ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2021-05-21

  • Бемырзэ Мухьэдин
  • ЛъэIу
  • Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI —
  • Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
  • Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
  • Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэкIэ.
  • Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр,
  • Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр,
  • ИтIанэ абазэхэхэр, къэбэрдейр,
  • Iэдэмей лIакъуэр, кIэмыргуейр, бжьэдыгъур.

  • Кавказым и дахапIэр фэ фи хэкут,
  • ЩIыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щIапIэт,
  • Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу,
  • Фи тенджыз Iуфэр яIэт кхъухь тедзапIэу.
  • Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ…
  • Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр,
  • Фэрыншэу, уэгум вагъуэ щипхъыхьар,
  • Мэкъуауэ бадзэу, мафIэ нэпцIкIэ мэсхэр.
  • Адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ пщыкIутI,
  • Iэпкълъэпкъыу цIыхум фэ фхуэдизщи иIэр,
  • Зыгуэр фыхэщIу и гур ивмыуд,
  • Фи псэуныгъэр гурыфIыгъуэу зиIэм.
  • ИстамбылакIуэ. Сурэтыр УФ-м и цIыхубэ художник Пащты Герман ищIащ.