Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ бжьыпэр зыIыгъхэм
2020-08-04
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ видеоконференц мардэм тету иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ социальнэ IэнатIэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм зыхузэфIэмыкIхэм зэрызыщIагъакъуэ щIыкIэр зи нэIэ щIэт Советым и зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зыпкърыт-хэм ядэIэпыкъун Iуэхум зегъэужьыным, апхуэдэу коронавирусым зэрызиубгъуам къыхэкIыу цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм.
- ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Урысейм паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм (зи хущхъуэгъуэ щымыIэ узыфэхэр зыпкърытхэм якIэлъыплъыным) зыщегъэужьыным хуэунэтIауэ къыхалъхьа жэрдэмхэм IуэхуфIхэр къыдэкIуэу зэрыхуежьар.
- «ЩIыналъэхэм абы и лъэныкъуэкIэ щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр дощIэри, апхуэдэ сымаджэхэм нэхъыбэрэ ялъыгъуазэ зэрыхъуар IупщIщ. АбыкIэ бжьыпэр зыIыгъыр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ростов областымрэщ. Дохутырхэм я Iэзэгъуэ зыхэмылъ узыфэхэр зэфыкIхэм гулъытэшхуэ щыхуащI нэгъуэщI щIыналъэхэри къыхэзгъэщыну сыхуейщ. Ахэр Тэтэрстан Республикэрщ, Пензенскэ, Брянскэ, Ивановскэ, Московскэ, Новгород Ищхъэрэ, Самарскэ, Томскэ, Тюменскэ, Новосибирскэ областхэрщ, Краснодар краймрэ Ямало-Ненецкэ автономнэ округымрэщ. Щыгъуазэ дызэрыхъуамкIэ, а щIыналъэхэм нэхъ жыджэру щагъэзащIэ Советым и чэнджэщхэр», — жиIащ вице-премьерым.
- Абы къыдэкIуэу, Голиковэ Татьянэ къызэрилъытэмкIэ, а IэнатIэм, нэхъапэми хуэдэу, щыIэщ зэфIэгъэкIын хуей къалэнхэр. Ахэр дэгъэкIыным хуэгъэпсащ 2024 гъэм пщIондэ зэфIагъэкIын хуейхэр щаубзыхуа, «Паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм ягъуэтынымрэ абы и фIагъым хэгъэхъуэнымрэ» жыхуиIэ «гъуэгу картэр». Ар ягъэхьэзыращ Правительствэм егъэщIылIауэ лажьэ Советымрэ Урысейпсо цIыхубэ фронтымрэ.
- Вице-премьерым жиIащ, Президентым и унафэкIэ къэралым и социальнэ лэжьакIуэ мин 257-м я къалэнхэр щытыкIэ гугъум иту зэрагъэзащIэм папщIэ ахъшэхэр зэрыратар. Псори зэхэту а Iуэхум хухахащ сом меларди 7,25-рэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.