ЗыгъэпсэхупIэм зрагъэужь
2020-09-08
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ Азау щIыпIэм щэбэт кIуам зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым зэрызегъэужьыпхъэ Iэмалхэм.
- ЗэIущIэм щыхэплъащ «Iуащхьэмахуэ» экономикэ щIыпIэ хэхар гъэм и зэман псоми ебгъэфIакIуэ зэрыхъунум, зыгъэпсэхупIэм и инженер инфраструктурэм, Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрыщыту дяпэкIэ зэрызебгъэужь хъуну хэкIыпIэхэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ нобэ, Урысейм и къэралкIуэцI туризмэм жыджэру зыщиужь лъэхъэнэм, щIыналъэ, муниципальнэ унафэщIхэмрэ Кав-каз Ищхъэрэм и курортхэмрэ зэкъуэувэу, Iуащхьэмахуэ лъапэ хуабжьу удэзыхьэх зыгъэпсэхупIэ ящIын зэрыхуейр.
- — Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыдгъэзэщIэну ди мурад проектышхуэхэм зыхуей хуэзэу делэжьыныр, фIагъ лъагэ иIэу дгъэзэщIэныр, мы щIыпIэм щыпсэухэм я еплъыкIэхэри къэтлъытэу зэтедублэныр Iэмал зимыIэщ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
- А псори и кIэм нэс зрагъэхъулIэн папщIэ, гъуэгур, зэфэ псыр, къагъэсэбэпа псыр зэрыжэ бжьамийхэр, электрофикацэр, щIыпIэр гъэдэхэныр япэ зэригъэщыпхъэр дыщIигъуащ республикэм и Iэтащхьэм. А псоми ди зыгъэпсэхупIэр куэдкIэ иригъэфIэкIуэнущ, цIыху нэхъыбэм я плъапIэ хъунущ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыпсэухэмрэ щылажьэхэмрэ я гъащIэм зиузэщIынымкIи сэбэпышхуэ хъунущ.
- «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» IуэхущIапIэм и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн жиIам тепщIыхьмэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыужьыныгъэр — бгы-лыжэ лъагъуэхэр, кIапсэ гъуэгухэр ухуэныр — 2023 гъэ пщIондэ федеральнэ бюджетым хагъэхьэну я мурадщ. Абы теухуа унафэм и проектыр иджыпсту УФ-м и Правительствэм щIэлъщ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.