акционер обществэ зэхуэщIам и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Къаздэхъу А. Б. – «Нарткъалэ спирт завод» акционер обществэ зэIухам и генеральнэ директорыр (зэгурыIуауэ) Къылъшыкъуэ А. И. - «Росгосстрах-Юг» - Къэбэрдей-Балъкъэр Республи- кэм щыIэ Управленэ ООО-м и къудамэм и унафэщIыр, хьэрычэт Iуэху мыиныр дэIыгъынымкIэ «ЩIэгъэкъуэн» урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ) Къуэжьокъуэ А. Ж. - «Налшык» универмаг» акционер обществэ зэIухам и директорыр, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ хьэрычэт Iуэху курытымрэ я лэжьакIуэхэм я профессиональнэ союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ комитетым и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) Къудэлий М. Хь. – «Налшык» хьэлвэ завод» акционер обществэ зэIухам и генеральнэ директорыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Къуршэ В. Ч. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и хьэрычэт лэжьакIуэхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ) Мэремкъул К. Н. – «Минерал» ООО-м и директорыр (зэгурыIуауэ) Мокаев Р. Д. – «Шэрэдж -1» ООО-м и директорыр (зэгурыIуауэ) Мусуков А. Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министрыр Овсянников В. Г. – «Къэббалъкъгипс» ООО-м и генеральнэ директорыр (зэгурыIуауэ) Пономаренкэ Р. Н. – «Электрон» ООО-м и директорыр (зэгурыIуауэ) Синеглазов С. В. – «Гидрометаллург» акционер обществэ зэIухам и генеральнэ директорыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Тау П. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и профессиональнэ союзхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Ткаченкэ А. А. – Федеральнэ налог IуэхущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) ЛIэужь А. Б. - «Тэрчалмаз» акционер обществэ зэIухам и генеральнэ директорыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Тхьэзэплъыж М. ТI. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэр Урысбий Хь. Хь. – Урысей Федерацэм и ХъумапIэ банкым и Кавказ Ищхъэрэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ №8631-м и унафэщIыр (зэгурыIуауэ) Шыбзыхъуэ М. Б. - «Денеб» ООО-м и генеральнэ директорыр, опт сатум и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэхэм я ассоциацэм и президентыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Щоджэн Р. М. – «Агро-плюс» ООО-м и генеральнэ директорыр (зэгурыIуауэ) Эндреев Б. А. – «Налшык» ООО банкым и правленэм и тхьэмадэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и банкхэмрэ страховщикхэмрэ я ассоциацэм и президентыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ) Ерчэн Т. Хъу. – «ЗЭТ» концерным и генеральнэ директорыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIхэмрэ я союз» щIыналъэ зэгухьэныгъэм и президентыр (зэгурыIуауэ).
Ди къуэш республикэм Хэплъэну къагъэгугъэ
Мейкъуапэ. Адыгейм щыIэ «Шэрджэс конгрессым» Европэ Зэгухьэныгъэм хуигъэхьа тхыгъэм и жэуап къыIэрыхьэжащ. Ар теухуауэ щытащ республикэм и статусым ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну кърахьэжьа референдумым. Европэ зэгухьэныгъэм къигъэхьыжа тхыгъэм итщ «Шэрджэс конгрессыр» зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм мыгувэу зэрыхэплъэнур, икIи Адыгейм нобэ щыIэ щытыкIэм теухуа хъыбар зэраIэрыхьамкIи фIыщIэ ин къыхуащI.
Я еплъыкIэр зэтехуэркъым
Сыхъум. Куржы-абхъаз зэпэщIэувэныгъэр зэтес щIыжынымкIэ Грузием и Президентым и чэнджэщэгъуу Аласание Ираклий зэрагъэувам Абхъазым псалъэмакъ зэтемыхуэхэр къыщишащ. АБХЪАЗЫМ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Шамбэ Сергей къызэрилъытэмкIэ, Аласание Ираклий цIыху тэмэмщ, удэлажьи хъунущ. Апхуэдэ гупсысэхэр иIэщ ШынагъуэншагъэмкIэ Советым и унафэщI Лакобэ Станислави. «Си дежкIэ абы и кандидатурэр къезэгъщ. ЗэрысщIэмкIэ, зэхэщIыкI зиIэ цIыхущ ар», - жиIащ абы. ЩIыпIэ Парламентым и депутат Ачугбэ Теймураз абыкIэ арэзыкъым: «Абхъазымрэ Грузиемрэ я зэхущытыкIэр Саакашвилищ зэлъытар. Аласание чэнджэщэгъуу зэрагъэуву куржы журналистхэм хъыбар зэбграгъэхащ абы и адэр Абхъазым щаукIа хуэдэу. А цIыхум фIы къытхуихьынукъым».
Хабзэр къызэпауд
Черкесск. Къэрэшей-Шэрджэсым и ХэхакIуэ комиссэм иджыблагъэ Республикэм и Суд Нэхъыщхьэм кассационнэ тхьэусыхафэ хуигъэхьащ. «Интерфаксым» къызэритамкIэ, абы и щхьэусы-гъуэр Карачаевск районым и унафэщIыр хэхыным теухуауэ иджыблагъэ куейм щекIуэкIа хэхыныгъэхэм ныкъусаныгъэ куэд зэрыхалъэгъуарщ. КъШР-м и ХэхакIуэ комиссэм а хэхыныгъэхэр екIуэкIауэ къилъытэркъым. Хьэщыкъуей Олег.
Академием и гуащэ Iулыдж Мадинэ Ди республикэм иужь зэманым мардэ щыхъуащ пщащэ нэхъ дахэр къыхэхынымкIэ студент зэпеуэхэр. Мызыгъуэгум еджапIэ нэхъыщхьэм и гуащэр къыхэхыныр щекIуэкIар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиерщ. А зэпеуэм псом нэхърэ нэхъ дахэу къыщалъытар, “Академием и гуащэ-2006” зыфIащар мы сурэтым щыфлъагъу, а еджапIэм и 4-нэ курсым щеджэ Iулыдж Мадинэщ (я кум дэтщ). Сурэтыр ТОЛГУРОВ Камал трихащ.
“Алмэстыхэр” утыку къохьэ
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ драмтеатрым лэжьыгъэщIэ щагъэлъэгъуащ: режиссер Дзудтагов Казбек игъэуващ “Алмэстыхэр” спектаклыр, дагъыстан тхакIуэ Абу-Бакар Ахъмэтхъан и “Снежные люди” повестым къытращIыкIар. Спектаклым къыщыгъэлъэгъуар 1960 гъэхэм бгырыс къуажэ цIыкIум къыщыхъуа Iуэхугъуэщ. Абы хэт лIыхъужьхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэмкIэ, я дуней тетыкIэмкIэ, я зэхущытыкIэмкIэ я щыIэкIэ-псэукIэр, къуажэдэсхэр нэхъ зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэр, нэгъуэщIхэри наIуэ къохъу. А псор уи нэгу къыщIагъэувэу спектаклым щоджэгу театрым и артистхэу Хъыдзэдж Борис (Алий-Хужьэ), КIэмыргуей Валентин (Къарэ-Хьэртун), Жэнэтей Марьянэ (ХьэIишэт), Хьэщэ Къанщобий (Хьэжбэчыр), Хьэмырзэ Ахьмэд (Хьэмзэт), КIарэ Ларисэ (Хьэуа), Лу Рэмэзан (Iэдэм), Бозий Рустам (Рэджаб) сымэ. “Алмэстыхэр” комедием щIэлъ гупсысэм зиужьын щIедзэ япэ дакъикъэм щыщIэдзауэ. Спектаклым щекIуэкI Iуэхугъуэхэр псори къытхуэзыIуатэ Алий-Хужьэ утыкум къохьэри, зыми ямылъэгъуа, ауэ псоми зэрыщытыр ящIэ алмэстым и гугъу кIэщIу къытхуещI. Спектаклыр зытеухуар гурыIуэгъуейкъым, хэтхэм я зэхущытыкIэр IупщIщ, зэпадзыж псалъэ шэрыуэхэм щIагъыбзэ дахэ, гушыIэ щIэлъщ. ГъэщIэгъуэнщ икIи узыгъэдыхьэшхщ Хьэжбэчыррэ Хьэуарэ я зэхущытыкIэр, а зэщхьэгъусэхэр зыхэт теплъэгъуэхэр. Хьэжбэчыр ефэндыр и гъусэу Iэнэм здыпэрысым, Хьэуа къихьа лэпс пщтырым ес. Абы къигъэгубжьа Хьэжбэчыр жиIэнкIэ Iэмал зимыIэ псалъэхэр къыжьэдокI. Ар зэхэзыха ефэндыр зыхуеиххэр арати, Хьэжбэчыр и щхьэгъусэм нэгъуэщI лIым нэчыхь хуригъэтхыу зы жэщ нэхъ мыхъуми, абы деж щыIэн хуейуэ, армырамэ, и щхьэгъусэм дэпсэу мыхъуну жеIэ. Гуимыхужу мэджэгу Хьэуа и ролыр зыгъэзащIэ КIарэ Лариси абы “пIалъэкIэ” щхьэгъусэ хуэхъу Iэдэми (Лу Рэмэзан). Иужьрейр къуажэ жьакIэупсщ, щIыбыкъэ нэджэIуджэщ. ИтIани, и унэм къашэу къыхущIагъэтIысхьа Хьэжбэчыр и щхьэгъусэр псалъэ дахэхэмкIэ къыдехьэх, ар и лIым иримытыжынуи мурад ещI. Зы лъэныкъуэкIэ къыщытщ Хьэжбэчыррэ Iуэхум хэуныкIыну мурад зыщIа ефэндымрэ, адреймкIэ - Iэдэмрэ абы и дуней тетыкIэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэмрэ. Зэ еплъыгъуэкIэ Хьэуа унэгуащэр зэрыщытын, цIыхухъум пщIэуэ хуэщIын хуейр къэзыгъэлъагъуэу къыпщохъу. ИтIанэми, Хьэжбэчыррэ Iэдэмрэ я кум зэрыдэтым, щхьэусыгъуэхэр къигупсысурэ и лIым деж игъэзэжыну хуэмейуэ къызэрыщIэкIым нэгъуэщIхэми урегъэгупсыс. Дзудтаговым игъэува лэжьыгъэм и кIэм нэс уеплъа нэужь, наIуэ мэхъу: спектаклым и гупсысэ нэхъыщхьэр бгылъэ щIыпIэр къагъанэу къуажэдэсхэр тафэм къэIэпхъуэн зэрыхуеярщ. Пэжщ, апхуэдэу языныкъуэхэм ящIащ, къуажэм къыдэнар къыщалъхуа жылэжьыр зи гум пымыкIахэрщ. Спектаклым къызэрыхэщщи, къуажэр ягъэIэпхъуэн щхьэкIэ Iэмал зыбжанэ къагъэсэбэп, уеблэмэ а щIыпIэм алмэстыхэр щыпсэууэ жаIэ. Хьэжбэчыр и щхьэгъусэр Iэдэм зэрыримытыжам къыхэкIыу а тIум я кум хьэлэбэлыкъ къыдохъуэ, зэрызехьэурэ Iэдэм кIийуэ бгым щоху. Ар псоми лIа я гугъэщ. Ауэ а махуэм щыщIэдзауэ къуажэдэсхэр “алмэстым” и кIий макъым егъэпIейтей. КъызэрыщIэкIымкIэ, алмэсты макъкIэ къэкIийр бгым щыхуа, ауэ псэууэ къэна Iэдэмщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхухэр игъэшынэныр и гушыIэкIэ хъуауэ аращ. ИщхьэмкIэ зи гугъу щытщIа IуэхугъуэмкIэ дгъэзэжынщи, жимыIэпхъэ псалъэхэр къызыжьэдэкIа лIым и щхьэгъусэр, зы жэщ нэхъ мыхъуми, нэгъуэщIылI бгъэдэсын хуейуэ къэзыгъэув хабзэр ди лъэпкъым и гъунэгъуу пхужыIэнукъым. ЕтIуанэращи, бгылъэ щIыпIэм къиIэпхъукIыу тафэм къэIэпхъуэнри нобэрей ди гъащIэм пэжыжьэщ. АтIэ сыт Абу-Бакар Ахъмэтхъан и тхыгъэмкIэ спектакль игъэувыну режиссерым къыщIыхихар? АбыкIэ дыщеупщIым, Дзудтагов Казбек къыджиIащ: - “Снежные люди” повестыр зытха дагъыстан тхакIуэ гъуэзэджэ Абу-Бакар Ахъмэтхъанрэ сэрэ дызэдеджащ, и IэдакъэщIэкIхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Зы лъэныкъуэкIэ сэ сызытхьэкъуар абы и гушыIэ дахэрщ, адреймкIэ - и тхыгъэм щIэлъ гупсысэ куурщ. Тхыгъэм дыкъыщеджэм, ар актерхэми занщIэу ягу ирихьащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт, абы спектаклым елэжьыныр куэдкIэ нэхъ тынш зэрищIар. Дызэрыпэплъа дыдэм хуэдэу, цIыхухэр спектаклым гуапэу IущIащ. Ар, шэч хэмылъу, я фIыщIэщ абы щыджэгуа артистхэм. Сэ абыхэм хуабжьу сахуэарэзыщ. Режиссерым и псалъэм къыхигъэщащ тхыгъэмрэ абы къытращIыкIа пьесэмрэ зыкъомкIэ зэрызэщхьэщыкIыр. Ауэ Дзудтаговыр яужь итащ дагъыстан тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым ар къызыхэкIа лъэпкъым ижь къыщIихуар зэрихъумэным. Арагъэнщ ди лъэпкъым къепхыгъуей Iуэхугъуэ гуэрхэри, уагъэдыхьэшхын нэхъ мыхьэнэшхуэ ямыIэу, спектаклым щIыхэтлъагъуэр. СпектаклыщIэр ягъэлъэгъуакIэщ икIи еплъахэм я нэхъыбэм ягу ирихьащ, актерхэм я джэгукIэм щытхъу псалъэ куэд хужаIащ. Абы теухуауэ цIыху зытIум жаIам фыщыдгъэгъуэзэнщ. Вындыжь Марие, журналист: - “Алмэстыхэр” спектаклым дэ иджыри зэ хьэкъ тщищIащ ди актерхэм я зэфIэкIыр зэрыиныр. Сэ хуабжьу сигу ирихьащ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и ролыр зэригъэзэщIар. Ауэ, си гъусахэми сэри зыжьэу жытIар зыщ: апхуэдиз зэчий зыбгъэдэлъ цIыхухэм гупсысэ куу зыщIэлъ лэжьыгъэхэр я мащIэщ. Гуузщ артист гъуэзэджэхэм я зэфIэкIыр гушыIэ мышыу фIэкIа зыхыумылъагъуэ спектаклхэмкIэ бгъэкIуэдыну. ГушыIэр Тхьэм зэрищIасэр сощIэ, ауэ цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр къызыхэщ пьесэхэр ягъэувтэмэ, фIыт. Тэнащ Залинэ, КъБКъУ-м и студент: - Спектаклыр сигу ирихьащ. Ар нобэ дызыхуэныкъуэ гукъыдэж къозыт, унагъуэ зэхущытыкIэм щыщ гуэрхэр уэзыгъэлъагъу лэжьыгъэщ. Си гуапэщ адыгэ пьесэхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIа тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэми дызэрыщагъэгъуазэр. Си тхыгъэм и кIэухыу мы зыри щIызгъужынут театрым и унафэщIхэм яхуэгъэзауэ: пьесэм елэжьахэмрэ абы щыджэгухэмрэ зэрыт тхылъ цIыкIу премьерэм хуэвгъэхьэзыртэмэ, е ардыдэхэр къалэм къыщыфIадзэ афишэхэм тефтхатэмэ, фи дежкIи, театрым еплъыну кIуэхэм я дежкIи нэхъыфIт. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж театрхэм апхуэдэ хабзэ щокIуэкI.
ИСТЕПАН Залинэ. Сурэтхэр тезыхар Къаныкъуэ Заринэщ.
Я лэжьыгъэр йофIакIуэ
Гъатхэпэм и 30-м ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президиумым и зэхуэс Налшык щекIуэкIащ. Абы хэтащ ЩIДАА-м и Президент Нэхущ Iэдэм, Къэрал Думэм и депутат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэхущ Заурбий, Урысей ЩIэныгъэ Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Петр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, “Адыгэ псалъэ” газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн, КъБКъМа-м и профессор Хъаний Мирон, ЩIДАА-м и Къэрэшей-Шэрджэс къудамэм и унафэщI Темыр Умар, ЩIДАА-м и япэ вице-президент Мекъул ДжэбрэIил (Мейкъуапэ), Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и щIэныгъэрылажьэ ЦIыпIынэ Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Нэхущ Iэдэм зэIущIэр къызэIуихри, къыхигъэщащ иджыблагъэ дунейм ехыжа Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми я щIэныгъэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къумахуэ Башир зэрахэмытыжыр ЩIДАА-м дежкIэ хэщIыныгъэшхуэу зэрыщытыр. Къызэхуэсахэм щIэныгъэлIыр псалъэ гуапэкIэ ягу къагъэкIыжри, дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. ЩIДАА-м и Президиумым къыбгъэдэкIыу Нэхущыр ехъуэхъуащ икIи академием и ЩIыхь тхылъыр къритащ а махуэм зи ныбжьыр илъэс 60 ирикъу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Нэхущ Iэдэм жиIащ адыгэ лъэпкъым зиужьынымкIэ ХьэфIыцIэм Iуэхушхуэ зэрызэфIигъэкIыр, ар хэкум и къэкIуэным псэемыблэжу хуэлажьэ адыгэлI щыпкъэу зэрыщытыр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ ЩIДАА-м зэфIигъэкIын хуейуэ къыпэщылъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къэпсэлъэныгъэр триухуащ “Адыгэхэр” фIэщыгъэцIэр иIэу адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ игъэхьэзыр альбомыр зэрыгъэпсам, абы епха лэжьыгъэхэр и кIэм зэрынэблэгъам, ар мы илъэсым и кIэхэм къызэрыдэкIынум. АдэкIэ Мухьэмэд и гугъу ищIащ “Щикъухьащ адыгэр дунеижьым” гъэлъэгъуэныгъэ ин адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу Налшык къызэрыщызэригъэпэщынум, ар бжьыхьэм Мейкъуапэ, Сыхъум зэришэнум. БзэщIэныгъэм дызыщрихьэлIэ гугъуехьхэм ятеухуат ЦIыпIынэ Аслъэн и къэпсэлъэныгъэр. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъыр дызыIууэнкIэ хъуну Iуэхугъуэ шынагъуэхэр, абы щхьэусыгъуэ хуэхъур, хэкIыпIэ хуэхъунухэр зэпкърыхауэ утыку кърихьащ щIэныгъэлIым. ЦIыпIынэм жиIахэр диIыгъыу, езыми и Iуэху еплъыкIэр къигъэлъагъуэу къэпсэлъащ Темыр Умар. Нэхущ Iэдэм зыгъэгумэщIыр Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэм щIэныгъэ технологиемрэ егъэджэныгъэмрэ хуэфащэ зыужьыныгъэ зэрыщамыгъуэтырт, апхуэдэуи щIэныгъэлI щIалэхэр зэрыдимащIэм а Iуэхур ефIэкIуэнри къызэрилъахъэр къыхигъэщащ. А махуэм Нэхущ Заурбий ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академикыу зэрыхагъэхьамкIэ и дипломыр къратыжащ. Армавир дэт бзэщIэныгъэмкIэ университетым и ректор Сэкий (Согуэ) Риммэ ЩIДАА-м и Президиумым хагъэхьэну унафэ къащтащ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
Дыхуэвгъэсакъ ди щIэблэм
Лъэпкъым, адэ-анэм я дежкIэ щIэблэр мылъкушхуэщ. Дунейр зейри лъэпкъым и къэкIуэнури зэлъытар ахэращ. Абы ипкъ иткIэ, абыхэм гулъытэ и чэзум яхуэдмыщIмэ, дыщIегъуэжынущ. Дунейм къытехьагъащIэ сабийм игури и псэри уэс хужьым хуэдэу къабзэщ, абы сыт илъагъуми, сыт зэхихми занщIэу къепхъуатэ. Ар къэзылъхуахэми, зи нэIэ щIэт балигъхэми я фарзщ абы и хьэл-щэныр, и дуней тетыкIэр яубзыхуну. Сабийм и гум къыщыуш гупсысэр, ар Iейми фIыми, занщIэу Iэпыбуд хъунукъым. ФIымэ, удэгуфIэн, Iеймэ, нэхъыфI зэрыхъунур дахэу гурыбгъэIуэн хуейуэ аращ. Гъэсэныгъэр цIыкIум зихуэпэфу, зитIэщIыжыфу щыхъуам деж къыщожьэ, абдеж щыщIэдзауэ щихар дахэу игъэтIылъыжу, зэрыджэгу и хьэпшыпыр Iуихыжыфу егъэсэн хуейщ. Зи гугъу сщIым мыхьэнэ езымытхэр щоуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуэхум и кIуэрабгъур быным зэрызыхебгъэлъхьэфыну щIыкIэм къежьапIэ хуэхъур аращ. НыбжьыщIэмрэ адэ-анэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъурщ быныр жыIэмыдаIуэ хъуныр къызыхэкIыр. Абы уи макъ зебгъэIэтауэ уепсалъэ хъунукъым, уеущиен хуейуэ аращ. Дауи, адэ-анэм я къалэнщ быныр къуаншэмэ, ткIийуэ хущытыныр. Ауэ и гур ирамыхыу, псалъэ IейкIэ емыгуауэу къызэрезэгъкIэ епсэлъэн хуейщ. Зым дежкIи щэхукъым иджырей гъащIэр зэрыгугъур. Адэ-анэм зэрахузэфIэкIкIэ сабийр абы щахъумэ. Пэжщ, я щIэблэм яфI зыхэлъщ ялэжьыр, ауэ а гъащIэм хэлъ гугъуехь псори быным щыбзыщIыныр, адэ-анэм я фэм дэкIыр емыгъэщIэныр тэмэмкъым. Быным дэтхэнэ и зы лъэбакъуэри гулъытэншэ умыщIу акъылкIэ, чэнджэщкIэ, гупсысэкIэ зебгъэкIуэфын хуейщ. А псом къыдэкIуэу, апхуэдэ ущием и лъабжьэм зэи мыужьых фIылъагъуныгъэр зэрыщIэлъыр зэхегъэщIапхъэщ. Быныр щыцIыкIум щегъэжьауэ гущIэгъу хэлъу къэгъэтэджын хуейщ, ныбжьэгъуми гъунэгъуми ядэгъуэгурыкIуэфу, зи ныбжь хэкIуэтахэми защIигъэкъуэфу, дэтхэнэ зы цIыхуми хуэфащэ пщIэ хуищIыфу егъэсапхъэщ. Сабийхэр зыхуей хуэгъэзэныр адэ-анэм я къалэнщ, ауэ ебгъэлейуэ щхьэзыфIэфI пщIынри Iэмал зимыIэщ. Абыхэм адэр я щапхъэу щытын хуейщ, и плъэкIэ къудейм, и зы псалъэм фIэлIыкIыу. Ди адыгэ хабзэр Iэмал хъарзынэщ бын ирибгъэсэну. Абы хуабжьу щIэгъэкъуэнышхуэ хуэхъурт нэхъапэм ди къэралым щыIэу щыта сабий, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, хабзэр зи унагъуэ илъхэмрэ апхуэдэ зэгухьэныгъэхэр щылажьэ жылэхэмрэ иджы закъуэтIакъуэххэщ. Хуабжьу сигу къоуэ ди хъыджэбз цIыкIухэм я зыхуэпэкIэр. КIэ кIэщIхэмрэ ящыкъузэжауэ ящыгъ цIыхухъу гъуэншэджхэмрэ щхьэ ямылъагъурэ адэ-анэм? Дауи, зи ныбжьыр мыщIалэж езы бзылъхугъэхэми ар щащыгъкIэ, абы щапхъэ тезых щIэблэр бгъэкъуаншэ хъунукъым. Си щхьэкIэ, мыхъумыщIагъэ зыдэслъагъу сабий ныкъуэхъур згъэкъуаншэркъым, къуаншэр ар апхуэдэу къыдэзыгъэкI адэ-анэрщ. Щхьэ адыгэм тфIэфI апхуэдизу ди щхьэм пщIэ хуэдмыщIыжыныр? Къуажэ къэсыхукIэ щызэхэту щытащ тхьэмадэхэм, бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэхэр. Абыхэм сытым дежи я дэIэпыкъуэгъут къуажэ унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, щIэблэм хабзэншагъэ ямылэжьыным зи нэIэ тет IуэхущIапIэхэр. А псори зэрызэдэлажьэрт, унагъуэм и къалэн псори зэрыщагъэзащIэрт щIэблэ узыншэ къыщIытщIэхъуэри. Си псалъэмакъым и кIэухыу мыри щIызгъужынут: быным нэхъыфIрэ нэхъ IэфIрэ щыIэкъым икIи ар зэрыбгъэса щIыкIэмрэ хэплъхьа цIыхугъэмрэ куэд елъытащ. Абыхэм я Iуэху ефIэкIуэхукIэ ди лъэпкъми зиужьынуращи, дызэкъуэувэу ди щIэблэм яфI къэтлъыхъуэн хуейуэ аращ. Балъкъэр Борис, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
“Шагъдий” фильмхэм пащэ
КъБР-м и Президентым пщэрылъ къызэрыщищIам ипкъ иткIэ Курортхэмрэ туризмэмкIэ министр Фырэ Руслан иригъэкIуэкIащ адыгэш лъэпкъыр хъумэным, гъэбэгъуэным, егъэфIэкIуэным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м ветеринариемкIэ и управленэм и унафэщI, адыгэш лъэпкъыр егъэфIэкIуэнымкIэ советым и тхьэмадэ ЛIуп Резиуан, абы и гъэзэщIак1уэ директор, профессор, РАЕН-м и академик Къагъырмэс Цорай, шы спорт школым и директор Дау Вячеслав, профессор Ашэбокъуэ Леонид, шы спортымкIэ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Къуныжь Мухьэрбий, налшык шыгъэжапIэм и тренер Дер СулътIан, “Налшык” ОРТК-м и генеральнэ директор Вэрокъуэ Владимир сымэ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр еплъащ адыгэш лъэпкъым теухуа “Шагъдий” фильмитIым. япэр 1970 гъэхэм я пэщIэдзэм трихащ республикэм щыцIэрыIуэ кинорежиссер Вэрокъуэ Владимир, етIуанэр нэгъабэ трихащ УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и “Ника” киноакадемием хэт режиссер Цориев сулътIан. Абыхэм еплъу тепсэлъыхьыжа нэужь, къызэхуэсахэм унафэ ящIащ мы фильмхэм адэкIи пищэну Вэрокъуэ Владимир пщэрылъ щащIыну. ЩIэныгъэ консультанту щытынухэщ ЛIуп Резиуан, Къагъырмэс Цорай, Ашэбокъуэ Леонид, Къуныжь Мухьэрбий сымэ. Апхуэдэу къызэхуэсахэр зэгурыIуащ 2006-2015 гъэхэм адыгэш лъэпкъым зегъэужьыным теухуа программэ зэман гъунэгъум зэхалъхьэну.
Бэрыкъуэ НэхъуатIэ.
ГушыIэ махуэ апщий! IутIыж Борис и апрелыпэ гушыIэхэр Угъатхэ лъэнкIапIэрэ джэд пыхусыхур къыщысынум упэплъэу уздэщысым, угушыIэн, удыхьэшхын жыхуэпIэр – ар Iуэху тыншхэм ящыщкъым. ИтIани IутIыж Борис мурад ищIащ зэрыхъукIэ нобэ тIэкIу къывдэгушыIэну, зы тIэкIунитI-тI-тIэ нэхъ мыхъуми фи гукъыдэжым хигъэхъуэнуи, Тхьэм къригъэхъулIэ. Аращи, мис, IутIыжым фхузэхилъхьа гушыIэ тхыгъэ кIэщIхэм феджэ, абыхэм теухуауэ ищIа сурэтхэм феплъ, езы IутIыж Борис и псалъэхэмкIэ дэри зыфхудогъазэ: гушыIэ махуэ апщий! Мэлыжьыхьым и 1-р гушыIэм, нэжэгужагъэм я махуэу зэрыщытыр къэтлъытэри, дэ мурад тщIащ Агъ Зэрэгъыжыр зи псевдоним IутIыж Борис и гушыIэ тхыгъэ «Гуащэпэж» жыхуиIэр нобэ щыщIэдзауэ Iыхьэ-Iыхьэурэ теддзэну. Упенсионеру, илъэс 65-рэ ухъуауэ ар здэгушыIэну зызрипщытам зеппщытын жыхуэпIэр – уэдыдыд!.. Езым зрипщытащи, езым зэхрегъэкIыж, дэ къытлъысращи, моуэ дехъуэхъунщ: Гуащэпэж и къалэн нэхъыщхьэм илъэс зытIощIрыпщI хуэдэкIэ тезыгъэхьэулеикIыфын пенсионер Тхьэм уищI, Борис. ХьэфIыцIэм и администрацэ.
XIX лIэщIыгъуэ
Щыст Демон, хэсу гупсысэшхуэм: Лермонт тхьэмыщкIэр къаукIат. Темытт дунейм зы усакIуэшхуэ… Ацкъанри зэкIэ къамылъхуат.
«Зи насып!»
Мы щIалэжьым и цIэр Моцэщ. И унэцIэр Темыужщ. Пщыхьэщхьэ къэскIэ и тIроцэщ. Махуэ къэскIэ и IутIыжщ.
Зэрымылъ пэ лъагэ
ПфIэделэщ псори уэ. Зыхош. Зогъэкъ… Аращ къыщыщIыр делэм… щыхъукIэ фIэкхъ.
Гъуэтыгъуей
Ущылъыхъуапэу щытмэ мы дунейм, Къыщыбгъуэтынущ удэзыхьеин. Драхьеям и дежкIэ гъуэтыгъуейр КъыщехуэхыжкIэ къэзыубыдынщ.
Хъер ухъу!
Апрелыпэ пщIыхь
Гугъусыгъуурэ сыжейуэ сыздэщылъым, СопщIыхь мыпхуэдэу: Путин и жьэгу пащхьэм Пэрысщ зы лIы къуэгъу цIыкIу, коньякыр щIишрэ Чэнджэщ ириту ди къэрал Iэтащхьэм. «Вэлодэ, - жи абы, - ущымыуэну Ухуеймэ, мыдэ къызэдаIуэ… ПщIэрэ Уэ, псалъэм папщIэ, мы ди Къэрал Думэм ЕщIапхъэр? ПщIэркъым. Сэ бжесIэнщ-тIэ…» Арти, Пкърыпкъыу зэпкърехри Къэрал Думэр, Зэпкърелъхьэжыр ар зэрыщытыпхъэу Къилъытэм хуэдэу: депутат щэ ныкъуэ ФIэкIа къэмынэу «зэбгреху»… ИтIанэ Пхыхуа ди экономикэм и дагъуэр Кърелъхьэ ВВП и пащхьэ нэхуми, ГугъупIэм зэуэ дизышыну лъагъуэр Ирегъэлъагъур… Путин йогупсысыр: «Мыпхуэдэ тхьэгурымагъуэ ди къэралым Зэрисыр къызжамыIэу си блыгущIэтхэм Щхьэ нобэм къэскIэ сщабзыщIа?!» Губжьарэ И губжьыр нэхъ зытекъутапхъэр хэтми Къилъыхъуэу Путин здэщысым, зэуэ «Тхьэгурымагъуэм» зыкъызэкъуепхъуэтри, ЙоупщIыр ди Iэтащхьэм: «Уа, Вэлодэ, Тхьэм щхьэкIэ, умыбзыщIу мыр къызжеIэт: Умыадыгэу пIэрэ уэ? Дэ нобэ Адыгэ куэд къыдогъуэтыжыр… Пэжу, Щолэхъур тIэщIэкIащ. Мис а тхакIуэшхуэ Щолэхъухэ Мышэ… Мышэ тIэщIэкIами, Ди спискIэм иттхэжащ дэ лIы лъэрыхьхэр. Мес, псалъэм папщIэ, - Михаил Шемякин! Ар бампIэу щыIэт США-ми, къедгъэблагъэщ, Къардэнхэ яхэттхэжри, тщIащ адыгэ: Иреплъ уадыгэныр гугъурэ тыншрэ!.. Сокъурхэ Сашэ къытхуэгъэшыщакъым. Абы зегъэяпоныр хуабжьу. Ауэ, Къыдэплъщ, зэплъыжри, ари гупсысэшхуэм Хэхуауэ ежьэжащ!.. Аращи, кхъыIэ, Жэуап къыдэт ди спискIэм уизытхэну ЩIэбэгыу нобэ сыкъэзыгъэкIуахэм. Дыщыуэу щытмэ, ари щIумыхъумэу КъыджеIэ пэжыр: уадыгэ… хьэмэ?..» «Iагъу-гъу! – жи Вэлодэ. – Догуэ абы шэчрэ Шубхьэрэ щхьэ къытефхьагъэххэ? Путин УнэцIэр сэ мыбы щызесхьэ щхьэкIэ, Гъуэгунокъуэхэ сарейщ!..» Абдеж кIэнтIыIур КъыхоузыкIри, сыкъоушыр… «Хъер ухъу!» ЖызоIэ, сегупсысурэ: «Уа, хэт зэзгъэщхьыр А чэнджэщ тынкIэ апхуэдизу Iэзэр? – А-а-а, ХьэIупэ ДжэбрэIилщ! Си ныбжьэгъужьырщ!!!» |
|
|||||||||||
ссылки |
къыдэкIыгъуэхэр |
|
||||||||||
|
KAVKAZWEB
Kavkaz Banner Network
|
|
|
|||||||||
|
|
Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected] |
|
|
||||||||
|