ТхьэмахуэкIэ ягъэIэпхъуа чемпионыгъэ
2021-03-25
- Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2021 гъэм и чемпионыр наIуэщ. Нэгъаби хуэдэу, зэхьэзэхуэр иухыным джэгугъуэ зыбжанэ иIэжу ар зыIэригъэхьащ Бахъсэн и «Автозапчасть»-м.
- Республикэм и щIымахуэ чемпионыр тхьэмахуэ ипэкIи къэтщIэфынут. АрщхьэкIэ уэсышхуэ къесу джэгупIэ губгъуэхэр зэрыщIиуфам къыхэкIыу гъатхэпэм и 13-мрэ 14-мрэ щыIэн хуея зэIущIэ псори ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ.
- Мы гъэми нэгъабэрей я ехъулIэныгъэм къытрагъэгъэзэжын папщIэ «Автозапчасть»-м и футболистхэм къахуэнэжар зымащIэ дыдэт. Абы папщIэ хагъэщIэн хуейт зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ «Ансар»-р. Бахъсэндэсхэм ар тынш дыдэу къайхъулIащ икIи я хьэрхуэрэгъум бжыгъэшхуэ дыдэкIэ ефIэкIри, дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ.
- Дыжьынымрэ домбеякъымрэ нэхъ иризоныкъуэкъу «Мурбек»-мрэ «Шэрэджымрэ». Джэгугъуэ блэкIам ахэр текIуащ. ОчкоитI зыгъэкIуэда «Тэрчыр» абыхэм къакIэрыху хъуащ.
- Аргуэрыжьу къыхагъэщIа «Ансар»-мрэ «Маисэмрэ» зэхьэзэхуэм и кIэух увыпIитIыр яIыгъщ. Гуп нэхъыщхьэм къыхэнэн папщIэ ахэр «КъБКъУ»-м хуабжьу еныкъуэкъун хуейщ.
- Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм пашэныгъэр щиубыдащ «Автозапчасть»-м щыджэгу Къуэжей Азэмэт. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ абы топ 13 я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ «Ансар»-м и пашэ Тамаев Аланрэ «Малка»-м и гъуащхьауэ ШащIэ Беслъэнрэ.
- Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — «Инал» (Къэрэгъэш) — 3:2, «Тэрч» (Тэрч) — «Шагъдий» (Зеикъуэ) — 2:2, «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «Ансар» (Налшык) — 8:1, «Мурбек» (Налшык) — «Маисэ» (Налшык) — 3:0, «Спартак-Д» (Налшык) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — 1:0, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 2:1, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Малка» (Малкэ) — 2:1, «КъБКъУ» (Налшык) — «Бабугент» (Бабугент) — 0:0.
- «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм щызэIущIэнущ: щэбэтым — «Бабугент» — «Спартак-Д», «ХьэтIохъущыкъуей» — «Шэджэм-2», «Ансар» — «Кэнжэ», «Инал» — «Автозапчасть», «Малка» — «Мурбек»; тхьэмахуэм — «Ислъэмей» — «Шэрэдж», «Шагъдий» — «КъБКъУ», «Тэрч» — «Маисэ» командэхэр.
- Хьэтау Ислъам.