Узыфэм зимыубгъун папщIэ
2020-10-17
- КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету жэпуэгъуэм и 14-м иригъэкIуэкIащ КъБР-м и щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я унафэщIхэр зыхэта «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр.
- Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым коронавирус узыфэм теухуауэ щыщыIэ щытыкIэм, унэхэр гъэхуэбэн щIэдзэным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэр щызэблэу къэмыхъуу цIыхухэм яхуэщIэным я Iуэху зыIутхэм.
- ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ Коронавирус узыфэм КъБР-м зыщемыгъэубгъунымкIэ оперативнэ штабым и зэIущIэу иджыблагъэ ирагъэкIуэкIам аргуэру зэ тегъэчыныхьауэ и гугъу зэрыщащIар, «Роспотребнадзор»-м и IэщIагъэлIхэри ящIыгъуу, адэкIи жылагъуэм гурыгъэIуэныгъэ лэжьыгъэхэр драгъэкIуэкIын зэрыхуейм — цIыхухэм нэкIуIупхъуэхэр зыIуагъэлъыным, гъунэгъуу зэбгъэдэмыхьэным, я зэкIэлъыкIуэныр зэкIэ ягъэмэщIэным, куэд щызэхуэс дауэдапщэхэр ирамыгъэкIуэкIыным мы зэманым мыхьэнэшхуэ зэриIэр нэсу зыхащIэн хуэдэу.
- Щхьэхуэу и гугъу ящIащ COVID-19-м земыгъэубгъуным хуэгъэза профилактикэ лэжьыгъэхэр курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм, зи ныбжьыр школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэм щадэлажьэ гъэсапIэхэм щегъэкIуэкIыным. Нэхъ пасэу зыхуэкIуа мардэхэр сэбэп хъуащ республикэм и школхэмрэ гъэсапIэхэмрэ куэд сымаджэ щымыхъунымкIэ. Апхуэдэу щытми, абыхэми щыхохъуэ узыр зэуэлIахэм я бжыгъэм. Абы къыхэкIыу муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм чэнджэщ иратащ узыфэм цIыхухэр щыхъумэным хуэгъэпса лэжьыгъэхэр адэкIи къамыгъэтIэсхъэну, пщэдджыжьым еджапIэхэм, гъэсапIэхэм екIуалIэ сабий-хэм я узыншагъэр зыхуэдэр къэпщытэным гулъытэ хэха хуащIыну.
- Зытепсэлъыхьахэм ящыщщ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным хыхьэу зэфIагъэкIхэр.
- ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэр зэпкърахыу абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь М. А., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б. сымэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.