ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нартан урысей шууейхэр зэрешалIэ

2020-10-15

  • Жэпуэгъуэм и 17 — 18 махуэхэм Нартан къуажэм и Iэгъуэблагъэм щызэхэтынущ Урысейм шыгъажэ кIыхьхэмкIэ и чемпионат. Зэпеуэр зэгъусэу къызэрагъэпэщ Урысейм шы спортымкIэ и федерацэмрэ Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондымрэ.

  • Куэд щIакъым шууей 60 зыхэта апхуэдэ дыдэ зэпеуэ Мэзкуу областым зэрыщекIуэкIрэ. Урысейм шы спортымкIэ и федерацэмрэ Дунейпсо шы спорт федерацэмрэ я нэIэ щIэту ар фокIадэм и 25 — 26 махуэхэм щызэхэтат «Отрадэ» шы зехуапIэм.
  •  Япэ увыпIэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ километри 100-р псом нэхърэ нэхъ псын-щIэу зэпызыча КъБР-м щыщ Махуэ Ахьмэд (и шым и цIэр Кармэльщ). Ещанэ увыпIэр зыIэрыхьари ди хэкуэгъу ЦIыпIынэ Ислъамщ (и шым и цIэр Джалиндэщ). ЩIалэхэм я ехъулIэныгъэхэр спортымкIэ мастер хъуну зызыгъэхьэзырыр зылъэIэсыпхъэм хуагъадэ. Километри 120-рэ зэпычынымкIэ зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Щоджэн Артур (и шым и цIэр Шухерщ), ар поув спортымкIэ мастер зыфIащыр зылъэIэсыпхъэ мардэм.
  • Урысейпсо мыхьэнэ иIэу апхуэдэ дыдэ шыгъажэ кIыхь зэпеуэ иджы КъБР-м щекIуэкIынущ. Нартан къуажэм пэгъунэгъу «Гуэрэн» шы зехуапIэм къекIуэлIэнухэр зэпеуэнущ километр 80, 100, 120-рэ, 160-рэ къызэрызэпачыф псынщIагъымкIэ. Дызэрыт зэманым шыгъажэм хэтыну хуейхэм я лъэIу тхылъхэр къыIах.
  •  Шы хъыбар зыфIэфIхэр зыщыгуфIыкIын Iуэхущ Урысейм следствиемкIэ и комитетым и интернет хэщIапIэм Багъ Мурат и IэдакъэщIэкIыу къралъхьа «Шэрджэс дерби»-р дигу къыдогъэкIыж» тхыгъэри. Ар теухуащ иужьрей зэпеуэм и кIэм нэс хэта, адыгэшым тесу дунейпсо рекорд зыгъэува щIалищым я зым — юстицэм и подполковник Джатэ Щамил.
  • Чэрим  Марианнэ.