ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НэхъыфIкIэщ дазэрыщыгугъыр

2020-08-11

  • СКА (Дон Iус Ростов) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:0 (1:0). Дон Iус Ростов. СКА стадион. ШыщхьэуIум и 9-м. Еплъыну зыри ирагъэхьакъым.

  • Судьяхэр: Ермаков (Краснодар), Шрамко, Шипков (тIури Белоре-ченск щыщщ).
  • СКА: Скрипник, Демченкэ, Костылев, Захаров, Шаповалов, Гыстаров, Козлов (Iэшэ, 60), Гаранжа (Васильев, 68), Кондрюков (Гребенюков, 80), Гонгадзе (Кожухарь, 83), Яськов (Бендзь, 88).
  • «Спартак-Налшык»: Антипов, КIэдыкIуей, Шумахуэ, Мэкъуауэ, Хьэшыр, Ашу, Пащты, Джатэрывэ, Iэпщацэ (Клышэ, 70), Шаваев (Ольмезов, 77), Бацэ (Бахъсэнокъуэ, 62).
  • Топыр дигъэкIащ: Яськовым, 42 (1:0).
  • Дагъуэ къыхуащIащ: Гонгадзе, Мэкъуауэм, Пащтым, Ольмезовым.
  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020 — 2021 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм вэсэмахуэ щIидзащ. Дуней псом щыята короновирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ абы и пэ итар и кIэм намыгъэсыфу гъатхэпэм и кIэуххэм зэпагъэури, щхьэж здэщыта увыпIэр къыхуэнэжауэ Iуэхур ирагъэухащ. ЗэрыфщIэжщи, «Спартак-Налшыкыр» а зэхьэзэхуэм епщыкIущанэу къыщынащ икIи 0:8-уэ, 0:6-уэ къыщыхагъэщIахэри къэхъуащ. Ар нэхъ псынщIэIуэу зыщагъэгъупщэну щIэхъуэпсырт езы футболистхэри Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэри. Абы папщIэ текIуэныгъэхэр щыIэн хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэкIэ къайхъулIакъым.
  • «Спартак-Налшыкыр» зыхэт «Ипщэ» гупым зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ къыщыхъуауэ иджырей зэхьэзэхуэм щIадзащ. Блэ-кIа зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъахэу Астрахань и «Волгарь»-мрэ Владикавказ и «Алания»-мрэ япэ дивизионым дэкIуэтеящ. Зэхьэзэхуэм иужь увыпIэр щызыубыда Владикавказ и «Спартак»-м етIуанэ дивизионыр ирагъэбгынащ. Гупым къыхыхьащ къызэрагъэпэщагъащIэхэу зыщыщ къалэхэм я цIэр зыфIэзыщыжа «ТIуапсымрэ» «ЕсэнтIыгумрэ», Таганрог и «Форте»-р. КъищынэмыщIауэ Краснодар и «Урожай»-р нэхъапэм зэрыщыта «Кубань» хъужащ, абы ищIыIужкIэ «Кубань-Холдинг» командэри къыщIагъуащ. Хьэлэмэтт дэтхэнэми и шыфэлIыфэр зэбгъэлъэгъуну. Япэ джэгугъуэм апхуэдэ Iэмал къыдитащ.
  • Ди командэри зыкъом-кIэ къыщхьэщыкIырт гъатхэпэм зэхьэзэхуэр зэпагъэун ипэкIэ щыIам. Абы щыщу Дон Iус Ростов и стадионым зэIущIэм и пэщIэдзэм къыщихьар цIыхуиплIт. Куэд дыдэкIэ дащыгугъырт, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыджэгуауэ, къэзыгъэзэжахэу Джатэрывэ Къазбэч, Мэкъуауэ Залым, Пащты Руслан, Антипов Антон сымэ.
  • Вэсэмахуэ налшыкдэс-хэр зыхуэза СКА-р зэгуэрым гуп лъэрызехьэу щытами, иджы етIуанэ дивизионым щыкурытхэм ящыщщ. Абы къыхэкIыу быдэу дыщыгугъырт «Спартак-Налшыкым» пэщIэдзэ зэIущIэм очкои-щыр щиIэрылъхьэу. Псом хуэмыдэу апхуэдэ хъуэпсапIэ къыдитат махуиплI ипэкIэ къэралым и кубо-кыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм «ЕсэнтIыгур» бжыгъэшхуэ дыдэкIэ, 5:0-у, зэрыхагъэщIам. АрщхьэкIэ…
  • Хэгъэрейхэри щIэхъуэпсырт зэхьэзэхуэр текIуэныгъэкIэ ирагъэжьэну. Абыхэм Iуэхур къаригъэхъулIащ 42-нэ дакъикъэм Яськовым дигъэкIа топ закъуэм. «Спартак-Налшыкым» ар жэуапыншэу къигъэнащ икIи IэнэщIу Дон Iус Ростов къикIыжащ.
  • Ардыдэр къащыщIащ зэхьэзэхуэм бжьыпэм щыщIэбэныну зыхуагъэфащэхэу Мейкъуапэ и «Дружба»-м, Новороссийск и «Черноморец»-м, Ставрополь и «Динамо»-м. Зэрыщыгугъауэ къыщIэкIар Краснодар и «Кубань»-м и закъуэщ — ТIуапсы къалэм щыIэу абы хэгъэрейхэр бжыгъэшхуэкIэ хигъэщIащ.
  • Апхуэдэу щыт пэтми, 2020 — 2021 гъэхэм щыIэну зэпеуэм щIидза къудейуэ аращ. Деплъынщ абы адэкIэ къытхуихьынум. ЗэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федера-цэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ зэхэта япэ джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «ТIуапсы» (ТIуапсы) — «Кубань» (Краснодар) — 1:6, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) — 4:1, «Форте» (Таганрог) — «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — 4:0, «Дружба» (Мейкъуапэ) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 1:4, «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Черноморец» (Новороссийск) — 1:0, «Краснодар-3» (Краснодар) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — 1:0, «Кубань-Холдинг (Краснодар) — «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — 2:0.
  • КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум и 15-м иригъэкIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-р.
  • Жыласэ Заурбэч.