КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Дагъыстэн Республикэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ я щIыналъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъумкIэ
2021-01-26
- «Ди къуэш Дагъыстэным щыпсэухэм, абы и унафэщI Меликов Сергей Алим и къуэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу я махуэшхуэмкIэ — Дагъыстэн Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъумкIэ.
- Дагъыстэнхэр зы хэкуу — Урысейм хыхьэ къэралыгъуэу — зэгухьэным теухуа унафэр Урысейпсо ГъэзэщIакIуэ Комитет Нэхъыщхьэм къищтауэ щытащ 1921 гъэм щIышылэм и 20-м. Абы мыхьэнэшхуэ иIащ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ лъэщу зиужьынымкIэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, езыхэм я щэнхабзэм, бзэм, литературэм заужьынымкIэ.
- Нобэ Дагъыстэныр кIуэ пэтми нэхъри йофIакIуэ, и хабзэфIхэм зэрахуэпэжым, зыужьыныгъэм и гъуэгум зэрытетым, щIыналъэм и цIыхухэр зэрыгуащIафIэм, зэрызэчиифIэм, тегушхуауэ ипэкIэ зэрыкIуэм я фIыгъэкIэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ щыпсэухэр зэныбжьэгъуфIу илъэс куэд хъуауэ къызэдокIуэкI. Ди республикэхэм исхэм яку дэлъ а зэхущытыкIэ дахэхэм нэхъри зрагъэужьу, ахэр ягъэбыдэу адэкIи зэрыпсэунум шэч къытесхьэркъым.
- Дагъыстэным ис псоми сохъуэхъу мамыру, зэIузэпэщу, я Iуэхур ефIакIуэу, республикэм къыпэщыт къалэнхэр зэфIэгъэкIыным ехъулIэныгъэхэр къыщахьу псэуну», — щыжеIэ республикэм и Iэтащхьэм и тхыгъэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.