КIуэкIуэ Казбек хэтщ Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я VII Зэхуэсышхуэм
2020-09-29
- УФ-м ФедерацэмкIэ и Советымрэ Беларусым и Лъэпкъ зэхуэсымрэ я нэIэ щIэту фокIадэм и 28, 29-хэм Москварэ Минскрэ щокIуэкI Белоруссиемрэ Урысеймрэ я щIыналъэхэм и VII Зэхуэсышхуэр. Абы и лэжьыгъэм хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- Зэхуэсым и япэ махуэм къэралитIым я экспертхэр, властым и хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ органхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, видеолъэмыж мардэр къагъэсэбэпурэ, тепсэлъыхьынущ хэкуитIым я экономикэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм, апхуэдэуи Белоруссиемрэ Урысеймрэ я щIыналъэхэм шэщIауэ зегъэужьын мурадкIэ, къуажэдэс щIалэгъуалэр социальнэ, экономикэ IэнатIэхэм нэхъ жыджэру щызэдэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэным. КъимыдэкIэ, абдежым щыхэплъэнущ щIэблэр хэкупсэу, жэуаплыныгъэ яхэлъу гъэсэным, тхыдэр ящымыгъупщэным, зэкъуэш лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм совет цIыхубэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэр ящымыгъупщэным хуэгъэза Iуэхухэм.
- Иужьрей махуэм видеоконференц мардэм тету, «ТекIуэныгъэ Иныр и лъабжьэщ Беларусымрэ Урысеймрэ я цIыхубэм я социально-экономикэ, псэкупсэ зэпыщIэныгъэм» фIэщыгъэм щIэту зэхэтынущ Форумым и пленарнэ зэIущIэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.