ЦIыхум и бэуэкIэр зэтрегъэувэж
2020-12-08
- КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм сом мелуан 12,6-рэ и уасэ, зи тхьэмбылыр уз цIыхур зэрагъэбауэ IэмэпсымэфIу 80 къызэращэхум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ тридзащ.
- Iэмэпсымэхэр узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм папщIэ къащэхуу аращ, абы трагъэкIуадэ мылъкур къэрал бюджетым къыхуиутIыпщащ. Япэ аппаратхэр къаIэрыхьакIэу сымаджэхэр гъэхъужыным къыхуагъэсэбэп.
- Мэкъуауэгъуэ мазэм апхуэдэ IэмэпсымэфIу 76-рэ къащэхуауэ щытащ. Абы наIуэ къищIащ зи тхьэмбыл узхэм а IэмэпсымэхэмкIэ уеIэзэныр куэдкIэ зэрынэхъыфIыр, узыфэр къаймыхьэлъэкIыу ящхьэщыхынымкIэ зэрыщхьэпэр.
- Тхьэмбылым хэмыIэбэу, абы трубкэ хамыгъэувэу цIыхур зэрагъэбауэ IэмалыфIщ ар. Iэмэпсымэм хьэуар сымаджэм и пэмкIэ, е и жьэмрэ и пэмкIэ, е шлем щхьэхуэмкIэ ирет. Инвазивнэ Iэмалым къыщхьэщыкIыу, цIыхур езыр егъэбауэ абы, ар дэIэпыкъу къудейуэ аращ.
- НИВЛ-р жьы зыхуримыкъу, узыфэр къызэхьэлъэкI сымаджэхэм къыхуагъэсэбэпу аращ, цIыхум и бэуэкIэр зэтеувэжыным сэбэп хуэхъуу.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я
- пресс-IуэхущIапIэ.