ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и библиотекэ нэхъыщхьэм адыгэбзэмкIэ диктант щатх

2021-03-18

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэр иджы илъэс ещанэ хъуауэ хэтщ адыгэбзэкIэ диктант егъэтхыным теухуа дунейпсо акцэм. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу ар гъэ къэс къызэрегъэпэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

  • А Iуэхур хуэгъэпсащ адыгэбзэм и пщIэр нэхъри къэIэтыным, цIыхухэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, блэкIар ящымыгъэгъупщэным, щIэблэр я анэдэлъхубзэм дегъэхьэхыным, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр ихъумэжыным, ар игъэбэгъуэным хуэущииным.
  • Гъатхэпэм и 12-м библиотекэм къыщызэхуэсат я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи зэхуэмыдэ цIыху куэд, адыгэбзэмкIэ щIэныгъэу ябгъэдэлъыр зыхуэдэр къапщытэжын мурад яIэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, я анэдэлъхубзэр фIыуэ зэралъагъурщ, абы и къэкIуэнум зэригъэпIейтейрщ ахэр мы Iуэхум къыхэзышар.
  • Диктантым ирихьэлIэу библиотекэм къыщызэрагъэпэщат «Си бзэр си дунейщ» зыфIаща тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Дапхъэхэм телът анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж методикэхэр, адыгэхэм я литературэр къызэрежьам, IуэрыIуатэм ятеухуа тхылъхэр, адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрытхэр. Диктантым щIидзэн и пэ къихуэу цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ а выставкэм.
  • Адыгэбзэм и махуэмкIэ ехъуэхъуу, диктантым зэрыхэтым папщIэ фIыщIэ яхуищIу Iуэху щхьэпэм зыкърезыгъэхьэлIахэм захуигъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхуриджащ адыгэбзэр хъумэным, абы зиужьыным хуэунэтIауэ щхьэж хузэфIэкI къимыгъэнэну, я тхыдэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хъыбарыжьхэр, IуэрыIуатэр зыщамыгъэгъупщэну, адыгэ тхакIу1918эхэм я IэдакъэщIэкIхэм еджэну.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд пэшым щIэсхэр щыгъуазэ ищIащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» лъэпкъ газетхэм я зи чэзу номер зэхэтыр Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм зэрыхуагъэпсар. Апхуэдэуи ар цIыхухэм ядэгуэшащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм, зи щIэныгъэкIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщахьа ехъулIэныгъэ лъагэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэм ятеухуа щIэнгъуазэ мыгувэу къызэрыдэкIынумкIэ.
  • Псоми ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъури, акцэр къызэIуихащ ХьэфIыцIэм. НэхъыжьыфIым и псалъэхэр гунэс ящыхъуауэ, диктантыр щыуагъэншэу зэратхыным яужь ихьащ къекIуэлIахэр. А махуэм къызэджар адыгэ тхакIуэ, литературовед, критик цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид «Нэгумэ Шорэрэ адыгэ IуэрыIуатэмрэ» зыфIища и тхыгъэрщ.
  • Апхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр, шэч хэмылъу, хуэщхьэпэнущ адыгэбзэр джыным цIыху нэхъыбэ дегъэхьэхыным. А бзэрщ лъэпкъым ди зэманым къихьэса щэнхабзэр, тхыдэр, и хабзэхэр хъумэ-нымкIэ щIэгъэкъуэну иIар, дяпэкIи иIэнур.
  • Апхуэдэ дыдэ акцэ КъБКъУ-ми щекIуэкIащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий хэту.
  • ЕМУЗ Ана18ъбиблиотекэм и унафэщI.