ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Налшык — Сочэ»  кхъухьлъатэ гъуэгуанэр къызэIуах

2021-06-08

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм тенджыз ФIыцIэ Iуфэм нэсыным дяпэкIэ трагъэкIуэдэнур зы сыхьэт иримыкъущ — иджыблагъэ Налшык къыщетIысэхащ а гъуэгуанэм тетыну Сочэ къикIа кхъухьлъатэр.

  • Сочэрэ Налшыкрэ зэпызыщIэну иджырей кхъухьлъатэ лъэщхэр «РусЛайн» авиакомпанием ейщ. Абыхэм зэуэ цIыху 50 ихуэнущ, гъуэгуанэ зэрытетынури дакъикъэ 55-кIэщ. Сочэ къикIыурэ кхъухьлъатэхэр Налшык тIэу къэкIуэнущ — бэрэжьеймрэ тхьэмахуэмрэ. Билетхэм я уасэр сом минитIым къыщыщIэдзауэ щытынущ.
  • Уэгу гъуэгуанэщIэ къызэрызэIуахам и фIыгъэкIэ республикэм щыпсэухэр псынщIэу икIи тыншу кIуэфынущ Кавказым и тенджыз ФIыцIэ Iуфэм и зыгъэпсэхупIэхэм.
  • «РусЛайн» авиакомпанием и кхъухьлъатэхэр мэкъуауэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 29 пщIондэ лэжьэну аращ зэкIэ. Iуэхур тэмэму зэтеубла хъурэ а унэтIыныгъэм щызекIуэн куэду игъуэтмэ, Налшык икIыу Сочэ кIуэ рейсхэр зэпымыууэ щагъэIэну я мурадщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.