ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыжьыныр зи Iэрылъхьэхэр

2020-09-03

  • Шэшэным и къалащхьэ Грознэ дэт «Олимпийский» спорткомплексым блыщхьэ кIуам щызэфIэкIащ Урысей Федерацэм атлетикэ хьэлъэмкIэ и чемпионатыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и штангистхэм абы дыжьын медалитI къыщахьащ.

  • ТхьэмахуэкIэ екIуэкIа къэралым и чемпионатыр хуабжьу удэзыхьэх хъуат. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ зэман кIыхькIэ зэхьэзэхуэхэм хэмытыфа спортсменхэр хуэпIащIэрт я зэфIэкIыр здынэсыр ягъэлъэгъуэну. Абы папщIэ Грознэ къалэм щызэхуэсат къэралым и штангист нэхъ лъэщ дыдэхэр.
  • ЯпэщIыкIэ дигъэгуфIащ Къаскъул Аслъэн. Килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абы дыжьын медалыр къыщихьащ. ТIэу бгъэдыхьэгъуэм ди лъахэгъум килограмм 309-рэ къиIэтащ (144/165). Ар егъасэ Щауэ МуIэед.
  • Къаскъулым зыкъыкIэригъэхуакъым нарткъалэдэс Марий Тимур. Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм — килограмми         109-м щIигъухэм — я зэпеуэм абыи япэ увыпIэр щиубыдыным зымащIэщ иIэжар. Двоеборьем Тимур килограмм 372-рэ къыщиIэтащ, ауэ ар зыхурикъуар дыжьын медалыращ. Марийр и гъэсэнщ тренер цIэрыIуэ Шэкэм Михаил.
  • Жыласэ Замир.