ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мейкъуапэ къыщалъхуа щIалэм Америкэр къызэфIегъэувэ

2021-07-08

  • США-мрэ Канадэмрэ зэгъусэу щрагъэкIуэкI Лъэпкъ Хоккей Лигэм (НХЛ) и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэр къыпикIуэтынукъым дунейпсо зэпеуэхэми Олимп джэгухэми. Иджыпсту абы и вагъуэ нэхъыщхьэщ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ къыщалъхуа икIи зи сабиигъуэр а щIыпIэм щызыгъэкIуа Кучеров Никитэ.

  • НХЛ-м нэхъыбэ дыдэрэ къыщыхэжаныкI, абы рекорд зыбжанэ щызыгъэува щIалэм хоккейм зыщыхуигъэсар Мэзкуущ. «Красная Армия» ныбжьыщIэ гупым къыщыщIидзэри, ЦСКА-м хагъэхьащ, иужькIэ къэралым и гуп къыхэхам ираджащ. АдэкIэ, гу къылъатэри, Канадэм и Квебек къалэм и командэм и щIалэгъуалэ гупым ирагъэблэгъащ. Иужь илъэсийм США-м и «Тампа-Бэй» гуп лъэрызехьэм хэтщ.
  • Кучеров Никитэ и джэгукIэр апхуэдизу ягу ирохь, я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкI шайбэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщи, 2018 гъэм зэгурыIуэныгъэщIэ иращIылIащ. Абы ипкъ иткIэ иджыри илъэсийкIэ «Тампа-Бэй»-м и щIыхьыр ихъумэнущ икIи а лъэхъэнэм къриубыдэу доллар мелуан 76-рэ къилэжьынущ, ехъулIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къапэкIуэ саугъэт инхэр хэмыту.
  • Адыгейм къыщалъхуа Кучеровым и командэр тригъэгушхуэ, лъагапIэ инхэм ебгъэрыкIуэ зэпытщ. Ар зи пашэ «Тампа-Бэй» гупыращ нэгъабэ НХЛ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэ «Стэнли и Кубокыр» къэзыхьар, мы гъэми и кIэух зэIущIэм нэсауэ абы щIэбэныр. Ди гуапэщ адэ-кIи ехъулIэныгъэ инхэр иIэну.
  • Хьэтау  Ислъам.