Адыгэбзэм и лъэкІкІэ ягъэбзэрабзэ
2020-12-12
- Хэку гъэзэжынымкІэ Адыгэ Хасэмрэ (Онтарио — Канадэ) ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэ (Налшык — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ) зэгъусэу къызэрагъэпэщу Iуэтэж тхыным теухуауэ адыгэ тхакІуэ Натхъуэ Къадыр и цІэкІэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэр иджыблагъэ и кIэм нэсащ.
- Ар теухуат адыгэбзэр лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщым щІалэгъуалэм гу лъегъэтэным, абы пщIэ хуищIын, хуэ- сакъын икIи ихъумэн зэрыхуейр къыгурыгъэIуэным, анэдэлъхубзэкIэ псэлъэныр, гупсысэныр, тхэныр, еджэныр пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр и фIэщ щIыным. Абы къищынэмыщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэр зыхущIэкъуахэм ящыщщ псалъэ зэгъэпэщакIэ зи гупсысэр къэзыIуэтэф щIалэгъуалэр нахуэ къащIыныр, утыкум кърашэныр, ягъэгушхуэныр.
- Дауи, гурыIуэгъуэщ, хэт и псалъэ зэгъэпэщыкIэр нэхъ екIу, хэт и къэIуэтэкIэр нэхъ зэпэщ жыпIэу зи гупсысэкIэ, зи дуней лъагъукIэкIэ зэмыщхь сабийхэм я тхыгъэхэр къызэрапщы- тэ пщалъэхэм щIэбгъэкIыныр зэрыгугъур. Ауэ Iуэхур зэпеуэ жыпхъэм иувэмэ, хьэрхуэрыр нэхъ къызэщIэрыуэну, абы хыхьэну ныбжьыщIэхэри нэхъ къызэрылэну ягъэуващ къызэгъэпэщакIуэхэм. Адыгэбзэ Хасэм хэтхэр, а гупсысэм хэлъ захуагъэр къалъытэри, Iуэхум еувэлIащ.
- Зэпеуэр зэрекIуэкIа хабзэм ипкъ иткIэ, тхыгъэм фIэщыгъэ игъуэтамрэ абы къыщыIуэта хъуа гупсысэмрэ зэрызэпэджэж-зэрызэтехуэ щIыкIэм, ар зи IэдакъэщIэкIым къигъэлъэгъуа гупсысэкIэм и щIэщыгъуагъым, къыщыIэта Iуэхугъуэхэр зэпкърыха, къэIуэта зэрыхъуам и кууагъым, нэгъуэщIхэм къащхьэщигъэкIыу хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, бзэр купщIафIэ, гукъинэж зыщIу щыIэ Iэмалхэр къызэригъэсэбэпыфам къэпщытакIуэ-хэр еплъащ.
- Зэпеуэм хэтахэр я ныбжьым теухуауэ зэщхьэщыгъэкІауэ щытащ: курыт еджапIэм щеджэу зи ныбжьыр илъэс 14 -1 7-хэм ит еджакIуэхэм я тхыгъэхэр зы унэтIыныгъэм къызэщIиубыдэрт, курыт еджапIэр къаухауэ, адэкIэ еджэу е лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту зи ныбжьыр илъэс 25-м щІимыгъу щІалэгъуалэми я унэтIыныгъэр щхьэхуэт.
- Мазэ зыбжанэкIэ екIуэкIа мы зэпеуэм япэ унэтIыныгъэмкIэ къыщы-хэжаныкIащ:
- Щоджэн Самирэ, Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэм и еджакIуэм балли 137-рэ иIэщ, япэ увыпIэр хуагъэфэщащ (адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Лыхь Людми-лэщ). И тыгъэр сом минипщI (сом 10.000) мэхъу.
- Бахъсэн Адалинэ, Бахъсэн къалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэм и еджакIуэм балли 131-рэ хуагъэуващ, етIуанэ увыпIэри къылъысащ (адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Лосэн Жаннэщ). И тыгъэр сом минитху (сом 5.000) мэхъу.
- Къущхьэбий Камилэ, Налшык къалэ дэт 26-нэ курыт еджапIэм и еджакIуэщ, балли 128-рэ къихьащ, ещанэ увыпIэр и Iэрылъхьэщ (адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъаджэр Къанло Эльбинэщ). И тыгъэр сом минищ (сом 3.000) мэхъу.
- Курыт еджапIэр къэзыухауэ IэщIагъэрэ лэжьыгъэм пыщIа хъуа ныбжьыщIэхэм я унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ:
- КъуэщIысокъуэ Елдар, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентщ, балли 135-рэ иIэщ, япэ увыпIэр хуагъэфэщащ. И тыгъэр сом мин тIощI (сом 20.000) мэхъу.
- Быхъурэ Камилэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентщ, балли 119-рэ къихьащ, етIуанэ увыпIэр къылъысащ. И тыгъэр сом минипщI (сом 10.000) мэхъу.
- Тэтэр Iэминэ, Къуэшыркъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэщ, балли 118-рэ и Iэрылъхьащ, ещанэ увыпIэри къихьащ. И тыгъэр сом минибл (сом 7.000) мэхъу.
- Художественнэ текстыр, къызэрыхэдгъэщащи, балл пщалъэм и шыбзэм щIэбгъэкIыныр хьэлъэщ. Тхыгъэхэм я бзэр зэгъэпэщыкIэ хабзэ-хэм тет пэтми, къэлъытэн хуейт ахэр зи IэдакъэщIэкIым и гупсысэм и къэухьри, псалъэр зэрызэблигъэкI, гупсысэ къиIуатэм зэрыригъэкIу Iэмалхэри, псалъэухахэр зэрызэIуищэ щIыкIэри. КъэпщытакIуэхэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ тхыгъэ къыхэкIахэр купщIафIэу, гупсысэ зэхуэмыдэхэр екIуу щызэхэухуэнауэ зэрыщытыр икIи трагъэчыныхьащ ахэр утыку ихьэн, хэIущIыIу щIын зэрыхуейм.
- Зи тхыгъэкIэ къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм адыгэбзэм и лъэкIыныгъэр нэхъри нэхъыбэжу ягъэ-лъагъуэу, ефIакIуэу псэуну ди гуапэщ.
- ШУРДЫМ Динэ.