ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адзэпш – Рычэпстэ

2021-06-11

  • ЩIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэ-хэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщауэ щытащ иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм ди гъунэгъуу къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри, фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыу, абыкIэ зэфIэзыгъэкIыну хущIэкъухэри куэду къазэрыхэкIыр. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зезыхьэхэр и щыпкъапIэм куууэ нэплъысыныр, зэрыщытар ипэжыпIэкIэ зэхэгъэкIыныр «къызэгугъуэкIхэр» аращ.

  • Аргуэрыжьу, а псори мыбдежми щытхузэмыгъэзахуэми, Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ и къуршылъэхэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщу тIум я гугъу щытщIынщ.
  • Рычэпстэ (Речепста)
  • Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэм къыщекIуэкI щIыпIэцIэхэм ящыщ зыщ.
  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков и тхылъ гъуэзэджэу «Топонимика Западного Кавказа и некото-рые вопросы его этнической истории» («КъухьэпIэ Кавказым и топонимикэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIа языныкъуэ Iуэхугъуэхэр») зыфIищам и 282-нэ напэкIуэцIым щетх: «Абхъаз-адыгэ топонимикэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщ зыщ Инжыджышхуэ псым зыкъыщызэщIэзыкъуэ къурш жьанэхэри. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ Архъыз хэлъэдэж Рычэпстэ псы цIыкIум зэреджэри. ФIэщыгъэр тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ къыбгуроIуэ. Япэ пычыгъуитIым, «ры-чэ»-м, абхъазыбзэкIэ къарыкIыр «жьауапIэ», «псыпцIалъэ» мыхьэнэхэр аращ. ЕтIуанэ пычыгъуитIыр, «пс-та»-р, тIууэ зэщхьэщыхащи, япэр, «пс» («псы»)-р, абхъаз-адыгэбзэхэм зэдай псалъэщ, «та»-р щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэщ».
  • АтIэми, апхуэдэу йоджэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуршылъэхэр зэпызыщIэ «Абишира — Ахуба» бгы шытх екIуэкIым къыщыщIэж псы бгъунж цIыкIур зыщIэлъадэу зыбгъурыж Iуащхьэ джафэшхуэми (метр 3214-рэ            и лъагагъщ), Уарпрэ Лабэрэ я псы-хъуащхьэхэр зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэми. Къэдгъэлъагъуэмэ, Рычэпсэ Архъыз холъадэ, езы Архъыз Псыш хохуэж, Псыш Инжыджышхуэ и кIуапIэщ.
  • ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх лъахэхут11э-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Твёрдый Александр «Кавказым и топонимикэ псалъалъэ» и тхылъым, 2011 гъэм къыдигъэкIам, зэрыщитхымкIэ, «Рычэпстэ» фIэщыгъэр «Дыгъэ зыдэмыпсэ псы бэкъу» мыхьэнэми хуэбгъакIуэ хъунущ.
  • Адзэпш (Адзапш)
  • Апхуэдэу йоджэ Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIудзауэ щешкIурэх Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро и псы къуэпсхэм ящыщ зыми, а щIыпIэм къыщыщIэж псы пщтыр хущхъуэхэми (псори зэхэту 20-м щIегъу), а щIыналъэм къуршхэмкIэ къыщыпэгъунэгъу Абхъаз Республикэм щыпсэухэр зэрыгушхуэ Бзыбэ (Бзыбь) тIуащIэ абрагъуэм узэрыщхьэщыхьэ хъу шытх цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ).
  • Лъахэхутэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Адзэпш» псалъэр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр «пщтыр» мыхьэнэ къызэрыкI «адзэ» жыIэкIэрщ, етIуанэр, «пш» пычыгъуэр, дэ, адыгэхэм, «псы» зыхужытIэрщ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.