ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Казбек IущIащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хьэту Джамболэт

2020-09-03

  • Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хьэту Джамболэт лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ.

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хьэту Джамболэтрэ тепсэлъыхьащ псы щIэгъэлъэдэным зегъэужьынымрэ ди республикэр къэрал программэхэм зэрыхэтымрэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым агропромышленнэ комплексым зэрызыщиужьым и гугъу щащIым, Хьэту Джамболэт къыхигъэщащ ди щIыналъэм къыщалэжьхэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и адрыщIкIэ зэрыщыцIэрыIуэр: «Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшхэкIхэр нобэ щызэбгрокI Москва щыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс. КъБР-м и унафэщIхэр толажьэ, къапщтэмэ, сату щапIэхэм фIагъ лъагэ зиIэ хадэхэкIхэмрэ пщхьэщхьэмыщхьэмрэ яIэрыхьэным. Апхуэдэ Iэмал яIэ хъуащ иджырей пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр яухуа иужькIэ, абыхэм я фIыгъэкIэ мэкъумэшыщIэхэм къалэжьахэр хэщIыныгъэншэу хъума икIи зыхуей хуэзэу ща мэхъу».
  • Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэрилъытамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ираш пхъэщхьэмыщхьэм и куэдагъыр урысей сату щапIэхэм дызыхуэкIуэ илъэсым хэпщIыкIыу щыхэхъуэнущ. Хьэту Джамболэт и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, ди республикэр абы и къэлэжьэнымкIэ къэралым щыпашэхэм ящыщщ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хьэту Джамболэт фIы-щIэ хуищIащ ди щIыпIэм сыт щыгъуи гулъытэ къызэрыхуищIым папщIэ. «ЩIыналъэм агропромышленнэ комплексым зыщегъэужьыныр ди дежкIэ япэ идгъэщ унэтIыныгъэхэм ящыщщ. Дэ мурад инхэр диIэщ псы зыщIэдгъэлъадэ щIыхэм я куэдагъым хэгъэхъуэным, къэрал программэхэм япкъ иткIэ мелиорацэ системэщIэхэр ухуэным ехьэлIауэ. Си фIэщ мэхъу, Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэр ди щIэгъэкъуэну, зыхуэдгъэувыжа къэлэнхэр зэрытхуэгъэзэщIэнур».
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.