ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэхъуэкIыныгъэхэр ягъэхьэзыр

2020-10-17

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законхэмрэ халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм елэжьыну гупым и япэ зэIущIэр екIуэкIащ.

  • КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентым и спикерым и унафэкIэ лэжьакIуэ гуп къызэрызэрагъэпэщар.
  • — ЛэжьакIуэ гупым я пщэ къыдэхуэ къалэнхэм я мыхьэнэр зэрыиным къыхэкIыу абы хагъэхьащ къэрал властым и къудамэ псоми я лIыкIуэхэр: хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ, щIыналъэ, апхуэдэуи, кIэлъыплъакIуэ, суд къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ, щIэныгъэлIхэр.
  • — Гупыр зэлэжьынур Къэбэрдей-Балъкъэрым и Конституцэм и закъуэкъым, атIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр къигъэуву Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьхьэжа зэхъуэкIыныгъэхэм къару зэрагъуэтам ипкъ иткIэ, республикэ законодательствэм адэкIэ зэрызрагъэужьыну Iэмалхэми иужь итынущ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэжынум теухуа гупсысэхэр 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 1 пщIондэ дгъэхьэзырын хуейщ, — жиIащ Мэлбахъуэм.
  • ЗэIущIэм хэтахэр зэчэнджэщащ лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм теухуауэ.
  • КъБР-м и Парламентым  и пресс-IуэхущIапIэ.